ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Февраль н. 8—13
  • Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПСЫМ ЗЫЩІЭГЪЭУЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?
  • ПСЫМ ЩІЭГЪЭУЭНЫР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЕКІУЭКІЫР?
  • АДЭМИ, КЪУЭМИ, КЪАРУ ЛЪАПІЭМИ Я ЦІЭКІЭ
  • Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Псым зыщІэбгъэуэну мурад гъэув
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Февраль н. 8—13

2026 ГЪЭ, АПРЕЛЫМ И 13—19

52 УЭРЭДЫР Иеговэ дыхуэлэжьэну псалъэ еттащ

Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?

«Лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ... [икІи] фыумэхъ» (МТ. 28:19).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Псым зыщІэдгъэуэн щІыхуейр сытми, сыт абы къикІми икІи ар дапхуэдэу екІуэкІми.

1. Иеговэ и лэжьакІуэхэм я дежкІэ псым зыщІэгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэу жыпІэ щІэхъунур сыт?

ДЭ ХУАБЖЬУ догуфІэ Иеговэ и лэжьакІуэ хъун щхьэкІэ цІыхухэм псым зыщыщІагъауэм деж. Апхуэдэ гуфІэгъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми яІащ ди эрэм 33 гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм цІыху куэдым псым зыщыщІагъэуам щыгъуэ. Абы ипэ къихуэу апостол Петр псым зыщІэгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къызыхэщ псалъэ жиІауэ щытащ (Апост. 2:38, 40, 41). ИужькІэ апостол Паул итхащ псым зыщІэгъэуэным теухуа пэжыр Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм зэрыхыхьэр (Евр. 6:1, 2). А темэр тыншу къытщыхъункІэ хъунущ, ауэ дэ абы фІыуэ хэтщІыкІын хуейщ. Сыт щхьэкІэ?

2. Псым зыщІэгъэуэным теухуауэ Библием итыр фІыуэ къыдгурыІуэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

2 Унэр куэдрэ щытын щхьэкІэ, лъабжьэ быдэ иІэн зэрыхуейм хуэдэу, ди фІэщхъуныгъэри быдэу щытын щхьэкІэ, Библием ит пэжхэр фІыуэ къыдгурыІуэу щытын хуейщ, псым зыщІэгъэуэным теухуа темэри абы хэту. А темэм фІыуэ хэзыщІыкІын хуейр псым зыщІагъэуэну зызыгъэхьэзырхэм я закъуэкъым, атІэ куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэхэми хащІыкІын хуейщ. Абы къыхэкІкІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърытхынщ: Псым зыщІэгъэуэным къикІыр сыт? Дапхуэдэу ар зэрекІуэкІыр? Адэ лъапІэм, абы и Къуэм икІи къару лъапІэм я цІэкІэ псым зыщІэдгъэуэн щІыхуейр сыт?

ПСЫМ ЗЫЩІЭГЪЭУЭНЫМ КЪИКІЫР СЫТ?

3. ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ сыт къигъэлъагъуэр?

3 ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ псоми ярегъэлъагъу: 1) Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуа пэжыр къызэрищтар, 2) и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар, 3) Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр зэрыхилъхьар, 4) Алыхьым Хьисэ Мэссихь и фІыгъэкІэ дыкъызэрыригъэлыр и фІэщ зэрыхъуар, 5) Алыхьым зыхуигъазэу, зэрыжриІар и Іэмырыр игъэзэщІэну икІи и организацэм дэлэжьэну гукъыдэж зэриІэр. Уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщыщІэбгъауэм деж, гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум утоувэ.

4. Псым зыщІэбгъауэу укъызэрыхэкІыжым сыт къигъэлъагъуэр? (Сурэтми феплъ.)

4 Псым зыщыщІэбгъауэмa деж уи Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту псым щІехъумэри, абы укъыхокІыж. Ар ебгъэщхь хъунущ цІыхур лІэуэ, иужькІэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжым. (Евгъапщэ Колоссэ 2:12.) Псым зэрызыщІэбгъауэм къегъэлъагъуэ уэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр зэрыхэплъхьар икІи япэм епхьэкІа гъащІэр къызэрыбгъэнар. Псым укъызэрыхэкІыжым къегъэлъагъуэ иджы Алыхьым и Іэмырыр уи гъащІэм псом япэ ибгъэщу узэрыпсэуныр.

Коллаж «ЦІыхухъум и хьэл мыхъумыщІэхэр зыхина иужь, псым зыщІегъауэ»: 1) абы ифІэгъэщІэгъуэну телевизоркІэ боксым йоплъ; 2) ар тутын йофэ; 3) абы фадэкІэ ирегъэлей; 4) иужькІэ абы псым зыщІегъауэ.

ЦІыхум псым зыщыщІигъауэм деж къегъэлъагъуэ, япэм ирихьэкІа гъащІэр къызэригъэнар икІи адэкІэ Алыхьым и Іэмырыр псом япэ иригъэщу зэрыпсэуныр (4 абзацым феплъ.)


5. Псым зыщІэбгъэуэну зэрызыбгъэхьэзырыр Нухь кхъухьыр зэрищІам сыт щІебгъэщхь хъунур? (1 Петр 3:18—21).

5 Къеджэ 1 Петр 3:18—21. Псым зыщІэбгъэуэну зэрызыбгъэхьэзырыр Нухь и кхъухьыр зэриухуам ебгъэщхь хъунущ. Уэ Иеговэ къызэрыпцІыхурэ куэд дэмыкІамэ, псым зыщІэбгъэуэн щхьэкІэ уи гъащІэм хэплъхьэн хуей зэхъуэкІыныгъэхэр кхъухьышхуэр быухуэным хуэдэу гугъуу къыпщыхъуфынущ. Ауэ абы апхуэдиз къару епхьэлІэн хуейуэ пІэрэ? Шэч хэмылъу епхьэлІэн хуейщ. Нухь и щапхъэм егупсысыт. Иеговэ триухуат а кхъухьыр зэрыщытын хуейр икІи ар дапхуэдэу иухуэнуми Нухь жриІат. Езы Нухьи псыдзэшхуэм хэмыкІуэдэн щхьэкІэ, зэрыхъукІэ Иеговэ зэрыжиІа дыдэм хуэдэу псори ищІын хуейт. Абы а кхъухьыр иухуэну щІыхузэфІэкІар Иеговэ дзыхь хуищІт икІи абы жиІэм едаІуэти аращ. Абы къыхэкІкІэ, езы Иегови Нухь дэІэпыкъут. Нухь ещхьу уэри пхузэфІэкІынущ Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу псори пщІэну (ЩІэдз. 6:22).

6. Псым зэрызыщІэдгъауэм дапхуэдэу дыкъызэрыригъэлыфынур?

6 1 Петр 3:21 щыжыІащ псым зыщІэгъэуэным дыкъызэрыригъэлыр. ДауикІ, а Іуэхугъуэм езыр-езыру дыкъригъэлкъым икІи ди гуэныхьхэр игъэкъэбзэжкъым. Ди гуэныхьхэр зыгъэкъэбзэжыфынур Хьисэ Мэссихь и лъы закъуэращ (1 Ин. 1:7). Ауэ, абы емылъытауэ, псым зыщІэдгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Иеговэ къытхуигъэув унафэщ. Абы нэмыщІ псым зэрызыщІэдгъауэмкІэ Алыхьым напэ къабзэ къыдитыну делъэІуу жыпІэ хъунущ. Иеговэ апхуэдэ лъэІум и гуапэу жэуап ирет икІи Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ипкъ иткІэ ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу. Абы и фІыгъэкІэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну гугъэ диІэ мэхъу. Апхуэдэу псым зэрызыщІэдгъауэм дыкъригъэлу жыпІэ хъунущ.

ПСЫМ ЩІЭГЪЭУЭНЫР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЕКІУЭКІЫР?

7. Псым щІэгъэуэныр дапхуэдэу зэрекІуэкІыр?

