БИБЛИЕМ ЗИ ГУГЪУ ИЩІ ЦІЫХУХЭР
Манаил. Иеговэ фызэрыхуэлажьэр фи дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щрет
Манаил япэ лІэщІыгъуэм псэуащ икІи Антиохие къалэм щыІэ зэхуэсым абы пщІэ зыпылъ къалэнхэр щигъэзащІэт. Ар «Ирод пщым и гъусэу япІащ» (Апост. 13:1). Абы къыхэкІкІэ Манаил щІэныгъэшхуэ бгъэдэлът икІи ар хуэщІауэ псэу унагъуэм къыщыхъуауэ къыщІэкІынущ.
Манаил къызыхэкІам емылъытауэ, Хьисэ и лъэужь иуват икІи зэхуэсым щхьэкІэ абы куэд ищІэт. Ар егупсыстэкъым щІэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъым е тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр зэрицІыхум щхьэкІэ, къуэш, шыпхъухэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъ лъагэу. АтІэ Манаил Іэдэбагъ хэлъу къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъут.
Манаил щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Дэри мы дунейм увыпІэ лъагэ къыщыдмылъыхъуэу, Иеговэ и лэжьыгъэр ди гъащІэм япэ идгъэщын хуейщ (Мт. 6:33, ДЩІ). ЩІэныгъэ зэдгъэгъуэтыну ди дежкІэ лъапІэу щытми, дэ дыхуейщ сыт щыгъуи «псом нэхърэ нэхъапэр» къыхэтхыну икІи Иеговэ дыхуэлэжьэну зыри зэран зыхуэдгъэхъукъым (Флп. 1:9, 10, ДЩІ).