ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Декабрь н. 31
  • ФщІэжу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ФщІэжу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Мыбы ещхь материал
  • 1 разделыр
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Декабрь н. 31

ФщІэжу пІэрэ?

Мы гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналхэм набдзэгубдзаплъэу феджа? КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм жэуап ефтыфыну пІэрэ?

Иеговэ щІыхь къыхуэтхьыну дыхуэзыгъэушыр сыт?

Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ пщІэ худощІ, ар фІыуэ долъагъу икІи дыхуейщ абы теухуа пэжыр псоми къащІэну (w25.01, 3 напэкІуэцІыр).

Ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуну сыт къыддэІэпыкъунур, ар щымытыншым дежи?

Ди гурыщІэхэм мыхьэнэ едмыту, зыри къэмыхъуам хуэдэу фэ зытедгъэуэн хуейкъым. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: ди жагъуэ къызэращІар ди гум хьэлъэу идмыгъэлъмэ, абы ди лъэр щІихыну Іэмал едмыту аращ (w25.02, 15—16 напэкІуэцІхэр).

Марк къуэш ныбжьыщІэхэм сыт хуэдэ щапхъэфІ къахуигъэна?

Марк къуэшхэм кърат пщІэ зыпылъ къалэнхэр игъэзэщІэну хьэзырт. Абы и жагъуэ щІищІыфын Іуэхугъуэм пэщІэхуами, и Іэр ирихьэхакъым. Марк Паулрэ Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ нэгъуэщІ къуэшхэмрэ ныбжьэгъу яхуэхъуну хущІэкъут (w25.04, 27 напэкІуэцІыр).

«Сэ уэ абыхэм уезгъэщІащ» щыжиІам, сыт Хьисэ зи гугъу ищІар? (Иуан 17:26).

ДауикІ, апостолхэм ящІэт Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр. Ауэ Хьисэ хуейт абы и гъэсэнхэм Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Псалъэм папщІэ, абы и мурадым, и ІуэхущІафэхэм икІи и хьэл-щэнхэм теухуауэ (w25.05, 20—21 напэкІуэцІхэр).

Ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжмэ, сытым арэзы дытехъуэну?

Дэ ди щІэныгъэм гъунэ зэриІэм арэзы дытохъуэ. Псалъэм папщІэ, дэ тщІэкъым пщэдей къэхъунур, мы дунейм и кІэр къыщысынур икІи Иеговэ дапхуэдэ щІыкІэкІэ къыддэІэпыкъунуми. Абы нэмыщІ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрицІыхур дэ и кІэм нэс къыдгурыІуэфынукъым (w25.06, 14—18 напэкІуэцІхэр).

Статья е псалъэ гъэхьэзыра гуэрым сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур?

ЗэупщІыж: «Пэжыр си фІэщ зыщІ сыт хуэдэ псалъэхэр абыхэм къыщыхьа? Адрейхэр щезгъаджэкІэ къэзгъэсэбэп хъуну сыт хуэдэ щапхъэ абыхэм хэт? Мы темэр хэт зыфІэгъэщІэгъуэн хъунур?» (w25.07, 19 напэкІуэцІыр).

Иеговэ къызэрытхуигъэгъум теухуауэ Даут и щапхъэм сыт къыдигъащІэр?

Даут гуэныхь хьэлъэхэр ищІат, ауэ ар и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьхэм хущІегъуэжати, Иеговэ абы хуигъэгъуащ (1 Цар. 9:4, 5). Иеговэ къытхуигъэгъуа иужь ди гуэныхьхэр игу къигъэкІыжкъым икІи абыхэм щхьэкІэ тезыр къыттрилъхьэнукъым (w25.08, 17 напэкІуэцІыр).

Едгъаджэ цІыхум темэ гуэр къыгурыІуэну къегугъуэкІмэ, сыт тщІэ хъунур?

ЦІыхум темэ гуэр къыгурыІуэну къегугъуэкІмэ, абы зэман куэд тевмыгъэкІуадэ. АдэкІэ фыкІуэу, а темэм иужькІэ къытевгъэзэжмэ нэхъыфІщ (w25.09, 24 напэкІуэцІыр).

Библием щыжыІащ гуэныхьым дыкъызэригъэпцІэфынур (Евр. 3:13). Сыт абы къикІыр?

Абы щыуагъэхэр тщІэну икІи Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэну дыхуегъэуш (w25.10, 16 напэкІуэцІыр).

Ди тхьэлъэІухэм нэхъ купщІэ хэлъын щхьэкІэ, сыт хуэдэ чэнджэщищыр къыддэІэпыкъуну?

1) Иеговэ и хьэл-щэнхэм куууэ фегупсыс. 2) Иеговэ жефІэну фызыхуейм фІыуэ фегупсыс. Мыпхуэдэ упщІэхэр зэфтыж хъунущ: «Иджыпсту сыт хуэдэ гугъуехьхэр сиІэ? Зыгуэрым хуэзгъэгъун хуэмейуэ пІэрэ? 3) Фи тхьэлъэІухэр нэхъ кІыхь зэрыфщІыным фыхущІэкъу. Алыхьым нэхъыбэу фепсэлъэху, фи гум илъыр абы нэхъыбэу жефІэну Іэмал фиІэнущ (w25.10, 19—20 напэкІуэцІхэр).

Зи ныбжь хэкІуэтахэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъу хъунур?

Абыхэм я деж щІэх-щІэхыурэ дыкІуэ икІи звонить яхуэтщІ хъунущ. Дэ иджыри абыхэм дадэІэпыкъуфынущ ахэр дохутырым деж щыкІуэкІэ, я гъусэу дыкІуэмэ икІи Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ хъыбарыфІыр я гъусэу дгъэІумэ (w25.11, 6—7 напэкІуэцІхэр).

Щауэмрэ нысащІэмрэ сыт ящІэн хуейр, абыхэм я хьэгъуэлІыгъуэм Иеговэ и цІэр игъэлъэпІэн щхьэкІэ?

Щауэмрэ нысащІэмрэ къэралым и унафэм тетын хуейщ. Абыхэм фІыуэ зыхуагъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, хьэгъуэлІыгъуэр екІуу, гуапэу екІуэкІын икІи хьэщІэхэм а махуэр гукъэкІыж ІэфІу ягу къинэжын щхьэкІэ. Щауэмрэ нысащІэмрэ я щыгъынымкІэ гулъытэ лей зыхурагъэщІын хуейкъым. Абыхэм Библием итым пэщІэувэ хабзэхэм пэІэщІэ зыхуащІын икІи хьэгъуэлІыгъуэр зэращІыным теухуауэ зэман иІэу, ахэр фІыуэ тепсэлъыхьын хуейщ (w25.12, 21—24 напэкІуэцІхэр).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын