6 СТАТЬЯР
18 УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ
Иеговэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ ди гум фІыщІэ щІилъын хуейм и щхьэусыгъуэхэр
«Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ» (ИН. 3:16).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъун щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэ ичами. Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и гущІэгъур нэхъ лъапІэу тлъытэну.
1, 2. Япэ абзацым зи гугъу ищІ щІалэщІэм дэ сыткІэ дрещхь?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт унагъуэ къулейм къыщыхъуа щІалэщІэ. Зэгуэр насыпыншагъэ къохъури абы и адэ-анэр хокІуадэ. Ар а гуауэм щІипІытІащ, ауэ хъыбар Іейхэр абдежым щиухакъым. А щІалэщІэм къещІэ и адэ-анэм я мылъкур зэраІэщІэшхыхьыжар икІи щІыхуэшхуэ зэрызэтралъхьар. ЩІыхуэр зейхэм щІалэр хагъэзыхь ар ипшыныжыну, ауэ а щІыхуэр апхуэдизкІэ инщи ар абы игъащІэкІэ хуэпшыныжынукъым.
2 Зы лъэныкъуэ гуэркІэ дэ ди Іуэхур а щІалэм и Іуэхум ещхьу жыпІэ хъунущ. Дэ дыкъызытехъукІа Іэдэмрэ Хьэуарэ дагъуэншэт икІи жыг хадэ дахэм щыпсэут (ЩІэдз. 1:27; 2:7—9). Іэдэмрэ Хьэуарэ гъащІэ мыухыж яІэу, насыпыфІэу жэнэтым щыпсэуфынут. Ауэ насыпыншагъэ къэхъуащ — а тІум гуэныхь ящІэри, я унэу щыта жэнэтри, гъащІэ мыухыжри яфІэкІуэдащ. НтІэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ къащІэхъуэну щІэблэм сыт хуэдэ щІэин къыхуагъэнар? Мы упщІэм Библием мыпхуэдэу жэуап ирет: «Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкІар зы цІыхущ [Іэдэмщ]. Гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цІыху псоми гуэныхь зэращІам щхьэкІэ лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12). Іэдэм къытхуигъэна щІэиныр — ар лІэныгъэм дыхуэзышэ гуэныхьыращ. Ар ебгъэщхь хъунущ зэи зыми тхуэмыпшыныжын щІыхуэшхуэм (Пс. 49:8).
3. Гуэныхьыр щІыхуэм ебгъэщхь щІэхъунур сыт?
3 Хьисэ гуэныхьыр щІыхуэм иригъэщхьащ (Мт. 6:12, ДЩІ; Лк. 11:4). Дэ гуэныхь щытщІэм деж Иеговэ и щІыхуэ къыттехуэу жыпІэ хъунущ икІи ар хуитщ щІыхуэр къытІихыжыну. А щІыхуэр ттезыгъэкІыну щыІэр зы Іэмал закъуэщ — ар лІэныгъэращ (Рим 6:7, 23).
4. 1) Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдар цІыхухэм я къарукІэ зрагъэгъуэтыжыфыну пІэрэ? (Псалом 49:7—9). 2) Библием «гуэныхь» псалъэм сыт хуэдэ мыхьэнэ иритыр? («Гуэныхь» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
4 Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдар дэ езым зэдгъэгъуэтыжыфыну пІэрэ? (Къеджэ Псалом 49:7—9.) Иеговэ мыхъуамэ, гъащІэ мыухыжми лІахэр къызэрытэджыжынуми теухуауэ дэ зэи гугъэ диІэнутэкъым. Къапщтэмэ, псэущхьэхэм я кІэухырат дэри диІэнур (Эккл. 3:19; 2 Пет. 2:12).
5. ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ Іэдэм къыттригъэхуа щІыхуэр тпшыныжыну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуар? (Сурэтым феплъ.)
5 Статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа щІалэщІэр дигу къэдгъэкІыжынщ. ЦІыху къулей гуэрым а щІалэм и щІыхуэхэр хуипшыныжыну къыжриІатэмэ, сытыт абы зыхищІэнур? ДауикІ, а цІыхум апхуэдэ хьэлэлагъ зэригъэлъэгъуар абы фІыщІэшхуэ ищІынут! Апхуэдэ дыдэу Іэдэм щІыхуэу къыттригъэхуа гуэныхьыр фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ ипшыныжыну мурад ищІащ. Иеговэ апхуэдэ тыгъэ тхуищІыну сытым хуигъэушами Хьисэ къыдгурегъаІуэ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Ин. 3:16). Абы нэмыщІ а тыгъэм дэ Іэмал къыдет Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуну.
Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фыгъэкІэ цІыхухэм я гуэныхьыр Иеговэ къазэрыхуигъэгъуфынум теухуа хъыбарыфІыр Хьисэ игъэІуу щытащ (Ин. 3:16). ИужькІэ цІыхухэм щхьэкІэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэу абы и гъащІэр итащ. (5 абзацым феплъ.)
6. Библием ит сыт хуэдэ псалъэхэр мы статьям щызэпкърытхыну икІи сыт щхьэкІэ?
6 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм гуэныхьыр дапхуэдэу зэрытщхьэщихыр? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Библием ит мы псалъэхэм къикІыр зэпкърытхынщ: екІужын, пшыныжын, щхьэщэхуж, къегъэлын, цІыху пэжу къэлъытэн. Ар къыддэІэпыкъунущ ди гуэныхьхэр къытхуэгъун щхьэкІэ Иеговэ къытхуищІар нэхъ лъапІэжу тлъытэну.
МУРАДЫР: ЗЭКІУЖЫН
7. 1) Іэдэмрэ Хьэуарэ гъащІэ мыухыжым нэмыщІ сыт иджыри яфІэкІуэдар? 2) Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ зэремыдэІуар я щІэблэм дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуар икІи абы къыхэкІкІэ сыт дызыхуэныкъуэр? (Рим 5:10, 11).
7 Іэдэмрэ Хьэуарэ игъащІэкІэ псэуфыну яІа Іэмалыр зыфІагъэкІуэдащ. Абыхэм иджыри я Адэ Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэр зэтракъутащ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Иеговэ и быну щытт (Лк. 3:38). Ауэ ахэр Алыхьым и жыІэм щыщІэкІам и бий хъуащ икІи абы ахэр и унагъуэм хихуащ. А тІум къащта унафэр езыхэм я закъуэкъым зэран зыхуэхъуар, атІэ я щІэблэ псом зэран хуэхъуащ, дэри абы дыхэту (ЩІэдз. 3:23, 24; 4:1). Абы къыхэкІкІэ дэ Алыхьым декІужын хуейщ. (Къеджэ Рим 5:10, 11.) Зы справочник гуэрым щыжыІащ «екІужын» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къикІыр «зэбийныгъэр къэгъэнауэ зэныбжьэгъу хъуныращ». ГъэщІэгъуэныращи, дызэкІужын щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр зычар Иеговэщ. Дапхуэдэу ар абы зэрищІар?
ІЭМАЛЫР: ПШЫНЫЖЫН
8. «Пшыныжын» жиІэм къикІыр сыт?
8 Иеговэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэмрэ езымрэ я зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ я гуэныхьхэр пшыныжа зэрыхъун Іэмал къигупсысащ. Ар ебгъэщхь хъунущ хьэпшып кІуэдам и пІэ апхуэдэ хьэпшып дыдэ зэрырагъувэжым. Апхуэдэу цІыхухэм я гуэныхьыр зыми имыпшыныжатэмэ, Алыхьымрэ цІыхухэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыфынутэкъым (1 Ин. 4:10).
9. Израил цІыхухэм я гуэныхьхэр япшыныжын щхьэкІэ Иеговэ сыт хуэдэ хабзэ яритар?
9 Сыт Иеговэ ищІар израил цІыхухэмрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ? Абыхэм къурмэн къызэрахьын хуейм теухуауэ хабзэ яритащ. Илъэс къэс израил цІыхухэм гуэныхьхэр щапшыныж Махуэр ягъэлъапІэт. А махуэм дин пашэшхуэм псэущхьэхэр къурмэну къихьт. ДауикІ, апхуэдэ къурмэныпхъэм цІыхум и гуэныхьыр нэгъэсауэ щхьэщихтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ я гъащІэр зэуасэкъым. Ауэ израил цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжу Иеговэ зэрыжиІам тету къурмэн къихьмэ, абы и гуэныхьыр къыхуэгъут (Евр. 10:1—4). Абы нэмыщІ израил цІыхухэм а къурмэнхэм ягу къагъэкІыжт ахэр гуэныхьлыуэ зэрыщытыр икІи я гуэныхьхэр нэгъэсауэ щхьэщызыхын гуэр зэрыхуэныкъуэр.
10. ЦІыхухэм я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІар?
10 ЦІыхухэм я гуэныхьхэр къахуэгъун щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІар? Иеговэ фІыщэу илъагъу и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ «цІыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыу... зэ къурмэныпхъэ» зищІын щхьэкІэ (Евр. 9:28). Хьисэ «цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу» итащ (Мт. 20:28). Щхьэщэхужыр зищІысыр сыт?
УАСЭР: ЩХЬЭЩЭХУЖ
11. 1) Библием «щхьэщэхуж» щыжиІэм деж сыт зи гугъу ищІыр? 2) Щхьэщэхужыр зытыфынур хэтыт?
11 Библием «щхьэщэхуж» щыжиІэм деж зи гугъу ищІыр зыгуэрым уекІужын икІи зыгуэр упшыныжын щхьэкІэ щІэпт уасэращ. Щхьэщэхужым Иеговэ Іэмал ирет Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдар къыдитыжыну. Абыхэм гугъуехьыр зищІысыр ямыщІэу, игъащІэкІэ псэуну яІа Іэмалыр зыфІагъэкІуэдащ. Абы къыхэкІкІэ щхьэщэхужыр Іэдэмрэ Хьэуарэ яфІэкІуэдам пэкІуэ уасэу щытын хуейт (1 Тим. 2:6). Ар зытыфынур: 1) гуэныхь зыхэмылъ, 2) гъащІэ мыухыж иІэу щІылъэм щыпсэуну Іэмал зиІэ, 3) дэр щхьэкІэ и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу зытыну хьэзыр цІыхухъу балигът. Апхуэдэ цІыху дагъуэншэм и гъащІэм фІэкІа Іэдэм фІэкІуэда гъащІэм зыри пэкІуэнутэкъым.
12. Хьисэ щхьэщэхужым и уасэр итыну щІыхузэфІэкІар сыт?
12 Хьисэ щхьэщэхужым и уасэр щІитыфам и щхьэусыгъуищ зэпкърытхынщ. 1) Абы «гуэныхь лъэпкъ ищІакъым» (1 Пет. 2:22). 2) Абы къыхэкІкІэ Хьисэ гъащІэ мыухыж иІэу щІылъэм щыпсэуну хуитыныгъэ иІэт. 3) Ар хьэзырт дэр щхьэкІэ и гъащІэр итыну (Евр. 10:9, 10). Хьисэ дагъуэншэу зэрыщытам къыхэкІкІэ абы и гъащІэр Іэдэм гуэныхь щимыщІэм щыгъуэ иІа гъащІэм пэкІуэт (1 Кор. 15:45). Аращи, Хьисэ зэрылІамкІэ Іэдэм фІэкІуэда гъащІэр ипшынащ (Рим 5:19). Апхуэдэу Хьисэ «иужьрей Іэдэм» хъуащ икІи гуэныхь зыхэмылъ зы цІыху иджыри къакІуэу Іэдэм фІэкІуэдар къищэхужын хуейуэ щыткъым. Хьисэ «цІыхухэм я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкІэ, къурмэныпхъэ аргуэру мыхъужыну, а зэмкІэ зэфІигъэкІащ» (Евр. 7:27; 10:12).
13. Пшыныжынымрэ щхьэщэхужымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
13 НтІэ, пшыныжынымрэ щхьэщэхужымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? Пшыныжыныр — ар Алыхьымрэ цІыхухэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ абы ича лъэбакъуэращ. Щхьэщэхужыр — ар гуэныхьлыуэ щыт цІыхубэр къащэхужын щхьэкІэ щІата уасэращ. Сыт а уасэм пэкІуар? Хьисэ дэр щхьэкІэ игъэжа и лъы лъапІэращ (Еф. 1:7; Евр. 9:14).
КЪЫПЭКІУАР: КЪЕГЪЭЛЫНЫМРЭ, ЦІЫХУ ПЭЖУ КЪЭЛЪЫТЭНЫМРЭ
14. АдэкІэ сыт дэ зэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?
14 Хьисэ ди гуэныхьхэр зэрипшыныжам сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Библием ит ІуэхугъуитІым гу лъыттэнщ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур нэхъ лъапІэу тлъытэну.
15, 16. 1) Щхьэщэхужым дэ сытым дыкъригъэлрэ? 2) Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІэкІыну Іэмал диІэ зэрыхъуам сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
15 Библием зэритымкІэ щхьэщэхужым дыкърегъэл е щхьэхуит дещІыж. Абы теухуауэ апостол Петр мыпхуэдэу итхащ: «ЗэрыфщІэщи, фи адэжьхэм къызэранэкІа пщІэ зимыІэ псэукІэм фыхишыжыну Мэссихь фи щхьэхэр ищэхужащ. Фи щхьэхэр зэрищэхужар кІуэдыжыну дыжьыныр е дыщэр аракъым, езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщІыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыІэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ» (1 Пет. 1:18, 19).
16 Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыкъыІэщІихыфынущ апхуэдиз гуауэ къытхуэзыхь гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ (Рим 5:21). Хьисэ и лъы лъапІэм е и гъащІэм къытхуихь щхьэхуитыныгъэм щхьэкІэ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэрэ Хьисэрэ фІыщІэшхуэ яхудощІ (1 Кор. 15:22).
17, 18. 1) ЦІыху пэжу дыкъалъытэным дэркІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэр? 2) Иеговэ цІыху пэжу фыкъызэрилъытэм фыщегупсысым деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІэ?
17 Дэ цІыху пэжу дыкъалъытэным къокІ дызэрагъэкъуаншэу щыта псори зэрытщхьэщахыр икІи ди гуэныхьхэр тпшыныжын зэрыхуэмейр. Ар щищІэкІэ Иеговэ захуагъэм ебакъуэкъым: абы дэ цІыху пэжу дыкъыщІилъытэр къэдлэжьауэ аракъым икІи гуэныхьым мыхьэнэ иримыту аракъым. Иеговэ ди гуэныхьхэр къыщІытхуигъэгъум щхьэусыгъуитІ иІэщ: 1) абы щхьэщэхужым и уасэр итащ, 2) дэ ар ди фІэщ мэхъури аращ (Рим 3:24; Гал. 2:16).
18 Иеговэ цІыху пэжу дыкъызэрилъытэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ? Хьисэ и гъусэу тепщэу щытынухэр Иеговэ цІыху пэжу икІи и быну къелъытэ (Тит 3:7; 1 Ин. 3:1). Иеговэ абыхэм гуэныхь зэи ямыщІам хуэдэу яхуигъэгъуащ. Аращ абыхэм хуитыныгъэ яІэ щІэхъуар пащтыхьу икІи дин пашэу щытыну (Рим 8:1, 2, 30). ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр Алыхьым цІыху пэжу икІи и ныбжьэгъуу къелъытэ (Екъуб 2:21—23). Абыхэми я гуэныхьхэр къахуэгъуащ. Армагеддоным кІуэцІырыкІыну цІыху куэдыкІейм Іэмал яІэнущ игъащІэкІэ псэуну (Ин. 11:26). Дунейм ехыжа цІыхухэр, «щыпкъагъэ зиІи зимыІи», лІахэм къахэтэджыкІыжынущ (Апост. 24:15; Ин. 5:28, 29, ДЩІ). Зэман гуэр дэкІа иужь Иеговэ и жыІэм щІэту щІылъэм щыпсэуну и лэжьакІуэхэм «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щІыхьышхуэрэ» яІэ хъунущ (Рим 8:21). Ди гуэныхьхэр пшыныжа зэрыхъуам и фІыгъэкІэ дэ ди Адэ Иеговэ декІужыну икІи и бын дыхъужыну Іэмал диІэнущ. Сыту гъащІэ гъэщІэгъуэныщэ къытпэщылъ!
19. Иеговэрэ Хьисэрэ я фІыгъэкІэ ди Іуэхум дапхуэдэу зэрызихъуэжар? («Ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ абы иІэр?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
19 Хуэмыпшыныжын щІыхуэшхуэ къызытехуа щІалэщІэм ещхьу зэгуэр дэри дыщытащ. Ауэ Иеговэ и фІыгъэкІэ дэ ди Іуэхум зихъуэжащ. Алыхьыр ипэкІэ плъэри дыкъызэрищэхужын Іэмал къигъуэтащ икІи абы и уасэри итащ. Хьисэ МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ дызэриІэм тщхьэщех щІэину къытхуэна гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ. Абы нэмыщІ Иеговэ дэ гуэныхь зэи дымыщІам хуэдэу къытхуегъэгъу. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыращ.
20. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
20 Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуащІам дызэрегупсысым ди гум фІыщІэшхуэ кърелъхьэ (2 Кор. 5:15). Ахэр мыхъуамэ дэ гугъэ лъэпкъ диІэнутэкъым! Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж дэ афІэкІа зыдгъэкъуэншэн щІыхуэмейм теухуауэ щапхъэ зыбжанэ къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
10 УЭРЭДЫР Ди Алыхь Иеговэ вгъэлъапІэ!