ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Январь н. 14—19
  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыщІыхуэныкъуэр сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыщІыхуэныкъуэр сыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • КЪУРМЭНЫПХЪЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ ДИ ГУЭНЫХЬХЭР КЪЫТХУОГЪУ
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ ДАГЪУЭНШЭ ДЫЗЭРЫХЪУЖЫНУМКІЭ ГУГЪЭ КЪЫДЕТ
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ДЕКІУЖЫНУ ІЭМАЛ ДИІЭЩ
  • ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ ИЕГОВЭ ГУЩІЭГЪУШХУЭ ЗЭРЫХЭЛЪЫР КЪЕГЪЭЛЪАГЪУЭ
  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ сыт дэ къатщІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыфщІыр дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Иеговэ и лъагъуныгъэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхузэІуихрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ ди гум фІыщІэ щІилъын хуейм и щхьэусыгъуэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Январь н. 14—19

2026 ГЪЭ, МАРТЫМ И 16—22

20 УЭРЭДЫР Уи Къуэ щІасэр дэр щхьэкІэ птащ

Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыщІыхуэныкъуэр сыт?

«Си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур?» (РИМ 7:24).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуэгъум, дагъуэншэ дызэрыхъужыным теухуауэ гугъэ диІэ зэрыхъум икІи Алыхьым дызэрекІужым.

1, 2. Сыт хуэдэ къапхъэн псори дызэрыхуар икІи зыгуэрым дыкъригъэлыным дыщІыхуэныкъуэр сыт? (Рим 7:22—24). (Сурэтми феплъ.)

МЫПХУЭДЭ Іуэхугъуэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Унэр макъышхуэ ищІу къызэтоуэри, абы и къутахуэхэм цІыху щІеубыдэ. Ар езыр-езыру къызэрымыкІыжыфын къапхъэным ихуауэ жыпІэ хъунущ. Абы къыхуэнэр зыгуэр къыдэІэпыкъун щхьэкІэ джэуэ, зэрызэхахыным щыгугъыныращ.

2 Дэтхэнэ зыми ди Іуэхур апхуэдэ дыдэу щытщ. Іэдэм Алыхьым щыпэщІэувам гуэныхьлы хъуащ. ИужькІэ абы къытехъукІа псоми гуэныхьыр яхэлъу дунейм къытехьащ. ИкІэм-икІэжым цІыхубэр гуэныхьым и къапхъэным ихуащ икІи ар абы езыр-езыру къикІыжыну Іэмал иІэкъым. Апостол Паул Рим къалэм щыпсэуа къуэш, шыпхъухэм яхуитха письмом фІыуэ къыхигъэщащ дэ тхэлъ гуэныхьым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитми. (Къеджэ Рим 7:22—24.) Ар хуабжьу Алыхьым елъэІут «и пкъыу зытекІуадэм» къыІэщІихыну. Паул езым и къарукІэ лІэныгъэм ухуэзышэ гуэныхьым къыІэщІэкІыфынутэкъым (Рим 6:23). Дэ щхьэкІи апхуэдэ дыдэу жыпІэ хъунущ. Дэ зыгуэрым дыкъригъэлыным дыхуэныкъуэщ.

Унэ къызэтеуам щІиубыда, уІэгъэ зиІэ цІыхухъум и Іэр къиІэтауэ еший.

Унэ къызэтеуам щІиубыда цІыхур кърагъэлыным зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, дэри гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІахыным дыхуэныкъуэщ (1, 2 абзацхэм феплъ.)


3. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дапхуэдэу дыкъызэрыригъэлыр?

3 Паул егупсысакъым гуэныхьым хэкІыпІэ имыІэу. «Си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур?» жиІэу щитхам, абы шэч къытримыхьэу мыпхуэдэу пищащ: «Тхьэм щІыхьышхуэр ейщ. Езыр арщ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным си пкъыу сызытекІуадэм сыкъыхригъэхыжу, сымыкІуэду сыкъезыгъэлынур» (Рим 7:25). Паул зи гугъу ищІар Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Дапхуэдэу а къурмэныпхъэмa дыкъызэрыригъэлыр? Абы и фІыгъэкІэ дэ: 1) ди гуэныхьхэр къытхуогъу; 2) къэкІуэну зэманым дагъуэншэ дызэрыхъуным теухуауэ гугъэ диІэ мэхъу; 3) Алыхьым декІужыну Іэмал диІэ мэхъу. Мы гупсысэхэм нэхъыфІу дытепсэлъыхьа иужь гугъэ къыдэзыт ди Алыхь Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъунущ (Рим 15:13). Абы нэмыщІ «ди щхьэхэр къэзыщэхужа» Хьисэ нэхъыбэжу фІыщІэ хуэтщІынущ (Кол. 1:14).

КЪУРМЭНЫПХЪЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ ДИ ГУЭНЫХЬХЭР КЪЫТХУОГЪУ

4, 5. Сыт дэтхэнэ зыри щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыщІыхуэныкъуэр? (Экклезиаст 7:20).

4 Ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ дэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыхуэныкъуэщ. Гуэныхьлыуэ щыт дэтхэнэ зы цІыхуми Алыхьым ифІэмыфІ Іуэху гуэр ещІэ. (Къеджэ Экклезиаст 7:20.) Языныкъуэ гуэныхьхэр Иеговэ хьэлъэу къелъытэ. Торэт хабзэм зэритымкІэ цІыху зыукІар е зи щхьэгъусэм епцІыжар яукІын хуейуэ щытт (Лев. 20:10; Чис. 35:30, 31). Къапщтэмэ, языныкъуэ гуэныхьхэр апхуэдизуи хьэлъэкъым, ауэ ахэри гуэныхьщ. Псалъэм папщІэ, Даут мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Лъэбакъуэ счыхэм сыкІэлъыплъынущ, си бзэгумкІэ гуэныхь къэзмыхьын щхьэкІэ» (Пс. 39:1). Пэж дыдэу иныкъуэхэм деж дэ ди псалъэхэмкІэ гуэныхь къэтхьыфынущ (Екъуб 3:2).

5 УщІэукІытэжын псалъэхэр зыгуэрым щыжепІа е узыхущІегъуэжын Іуэху гуэр щыпщІа къэхъуа? ДауикІ, мы упщІэм уэ арэзы утехъуэну къыщІэкІынщ. Библием щыжыІащ: «Гуэныхь зыри димыІэу жытІэмэ, ди щхьэр къыдогъэпцІэж, щыпкъагъи ди гум илъкъым» (1 Ин. 1:8).

6, 7. Ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъун щхьэкІэ, Иеговэ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэ? (Сурэтми феплъ.)

6 Иеговэ нэгъэсауэ захуагъэм тетщи, ди гуэныхьхэр къыщІытхуигъэгъун щхьэусыгъуэ иІэн хуейщ (Еф. 1:7). Апхуэдэ щхьэусыгъуэу абы хуэхъур щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Ауэ абы къикІкъым Иеговэ ди щыуагъэхэм мыхьэнэ иримыту. Ар хуейкъым дэ гуэныхь тщІэну (Ис. 59:2).

7 Израил цІыхухэм я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкІэ Торэт хабзэм тету псэущхьэхэр къурмэну къахьын хуейт (Лев. 4:27—31; 17:11). Абы къигъэлъагъуэт цІыхубэр къурмэн нэхъ лъапІэм — Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм — зэрыхуэныкъуэр. А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну Іэмал иІэ хъуащ. Паул къыгурыІуэт Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэр лъапІэу зэрыщытыр. Абы Коринф дэс къуэш, шыпхъухэм письмо щахуитхым, абыхэм япэм ящІа Іуэхухэр кърибжэкІри мыпхуэдэу пищащ: «Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цІэкІи езым и Псэ ЛъапІэм и лъэкІыныгъэкІи Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкІыжащ, езым и бын хъунуи фигъэуващ икІи езым дежкІэ щыпкъагъэ фиІэу илъытащ» (1 Кор. 6:9—11).

Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэм щыІэу зэщхьэгъуситІым я къуэр я гъусэу, гуфІэу дин пашэм мэлыр ират.

Пасэрей зэманым израил цІыхухэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкІэ псэущхьэхэр къурмэну къахьт. Абы къигъэлъагъуэт цІыхубэр къурмэн нэхъ лъапІэм — Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм зэрыхуэныкъуэр (6, 7 абзацхэм феплъ.)


8. Мы гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм зыщыхуэдгъэхьэзыркІэ сыт куууэ дызэгупсыс хъунур?

8 Мы гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм зыщыхуэбгъэхьэзыркІэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъум уи дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми куууэ егупсыс. Псалъэм папщІэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ уэ узыхущІегъуэжа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыбгъэкъуэншэжын хуейкъым. Ауэ ар уи фІэщ пщІыну къогугъуэкІмэ-щэ? Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Сэ къызгуроІуэ Иеговэ къызэрысхуигъэгъуфынур. Ауэ сэ езым зыхуэзгъэгъужыфкъым». Апхуэдэу щытмэ, гуэныхьыр зыгъэгъур хэтми егупсыс. Зыгъэгъур Иеговэщ. Хьэкум ищІыну абы хуитыныгъэ зритар Хьисэщ. Хэт и гуэныхьыр къыхуэгъуну хуэфащэми хэт хуэмыфащэми унафэ тщІыну Иеговэ дэ хуитыныгъэ къыдитакъым. Библием щыжыІащ: «Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекІуэмэ... Тхьэм и Къуэу Хьисэ и лъым... гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкІыж» (1 Ин. 1:6, 7). Библием зыхуригъаджэ пэжхэм шэч къызэрытедмыхьэм хуэдэу, абыи шэч къытетхьэн хуейкъым. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм Иеговэ Іэмал ирет гущІэгъу къытхуищІыну икІи Библием щыжыІащ абы къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр (Пс. 86:5).

ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ ДАГЪУЭНШЭ ДЫЗЭРЫХЪУЖЫНУМКІЭ ГУГЪЭ КЪЫДЕТ

9. Библием гуэныхьым и гугъу щищІым деж сыт къригъэкІыр? (Псалом 51:5).

9 Библиер гуэныхьым щытепсэлъыхьым деж зи гугъу ищІыр ди щыуагъэхэм и закъуэкъым, атІэ ди Іэпкълъэпкъым дагъуэ хэлъу дыкъызэралъхуми и гугъу ещІ. (Къеджэ Псалом 51:5.) Ди Іэпкълъэпкъым гуэныхь зэрыхэлъым къыхэкІкІэ, дэ щыуагъэхэр зэрытщІэм нэмыщІ досымаджэ, жьы дохъу икІи долІэ. Абы къыдгурегъаІуэ гуэныхь лъэпкъ зымыщІа сабий цІынэ нэгъуни сымаджэ щІэхъум, уеблэмэ, щІэлІэм и щхьэусыгъуэр. Абы иджыри къыдгурегъаІуэ цІыху Іейхэм нэмыщІ цІыхуфІхэри гугъу щІехьым икІи щІэлІэм и щхьэусыгъуэр. Іэдэм ищІа гуэныхьым къыхэкІкІэ, дэ псоми апхуэдэ тхьэмыщкІагъэ къытлъысащ.

10. Гуэныхьыр Іэдэмрэ Хьэуарэ дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуар?

10 Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь щащІам щыгъуэ, абыхэм зыхащІам егупсысыт. Ахэр Алыхьым и унафэм щебэкъуам, я напэр къеныкъуэкъуу щІидзащ (Рим 2:15). Іэдэмрэ Хьэуарэ я Іуэхум лъэныкъуэ ІейкІэ зэрызихъуэжар зыхащІауэ къыщІэкІынущ. Ахэр зэрыпцІанэм щхьэкІэ укІытэу, Алыхьым зыфІагъэпщкІуу щІадзащ (ЩІэдз. 3:7, 8). Абы щыгъуэ Іэдэмрэ Хьэуарэ япэу зыхащІащ укІытэныр, гузэвэныр икІи уи щхьэр бгъэкъуэншэжыныр зищІысыр. А гурыщІэхэм ахэр лІэжыху гугъу ирагъэхьащ (ЩІэдз. 3:16—19).

11. Гуэныхьыр дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъур?

11 Апхуэдэ дыдэу дэри гуэныхьыр зэран къытхуохъу. Ди гугъуехьхэр псори къызыхэкІыр Іэдэмрэ Хьэуарэ къытхуагъэна гуэныхьыращ. Ди Іуэхур тхъуэжыну дапхуэдэу дыхэмытами, дэ езым Іудмыхыфын гугъуехьхэр сыт щыгъуи щыІэнущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием щыжыІащ Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь зэращІам къыхэкІкІэ, цІыхухэм сыт щыгъуи гугъуехьхэр зэраІэнур (Рим 8:20). Абы нэмыщІ гуэныхьыр цІыхубэ псом зэран хуохъу. Псалъэм папщІэ, экологиер нэхъыфІ хъун, залымыгъэр ягъэкІуэдын, тхьэмыщкІагъэр Іуахын икІи дуней псом мамырыгъэр щыІэн щхьэкІэ, цІыхухэм дапхуэдиз къару ирахьэлІэми егупсыс. Пэжщ, а Іуэхухэм теухуауэ цІыхухэм зыгуэр яхузэфІэкІми, и нэхъыбэм абыхэм къару ирахьэлІэм мыхьэнэ иІэкъым. Ауэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дунейм фІыкІэ зэрызихъуэжыным теухуауэ дэ гугъэ быдэ диІэщ.

12. Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гугъэ диІэр?

12 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дэ Алыхьым «кІуэдыныгъэм и пщылІыпІэм дыкъришыжу, щхьэхуит дищІыжыну» гугъэ диІэщ (Рим 8:21). Абы къокІ жэнэтым дыщыІэу дагъуэншэ дыхъужа иужь, сыт и лъэныкъуэкІи гугъуехь дызэримыІэжынур. Абы щыгъуэ дыщІэукІытэн, дыщІэгузэвэн икІи ди щхьэр щІэдгъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ щыІэжынукъым. ЩІылъэ псом и тепщэу щытынур дэ щхьэкІэ и гъащІэр зыта Хьисэ Мэссихьщ. Ар «мамырыгъэ къызыбгъэдэкІ Пщыщ» (Ис. 9:6, 7). ЦІыхухэр езыр-езыру зыпэмылъэщын гугъуехьхэр абы Іуихынущ.

13. Мы гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм зыщыхуэбгъэхьэзыркІэ сыт иджыри узэгупсыс хъунур?

13 Дагъуэншэ дыхъужа иужь уи гъащІэр дапхуэдэу щытынуми егупсысыт. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт пщэдджыжь къэс укъарууфІэу, уи гум мамырыгъэ илъу укъызэрыушыр. Абы щыгъуэ уи благъэхэр е уэ езыр шхын фимыІэнкІэ, сымаджэ фыхъункІэ е фылІэнкІэ ушынэн хуеинукъым. Ауэ иджыпстуи дызэрыгузавэр нэхъ мащІэ тщІыфынущ, Алыхьым къыдит гугъэ дахэм дегупсысу щытмэ. А гугъэр ди дежкІэ хъурзэм хуэдэщ (Евр. 6:18, 19). Хъурзэм и фІыгъэкІэ хы къэукъубеям тет кхъуафэжьейр и пІэм имыкІыу итыфынущ. Апхуэдэ дыдэуи гугъэ диІэр ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну къыддоІэпыкъу. Иеговэ къэзылъыхъуэхэм и нэфІ зэрыщыхуэм шэч къытевмыхьэ (Евр. 11:6). ГъащІэ дахэ диІэнум теухуауэ диІэ гугъэмрэ, абы къыдит гупсэхугъуэмрэ зи фІыгъэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ДЕКІУЖЫНУ ІЭМАЛ ДИІЭЩ

14. Алыхьымрэ дэрэ ди зэхущытыкІэм гуэныхьыр дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъур икІи сыт щхьэкІэ?

14 Іэдэмрэ Хьэуарэ я гуэныхьым Алыхьым пэІэщІэ дыхуищІащ. Уеблэмэ, Библием щыжыІащ цІыхухэр Алыхьым и бий зэрыхъуар (Рим 8:7, 8; Кол. 1:21). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ гуэныхьым мыхьэнэ иримыту щытыфынукъым. Библием Алыхьым теухуауэ щыжыІащ: «Уи нэр къабзэІуэщ Іейм уеплъын щхьэкІэ, насыпыншагъэми уэ уеплъыфкъым» (Авв. 1:13). Гуэныхьым и ягъэкІэ цІыхухэр Алыхьым хуабжьу пэжыжьэ хуэхъуащ. Абы гъунэгъу дыхуэхъужын щхьэкІэ лъэмыж дыхуейуэ жыпІэ хъунущ. Апхуэдэ лъэмыжу щытыр щхьэщэхуж къурмэныпхъэращ. Абы и фІыгъэкІэ дэ Иеговэ декІужу, и ныбжьэгъу дыхъуфынущ.

15. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дапхуэдэу Иеговэ игу зэригъэзэгъар?

15 Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Дэ гуэныхьу тщІахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ» (1 Ин. 2:2). «Зыпшыныж къурмэныпхъэ» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэр иджыри «гур зыгъэзагъэ къурмэныпхъэ» жыпІэу зэбдзэкІыфынущ. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дапхуэдэу Алыхьым игу зэригъэзэгъар? Иеговэ и гур зыгъэзэгъар и Къуэр зэрылІаракъым, атІэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр абы и захуагъэм нэгъэсауэ зэрытехуэращ. Абы и фІыгъэкІэ цІыхухэм екІужыну Иеговэ щхьэусыгъуэ иІэ хъуащ (Рим 3:23—26). Уеблэмэ, Хьисэ лІэн ипи Иеговэ къыхуэлэжьахэр пэжу къилъытащ (ЩІэдз. 15:1, 6). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым и Къуэм щхьэщэхуж къурмэныпхъэр зэритыным (Ис. 46:10). Апхуэдэу а къурмэныпхъэм цІыхухэм Іэмал къахузэІуихащ Алыхьым екІужыну.

16. Мы гъэм Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм зыщыхуэбгъэхьэзыркІэ сыт иджыри узэгупсыс хъунур? (Сурэтми феплъ.)

16 Алыхьым дызэрекІужыфынум уи дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс. Хьисэ зэрыхуригъаджэу щытам хуэдэу, уэри Иеговэ уи АдэкІэ е уи НыбжьэгъукІэ уеджэу къыщІэкІынщ (Мт. 6:9, ДЩІ). Ауэ апхуэдэм дежи мыхьэнэшхуэ иІэщ Іэдэбагъ бгъэлъэгъуэным икІи куууэ Алыхьым пщІэ хуэпщІыным. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дызэрыгуэныхьлым къыхэкІкІэ, Алыхьым и ныбжьэгъуу дыщытыну тхуэфащэкъым. Дэ абы гъунэгъу дыщІыхуэхъуфыр щхьэщэхуж къурмэныпхъэ закъуэм и фІыгъэкІэщ. Хьисэ пкъом «лъыуэ щыщІэкІамкІэ, Тхьэм езым дызригъэкІужурэ, и Къуэм къыпкърыкІыу щІылъэми уафэми щыІэ псори езым зригъэкІужащ» (Кол. 1:19, 20). Аращи, гуэныхьлыуэ дызэрыщытым емылъытауэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ дэ гъунэгъу дыхуэхъуфынущ.

Рим зауэлІхэм Хьисэ пкъом кІэраукІэну загъэхьэзыр. ЗауэлІитІым Хьисэ здаукІыну щІыпІэм яшэ. Ещанэ зауэлІым и Іэм уадэмрэ гъущІІунэмрэ ІэщІэлъщ.

Щхьэщэхуж къурмэныпхъэ закъуэм и фІыгъэкІэщ Иеговэ щхьэусыгъуэ иІэ щІэхъуар, езымрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дилъхьэжыну (16 абзацым феплъ.)


ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ ИЕГОВЭ ГУЩІЭГЪУШХУЭ ЗЭРЫХЭЛЪЫР КЪЕГЪЭЛЪАГЪУЭ

17. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр? (Ефес 2:4, 5).

17 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр къегъэлъагъуэ. Библием щыжыІащ: «Дэ тщІа гуэныхьхэм къахэкІкІэ, лІахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэм... дыкъигъэпсэужащ». (Къеджэ Ефес 2:4, 5.) «ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм» дэІэпыкъуэгъу къалъыхъуэу жыпІэ хъунущ (Апост. 13:48, ДЩІ). Абыхэм къагуроІуэ унэ къызэтеуам щІиубыда цІыхум ещхьу зэрыщытыр икІи гуэныхьым и къапхъэным езыхэр къызэримыкІыжыфынур. Иеговэ абыхэм ядоІэпыкъу хъыбарыфІыр зэхахыну Іэмал зэраритымкІэ. А хъыбарыфІым и фІыгъэкІэ Алыхь пэжымрэ абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэ къацІыхуну цІыхухэм Іэмал яІэщ (Ин. 17:3). Іэдэмрэ Хьэуарэ я гуэныхьыр Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэну зэран хуэхъуну ШейтІаным игугъамэ, ар хуабжьу щыуащ.

18. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыщегупсысым деж, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

18 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми дыщегупсыскІэ, дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Алыхьым ар къыщІыдитам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр. Иеговэ а къурмэныпхъэр щІитар дэ дыкъригъэлын щхьэкІэ закъуэкъым, атІэ япэ дыдэрауэ, ШейтІаным къиІэта упщІэм жэуап иритыжын щхьэкІэщ (ЩІэдз. 3:1—5, 15). А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и цІэр егъэлъапІэ икІи ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІегъэщ. Иджыри Алыхьым гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІех. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым фІыщэу дыкъызэрилъагъур. Абы нэмыщІ дэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым емылъытауэ, Иеговэ Іэмал къыдет ШейтІаным и пцІыр къыщІэдгъэщыну (Прит. 27:11). Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Мы упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ КЪУРМЭНЫПХЪЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ ДАПХУЭДЭУ:

  • ди гуэныхьхэр къызэрытхуэгъур?

  • дагъуэншэ дызэрыхъуным теухуауэ гугъэ диІэ зэрыхъур?

  • Алыхьым дызэрекІужыр?

19 УЭРЭДЫР Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр

a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Щхьэщэхужыр — ар зыгуэр пщылІыпІэм кърашыжын щхьэкІэ щІат уасэращ. Хьисэ и лІэныгъэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэ хъуащ. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым хуэжыІэдаІуэ цІыхухэм гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІэкІыну Іэмал яІэщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын