Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
«Зевгъэумэхъыурэ [псым зыщІэвгъауэурэ, ДЩІ] фымыкІуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл» (1 ПЕТ. 3:21).
1, 2. 1) Адэ-анэхэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІэ я бынхэм псым зыщІагъэуэну мурад яІэу къыщыжраІэм деж? 2) Псым зыщІэзыгъэуэну зызыгъэхьэзырхэм «ТхьэлъэІукІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьа?» жаІэу сыт щІеупщІыр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
ПСЫМ зыщІэзыгъэуэнухэм яхэт Мария и адэ-анэр абы йоплъ. Псалъэ жызыІэ къуэшым и упщІитІым я жэуапыр абы ину, ІупщІу ирет. Абы иужь псым зыщІегъауэ.
2 Мария и адэ-анэр иропагэ я пхъум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэну мурад быдэ зэрищІам. Ауэ а Іуэхугъуэм ипэ абы и анэр мыпхуэдэ упщІэхэм игъэгузавэт: «МыжьыІуэу пІэрэ Мария псым зыщІигъэуэну? А лъэбакъуэм мыхьэнэ иІэр фІыуэ къыгурыІуэрэ абы? Зэман гуэр дигъэкІмэ мынэхъыфІу пІэрэ?» Мыпхуэдэ упщІэхэм адэ-анэ куэдыр йогупсыс, я бынхэм псым зыщІагъэуэну мурад яІэу къыщыжраІэм деж (Эккл. 5:5). Ар гурыІуэгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тхьэлъэІукІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэныр псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэщ. («ТхьэлъэІукІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьа?» рамкэм феплъ.)
3, 4. 1) Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Петр сыт хуэдэ щапхъэкІэ къыдгуригъэІуа? 2) Псым зыщІэгъэуэныр Нухь и зэманым кхъухьыр зэрищІам сыт ебгъэщхь щІэхъунур?
3 Апостол Петр псым зыщІэгъэуэныр Нухь кхъухь зэрищІам иригъэщхьащ. Абы итхащ: «Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам щхьэкІэ, зевгъэумэхъыурэ [псым зыщІэвгъауэурэ, ДЩІ] фымыкІуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл». (Къеджэ 1 Петр 3:20, 21.) Кхъухьыр щыхьэт техъуэт Нухь и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьам, абы и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ. Нухь Иеговэ кърита къалэныр нэгъэсауэ игъэзэщІащ. Нухьрэ абы и унагъуэмрэ я фІэщхъуныгъэр я ІуэхущІафэхэмкІэ къагъэлъэгъуащ икІи абы и фІыгъэкІэ ахэр Псыдзэшхуэм къелащ. Мы щапхъэмкІэ сытыт Петр къыдгуригъэІуэну зыхуеяр?
4 Кхъухьыр цІыхухэм щалъагъукІэ абыхэм къагурыІуэт Нухь Алыхьыр и фІэщ зэрыхъур. Апхуэдэу цІыхум псым зэрызыщІигъауэр нэгъуэщІхэм щалъагъум деж, абыхэм къагуроІуэ лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и фІэщ хъууэ абы и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрырилъхьар. Псым зыщІэзыгъэуахэм, Нухь хуэдэу, Алыхьым яхуигъэува къалэныр жыІэдаІуэу ягъэзащІэ. Иеговэ Нухь Псыдзэшхуэм къелыну зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу, псым зыщІэзыгъэуа и лэжьакІуэ пэжхэми дэІэпыкъунущ мы дуней Іейр щигъэкІуэдкІэ ахэр къелыну (Мк. 13:10; Апок. 7:9, 10). ГурыІуэгъуэщ тхьэлъэІукІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Аращи, щхьэусыгъуэ имыІэу псым зыщІэзымыгъауэм, игъащІэкІэ псэуну гугъэ иІэр фІэкІуэдынкІэ хъунущ.
5. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
5 Зэрытлъагъущи, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІищ зэпкърытхынщ: псы зыщІэгъэуэным теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм сыт жиІэр? Псым зыщІэбгъэуэн ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр пчын хуей? Уи сабийр е нэгъуэщІ зыгуэр Библием щебгъаджэм деж псым зыщІэгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр сыт зыщыбгъэгъупщэ щІэмыхъунур?
ПСЫМ ЗЫЩІЭГЪЭУЭНЫМ ТЕУХУАУЭ ТХЫГЪЭ ЛЪАПІЭМ СЫТ ЖИІЭР
6, 7. 1) Иуан псым зэрыщІигъауэм сытыт къикІыр? 2) Иуан псым щІигъэуа цІыхухэм щыщу хэтыт псоми къащхьэщыкІыр икІи сыт щхьэкІэ?
6 Япэу цІыхур псым щІэзыгъэуауэ Библием зи гугъу ищІыр Иуанщ (Мт. 3:1—6). Сытыт псым зыщІагъэуэну цІыхухэр абы и деж щІэкІуэр? Абыхэм абыкІэ къагъэлъагъуэт Мусэ и хабзэм зэребэкъуам щхьэкІэ я гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжыр. Иуан цІыху куэд псым щІигъэуами псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр Алыхьым и Къуэ Хьисэ псым зэрыщІигъэуарат (Мт. 3:13—17). Ауэ Хьисэ цІыху дагъуэншэти ар гуэныхьхэм хущІегъуэжын хуейтэкъым (1 Пет. 2:22). Сыт-тІэ Хьисэ псым зыщІыщІигъэуар? АбыкІэ абы Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ и гъащІэр тригъэкІуэдэну зэрыхуейр къигъэлъэгъуащ (Евр. 10:7).
7 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ, абы и лъэужь ирикІуэхэми цІыхухэр псым щІагъауэт (Ин. 3:22; 4:1, 2). Абы щыгъуи, псым зыщІэзыгъауэ цІыхухэм, Иуан псым щыщІигъауэу щытам хуэдэу, Мусэ и хабзэм зэребэкъуам щхьэкІэ я гуэныхьым зэрыхущІегъуэжыр къагъэлъагъуэу арат. Ауэ Хьисэ лІэуэ къэтэджыжа иужь абы и лъэужь ирикІуэну хуейхэм псым зыщІыщІагъауэм и щхьэусыгъуэм зихъуэжащ.
8. 1) Хьисэ къэтэджыжа иужь, сыт хуэдэ унафэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуищІа? 2) Хьисэ и лъэужь иувэну хуейхэм псым зэрызыщІагъауэм сыт къигъэлъагъуэр?
8 Ди эрэм 33-нэ гъэм Хьисэ къэтэджыжа иужь, ар цІыху 500-м щІигъум ялъэгъуащ — цІыхухъухэми цІыхубзхэми. Абыхэм сабийхэри яхэтауэ къыщІэкІынщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы щыгъуэ хъунщ мыпхуэдэ унафэ щахуищІар: «Аращи, фыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. Адэ лъапІэми, и Къуэми, Тхьэм и Псэ ЛъапІэми я цІэкІэ фыумэхъи [псым щІэвгъауи, ДЩІ], унафэу нывжесІа псори ягъэзэщІэну яхуэвгъэув» (Мт. 28:19, 20; 1 Кор. 15:6). Аращи, Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм егъэщІэн зэрыхуейр щэ бжыгъэ хъу цІыхухэм зэхахауэ къыщІэкІынущ. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ и бжьыр къэзыщтэну е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и лъэужь иувэну хуейхэм псым зыщІагъэуэн зэрыхуейр (Мт. 11:29, 30). Иджы цІыхум псым зэрызыщІигъэуам Алыхьыр арэзы щытехъуэр абы и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ Хьисэ къызэригъэсэбэпыр цІыхум и фІэщ щыхъум дежт. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэн щІэзыдзахэм псым зыщІэгъэуэным и мыхьэнэшхуэ зэриІэр къазэрыгурыІуэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ куэд Библием итщ. ИкІи абыхэм псым зыщІагъэуэну кІыхьлІыхь защІтэкъым, щхьэусыгъуэшхуэ ямыІэмэ (Апост. 2:41; 9:18; 16:14, 15, 32, 33).
КІЫХЬЛІЫХЬ ЗЫВМЫЩІ
9, 10. Сыт дэ псым зыщІэгъэуэным теухуауэ къыдагъащІэр Ефиопие къэралым щыщ прозелитымрэ апостол Паулрэ я щапхъэхэм?
9 Къеджэ Апостолхэм 8:35, 36. Ефиопие къэралым щыщ прозелитым и щапхъэ зэпкърытхынщ. Ар Ерусалим дэт Алыхьым и Унэшхуэм щыІауэ и унэм кІуэжт. МелыІычым къызэрыжриІам тету, Филипп прозелитыр зэрыс гум кІэлъыщІыхьэри, «Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр» жриІэу щІидзащ. Дауэ абы псалъэ зэхихахэр къызэрыщыхъуар? Пэжыр къызэрищІам щхьэкІэ и гум фІыщІэшхуэ илъти, Иеговэ и мурадым тету абдежым занщІэу псым зыщІигъэуащ.
10 Иджы девгъэгупсыс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къезыхуэкІыу щыта журт лъэпкъым щыщ зы лІы гуэрым къыщыщІам. Журт лъэпкъыр Алыхьым къыхихауэ щытат, ауэ иужькІэ Иеговэ ар къигъэнащ, жиІэм емыдаІуэу зэрыщытам щхьэкІэ. А лІым и гугъэт журтхэр Алыхьым зэрыхуейм хуэдэу хуэлажьэу, абы къыхэкІыу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъу иригъэхьт. Ауэ зэгуэрым лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ уафэм къепсэлъыхри абы зыхуигъэзащ. Ар дауэ абы къызэрыщыхъуар? А лІым хьэзыру зыдигъэІэпыкъуащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Ананий икІи псым зыщІигъэуащ (Апост. 9:17, 18; Гал. 1:14). Фэ къывгурыІуауэ къыщІэкІынщ зи гугъу тщІыр зэры-Щаулыр. Ар иужькІэ псоми апостол Паулу яцІыху хъуащ. Гу лъытапхъэщ: Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ Хьисэ къызэригъэсэбэпыр абы и фІэщ зэрыхъуу, занщІэу псым зыщІигъэуащ. (Къеджэ Апостолхэм 22:12—16.)
Библие зыджхэм пэжыр къызэращІар фІыщІэ ящІ икІи я гум хуегъэуш псым зыщІагъэуэну
11. 1) Библие зыджхэр сытым хуигъэушрэ псым зыщІагъэуэну? 2) НэгъуэщІхэм псым зыщыщІагъауэм деж дэ абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитрэ?
11 Абыхэм ебгъэщхь хъунущ ди зэманым Библие зыджхэр — ныбжьыщІэхэри зи ныбжь хэкІуэтахэри. Библием ит пэжыр къызэращІам щхьэкІэ я гум фІыщІэ илъымрэ фІэщхъуныгъэмрэ ахэр хуагъэуш тхьэлъэІукІэ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэу, псым зыщІагъэуэну. ДауикІ, псым зыщІэзыгъэуэнухэм хуэгъэза псалъэр дэтхэнэ зы зэхуэсышхуэми мыхьэнэшхуэ зиІэ и Іыхьэу щытщ. Иеговэ и Щыхьэтхэр мэгуфІэ Библие зыджхэм пэжыр къащтэу, псым зыщІагъэуэну мурад щащІым деж. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, адэ-анэхэр зэрыгуфІэр я бынхэр псым зыщІэзыгъэуэну хуейхэм яхэту щалъагъукІэ! 2017 гъэм и кІуэцІкІэ 284 000-м нэхърэ нэхъыбэ цІыхухэм псым зэрызыщІагъэуамкІэ къагъэлъэгъуащ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэрыралъхьар (Апост. 13:48). Шэч хэмылъу, абыхэм къагуроІуэ псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэу зэрыщытыр. Ауэ абыхэм псым зыщІагъэуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ячын хуейт?
12. Библие зыджым псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичын хуей?
12 ЦІыхум псым зыщІигъэуэн ипэ Алыхьым теухуауэ, абы и мурадым икІи цІыхухэр къригъэлын щхьэкІэ ищІам теухуауэ щІэныгъэ пэжхэр зригъэгъуэтын хуейщ (1 Тим. 2:3—6). Абы нэмыщІ цІыхум Иеговэ быдэу и фІэщ хъун хуейщ. А фІэщхъуныгъэр къыдэІэпыкъунущ Алыхьым и хабзэхэм тетыну икІи абы игу иримыхь Іуэхухэр къигъэнэну (Апост. 3:19). ДауикІ, тхьэлъэІукІэ и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьэ цІыхум абы и хабзэхэм темыхуэ Іуэхугъуэхэр ищІэу щытмэ, Иеговэ ар къищтэкъым (1 Кор. 6:9, 10). Ауэ Иеговэ и хабзэхэм утетын закъуэр мащІэщ. И гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ изылъхьэну хуейр зэІущІэхэми кІуэн хуейщ. Абы нэмыщІ зэпымыууэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтын хуейщ икІи цІыхухэр Библием ит пэжым хуригъэджэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэну хуей дэтхэнэ зыми игъэзэщІэн хуей къалэнщ (Апост. 1:8). Абы иужьщ Библие зыджым тхьэлъэІукІэ и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псоми ялъагъуу псым зыщІигъауэ щыхъунур.
БИБЛИЕМ ЕДГЪАДЖЭХЭМ ПСЫМ ЗЫЩІАГЪЭУЭНУ МУРАД ЯЩІЫНУ ХУЭВГЪЭУШ
ФщІэжу пІэрэ фэ псым зыщІэгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр икІи Библием евгъаджэхэм жефІэу пІэрэ ар? (13-нэ абзацым феплъ.)
13. Библием езыгъаджэхэм сыт ягу щІилъын хуейр псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэу зэрыщытыр?
13 Ди сабийхэмрэ Библиер зыджхэмрэ дызытепсэлъыхьа лъэбакъуэхэр ячыну дащыдэІэпыкъум деж зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым псым зыщІомыгъэуауэ Хьисэ и лъэужь узэримыувэфынур. Ар дигу илъмэ, дэ Іэмал дыщиІэхэм деж блэдмыгъэкІыу тхьэлъэІукІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыхэдгъэщынущ. Пэжщ, дэ дыхуейщ ди сабийхэмрэ Библиер зыджхэмрэ Алыхьым гъунэгъу зыхуащІу, псым зыщІагъэуэну.
14. Зыгуэрым псым зыщІигъэуэну сыт хэдгъэзыхь щІэмыхъунур?
14 ДауикІ, адэ-анэхэми, Библием езыгъаджэхэми нэгъуэщІхэми цІыхур хагъэзыхьын хуейкъым псым зыщІигъэуэну. Иеговэ хуэлэжьэну зыри хигъэзыхькъым (1 Ин. 4:8). Абы къыхэкІкІэ цІыхур Библием щедгъаджэкІэ дэ къыгурыдгъэІуэн хуейщ езым Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуищІын хуейр. ЦІыхум пэжыр къызэрыгурыІуэм щхьэкІэ и гум илъ фІыщІэмрэ Хьисэ и бжьыр зытрилъхьэну зэрыхуеймрэщ псым зыщІигъэуэну хуэзыгъэушын хуейр (2 Кор. 5:14, 15).
15, 16. 1) ЦІыхур псым щІагъэуэнрэ щІамыгъэуэнрэ и ныбжьым елъытауэ пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ. 2) ЦІыхур нэгъуэщІ диным хэту псым зыщІигъэуами, Иеговэ и Щыхьэт хъун щхьэкІэ сыт абы иджыри псым зыщІигъэуэн щІыхуейр?
15 Библием еджэхэм Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр зэхуэдэу хэхъуэкъым. ЦІыхум псым зыщІигъауэ хъунрэ мыхъунрэ и ныбжьым елъытакъым. Куэдым иджыри щІалэ дыдэу псым зыщІагъауэри игъащІэ псокІэ Иеговэ хуэпэжу хуолажьэ. Абы нэмыщІ щыІэщ я ныбжьыр хэкІуэтауэ пэжыр къащІэу псым зыщІэзыгъэуахэри. Языныкъуэхэр илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэ хъут!
16 Библиер зыдж зи ныбжь хэкІуэта зы цІыхубзым нэгъуэщІ динхэм щыхэтам псым зыщІигъэуауэ щытащ. Абы къыхэкІыу ар езыгъаджэм еупщІащ псым иджыри зыщІигъэуэн хуейрэ хуэмейрэ. Ди шыпхъум а упщІэм ехьэлІа Библием ит едзыгъуэхэр абы и гъусэу зэпкърихащ. А едзыгъуэхэр къыдэІэпыкъуащ цІыхубзым къыгурыІуэну псым зыщІэгъэуэным теухуауэ Библием жиІэр сытми икІи абы иужь, куэд мыщІэу, псым зыщІигъауэри Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Ар илъэс 80-м нэблэгъами, псым зыщІигъэуэн хуэмейуэ къилъытакъым. ЦІыхум Алыхьым и мурадым теухуауэ щІэныгъэ пэжхэр щиІэм дежщ абы псым зэрызыщІигъауэм Иеговэ арэзы щытехъуэр. Аращи, зыгуэрым япэм нэгъуэщІ диным хэту псым зыщІигъэуами, абы иджыри псым зыщІигъэуэн хуейщ. (Къеджэ Апостолхэм 19:3—5.)
17. Псым зыщыщІэбгъауэ махуэм сыт узэгупсысын хуейр?
17 Псым зыщыщІэбгъауэ махуэр — гуфІэгъуэшхуэ махуэщ. Ар уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэным икІи псым зыщІэгъэуэным къикІым ущегупсысын хуей махуэщ. Хьисэ и лъэужь урикІуэн щхьэкІэ къару куэд епхьэлІэн хуейщ. Аращ Хьисэ щІыжиІар абы и лъэужь иувэхэм и бжьыр къащтэу. Ахэр «я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкІэ лІэуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжам» хуэпсэууэ аращ (2 Кор. 5:15; Мт. 16:24).
18. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
18 Мы статьям къызэрыдгуригъэІуащи, Хьисэ и лъэужь иувэныр мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэщ. Аращ Мария и анэр ипэм къыщыхьа упщІэхэм щІегупсысар. Фэ сабий фиІэмэ, фегупсысу къыщІэкІынщ: «Хуэхьэзыру пІэрэ си сабийр псым зыщІигъэуэну? Иеговэ фІыуэ ицІыхуу пІэрэ абы и гъащІэр и ІэмыщІэ ирилъхьэн щхьэкІэ? ЯпэщІыкІэ еджапІэ гуэр къиухыу, лэжьыгъэ тэмэм къигъуэтмэ, мынэхъыфІу пІэрэ? Псым зыщІигъэуа иужь гуэныхьышхуэ ищІэмэ-щэ?» КъыкІэлъыкІуэ статьям мы упщІэхэр щызэпкърытхынущ икІи адэ-анэхэм псы зыщІэгъэуэным еплъыкІэ тэмэм хуаІэну къадэІэпыкъуным дытепсэлъыхьынущ.