51 СТАТЬЯР
132 УЭРЭДЫР Иджы зыпкъ дыхъуащ
Иеговэ зыгъэлъапІэ хьэгъуэлІыгъуэ дапхуэдэу зэрыпщІ хъунур?
«Іуэху псори екІурэ зэтеухуауэ щытын хуейщ» (1 КОР. 14:40).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Унагъуэ зыухуэну мурад зыщІа Иеговэ и лэжьакІуэхэм я хьэгъуэлІыгъуэмкІэ дапхуэдэу абы и цІэр ягъэлъэпІэфынуми.
1, 2. ХьэгъуэлІыгъуэ махуэм теухуауэ Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ?
КЪУЭШЫМРЭ шыпхъумрэ куэд мыщІэу зэрышэну зэгурыІуамэ, абыхэм гуфІэгъуэ зыхащІэ икІи къапэщылъ Іуэхум ахэр егъэпІейтей. ДауикІ, абыхэм хьэгъуэлІыгъуэм зыхуагъэхьэзырын щІадзауэ къыщІэкІынщa. Иеговэ хуейщ а Іуэхугъуэм унагъуэ зыухуэхэм гуфІэгъуэ куэд къахуихьыну икІи ар гъащІэ насыпыфІэм и щІэдзапІэу щытыну (Прит. 5:18; Песня 3:11).
2 Фи хьэгъуэлІыгъуэм Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. НтІэ, сыт а Іуэхугъуэм Иеговэ и цІэр щІигъэлъэпІэн хуейр икІи абы щхьэкІэ сыт щІэн хуейр? Мы статьяр псом хуэмыдэу щауэмрэ нысащІэмрэ хуэгъэзами, мыбы ит принципхэр хьэгъуэлІыгъуэм теухуауэ а тІур зэчэнджэщ цІыхухэми, хьэщІэхэми сэбэп къахуэхъунущ.
ХЬЭГЪУЭЛІЫГЪУЭМ ИЕГОВЭ И ЦІЭР ЩІИГЪЭЛЪЭПІЭН ХУЕЙР СЫТ?
3. Алыхьым и лэжьакІуэхэм хьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуагъэхьэзырым деж, сыт япэу гу лъытэ зыхуащІын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
3 ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуагъэхьэзыркІэ къуэш, шыпхъухэм Библием ит принципхэм тегъэщІауэ унафэ къащтэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ахэр къызыбгъэдэкІыр япэ унагъуэр зыухуа Иеговэщ икІи абы Іэдэмрэ Хьэуарэ я хьэгъуэлІыгъуэр къызэригъэпэщащ (ЩІэдз. 1:28; 2:24). Аращи, зэрышэну мурад зыщІахэм япэу гулъытэ зыхуащІын хуейр Иеговэ и еплъыкІэращ.
4. Иеговэ щІыхь къыхуэзыхь хьэгъуэлІыгъуэ тщІыным ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
4 ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуэбгъэхьэзырым деж, Иеговэ и еплъыкІэм гу лъыптэн щІыхуейм и зы щхьэусыгъуэ иджыри щыІэщ. Ар уафэм щыІэ уи Адэщ икІи уи Ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэщ (Евр. 12:9). Уэ дауикІ, ухуейщ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр пхъумэну. Абы къыхэкІкІэ, уи хьэгъуэлІыгъуэ махуэми, нэгъуэщІ сыт хуэдэ махуэми уи Ныбжьэгъум и жагъуэ зыщІын гуэр пщІэнукъым (Пс. 25:14). Иеговэ къыпхуищІам икІи къэкІуэну зэманым къыпхуищІэну псом егупсыс. Алыхьым фІыщІэ зэрыхуэпщІым ухуигъэушыну къыщІэкІынщ, абы щІыхь къыхуэзыхь хьэгъуэлІыгъуэ пщІыну (Пс. 116:12).
ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ЩІЫХЬ КЪЫЗЭРЫХУЭТХЬЫФЫНУР?
5. Щауэмрэ нысащІэмрэ хьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуагъэхьэзырым деж Библиер дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуфынур?
5 ХьэгъуэлІыгъуэр зэрегъэкІуэкІын хуейм теухуауэ Библием хабзэ пыухыкІа иткъым. Абы къыхэкІкІэ, ар елъытауэ щытыфынущ щауэмрэ нысащІэмрэ я щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэм, езыхэр зыхуейм икІи я Іуэхур зыІутым. Ауэ, дауэ мыхъуами, ахэр къэралым и унафэм тетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Мт. 22:21). Щауэмрэ нысащІэмрэ сыт хуэдэ унафэ къамыщтами, я хьэгъуэлІыгъуэм Иеговэ игъэгуфІэнущ икІи и цІэр игъэлъэпІэнущ, абыхэм Библием ит принципхэр къагъэсэбэпу щытмэ. А принципхэм адэкІэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
6. Щауэмрэ нысащІэмрэ къэрал унафэм тетыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Рим 13:1, 2).
6 Къэралым и унафэм фытет (Рим 13:1, 2). И нэхъыбэ къэралхэм яІэ унафэм унагъуэ зыухуэну хуейхэм хабзэ пыухыкІахэр яхуегъэув. Иеговэ и лэжьакІуэхэм дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ я щІыпІэм сыт хуэдэ унафэхэр щыІэми зэхагъэкІыным. А Іуэхур зэхэбгъэкІыну къогугъуэкІмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэгъазэb.
7. ХьэгъуэлІыгъуэр екІурэ зэтеухуауэ екІуэкІын щхьэкІэ сыт фщІэ хъунур?
7 ХьэгъуэлІыгъуэр екІурэ зэтеухуауэ екІуэкІын щхьэкІэ, къару ефхьэлІэ (1 Кор. 10:31, 32). Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ фи хьэгъуэлІыгъуэр екІуу, гуапэу екІуэкІыфынущ. Абы къыхэкІкІэ, Алыхьым игу иримыхьын Іуэхухэр фи хьэгъуэлІыгъуэм зэрыхэмытыным къару ефхьэлІэ (Гал. 5:19—26). Нэхъыжьыгъуэм теухуа Библием ит принципым къыхощ хьэгъуэлІыгъуэр зэтеухуауэ, гуапэу екІуэкІын щхьэкІэ щауэр кІэлъыплъын зэрыхуейр. ХьэгъуэлІыгъуэм теухуа псалъэ гъэхьэзырами мыхьэнэшхуэ иІэщ. А псалъэр жызыІэ къуэшым лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу, къедаІуэхэр хуигъэушыфынущ Алыхьым и тыгъэу щыт нэчыхьыр лъапІэу ялъытэну. Абы нэмыщІ а псалъэ гъэхьэзырам псоми къагуригъэІуэнущ хьэгъуэлІыгъуэр мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэу зэрыщытыр. И нэхъыбэм деж, Іэмал щыІэмэ, хьэгъуэлІыгъуэм теухуа псалъэ гъэхьэзырар дыщызэхуэс Унэм щыжаІэ. Фэри апхуэдэу фщІэну фыхуеймэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм, зэман иІэу, письмо яхуэфтхын хуейщ.
8. ХьэгъуэлІыгъуэ Іэнэр щывгъэувкІэ, сытым фегупсысын хуей? (Рим 13:13).
8 Къеджэ Рим 13:13. Нэчыхьыр евгъэтха иужь Іэнэ вгъэувыну щытмэ, мы дунейм и гупсысэкІэр зэран къыфхуэмыхъун щхьэкІэ сыт фщІэ хъунур? Рим 13:13 «щхьэрутІыпщу... ешхэн-ефэным» и гугъу ещІ. А псалъэхэмкІэ зэдзэкІа алыджыбзэ псалъэм къокІ цІыхухэм фадэкІэ ирагъэлейуэ, макъамэ щІэту, зэрызехьэу, жэщыр хэкІуэтэху зэрызэхэсыр. («Учебная Библия» жыхуаІэм, Рим 13:13 ит «щхьэрутІыпщу... ешхэн-ефэн» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ.) Іэнэ щывгъэувкІэ фадэ къытевгъэувэну мурад фиІэмэ, зыми фадэкІэ иримыгъэлеин щхьэкІэ фщІэ хъунум фегупсысc. Уэрэдхэри къевгъэуэну щытмэ, хьэщІэхэр зэдэуэршэрыфын щхьэкІэ, ахэр ин Іейуэ къевмыгъауэ. Абы нэмыщІ зыми зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фахуэмыхъун щхьэкІэ уэрэдхэм хэт псалъэхэм мыхьэнэ ефт.
9. Зэрышэнухэр сытым иджыри егупсысын хуей хьэгъуэлІыгъуэр ящІын ипэ?
9 ХьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІкІэ, фи ныбжьэгъухэр, фи Іыхьлыхэр къывэхъуэхъуну фыхуейт? Сурэт, видео къэвгъэлъэгъуэну е нэгъуэщІ нэгу зегъэужьыкІэ гуэрхэр евгъэкІуэкІыну фи мурад? Апхуэдэу фщІэмэ, хьэгъуэлІыгъуэ махуэр фигу нэхъ къинэжынущ. Ауэ а псор екІуу икІи хьэщІэхэм ягу ирихьын хуэдэу фщІы (Флп. 4:8). Абы къыхэкІкІэ, мы упщІэхэм зэман иІэу уегупсысмэ нэхъыфІщ: «ХьэгъуэлІыгъуэм щекІуэкІыну нэгу зегъэужьыкІэхэм къыхэщыну пІэрэ, хьэщІэхэми езы нэчыхьми пщІэ хэлъу дазэрыхущытыр? Нэхъ мыхьэнэ зиІэращи, Иеговэ и цІэр абы игъэлъэпІэну пІэрэ?» ДауикІ, хьэгъуэлІыгъуэм гушыІэ щыхэтым деж абы зыри Іей хэлъкъым, ауэ гушыІэхэр къезэгъыу щытын хуейщ, псалъэм папщІэ, абыхэм цІапІагъэ лъэпкъ хэтын хуейкъым (Еф. 5:3). ХьэгъуэлІыгъуэм ипэ зэхэвгъэкІ, къевгъэблэгъэнухэм псалъэ гуэр щыжаІэкІэ, къезэгъыу фэ къэфлъытэр къазэрыгурыІуэр икІи фи еплъыкІэм пщІэ зэрыхуащІыр.
10. ХьэгъуэлІыгъуэ фщІыну щытевухуэкІэ, гулъытэ лей зэрызыхуевмыгъэщІыным фегупсысын щІыхуейр сыт? (1 Иуан 2:15—17).
10 Гулъытэ лей зыхуевмыгъэщІ. (Къеджэ 1 Иуан 2:15—17.) Иеговэ мэгуфІэ и лэжьакІуэхэм гулъытэ лей зыхурамыгъэщІу, абы и цІэр щагъэлъапІэм деж. Абы къыхэкІкІэ, Іэдэбу щыт къуэш, шыпхъухэм я мылъкур ягъэлъагъуэу хьэгъуэлІыгъуэм ахъшэ куэд трагъэкІуэдэнукъым. Абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр хэлъ? Норвегием щыщ ди къуэш Майк къыддогуашэ: «Дэ ди хьэгъуэлІыгъуэр ехьэжьауэ щымытами, ар егъэлеяуэ дахэт икІи гукъинэжт. Абы нэмыщІ дэ пионер лэжьыгъэм адэкІэ пытщэфащ икІи щІыхуэ зытетлъхьакъым». Индием щыщ ди шыпхъу Та́бити жеІэ: «Ди хьэгъуэлІыгъуэр Іэтауэ зэрыщымытам и фІыгъэкІэ, дэ дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ куэди, зэгъэзэхуэн хуей Іуэхугъуэ куэди диІакъым».
Щауэмрэ нысащІэмрэ дэнэ щымыпсэуами, абыхэм я хьэгъуэлІыгъуэр ехьэжьауэ щымыту, ар дахэу икІи ягу къинэжын хуэдэу яхуэщІынущ (10, 11 абзацхэм феплъ.)
11. Щауэмрэ нысащІэмрэ я щыгъыныр дапхуэдэу зэрыщытын хуейр? (Сурэтхэми феплъ.)
11 ХьэгъуэлІыгъуэм деж щыфтІэгъэным теухуауэ унафэ фщІа? ГурыІуэгъуэщ а махуэм егъэлеяуэ дахэу хуэпауэ фыщытыну фызэрыхуейр. Уеблэмэ, пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэми апхуэдэ махуэшхуэхэм дахэу зэрызахуэпэным мыхьэнэшхуэ иратт (Ис. 61:10). ДауикІ, хьэгъуэлІыгъуэр махуэ хэхащ, абы къыхэкІкІэ, щауэми нысащІэми абы хуэкІуэ щыгъын щатІэгъэнущ. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, абыхэм я щыгъынымкІэ гулъытэ лей зыхурагъэщІын хуейкъым (1 Тим. 2:9). Зыщывмыгъэгъупщэ: псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр фи теплъэракъым, атІэ фи хьэгъуэлІыгъуэмкІэ Иеговэ вгъэлъэпІэныращ (1 Пет. 3:3, 4).
12. ХьэгъуэлІыгъуэм пыщІа, ди щІыпІэм къыщекІуэкІ языныкъуэ хабзэхэр ІэщІыб щІэтщІын хуейр сыт?
12 Библием итым пэщІэувэ хабзэхэм пэІэщІэ зыхуэфщІ (Апок. 18:4). ХьэгъуэлІыгъуэм къыщекІуэкІ хабзэ куэдыр дин нэпцІымрэ жин бзаджэхэмрэ пыщІащ. Иеговэ хуейщ дэ а псом пэІэщІэ зыхуэтщІыну (2 Кор. 6:14—17). Аращи, фыщыпсэу щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэ гуэрхэм я мыхьэнэр къывгурымыІуэмэ, ахэр къызыхэкІам теухуауэ зэхэвгъэкІ. А хабзэхэм фытетынрэ фытемытынрэ унафэ фщІын щхьэкІэ, абыхэм хуэкІуэ Библием ит принципхэм фыхэплъэ.
13. Иеговэ тыгъэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр икІи зэрышахэм дапхуэдэу абы щапхъэ зэрытрахыфынур?
13 Лъэпкъ куэдым я хабзэщ зэрышахэм тыгъэ гуэрхэр хуащІыну. Хэти тыгъэ лъапІэ ищІыну зэфІэкІ иІэщ, хэти иІэкъым. ДауикІ, Библием Алыхьым и лэжьакІуэхэр хуегъэуш хьэлэлу щытыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Прит. 11:25; Апост. 20:35). Ауэ хьэщІэхэр едгъэгупсысын хуейкъым абыхэм тыгъэ ящІын хуейуэ я къалэну е а тыгъэр Іэмал имыІэу лъапІэу щытын хуейуэ. Дэ Иеговэ хуэдэу тыгъэхэм дыхущытын хуейщ. Абы дежкІэ мыхьэнэ зиІэр цІыхум ищІ тыгъэм и лъапІагъыракъым, атІэ тыгъэр щІищІым и щхьэусыгъуэращ (2 Кор. 9:7).
ГУГЪУЕХЬ ГУЭРХЭР КЪЫЩЫКЪУЭКІЫМ ДЕЖ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
14. ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуэвгъэхьэзыркІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэр къыкъуэкІыфыну?
14 Иеговэ и цІэр зыгъэлъэпІэн хьэгъуэлІыгъуэ пщІыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, хьэщІэ куэд къевгъэблэгъэну фыхуэмеймэ, ар зыгуэрым къыгурымыІуэнкІэ хъунущ. «Соломоновы острова» жыхуаІэм щыщ ди къуэш Чарли къыддогуашэ: «ХьэгъуэлІыгъуэм къедгъэблэгъэнухэм теухуауэ унафэ тщІыну ди дежкІэ гугъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ныбжьэгъу куэд диІэт икІи ахэр къедгъэблэгъэну псори къытщыгугът. Дэ ди хабзэр апхуэдэщ». ИпэкІэ зи гугъу тщІа Табитэ жеІэ: «Сэ сыщыпсэу щІыпІэм хьэгъуэлІыгъуэм егъэлеяуэ цІыху куэд кърагъэблагъэ. ИкІи цІыхуищэ фІэкІа къедмыгъэблэгъэну унафэ тщІам ди адэ-анэхэр занщІэу арэзы техъуакъым». Индием щыщ Са́рэ жеІэж: «Куэдым я дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ я мылъкур ягъэлъэгъуэну, я пщІэри къаІэтыну. Си Іыхьлыхэм хьэгъуэлІыгъуэ ехьэжьахэр яІащ икІи сэри си хьэгъуэлІыгъуэр абыхэм я ейм нэхърэ нэхъ ехьэжьауэ щытын хуейуэ жаІэурэ, къыстракъузэт». Фэри гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм фыпэщІэхуэфынущ. Дапхуэдэу абыхэм фызэрыпэлъэщыфынур?
15. ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуэвгъэхьэзырым деж, Иеговэ тхьэлъэІукІэ куэдрэ зыхуэвгъэзэн щІыхуейр сыт?
15 ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуэвгъэхьэзырым деж, Иеговэ тхьэлъэІукІэ куэдрэ зыхуэвгъазэ. Сыт хуэдэ гугъуехь фыпэщІэхуэми икІи сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІэми Алыхьым жефІэ (Флп. 4:6, 7). Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу, псалъэм папщІэ, унафэ тэмэмхэр къэфщтэну, зыгуэрым фыщигъэгузавэм деж фымыгужьеину икІи унафэ къэфщтар нэгъуэщІхэм я еплъыкІэм темыхуэми, абы фытетыжыну (1 Пет. 5:7). Иеговэ фи тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритыр щыфлъагъукІэ, абы нэхъыбэжу дзыхь хуэфщІынущ. Абы теухуауэ Табитэ жеІэ: «Щхьэгъусэ схуэхъунымрэ сэрэ дыгузавэт дэ езыми ди унагъуэхэми ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэнкІэ. Абы къыхэкІкІэ, хьэгъуэлІыгъуэм пыщІа Іуэхугъуэ гуэрхэм дытепсэлъыхьын ипэ, дэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэт. Абы иужькІэ псори фІы дыдэу кІуэт икІи Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур дэ зыхэтщІэт».
16, 17. ХьэгъуэлІыгъуэм зыщыхуэвгъэхьэзырым деж, пщІэ хэлъу икІи хуиту фызэрызэпсалъэм сыт хуэдэ сэбэп къыпэкІуэну?
16 Мурад гуэрхэм фыщытепсэлъыхьым деж, пщІэ хэлъу фыпсалъэ (Прит. 15:22). Щауэмрэ нысащІэмрэ хьэгъуэлІыгъуэм епха унафэ куэд зэгъусэу къащтэн хуейщ, псалъэм папщІэ, щащІыну махуэм, трагъэкІуэдэну ахъшэм, кърагъэблэгъэну хьэщІэхэм икІи нэгъуэщІ Іуэху куэдым теухуауэ. Унафэ гуэр къэфщтэн ипэ, нэгъуэщІ бгъэдыхьэкІэхэми феплъ, абы хуэкІуэ Библием ит принципхэм фытепсэлъыхь икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм фечэнджэщ. Фэ нэхъ фигу ирихьым фыщытепсэлъыхьым деж гуапагъэ зыхэвгъэлъ икІи фи еплъыкІэр фхъуэжыну хьэзыру фыщыт. Фи адэ-анэхэм е фи Іыхьлыхэм къывжаІэр къезэгъмэ, абыхэм фызэредэІуэным фыхущІэкъу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я дежкІи фи хьэгъуэлІыгъуэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ абыхэм жаІэр фхуэмыщІэнумэ, абы и щхьэусыгъуэр щабэу къагурывгъаІуэ (Кол. 4:6). Фи хьэгъуэлІыгъуэр Иеговэ и цІэр зыгъэлъэпІэн икІи гуфІэгъуэ къыфхуэзыхьын Іуэхугъуэ хъуну фызэрыхуейр фи Іыхьлыхэм къагурыІуэну фадэІэпыкъу.
17 Фи адэ-анэр Иеговэ хуэмылажьэмэ, фи дежкІэ тыншу щымытынкІэ хъунущ унафэ гуэр къыщІэфщтам и щхьэусыгъуэр къагурывгъэІуэну. Ауэ фымыгузавэ, фэ ар фхузэфІэкІынущ! Индием щыщ ди къуэш Санто́ш къыддогуашэ: «Ди Іыхьлыхэр хуейт ди хьэгъуэлІыгъуэр индуизм диным пыщІа хабзэхэмкІэ екІуэкІыну. Щхьэгъусэ схуэхъунымрэ сэрэ абыхэм куэдрэ къагурыдгъэІуащ апхуэдэу щІэдмыщІыным и щхьэусыгъуэр. Ауэ абыхэм жаІам щыщу къедгъэзэгъхэм дэ арэзы дытехъуащ. Псалъэм папщІэ, Іэнэм тетыну шхыныгъуэ гуэрхэр тхъуэжри, ди адэ-анэхэм я фІэфІхэр нэхъыбэу хэдгъэхьащ. Абы нэмыщІ си адэ-анэр уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ есатэкъыми, ахэри хэдмыгъэхьэну унафэ тщІащ».
18. Щауэмрэ нысащІэмрэ я хьэгъуэлІыгъуэ махуэм нэхъ мащІэу гузэвэн щхьэкІэ сыт ящІэ хъунур?(1 Коринф 14:40). (Сурэтми феплъ.)
18 ХьэгъуэлІыгъуэм фІыуэ зыхуэвгъэхьэзыр. Абы и фІыгъэкІэ а махуэм фыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэхэр нэхъ мащІэ хъунущ. (Къеджэ 1 Коринф 14:40.) Тайвань щыщ ди къуэш Уэ́йн жеІэ: «ХьэгъуэлІыгъуэр екІуэкІыным махуэ зыбжанэ иІэу, къыддэІэпыкъун хуейхэм дахуэзэри, псори зэрекІуэкІыным теухуауэ дытепсэлъыхьащ икІи зыдгъэхьэзыращ. Абы и фІыгъэкІэ дызыпэмыплъа Іуэхугъуэ гуэр къыкъуэкІынкІэ дэ дыгузавэтэкъым». ХьэгъуэлІыгъуэм и Іыхьэхэр щытевухуа зэманым евгъэкІуэкІ. Апхуэдэу фэ къэвгъэлъэгъуэнущ хьэщІэхэм пщІэ зэрахуэфщІыр.
ХьэгъуэлІыгъуэм фІыуэ зыхуэвгъэхьэзырмэ, фыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэхэр нэхъ мащІэ хъунущ (18 абзацым феплъ.)
19. ХьэгъуэлІыгъуэр тэмэму екІуэкІын щхьэкІэ, зэрышэнухэр зэман иІэу сытым егупсысын хуей?
19 Зэман иІэу псоми уегупсысмэ, гугъуехь куэдым щыхъума ухъунущ (Прит. 22:3). Псалъэм папщІэ, фыщыпсэу щІыпІэм хьэгъуэлІыгъуэм кърамыгъэблэгъахэр къэкІуэну я хабзэмэ, апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ фщІэ хъунум фегупсыс. Иеговэ хуэмылажьэ Іыхьлы фиІэмэ, хьэгъуэлІыгъуэр зэрекІуэкІыну щІыкІэр яжефІэ икІи абы пыщІа языныкъуэ хабзэхэм фыщІытемытым и щхьэусыгъуэр къагурывгъаІуэ. Абыхэм евгъэлъагъу хъунущ jw.org сайтым ит «Как проходят свадьбы Свидетелей Иеговы?» жыхуиІэ статьяр. Абы нэмыщІ дзыхь зыхуэфщІ къуэш гуэрым фелъэІу хъунущ хьэгъуэлІыгъуэр зэрекІуэкІым кІэлъыплъыну (Ин. 2:8). Фэ фызыхуейр абы къыгурывгъаІуи, ар къывдэІэпыкъунущ хьэгъуэлІыгъуэр екІурэ зэтеухуауэ екІуэкІын щхьэкІэ.
20. Щауэмрэ нысащІэмрэ сыт зыщагъэгъупщэн хуэмейр?
20 Фэ куэд вгъэхьэзырын зэрыхуейм щхьэкІэ фыгузавэу къыщІэкІынщ. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: хьэгъуэлІыгъуэр зы махуэщ зэрекІуэкІыр. Ар щауэмрэ нысащІэмрэ зэгъусэу Иеговэ зэрыхуэлэжьэным и щІэдзапІэу аращ. Къарууэ фиІэр ефхьэлІэ фи хьэгъуэлІыгъуэр екІуу икІи Иеговэ и цІэр игъэлъапІэу екІуэкІын щхьэкІэ. Иеговэ фыщыгугъмэ, а махуэр гукъэкІыж ІэфІу къыфхуинэнущ (Пс. 37:3, 4).
107 УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Лъэпкъ куэдым я хабзэщ хьэгъуэлІыгъуэр щекІуэкІкІэ, щауэмрэ нысащІэмрэ Алыхьым и пащхьэ псалъэ зратыну. Абы иужькІэ Іэнэ ягъэуври, я ныбжьэгъухэмрэ я благъэхэмрэ кърагъэблагъэ. Ауэ апхуэдэ хабзэ зимыІэ лъэпкъхэм щыщхэми сэбэп къахуэхъун гупсысэ куэд къагъуэтыфынущ, хьэгъуэлІыгъуэм пыщІа Библием ит принципхэм хэплъэмэ.
b Нэчыхь тхыным пыщІауэ къэрал унафэм къахуигъэувым Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэрыхущытым теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ 2006 гъэм, октябрым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Свадьбы, достойные в глазах Бога и людей» жыхуиІэ статьям.
c «ХьэгъуэлІыгъуэм фадэ къытебгъэувэнрэ къытомыгъэувэнрэ дауэ зэрызэхэбгъэкІ хъунур?» жыхуиІэ видеом jw.org сайтым фыщеплъ.