7 Псым щІэгъэуэныр дапхуэдэу екІуэкІын хуейми Библием щыжыІакъым. Ауэ абы гурыІуэгъуэу итщ цІыхур псым зыщыщІигъауэм деж и Іэпкълъэпкъыр псым зэрыщыту щІигъэнэн зэрыхуейр. Иджыри Библием ит принципхэм къагъэлъагъуэ псым зыщІэзыгъауэ цІыхум дапхуэдэу зихуэпэн хуейми икІи а Іуэхугъуэм кІэлъыплъхэм дапхуэдэу защІын хуейми (1 Кор. 14:40; 1 Тим. 2:9). Нобэ цІыхухэр псым щІэзыгъауэхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэращ, ауэ абы къикІкъым дэ а къуэшхэм пщІэ лей яхуэтщІын хуейуэ (1 Кор. 1:14, 15). ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэр Алыхьым къищтэнрэ къимыщтэнрэ абы кІэлъыплъхэм я бжыгъэм елъытакъым (Апост. 8:36).

8. Псым зыщІэзыгъэуэнухэм сыт хуэдэ упщІэхэм жэуап иратрэ икІи сыт щхьэкІэ? (Апостолхэм 2:38—42). (Сурэтми феплъ.)

8 Библием щыжыІащ «цІыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыІэр мыкІуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур» (Рим 10:9, 10; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «цІыхухэм я пащхьэм... щыжызыІэр» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ). Псым зыщыщІэдгъауэ махуэм дэ ди фІэщхъуныгъэм теухуауэ псоми яжетІэу жыпІэ хъунущ. Аращ псым зыщІэзыгъауэхэм упщІитІым жэуап щІратыр. Япэ упщІэр мыращ: «Уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжу, уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм тхьэлъэІукІэ иплъхьа икІи Алыхьым дыкъригъэлын щхьэкІэ Хьисэ Мэссихь къызэригъэсэбэпыр уи фІэщ хъурэ?» Мы упщІэм къегъэлъагъуэ цІыхум псым зыщІигъэуэн ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичами. Апостол Петр абы ещхь псалъэхэр жиІауэ щытащ, Пэнтэкост махуэшхуэм цІыхухэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжу, псым зыщІагъэуэну щыхуигъэушам щыгъуэ. ЕтІуанэ упщІэр: «Псым зэрызыщІэбгъауэмкІэ уэ Иеговэ и Щыхьэт узэрыхъур икІи абы и организацэм щыщ узэрыхъур нэгъэсауэ къыбгурыІуэрэ?» Мы упщІэм дигу къегъэкІыж Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэр дгъэзащІэмэ икІи къуэш, шыпхъухэм я гъусэу абы дыхуэлажьэмэ, псалъэ ттам дызэрытетыжыр. Апхуэдэу дэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щапхъэ ятетхыу жыпІэ хъунущ. (Къеджэ Апостолхэм 2:38—42.) Мы упщІитІым я гум къыбгъэдэкІыу «нтІэ» жаІэу жэуап езытхэм псым зыщІагъауэ хъунущ.

Конгрессым щыІэу, ныбжькІэ зэхуэмыдэ къуэш, шыпхъухэр сценэм и гупэ къит тІысыпІэхэм деж щытщ. Абыхэм псым зыщІагъэуэн ипэ, упщІитІым жэуап ират, фІэщхъуныгъэ зэраІэр псоми зэхахын щхьэкІэ.

Псым зыщыщІэбгъауэ махуэм уэ фІэщхъуныгъэ узэриІэр псоми ибогъэлъагъу (8 абзацым феплъ.)d


9. Алыхьыр арэзы къытхуэхъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуей?

9 Пэжыр къэпщІэн ипэ уэ дуней тетыкІэ тэмэм уиІауэ икІи гуэныхь хьэлъэхэр умыщІауэ щытынкІэ хъунущ. Е уи адэ-анэр Иеговэ и лэжьакІуэу щытмэ, Алыхьыр фІыуэ плъагъуу уагъэсауэ къыщІэкІынущ. Апхуэдэу щытмэ, Алыхьыр арэзы пщІын щхьэкІэ Іэмал имыІэу уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжу, псым зыщІэбгъэуэн хуей? Хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и ныбжьэгъуу дыщытыну зэран къытхуэхъу гуэныхьыр псоми тхэлъщ (Пс. 51:5). Иеговэ нэхъыфІу къыщытцІыхум деж, дэ гукъыдэж диІэ мэхъу абы гъунэгъу зыхуэтщІыну икІи адэкІэ ди щхьэм дыхуэмыпсэууэ, абы дыхуэпсэуну. Абы къыхэкІкІэ, япэм дызэрыпсэуар къыдогъанэри, уафэм щыІэ ди Адэр зэрыхуейм хуэдэу дыпсэун щІыдодзэ. Абы иужь дэ псым зыщІэдгъауэ хъунущ (Апост. 3:19).

10. Япэм щыгъуэ нэгъуэщІ дин пІыгъыу псым зыщІэбгъэуауэ щытмэ, сыт уэ пщІэн хуейр?

10 Япэм щыгъуэ нэгъуэщІ дин пІыгъыу псым зыщІэбгъэуауэ щытмэ, уэ Иеговэ и Щыхьэт ухъун щхьэкІэ, иджыри зэ псым зыщІэбгъэуэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуа пэжыр уэ икІэм нэс пщІэтэкъым. Уи гъащІэр тхьэлъэІукІэ Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьауэ щытами, абы къыпхуигъэувыр уэ икІэм нэс къыбгурыІуэтэкъым. Апостол Паул Ефес къалэм щыщыІам щыгъуэ, псым зыщІэзыгъэуа, ауэ Хьисэ теухуа пэжыр зымыщІэ цІыху гуп хуэзащ. Паул абыхэм къагуригъэІуащ иджыри зэ псым зыщІагъэуэжын зэрыхуейр (Апост. 19:1—5)b. Ноби цІыхум псым зыщыщІигъауэм деж Алыхьым и мурадыр нэгъэсауэ къыгурыІуэн хуейщ.

АДЭМИ, КЪУЭМИ, КЪАРУ ЛЪАПІЭМИ Я ЦІЭКІЭ

11. Адэми, Къуэми, къару лъапІэми я цІэкІэ псым зыщІэбгъэуэным къикІыр сыт? (Маттэ 28:18—20).

11 Хьисэ унафэ къигъэнащ и лъэужь иувагъащІэхэр «Адэ лъапІэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ [«къару», ДЩІ] ЛъапІэми я цІэкІэ» псым щІэгъэуэн зэрыхуейр. (Къеджэ Маттэ 28:18—20.) А псалъэхэм Хьисэ къригъэкІар сыт? Иеговэрэ Хьисэрэ я цІэкІэ псым зыщыщІэдгъауэм деж, дэ къыдогъэлъагъуэ унафэ къытхуащІыну абыхэм тепщэныгъэ зэраІэм арэзы дызэрытехъуэр. Абы нэмыщІ къару лъапІэм и цІэкІэ псым зыщыщІэдгъауэм деж дэ къыдогъэлъагъуэ, абы диунэтІыну хуит зэрытщІыр. (Евгъапщэ Маттэ 10:41; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «зэрыбегъымбарым щхьэкІэ» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ.) АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ дапхуэдэу дэ Адэми, Къуэми я тепщэныгъэр зэрадэтІыгъыфынур икІи къару лъапІэм и унафэм дызэрыщІэтыр къызэрыдгъэлъэгъуэфынур.

12. Адэм и цІэкІэ псым зэрызыщІэдгъауэм къикІыр сыт? (Апокалипсис 4:11). (Сурэтми феплъ.)

12 Адэм и цІэкІэ. Дэ арэзы дытохъуэ Иеговэ гъащІэ къыдэзыта уафэм щыІэ ди Адэу зэрыщытым. Ар псори зыхузэфІэкІ Алыхьщ икІи КъэгъэщІакІуэщ. (Къеджэ Апокалипсис 4:11.) Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ ди тхьэлъэІухэм зэредаІуэм (Пс. 65:2). Дэ Иеговэ и цІэм пщІэшхуэ худощІри, лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм икІи абы теухуауэ нэгъуэщІхэм щажетІэм деж, и цІэр къыдоІуэ. Ауэ абы и цІэмкІэ псым зыщІэбгъэуэным нэгъуэщІ мыхьэни иІэщ. Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ апостол Петр къедэІуа цІыхухэм Иеговэ теухуауэ ящІэт. Ауэ абыхэм къагурыІуэн хуейт гъащІэ мыухыж уиІэн щхьэкІэ, Хьисэ Мэссихь уи фІэщ хъун зэрыхуейр (Рим 5:8).

Ипэ ита сурэтым хэта зы шыпхъум и унэм щІэсу, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ.

Псым зыщІэбгъэуа иужь адэкІи Адэм и жыІэм щІэт (12 абзацым феплъ.)


13. Къуэм и цІэкІэ псым зэрызыщІэдгъауэм къикІыр сыт? (Сурэтми феплъ.)

13 Къуэм и цІэкІэ. Хьисэ Алыхьым япэу къигъэщІа и Къуэу зэрыщытым дэ арэзы дытохъуэ. Хьисэ — «гъуэгущ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, а зыращ Иеговэ дыхуэзышэфынур икІи гъунэгъу дыхуэзыщІыфынур (Ин. 14:6). Абы нэмыщІ Хьисэ ди КъегъэлакІуэщ. Дэ гъащІэ мыухыж диІэн щхьэкІэ, абы и псэр итащ. Абы къыхэкІкІэ, дэ псым зыщыщІэдгъэуа махуэм имызакъуэу, Хьисэ и щапхъэм махуэ къэс дытетыну дыхуейщ (1 Ин. 2:6). ЦІыхухэр къызэрытпэщІэувэм емылъытауэ, дэ Хьисэ ещхьу хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу дыхэтщ (Лк. 4:43). Уеблэмэ, Алыхьым дызэрыхуэпэжым щхьэкІэ дыкъызэрырахуэкІынми дыхуэхьэзырщ (2 Тим. 3:12). Дэ къыдгуроІуэ Хьисэ «зэхуэсым и щхьэу зэрыщытыр» икІи къыддэІэпыкъун щхьэкІэ абы тригъэува къуэшхэм я жыІэм ди гум къыбгъэдэкІыу дыщІэтщ (Еф. 4:8, 11, 12; 5:23).

Ипэ ита сурэтым хэта зы къуэшым унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр игъэІуу, цІыхухъум Библием ит едзыгъуэм къыхуоджэ.

Псым зыщІэбгъэуа иужьи Алыхьым и Къуэм и тепщэныгъэр дэІыгъ (13 абзацым феплъ.)


14. 1) Алыхьым и къару лъапІэм и цІэкІэ псым зэрызыщІэдгъауэм къикІыр сыт? (Сурэтми феплъ.) 2) Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм иджыри дапхуэдэ щІыкІэу заумэхърэ? («Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм иджыри зэрызаумэхъ щІыкІэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

14 Къару лъапІэм и цІэкІэ. Иеговэ и къару лъапІэм теухуауэ Библием итым дэ арэзы дытохъуэ. Ар личносткъым, Иеговэ хуэдэу икІи Тхьэнапищым и Іыхьэкъым, атІэ мыувыІэу лажьэ Алыхьым и къарущ. Дэ ди фІэщ мэхъу Алыхьым и къару лъапІэм бегъымбархэмрэ Библиер зытхахэмрэ иунэтІу зэрыщытар. Абы къыхэкІкІэ, дэ зэпымыууэ а тхылъым доджэ икІи абы ит пэжхэм дзыхь худощІ (2 Пет. 1:20, 21). Дэ гуэныхь хьэлъэхэм пэІэщІэ зыхудощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр дэри, уеблэмэ, ди зэхуэсми Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну зэран къытхуэхъуфынущ (Еф. 4:30).

Ипэ ита сурэтым хэта зы шыпхъур и унэм щІэсу Библие йоджэ.

Псым зыщІэбгъэуа иужьи Алыхьым и къару лъапІэм зегъэунэтІ (14 абзацым феплъ.)


Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм иджыри зэрызаумэхъ щІыкІэхэр

Иеговэ и лэжьакІуэхэм псоми псым зыщІагъауэ, ауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм я дежкІэ зэрызаумэхъ нэгъуэщІ щІыкІэхэри щыІэщ.

  • Иеговэ и къару лъапІэмкІэ ахэр еумэхъ, Мэссихь и гъусэу уафэм щыІэну къыщыхихым деж (Мт. 3:11).

  • Абыхэм МэссихькІэ заумэхъ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр апхуэдизкІэ Хьисэ гъунэгъу хуохъури, абы и Іэпкълъэпкъым щыщ хъууэ жыпІэ хъунущ (Гал. 3:27, 28; 1 Кор. 12:27).

  • Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Мэссихь и лІэныгъэмкІэ заумэхъ. Абы къокІ ахэр лІэжыхукІэ Хьисэ и щапхъэм тету зэрыпсэур. ИужькІэ Иеговэ ахэр уафэм щигъэпсэун щхьэкІэ, лІахэм къахегъэтэджыкІыж (Рим 6:3—5).

15. Дэ ди акъылыр сытым тедухуэн хуей?

15 Уэ псым зыщІэбгъэуауэ щытмэ, а Іуэхугъуэмc теухуауэ Библием зыхуригъаджэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр зыщомыгъэгъупщэ икІи уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щиплъхьам щыгъуэ, псалъэ ептам утету адэкІи псэу. Ауэ уэ иджыри псым зыщІомыгъэуамэ-щэ? А лъэбакъуэр пчыну зыгуэр зэран къыпхуэхъуу пІэрэ? КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ псым зыщІэбгъэуэну мурад бгъэуву, абы ухущІэкъуну сыт къыбдэІэпыкъунуми.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ЦІыхум псым зэрызыщІигъауэмкІэ сыт къигъэлъагъуэр икІи абы и Іэпкълъэпкъыр зэрыщыту псым зэрыщІихъумэм сыт къикІыр?

  • Псым зыщІэзыгъэуэнухэм сыт хуэдэ упщІэхэр иратрэ икІи сыт щхьэкІэ?

  • Адэми, Къуэми, къару лъапІэми я цІэкІэ псым зыщІэбгъэуэным къикІыр сыт?

161 УЭРЭДЫР Уи мурадыр зэрызгъэзащІэм гурыфІыгъуэ къызет!

a «Псым щІэгъэуэн» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэ «ба́птисма» жыхуаІэм къокІ «щІэхъумэн» е «щІэгъэмбырыуэн» жиІэу. Аращи, цІыхум псым зыщыщІигъауэм деж и Іэпкълъэпкъыр псым зэрыщыту щІихъумэн хуейщ, атІэ языныкъуэ динхэм зэращІым ещхьу псыр траутхэн хуейуэ аракъым.

b Ефес щыщ а цІыхухэм «Иуан зытепсэлъыхьа умэхъын хабзэм» тету псым зыщІагъэуащ (Апост. 19:3). ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан журтхэр къыхуриджэт Мусэ и хабзэм пэщІэувэу ящІа гуэныхьхэм хущІегъуэжыну икІи абы къедаІуэхэр псым щІигъауэт (Мк. 1:4, 5). Ауэ Мусэ и хабзэр Алыхьым щыІуихам, Иуан цІыхухэр псым зэрыщІигъэуам и мыхьэнэр икІат. А зэманым щыщІэдзауэ Алыхьым къищтэр дыкъелыным дыхуэзышэ псым зыщІэгъэуэныращ (Еф. 4:5).

c jw.org сайтымрэ JW Library® приложениемрэ ит «Ответы на библейские вопросы» рубрикэм ит «Что такое крещение?» жыхуиІэ статьям феплъ.

d СУРЭТЫМ ИТЫР. Конгрессым щыІэу псым зыщІэзыгъэуэнухэм упщІитІым жэуап щратым деж фІэщхъуныгъэ зэраІэр псоми ирагъэлъагъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын