ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Ноябрь н. 16—21
  • Хьисэ — гущІэгъу зыхэлъ ди Дин пашэшхуэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хьисэ — гущІэгъу зыхэлъ ди Дин пашэшхуэщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И КЪУЭ ЩІАСЭР ЩІЫЛЪЭМ КЪОКІУЭ
  • ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЕЩІ
  • ДИ ДИН ПАШЭШХУЭМ ЩАПХЪЭ ТЫДОХ
  • ДИ ДИН ПАШЭШХУЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ
  • Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ сыт дэ къатщІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Хьисэ щІылъэм щытета иужьрей махуэ 40-м хэтхыфыну дерсхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Ноябрь н. 16—21

46 СТАТЬЯР

17 УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»

Хьисэ — гущІэгъу зыхэлъ ди Дин пашэшхуэщ

«Дин пашэшхуэу диІэр лъэкІыныгъэ зэрыдимыІэр къызыгурыІуэн зылъэмыкІ дин пашэшхуэкъым» (ЕВР. 4:15).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Хьисэ — Дин пашэшхуэ нэхъыфІ дыдэу зэрыщытым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гурыщІэхэр абы фІыуэ къыгуроІуэ икІи ар къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ.

1, 2. 1) Иеговэ и Къуэр щІылъэм къыщІигъэкІуар сыт? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Еврейхэм 5:7—9).

ИЛЪЭС 2 000 хуэдиз ипэ, Иеговэ фІыщэу илъагъу и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ, цІыхухэр гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ къыІэщІихыжын икІи ШейтІаным къытхуихьа гугъуехьхэр Іуихыжын щхьэкІэ (Ин. 3:16; 1 Ин. 3:8). Абы нэмыщІ Иеговэ хуейт цІыхум ирихьэкІ гъащІэр Хьисэ и щхьэкІэ зыхищІэну. Ар абы къыдэІэпыкъунут гущІэгъу зыхэлъ Дин пашэшхуэ хъуну. Хьисэ а къалэныр игъэзэщІэн щыщІидзар ди эрэм 29 гъэм, псым зыщІигъэуа иужьщ.a

2 АдэкІэ зэпкърытхынщ гущІэгъу зыхэлъ Дин пашэшхуэ хъун щхьэкІэ, Хьисэ щІылъэм зэрыщыпсэуар дапхуэдэу къыдэІэпыкъуами. А къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ Хьисэ ишэчын хуеяр зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы щыгъуэ дэ нэхъ тыншу Иеговэ зыхуэдгъэзэфынущ, ди гуэныхьхэмрэ ди щыуагъэхэмрэ щхьэкІэ абы гъунэгъу зыхуэтщІыну тхуэмыфащэу къэтлъытэми. (Къеджэ Еврейхэм 5:7—9.)

АЛЫХЬЫМ И КЪУЭ ЩІАСЭР ЩІЫЛЪЭМ КЪОКІУЭ

3, 4. Хьисэ щІылъэм щрихьэкІа гъащІэр уафэм щрихьэкІам сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

3 Куэдым я дежкІэ тыншкъым я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр халъхьэну. Псалъэм папщІэ, зэгуэр уи унэр, уи Іыхьлыхэр, уи ныбжьэгъухэр къэбгъэнэн хуей хъуамэ, ар зищІысыр уэ фІыуэ къыбгуроІуэ. Ауэ Хьисэ и гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм хуэдэ, зы цІыхуми игъэунэхуакъым. Уафэм мелыІычу щыІэм я нэхъ увыпІэ лъагэ дыдэр абы иІыгъащ. Хьисэ Иеговэ и лъагъуныгъэшхуэр зыхищІэт икІи и Адэм зэрыдэлажьэм гуфІэгъуэшхуэ къритт (Пс. 16:11; Прит. 8:30). Филиппи 2:7 къыхощ Хьисэ уафэм фІыгъуэу щиІа псор къигъанэу, гуэныхьлыуэ щыт цІыхухэм я гъусэу псэун щхьэкІэ, щІылъэм къызэрыкІуар.

4 Хьисэ щІылъэм щыпсэуа япэ илъэсхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Ар къыщалъхуам щыгъуэ и адэ-анэм къахьа къурмэныпхъэм къегъэлъагъуэ ахэр хуэмыщІауэ зэрыпсэуар (Лев. 12:8; Лк 2:24). ГущІэгъуншэ пащтыхь Ирод Хьисэ щысабийм щыгъуэ иригъэукІыну хэтащ. Ар кърагъэлын щхьэкІэ, Мэриемрэ Исуфрэ Мысырым щІэпхъуащ (Мт. 2:13, 15). Хьисэ уафэм щрихьэкІа гъащІэм ар сыту хуабжьу къыщхьэщыкІрэт!

5. Хьисэ щІылъэм зэрыщыпсэуар гущІэгъу зыхэлъ Дин пашэшхуэ хъуну дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? (Сурэтми феплъ.)

5 Хьисэ щІылъэм щыщыІам илъагъут цІыхухэм я гъащІэр хьэлъэу зэрыщытыр. Абы фІыуэ илъагъу цІыхухэм щыщ гуэрхэр лІэныгъэм ІэщІихат, и адэнэпІэс Исуфи абыхэм яхэту. Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ къыхуэзэт уэшын уз зиІэхэр, нэфхэр, зи Іэпкълъэпкъ къыдэмыбзхэр, абы нэмыщІ зи сабий лІа адэ-анэхэр. ИкІи абы ахэр хуабжьу и фІэгуэныхь хъут (Мт. 9:2, 6; 15:30; 20:34; Мк. 1:40, 41; Лк. 7:13). ДауикІ, Хьисэ уафэм щыщыІами, цІыхухэм я гугъуехьхэр илъагъут. Ауэ ар щІылъэм къыщыкІуам абыхэм я гурыщІэхэри, я гукъеуэхэри нэхъыфІу къыгурыІуэу хъуащ (Ис. 53:4). Абы нэмыщІ Хьисэ езыри ешт, гуауи зыхищІэт.

Хьисэ ихъуреягъкІэ цІыху гупышхуэ къызэхуэсащ. Хьисэ игъэхъужыну ахэр къолъэІу. Абы гущІэгъу хэлъу зи ныбжь хэкІуэта цІыхухъум деж зрегъэзыхри, и Іэхэр еубыд.

Хьисэ гущІэгъушхуэ хэлъу цІыхухэм яхущытт (5 абзацым феплъ.)


ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЕЩІ

6. Исайя 42:3 итым Хьисэ теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

6 Хьисэ лей къызытехьэ цІыхухэм сыт щыгъуи гущІэгъу яхуищІт. Апхуэдэу абы Библием ит къэхъун хуей псалъэр игъэзэщІащ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм цІыху къарууфІэхэр, ехъулІэныгъэ зиІэхэр ирегъэщхь жыг хадэ гъэгъам е жыгышхуэхэм (Пс. 92:12; Ис. 61:3; Иер. 31:12). Ауэ тхьэмыщкІэхэр, лей къызытехьэхэр мыхьэнэншэу щыт къамыл ныкъуэзэпыщІыкІым икІи ерагъыу блэ уэздыгъэкум ирегъэщхь. (Къеджэ Исайя 42:3.) Иеговэ Ешайа бегъымбарыр къигъэсэбэпри, ипэкІэ жиІащ зыми имыщІысу ябж цІыхухэм Хьисэ гущІэгъурэ лъагъуныгъэрэ хэлъу зэрыхущытынур.

7, 8. Бегъымбар Ешайа итха псалъэхэр Хьисэ дапхуэдэу зэригъэзэщІар?

7 Маттэ Хьисэ теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «НыкъуэзэпыщІыкІ хъуа къамылыр зэпищІыкІынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэкури игъэункІыфІынукъым» (Мт. 12:20, ДЩІ). Апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ бегъымбар Ешайа итха псалъэхэр Хьисэ зэригъэзэщІар. Абы телъыджэ куэд ищІащ, хэкІыпІэ лъэпкъ зимыІэ икІи нэгъуэщІхэм зрамыпэс цІыхухэм щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, зэгуэр зи Іэпкълъэпкъыр уэшын узым зэщІищта цІыхухъу Хьисэ къыхуэзат. А узыфэм къыхэкІкІэ, а цІыхухъур нэгъуэщІхэм бгъэдыхьэну хуиттэкъым. Абы и гугъэр хихыжауэ къыщІэкІынт и узыншагъэр зэтеувэжу, и унагъуэм, и ныбжьэгъухэм я гъусэу псэуфыну (Лк. 5:12, 13). Зэгуэри зи тхьэкІумэм зэхимых цІыхухъу Хьисэ къыхуашащ. НэгъуэщІхэм дэуэршэрыну Іэмал зэримыІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы къриту щытами фи нэгу къыщІэвгъэхьэт (Мк. 7:32, 33). Ауэ гугъуехьхэр абдеж щиухтэкъым.

8 А зэманым куэдым я гугъэт, цІыхур сымаджэмэ, езым е и адэ-анэм гуэныхь гуэр ящІауэ (Ин. 9:2). Апхуэдэ еплъыкІэ пхэнж зэрыщыІэм къыхэкІкІэ, сымаджэм и Іуэхур нэхъ Іеиж хъут. Ауэ Хьисэ апхуэдэ цІыхухэр игъэхъужт икІи Алыхьым и нэІэ абыхэм зэратригъэтыр я фІэщ ищІыжт. Абы къыдгурегъаІуэ Хьисэ нобэ дапхуэдэу цІыхухэм яхущытми.

9. Еврейхэм 4:15, 16 ит псалъэхэм дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр Хьисэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм гущІэгъу хэлъу зэрахущытыр?

9 Къеджэ Еврейхэм 4:15, 16. Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Хьисэ сыт щыгъуи гущІэгъу хэлъу къызэрытхущытыным. Сыт гущІэгъур зищІысыр? ГущІэгъу зыхэлъ цІыхум нэгъуэщІым и гугъуехьыр зыхещІэ икІи ар и фІэгуэныхь мэхъу. «ГущІэгъу хуэщІын» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм «нэгъуэщІым и пІэ зибгъэувэн икІи абы и гурыщІэхэм хуэдэ зыхэпщІэн» жиІэу къокІ. (Абы нэмыщІ феплъ Еврейхэм 10:34, Паул а алыджыбзэ псалъэ дыдэр мы едзыгъуэм къыщегъэсэбэп.) Хьисэ ищІа телъыджэхэм теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж, дэ долъагъу нэгъуэщІхэм я гугъуехьхэр абы хуабжьу зыхищІэу зэрыщытар. Абы цІыхухэр игъэхъужу щІыщытар и къалэну зэрыщыт къудейратэкъым, атІэ ахэр фІыщэу илъагъут икІи ядэІэпыкъуну хуейти аращ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ уэшын уз зиІэ цІыхухъум бгъэдэмыхьэу игъэхъужыфынут, ауэ ар абы бгъэдыхьэри еІусащ. Илъэс куэдым къриубыдэу Хьисэ фІэкІа а цІыхухъум зыри къеІусауэ къыщІэкІынукъым. Зи тхьэкІумэ зэхэзымых цІыхухъум Хьисэ дапхуэдэу зэрыхущытар? Хьисэ абы и гурыщІэхэр къыгурыІуэти, цІыху гупышхуэм къыхишри, я закъуэу ар игъэхъужащ. Абы нэмыщІ дигу къэдгъэкІыжынщ зи нэпсхэмкІэ Хьисэ и лъакъуэхэр зытхьэщІу, и щхьэцымкІэ зылъэщІыжа цІыхубзыр. Зы фарисей гуэрым а цІыхубзым нэмыплъ зэрыритым Хьисэ гу щылъитам, ар абы къыщхьэщыжащ (Мт. 8:3; Мк. 7:33; Лк. 7:44). Сымаджэхэм е гуэныхь хьэлъэ зыщІахэм Хьисэ зэи пэІэщІэ захуищІтэкъым, уеблэмэ, апхуэдэ цІыхухэр абы и деж къэкІуэну къригъэблагъэт икІи лъагъуныгъэ хэлъу абыхэм яхущытт. Дэри шэч къытедмыхьэми хъунущ Хьисэ апхуэдэ гущІэгъу хэлъу къызэрытхущытым.

ДИ ДИН ПАШЭШХУЭМ ЩАПХЪЭ ТЫДОХ

10. Зи тхьэкІумэ зэхэзымыххэм икІи зи нэ зымылъагъухэм Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъур? (Сурэтхэми феплъ.)

10 Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыну дыхуейщи, лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ хэлъу нэгъуэщІхэм дахущытыну дыхущІокъу (1 Пет. 2:21; 3:8). Зи тхьэкІумэ зэхэзымыххэр икІи зи нэ зымылъагъухэр тхуэмыгъэхъужынуми, Алыхьым и ныбжьэгъу хъуну дэ абыхэм дадоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, ди тхыгъэхэр щэ бжыгъэ нэхърэ нэхъыбэ хъу бзагуэбзэкІэ зэдзэкІащ. Зи нэ зымылъагъухэм щхьэкІи бзэ 60 нэхърэ нэхъыбэкІэ «шрифт Брайля» къэдгъэсэбэпу, тхыгъэхэр къыдыдогъэкІ. Абы нэмыщІ видеороликхэм хэт тифлокомментариехэр щэ бжыгъэ нэхърэ нэхъыбэ хъу бзэкІэ зэдзэкІащ. А псор дэ щІэтщІэр апхуэдэ цІыхухэри Иеговэрэ Хьисэрэ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэщ.

Коллаж: 1) къуэш, шыпхъухэм бзагуэбзэкІэ зэІущІэм уэрэд щыжаІэ; 2) зи нэ зымылъагъу цІыхубзым «шрифт Брайля» жыхуаІэмкІэ къыдагъэкІа Библием йоджэ.

Ди организацэм бзэ 1 000 нэхърэ нэхъыбэкІэ Библием тегъэщІа тхыгъэхэр къыдегъэкІ

СэмэгурабгъумкІэ: бзагуэбзэу 100 нэхърэ нэхъыбэ.

ИжьырабгъумкІэ: бзэ 60 нэхърэ нэхъыбэкІэ «шрифт Брайля» жыхуаІэр къагъэсэбэпу къыдагъэкІ тхыгъэхэр.

(10 абзацым феплъ.)


11. Дэтхэнэ зы цІыхуми пэжыр къищІэну Іэмал иІэн щхьэкІэ, Иеговэ и организацэм къару куэд зэрырихьэлІэр сытым къыхэщрэ? (Апостолхэм 2:5—7, 33). (Сурэтхэми феплъ.)

11 Дэтхэнэ зы цІыхуми пэжыр къищІэну Іэмал иІэн щхьэкІэ, Иеговэ и организацэм къару куэд ирехьэлІэ. Ди эрэм 33 гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ Алыхьым и къару лъапІэр и гъэсэнхэм яритащ, а махуэшхуэм къеблэгъа цІыхухэм «щхьэж и бзэкІэ» хъыбарыфІыр зэхахын щхьэкІэ. (Къеджэ Апостолхэм 2:5—7, 33.) Нобэ Хьисэ и жыІэм щІэту, ди организацэм 1 000 бжыгъэ нэхърэ нэхъыбэ хъу бзэхэмкІэ ди тхыгъэхэр къыдегъэкІ. А бзэхэм щыщ языныкъуэхэм цІыху мащІэ дыдэщ ирипсалъэр. Псалъэм папщІэ, Ипщэ, Ищхъэрэ Америкэм щыпсэу индеецхэм щхьэкІэ 160 нэхърэ нэхъыбэ хъу бзэхэмкІэ ди тхыгъэхэр къыдыдогъэкІ. Абы нэмыщІ цыджаныбзэхэм щыщу 20 нэхърэ нэхъыбэкІэ ди тхыгъэхэр зэрадзэкІ. Абы и фІыгъэкІэ а бзэхэмкІэ псалъэ мин бжыгъэ хъу цІыхухэр Иеговэ хуэлэжьэн щІадзащ.

Коллаж: 1) индеец лъэпкъым щыщ ди шыпхъум и бзэкІэ зэдзэкІа Библиер и бгъэгум деж щиІыгъщ икІи ар мэгуфІэ; 2) цыджан лъэпкъым щыщ ди шыпхъур и пхъу цІыкІур и гъусэу, конгрессым щыІэу, программэм йодаІуэ.

СэмэгурабгъумкІэ: индеецхэм я бзэхэм щыщу 160 нэхърэ нэхъыбэ.

ИжьырабгъумкІэ: цыджанхэм я бзэхэм щыщу 20 нэхърэ нэхъыбэ.

(11 абзацым феплъ.)


12. Иеговэ и организацэм цІыхухэм щхьэкІэ иджыри сыт ищІэр?

12 Иеговэ и организацэм цІыхухэр Библием ит пэжхэм зэрыхуригъаджэм нэмыщІ, гузэвэгъуэшхуэхэм пэщІэхуахэми ядоІэпыкъу. Мин бжыгъэ хъу ди къуэш, ди шыпхъухэр апхуэдэ гугъуехь ирихьэлІахэм ядэІэпыкъуну хьэзырщ. Абы нэмыщІ ди организацэм и фІыгъэкІэ, дыщызэхуэс Унэхэр диІэщ. Дэтхэнэ зыри абы кІуэуэ, Алыхьым фІыщэу къызэрилъагъур къищІэну Іэмал иІэщ.

ДИ ДИН ПАШЭШХУЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

13. Хьисэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

13 Хьисэ мэлыхъуэфІщ икІи ар дэтхэнэ зыми къыддоІэпыкъу, ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ (Ин. 10:14; Еф. 4:7). Иныкъуэхэм деж дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм щхьэкІэ дэ къытщохъу ерагъыу блэ уэздыгъэкум е ныкъуэзэпыщІыкІ хъуа къамылым дрещхьу. Дэ ди гуфІэгъуэр тфІагъэкІуэдыфынущ уз хьэлъэхэм, ди щыуагъэхэм е къуэш, шыпхъу гуэрымрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьамэ. Дэ къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ дызыпэщІэхуа гугъуехьым ди акъылыр къытедгъэкІыу, гугъэ дахэ диІэм дегупсысыну. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: Хьисэ ещІэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэми икІи ди гурыщІэхэри фІы дыдэу къыгуроІуэ. ГущІэгъу зэриІэм къыхэкІкІэ, ар къыддэІэпыкъунущ. Псалъэм папщІэ, дэ къарууншэ дыщыхъум деж, Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпу абы дигъэбыдэфынущ (Ин. 16:7; Тит 3:6). Абы нэмыщІ Хьисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр е къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу къыддэІэпыкъуфынущ (Еф. 4:8).

14. Сыт дэ тщІэ хъунур ди щыуагъэхэмрэ ди гуэныхьхэмрэ хуабжьу къыщыттехьэлъэм деж?

14 Уи лъэр щІэхуамэ, уигу къэгъэкІыж Хьисэ уи Дин пашэшхуэу зэрыщытыр. Абы игъэзащІэ къалэным сыт хуэдэ сэбэп къыпхуихьми егупсыс. Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ Хьисэ щІылъэм къыщІигъэкІуар абы и псэр дэр щхьэкІэ итыным и закъуэкъым, атІэ ди гугъуехьхэри нэхъыфІу къыгурыІуэн щхьэкІэщ. Ди щыуагъэхэмрэ ди гуэныхьхэмрэ хуабжьу къыттехьэлъэнкІэ хъунущ, ауэ «дэІэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукІэ» Хьисэ, Іэмал имыІэу, къыддэІэпыкъунущ (Евр. 4:15, 16).

15. Ди зы къуэшым Иеговэ деж къигъэзэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?

15 Хьисэ иджыри дыхуегъэуш Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуа къуэш, шыпхъухэр къэдгъуэтыжу, зэхуэсым къагъэзэжыну дадэІэпыкъуну (Мт. 18:12, 13). Сте́фаноb зи цІэ ди къуэшым и щапхъэм дыхэплъэнщ. Ар зэхуэсым хагъэкІат, ауэ илъэс 12 дэкІа иужь зэІущІэм къэкІуэну абы мурад ищІащ. Стефано жеІэ: «Сэ хуабжьу къыстехьэлъэт, ауэ сыхуейт Иеговэ и унагъуэм къэзгъэзэжу, фІыщэу сыкъэзылъагъу къуэш, шыпхъухэм ящыщ сыхъужыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр сэ гуапэу къысхущытащ. Иныкъуэхэм деж сэ хуабжьу зызгъэкъуэншэжт икІи сегупсыст, Иеговэ сэ схуэдэ цІыху хуэмейуэ. Ауэ Иегови Хьиси си Іэр есхьэхыну зэрыхуэмейр къызгурыІуэну зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыздэІэпыкъуащ. Сэ зэхуэсым щыщ сыхъужа иужь, къуэш, шыпхъухэм гуапэу сыкърагъэблэгъэжащ. Зэман гуэр дэкІа иужь, си щхьэгъусэми Библиер иджын щІидзащ икІи иджыпсту дызэгъусэу Иеговэ дыхуолажьэ». ДауикІ, лъагъуныгъэ зыхэлъ ди Дин пашэшхуэр хуабжьу мэгуфІэ, зи гуэныхь хущІегъуэжахэм Иеговэ деж къагъэзэжыну зэхуэсым щыщ псори зэрадэІэпыкъур щилъагъум деж!

16. Хьисэ ди Дин пашэшхуэу зэрыщытыр фІыщІэ щІэпщІыр сыт?

16 Хьисэ щІылъэм щытетам, цІыху куэдыр абы и деж къакІуэт икІи ар абыхэм ядэІэпыкъут. Нобэ дэри абы дыщыгугъ хъунущ. ДэІэпыкъуэгъу дапщэщ дыхуэмыныкъуами, дэ ар, Іэмал имыІэу, дгъуэтынущ. Куэд мыщІэу дунеищІэр къэсынущ. Абы щыгъуэ Алыхьым и жыІэм щІэт псори дагъуэншэ хъужыну Хьисэ ядэІэпыкъунущ. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ къыхэкІкІэ, апхуэдэ Дин пашэшхуэ къызэрыдитам щхьэкІэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ щІылъэм зэрыщыпсэуар гущІэгъу зыхэлъ Дин пашэшхуэ хъуну дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?

  • Исайя 42:3 ит псалъэхэр Хьисэ дапхуэдэу зэригъэзэщІар?

  • Ди Дин пашэшхуэр нобэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

13 УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу

a Дин пашэшхуэ Хьисэрэ израил лъэпкъым иІа дин пашэшхуэхэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми къыщыфщІэфынущ 2023 гъэм, октябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ и духовнэ Унэшхуэм фыщыхуэлэжьэну фиІэ Іэмалыр лъапІэу флъытэ» жыхуиІэ статьям. 26 напэкІуэцІым, 7—9 абзацхэм феплъ.

b ЦІэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын