ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Апрель н. 10—14
  • ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДЫЗЫХУЕЙМ ХУЭДИЗ ЩЫТХУЗЭФІЭМЫКІЫМ ДЕЖ
  • ЛЪЭКІЫНЫГЪЭ ФИІЭР КЪЭВГЪЭСЭБЭП
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩАПХЪЭ ЯТЕФХ
  • ИЕГОВЭ ФЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ГУФІЭГЪУЭ ХЭФХ
  • Уэ езым уиІэ ехъулІэныгъэхэм щыгуфІыкІ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэ и зэхуэсым дежкІэ уэ улъапІэщ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэ, зэхуэсым и дежкІэ фэ фылъапІэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Уи лъэр зэрыщІэхуам дапхуэдэу узэрыпэлъэщынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Апрель н. 10—14

16 СТАТЬЯР

ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх

«Езым и Іуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж» (ГАЛ. 6:4).

37-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ гурэ псэкІэ хуэлажьэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Сыт дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуэзыхьыр?

ИЕГОВЭ хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну. Дэ абы шэч лъэпкъ къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуфІэгъуэр Иеговэ и къару лъапІэм къыбгъэдокІ (Гал. 5:22). «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ», абы къыхэкІкІэ дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхыдощІэ ди гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым дыщыхуэлажьэм икІи къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж (Апост. 20:35).

2, 3. 1) Галатие 6:4 зэритым хуэдэу, Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ сытым и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэфыну? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

2 Галатие 6:4 зэритым хуэдэу, Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ гуфІэгъуэ зыхэтщІэн щхьэкІэ ІуэхугъуитІым гу лъыттэн хуейщ (къеджэ). Япэрауэ, Алыхьым еттын хуейр дэ езым диІэм щыщ нэхъыфІ дыдэращ. Абы тхузэфІэкІыр щыхуэтщІэм деж дэ нэхъ насыпыфІэ дохъу (Мт. 22:36—38). ЕтІуанэрауэ, дэ нэгъуэщІхэм зедгъапщэ хъунукъым. Сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ димыІами, ар зи фІыщІэр Иеговэщ. Узыншагъэр, зэфІэкІ диІэхэр, ІэщІагъэ зэдгъэгъуэтахэр — псори абы и тыгъэщ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм Іуэхугъуэ гуэркІэ дэ нэхърэ нэхъ ехъулІэныгъэ яІэмэ, абы щхьэкІэ дыгуфІэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я зэфІэкІхэр къызэрагъэсэбэпыр я щхьэ Іуэху дагъэкІын щхьэкІэкъым, атІэ Иеговэ ягъэлъэпІэн щхьэкІэщ. Аращи, абыхэм дапеуэн ипІэкІэ щапхъэ ятетхын хуейщ.

3 Дызэрыхуейм хуэдэу, Иеговэ дыхуэмылэжьэфу щытмэ, ди лъэр щІэмыхуну мы статьяр къыддэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ ди зэфІэкІхэр нэгъэсауэ къызэрыдгъэсэбэпыфынур къэтщІэнущ икІи нэгъуэщІхэм сыткІэ щапхъэ ятетх хъунуми дытепсэлъыхьынущ.

ДЫЗЫХУЕЙМ ХУЭДИЗ ЩЫТХУЗЭФІЭМЫКІЫМ ДЕЖ

Коллаж «Брат всю свою жизнь отдаёт Иегове лучшее»: 1) в молодости он трудился в Вефиле; 2) потом они с женой служили пионерами; 3) став родителями, они брали дочек в служение; 4) теперь, в свои преклонные годы, он проповедует при помощи писем.

Ди гъащІэм къриубыдэу диІэм щыщ нэхъыфІ дыдэр Иеговэ щеттым деж ар мэгуфІэ (4—6-нэ абзацхэм феплъ.)b

4. Ди лъэр сыт щІэзыгъэхуфынур? Щапхъэ къэфхь.

4 Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам е я узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ я зэфІэкІыр нэхъ мащІэ зэрыхъуар къатохьэлъэ. Ди шыпхъу Кэ́рол апхуэдэ гурыщІэхэр иІэщ. Ар зэман гуэркІэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм Иеговэ щыхуэлэжьащ. А шыпхъум цІыху 35 Библием иригъэджащ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иралъхьэри, псым зыщІагъэуащ. ДауикІ, Кэрол ехъулІэныгъэ иІэу Иеговэ хуэлажьэт! Ауэ иужькІэ а шыпхъум и узыншагъэм зэрыкІэричам щхьэкІэ и нэхъыбэм ар унэм къыщІэмыкІыфу хъуащ. Абы жеІэ: «Сэ къызгуроІуэ узыншагъэ сызэримыІэм къыхэкІкІэ куэд зэрысхузэфІэмыкІыр. Ауэ итІанэми адрейхэм нэхърэ нэхъ мащІэу Иеговэ сыхуэлажьэу къысщохъу. СщІэну сызыхуеймрэ схузэфІэкІымрэ зэрызэтемыхуэм гурыщІэ хьэлъэхэр къызет икІи абыхэм упэлъэщыну егъэлеяуэ гугъущ». Кэрол хузэфІэкІыу хъуар Иеговэ хуищІэну хуейщ. ДауикІ, абы щытхъу хуэфащэщ! Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: гущІэгъушхуэ зыхэлъ Алыхьым Кэрол ищІэр лъапІэу елъытэ.

5. 1) Ди Іуэхур зыІутым зихъуэжауэ щытмэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? 2) Къуэшым и гъащІэм къриубыдэу хузэфІэкІыр сыт щыгъуи зэрищІар сурэтхэм дапхуэдэу къызэрыхэщыр?

5 Фэри фщІэуэ щытам хуэдиз фхузэфІэмыкІыжу щытмэ, фызэупщІыж: «Иеговэ къызэрысщыгугъыр сыт?» Ар къыфщогугъ иджыпсту фхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр ефтыну. Мыпхуэдэ щапхъэм дегупсысынщ: илъэс 80 хъуа ди шыпхъум игу къоуэ ар илъэс 40 щыхъум щыгъуэ хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэту щытам хуэдизрэ зэрыхэмытыжыфыр. ХузэфІэкІыр зэрищІэм щхьэкІэ къэмынэу абы Иеговэ арэзы имыщІу къыщохъу. Ауэ ар пэжу пІэрэ? А Іуэхум нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ деплъынщ: ар илъэс 40 щыхъум щыгъуэ иІэм щыщу нэхъыфІ дыдэр Иеговэ иритащ. Иджыпстуи, илъэс 80 щыхъуми, ар дыдэращ ищІэр. КъызэрыщІэкІымкІэ, абы хузэфІэкІыу хъуар ищІэн зэи щигъэтакъым. Фэри Иеговэ хуэфщІэр ффІэмащІэу къыфщыхъуу щытмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: абы игу ирихьымрэ иримыхьымрэ теухуауэ унафэ зыщІыр дэракъым. Аращи, фэ фхузэфІэкІыр фщІэуэ щытмэ, Иеговэ фэркІэ арэзыуэ щытынущ!

6. Мария и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

6 ГуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдын щхьэкІэ ди акъылыр зытедухуэн хуейр тхузэфІэмыкІыракъым, атІэ тхузэфІэкІыращ. Ар зэрыпэжыр ди шыпхъу Мария и щхьэкІэ зыхищІащ. Узыншагъэ зэримыІэм къыхэкІкІэ абы ищІэну зыхуейм хуэдиз Иеговэ хуищІэфкъым. Абы щхьэкІэ Мария и гур зэбгъэжт икІи зыри иримыщІыс хуэдэу къыщыхъут. Ауэ иужькІэ абы мурад ищІащ Іэрызехьэу щыт шыпхъум дэІэпыкъуну. Мария жеІэж: «Сэ а шыпхъум и гъусэу хъыбарыфІыр телефонкІэ е письмокІэ згъэІун щхьэкІэ сыгурыІуэу щІэздзащ. Абы и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуауэ унэм сыкъыщыкІуэжым деж дамэ къыстекІам хуэдэт икІи си шыпхъум сызэрыдэІэпыкъуфам щхьэкІэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэсщІэт». Аращи, дэ тхузэфІэкІынум ди акъылыр тедухуэу щытмэ, нэхъ насыпыфІэу дыщытынущ. Ауэ нэхъыбэ тхузэфІэкІыну щытмэ е Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа лъэныкъуэ гуэрхэмкІэ ехъулІэныгъэ диІэмэ, сыт тщІэ хъунур?

ЛЪЭКІЫНЫГЪЭ ФИІЭР КЪЭВГЪЭСЭБЭП

7. Апостол Петр Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ чэнджэщ яритар?

7 Апостол Петр и япэ письмомкІэ къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ нэгъуэщІхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ лъэкІыныгъэ яІэхэр къагъэсэбэпыну. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Тхьэм и нэфІ къыфщыхуэу лъэкІыныгъэ Іэджэу фи Іэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Іэм кърилъхьа лъэкІыныгъэхэмкІэ и фІагъ адрейхэм ярырегъэкІыж» (1 Пет. 4:10). Зыгуэр фыгъуэным хуэдгъэушынкІэ е и гур зэдгъэбгъэжынкІэ хъунущ жытІэу ди зэфІэкІхэр къэдмыгъэсэбэпыным Іущагъ хэлъкъым. Иеговэ диІэм щыщ нэхъыфІыр еттын щхьэкІэ ди зэфІэкІхэр псори къэдгъэсэбэпын хуейщ.

8. ЗэфІэкІ гуэр дызэриІэм щхьэкІэ дызыщытхъужын щІыхуэмейр сыт? (1 Коринф 4:6, 7).

8 Пэжщ, дэ диІэ зэфІэкІхэр къэдгъэсэбэпын хуейщ, ауэ, дымысакъыу щытмэ, дызыщытхъужу щІэддзэнкІэ хъунущ. (Къеджэ 1 Коринф 4:6, 7.) Псалъэм папщІэ, цІыхум и гъусэу Библие джыныр щІэбдзэну уэ фІыуэ пхузэфІокІ. А тыгъэр, дауикІ, къэбгъэсэбэпын хуейщ. Ауэ ар къэбгъэсэбэпынымрэ уи щхьэм ущытхъужынымрэ зыкъым. ХъыбарыфІыр бгъэІуу цІыхум Библиер иджыну арэзы техъуауэ жытІэнщ икІи къуэш, шыпхъухэм абыкІэ уадэгуэшэну укъытреч. Абыхэм уахуэза иужь зы шыпхъу гуэрым журнал цІыхум зэрыритар жеІэж. Абы цІыхум журнал иритащ; уэ цІыхур Библием ебгъэджэн щІэбдзащ. Сыт уэ пщІэнур? Шэч хэмылъу, уэ уи Іуэхугъуэм къуэш, шыпхъухэр нэхъ игъэгушхуэнущ. Ауэ журнал зыта шыпхъум и гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдын щхьэкІэ уэ цІыхур Библием ебгъэджэн зэрыщІэбдзар иужькІэ жыпІэжыну мурад бощІ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ уэ а шыпхъум и гурыщІэхэм ухуосакъ. Ауэ цІыхухэр Библием ебгъэджэн щхьэкІэ адэкІи къару епхьэлІэн щомыгъэт. Алыхьым къыуита тыгъэр къэгъэсэбэп!

9. Дапхуэдэу ди зэфІэкІхэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?

9 Ди зэфІэкІхэр Иеговэ и тыгъэу зэрыщытыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Ахэр дэ къэдгъэсэбэпын зэрыхуейр зыдгъэлъэгэн щхьэкІэкъым, атІэ къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэщ (Флп. 2:3). Иеговэ и Іэмырыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ ди къарумрэ ди зэфІэкІхэмрэ къэдгъэсэбэпу щытмэ, дэ дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ диІэнущ. А гуфІэгъуэр зэлъытар нэгъуэщІхэм зыгуэркІэ дызэрефІэкІыракъым, атІэ ди зэфІэкІхэмкІэ Иеговэ зэрыдгъэлъапІэращ.

10. НэгъуэщІхэм зебгъэпщэным акъыл щІыхэмылъыр сыт?

10 Иджыри дэ дымысакъыу щытмэ, диІэ зэфІэкІым хуэдэ зимыІэм зедгъапщэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, къуэшитІ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Зым псалъэ гъэхьэзырахэр фІыуэ жеІэ. Ар Алыхьым кърита тыгъэщ. Апхуэдэ зэфІэкІ зимыІэ етІуанэ къуэшым нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу абы зыкъелъытэж. Ауэ етІуанэ къуэшым хьэщІагъэкІэ утекІуэнукъым, абы и бынхэр фІыуэ егъасэ икІи хъыбарыфІыр псэемыблэжу егъэІу. Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ нэгъуэщІхэм зедмыгъэпщэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Дэ фІыщІэшхуэ дощІ къуэш, шыпхъухэм я зэфІэкІхэр Иеговэ хуэлэжьэн икІи нэгъуэщІхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ къызэрагъэсэбэпыр.

НЭГЪУЭЩІХЭМ ЩАПХЪЭ ЯТЕФХ

11. Хьисэ и щапхъэм дытетыну дыщІыхущІэкъур сыт?

11 НэгъуэщІхэм зедгъэпщэн хуэмейми, абыхэм я щапхъэхэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и щапхъэр къэтхьынщ. Ар цІыху дагъуэншэу зэрыщытам щхьэкІэ къэмынэу абы и хьэл-щэн дахэхэм икІи и ІуэхущІафэхэм щапхъэ тетхыфынущ (1 Пет. 2:21). Хьисэ щапхъэ нэхъыбэу тетхыху, Иеговэ дызэрыхуэлажьэмрэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ нэхъ едгъэфІэкІуэнущ.

12, 13. Пащтыхь Даут и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

12 Щапхъэ тепхыну зыхуэфащэ цІыху куэдым Библиер топсэлъыхь. Ахэр Алыхьым хуэпэжу щытащ, гуэныхь зэрахэлъам щхьэкІэ къэмынэу (Евр. 6:12). Псалъэм папщІэ, Иеговэ пащтыхь Даут щхьэкІэ «си гум ирихь цІыху» жиІащ (Апост. 13:22). Апхуэдэу щыт пэтми, Даут гуэныхь зыхэлъ цІыхуу щытащ икІи щыуагъэшхуэ зыбжанэ ищІащ. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Даут щапхъэфІ тхуохъу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къуаншагъэ ищІам теухуауэ щыжраІэм щыгъуэ зэрызигъэзэхуэжын Іэмал къилъыхъуэу щытакъым. Даут и гум къыбгъэдэкІыу и щыуагъэхэм зэрыхущІегъуэжам къыхэкІкІэ Иеговэ абы и гуэныхьхэр къыхуигъэгъуащ (Пс. 51:3, 4, 10—12).

13 Дэтхэнэ зыми Даут щапхъэ тетхыфынущ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыжу щытмэ: «Си щыуагъэхэр щызагъэлъэгъужым деж абы арэзы сытехъуэрэ, хьэмэрэ си щхьэр згъэзэхуэжыну сыхэт? ЗанщІэу нэгъуэщІхэр згъэкъуэншэну си хьэл? Щыуагъэ сщІахэм хуэдэ сымыщІэжыну сыхущІэкъурэ?» Алыхьым и нэгъуэщІ лэжьакІуэхэми теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж апхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ. Дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм хуэдэ ахэри пэщІэхуауэ пІэрэ? Сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ абыхэм щапхъэ ятетх хъуну? Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм теухуауэ деджэху, дызэвгъэупщІыж: «Абыхэм щапхъэ тесхын щхьэкІэ сыт сщІэ хъунур?»

14. Къуэш, шыпхъухэм щапхъэ зэрытетхым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьрэ?

14 Абы нэмыщІ ди зэманым псэу Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм щапхъэ ятетхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ахэр сыт хуэдэ ныбжьым имытми. Псалъэм папщІэ, иджыпсту гугъуехь гуэрым пэщІэт уи зэхуэсым щыщ къуэшым е шыпхъум уегупсыс хъунущ. Хэти къыдеджэхэм къытракъузэ, хэти и унагъуэм щыщхэр къыпэщІоувэ, хэти узыншагъэм пыщІа гугъуехь иІэщ. Абыхэм ягъэлъагъуэ хьэл-щэныфІхэр уэри бгъэлъэгъуэну ухуейт? Дауэ ар зэрыпщІ хъунур? А къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм уегупсысу щытмэ, уи гугъуехьхэм узэрыпэщІэтыну щІыкІэхэр нэхъ къыбгурыІуэнущ. Апхуэдэ щапхъэ куэд дызэриІэм щхьэкІэ дэ хуабжьу догуфІэ! (Евр. 13:7; Екъуб 1:2, 3).

ИЕГОВЭ ФЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ГУФІЭГЪУЭ ХЭФХ

15. Апостол Паул и чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур гуфІэгъуэ диІэу адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну?

15 Зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ тхъумэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэн хуейщ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм дегупсысынщ. Алыхьым абыхэм къарита къалэнхэмрэ зэфІэкІхэмрэ зэхуэдэтэкъым (1 Кор. 12:4, 7—11). Ауэ ахэр зэгурымыІуэу икІи зэпеуэу щытакъым. Апостол Паул Ефес къалэм щыІа зэхуэсым мыпхуэдэу яхуитхащ: «Пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкІэ, пкъым хохъуэ, фІылъагъуныгъэкІи къару нэхъ егъуэт» (Еф. 4:1—3, 11, 12, 16). А псалъэхэмкІэ Паул къуэш, шыпхъухэр хуигъэушт зыр зым дэІэпыкъун щхьэкІэ я зэфІэкІхэр къагъэсэбэпыну икІи апхуэдэу «Мэссихь и пкъым щыщхэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ, зэхуэсыр, ягъэбыдэну. А чэнджэщым тетахэм зэхуэсым илъ мамырыгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ яхъумэт. Ноби Иеговэ и лъэпкъыр апхуэдэущ зэрыщытыр.

16. Мы статьям сытым ухуигъэуша? (Еврейхэм 6:10).

16 Аращи, нэгъуэщІхэм зевмыгъапщэ. Хьисэ щапхъэ тефх. Абы игъэлъэгъуа хьэл-щэнхэм хуэдэ вгъэлъэгъуэну фыхущІэкъу. Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм, абы нэмыщІ ди зэманым псэу къуэш, шыпхъухэм щапхъэ ятефх. ФхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ ефтмэ, шэч къытевмыхьэми хъунущ: «Фэ влэжьа Іуэхур [абы] щыгъупщэнукъым». (Къеджэ Еврейхэм 6:10.) Иеговэ фызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ хэфх икІи зыщывмыгъэгъупщэ: фи гум къыбгъэдэкІыу хуэфщІэ псор абы лъапІэу елъытэ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • НэгъуэщІхэм зедгъапщэ щІэмыхъунур сыт?

  • ТхузэфІэкІыр нэхъ мащІэ зэрыхъуам щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ щІыхэтхыфынур сыт?

  • НэгъуэщІхэм я щапхъэфІым сытым дыхуигъэсэфыну?

65-НЭ УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!

a Дэтхэнэ зыми ехъулІэныгъэ гуэрхэр диІэщ икІи зыр зым и деж зыгуэрым зыхуедгъэсэфынущ. Ауэ дэ нэгъуэщІхэм зедгъапщэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пагэ дыхъуну е гуфІэгъуэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэщ. Апхуэдэу къытщымыщІын икІи адэкІи гуфІэгъуэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми мы статьям къыщытщІэнущ.

b СУРЭТЫР. Къуэшыр и щІалэгъуэм Вефилым щылэжьащ. ИужькІэ абы унагъуэ зригъэгъуэтри, и щхьэгъусэмрэ абырэ пионеру лэжьащ. Бын иІэ хъуа иужь ахэр хъыбарыфІ гъэІуным къыздищтэу щытащ. Иджы абы и ныбжьыр хэкІуэтащ, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу иІэм щыщ нэхъыфІ дыдэр Иеговэ ирет икІи письмокІэ хъыбарыфІыр егъэІу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын