2026 ГЪЭ, АПРЕЛЫМ И 6—12
82 УЭРЭДЫР «Фи нэхур иреблэ»
Иеговэ хуэмылажьэ фи Іыхьлыхэмрэ фэрэ зэхущытыкІэфІ фиІэн щхьэкІэ къару ефхьэлІэ
«ФІы щІэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демышу» (ГАЛ. 6:9).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр тхъумэн щхьэкІэ сыт тщІэфынуми икІи ахэр къыдэдэІуэну хьэзырмэ, дапхуэдэу пэжымкІэ дадэгуашэ хъунуми.
1, 2. ЦІыхум Библиер иджын щІидза иужь, и Іыхьлыхэмрэ езымрэ я зэхущытыкІэм сыт зэран хуэхъуфынур?
ХЬИСЭ зэгуэр и лъэужь къиувэну хуей цІыхум мыпхуэдэу жриІауэ щытащ: «Уэ уи бынхэм я деж уи унэ кІуэжи, Зиусхьэным фІыгъуэшхуэ къызэрыуигъэуэлІамрэ гущІэгъу къызэрыпхуищІамрэ яжеІэ» (Мк. 5:19). Хьисэ ищІэт цІыхухэм фІы гуэр къыщащІэм деж, абыкІэ я Іыхьлыхэм дэгуэшэну гукъыдэж зэраІэр.
2 Библиер бджын щыщІэбдзам сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІами пщІэжрэ? Уэ къэпщІахэм хуабжьу уи гур хигъэхъуауэ къыщІэкІынт икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэну ухуей хъунт. Ауэ уи Іыхьлыхэм ар я фІэфІ мыхъуамэ е уэ абыхэм пэжымкІэ уазэрыдэгуэша щІыкІэм ахэр къигъэгубжьамэ-щэ? Апхуэдэу щытмэ, Библием ит принципхэм уемыбакъуэу, уи Іыхьлыхэмрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр зэтебгъэувэжыну икІи ар пхъумэну мы статьяр къыбдэІэпыкъунущ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ: 1) Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэм пэжыр яфІэмыгъэщІэгъуэнми, гущІэгъу тхэлъу, абыхэм гулъытэ дапхуэдэу яхуэтщІ хъунуми; 2) абыхэм зыгуэр щхьэкІэ дыщагъэкъуаншэм е ди жагъуэ къыщащІым деж, сыт тщІэ хъунуми; 3) ди Іыхьлыхэм зэгуэр пэжыр къызэращтэнумкІэ диІэ гугъэр хэдмыхыжыным икІи шыІэныгъэ тхэлъу абыхэм дахущытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми; 4) ди Іыхьлыхэм фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу зыхедгъащІэ хъунуми.
ДИ ІЫХЬЛЫХЭМ ДАДЭІЭПЫКЪУН ЩХЬЭКІЭ, ГУЩІЭГЪУ ТХЭЛЪЫН ХУЕЙЩ
4. ХъыбарыфІым едэІуэну хуэмейхэм Хьисэ дапхуэдэут зэрыхущытар?
4 Хьисэ жиІэу щыта хъыбарыфІым цІыху псори едаІуэу щымытами, абы и Іэр ирихьэхтэкъым. Хьисэ и зы ущие хъыбар жиІамкІэ, зыри къызыпымыкІэ ахъо жыгым кІэлъыплъ хадэзехьэм зригъэщхьащ. Хадэзехьэр а жыгым куэду елэжьт, зыгуэр къыпыкІэным щыгугъыу (Лк. 13:6—9). Хьисэ а ущиер щыжиІам щыгъуэ, илъэсищ хъуауэ журтхэм хъыбарыфІымкІэ дэгуашэт, абыхэм фІэщхъуныгъэ яІэ хъууэ, и лъэужь къиувэн щхьэкІэ. Сытыт Хьисэ и Іэр щІримыхьэхыр? Абы гущІэгъушхуэ зэрыхэлъым къыхэкІкІэ, шыІэныгъэ хэлъу цІыхухэм яхущытт.
5. Хьисэ сытыт журтхэр и фІэгуэныхь щІэхъур?
5 Хьисэ журтхэр и фІэгуэныхь хъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтыну дин пашэхэр абыхэм ядэІэпыкъутэкъым. Абы илъагъут «цІыхухэр мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм» хуэдэу зэрыщытыр (Мк. 6:34). Уеблэмэ, Хьисэ лІэным куэд имыІэжу гъауэ щытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгурыІуэт, Ерусалим дэс и нэхъыбэ цІыхухэм фІэщхъуныгъэ зэрамыІэм къыхэкІкІэ, я гъащІэр зэрафІэкІуэдынур (Лк. 19:41—44). Дэри ди Іыхьлыхэм щхьэкІэ апхуэдэу дыгузавэмэ, абыхэм дадэІэпыкъуну гукъыдэж диІэнущ.
6. Иеговэ хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэм шыІэныгъэ тхэлъу дахущытын щІыхуейр сыт? (Галатие 6:9).
6 Къеджэ Галатие 6:9. Фи Іыхьлыхэм Библием ит пэжыр яфІэмыгъэщІэгъуэнмэ, фи Іэр евмыхьэхыу, шыІэныгъэ фхэлъу фахущытын хуейщ. Дэ дощІэ цІыхухэм куууэ яхэпща еплъыкІэр яхъуэжу, фІэщхъуныгъэ пэж зрагъэгъуэтын щхьэкІэ зэман зэрыхуейр. Фэри зэгуэр «гугъэ фимыІэу, Тхьэр фымыщІэу мы дунейм фытетауэ» къыщІэкІынщ (Еф. 2:12). Ауэ зыгуэрым шыІэныгъэ къыфхуигъэлъагъуэри, Иеговэ теухуауэ къэфщІэну къывдэІэпыкъуащ. Фэри шыІэныгъэ фхэлъу фи Іыхьлыхэм фахущытмэ, пэжым теухуауэ абыхэм нэхъыбэ къевгъэщІэну Іэмал фиІэнкІэ хъунущ.
ФИ ІЫХЬЛЫХЭР КЪЫЗЭРЫВГУРЫІУЭНЫМ ФЫХУЩІЭКЪУ
7. Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр и къуэшхэм я фІэщ щІэмыхъуу щытам щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунур къыжыфІэ.
7 Хьисэ Галилей хэкум щищІа телъыджэхэм теухуауэ абы и къуэшхэм зэхахауэ къыщІэкІынущ (Лк. 4:14, 22—24). Ауэ ар Мэссихьу зэрыщытыр абыхэм занщІэу я фІэщ хъуакъым (Ин. 7:5). Ар я фІэщ щІэмыхъуам теухуауэ Библием зыри щыжыІакъым. Ауэ Алыхьым и Псалъэм дыщеджэкІэ дэ къыдгуроІуэ языныкъуэ журтхэр Хьисэ и лъэужь щІимыувам щхьэусыгъуитІ нэхъ мыхъуми зэриІар. Хэти цІыхухэм жаІэным щхьэкІэ гузавэт (Ин. 9:18—22). НэгъуэщІхэми я фІэщ хъутэкъым зэрысабийрэ яцІыху Хьисэ Алыхьым и лІыкІуэу зэрыщытыр (Мк. 6:1—4). Хьисэ и къуэшхэми апхуэдэ еплъыкІэхэр зэран къахуэхъуу къыщІэкІынт. Фэри фи Іыхьлыхэр къыщІывэмыдаІуэм апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІэфынущ.
8. Ди Іыхьлыхэм ди жагъуэ щІащІынкІэ хъунур сыт?
8 Фи Іыхьлыхэм фи жагъуэ щІащІым и щхьэусыгъуэр къызэрывгурыІуэным фыхущІэкъу. Зэгуэр Хьисэ щхьэкІэ и Іыхьлыхэм «абы зищІэжыркъым» жаІат (Мк. 3:21). Хьисэ и къуэшхэри абыхэм яхэтауэ къыщІэкІынущ. Сыт ахэр апхуэдэу егупсысын хуей щІэхъуар? Библием зэритымкІэ, Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным апхуэдизкІэ зэман куэд тригъэкІуадэти, шхэнуи зэман къыхуэнэжтэкъым (Мк. 3:20). Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным фІэкІа нэгъуэщІ зыри къыфІэмыІуэхуу и Іыхьлыхэм къащыхъункІэ хъунут. Фэри фи Іыхьлыхэм Алыхьым фызэрыхуэлажьэм фІэкІа зыри нэгъуэщІ къыффІэмыІуэхуу къащыхъуфынущ. Апхуэдэу щытмэ, Алыхьым фызэрыхуэлажьэр япэ зэривгъэщым нэмыщІ, нэгъуэщІ Іуэхухэми фи дежкІэ мыхьэнэ зэриІэр абыхэм евгъэлъагъу.
9. Ди Іыхьлыхэм сыт къадэІэпыкъунур Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр яхъуэжыну? (1 Петр 3:1, 2). (Сурэтхэми феплъ.)
9 Гуапагъэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэвгъэлъ. Дэ ди псалъэ гуапэхэмкІэ икІи ди ІуэхущІафэхэмкІэ ди Іыхьлыхэр хуэдгъэушыфынущ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр яхъуэжыну. (Къеджэ 1 Петр 3:1, 2.) Псалъэм папщІэ, Иеговэ и Щыхьэту щымыт лІы зиІэ шыпхъур зэІущІэхэм е хъыбарыфІ гъэІуным щыкІуэм деж и щхьэгъусэм закъуэныгъэ зыхищІэфынущ, уеблэмэ, ар и жагъуи хъуфынущ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ, шыпхъум и щхьэгъусэм и гъусэу зэман нэхъыбэ игъэкІуэфын хуэдэу, Алыхьым зэрыхуэлажьэ Іуэхухэр зэтриухуэмэ нэхъыфІщ. Псалъэм папщІэ, и щхьэгъусэр унэм щыщІэмысым е щыхущІэмыхьэм деж шыпхъур хъыбарыфІ гъэІуным хэт хъунущ. Апхуэдэу шыпхъум зэхэщІыкІ игъэлъагъуэмэ икІи дичыхыну хьэзырмэ, и щхьэгъусэм Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ иІэ еплъыкІэр ихъуэжыфынущ.
Къуэш, шыпхъухэм я псалъэ гуапэхэмкІэ икІи я ІуэхущІафэхэмкІэ пэжыр зыфІэмыгъэщІэгъуэн я щхьэгъусэхэр хуагъэушыфынущ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ яІэ еплъыкІэр яхъуэжыну (9 абзацым феплъ.)f
10. Зыгуэрым дыщигъэкъуаншэм деж, Хьисэ дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур?
10 Фызыгъэкъуаншэхэм псоми жэуап ефтыжын хуейуэ фимыгугъэ. Хьисэ куэдыІуэ ирифу икІи куэдыІуэ ишхыу щыжаІэм, ар и щхьэм къыщхьэщыжтэкъым. Абы ипІэкІэ Хьисэ цІыхухэр хуигъэушт и дуней тетыкІэм кІэлъыплъу, къыхужаІэр пэжрэ пцІырэ зэхагъэкІыну (Мт. 11:19). Дэтхэнэ зы цІыхуми къилъэгъуфынут Хьисэ зыкІи зэрыримыгъэлейр икІи гъащІэм гуфІэгъуэ зэрыхихыр. (Евгъапщэ Иуан 2:2, 6—10.) Абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ущагъэкъуаншэм деж сыт щыгъуи жэуап ептыжын хуейуэ уимыгугъэ. Уи Іыхьлыхэм егъэлъагъу зыкІи зэромыгъэлейр икІи гъащІэ насыпыфІэ зэрепхьэкІыр. Ар абыхэм къадэІэпыкъунущ я еплъыкІэр яхъуэжыну. ИкІи Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ абыхэм Іей гуэр зэхахыу щытмэ, ар зэрыпцІыр къагурыІуэнущ.
ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ ИКІИ ГУГЪЭР ХЭВМЫХЫЖ
11. Хьисэ и къуэшхэм дапхуэдэут зэрыхущытыр?
11 Библием зэритымкІэ, Хьисэ шыІэныгъэ хэлъу и къуэшхэм хущытт. Ар Канэ къалэм щыІэу, япэ дыдэу телъыджэ щищІам щыгъуэ, и къуэшхэри и гъусауэ къыщІэкІынущ (Ин. 2:11, 12). ИпэкІэ зэрыжытІащи, Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр абы и къуэшхэм я фІэщ хъутэкъым. Ауэ Хьисэ ахэр ІэщІыб ищІакъым. Ар къыхощ япэ телъыджэр ищІа иужь, илъэсищ хуэдиз дэкІауэ, Хьисэ и къуэшхэм гуапэу зэрепсэлъам (Ин. 7:5—8).
12. Ди Іыхьлыхэр зэгуэр Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэнум гугъэ хэдмыхыжыну сыт къыддэІэпыкъунур?
12 Дэ дощІэ Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр икІи ар зэрытщІэр къыддоІэпыкъу ди Іыхьлыхэм теухуауэ гугъэр хэдмыхыжыну. Гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь цІыхухэм иджыри Іэмал яІэну къыщІэкІынщ Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну. Дин нэпцІыр ягъэкІуэдын зэрыщІадзэу, ди Іыхьлыхэм яжетІауэ хъуар ягу къэкІыжыну къыщІэкІынщ, уеблэмэ, ахэр ди гъусэу Иеговэ хуэлэжьэн щІадзэнкІи хъунущ (Апок. 17:16)a. Ауэ иджыпсту щыщІэдзауи дэ абыхэм дадэІэпыкъу хъунущ. Псалъэм папщІэ, ди Іыхьлыхэр гугъуехь гуэрхэм щыпэщІэхуэм деж, дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэнущ, абыхэм щІэгъэкъуэн дахуэхъун щхьэкІэ. Дэ дыщогугъ лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу дазэрыхущытым ахэр хуигъэушыну, Библием итыр нэхъыбэу къащІэну.
ФИ ІЫХЬЛЫХЭМ ФІЫУЭ ЗЭРЫФЛЪАГЪУР ЕВГЪЭЛЪАГЪУ
13. Иеговэ дызэрыхуэлажьэр ди дежкІэ псом нэхъапэу щытми, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
13 Иеговэ дызэрыхуэлажьэр ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытми, дэ дыхуейкъым ди Іыхьлыхэм я гугъэну ахэр фІыуэ дымылъагъужу икІи зэман ятедгъэкІуэдэну дыхуэмейуэ (Мт. 7:12, ДЩІ). Дапхуэдэу-тІэ ахэр лъапІэу зэрытлъытэр къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Абы теухуауэ иджыпсту Іэмал зыбжанэ зэпкърытхынщ.
14, 15. Ди Іыхьлыхэр фІыуэ зэрытлъагъур дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур? Щапхъэ къэфхь.
14 Фи Іыхьлыхэм щІэх-щІэхыурэ фепсалъэ икІи фІыуэ зэрыфлъагъур яжефІэ. Ди Іыхьлыхэр фІыуэ зэрытлъагъур едгъэлъэгъуфынущ ди гъащІэм къыщыхъу ІуэхугъуэхэмкІэ дадэгуашэмэ. Псалъэм папщІэ, абыхэм сообщение яхуэттх е зыгъэпсэхуакІуэ дыщыІэу, ди ныбжьэгъухэм я гъусэу зытетха сурэтхэр яхуедгъэхь хъунущ. Ди Іыхьлыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъыфІ хъун щхьэкІэ, и нэхъыбэм дэ куэд тщІэн хуейкъым. Дэ япэ зидгъэщу, псалъэ гуапэхэр зэрыт письмо яхуэттхмэ е мылъапІэ Іейми, тыгъэ цІыкІу еттмэ, абыкІэ къэдгъэлъэгъуэнущ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур.
15 Армением щыщ ди шыпхъу Аннэ и щапхъэм дыхэплъэнщ. Абы и Іыхьлыхэм зэгъусэу зэман куэд ягъакІуэ, псом хуэмыдэу, зыгуэр къыщалъхуа махуэр е нэгъуэщІ махуэшхуэ гуэр щагъэлъапІэм деж. Аннэ Иеговэ и Щыхьэт зэрыхъуар къыщащІам, абы и Іыхьлыхэр гузавэу икІи я зэхущытыкІэр зэтекъутэнкІэ шынэу щІадзат. Ахэр иджыри гузавэт Аннэ Иеговэ и Щыхьэт зэрыхъуар зыгуэркІэ зэран къыхуэхъун я гугъэу. Ахэр мыгузэвэну Аннэ дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Сэ си Іыхьлыхэм я деж хьэщІапІэ сыкІуа иужь, си гъащІэм къыщекІуэкІ ІуэхугъуэхэмкІэ садогуашэ. Абы нэмыщІ ахэр си деж къызогъэблагъэри, си ныбжьэгъухэр изогъэцІыху. Абы и фІыгъэкІэ си Іыхьлыхэр си ныбжьэгъухэм щахэтым деж зы щхьэкІи гузавэкъым. Си Іыхьлыхэм щыщ куэдым гу лъатэ сэ сызэрынасыпыфІэр икІи сэ щхьэкІэ гузэвэжкъым».
16. Хьисэ Екъуб къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр дапхуэдэу зэрыригъэлъэгъуар? (Сноскэми феплъ.)
16 Фи Іыхьлыхэм я гъащІэм къыщыхъур къызэрыффІэІуэхур евгъэлъагъу. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, и къуэш Екъуб зыкъригъэлъэгъуащ. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ ар къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр (1 Кор. 15:7). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Екъуб сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІами, Хьисэ ар ІэщІыб зэримыщІар къыщыгурыІуам щыгъуэ. Абы щыгъуэу къыщІэкІынущ Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым Екъуб шэч къытримыхьэу щыхъуар. А Іуэхугъуэм иужькІэ Екъуб и Іыхьлыхэм Хьисэ зэры-Мэссихьыр я фІэщ хъуну дэІэпыкъуауэ къыщІэкІынущ (Апост. 1:14)b.
17. Рим 12:15 ит чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (Сурэтми феплъ.)
17 Къеджэ Рим 12:15. Ди Іыхьлыхэм гугъуехь гуэрхэр е гуфІэгъуэ гуэрхэр щаІэм деж гулъытэ яхуэтщІмэ, ахэр нэхъыфІу къытхущыту хъуфынущc. Псалъэм папщІэ, абыхэм сабий яІэ хъумэ дехъуэхъуу, тыгъэ гуэрхэр яхуэтщІ хъунущ. Апхуэдэу абыхэм едгъэлъэгъуфынущ я гуфІэгъуэр зэрадэтІыгъыр. Абы нэмыщІ фІыуэ ялъагъу гуэр лІэныгъэм ІэщІихамэ, я Іэр дыубыд икІи гупсэхугъуэ къезытын, псалъэ гуапэхэр зэрыт открыткэ яхуедгъэхь хъунущ. Иджыри дазэрыдэІэпыкъуфыну нэгъуэщІ Іэмалхэми дегупсыс хъунущ. ДауикІ, фІы дыдэ хъунут, зэман-зэманкІэрэ ди Іыхьлыхэм дащІэупщІэмэ, псом хуэмыдэу абыхэм я гъащІэм гугъуехь гуэрхэр къыщыхыхьэм деж.
Ди Іыхьлыхэм щыхуэныкъуэм деж гулъытэ яхуэтщІмэ, ахэр нэхъыфІу къытхущыту хъуфынущ икІи ди диным теухуауэ яІэ еплъыкІэр яхъуэжынкІэ хъунущ (17 абзацым феплъ.)g
18. Индрис сыткІэ щапхъэ тетх хъуну?
18 Фи Іыхьлыхэр къуэш, шыпхъухэм евгъэцІыху. Хьисэ зэры-Мэссихьыр Индрис къыгурыІуа иужь, ар занщІэу и къуэш Петр иригъэцІыхуащ (Ин. 1:40—42). Апхуэдэ зыгуэр фэри фхуэщІэну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, зэман-зэманкІэрэ фи Іыхьлыхэр къевгъэблагъэ хъунущ зэІущІэм е фи ныбжьэгъухэм я гъусэу фыщызэхэскІэ. Абыхэм къуэш, шыпхъухэр къацІыхуа иужь, Иеговэ и Щыхьэтхэр цІыху зытету, цІыху тэмэму зэрыщытыр къалъэгъунущ.
19. Ди Іыхьлыхэм нэгъэсауэ дакъыгурымыІуэми, дапхуэдэу абыхэм дазэрыхущытын хуейр? (1 Петр 3:15).
19 Къеджэ 1 Петр 3:15, ДЩІ. Дэ зыгуэр щІэдмыщІэм и щхьэусыгъуэр ди Іыхьлыхэм нэгъэсауэ къагурымыІуэнкІэ хъунущ. Ауэ пщІэрэ гуапагъэрэ тхэлъу дазэрыхущытыр абыхэм сыт щыгъуи ягу илъынущ. Дэ махуэшхуэ гуэрхэр дымыгъэлъапІэми, Библием итым темыхуэ хабзэхэр дымыгъэзащІэми, ди Іыхьлыхэр тхуэгъэгуфІэнущ я гъусэу зэман дгъакІуэу щытмэ. Псалъэм папщІэ, дэ абыхэм я деж хьэщІапІэ дыкІуэ, зэгъусэу шэджагъуашхэ тщІы икІи тыгъэ гуэрхэр яхуэтщІ хъунущ.
ФИ ІЫХЬЛЫХЭМ ТЕУХУАУЭ ГУГЪЭР ХЭВМЫХЫЖ
20. Зи Іыхьлы Иеговэ хуэмылажьэ къуэш, шыпхъухэр Екъуб и щапхъэм дапхуэдэу зэригъэгушхуэфынур?
20 Хьисэ щІылъэм тетыхукІэ, ар Мэссихьу зэрыщытыр Екъуб и фІэщ хъуакъым, ауэ икІэм-икІэжым ар абы и лъэужь иуващ (Гал. 1:18, 19; 2:9). Хьисэ зыхуригъаджэхэр япэ дыдэу зи фІэщ хъуахэм Екъуб яхэмытами, иужькІэ ахэр быдэу и фІэщ хъуащ. Псалъэм папщІэ, абы итха письмом къыщыхощ Хьисэ Іуащхьэм тету жиІауэ щыта гупсысэхэрd.
21. Ди Іыхьлыхэр зэгуэр Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэнум ди гугъэр хэтхыжын щІыхуэмейр сыт?
21 Дэ дапхуэдиз къару едмыхьэлІами, ди Іыхьлыхэм пэжыр яфІэгъэщІэгъуэн мыхъункІэ хъунущ икІи ди зэхущытыкІэр нэхъыфІ тщІыжыну ахэр хуэмеинкІэ хъунущ. Ауэ абы щхьэкІэ ди Іэр етхьэхын хуейкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди Іыхьлыхэм гуапэу дащыхущытым деж, гущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Алыхь Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэрэ щапхъэ тыдох (Лк. 6:33, 36). АдэкІи ди Іыхьлыхэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытмэ, абыхэм зэгуэр дэ ттеухуауэ я еплъыкІэр яхъуэжынкІэ хъунущ. Хэт ищІэрэ, Иеговэрэ Библием ит фІыгъуэхэмрэ теухуауэ яжетІахэри абыхэм ягу къэкІыжынкІэ хъунущ. Дэ ди Іэр едмыхьэхыу щытмэ, ди Іыхьлыхэм щыщ гуэрым Иеговэ хуэлэжьэн щІидзэну Іэмал нэхъыбэ щыІэнущ.
60 УЭРЭДЫР ХъыбарыфІым гъащІэр кърегъэл
a 2024 гъэм, майм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым дапхуэдэу хьэкум зэрищІынур?» жыхуиІэ статьям, 11 напэкІуэцІым ит 11—13 абзацхэм феплъ.
b Хьисэ лІа иужь абы и къуэш Екъубрэ Иудэрэ и лъэужь иуващ.
c «Ди Іыхьлыхэм щыщ гуэр дунейм ехыжамэ е абыхэм хьэгъуэлІыгъуэ яІэмэ, абы дыкІуэ хъуну?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
d Зэвгъапщэ Екъуб 1:2 итымрэ Маттэ 5:11, 12 итымрэ; Екъуб 1:19 итымрэ Маттэ 5:22 итымрэ; Екъуб 1:22; 2:24 итымрэ Маттэ 7:21 итымрэ; Екъуб 2:13 итымрэ Маттэ 5:7; 6:14, 15 итымрэ.
e Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж пщІэныр нэхъыфІу къыбгурыІуэн щхьэкІэ 2002 гъэм, майм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэмрэ» 2007 гъэм, ноябрым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэмрэ» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ статьяхэм феплъ.
f СУРЭТЫМ ИТЫР. Шыпхъур хъыбарыфІ гъэІуным кІуэн ипэ гуфІэурэ, и щхьэгъусэм лэжьапІэм здихьыну гъуэмылэр хуегъэхьэзыр.
g СУРЭТЫМ ИТЫР А шыпхъу дыдэр Иеговэ хуэмылажьэ и гуащэм деж щІэупщІакІуэ къэкІуащ.