45 СТАТЬЯР
111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
Ныбжь зиІэм е сымаджэм ущыкІэлъыплъыжым деж, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэд
«Я нэпсыр къыщІэжу жылэ хэзысэхэм, ГуфІэгъуэ яІэу гъавэр кърахьэлІэжынущ» (ПС. 126:5).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Ныбжь зиІэм е сымаджэм кІэлъыплъхэм гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэду, я гугъуехьхэм дауэ пэлъэща хъунуми.
1, 2. Ныбжь зиІэм е сымаджэм кІэлъыплъ и лэжьакІуэхэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр? (Притчи 19:17). (Сурэтхэми феплъ.)
«СИ ЩХЬЭГЪУСЭМРЭ сэрэ илъэс 32 хъуауэ дызэбгъэдэсщ — жеІэ Ипщэ Кореем щыщ ди къуэш Чин Йоль. Си щхьэгъусэм Паркинсон уз жыхуаІэр иІэщ икІи ерагъыу къикІухьыф къудейуэ аращ. Сэ ар фІыщэу солъагъу икІи къыстемыхьэлъэу илъэситху хъуауэ абы сыкІэлъоплъ. Ар сымаджэхэр зэрылъ гъуэлъыпІэм хэлъщ, сэ сыт щыгъуи ибгъум щыт гъуэлъыпІэм сыщожей икІи дыІурихыху ди Іэхэр зэрыІыгъщ».
2 Фэри фи благъэ е фи ныбжьэгъу гуэрым фыкІэлъыплъыжмэ, абы зыгуэр зэрыхуэфщІэфым фигъэгуфІэу къыщІэкІынщ. Абы къегъэлъагъуэ фэ фызыкІэлъыплъри, Иегови фІыуэ зэрыфлъагъур (1 Тим. 5:4, 8; Екъуб 1:27). ДауикІ, ар тыншкъым икІи фэ фызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр нэгъуэщІхэм ямыщІэнкІэ хъунущ. Фэ фи гугъэнкІэ хъунущ гугъуехь фтелъыр зыми къагурымыІуэу. ЦІыхухэм фыщыхэтым деж фэ фыгуфІэми, фыщизакъуэм фи нэпсыр фхуэмыубыдынкІи хъунущ (Пс. 6:6). Фэ фи гурыщІэхэр цІыхухэм ямылъагъуми, Иеговэ елъагъу. (Евгъапщэ Исход 3:7.) Алыхьым фэ фІыщэу фыкъелъагъу икІи фІы дыдэу фыкъыгуроІуэ. Абы елъагъу фи нэпсхэри, къарууэ ефхьэлІэри, зызыхуэвгъэныкъуэ псори (Пс. 56:8; 126:5). Сымаджэм е зыхузэфІэмыкІым фыщыкІэлъыплъым деж, фэ Иеговэ щІыхуэ ефтым хуэдэщ. Иеговэ щІыхуэ зытригъэлъынукъым икІи абы Іэмал имыІэу и нэфІ къыфщыхуэнущ (Къеджэ Притчи 19:17.)
Къуэш, шыпхъу куэдыр я Іыхьлы гуэрым кІэлъоплъыж (2 абзацым феплъ.)
3. Ибрэхьимрэ Сарэрэ Фаррэ щыкІэлъыплъыжым щыгъуэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуауэ къыщІэкІыну?
3 Библием мызэ-мытІэу и гугъу ещІ ныбжь зиІэхэм е сымаджэхэм кІэлъыплъыжа Алыхьым и лэжьакІуэхэм. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьимрэ Сарэрэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Ахэр Ур къалэм къыщыдэкІым Ибрэхьим и адэ Фаррэ я гъусащ. Фаррэ а зэманым илъэс 200 хуэдиз хъут. Харан нэсын щхьэкІэ абыхэм километр 960 хуэдиз хъу гъуэгу зэпачын хуейт (ЩІэдз. 11:31, 32). Ахэр махъшэхэм е шыдхэм тесу гъуэгу тетауэ къыщІэкІынущ. ДауикІ, зи ныбжь хэкІуэта Фаррэ дежкІэ апхуэдиз гъуэгу зэпичыну тыншу щытауэ пхужыІэнукъым. Ибрэхьимрэ Сарэрэ я дежкІи тынш хъунтэкъым а гъуэгуанэ кІыхьым абы кІэлъыплъыну. ДауикІ, абыхэм Фаррэ фІыуэ ялъагъут, ауэ фи нэгу къыщІэвгъэхьэ хъунущ ахэр зэман-зэманкІэрэ хуабжьу езэшу зэрыщытар. Ахэр сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, шэч лъэпкъ хэмылъу, Иеговэ абыхэм ядэІэпыкъуащ икІи фэри ар къывдэІэпыкъунущ (Пс. 55:22).
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Уэ гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдмэ, уи Іыхьлым е уи ныбжьэгъу гуэрым укІэлъыплъыжыну нэхъ тынш хъунущ (Прит. 15:13, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ гугъуехьышхуэхэм ущыпэщІэхуэкІэ, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдыну пхузэфІэкІыну пІэрэ? (Екъуб 1:2, 3). ДауикІ, пхузэфІэкІынущ! АбыкІэ къыбдэІэпыкъунущ тхьэлъэІур. УщІэгуфІэн щхьэусыгъуэхэр къэбгъуэтыну Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Мы статьям дэ дытепсэлъыхьынущ зи Іыхьлы е зи ныбжьэгъу гуэрым кІэлъыплъыж къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэр яфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт ящІэ хъунуми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ нэгъуэщІхэр апхуэдэ цІыхухэм зэрыдэІэпыкъу хъунум. Ауэ япэщІыкІэ дыхэплъэнщ гуфІэгъуэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм икІи ар сытым тфІигъэкІуэдыфынуми.
ГУФІЭГЪУЭР СЫТЫМ ТФІИГЪЭКІУЭДЫФЫНУ?
5. ГуфІэгъуэр пхъумэным сыт мыхьэнэ щІиІэр?
5 Дэ ди гугъуехьхэм фІэкІа дымылъагъумэ, тыншу ди Іэр етхьэхыфынущ икІи сыт щыгъуи къарууншэу дыщытынущ (Прит. 24:10). Апхуэдэм деж гуапэу дыщытыну нэхъ гугъу хъунущ икІи нэгъуэщІхэм щхьэкІэ тщІэну дызыхуейм хуэдиз тхуэщІэнукъым. Ди гуфІэгъуэр иджыри сытым тфІигъэкІуэдыфыну?
6. Зи Іыхьлы е зи ныбжьэгъу кІэлъыплъыжым и лъэр щІыщІэхункІэ хъунур сыт?
6 Уи лъэр щыщІэхуам деж. Ли́я зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Махуэм и кІуэцІым згъэува мурадхэр къызэхъулІэми, щІэх-щІэхыурэ сэ пщыхьэщхьэхэм къару лъэпкъ симыІэжу сохъу, уеблэмэ, къысхуатха сообщениехэми жэуап естыжыфкъым». Зи Іыхьлы кІэлъыплъыжхэм тэмэму жеину е тІэкІу загъэпсэхуну Іэмал щамыІэ къохъу. Ди шыпхъу Ине́с жеІэ: «Сэ жейкІэ сыщырикъуар сщІэжкъым. СызыкІэлъыплъыж си гуащэм сыдэІэпыкъун щхьэкІэ, жэщкІэрэ сыхьэтитІ къэс сыкъэтэджын щыхуей къохъу. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ зыгъэпсэхуакІуэ дызэрыщымыІэрэ илъэс зыбжанэ мэхъу». Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сыт щыгъуи я нэІэ зыкІэлъыплъыжхэм трагъэтын зэрыхуейм щхьэкІэ, хьэщІапІэ къыздрагъэблагъэхэм кІуэфкъым, уеблэмэ, Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІа къалэн гуэрхэри къащтэфкъым. А псом къыхэкІкІэ, абыхэм закъуэныгъэ щызыхащІэ икІи я Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу щегупсыс къохъу.
7. Зыгуэрым кІэлъыплъыж цІыхум хуабжьу зигъэкъуэншэжу е нэщхъейуэ щІыщытыфынур сыт?
7 Хуабжьу зыщыбгъэкъуэншэжым е ущынэщхъейм деж. Зыгуэрым кІэлъыплъыж цІыхухэм нэхъыбэ ящІэн хуейуэ щегупсыс къохъу. Дже́ссикэ зи цІэ ди шыпхъум жеІэ: «Сэ щІэх-щІэхыурэ си гугъэщ си адэм щхьэкІэ схузэфІэкІыу хъуар сымыщІэу икІи зыщызгъэпсэхухэм деж си щхьэм фІэкІа зыми семыгупсысу къысщохъу». Языныкъуэхэми зэман-зэманкІэрэ я гугъуехьыр нэхъ псынщІэу иухыну щыхуей къохъу икІи апхуэдэ гурыщІэ зэраІэм щхьэкІэ абыхэм ягу зобгъэж. Хэти зэрешам къыхэкІкІэ, зыкІэлъыплъыж цІыхум и жагъуэ ещІри, иужькІэ жиІам хущІогъуэж (Екъуб 3:2). НэгъуэщІхэми хуабжьу ягу къоуэ япэм къарууфІэу щыта цІыхум зыри хузэфІэмыкІыжу щалъагъум деж. Ба́рбарэ зи цІэ ди шыпхъум жеІэ: «Си дежкІэ гухэщІышхуэщ фІыуэ слъагъу ди шыпхъум и узыншагъэм махуэ къэс зэрыхэщІыр слъагъуну».
8. Зыгуэрым кІэлъыплъыж цІыхум фІыщІэ къыщыхуащІым икІи къыщыщытхъум деж, абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр къритрэ?
8 ПщІэр фІыщІэ ямыщІу къыщыпщыхъум деж. ЦІыхум апхуэдэ гурыщІэ иІэфынущ куэдым зэрызыхуигъэныкъуэм щхьэкІэ фІыщІэ псалъэхэр апхуэдэуи къыжрамыІэмэ. Ауэ ищІэр фІыщІэ ящІмэ, ар абы егъэгушхуэ, къаруи къыщІелъхьэж (1 Фес. 5:18). Мели́ссэ зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж сызэрезэшам, къарууншэу сызэрыщытым къыхэкІкІэ, сэ согъ. Ауэ сщІэм щхьэкІэ фІыщІэ къыщысхуащІым деж, сэ дамэ къыстекІэм хуэдэщ икІи къару нэхъ сиІэу, нэхъыбэ сщІэну сыхуейуэ сохъу». Ама́ду зи цІэ ди къуэшми жеІэ: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ абы и шыпхъум ипхъу, эпилепсия зиІэ хъыджэбз цІыкІум дыкІэлъоплъыж. А цІыкІум къыгурыІуэу къыщІэкІынкъым абы дыкІэлъыплъын щхьэкІэ, къару дапщэ етхьэлІэн хуейми. Ауэ дэ хуабжьу ди гуапэщ абы фІыщІэ къыщытхуищІым е „Сэ фэ фІыуэ фызолъагъу“ жиІэу тхылъымпІэм щытритхэм деж».
ДАПХУЭДЭУ ГУФІЭГЪУЭР ЗЭРЫЗЫФІЭДМЫГЪЭКІУЭДЫНУР?
9. Зыгуэрым кІэлъыплъыж цІыхум и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу дапхуэдэу зэрыщытыфынур?
9 Уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжу щыт (Прит. 11:2). Дэ ди зэманымрэ ди къарумрэ гъунэ зэраІэм къыхэкІкІэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ тхузэфІэкІыр тщІэжыным икІи тхузэфІэмыкІын гуэрхэр ди пщэм дэдмылъхьэжыным. Абы щхьэкІи дэ зыдгъэкъуэншэжын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр къыдогъэлъагъуэ. НэгъуэщІ цІыхухэри къыддэІэпыкъуну хуеймэ, ар ІэщІыб тщІынкъым. Джей зи цІэ ди къуэшым жеІэ: «Дэ дызыхуей псор тщІэну ди къарукъым. Аращи, тхузэфІэмыкІын мурадхэр дымыгъэувмэ, гъащІэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьынущ».
10. Зыгуэрым кІэлъыплъыж цІыхум зэхэщІыкІ хэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Притчи 19:11).
10 ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхуу щыт. (Къеджэ Притчи 19:11.) УзыкІэлъыплъыж цІыхум уи жагъуэ ищІамэ, укъэмыгубжьыну зэхэщІыкІыр къыбдэІэпыкъунущ. ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхум нэгъуэщІхэм жаІэмрэ ящІэмрэ и щхьэусыгъуэр къыгурыІуэну хущІокъу. УзыкІэлъыплъыж цІыхум узым къыхэкІкІэ, зэрыщымытым хуэдэу зищІыфынущ (Эккл. 7:7). Псалъэм папщІэ, япэм щыгъуэ сытым дежи щабэу, гуапэу щыта цІыхур тхьэусыхэрейуэ, къэгубжьыгъуафІэу, зыкІи арэзы пхуэмыщІу хъуфынущ. Уз хьэлъэ гуэр зиІэ цІыхум укІэлъыплъыжмэ, а узым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну хущІэкъу. ИтІанэ уэ къыбгурыІуэнущ: цІыхум апхуэдэу зыщІищІым щхьэусыгъуэ хуэхъур и хьэл-щэнхэракъым, атІэ и узыфэращ (Прит. 14:29, Гъэс.).
11. Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ Іуэхухэм махуэ къэс зэман къыхудэдгъэкІын хуей? (Псалом 132:4, 5).
11 Иеговэ ухуиІэ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэ. Иныкъуэхэм деж дэ Іуэху гуэрхэр едгъэтІылъэкІын хуейщ «псом нэхърэ нэхъапэм» зэман къыхудэдгъэкІын щхьэкІэ (Флп. 1:10, ДЩІ). Дэ псоми Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэм хэдгъэхъуэн хуейщ. Пащтыхь Даут и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы Иеговэ зэрыхуэлажьэр псом япэ иригъэщт. (Къеджэ Псалом 132:4, 5.) Дэ дапхуэдизу Іуэху куэд димыІами, махуэ къэс зэман къыдэдгъэкІын хуейщ Библием деджэн икІи Алыхьым зыхуэдгъэзэн щхьэкІэ. Эли́шэ зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ зыщыхуэзгъазэм, псаломхэм сыщеджэм икІи сызэджам сыщегупсысым деж, мамырыгъэрэ гуфІэгъуэрэ зыхызощІэ. ТхьэлъэІур мыхъуамэ, сщІэнур сщІэтэкъым! Махуэм и кІуэцІым сэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ сопсалъэ икІи гупсэхугъуэ къызитыну солъэІу».
12. Уи узыншагъэм укІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
12 Уи узыншагъэм кІэлъыплъ. Иныкъуэхэм деж уэ шхын узыншэ упщэфІын икІи ар къызыхэпщІыкІын къэпщэхун щхьэкІэ, зэман уимыІэнкІэ хъунущ. Ауэ пшхым укІэлъыплъмэ икІи уи Іэпкълъэпкъыр зебгъакІуэмэ, ар къыбдэІэпыкъунущ сыт и лъэныкъуэкІи уи узыншагъэр пхъумэну. Аращи Іэмал имыІэу а Іуэхухэм зэман къыхудэгъэкІ (Еф. 5:15, 16). Абы нэмыщІ уи жейм зэрырибгъэкъуным хущІэкъу (Эккл. 4:6). ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, цІыхур щыжейм деж щхьэкуцІым хэт токсинхэр къыхокІ. Медицинэм теухуа зы статьям щыжыІащ, цІыхум и жейр ирикъумэ, ар нэхъ мащІэу зэрыгузавэр икІи стрессым нэхъ тыншу зэрыпэлъэщырa. Иджыри уи фІэфІ Іуэхухэр пщІэн икІи зыбгъэпсэхун щхьэкІэ зэман къыхудэгъэкІ (Эккл. 8:15). Ди зы шыпхъум гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдыну сыт къыдэІэпыкъуми жеІэ: «Дунейр щыхуабэм деж сэ щІыбым сыщІокІ, дыгъэм тІэкІу сыхэтын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ мазэм зы махуэ нэхъ мыхъуми, сэ си ныбжьэгъу цІыхубзым и гъусэу згъэкІуэну сыхущІокъу».
13. ГушыІэ пхэлъыным мыхьэнэ щІиІэр сыт? (Притчи 17:22).
13 Гугъуехьхэм гушыІэ хэлъу бгъэдыхьэ (къеджэ Притчи 17:22; Эккл. 3:1, 4). Ущыдыхьэшхым деж, ар сыт и лъэныкъуэкІи узыншагъэм сэбэп хуохъу. Зыгуэрым ущыкІэлъыплъыжкІэ, и нэхъыбэм Іуэхур узэрыхуейм хуэдэу хъукъым. Ауэ гушыІэ пхэлъмэ, гугъуехь нэхъ ин дыдэми нэхъ тыншу упэлъэщыфынущ. УзыкІэлъыплъыж цІыхум и гъусэу фыщІэдыхьэшхын щхьэусыгъуэхэр къэлъыхъуэ. Абы нэхъ гъунэгъу фызэхуищІынущ.
14. Уи ныбжьэгъум уи гурыщІэхэмкІэ узэрыдэгуашэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
14 Уи гурыщІэхэмкІэ уи ныбжьэгъум дэгуашэ. ГуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдын щхьэкІэ дапхуэдиз къару йомыхьэлІэми, зэман-зэманкІэрэ гурыщІэ хьэлъэхэр къыптегуплІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэхэм деж уи гукъеуэмкІэ укъызыгурыІуэн уи ныбжьэгъум дэгуашэ (Прит. 17:17). Абы гулъытэ къыпхуищІымрэ и псалъэ гуапэхэмрэ уэ къару къыпщІалъхьэжынущ икІи уи Іэр йомыхьэхыну къыбдэІэпыкъунущ (Прит. 12:25).
15. Сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр дунеищІэм щыІэну гъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэбгъэхьэным?
15 ДунеищІэм щыІэну гъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Иеговэ зэи хуеякъым иджыпсту диІэ гъащІэм хуэдэ етхьэкІыну. Аращи, зыгуэрым укІэлъыплъыжу щытмэ, апхуэдэу игъащІэкІэ зэрыщымытынур зыщомыгъэгъупщэ (2 Кор. 4:16—18). Куэд мыщІэу гъащІэ дахэ диІэнумкІэ зыттІыжынущ (1 Тим. 6:19). УзыкІэлъыплъыжым и гъусэу дунеищІэм щыфщІэну Іуэхухэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэ. Абы Іэмал имыІэу гуфІэгъуэ къывитынущ (Ис. 33:24; 65:21). Хе́дер зи цІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «СызыкІэлъыплъыж цІыхухэм гъащІэ дахэ къытпэщылъым теухуауэ щІэх-щІэхыурэ яжызоІэ. Псалъэм папщІэ, щыгъын дахэхэр зэрыддынур, лъакъуэрыгъажэхэм дытесу къызэрыджыхьынур, къэтэджыжыну ди благъэхэм щІакхъуэ хуабэхэр зэрыхуэдгъэжьэнур икІи ІэфІу дазэрыхуэпщэфІэнур. Апхуэдэ гугъэ дызэриІэм щхьэкІэ дэ зэгъусэу Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ».
ЗЫГУЭРЫМ КІЭЛЪЫПЛЪЫЖХЭМ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?
16. Зэхуэсым щыщхэр зи Іыхьлы кІэлъыплъыжым дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
16 Зи Іыхьлы кІэлъыплъыжым зигъэпсэхуну Іэмал ефт. Сымаджэм фызэрыбгъэдэсыфынур абы кІэлъыплъыжым жефІэ хъунущ. Апхуэдэу абы Іэмал иІэнущ зигъэпсэхуну е и щхьэ Іуэху зрихуэну (Гал. 6:2). Языныкъуэхэм график ягъэув, зи благъэ кІэлъыплъыжым дэІэпыкъун щхьэкІэ. Наталья зи цІэ ди шыпхъум и щхьэгъусэм и лъакъуэр къыдэбзкъым. Абы жеІэ: «Ди зэхуэсым щыщ дэлъхур тхьэмахуэм тІэу си щхьэгъусэм деж къокІуэ. Абыхэм зэгъусэу хъыбарыфІыр ягъэІу, зэдоуэршэр, фильмхэми йоплъ. Си щхьэгъусэм апхуэдэ гулъытэ къызэрыхуащІыр лъапІэу елъытэ, сэри си щхьэ Іуэху зесхуэну Іэмал сиІэ мэхъу. Псалъэм папщІэ, сэ сыдэкІыурэ жьы къабзэкІэ собауэ». Къуэш, шыпхъухэр сымаджэм и деж жэщым къыщынэ щыІэщ, абы кІэлъыплъыжым и жей ирикъун щхьэкІэ.
Зи Іыхьлым кІэлъыплъыжым дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъуфынур? (16 абзацым феплъ.)b
17. ЗэІущІэхэр щекІуэкІым деж, зи Іыхьлы кІэлъыплъыжым дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъу хъунур?
17 ЗэІущІэхэр щекІуэкІым деж, зи Іыхьлы кІэлъыплъыжым фыдэІэпыкъу. Зи Іыхьлы кІэлъыплъыжхэм зэІущІэм е конгрессым щыжаІэ псалъэхэм фІыуэ едэІуэну Іэмал щамыІэ къохъу. Апхуэдэ къуэшым е шыпхъум дэ жетІэ хъунущ зэІущІэ псом е абы и Іыхьэ гуэр екІуэкІыхукІэ, сымаджэм дызэрыбгъэдэсыфынур. Сымаджэр унэм къыщІэмыкІыфмэ, дэ абы и гъусэу видеосвязькІэ зэІущІэм зыпытщІэ хъунущ. Апхуэдэу сымаджэм кІэлъыплъыжыр дыщызэхуэс Унэм кІуэну Іэмал иІэнущ.
18. Сымаджэхэм кІэлъыплъыжхэм дапхуэдэу иджыри дазэрыдэІэпыкъуфынур?
18 Сымаджэхэм кІэлъыплъыжхэм фащытхъу икІи абыхэм щхьэкІэ Иеговэ фелъэІу. Сымаджэхэм кІэлъыплъыжхэм я Іуэхур зыІутыр къащІэн щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэпымыууэ зэман хухахыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Прит. 27:23, Гъэс.). Абы нэмыщІ дэ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм ящІэм щхьэкІэ дащытхъун хуейщ. Иджыри дэ Иеговэ делъэІу хъунущ а къуэш, шыпхъухэм къарурэ гуфІэгъуэрэ яритыну (2 Кор. 1:11).
19. Сыт дэ къытхуэмыгъэсу дызыпэплъэр?
19 Куэд мыщІэу дигу хэзыгъэщІ псори Иеговэ Іуихынущ. ЛІэныгъэмрэ узыфэхэмрэ афІэкІа щыІэжынукъым (Апок. 21:3, 4). «ЩІакъуэм щыхьым хуэдэу къижыхьынущ» (Ис. 35:5, 6). Абы щыгъуэ жьыгъэми узыфэхэми пыщІа гугъуехьхэр зыми диІэжынукъым икІи «блэкІа Іуэхухэр зыми игу къэкІыжынукъым» (Ис. 65:17). Куэд дэмыкІыу Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псори игъэзэщІэжынущ. Ауэ иджыпстуи абы дыкъызэримыгъэнэным шэч къытедмыхьэми хъунущ. Дэ Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, абы дызыхуэныкъуэ къару къыдитынущ, «сыт ищІысымкІи теубыдагъэрэ шыІэныгъэрэ диІэн щхьэкІэ» (Кол. 1:11).
155 УЭРЭДЫР ГуфІэгъуэ мыухыж
a Медицинэм пыщІа Banner Health зи цІэ организацэм и сайтым ит «How Sleep Can Affect Stress» статьяр.
b СУРЭТЫМ ИТЫР. Ди шыпхъуитІыр зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум и деж къэкІуащ. А зэманым абы кІэлъыплъыж шыпхъум щІэкІыу, зытригъэуну Іэмал иІэщ.