2026 ГЪЭ, МАРТЫМ И 23—29
18 УЭРЭДЫР Щхьэщэхужым щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ
Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыфщІыр дапхуэдэу къызэрывгъэлъэгъуэфынур?
«Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ» (2 КОР. 5:14).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэфынуми.
1, 2. Хьисэ дэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритам сытым дыхуигъэушын хуей? (2 Коринф 5:14, 15). (Сурэтми феплъ.)
УНЭ КЪЫЗЭТЕУАМ и лъабжьэм укъыщІахыжу, укърагъэлауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Уэ укъезыгъэла цІыхум дапхуэдэут узэрыхущытынур? А цІыхум къригъэлар уимызакъуэми, уэ абы убгъэдыхьэу, фІыщІэ хуэпщІыу, къыпхуищІар зэи зэрыпщымыгъупщэжынур жепІэну къыщІэкІынщ.
2 Мыбы ипэ дджа статьям зэрыщыжыІам хуэдэу дэ езыр гуэныхьым дыкъыІэщІэкІыфынукъым. Ауэ Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм апхуэдэ Іэмал къыдет. Абы и фІыгъэкІэ дэ: 1) ди гуэныхьхэр къытхуогъу; 2) къэкІуэну зэманым дагъуэншэ дызэрыхъуным теухуауэ гугъэ диІэ мэхъу; 3) Алыхьым декІужыну Іэмал диІэ мэхъу. Иджыри а къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дунеищІэм дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуфынущ. Хьисэ дэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритамкІэ къигъэлъэгъуащ фІыщэу дыкъызэрилъагъур. ЩІылъэм къэкІуэн ипи, Хьисэ цІыхухэр фІыуэ илъагъут (Прит. 8:30, 31). Апостол Паул итхащ: «Мэссихь фІылъагъуныгъэу къытхуиІэм дызэщІиубыдащ». (Къеджэ 2 Коринф 5:14, 15.) Сыт абы къикІыр? Мыхьэнэшхуэ иІэщ Хьисэ дэр щхьэкІэ ищІар зэи тщымыгъупщэным икІи абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур фІыщІэ зэрытщІыр ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэным.
Унэ къызэтеуам и къутахуэхэм дыкъыщІахыжауэ щытамэ, дауикІ, дыкъезыгъэлам фІыщІэ хуэтщІынут. НтІэ, лІэныгъэмрэ гуэныхьымрэ дыкъыІэщІэзыха Иеговэрэ Хьисэрэ дапхуэдизу фІыщІэ яхуэтщІыну яхуэфащэ? (1, 2 абзацхэм феплъ.)
3. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр зэмыщхьу щІыщытынкІэ хъунур сыт?
3 Дапхуэдэу уэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыпщІыр? ЦІыхухэм мы упщІэм иратыну жэуапыр зэмыщхьу щытыфынущ. Абы и щхьэусыгъуэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, цІыхуищ къалэ зырыз къикІыу, зы щІыпІэм кІуэну траухуауэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Ахэр здэкІуэм нэсыфынущ, ауэ зэрыкІуэну гъуэгухэр зэтехуэнукъым. НтІэ, дэ псоми сыт хуэдэ мурад диІэр? Дэ дыхуейщ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр къэдгъэлъэгъуэну. Ауэ ар зэрытщІ щІыкІэр зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Ар зэлъытар Иеговэрэ дэрэ иджыпсту ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэращ. Абы къыхэкІкІэ, дэ цІыху гупищым дытепсэлъыхьынущ: 1) Библиер зыджхэм; 2) псым зыщІэзыгъэуахэм; 3) зы щхьэусыгъуэ гуэр щхьэкІэ зэхуэсым пэІэщІэ хуэхъуахэм.
БИБЛИЕ ЗЫДЖХЭР
4. Библие зыджхэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?
4 Уэ Библиер бджын щІэбдзамэ, мыбы егупсыс. ХъыбарыфІыр къызэрыпщтам къегъэлъагъуэ, уэри Иеговэ ныбжьэгъу ищІыну хуейхэм уащыщ зыуэ зэрыщытыр икІи абыкІэ езыр къыбдоІэпыкъу (Ин. 6:44; Апост. 13:48). Библием щыжыІащ Иеговэ цІыхухэм я гум илъыр зэригъэунэхур (Прит. 17:3). Ар къэпцІыхун щхьэкІэ къару епхьэлІэм абы гу лъетэ икІи мэгуфІэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр щыхэплъхьэм деж (Прит. 27:11). Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъуну диІэ Іэмалыр зи фІыгъэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэ закъуэращ (Рим 5:10, 11). Ар зэи зыщомыгъэгъупщэ.
5. Филиппи 3:16 ит чэнджэщыр Библие зыджхэм дапхуэдэу къызэрагъэсэбэп хъунур?
5 Библие зыджхэм щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэращІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур? Абы и зы Іэмалыр Филиппи тхылъым ит чэнджэщым тетыныращ. Апостол Паул мыпхуэдэу итхат: «Дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икІи абы тету дыпсэун хуейщ» (Флп. 3:16). Мы едзыгъуэр нэгъуэщІ переводым мыпхуэдэу итщ: «Дэ дызытет гъуэгум дытемыкІыу дытетын хуейщ». Аращи, гъащІэм ухуэзышэ гъуэгум утетыну зыри зэран зыхуомыгъэхъу (Мт. 7:14; Лк. 9:62).
6. Библие зыджхэм сыт ящІэ хъунур Алыхьым къыбгъэдэкІ пэж гуэрым арэзы темыхъуэмэ е я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр халъхьэну къегугъуэкІмэ? (Второзаконие 30:11—14). (Сурэтми феплъ.)
6 Библием зыхуригъаджэ пэж гуэрым арэзы утемыхъуэмэ, сыт пщІэ хъунур? А пэжым теухуауэ нэхъыбэ къащІэ икІи ар къыбгурыІуэн щхьэкІэ Иеговэ елъэІу (Пс. 86:11). Иджыри шэч гуэрхэр къэнамэ, а упщІэр зэман гуэркІэ егъэтІылъэкІ, ауэ Библиер бджын къомыгъанэ. Зэман гуэр дэкІмэ, уэ а упщІэм и жэуапыр къэбгъуэтыну къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ Иеговэ игу иримыхь Іуэху гуэр къэбгъэнэну къогугъуэкІыу щытыфынущ. Абы щыгъуэ зыщомыгъэгъупщэ: гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэм яхузэфІэмыкІынымкІэ Иеговэ ящыгугъкъым. Уэ абы и хабзэхэм утетыну пхузэфІэкІынущ. (Къеджэ Второзаконие 30:11—14.) Алыхьми къыбдэІэпыкъуну укъегъэгугъэ (Ис. 41:10, 13; 1 Кор. 10:13). Аращи, уи Іэр йомыхьэх. Уи акъылыр уи гугъуехьхэм томыгъэту, Иеговэ къыпхуищІа фІыгъуэ псом егупсыс, щхьэщэхуж къурмэныпхъэри абы хэту. Зэманыр кІуэху Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ икІи уэ къэплъэгъунущ абы и хабзэхэм утетыну зэрымыгугъур (1 Ин. 5:3)a.
Иеговэ тхузэфІэмыкІынымкІэ къытщыгугъкъым. Ар къыддэІэпыкъунущ и хабзэм дытету дыпсэуну (6 абзацым феплъ.)
7. Иеговэ и Щыхьэтхэм я сабийхэр сытым егупсыс хъуну?
7 Иеговэ и Щыхьэтхэм я сабийхэ, фэ фтеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Фэри Библие вджыуэ жыпІэ хъунущ. Фэ фи адэ-анэм къаруушхуэ ирахьэлІэ Библием фырагъэджэн щхьэкІэ икІи а Іуэхум абыхэм я дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8; 1 Лет. 28:9). Уэ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъуну ухущІэкъумэ, езыри гъунэгъу къыпхуэхъунущ. Апхуэдэу щІыщытыр уи унагъуэр абы зэрыхуэлажьэракъым, атІэ уэ абы и дежкІэ лъапІэу ущытщи аращ. Ауэ сытым и фІыгъэкІэ уэ Алыхьым ныбжьэгъу узэрыхуэхъуфынур? Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэщ. А тыгъэ лъапІэм теухуауэ зэи зыщомыгъэгъупщэ! (Рим 5:1, 2). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу, Иеговэрэ Хьисэрэ уэр щхьэкІэ ящІам куууэ егупсыс. ИужькІэ а тыгъэр фІыщІэ зэрыпщІыр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкІэ уи гъащІэр дапхуэдэу къэбгъэсэбэпынуми икІи сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъунуми егупсысb.
ПСЫМ ЗЫЩІЭЗЫГЪЭУАХЭР
8. Псым зыщІэзыгъэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм щхьэщэхужым щхьэкІэ фІыщІэ зэращІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?
8 Уэ псым зыщІэбгъэуауэ Иеговэ ухуэлажьэу щытмэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыпщІыр къэбгъэлъэгъуакІэщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьыр бгъэгуфІэн икІи абы ныбжьэгъу ухуэхъун щхьэкІэ, уэ уи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьащ. Иджыри уэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ нэгъуэщІхэм уадэгуашэу щІэбдзащ икІи уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэри псым зыщІэбгъэуащ. Иеговэ узэрыхуэлажьэм щхьэкІэ зыгуэр къыщыппэщІэува къэхъуа? (2 Тим. 3:12). Къэхъуауэ щытмэ, уэ теубыдагъэ пхэлъу Алыхьым пэжу узэрыхуэлажьэм къегъэлъагъуэ ар фІыщэу зэрыплъагъур икІи щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыпщІыр (Евр. 12:2, 3).
9. Псым зыщІэзыгъэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр сытым хуэсакъын хуей?
9 Ауэ псым зыщІэзыгъэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр бэлэрыгъын хуейкъым. Ахэр хуэмысакъыу щытмэ, зэманыр кІуэху абыхэм я дежкІэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр апхуэдэуи лъапІэу щымытыжу хъуфынущ. Дапхуэдэу ар къызэрыхъуфынур? Япэ лІэщІыгъуэм Ефес къалэм щыпсэуа къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм дыхэплъэнщ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ абыхэм теубыдагъэ зэрагъэлъагъуэм щхьэкІэ ящытхъуат, ауэ япэм яІа лъагъуныгъэр зэрагъэужьыхыжам щхьэкІэ ар яхуэарэзытэкъым (Апок. 2:3, 4). Къуэшыр е шыпхъур и гум къыбгъэдэмыкІыу Иеговэ хуэлажьэу хуэм-хуэмурэ хъуфынущ. Апхуэдэ цІыхум Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ, хъыбарыфІыр егъэІу, зэІущІэхэм макІуэ, ауэ а псор лъагъуныгъэм къыхэкІыу ищІэкъым, атІэ ар абы хабзэ хуэхъуауэ аращ. НтІэ, Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр ужьыхыу гу лъыптамэ, сыт пщІэ хъунур?
10. Апостол Паул Тимофей ирита чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (1 Тимофей 4:13, 15).
10 Апостол Паул Тимофей хуигъэушт Алыхьым зэрыхуэлажьэм куууэ егупсысыну икІи а лэжьыгъэр и гум къыбгъэдэкІыу игъэзэщІэну. (Къеджэ 1 Тимофей 4:13, 15.) МафІэр мыужьыхыжын щхьэкІэ абы зэпымыууэ пхъэ хэдзэн хуейщ. Апхуэдэ дыдэу Алыхьым дыхуэлэжьэну диІэ гукъыдэжыр мыужьыхын щхьэкІэ, дэри зыгуэр тщІэн хуейщ (Рим 12:11; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «Горите рвением, к которому побуждает святой дух» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ). Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм нэхъыфІу зыхуэдгъэхьэзыр хъунущ, программэм ди гур нэхъ теухуауэ дыхэтын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ зыри зэран къытхуэмыхъуу Библиер куууэ щыдджын щІыпІэ щэху къэдгъуэт хъунущ. А псор къыддэІэпыкъунущ Иеговэ къытхуищІауэ хъуам щхьэкІэ, щхьэщэхужри абы хэту, ди гум сыт щыгъуи фІыщІэ илъыну. Иджыри Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм куууэ дегупсыс хъунущ, Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытым и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр диІэми. Шэч хэмылъу ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуну Іэмал къыдэзыт щхьэщэхуж къурмэныпхъэр нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну.
11, 12. Иныкъуэхэм деж хъыбарыфІыр дгъэІуну гукъыдэж димыІэмэ, абы къикІрэ Алыхьым и къару лъапІэр къыдитын щигъэтауэ? КъыдгурывгъаІуэ. (Сурэтми феплъ.)
11 Иныкъуэхэм деж гукъыдэж уимыІэу Алыхьым узэрыхуэлажьэм гу лъыптэмэ, умынэщхъей. Абы къикІкъым Иеговэ и къару лъапІэр афІэкІа къыуимытыжу. Апостол Паул Алыхьым зэрыхуэлажьэм теухуауэ Коринф дэс къуэш, шыпхъухэм яхуитхар дигу къэдгъэкІыжынщ: «Ар... сфІэмыфІу сщІэмэ, Тхьэм си пщэм къыдилъхьа Іуэхур згъэзащІэ къудейуэ арщ» (1 Кор. 9:17). Сыт абы зи гугъу ищІар?
12 Паул иныкъуэхэм деж хъыбарыфІыр игъэІуну гукъыдэж иІэтэкъым, ауэ ар абы щхьэкІэ къигъанэтэкъым. Уэ абы щапхъэ тепх хъунущ. Гукъыдэж уимыІэми, Алыхьым и лэжьыгъэм узэрыхэтыным уи акъылыр теухуэ. Къарурэ гукъыдэжрэ къыуитын щхьэкІэ Алыхьым елъэІу (Флп. 2:13). АдэкІи Алыхьым и лэжьыгъэм ухэтмэ, хуэм-хуэмурэ уи гурыщІэхэр къэщІэрэщІэжынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэр зыщІыпІи кІуакъым, ар къызэщІэгъэплъэжын хуей къудейуэ аращ.
Иныкъуэхэм деж гукъыдэж фимыІэми, адэкІи Алыхьым и лэжьыгъэм фыхэт (11, 12 абзацхэм феплъ.)
13. Зэман-зэманкІэрэ дапхуэдэу зыдгъэунэхужын хуей?
13 2 Коринф 13:5 щыжыІащ: «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж». Абы къыхэкІкІэ, зэман-зэманкІэрэ дэ зыдгъэунэхужын хуейщ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Іуэхухэр япэ изгъэщрэ?» (Мт. 6:33, ДЩІ). «Іейр слъагъу зэрымыхъур си нэгу зэрызезгъэужьым къыхэщрэ?» (Пс. 97:10). «Зэхуэсым илъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ схъумэн щхьэкІэ къару есхьэлІэрэ?» (Еф. 4:2, 3). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр къыщыблагъэ зэманым дэ Іэмал диІэщ хэт щхьэкІэ дыпсэуми зэхэдгъэкІыну — ди щхьэ щхьэкІэ хьэмэрэ Хьисэ щхьэкІэc.
ЗЭХУЭСЫМ ПЭІЭЩІЭ ХУЭХЪУАХЭР
14. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр зэхуэсым пэІэщІэ щІыхуэхъуар сыт?
14 Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр илъэс куэдкІэ Иеговэ пэжу хуэлэжьами, зэІущІэхэм кІуэн щагъэтащ. Сыт апхуэдэу къыщІэхъуар? Хэти махуэ къэс зрихьэлІэ гугъуехьхэм зэщІиубыдащ (Лк 21:34). Хэти къуэш е шыпхъу гуэрым зыхуигъэгусащ (Екъуб 3:2). Хэти гуэныхь хьэлъэ ищІащ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэзэну тегушхуэкъым. Уэри зы щхьэусыгъуэ гуэр щхьэкІэ Иеговэ и унагъуэм пэжыжьэ ухуэхъуамэ-щэ? Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм икІи Иеговэрэ Хьисэрэ я лъагъуныгъэм узэрегупсысым сытым ухуигъэушыфыну?
15. Зэхуэсым пэІэщІэ хуэхъуахэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр? (Иезекииль 34:11, 12, 16).
15 Зэхуэсым пэІэщІэ хуэхъуахэм Иеговэ дапхуэдэу хущытми егупсысыт. Абы ахэр ІэщІыб ищІкъым. Абы и пІэкІэ Иеговэ мэл цІыкІу кІуэдахэр къелъыхъуэ икІи и деж къагъэзэжыну абыхэм доІэпыкъу (Къеджэ Иезекииль 34:11, 12, 16.) Ар дыдэр иджыпсту Иеговэ уэр щхьэкІэ ищІэу къыщІэкІынщ. Мы статьям узэреджэм къегъэлъагъуэ уэ Иеговэ къыпфІэмыІуэхуу узэрыщымытыр икІи абы игу зэрырихьым хуэдэу ущытыну узэрыхуейр. Зэгуэр Иеговэ уэ фІы пхэлъым гу лъитэри зэхуэсым укъришэлІащ. ДауикІ, иджыпстуи зэхуэсым къэбгъэзэжыну ар къыбдэІэпыкъуфынущ.
16. Зэхуэсым пэІэщІэ хуэхъуахэм Иеговэ деж къагъэзэжыну сыт къадэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)
16 «Вернись к Иегове» жыхуиІэ брошюрэм мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэр итщ: «Иеговэ и деж къэбгъэзэжыну мурад пщІамэ, ар къызэрыбдэІэпыкъуным шэч къытомыхьэ. Ар щІэгъэкъуэн къыпхуэхъунущ узыгъэгузавэ гупсысэхэм упэлъэщыну, уи гум телъ уІэгъэхэр бгъэхъужыну икІи гузэгъэгъуэ къозыт напэ къабзэ зэбгъэгъуэтыжыну. Абы щыгъуэ уэ гукъыдэж уиІэ хъуну къыщІэкІынщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ ухуэлэжьэну». Зэхуэсым и нэхъыжьхэри къызэрыбдэІэпыкъуфынур зыщомыгъэгъупщэ. Ахэр Библием «жьапщэм ущызыхъумэ егъэзыпІэм, уэлбанэм укъезыгъэл хъумапІэм» ирегъэщхь (Ис. 32:2). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым уэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэпщІыну узэрыхуейм. Аращи мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ и деж къэзгъэзэжыну сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр къыздэІэпыкъуну?» (Ис. 1:18; 1 Пет. 2:25). Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэм зэІущІэм умыкІуэфыну пІэрэ? Е зэхуэсым и нэхъыжь гуэрым убгъэдыхьэу къыбдэІэпыкъуну уемылъэІуфыну пІэрэ? Абыхэм Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш е шыпхъу гуэрым къалэн иратыфынущ зы зэман гуэркІэ уи гъусэу Библиер иджыну. Шэч къытомыхьэ: щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрыпщІыр Иеговэ елъагъу икІи зэхуэсым къэбгъэзэжыну ар къыбдэІэпыкъунущ.
ФызэупщІыж: «Сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр къыздэІэпыкъуну Иеговэ и деж къэзгъэзэжыну?» (16 абзацым феплъ.)
ФІЫЩІЭ ЗЭРЫПЩІЫР ДАПХУЭДЭУ УЭ КЪЫЗЭРЫБГЪЭЛЪЭГЪУЭНУР?
17, 18. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу сытым зэман хухэтхыным мыхьэнэшхуэ иІэ?
17 Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Ин. 3:16). Гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихын щхьэкІэ, Иеговэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр къыдитащ. Ар зэи зыщыдгъэгъупщэнкъым! (Рим 3:23, 24; 2 Кор. 6:1). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу зэман хухэх, Иеговэрэ Хьисэрэ я лъагъуныгъэм куууэ уегупсысын щхьэкІэ. Абы ухуигъэушынущ уи гум илъ фІыщІэр ІуэхукІэ къэбгъэлъэгъуэну.
18 Щхьэщэхужыр фІыщІэ зэрыпщІыр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, сыт уэ пщІэнур? Мы упщІэм псоми жэуап зырыз иратыфынущ. Ауэ быдэу уи фІэщ щІы: уэ къару епхьэлІэм Иеговэ игъэгуфІэнущ. Мелуан бжыгъэ хъу Иеговэ и лэжьакІуэхэр «езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкІэ лІэуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжам хуопсэу» (2 Кор. 5:15). Иеговэ абыхэм и нэфІ зэрыщыхуэм хуэдэу, уэри къыпщыхуэнущ.
14 УЭРЭДЫР Дунейм и ПащтыхьыщІэр вгъэлъапІэ!
a Библие джыным сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуихьын щхьэкІэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» тхылъым, урок къэс икІэм деж ит «ПщІэ хъунур» жыхуиІэ рамкэм итыр зэрыбгъэзэщІэным хущІэкъу.
b Сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъунуми уэ къыщыпщІэфынущ 2017 гъэм, декабрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «НыбжьыщІэхэ, фымыкІуэду фыкъызэрелыным фыхущІэкъу» жыхуиІэ статьям.
c Иеговэрэ Хьисэрэ сыт щыгъуи фІыщІэ яхуэпщІыну сыт къыбдэІэпыкъунуми уэ къыщыпщІэфынущ 1995 гъэм, июным и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Что побуждает тебя служить Богу?» жыхуиІэ статьям.