ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Декабрь н. 26—30
  • Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэ, зэхуэсым и дежкІэ фэ фылъапІэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэ, зэхуэсым и дежкІэ фэ фылъапІэщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ СЫТКІЭ КЪЫФЩЫГУГЪРЭ?
  • УЭ НЭГЪУЭЩІХЭМ СЭБЭПЫНАГЪ КЪАХУЭПХЬЫФЫНУЩ
  • ИЕГОВЭ УЭ ПЭЖУ УЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭР ЛЪАПІЭУ ЕЛЪЫТЭ
  • АДЭКІИ ФХУЗЭФІЭКІЫУ ХЪУАР ФЩІЭ
  • ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэ и фІыгъэкІэ хэт уэ ухъуфыну?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Уи ныбжьыр хэкІуэтами, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэд
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Декабрь н. 26—30
Коллаж «Зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуолажьэ»: 1) къуэшыр гуфІэу, ипэкІэ маплъэ; 2) кресло-каталкэм ис ди шыпхъум медсестрам буклет ирет; 3) шыпхъум зэІущІэм жэуап щет; 4) зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъур къуэш ныбжьыщІэм и Іэблэр иІыгъыу, хъыбарыфІ гъэІуным хэтщ; 5) дыщызэхуэс Унэм щыІэу, къуэшыр сабиитІымрэ абыхэм я анэмрэ доуэршэр.

Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэ, зэхуэсым и дежкІэ фэ фылъапІэщ

«Си гъащІэм сыщыхэплъэжым деж, сэ согъэщІагъуэ япэм куэд схузэфІэкІыу зэрыщытар. Ауэ си ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ, си къарур куэдкІэ нэхъ мащІэ хъуащ» (Ко́нни, илъэс 83).

Уэри уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ, уи зэфІэкІыр нэхъ мащІэ зэрыхъуам гу лъыптэу къыщІэкІынщ. Илъэс куэд хъуауэ Иеговэ пэжу ухуэлажьэми, япэм пхуэщІэу щытамрэ иджыпсту пхуэщІэмрэ щызэбгъапщэм деж, абы хуабжьу уи гур хигъэщІу къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гурыщІэ хьэлъэхэм дапхуэдэу упэлъэща хъуну?

ИЕГОВЭ СЫТКІЭ КЪЫФЩЫГУГЪРЭ?

Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Иеговэ сыткІэ къысщыгугърэ?» 2 Коринф 8:12 ит псалъэхэм гушхуэныгъэ къыуатыфынущ. А едзыгъуэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «ЦІыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иІэм елъытащ, имыІэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищІыр».

Мы едзыгъуэм къызэригъэлъагъуэмкІэ уэ пхузэфІэкІымкІэщ Иеговэ къызэрыпщыгугъыр. А гупсысэр къыбдэІэпыкъунущ нэгъуэщІхэм зомыгъэпщэну, абы нэмыщІ япэм Алыхьым хуэпщІу щытамрэ иджыпсту хуэпщІэфымрэ зомыгъэпщэну.

Егупсысыт: уэ нэхъ щІалэу ущыщытам нэхъыфІу уиІэр Иеговэ ептауэ къыщІэкІынщ. Ауэ иджыпсту уи Іуэхум зихъуэжами, нэхъыфІу уиІэр Иеговэ ептын щыбгъэтакъым. Аращи, а лъэныкъуэмкІэ мы Іуэхум уеплъу щытмэ, гурыІуэгъуэщ зыми зэрызимыхъуэжар. Япэм хуэдэу иджыпстуи уиІэм и нэхъыфІыр Иеговэ ибот.

Коллаж «Шыпхъур илъэс куэд хъуауэ Иеговэ пэжу хуолажьэ»: 1) зи щІалэгъуэ ди шыпхъум унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр игъэІуу, цІыхубзым йопсалъэ; 2) а шыпхъум, иджы и ныбжьыр хэкІуэтауэ, шыпхъу нэхъ щІалэм и гъусэу телефонкІэ хъыбарыфІыр егъэІу.

Уэ нэхъ щІалэу ущыщытам нэхъыфІу уиІэр Иеговэ ептащ. Иджыпстуи уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам емылъытауэ, нэхъыфІу уиІэр Иеговэ ибот

УЭ НЭГЪУЭЩІХЭМ СЭБЭПЫНАГЪ КЪАХУЭПХЬЫФЫНУЩ

Ныбжь узэриІэм нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ уеплъыну хущІэкъу. Уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтар зэран къызэрыпхуэхъум уемыгупсысу, абы сэбэпынагъ къызэрыхэпхыфынум егупсыс. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи щІалэгъуэм пхузэфІэмыкІыу щыта гуэрхэр иджыпсту пхузэфІэкІынущ. Апхуэдэ зы Іэмалым дыхэплъэнщ.

Уи гъащІэм къриубыдэу зызыхуебгъэсахэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэ. Библием щыщ къыкІэлъыкІуэ едзыгъуэхэм егупсыс.

Пащтыхь Даут: «Сэ ныбжьыщІэу сыщытащ икІи жьы сыхъуащ, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къигъэнауэ икІи абы и щІэблэр щІакхъуэ щхьэкІэ лъаІуэу слъэгъуакъым» (Пс. 37:25).

Нун и къуэ Ехьошуа: «Куэд мыщІэу сэ дунейм сехыжынущ. Фи Алыхь Иеговэ фыкъызэригъэгугъа псалъэхэм щыщу гъэзэщІа мыхъуауэ зыри къызэрымынар фэ фІы дыдэу фощІэ. Ахэр псори гъэзэщІа хъуащ. Абыхэм щыщу гъэзэщІа мыхъуауэ зыри къэнакъым» (Иис. Н. 23:14).

Даутрэ Нун и къуэ Ехьошуарэ илъэс куэдкІэ Иеговэ хуэлэжьащ. Абыхэм я гъащІэм къриубыдэу куэд ялъэгъуащ икІи куэдым зыхурагъэсащ. Абы и фІыгъэкІэ абыхэм я псалъэхэм нэхъ къару щІэлът.

Уэри илъэс куэд щІауэ Иеговэ ухуэлажьэмэ, ар къызэрыбдэІэпыкъуамрэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъуамрэ теухуауэ куэд жыпІэжыфыну къыщІэкІынщ. Иеговэ и лъэпкъым и нэфІ зэрыщыхуам теухуауэ псом хуэмыдэу зыгуэр уигу къинэжамэ, ар нэгъуэщІхэм зэражепІэжыным хущІэкъу. Апхуэдэу уэ къуэш, шыпхъухэри уи щхьэри бгъэгушхуэфынущ (Рим 1:11, 12).

Иджыри нэгъуэщІхэр зэрыбгъэгушхуэ хъуну Іэмалыр — ар уи узыншагъэм къыпхуидэмэ, дыщызэхуэс Унэм щекІуэкІ зэІущІэхэм укІуэныращ. Абы уэ къару къыпхилъхьэнущ икІи нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэри игъэгушхуэнущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Конни жеІэ: «Сэ нэщхъейуэ сыщымытыну зэІущІэхэр къыздоІэпыкъу. Дауи сынэщхъеин дыщызэхуэс Унэм апхуэдиз лъагъуныгъэ къыщысхуагъэлъагъуэу? Сэ дэлъху, шыпхъухэм фІыщІэшхуэ яхузощІ икІи абыхэм тыгъэ цІыкІухэр изот. Сэ сыхуейщ адэкІи нэгъуэщІхэм я гъусэу зэхуэсым и Іуэхухэм сыхэтыну!»

ИЕГОВЭ УЭ ПЭЖУ УЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭР ЛЪАПІЭУ ЕЛЪЫТЭ

Библием пасэм псэуа, зи ныбжь хэкІуэта цІыху пэжхэм и гугъу ещІ. Абыхэм щыщІалэм яхузэфІэкІам хуэдиз ямыщІэжыфу хъуами, Иеговэ ахэр фІыуэ илъагъун къигъэнакъым. Псалъэм папщІэ, Симеон и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ къыщалъхуам щыгъуэ ар жьы дыдэ хъуат. Иеговэ и Унэшхуэм щыкІуэм деж абы, дауикІ, илъагъу къыщІэкІынт зи щІалэгъуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэхэр зэрырахьэкІыр. Абыхэм ящІэм хуэдиз Симеон зэрылъэмыкІыжым щхьэкІэ, сэбэпынагъ куэд къимыхьыжыфу егупсыс къыщІэкІынт. Ауэ Иеговэ Симеон нэгъуэщІут зэреплъыр. Абы ар «щыпкъагъэри Тхьэм и фІэлІыкІри зигу илъ цІыхуу» къилъытэт. Иеговэ абы щІыхьышхуэ хуищІри, къалъхуагъащІэу щыт Хьисэ илъэгъуну Іэмал иритащ. Уеблэмэ, Алыхьым Симеон къигъэсэбэпри, Хьисэ къэкІуэн хуей Мэссихьу зэрыщытыр жригъэІащ! (Лк. 2:25—35). ГурыІуэгъуэт а зи ныбжь хэкІуэта цІыхухъум Алыхьым и къару лъапІэр зэригъусэр. Иеговэ дежкІэ мыхьэнэ зиІэр Симеон и ныбжьыратэкъым, атІэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэриІэрат.

Исуфрэ Мэриемрэ гуфІэжу, къалъхуагъащІэу щыт Хьисэ Симеон ирагъэлъагъу.

Иеговэ Симеон щІыхьышхуэ хуищІащ къалъхуагъащІэу щыт Хьисэ илъэгъуну икІи Мэссихь теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр жиІэну Іэмал зэрыритамкІэ

Уи зэфІэкІым емылъытауэ, Иеговэ узэрыхуэлажьэр лъапІэу зэрилъытэм шэч къытомыхьэ. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щигъэгуфІэр — тхузэфІэкІыр щеттым дежщ. (2 Кор. 8:12).

Аращи, пхузэфІэкІыным уи акъылыр теухуэ. Псалъэм папщІэ, зэман кІэщІкІэ фІэкІа мыхъуми, хъыбарыфІыр дапхуэдэу бгъэІу хъунуми егупсыс. Абы нэмыщІ къуэш е шыпхъу гуэрым звонить хуэпщІу е открыткэ хуэптхыу ар бгъэгушхуэ хъунущ. Къапщтэмэ, а Іуэхум мыхьэнэшхуэ имыІэу къыпщыхъункІэ хъунущ, ауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт, абы и гуапэ зэрыхъунур апхуэдиз илъэс хъуауэ Иеговэ хуэлажьэ цІыхум гулъытэ къызэрыхуищІар!

Узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр дызэриІэм емылъытауэ, дэ гуфІэгъуэ диІэу, Иеговэ дыхуэлэжьэфынущ. Ар къыхощ Африкэм и КъуэкІыпІэмкІэ къыщыхъуа Іуэхугъуэм. «ХъыбарыфІым абы и гъащІэр къригъэлащ» жыхуиІэ рамкэр а Іуэхугъуэм топсэлъыхь.

Зыщывмыгъэгъупщэ: фэ Алыхьым фызэрыхуэпэжымрэ фи фІэщхъуныгъэмрэ къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэфынущ. Теубыдагъэ вгъэлъагъуэмкІэ фэ абыхэм щапхъэ фахуохъу. Аращи, шэч къытевмыхьэ: ди Алыхь пэжым «фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цІыху лъапІэхэм дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкІи иджыри дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкІи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10).

АДЭКІИ ФХУЗЭФІЭКІЫУ ХЪУАР ФЩІЭ

ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ зи ныбжь хэкІуэтахэр нэгъуэщІхэм щадэІэпыкъум деж, абыхэм я узыншагъэр нэхъ быдэщ, я акъылыр нэхъ жанщ икІи ахэр нэхъыбэрэ мэпсэу.

ДауикІ, дэ тщІэ ІуэхуфІхэм жьыгъэр къигъэувыІэнукъым. Іэдэм и гуэныхьым къыпэкІуэ жьыгъэмрэ лІэныгъэмрэ Іузыхыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ (Рим 5:12).

Дапхуэдэу мыхъуами, хъыбарыфІ гъэІуным фызэрыхэтым фи гугъэр ффІэмыкІуэду къихъумэнущ, уеблэмэ, фи узыншагъэми сэбэп хуэхъуфынущ. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, Иеговэ хуэфщІэу хъуар лъапІэу зэрилъытэр зыщывмыгъэгъупщэну дыныволъэІу. Фэ вгъэлъагъуэ фІэщхъуныгъэ быдэр — зэхуэсым и дежкІэ тыгъэшхуэщ.

Зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъум стендым деж щыту, хъыбарыфІыр егъэІу. Ар цІыхубзым Библием ит едзыгъуэм къыхуоджэ икІи а цІыхубзым и нэпсыр къожэх.

ХъыбарыфІым абы и гъащІэр къригъэлащ

Зэгуэр зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъур стендым деж щыту хъыбарыфІыр игъэІут. ЦІыхубз гуэр здыблэкІым ди шыпхъум абы сэлам ирихри, Библием ит зы едзыгъуэ иригъэлъэгъуну зэрыхуейр жриІащ. Ар Иеремия 29:11 ит Иеговэ и псалъэхэрат: «Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ». ИужькІэ ди шыпхъур абы еупщІащ: «Алыхьым къыпхуищІэну зыхуейм гу лъыпта?»

ЦІыхубзым а псалъэхэр хуабжьу и гум лъэІэсащ. Абы и нэпсхэм къызэпижыхьри мыпхуэдэу жиІащ: «Алыхьыр хуейщ сэ гугъэ сиІэну икІи мамырыгъэ здэщыІэну дунейм сыщыпсэуну. ФІыщІэшхуэ пхузощІ а псалъэхэм укъызэрысхуеджам щхьэкІэ. Сэ шэч къытесхьэкъым ар си тхьэлъэІум и жэуапу зэрыщытым. Иужьрей зэманхэм гугъуехь куэд къыстегуплІащ икІи ар апхуэдизкІэ къыстехьэлъэти, сэ зызукІыжыным сынэсат. Нышэдибэ Алыхьым селъэІуа къудейуэ арат сыкъызэрыфІэІуэхур сигъэлъэгъуну. Арати, уэ сыкъомыцІыху пэтми сыкъэбгъэувыІэри, Алыхьым къысхуищІэну зыхуейм теухуауэ Библием итым укъысхуеджащ. Сэ сощІэ ар ауэ сытми къэхъуа Іуэхуу зэрыщымытыр».

Шыпхъум а цІыхубзым jw.org сайтым ит Библием тегъэщІа статья зыбжанэ иригъэлъэгъуащ. А статьяхэр зызукІыжыну хуейхэм апхуэдэ гупсысэ Іейм ебэныну къадоІэпыкъу. ИужькІэ шыпхъум абы жриІащ Библиер зэрадж курс зэрыщыІэр икІи ар ди зэІущІэхэм къригъэблэгъащ. КъыкІэлъыкІуэ тхьэмахуэм а цІыхубзыр дыщызэхуэс Унэм кІуащ икІи «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэмкІэ ар ирагъэджэн щІадзащ.

Уэри уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам емылъытауэ, хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм уазэрыдэгуэшэн Іэмал къэбгъуэтыфынущ!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын