ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Октябрь н. 6—11
  • ГуфІэгъуэ нэгъэсар къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ГуфІэгъуэ нэгъэсар къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ГУФІЭГЪУЭ НЭГЪЭСАР КЪЫЗЫБГЪЭДЭКІЫР
  • УИ ГУФІЭГЪУЭР ПФІИГЪЭКІУЭДЫНУ ЗЫРИ ХУИТ УМЫЩІ
  • ГуфІэгъуэр — Алыхьым и тыгъэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • «Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Октябрь н. 6—11

40 СТАТЬЯР

111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

ГуфІэгъуэ нэгъэсар къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ

«Си гуфІэгъуэшхуэр къызыбгъэдэкІ Алыхьым и деж сыкъэкІуэнущ» (ПС. 43:4).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ГуфІэгъуэр сытым тфІигъэкІуэдыфынуми икІи ар дапхуэдэу зэдгъэгъуэтыж хъунуми.

1, 2. 1) ЦІыху куэдым я гъащІэр дапхуэдэу нобэ зэрекІуэкІыр? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

НАСЫПЫФІЭУ щытын щхьэкІэ цІыхуу хъуам къаруушхуэ ирахьэлІэ. Ауэ, абы емылъытауэ, ахэр нэгъэсауэ насыпыфІэ хъукъым. Абы къыхэкІкІэ, куэдым къащохъу гъащІэм мыхьэнэ имыІэу икІи гуфІэгъуэ лъэпкъ хэмылъу. Апхуэдэ гурыщІэхэр Иеговэ и лэжьакІуэхэми яІэнкІэ хъунущ. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ «иужьрей махуэхэм» дыщопсэу икІи дэтхэнэ зыми гугъуехь гуэрхэр диІэщ (2 Тим. 3:1).

2 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ гуфІэгъуэр сытым тфІигъэкІуэдыфынуми икІи ар дапхуэдэу зэдгъэгъуэтыж хъунуми. Ауэ япэщІыкІэ зэхэдгъэкІынщ гуфІэгъуэ нэгъэсар къызыбгъэдэкІыр хэтми.

ГУФІЭГЪУЭ НЭГЪЭСАР КЪЫЗЫБГЪЭДЭКІЫР

3. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм езым теухуауэ сыт къытхузэІуахыр? (Сурэтхэми феплъ.)

3 Иеговэ — Алыхь насыпыфІэщ. Ар апхуэдэу щытащ икІи сыт щыгъуи щытынущ. Иеговэ хуейщ дэри насыпыфІэу дыщытыну. Аращ абы дуней дахащэри, псэущхьэ гъэщІэгъуэнхэри, ерыскъы ІэфІ зэмылІэужьыгъуэхэри къыщІигъэщІар. Пэжщ, Иеговэ фІыщэу дыкъелъагъу икІи ар хуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьу дыпсэуну!

Коллаж «Псэущхьэ гъэщІэгъуэнхэр»: 1) пыл цІыкІур псым хэту мэджэгу; 2) пингвин шырхэм я дамэхэр яукъуэдияуэ, дыхьэшхэну зыщІаупскІэурэ, уэсым хэту макІуэ; 3) чыцІ цІыкІуитІыр дэлъейуэ губгъуэм щоджэгу; 4) дельфинхэр псым къыхолъ.

Baby elephant: Image © Romi Gamit/Shutterstock; penguin chicks: Vladimir Seliverstov/500px via Getty Images; baby goats: Rita Kochmarjova/stock.adobe.com; two dolphins: georgeclerk/E+ via Getty Images

Псэущхьэхэр гъэщІэгъуэну зэрыджэгум дигу къагъэкІыж Иеговэ Алыхь насыпыфІэу зэрыщытыр (3 абзацым феплъ.)


4. 1) ЦІыхухэм ятелъ гугъуехьхэр зэрилъагъум емылъытауэ, Иеговэ дапхуэдэу насыпыфІэу къызэрынэфыр? 2) Сыт хуэдэ тыгъэ Иеговэ къыдитыр? (Псалом 16:11).

4 ЦІыхухэм ятелъ гугъуехьхэр зэрилъагъум емылъытауэ, Иеговэ дапхуэдэу насыпыфІэу къызэрынэфыр? (1 Тим. 1:11). Ди Алыхьым къыгуроІуэ гугъуехьхэр игъащІэкІэ зэрыщымыІэнур — абы езым мы дунеижьым пІалъэ хуигъэуващ. Аращи, абы шыІэныгъэ хэлъу цІыхухэм я гугъуехьхэр щыІуихыжыну зэманым поплъэ. Ауэ Иеговэ къыгуроІуэ дэ иджыпстуи дэІэпыкъуэгъу дызэрыхуэныкъуэр. Дапхуэдэу ар къызэрыддэІэпыкъур? Псалъэм папщІэ, абы гуфІэгъуэр тыгъэу къыдет. (Къеджэ Псалом 16:11.) Иеговэ а тыгъэр япэу зыхуищІар Хьисэ Мэссихьщ.

5, 6. Иеговэ къигъэщІахэм ящыщу Хьисэ псом нэхърэ нэхъ насыпыфІэу жыпІэ щІэхъунур сыт?

5 Иеговэ къигъэщІахэм ящыщу Хьисэ псом нэхърэ нэхъ насыпыфІэщ. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ. Псом япэрауэ, Хьисэ и Адэм и хьэл-щэнхэр нэгъэсауэ егъэлъагъуэ (Кол. 1:15). ЕтІуанэрауэ, гуфІэгъуэ къызыбгъэдэкІ и Адэм и гъусэу, Хьисэ псом нэхърэ нэхъ зэман нэхъыбэ игъэкІуащ.

6 Абы нэмыщІ Хьисэ гурыфІыгъуэ къыхуехь Иеговэ кърит къалэнхэр зэригъэзащІэм (Прит. 8:30, 31; Ин. 8:29). Иджыри абы и Адэр къызэрыхуэарэзым ар насыпыфІэ ещІ (Мт. 3:17).

7. ГуфІэгъуэ нэгъэсар къыдэзытыр сыт?

7 Иеговэ гъунэгъу дызэрыхуэхъум дэри гуфІэгъуэ нэгъэса къытхуехь. Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ нэхъыбэ зэдгъэгъуэтыху, и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу тхуогъэлъагъуэ икІи дэ абы нэхъ насыпыфІэ дещІ. Иджыри дэ гуфІэгъуэ зыхыдощІэ Иеговэ и Іэмырыр щыдгъэзащІэм деж. Абы нэмыщІ Иеговэ къызэрытхуэарэзыр пщІэну сыту гухэхъуэ! (Пс. 33:12)a. Ауэ насыпыншэу зыкъыщытлъытэжи къохъу. Апхуэдэ гурыщІэр зэман кІэщІкІи зэман кІыхькІи диІэфынущ. НтІэ, абы къикІыу пІэрэ Иеговэ зыгуэркІэ къытхуэмыарэзыуэ? ДауикІ, къикІкъым! Иеговэ къыгуроІуэ гуэныхьлыуэ дызэрыщытым къыхэкІкІэ, зэман-зэманкІэрэ гуфІэгъуэ тфІэкІуэду, ди лъэр щІэхуауэ дызэрыщытыфынур (Пс. 103:14). АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ гуфІэгъуэр сытым тфІигъэкІуэдыфынуми икІи ар дапхуэдэу зэдгъэгъуэтыж хъунуми.

ГуфІэгъуэр Иеговэ деж къыщыфлъыхъуэ

Иеговэ и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу. ГуфІэгъуэ нэгъэса диІэн щхьэкІэ дэ Иеговэ зыхуэдгъэзэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуфІэгъуэр — ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнщ (Гал. 5:22). Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьри шыІэныгъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу тшэчыфынущ (Кол. 1:11).

Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр ефт. Алыхьым и Псалъэмрэ ди тхыгъэхэмрэ зэпымыууэ джы. ХъыбарыфІыр бгъэІуну уиІэ зы Іэмали бломыгъэкІ (Лк. 2:10). Иеговэ хуэлэжьэныр зи гъащІэм япэ изыгъэщыращ нэгъэсауэ цІыху насыпыфІэу щытыр (Пс. 65:4).

Иеговэ жиІэм сыт щыгъуи федаІуэ. Зыщывмыгъэгъупщэ Иеговэ и хабзэхэр сыт щыгъуи сэбэп къызэрытхуэхъур. Ахэр гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыну зэран къытхуэхъукъым, атІэ нэхъ насыпыфІэ дащІу аращ (Лк. 11:28).

УИ ГУФІЭГЪУЭР ПФІИГЪЭКІУЭДЫНУ ЗЫРИ ХУИТ УМЫЩІ

8. ГъащІэм дызрихьэлІэ гугъуехьхэр дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?

8 Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж. ДыкъызэрырахуэкІым, гузэвэгъуэшхуэхэм, тхьэмыщкІагъэм, узыфэхэм, жьыгъэм, нэгъуэщІ гугъуехьхэми гуфІэгъуэр тфІагъэкІуэдыфынущ, псом хуэмыдэу ди Іуэхум зыгуэр етщІэну Іэмал дыщимыІэм деж. Библием зэрыщыжыІам хуэдэу, цІыхум «гухэщІ-гукъеуэм и лъэр щІегъэху» (Прит. 15:13, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Ба́бис илъэсиплІым и кІуэцІым и адэ-анэри и къуэшри фІэкІуэдащ. Ар къыддогуашэ: «Ахэр си закъуэу зесхьэжын хуейуэ си пщэ къыдэхуати, сэ абы си къарур сщІихт. Сэ апхуэдизкІэ къалэн куэд сиІэти, абыхэм садэуэршэрыну зэман лъэпкъ къысхуэнэжтэкъым. Абы щхьэкІэ сэ сыт щыгъуи сигу зэбгъэжт». Пэжщ, гъащІэм дызрихьэлІэ гугъуехьхэм ди лъэр щІахыфынущ.

9. ГуфІэгъуэр зэдгъэгъуэтыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Иеремия 29:4—7, 10).

9 ГуфІэгъуэр зэдгъэгъуэтыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ зыри зэдмыщІэфыну Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ дымыгузавэу, диІэм щхьэкІэ фІыщІэ тщІын хуейщ. ЦІыхухэм и нэхъыбэм я гугъэщ насыпыфІэу щытын щхьэкІэ, я Іуэху псомкІи ехъулІэныгъэ яІэн хуейуэ. Ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Псалъэм папщІэ, Бабилэным гъэру яша журтхэм Иеговэ яжриІат абы насыпыфІэу щыпсэун щхьэкІэ яхузэфІэкІыу хъуар ящІэну. (Къеджэ Иеремия 29:4—7, 10.) Абы сытым дыхуигъасэрэ? Ди гъащІэм фІы хэлъым гу лъыттэу, абы щхьэкІэ фІыщІэ тщІын хуейщ. Зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ сыт щыгъуи ди гъусэщ икІи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ (Пс. 63:7; 146:5). Ди шыпхъу Э́ффи, аварием зэрыхэхуам къыхэкІкІэ, пІэхэнэ хъуащ. Ар къыддогуашэ: «Иегови, си унагъуэм щыщхэри, зэхуэсым щыщхэри хуабжьу къыздэІэпыкъуащ икІи сагъэгушхуащ. А псор сэ фІыщІэ зэрысщІыр абыхэм езгъэлъэгъуну сыхуейщ. Аращи, сэ схузэфІэкІыу хъуар сощІэ, насыпыфІэу сыкъэнэн щхьэкІэ».

10. Гугъуехьхэм емылъытауэ, сыт гуфІэгъуэ дыщІиІэфынур?

10 Дэ гугъуехь гуэр диІэми, ди Іыхьлыхэм е дэ езым Іей гуэр къытщыщІами, гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдкъым (Пс. 126:5)b. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуфІэгъуэр дызыпэщІэхуэ Іуэхухэм елъытакъым. Пионеру лажьэ ди шыпхъу Мария къыддогуашэ: «Гугъуехь узэриІэм емылъытауэ, гуфІэгъуэр зыфІомыгъэкІуэдыным къикІкъым уи гурыщІэхэр епкъухын, уи нэпсхэри зытепІыгъэн хуейуэ. Дэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъам дзыхь худощІри, ар къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну». Зыщыдгъэгъупщэнкъым: дапхуэдэу ди гугъуехьхэр хьэлъэу щымытми, ахэр игъащІэкІэ щыІэнукъым. Пшахъуэм тет лъэкъуампІэм псыр къытелъадэу зэрыІуихыжым хуэдэу, куэд мыщІэу ди гугъуехьу хъуар Иеговэ игъэкІуэдыжынущ.

11. Апостол Паул и щапхъэм дапхуэдэу дызэригъэгушхуэр?

11 Иныкъуэхэм деж гугъуехьхэр дызэриІэм къыхэкІкІэ, Иеговэ къытхуэмыарэзыуэ къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гупсысэ диІэ хъумэ, Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр дигу къэдгъэкІыж хъунущ. Ахэри гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Псалъэм папщІэ, езы Хьисэ Мэссихь апостол Паул къыхихат, «хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цІыхухэми» хъыбарыфІыр яхуиІуэтэн щхьэкІэ (Апост. 9:15). Ар сыту щІыхьышхуэт! Ауэ Паул и гъащІэр тыншу щытауэ пІэрэ? Хьэуэ. Ар гугъуехь куэдым пэщІэхуащ (2 Кор. 11:23—27). Ауэ абы къикІтэкъым Алыхьым и щІыб абы къыхуигъэзауэ. Иеговэ Паул дэмыІэпыкъуу щытамэ, ар и закъуэу и гугъуехьхэм пэлъэщынутэкъым (Рим 5:3—5). Иджы уэ уи Іуэхум егупсысыт. Зыми емылъытауэ, Алыхьым уэ адэкІи хуэпэжу ущытщ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ узэригъусэр икІи къызэрыпхуэарэзыр.

12. Ди мурадхэр къызэрыдэмыхъулІэм дапхуэдэу ди гуфІэгъуэр зэрытфІигъэкІуэдыфынур?

12 Дгъэува мурадхэр къыщыдэмыхъулІэм деж (Прит. 13:12). Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум икІи фІыщІэ зэрыхуэтщІым къыхэкІкІэ, дэ абы нэхъыбэ хуэтщІэну дыхуейщ. Ауэ тхуэмыгъэзэщІэн мурадхэр дгъэуву щытмэ, абы ди лъэр щІихыфынущ (Прит. 17:22). Пионеру лажьэ ди шыпхъу Хо́лли къыддогуашэ: «Сэ „Школа благовестников“ жыхуаІэм сыкІуэну, хамэ къэралым хъыбарыфІыр щызгъэІуну е Ра́мапо щекІуэкІ ухуэныгъэм сыхэтыну сыхуейт. Ауэ си Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ, а мурадхэр къызэхъулІатэкъыми, ар сэ хуабжьу сигу щІыхьащ. Куэд пщІэну ухуейуэ, ауэ ар щыпхузэфІэмыкІым деж абы хуабжьу уи гур хегъэщІ!» Апхуэдэ гурыщІэхэр куэдым зыхащІэ.

13. Ди Іуэхур зыІутым емылъытауэ сыт хуэдэ мурадхэр зыхуэдгъэув хъуну?

13 ГуфІэгъуэр зэдгъэгъуэтыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? Зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ тхузэфІэмыкІын гуэр къызэрытхуимыгъэувыр. Абы и лъагъуныгъэр хуэтщІэм и куэдагъым елъытакъым. Ар хуейщ дэ ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжу, хуэпэжу дыхуэлэжьэну (Мих. 6:8; 1 Кор. 4:2). Абы и дежкІэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр диІэ ехъулІэныгъэхэракъым, атІэ дгъэлъагъуэ хьэл-щэныфІхэращ. Аращи, Иеговэ къызэрытщыгугъым нэхърэ нэхъыбэ зыхуэдгъэувыжын хуейкъымc. Уэ Иеговэ нэхъыбэ хуэпщІэну Іэмал уимыІэмэ, пхузэфІэкІынум егупсыс. Псалъэм папщІэ, зи щІалэгъуэ къуэш, шыпхъухэр зыгуэрым хуебгъэсэфыну пІэрэ? Е зи ныбжь хэкІуэтахэм зыгуэркІэ уадэІэпыкъуфыну пІэрэ? Абы нэмыщІ уэ зыгуэр бгъэгушхуэфынущ абы и деж укІуэмэ, звонить хуэпщІмэ е сообщение хуебгъэхьмэ. Апхуэдэ мурадхэр бгъэзэщІэну гугъукъым, ауэ абыхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ икІи гуфІэгъуэ куэд къыпэкІуэнущ. Дэ дунеищІэм Иеговэ дыхуэлэжьэну Іэмал куэд диІэнущ икІи зыри зэран къытхуэхъунукъым. Абы къыдитыну къалэнхэр гъэщІэгъуэныщэу щытынущ! ИпэкІэ зи гугъу тщІа Холли мыпхуэдэу жеІэ: «Иджы сэ нэщхъей сыщыхъум деж мыпхуэдэу жызоІэ: „Сэ зыщІыпІи сыкъыкІэрыхукъым икІи дунеищІэм си мурадхэр згъэзэщІэн щхьэкІэ гъащІэ мыухыж сиІэнущ“».

14. Ди гуфІэгъуэр иджыри сытым тфІигъэкІуэдыфыну?

14 Зыгъэтхъэжыным япэ увыпІэ щеттым деж. Соцсетьхэм дэ щІэх-щІэхыурэ щыдолъагъу цІыхухэм ягу ирихь Іуэхухэр ящІу, хьэпшып куэд къащэхуу икІи къэрал куэдым я нэгу зыщрагъэужьу. Ахэр щыплъагъум деж насыпыр а Іуэхухэм елъытауэ къыпщыхъункІэ хъунущ. ДауикІ, уигу ирихь Іуэхухэм ухэтыным зыри Іей хэлъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьын хуейуэ Иеговэ дыкъигъэщІащ. Ауэ къэхъункІэ хъунущ гуфІэгъуэ къозытыну узыщыгугъам уи гурыфІыгъуэр пфІигъэкІуэду. Куэдым ар я щхьэкІэ ягъэунэхуащ. Пионеру лажьэ ди шыпхъу Ева жеІэ: «Уи щхьэмрэ узыщІэхъуэпсымрэ псом япэ ибгъэщмэ, уиІэмкІэ зэи арэзыуэ ущытынукъым». Пэжщ, апхуэдэ гъащІэм нэгъэсауэ насыпыфІэ уищІкъым.

15. Пащтыхь Сэлмэн и гъащІэм сытым дыхуигъасэрэ?

15 Пащтыхь Сэлмэн дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы зы зэман гуэркІэ зыгъэтхъэжыным зритат. Псалъэм папщІэ, ерыскъы нэхъ ІэфІ дыдэхэр ишхт, мэкъамэ дахэхэм едаІуэт икІи хьэпшып нэхъ лъапІэ дыдэхэр къищэхут. Ауэ абы Сэлмэн насыпыфІэ ищІакъым. Абы езым мыпхуэдэу жиІат: «Нэм илъагъумкІэ зигъэнщІынукъым, тхьэкІумэм зэхихымкІи ирикъунукъым» (Эккл. 1:8; 2:1—11). Куэдым я гугъэщ ахъшэ яІэмэ икІи зыхуейр ящІэмэ, насыпыфІэу щытыну. Ауэ насыпыр ахъшэкІэ къыпхуэщэхунукъым.

16. НэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъум ди гуфІэгъуэр дапхуэдэу зэрызэтригъэувэжыфынур? (Сурэтхэми феплъ.)

16 ГуфІэгъуэр зэдгъэгъуэтыжыну сыт къыддэІэпыкъунур? Хьисэ жиІащ: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35). Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Але́кос къыддогуашэ: «Сэ нэгъуэщІхэм схузэфІэкІыр яхуэсщІэну сыхущІокъу, ар Іуэху къызэрыгуэкІыу щытми. Апхуэдэу щысщІэм деж сэ абы гуфІэгъуэ къысхуехь». Уэ адрейхэм сыткІэ уадэІэпыкъуфыну? Зыгуэр нэщхъейуэ плъагъумэ, абы епсалъэ. А цІыхум и гугъуехьыр щхьэщомыхыфынкІи хъунщ, ауэ абы уедаІуэрэ и гурыщІэхэр къыбгурыІуэну ухущІэкъумэ, ар уэ бгъэгушхуэфынущ. Абы игу къэбгъэкІыж хъунущ и хьэлъэр Иеговэ ІэщІилъхьэну Іэмал зэрыщыІэр (Пс. 55:22; 68:19). Иджыри абы жепІэ хъунущ Алыхьым хуэпэжхэр къызэримыгъанэр (Пс. 37:28; Ис. 59:1). Апхуэдэ цІыхум ІуэхукІи удэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, шхын хуэгъэхьэзыр е зэгъусэу къэфкІухьыну къегъэблагъэ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр бгъэІуну а цІыхур къыздэщтэ. НэгъуэщІхэм хъыбарыфІымкІэ дащыдэгуашэм деж дэ абы сыт щыгъуи къару къытщІелъхьэ. Иеговэ укъигъэсэбэпыну Іэмал ет. НэгъуэщІхэм уазэрыдэІэпыкъум уэ нэгъэсауэ насыпыфІэ уищІынущ! (Прит. 11:25).

Коллаж: 1) шыпхъур кафем щІэсу телефонымкІэ зыгуэрым йоплъ; абы къищэхуа хьэпшыпхэр пакет зыбжанэм илъу къыбгъэдэтщ; 2) а шыпхъу дыдэр зи ныбжь хэкІуэта шыпхъум удз гъэгъа Іэрамэ къыхуихьащ икІи ар насыпыфІэщ.

Уи щхьэр зэрыбгъэгуфІэн закъуэм фІэкІа уемыгупсысу, нэгъуэщІхэр зэрыбгъэгуфІэнми егупсыс (16 абзацым феплъ.)d


17. Ди гуфІэгъуэр Иеговэ дапхуэдэу зэрепхар? (Псалом 43:4).

17 Дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ, уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм ныбжьэгъу зыхуэтщІын хуейщ. Библием щыжыІащ Иеговэ «гуфІэгъуэшхуэр къызыбгъэдэкІ Алыхьу» зэрыщытыр. (Къеджэ Псалом 43:4.) Апхуэдэ ныбжьэгъу дызэриІэм и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыфынущ икІи ди гуфІэгъуэр зыми тфІигъэкІуэдыфынукъым! (Пс. 144:15).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэрэ Хьисэрэ псом нэхърэ нэхъ насыпыфІэу щІыщытыр сыт?

  • Ди гуфІэгъуэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм тфІагъэкІуэдыфыну?

  • ГуфІэгъуэр зэдгъэгъуэтыжыну сыт къыддэІэпыкъунур?

155 УЭРЭДЫР ГуфІэгъуэ мыухыж

a «ГуфІэгъуэр Иеговэ деж къыщыфлъыхъуэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.

b Псалъэм папщІэ, «Обращение Руководящего совета № 5 за 2023 год» жыхуаІэм Кристенсен Деннисрэ Иринэрэ къраІыха интервьюм фыщеплъ. Ар jw.org сайтым къыщывгъуэтыфынущ.

c 2008 гъэм, июлым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ставь разумные цели и сохраняй радость» жыхуиІэ статьям феплъ.

d СУРЭТХЭМ ИТЫР. Шыпхъум хьэпшып куэд и щхьэм къыхуищэхуащ. Ауэ абы гуфІэгъуэ нэхъыбэ щызэхищІар зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур игъэгушхуэн щхьэкІэ, удз гъэгъа хуихьыу щыкІуаращ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын