2026 ГЪЭ, ИЮЛЫМ И 27 — АВГУСТЫМ И 2
56 УЭРЭДЫР Пэжыр зэхэщІыкІ
ЕджапІэм ущІэсыху уи фІэщхъуныгъэр быдэу къызэрынэным хущІэкъу
«Дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икІи абы тету дыпсэун хуейщ» (ФЛП. 3:16).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ и лэжьакІуэр еджапІэм щІэсыху и фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ, къыдэІэпыкъуну Библием ит принципиплІым.
1, 2. 1) Иеговэ и лэжьакІуэм еджапІэм щІэтІысхьэну мурад иІэмэ, сыт абы ищІэн хуейр? 2) «Абы тету дыпсэун» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр? (Филиппи 3:16).
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм мурад ящІащ школыр къауха иужь, еджапІэ щІэтІысхьэну. Ахэр егупсысу къыщІэкІынщ апхуэдэу абыхэм я щхьэр япІыжыну икІи Алыхьым хуэлэжьэну къадэІэпыкъун лэжьапІэ нэхъ тыншу къахуэгъуэтыну. Уэри адэкІи щІэныгъэ зэбгъэгъуэтыну ухуеймэ, уи фІэщхъуныгъэр пхъумэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? (Екъуб 4:8, япэ Іыхьэ). Школым ущыщІэсам щыгъуэ, шэч хэмылъу, гъэунэхуапІэхэм упэщІэхуащ, ауэ Иеговэ хуэпэжу укъэнащ. АдэкІи щІэныгъэ щызэбгъэгъуэткІэ «абы тету упсэун», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ ухуэпэжу ущытын хуейщ. (Къеджэ Филиппи 3:16.)
2 «Абы тету дыпсэун» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэхэр зауэлІхэр стройм хэту зэрыбакъуэм щІэх-щІэхыурэ хуахьу щытащ. Мы статьям щызэпкърытхыну Библием щыщ принципиплІыр къыбдэІэпыкъунущ еджапІэ ущыщІэскІэ, зауэлІхэр стройм хэту «зэрыбакъуэм» хуэдэу, Иеговэ и лэжьыгъэм ухэтыну. А принципхэр уэ фІыуэ боцІыху икІи ахэр япэм щыгъуи къэбгъэсэбэпу щытащ. Ауэ ахэр адэкІи къэбгъэсэбэпын хуейщ.
АЛЫХЬЫМ ГЪУНЭГЪУ УХУЭЗЫЩІ ІУЭХУХЭМ ЗЭПЫМЫУУЭ ХЭТ
3. ЕджапІэм узэрыщІэсыр Алыхьым узэрыхуэлажьэм дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур?
3 Гугъуехь. ЕджапІэм ущІэсыху уэ уи зэманыр зытебгъэкІуэдэн хуей Іуэху куэд уиІэну къыщІэкІынущ. ДауикІ, уэ фІыуэ уеджэну ухуейщ, ауэ абы щхьэкІэ Иеговэ и лэжьыгъэр Іэпэдэгъэлэл пщІынкІэ хъунущ. Уеблэмэ, уэ зэІущІэхэр блэбгъэкІыу, хъыбарыфІыр нэхъ мащІэу бгъэІуу, Библием махуэ къэс уемыджэу икІи тхьэлъэІукІэ Алыхьым закъуэтІакъуэу фІэкІа зыхуомыгъазэу ухъуфынущ (Апок. 2:4).
4. «Зиусхьэным и Іуэхум» псэемыблэжу ухэтыну сыт къыбдэІэпыкъунур? (1 Коринф 15:58).
4 Къеджэ 1 Коринф 15:58. Велосипедыр мыджэлэн щхьэкІэ, ар сыт щыгъуи гъэжэн хуейщ. Абы ещхьу уи фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ «Зиусхьэным и Іуэхум» псэемыблэжу ухэтын хуейщ. Мыхьэнэшхуэ зиІэр Иеговэ и лэжьыгъэм зэман гуэр къыхудэгъэкІыныракъым, атІэ ар уи дежкІэ псом нэхъ япэ Іуэхуу щытыныращ. Япэрауэ, уэ Иеговэ и лэжьакІуэу ущытщ, итІанэщ еджакІуэу ущыщытыр (Мт. 22:37). Сама́нтэ зи цІэ ди шыпхъу ныбжьыщІэр къыддогуашэ: «Сэ псалъэ быдэ зэстыжащ: Иеговэ сыхуэлэжьэну еджапІэр зэран къысхуэхъумэ, ар хыфІэздзэнущ».
5. Иеговэ узэрыхуэлажьэм япэ увыпІэр иІыгъын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?
5 ЕджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ пщІэ хъунур. Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэ Іуэхухэр япэ ибгъэщарэ йомыгъэщарэ зэхэгъэкІ. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «ЗэІущІэхэр блэзмыгъэкІын, хъыбарыфІ гъэІуным зэпымыууэ сыхэтын икІи Библиер зджын щхьэкІэ сыт сэ сщІэнур?» (Иис. Н. 1:8; Мт. 28:19, 20; Евр. 10:25). Абы нэмыщІ егупсыс а Іуэхухэм ухэтыну япэм щыгъуэ сыт къыбдэІэпыкъуу щытами. А Іуэхухэм узэрыхуейм хуэдэу ухэмытыфу щытамэ, иджыпсту пхъуэж хъунум егупсыс. ЕджапІэ ущыщІэскІэ, Иеговэ и Іуэхухэм нэгъэсауэ ухэтыну мурад быдэ щІы. Еджэным къару ехьэлІэ, ауэ Иеговэ узэрыхуэлажьэм ар зэран хуомыгъэхъу (Мт. 6:24, ДЩІ)a.
6. Зыбгъэунэхужыну сыт хуэдэ упщІэхэр къыбдэІэпыкъуну? (Сурэтми феплъ.)
6 ЕджапІэ ущыщІэскІэ, щІэх-щІэхыурэ зыгъэунэхуж. Псалъэм папщІэ, мазэм зэ мыпхуэдэу узэупщІыж хъунущ: «Си дежкІэ нэхъ лъапІэу щытым зимыхъуэжауэ пІэрэ?» ЗэІущІэхэр блэбгъэкІыу е абыхэм укъыкІэрыхуу хьэл пхуэхъуамэ, е видеосвязькІэ фІэкІа зыпомыщІэмэ, е зэІущІэм ущыщІэсым деж уи щхьэр еджапІэмкІэ щыІэмэ, ар гулъытэншэу къомыгъанэ. Мыпхуэдэ упщІэхэми уегупсыс хъунущ: «Библием сызэреджэмрэ тхьэлъэІукІэ Алыхьым зэрызыхуэзгъазэмрэ нэхъ мащІэ мыхъуауэ пІэрэ? „СыкІуэн хуейщи сокІуэ“ жысІэу хъыбарыфІ гъэІуным сыхэт икІи ар псынщІэ-псынщІэу зэрызухыным иужь сит?» Мы упщІэхэм щыщ зым нэхъ мыхъуми арэзы утехъуэмэ, йомыгъэтІылъэкІыу а Іуэхум зэхъуэкІыныгъэ хэлъхьэ. Еджэныр Иеговэ узэрыхуэлажьэм япэ ищыну хуит умыщІ.
Еджэныр Иеговэ узэрыхуэлажьэм япэ ищыну хуит умыщІ (6 абзацым феплъ.)
«ЗЭХЭЩІЫКІЫР ХЪУМЭ»
7. Еджэныр уи гупсысэкІэм дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур?
7 Гугъуехь. Языныкъуэ программэхэм еджакІуэхэм яхипщэну хэтщ Библиер «философие нэпцІкІэ» зэджэ гупсысэкІэр (Кол. 2:8). Псалъэм папщІэ, «атеизм, теория эволюции» жыхуаІэхэр абыхэм ящыщ зыщ. Иджыри еджакІуэхэр щІэх-щІэхыурэ хуагъэуш я щхьэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми щымыгугъыну. Абы теухуауэ ди зы къуэш ныбжьыщІэм жеІэ: «Дэ ІэщІагъэм нэмыщІ Алыхьым и гупсысэкІэм пэщІэувэ гупсысэкІэм дыхуагъасэт. Дэ сыт щыгъуи къыджаІэт цІыхум иІэ ехъулІэныгъэхэр езым фІэкІа нэгъуэщІым зыми емылъытауэ. Абы къыхэкІкІэ сэ сегупсысу щІэздзащ насыпыфІэу сыщытын щхьэкІэ, Иеговэ къыздэІэпыкъуным сыхуэмыныкъуэу икІи абы сыщыгугъыну апхуэдэ гупсысэкІэр зэран къысхуэхъуащ».
8. ЗэхэщІыкІыр пхъумэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Притчи 3:21).
8 Къеджэ Притчи 3:21. Библием дыхуегъэуш зэхэщІыкІыр тхъумэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІанымрэ абы и дунеймрэ ди гупсысэкІэр зэІагъэхьэн щхьэкІэ хузэфІэкІ къагъанэкъым (1 Пет. 5:8). Мы дунейм щыщ цІыхухэм я еплъыкІэр уи фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъуфынущ, псалъэм папщІэ, къабзагъэм, гъащІэр къызэрыунэхуам икІи Алыхьыр зэрыщыІэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр. ЦІыхухэм уи фІэщ ящІыну хэтынкІэ хъунущ езыхэм я еплъыкІэр псом нэхърэ нэхъ пэжу икІи нэхъ Іущу щыту. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, абыхэм я Іущагъыр «Тхьэм дежкІэ делагъэщ» (1 Кор. 3:18—20).
9. НэгъуэщІхэр зэран къызэрыпхуэхъум емылъытауэ, Библием ит пэжым шэч къытомыхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
9 ЕджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ пщІэ хъунур. Библием зыхуригъаджэ пэжхэр быдэу уи фІэщ хъурэ мыхъурэ зэхэгъэкІ. ЕджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Алыхьыр си фІэщ щІэхъур сыт? Библиер абы и Псалъэу зэрыщытыр сыт си фІэщ зыщІыр? Къабзагъэм теухуа Алыхьым и хабзэхэр мы дунейм щыІэ хабзэхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъыфІу зэрыщытым шэч къыщІытезмыхьэр сыт?» Иджыри школым ущыщІэса зэманыр уигу къэгъэкІыж. Абы щыгъуи цІыхухэм я гупсысэкІэр къыпхапщэну хэтауэ къыщІэкІынущ. «Теория эволюции» жыхуаІэр нэгъуэщІхэм я фІэщ зэрыхъур уи фІэщхъуныгъэм зэран къыхуэхъуауэ пІэрэ? Абы нэмыщІ къыбдеджэхэм ящІэр ядэпщІэну ущыхуея къэхъуа? Мы упщІэхэм ящыщ зым нэхъ мыхъуми арэзы утехъуамэ, уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ пщІын щхьэкІэ иджыпсту пщІэ хъунум егупсыс. Аращи, еджапІэ ущыщІэскІэ, нэгъуэщІхэм я гупсысэкІэр уи фІэщхъуныгъэм зэран хуомыгъэхъуb (2 Тим. 2:16—18).
10. ЗэхэщІыкІыр пхъумэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
10 ЕджапІэм ущІэсыху щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я дуней тетыкІэм апхуэдэуи Іей хэмылъу сегупсысу щІэзмыдзауэ пІэрэ? ЕджапІэм сызыхурагъаджэ языныкъуэ щІэныгъэхэм мыхьэнэ лъэпкъ зэрамыІэр къызгурыІуэу пІэрэ? Ди гугъуехьхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми зэрыІуимыхыфынур быдэу си фІэщ хъурэ?» Аращи, зэхэщІыкІыр пхъумэн щхьэкІэ, адэкІи Библием еджэ, абы куууэ егупсыс икІи къэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. Абы щыгъуэ Библием итыр зэрыпэжым теухуауэ уиІэ еплъыкІэм зыри зэран хуэхъуфынукъым (1 Тим. 4:15).
ЗЭМАНЫР ІУЩАГЪ ХЭЛЪУ КЪЭГЪЭСЭБЭП
11. ЕджапІэ ущыщІэскІэ зэманыр Іущагъ хэлъу къэбгъэсэбэпыну къыщІогугъуэкІынкІэ хъунур сыт?
11 Гугъуехь. Еджэным зэман куэд тебгъэкІуэдэн хуеинкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу экзаменым зыщыхуэбгъэхьэзыркІэ е зэман кІэщІым къриубыдэу проект гуэр бгъэхьэзырын хуей хъумэ. Ауэ уи зэманыр Іущагъ хэмылъу къэбгъэсэбэпмэ, къару лъэпкъ уимыІэжу икІи стрессым укъыхэмыкІыу ухъуфынущ. Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ еджэным нэмыщІ уи узыншагъэми укІэлъыплъыным.
12. Уи зэманыр Іущагъ хэлъу къэбгъэсэбэпын щхьэкІэ, сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр япэ ибгъэщын хуей? (Ефес 5:15, 16).
12 Къеджэ Ефес 5:15, 16. Уи зэманыр Іущагъ хэлъу къэбгъэсэбэпыну хуабжьу гугъуу щытыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ уи пщэм Іуэху куэд къыдэхуэнущ. ДауикІ, еджэным къару епхьэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ауэ уи унагъуэм щыщхэм икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэманыр бгъэкІуэным нэхъ мыхьэнэ иІэщ (Пс. 133:1; Прит. 18:1). Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэр уи дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытын хуейщ (Мт. 6:33, ДЩІ). Иджыри унагъуэ Іуэхухэм пыщІа къалэнхэр е лэжьапІэ гуэри уиІэфынущ. А псом нэмыщІ уи узыншагъэр быдэу щытын щхьэкІэ уи жейр ирибгъэкъун икІи уи Іэпкълъэпкъыр зебгъэкІуэн хуейщ (Эккл. 4:6; 1 Тим. 4:8). Аращи, уи зэманыр Іущагъ хэлъу къомыгъэсэбэпмэ, а Іуэхугъуэхэр фІыуэ пхузэтеухуэнукъым.
13. Зэманыр нэхъыфІу къэбгъэсэбэпын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
13 ЕджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ пщІэ хъунур. Библием щыжыІащ уи Іуэхухэр тэмэму зэтебухуэмэ, ехъулІэныгъэ узэриІэнур (Прит. 21:5). Ар зыщомыгъэгъупщэу еджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ, уи къарур зэрыпэлъэщынум хуэдэу уи зэманыр зэтеухуэ. Сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур? Егупсыс: школым ущыщІэсам щыгъуэ уи къалэну хъуам зэман къахудэбгъэкІыфу щыта? Уэ узэрыхуейм хуэдэу псори мыхъуауэ щытмэ, иджыпсту сыт пхъуэж хъунур? Аращи, Іэпэдэгъэлэл умыщІу уи зэманыр зытебгъэкІуадэм укІэлъыплъыну мурад быдэ щІыc.
14. Зыбгъэунэхужыну сыт хуэдэ упщІэхэр къыбдэІэпыкъуну?
14 ЕджапІэ ущыщІэскІэ щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Зызгъэпсэхун икІи си Іэпкълъэпкъыр зезгъэкІуэн щхьэкІэ зэман къыдэзгъэкІыфу пІэрэ? Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу япэм хуэдэу зэман згъэкІуэну иджыпстуи схузэфІэкІрэ? ЕджапІэм къызат унэ лэжьыгъэхэр игъуэу згъэзэщІэфрэ? СымыгъэзэщІэфмэ сыт абы и щхьэусыгъуэр? Сэ Іуэху куэдыІуэ сиІэу ара, хьэмэрэ си Іуэхухэр зэпымыууэ езгъэтІылъэкІыу ара? Сыт абы теухуауэ нэгъуэщІхэм жаІэр, псалъэм папщІэ си унагъуэм щыщхэм?» Уэ къэплъэгъуну къыщІэкІынщ уи зэманыр зытебгъэкІуадэм зэхъуэкІыныгъэ хэплъхьэн икІи абы нэхъыфІу утетын зэрыхуейр. Дапхуэдэу мыхъуами а Іуэхур йомыгъэтІылъэкІ. Уэ иджыри мурад пщІыну къыщІэкІынщ зи Іуэхухэр фІыуэ зэтезухуэф гуэрым уепсэлъэну (Прит. 11:14).
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЗЫЛЪАГЪУХЭР ГЪЭНЫБЖЬЭГЪУ
15. ЕджапІэм ущыщІэскІэ иджыри сыт хуэдэ гугъуехьым упэщІэхуэфыну?
15 Гугъуехь. Къыбдеджэхэм укърагъэблэгъэнкІэ хъунущ еджапІэ нэужьым я гъусэу зэманыр бгъэкІуэну. Уэри абы арэзы утехъуэну гукъыдэж уиІэнкІэ хъунущ. ДауикІ, ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ фызэдоджэ икІи фызэныбжьу, фигу ирихь Іуэхухэри зэтехуэу щытыфынущ. Уеблэмэ, уэ уи гугъэнкІэ хъунущ зэхуэсым щыщ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм нэхърэ къыбдеджэхэмрэ уэрэ акъылкІэ нэхъ фызэтехуэу. Ауэ убэлэрыгъ хъунукъым. Фэ фызэдеджэми, уэ лъапІэу плъытэмрэ абыхэм лъапІэу ялъытэмрэ зэтехуэкъым. ИкІи къыбдеджэхэм я гъусэу зэманыр нэхъыбэу бгъэкІуэху, абыхэм я еплъыкІэр нэхъыбэу зэран къыпхуэхъунущ (1 Кор. 15:33). ИлъэсиплІкІэ электрикым хуеджа ди къуэш Майкл ар и щхьэкІэ игъэунэхуащ. Абы жеІэ: «Тхьэмахуэ къэс сыхьэт плІыщІ нэхърэ нэхъыбэкІэ сызригъусэн хуей хъуа цІыхухэр хъуэнэрейт, уэрэд мышыухэм едаІуэт икІи цІыхубзхэм пщІэ лъэпкъ хуащІтэкъым. Зэманыр кІуэху а псор зэран къысхуэхъуу щІидзащ».
16. Притчи 13:20 итым сытым дыхуигъасэрэ?
16 Къеджэ Притчи 13:20. Библием жеІэ ныбжьэгъу Іейхэм гугъуехь куэдым дызэрыхуашэфынур. Ауэ абы иджыри мыпхуэдэу щыжыІащ: «Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ». Дерсыр гурыІуэгъуэщ: дэ зи гъусэу зэман дгъакІуэ цІыхухэр е зэран е сэбэп къытхуэхъунущ. Аращи, уэ пхуэдэу Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр икІи насыпыфІэу ущытыну хуей цІыхухэр гъэныбжьэгъу (Пс. 101:6, 7; 119:63).
17. Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэм я гъусэу зэман куэдыІуэ умыгъэкІуэн щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?
17 ЕджапІэ ущІэтІысхьэн ипэ пщІэ хъунур. Къыбдеджэхэм дапхуэдиз зэманкІэ уаригъусэнуми быдэу унафэ щІы. Абы теухуауэ ди къуэш Тре́нтон къыддогуашэ: «Сэ къыздеджэхэм сыт щыгъуи гуапэу сахущытщ, ауэ еджапІэ нэужьым зэман я гъусэу згъакІуэкъым. Ахэр си ныбжьэгъукъым, атІэ къыздеджэу аращ». Уэ сыт хуэдэ гъунэхэр бгъэув хъуну, къыбдеджэхэм я гъусэу зэман куэдыІуэ умыгъэкІуэн щхьэкІэ? Егупсыс: школым ущыщІэсам щыгъуэ къыбдеджахэм теухуауэ сыт хуэдэ гъунэхэр бгъэуват? Абы щыгъуэ узэрыхуейм хуэдэу псори щымытамэ, иджыпсту сыт пхъуэж хъунур? Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэр умыгъэныбжьэгъуу, Іущагъ зиІэ цІыхухэр адэкІи бгъэныбжьэгъуну быдэу мурад щІыd.
18. Иджыри сыт хуэдэ упщІэхэр зэптыжыным сэбэпынагъ хэлъ? (Сурэтми феплъ.)
18 ЩІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэтыж: «Къыздеджэхэм ныбжьэгъу сахуэмыхъуауэ пІэрэ? Абыхэм я псэлъэкІэм, я гупсысэкІэм икІи я щытыкІэм щапхъэ тесхыу щІэзмыдзауэ пІэрэ? Мы упщІэхэм ест жэуапхэм Иеговэ арэзы техъуэну?» (Пс. 1:1). Іей и лъэныкъуэкІэ зыпхъуэжу гу лъыптамэ, ар Іэпэдэгъэлэл умыщІ. Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр бгъэныбжьэгъун щхьэкІэ, пхузэфІэкІыу хъуар щІэ. Абы нэмыщІ къыбдеджэхэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэну умыукІытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ ІэмалыфІ уиІэщ абыхэм пэжыр къащІэну уадэІэпыкъуну.
Къыбдеджэхэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэну умыукІытэ (18 абзацым феплъ.)e
ИПЭКІЭ ЗЫГЪЭХЬЭЗЫР
19. ЕджапІэ ущыщІэскІэ узыпэщІэхуэфыну гугъуехьхэм дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? Щапхъэ къэфхь.
19 Бгым дэкІын ипэ, цІыхум фІыуэ зигъэхьэзырын хуейщ. ЗыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехь псори абы имыщІэнкІэ хъунщ, ауэ ар къарууфІэу, и щыгъыныр а Іуэхугъуэм хуэкІуэу икІи здэкІуэр фІыуэ ищІэу щытын хуейщ. Мы щапхъэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ? ЩІэныгъэ щызэбгъэгъуэткІэ, уи фІэщхъуныгъэр быдэу къызэрынэным къару ехьэлІэ, «Тхьэм и Іэщэ-фащэ псори» зыщытІагъэ икІи зыщомыгъэгъупщэ, уэ уи мурадыр мы дунейм ехъулІэныгъэ ущиІэныракъым, атІэ уи ІуэхущІафэ псомкІи Иеговэ щІыхь къыхуэпхьыныращ (Еф. 6:11—13; 1 Кор. 9:26, 27; 10:31).
20. «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж» жыхуиІэ чэнджэщым дапхуэдэу дызэрытетыфынур?
20 Дэ Библием мыпхуэдэу дыхуегъэуш: «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж» (2 Кор. 13:5). ЩІэныгъэ щызэбгъэгъуэткІэ а чэнджэщым тет икІи мы статьям щызэпкърытха упщІэхэм щІэх-щІэхыурэ егупсыс. Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм зэпымыууэ ухэт? Мы дунейм и гупсысэкІэм уи акъылыр щыпхъумэрэ? Уи зэманыр акъыл хэлъу къэбгъэсэбэпрэ? Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр бгъэныбжьэгъурэ икІи Иеговэ фІыуэ зымылъагъухэм гъунэгъу зэрызыхуомыщІыным ухущІэкъурэ? ЕджапІэми, лэжьапІэми, дэнэ ущымыІами, мы упщІэхэр зэтыж. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ уимыхуами, уи фІэщхъуныгъэм быдэу узэрытетыным уи акъылыр теухуэ. Быдэу уи фІэщ щІы: а псом къару зэрепхьэлІэм щхьэкІэ, Іэмал имыІэу Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэнущ! (Прит. 3:5, 6).
87 УЭРЭДЫР КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!
a Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру ухэтыну къыбдэІэпыкъун чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ jw.org сайтым ит «Вопросы молодёжи. Что нужно делать после крещения? Часть 1. Придерживайся хороших привычек» жыхуиІэ статьям.
b ЗэхэщІыкІыр зэрыпхъумэным теухуа чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ 2019 гъэм, майм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «„Мы зэманым и цІыхухэм акъылыфІагъэу жыхуаІэр“ фи фІэщ фымыщІ» жыхуиІэ статьям.
c Махуэм и кІуэцІкІэ пщІэ Іуэхухэр зэтебухуэну къыбдэІэпыкъуну чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ jw.org сайтым ит «Вопросы молодёжи. Как научиться планировать своё время?» жыхуиІэ статьям.
d Іущагъ хэлъу ныбжьэгъухэр къызэрыхэпхыным теухуа чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, «НыбжьэгъуфІхэр къыхэх» жыхуиІэ 48 урокым.
e СУРЭТЫМ ИТЫР. Парикмахеру еджэ шыпхъур къыдеджэ хъыджэбзым хъыбарыфІымкІэ догуашэ.