2026 ГЪЭ, АВГУСТЫМ И 3—9
113 УЭРЭДЫР Иеговэ къыбгъэдэкІ мамырыгъэр
НэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэм пщІэ хуэфщІ
«Зи еплъыкІэр фи еплъыкІэм темыхуэр фымыгъэкъуаншэ» (РИМ 14:1, ДЩІ).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Ди къуэш, ди шыпхъухэм дигу иримыхь унафэ къыщащтэм деж, дапхуэдэу абыхэм пщІэ яхуэтщІ хъунуми.
1, 2. Дэ къатщтэ унафэхэмрэ ди къуэш, ди шыпхъухэм къащтэ унафэхэмрэ иныкъуэхэм деж щІызэтемыхуэр сыт?
УЭ КЪЭПЩТА унафэхэм щхьэкІэ ущагъэкъуэнша къэхъуа? Е уэ езым нэгъуэщІым къищта унафэр уигу щримыхьа къэхъуа? ДауикІ, мы упщІитІми уэ арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ.
2 Дэ къатщтэ унафэхэмрэ нэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэмрэ иныкъуэхэм деж зэрызэтемыхуэр дгъэщІэгъуэн хуейкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ зыри дызэщхькъым икІи псоми еплъыкІэ зырыз диІэщ. Дэ псоми ди гупсысэкІэр елъытащ дызыщІапІыкІа хабзэм, унагъуэм дызэрагъэсам икІи етхьэкІа гъащІэм. Ауэ ди еплъыкІэхэр зэрызэтемыхуэр зэхуэсым илъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зэран хуэдгъэхъу хъунукъым (Еф. 4:3).
3. Къуэшым е шыпхъум къищта унафэм щхьэкІэ щІэдгъэкъуэншэнкІэ хъунур сыт?
3 Къуэшым е шыпхъу гуэрым дигу иримыхь унафэ къыщищтэм деж, дэ дыхуеинкІэ хъунущ абы и унафэм хущІедгъэгъуэжыну е а унафэр дигу зэрыримыхьымкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну. Апхуэдэу щІэтщІэм сыт и щхьэусыгъуэр? Дэ ди къуэш ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи ахэр фІы хуэзэну дыхуейщ (Прит. 17:17). Иджыри дэ дыхуейкъым абыхэм къащта унафэм иужькІэ хущІегъуэжыну е а унафэр я фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъуну.
4, 5. Къуэшым е шыпхъум къищта унафэр дигу иримыхьмэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
4 Ди къуэшым е ди шыпхъум къищта унафэм щхьэкІэ дыгузавэмэ, Іэмал имыІэу абы теухуауэ депсэлъэн хуейуэ щыт? Ар Іуэхугъуэ зыбжанэм елъытащ. Псалъэм папщІэ, дэ къэтщІащ абы Алыхьым и хабзэм пэщІэувэ гуэр ищІэну иужь зэритыр. Абы щыгъуэ лъагъуныгъэм къыхэкІыу, ар зэрыщыуэр къыгурыдгъэІуэн хуейщ (Прит. 27:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ абы къищта унафэр Алыхьым и хабзэм пэщІэмыувэу, дэ дигу иримыхь къудейуэ щытмэ-щэ? Библием дыхуегъэуш: «Зи еплъыкІэр фи еплъыкІэм темыхуэр фымыгъэкъуаншэ» (Рим 14:1, ДЩІ).
5 Дапхуэдэу мыхъуами, нэгъуэщІым къищта унафэм пщІэ хуэтщІыну ди дежкІэ гугъуу щытыфынущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ нэгъуэщІхэм къащта унафэхэм пщІэ хуэтщІын щІыхуейр икІи ар зэрытщІ хъунур. Ауэ япэщІыкІэ деплъынщ къуэшым е шыпхъум къищта унафэм щхьэкІэ ар дгъэкъуэншэну дыщыхуеинкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм.
АДРЕЙХЭМ КЪАЩТА УНАФЭМ ЩХЬЭКІЭ ДГЪЭКЪУАНШЭУ ЩЫЩІЭДДЗЭНКІЭ ХЪУНУ ІУЭХУГЪУЭХЭР
6, 7. НэгъуэщІхэм унафэ тэмэм къамыщтэу дыщигугъэфыну Іуэхугъуэхэм я щапхъэ къэфхь.
6 ИпэкІэ зэрыжытІащи, дэ ди еплъыкІэр дызэрагъэсамрэ етхьэкІа гъащІэмрэ елъытащ. Абы къыхэкІкІэ дэ дызэрыгупсысэм хуэдэу, нэгъуэщІхэри гупсысэу ди гугъэнкІэ хъунущ. Ауэ ар апхуэдэу сыт щыгъуи щыткъым. Абы теухуауэ Іуэхугъуэ зыбжанэ дыхэплъэнщ. Япэ Іуэхугъуэр. Балигъ хъуауэ пэжыр къэзыщІа ди къуэшым и адэм фадэкІэ иригъэлейуэ щытащ. А къуэшыр хьэщІапІэ здрагъэблэгъам нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэр фадэ зэрефэр абы елъагъу. Абдеж ар Іэнкун мэхъури, абыхэм ящІэр мытэмэму яжреІэ. ЕтІуанэ Іуэхугъуэр. Уз хьэлъэ гуэр къызэуза икІи ар зыгъэхъужа шыпхъум къещІэ нэгъуэщІ шыпхъум а уз дыдэр иІэу къызэрахутар. Ар абы дэІэпыкъуну зэрыхуейм къыхэкІкІэ, езым зэрызигъэхъужа Іэмалхэр а шыпхъум къигъэсэбэпыну трекъузэ. Псалъэм папщІэ, езым иІыгъа диетэм хуэдэ иІыгъыну, зрихьэлІа хущхъуэхэр е удз хущхъуэхэр зрихьэлІэну. Ещанэ Іуэхугъуэр. Къуэшым лъэпкъым и хабзэм утетыныр къемызэгъыу къелъытэ, абыхэм щыщ гуэрхэр Алыхьым и хабзэм пэщІэмыувэми. Зы къуэш гуэр апхуэдэ зы хабзэ гуэрым зэрытетыр абы къызэрищІэу, гукъанэ хуищІын щІедзэ.
7 ЕплІанэ Іуэхугъуэр. Къуэшыр къыщыхъуа зэманым къезэгъыу щытакъым цІыхухъухэм жьакІэ ягъэкІыну, цІыхубзхэм гъуэншэдж ящыгъыу зэІущІэхэм, конгрессхэм кІуэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну. Абы ещІэ унэІут пэжым иужьрейуэ ищІа зэхъуэкІыныгъэхэмкІэ къуэшхэм жьакІэ ягъэкІ, шыпхъухэми гъуэншэдж ящыгъыу зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ кІуэ зэрыхъунур. Ауэ, а псом емылъытауэ, абы жеІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм дежкІэ ахэр къемызэгъыу. Етхуанэ Іуэхугъуэр. Зэхуэсым и нэхъыжьым ецІыху университетым щІэтІысхьэу, иужькІэ пэжыр къэзыгъэна зы къуэш. Абы къещІэ зэхуэсым щыщ зы къуэш ныбжьыщІэм щІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну мурад зэрищІар. Зэхуэсым и нэхъыжьыр абы ирогузавэ икІи а къуэш ныбжьыщІэмрэ абы и адэ-анэмрэ щІригъэгъуэжыну хэтщ.
8. 1) Сабий зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэм зэхуэсым щыщ нэгъуэщІ адэ-анэхэр игъэкъуаншэу щІыщІидзэнкІэ хъунур сыт? 2) НэгъуэщІхэм къащта унафэхэм щхьэкІэ ахэр зэрыдгъэкъуаншэр зэхуэсым дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур?
8 Иджы адэ-анэхэм фІыуэ яцІыху зы Іуэхугъуэм дыхэплъэнщ. Еханэ Іуэхугъуэр. Фэ сабий фиІэу щытмэ, къарууэ фиІэу хъуар ивохьэлІэ ахэр «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету фпІын икІи вгъэсэн» щхьэкІэ (Еф. 6:4). Ауэ фэ гу лъывотэ зэхуэсым щыщ нэгъуэщІ адэ-анэхэм я сабийхэм хуитыныгъэ нэхъыбэ зэрыратыр. Псалъэм папщІэ, абыхэм я сабийхэр хуит ящІ нэхъ гувауэ унэм къекІуэлІэжыну, лей зехьэн зыхэмыт компьютер джэгухэмкІэ джэгуну е иджыри сабииІуэу телефон зрахьэну. Абы къыхэкІкІэ ткІииІуэу фахущыту фи сабийхэм къащыхъуфынущ. Уеблэмэ, ахэр мыпхуэдэу къывэупщІынкІэ хъунущ: «Адрей адэ-анэхэм хуэдэу щхьэ фыщымытрэ?» Абы щыгъуэ апхуэдэ адэ-анэхэм гукъанэ хуэпщІу ухъуфынущ. Ауэ, пэжыр жыпІэмэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэми епхауэ нэгъуэщІхэм дигу иримыхь унафэ къыщащтэм деж, абы зэгурымыІуэныгъэ къихьыфынущ. Псалъэм папщІэ, къуэшым е шыпхъум ахъшэр зытригъэкІуадэр, къыхих нэгу зегъэужьыкІэхэр е дапхуэдизрэ зыгъэпсэхуакІуэ кІуэми дэ дигу иримыхьынкІэ хъунущ. Ауэ апхуэдэ гурыщІэхэр зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъуну дэ хуит тщІы хъунукъым.
9. Сыт дэ зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтми феплъ.)
9 Зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ къуэш, шыпхъухэм къащтэ унафэр зэтемыхуэми, абы къигъэлъагъуэкъым зым къищта унафэр тэмэму, адрейм къищтар мытэмэму (Рим 14:5). Библием дыхуегъэуш Иеговэ и хабзэхэм теухуауэ псори зэакъылэгъуу дыщытыну. Ауэ абы къикІкъым ди щхьэ ІуэхукІэ къатщтэ унафэхэм теухуауэ ди еплъыкІэхэр сыт щыгъуи зэтехуэн хуейуэ (2 Кор. 13:11). Дэ унафэхэр къызэрытщтэр ебгъэщхь хъунущ зыщІыпІэ дыщыкІуэкІэ, абы дызэрынэсыну гъуэгур къызэрыхэтхым. И нэхъыбэм деж уздэкІуэну щІыпІэм Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ укІуэфынущ икІи дэ ди Іуэхум хуэкІуэ Іэмалыращ къыхэтхыр. Абы ещхьу къуэш, шыпхъухэм я щхьэ Іуэхум теухуауэ унафэ зэмыщхьхэр къащтэфынущ, ауэ дэ псоми ди мурадыр зыщ — ар Иеговэ дгъэгуфІэныращ. Аращи, нэгъуэщІым къищтэ унафэм щхьэкІэ дэ ар дгъэкъуэншэнукъым (Мт. 7:1, ДЩІ; 1 Фес. 4:11).
Гъуэгу тетхэм Іэмал яІэщ здэкІуэн хуей щІыпІэм зэрынэсыну щІыкІэр къыхахыну; Абы ещхьу Иеговэ и лэжьакІуэхэми я щхьэ ІуэхукІэ къащтэ унафэхэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ (9 абзацым феплъ.)
НЭГЪУЭЩІХЭМ КЪАЩТЭ УНАФЭХЭМ ПЩІЭ ХУЭТЩІЫН ЩІЫХУЕЙР
10. Екъуб 4:12 зэритымкІэ, дэ сыт хуэдэ хуитыныгъэ димыІэр икІи сыт щхьэкІэ?
10 НэгъуэщІхэм къащта унафэхэм пщІэ хуэтщІын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ зыбжанэ Библием къыщыхьащ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм дыхэплъэнщ. Я щхьэ Іуэхум теухуауэ нэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэм щхьэкІэ, дэ ахэр дгъэкъуэншэну хуитыныгъэ диІэкъым. (Къеджэ Екъуб 4:12.) Пэжагъ хэлъу цІыхухэм унафэхэр яхуэзыщІыр икІи хьэкум ятезыщІыхьыр Иеговэ закъуэщ. Дэ тщІэн хуейм икІи тщІэн хуэмейм теухуауэ унафэ къытхуищІыну абы фІэкІа зыми хуитыныгъэ иІэкъым. Аращи, ди къуэш, ди шыпхъухэм къащтэ унафэхэм щхьэкІэ жэуап зратыжынур дэракъым, атІэ Иеговэщ (Рим 14:10). Дэ ди еплъыкІэм тегъэщІауэ нэгъуэщІхэр дгъэкъуэншэну хуитыныгъэ диІэкъымa.
11. Зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр дапхуэдэу зэрытхъумэфынур? (Сурэтми феплъ.)
11 Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуигъэувыр ахэр зэщхьу щытыныракъым, атІэ зэкъуэту щытыныращ. Алыхьым къигъэщІа псом къыхощ абы и ІэдакъэщІэкІыр зэмылІэужьыгъуэу щытыну игу зэрырихьыр. Псалъэм папщІэ, уэс цІыкІуитІ зэщхьу щыІэкъым. Абы нэмыщІ миллиардий нэхърэ нэхъыбэ хъу цІыхухэм хьэлкІи, теплъэкІи зэщхьу цІыхуитІ хэткъым. Иеговэ цІыхухэр зэмыщхьу къигъэщІащ икІи ар хуейтэкъым дэ зыр зым тещІыкІауэ дыщытыну. Ауэ ар къытщогугъ ди зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъыну. Аращи, дэ дызэрызэмыщхьыр ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэдгъэхъукъым икІи мамырыгъэр тхъумэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ. Ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр ди еплъыкІэракъым е дигу ирихьыракъым, атІэ зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэращ (Рим 14:19).
Иеговэ дэ зэмыщхьу дыкъигъэщІащ, ауэ ар хуейщ ди зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъыну (11 абзацым феплъ.)
НЭГЪУЭЩІХЭМ КЪАЩТЭ УНАФЭХЭМ ПЩІЭ ЗЭРЫХУЭТЩІ ХЪУНУР
12, 13. Зыгуэрым щыуагъэ ищІэу къытщыхъумэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Галатие 6:1; «Уэ нэгъуэщІ еплъыкІэ уиІэмэ» жыхуиІэ рамкэми феплъ).
12 НэгъуэщІхэм я щхьэ Іуэхум теухуауэ унафэ къыщащтэм деж. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «ЦІыхум щыуагъэ ищІэу ара хьэмэрэ сэ сызэрыхуейм хуэдэу имыщІэу ара?» Абы Библием ит хабзэм темыхуэ гуэр ищІэу щытмэ, иджыри мы упщІэм егупсыс: «А цІыхум Библием тегъэщІауэ Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ естыфыну хьэмэрэ ар нэгъуэщІ зыгуэрым, псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьым иритмэ мынэхъыфІу пІэрэ?» ЦІыхум чэнджэщыфІ ептыфыну щытмэ, абы ущепсалъэкІэ Іэдэбагърэ щабагъэрэ гъэлъагъуэ. (Къеджэ Галатие 6:1.) Ауэ и нэхъыбэм деж нэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэр ди еплъыкІэм темыхуэу аращ. Абы щыгъуэ апхуэдэ цІыхум фІэщхъуныгъэ зэриІэм шэч къытомыхьэ, къищта унафэм ІейкІэ утемыпсэлъыхь икІи езым зыхуейр къыхихыну иІэ хуитыныгъэм пщІэ хуэщІ (Рим 14:2—4).
13 Щапхъэ къэтхьынщ. Уи ныбжьэгъумрэ уэрэ рестораным фыкІуауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Уэ пшхыну узыхуейр абыи ишхыну ар хэбгъэзыхьыну? ДауикІ, хэбгъэзыхьынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зыхуей шхыныр къыхихыну хуитыныгъэ зэриІэр уэ къыбгуроІуэ. Уи ныбжьэгъум къыхихар уигу иримыхьми, абы мыхьэнэ ептынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ пшхынур уигу ирихьыращ. Иджы уи нэгу къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъум уэ шхыныгъуэ гуэр къыпхуищтэну хуейуэ. Уэ, дауикІ, уи фІэфІ хъуну къыщІэкІынкъым уигу ирихь шхыныгъуэм щІэмыупщІэу, езым зыхуейр къыхихмэ. Апхуэдэ дыдэу дэ нэгъуэщІхэм пщІэ яхудощІ езыхэм я щхьэ и унафэ ящІыжыну Іэмал еттмэ икІи ди еплъыкІэр кІуэцІрыдгъэкІыну дыхэмытмэ.
14. Ди щхьэ ІуэхукІэ унафэ къыщытщтэм деж, дапхуэдэу ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр зэрытхъумэфынур? (1 Коринф 8:12, 13).
14 Уэ уи щхьэ ІуэхукІэ унафэ къыщыпщтэм деж. Уэ нэгъуэщІхэм я жагъуэ зэромыщІыным ухущІэкъумэ, зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр бохъумэ. (Къеджэ 1 Коринф 8:12, 13.) Иныкъуэхэм деж дэ дощІэ къатщтэ унафэр зэрытэмэмыр, ауэ абы къуэш е шыпхъу гуэр игъэлъэпэрапэмэ, а унафэм сэбэп хэлъынукъымb (1 Кор. 10:23, 24). Узыхуейр кІуэцІрыбгъэкІыным ипІэкІэ, «зыгуэрым зыхуэзгъэныкъуэфыну пІэрэ?» жыпІэу егупсыс (Рим 15:1). Ауэ иджыпсту дытепсэлъыхьа къудейтэкъэ дэ къатщтэ унафэхэм нэгъуэщІхэм пщІэ къыхуащІын зэрыхуейм? Пэжщ, нэгъуэщІхэм дэ къатщтэ унафэхэм пщІэ къыхуащІын хуейщ, дэри абыхэм пщІэ яхуэтщІын зэрыхуейм хуэдэу. Ауэ Рим 12:18 ит чэнджэщыр дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: «Іэмал иІэмэ, фи Іэм къикІым хуэдизкІэ [«зэрыфхузэфІэкІкІэ», ДЩІ] цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу». Аращи, дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэн икІи абыхэм я жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ.
15. Зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу зэрахъумэфынур? (1 Коринф 4:6).
15 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм къащтэ унафэхэм пщІэ хуащІ. Абыхэм зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр яхъумэ, нэгъуэщІхэм ящІэн хуейм теухуауэ Библием имыт хабзэ гуэрхэр ямыгъэувмэ. (Къеджэ 1 Коринф 4:6.) Иджыри абыхэм Библием тегъэщІа ди тхыгъэхэм ит чэнджэщхэм темыхуэ гуэр къыджаІэнукъым. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ щхьэкІэ зыгуэр къелъэІумэ, абыхэм ят чэнджэщыр зытегъэщІауэ щытынур я еплъыкІэракъым, атІэ Алыхьым и Псалъэращ (Ис. 48:17, 18).
16. Зэхуэсым и нэхъыжьым дапхуэдэу пщІэ зэрыхуищІыфынур зэхуэсым и нэхъыжь гупым къащта унафэм?
16 Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт дэтхэнэ зы къуэшми адрей къуэшхэм зэгъусэу къащта унафэм пщІэ хуещІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щызэІущІэкІэ Иеговэ и къару лъапІэр къаритыну йолъэІу, зэпкърах Іуэхум теухуауэ Библием итым хоплъэ, иужькІэ унафэ къащтэ. Абыхэм къащта унафэр дэтхэнэ зы зэхуэсым и нэхъыжьми диІыгъын хуейщ, езым и еплъыкІэр абы темыхуэми (Еф. 5:17). Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэр Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ ит унафэхэм тетынущ икІи абыхэм езыхэр зыхуейр кърагъэкІынукъым. Псалъэм папщІэ, къуэшым и еплъыкІэр кІуэцІригъэкІын щхьэкІэ, ди тхыгъэхэм псалъэуха гуэрхэр къыхихынукъым.
17. НэгъуэщІхэм къащтэ унафэхэм пщІэ зэрыхуэтщІым сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэр?
17 ИпэкІэ зэрыжытІащи, дэ зыри дызэщхькъым. Щхьэж езым и еплъыкІэ иІэжщ икІи дигу ирихьхэр зэтехуэкъым. Апхуэдэу дызэрызэмыщхьыр сыту фІы дыдэ! Дэ псоми ди хьэлхэр, дызыщІапІыкІа хабзэр, дызэрагъэсар зэтемыхуэми зэхуэсым зэкъуэт дещІ икІи ар хуабжьу дигу ирохь. Аращи, дэ дызэрызэмыщхьыр ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэдгъэхъукъым икІи мамырыгъэр тхъумэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ. Дэ нэгъуэщІхэм я щхьэ ІуэхукІэ къащта унафэхэм пщІэ худощІ икІи абыхэм я жагъуэ дымыщІыну дыхущІокъу. АдэкІи апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, абы фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ икІи зэхуэсым гуфІэгъуэрэ зэкъуэтыныгъэрэ илъынущ (Пс. 133:1; Мт. 5:9, ДЩІ).
89 УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ
a Зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуэныхь хьэлъэ зыщІахэм я Іуэхухэр щызэхагъэкІын хуей къохъу. Ауэ абыхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ и цІэкІэ хьэкум зэращІым къыхэкІкІэ, а Іуэхур езыхэм я еплъыкІэм тегъэщІауэ щымыту, Иеговэ и унафэхэм тегъэщІауэ щытын зэрыхуейр. (Евгъапщэ 2 Летопись 19:6.)
b Псалъэм папщІэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 35 урокым, 5 пунктым еплъ.