ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Июль н. 8—13
  • Чэнджэщ щыттым деж...

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Чэнджэщ щыттым деж...
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЧЭНДЖЭЩ ТТЫНУ ЗЫГУЭР КЪЫЩЫДЭЛЪЭІУМ ДЕЖ
  • КЪЫДЭМЫЛЪЭІУАУЭ ЧЭНДЖЭЩ ТТЫН ЩЫХУЕЙМ ДЕЖ
  • ЧЭНДЖЭЩЫР ИГЪУЭУ ИКІИ ТЭМЭМУ ТЫН ХУЕЙЩ
  • ЧЭНДЖЭЩ ЗЭРЫТТЫНЫМ ИКІИ КЪЫЗЭРЫДАТЫНЫМ ДИ ГУР ТЕДУХУЭНЩ
  • Чэнджэщ къыщыдатым деж...
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэвгъэІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Фи чэнджэщхэм къуэш, шыпхъухэр тыншу едэІуэфрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • «ЦІыху Іущхэм жаІэм щІэдэІу»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Июль н. 8—13

29 СТАТЬЯР

87 УЭРЭДЫР КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!

Чэнджэщ щыттым деж...

«Чэнджэщ уэстынщ икІи сыпкІэлъыплъынщ» (ПС. 32:8).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЧэнджэщыфІ дапхуэдэу ттыфынуми.

1. Чэнджэщ зытын хуейр хэт? КъыдгурывгъаІуэ.

НЭГЪУЭЩІХЭМ чэнджэщ ептыну уигу ирихьрэ? Хэти «сигу ирохь» жиІэфынущ, хэти чэнджэщ итын щыхуейм деж мэукІытэ е Іэнкун мэхъу. Дапхуэдэу щымытами, зэман-зэманкІэрэ дэ псоми нэгъуэщІхэм чэнджэщ еттыну ди къалэнщ. Сыт щхьэкІэ? Хьисэ жиІат абы и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъынур (Ин. 13:35). Лъагъуныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэфыну зы Іэмалыр — ар къуэшым е шыпхъум зыхуэныкъуэ чэнджэщ игъуэу еттыныращ. Библием щыжыІащ, ди гум къыбгъэдэкІыу нэгъуэщІхэм чэнджэщ щеттым деж абыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрытщІыр (Прит. 27:9).

2. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэфу щытын хуейр икІи сыт щхьэкІэ? («Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм щат чэнджэщхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

2 ЧэнджэщыфІхэр зэрыптыныр, псом хуэмыдэу, хэт зыщІэн хуейр? Ар зэхуэсым и нэхъыжьхэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ Хьисэрэ абыхэм къалэн иратащ зэхуэсым я нэІэ трагъэтыну (1 Пет. 5:2, 3). Абыхэм я нэІэ къызэрыттрагъэтыр сыт къызыхэщыр? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием ит ущиехэр зыхэт псалъэ гъэхьэзырахэр къыджаІэ. Абы нэмыщІ, хуей хъумэ, абыхэм къуэшым е шыпхъум чэнджэщ ират. Псалъэм папщІэ, къуэшым е шыпхъум Иеговэ пэжыжьэ хуэхъуу щІидзамэ, ахэр абы доІэпыкъу гъуэгу пэжым къытехьэжыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ямызакъуэу, дэ псоми чэнджэщыфІхэр ттыну сыт къыддэІэпыкъунур?

Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм председателым заданиер зыгъэзэщІам щытхъун икІи чэнджэщ иритын щхьэкІэ «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуаІэ брошюрэр къегъэсэбэп.

Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм щат чэнджэщхэр

Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм и председателым задание зыгъэзащІэхэм чэнджэщхэр ярет. Къуэш, шыпхъухэм я заданиехэр щагъэзащІэм деж, я урокхэм ит чэнджэщхэр къызэрагъэсэбэпыфам ар фІыуэ кІэлъоплъ.

Къуэшым е шыпхъум и заданиер ищІа иужь, председателыр абы щотхъу. Заданиер зыщІам зыгуэр ихъуэжын хуейуэ абы гу лъитамэ, щабэу жреІэ сытым елэжь икІи сыт ихъуэж хъунуми. Апхуэдэ чэнджэщыр заданиер зыгъэзэщІам нэмыщІ зэхуэсым щыщ псоми сэбэп къыхуохъу (Прит. 27:17).

3. 1) ЧэнджэщыфІхэр ттыуэ дапхуэдэу зэрызедгъэсэнур? (Исайя 9:6; «Чэнджэщ щыптым деж Хьисэ щапхъэ тех» жыхуиІэ рамкэми феплъ). 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Библием и гугъу ещІыж нэгъуэщІхэм чэнджэщыфІ езыту щыта цІыхухэм. Дэ абыхэм я деж куэдым зыщедгъэсэфынущ. Псом нэхърэ нэхъ чэнджэщыфІ зыту щытар Хьисэщ, уеблэмэ, Библиер абы «Чэнджэщэгъу ІущкІэ» йоджэ. (Къеджэ Исайя 9:6.) Мы статьям дэ ІуэхугъуитІ щызэпкърытхынущ: 1) чэнджэщ ттыну зыгуэр къыщыдэлъэІум деж, 2) Чэнджэщ ттыну къыдэмылъэІуауэ, ар ттын щыхуейм деж. Иджыри дэ зэпкърытхынущ чэнджэщыр игъуэу икІи тэмэму ттыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр.

Чэнджэщ щыптым деж Хьисэ щапхъэ тех

Хьисэ «Чэнджэщэгъу ІущкІэ» деджэну щІыхуэфащэр сыт икІи дапхуэдэу дэ абы щапхъэ тетх зэрыхъунур?

  • Хьисэ жиІэнур ищІэт. Хьисэ и чэнджэщхэр сыт щыгъуи пэжу щытт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Иеговэ и Іущагъым тегъэщІат. Абы и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІат: «Сэ нывжесІэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысІэркъым» (Ин. 14:10).

    Дерсыр. Дэ Іуэхум фІыуэ хэтщІыкІми, щІэныгъэ куэд диІэми, чэнджэщ щыттым деж зэхэдгъэкІын хуейщ ар Библием тегъэщІауэ щытрэ щымытрэ.

  • Хьисэ ищІэт чэнджэщыр дапщэщ тын хуейми. Абы и гъэсэнхэм ящІэн хуейуэ хъуар занщІэу яжриІэтэкъым. Хьисэ абыхэм чэнджэщ яритын щхьэкІэ игъуэ зэманым пэплъэт икІи къагурыІуэфынум хуэдизт яжриІэр (Ин. 16:12).

    Дерсыр. Дэри зыгуэрым чэнджэщ еттыну дыщыхуейм деж игъуэ зэман къыхэтхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Эккл. 3:7). Абы нэмыщІ цІыхум куэдыІуэ жедмыІэмэ нэхъыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэнур имыщІэу и гур хэщІынущ. Аращи, иджыпсту дыдэ зыхуэныкъуэм фІэкІа цІыхум жедмыІэмэ, абы нэхъ сэбэпынагъ пылъщ.

  • Хьисэ ищІэт пщІэ хэлъу чэнджэщ дапхуэдэу тын хуейми. Абы апостолхэм мызэ-мытІэу ягу къигъэкІыжт Іэдэбу ущытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Хьисэ и псалъэхэм сыт щыгъуи гуапагъэрэ пщІэрэ къыхэщт (Мт. 18:1—5).

    Дерсыр. Зы чэнджэщыр цІыхум мызэ-мытІэу еттын хуей хъуми, ди пІэм дыкъимыкІыу, пщІэ хэлъу дыпсэлъэн хуейщ. Абы щыгъуэ цІыхур ди чэнджэщым едэІуэну къыщІэкІынщ.

ЧЭНДЖЭЩ ТТЫНУ ЗЫГУЭР КЪЫЩЫДЭЛЪЭІУМ ДЕЖ

4, 5. Зыгуэрым чэнджэщ щхьэкІэ зыкъыщытхуигъазэм деж сыт хуэдэ упщІэ зэттыжмэ нэхъыфІ? Щапхъэ къэфхь.

4 Зыгуэрым чэнджэщ щхьэкІэ зыкъыщытхуигъазэм деж дапхуэдэу абы дызэрыхущытын хуейр? Дэ дзыхь къызэрытхуащІыр ди гуапэу, а цІыхум занщІэу дыдэІэпыкъуну дыхуеину къыщІэкІынщ. Ауэ япэ щІыкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыжмэ нэхъыфІщ: «А цІыхум чэнджэщыфІ естын щхьэкІэ абы и Іуэхум теухуауэ щІэныгъэ сиІэу пІэрэ?» Иныкъуэхэм деж чэнджэщ дымыту, цІыхум и Іуэхум нэхъыфІу хэзыщІыкІ гуэрым и деж ар дгъакІуэмэ нэхъыфІщ.

5 Мыпхуэдэ щапхъэм дегупсысынщ. Псом нэхърэ нэхъыфІу плъагъу уи ныбжьэгъур сымаджэ хьэлъэ хъуауэ жытІэнщ. Абы къыбжеІэ зэрызагъэхъуж Іэмал зыбжанэ къызэригъуэтар икІи сыт къыхих хъунуми къоупщІ. А Іэмалхэм теухуауэ еплъыкІэ гуэр уиІэми, уэ удохутыркъым икІи а узыр зэрыгъэхъужын хуейм ухуеджакъым. Аращи, уи ныбжьэгъум псом нэхърэ нэхъыфІу хуэпщІэфынур — абы дохутырыфІ къигъуэтыну удэІэпыкъуныращ.

6. Чэнджэщ ттын ипэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчымэ нэхъыфІ?

6 Зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ фІыуэ хэтщІыкІыу икІи чэнджэщыфІ ттыфыну дигугъэмэ-щэ? Абы щыгъуи занщІэу чэнджэщ ттыну дымыпІащІэмэ нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ? Притчи 15:28, Гъэсэпэтхыдэхэм мыпхуэдэу итщ: «ЗахуащІэм и жэуапыр сыт щыгъуи зэпешачэр». Абы къыхэкІкІэ, дэ жытІэнур тщІэми, япэ щІыкІэ а Іуэхум теухуауэ куууэ дыхэплъэмэ, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ икІи псоми фІыуэ дегупсысмэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ ди чэнджэщыр Иеговэ и еплъыкІэм нэхъыбэу техуэнущ. Мы гупсысэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ бегъымбар Нафан и щапхъэм дыхэплъэнщ.

7. Нафан и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

7 Пащтыхь Даут бегъымбар Нафан жриІауэ щытат Иеговэ и унэшхуэр ищІыну зэрыхуейр. Нафан занщІэу абы мыпхуэдэу жриІащ: «Уигу илъ псори щІэ». Ауэ абы жиІар Алыхьым и мурадым техуэтэкъым. Даут чэнджэщ иритын ипэ Нафан Иеговэ и еплъыкІэр къищІэн хуеят (1 Лет. 17:1—4). Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ чэнджэщ щхьэкІэ зыгуэрым зыкъыщытхуигъазэм деж жэуап еттыну дымыпІэщІэным Іущагъ зэрыхэлъыр (Екъуб 1:19).

8. Чэнджэщ ттыну дымыпІэщІэным иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иІэ?

8 Чэнджэщ ттын ипэ фІыуэ дыгупсысэн щІыхуейм иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым чэнджэщ ептауэ жытІэнщ. Ар а чэнджэщым едаІуэри икІэм-икІэжым абы зы Іей гуэр къыпэкІуащ. Абы щыгъуэ къэхъуам уэри уи ягъэ хэлъу жыпІэ хъунущ. Аращи, чэнджэщ ттыну дымыпІэщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.

КЪЫДЭМЫЛЪЭІУАУЭ ЧЭНДЖЭЩ ТТЫН ЩЫХУЕЙМ ДЕЖ

9. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ ятын ипэ сыт зэхагъэкІын хуейр? (Галатие 6:1).

9 Иныкъуэхэм деж къуэшым е шыпхъум гуэныхьым хуэзышэн лъэбакъуэхэр ичу щІидзамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы чэнджэщ иратын хуейщ. (Къеджэ Галатие 6:1.) Абы гуэныхь хьэлъэ имыщІауэ, ауэ Іущагъ зыхэмылъ унафэхэр къищтэу икІи гъуэгу шынагъуэм теувауэ щытыфынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэныр — апхуэдэ цІыхум гъуэгу пэжым темыкІыу тетыну дэІэпыкъуныращ (Екъуб 5:19, 20). Ауэ чэнджэщ ятын ипэ, абыхэм зэхагъэкІын хуейщ къуэшым е шыпхъум гуэныхьым ухуэзышэ лъэбакъуэхэр пэж дыдэу ичарэ имычарэ. Иджыри абыхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым: цІыхум къищтэ унафэхэм езыхэр арэзы темыхъуэми, абы къикІкъым, а цІыхум Иеговэ игу иримыхьын гуэр ищІэу (Рим 14:1—4). НтІэ, къуэшым е шыпхъум пэж дыдэу Иеговэрэ абырэ я зэхущытыкІэм зэран хуэхъун гуэр ищІэмэ-щэ? Абы щыгъуэ сыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэн хуейр?

10—12. Зэхуэсым и нэхъыжьым къемылъэІуауэ чэнджэщ щитым деж сыт ищІэн хуейр? (Сурэтхэми феплъ.)

10 КъомылъэІуауэ чэнджэщ птыну егъэлеяуэ гугъущ. Сыт щхьэкІэ? Апостол Паул зэрыжиІамкІэ, апхуэдэ цІыхум зэрыщыуэр къыгурымыІуэу щытыфынущ. Аращи, а цІыхум чэнджэщыр нэхъ тыншу зыхилъхьэн щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм япэ щІыкІэ ар хуагъэхьэзырын хуейщ.

11 КъомылъэІуауэ чэнджэщ птыныр щІы быдэм къэкІыгъэ къызэрыщыбгъэкІым ебгъэщхь хъунущ. МэкъумэшыщІэм зыгуэр хисэн ипэ, щІыр етІ икІи егъэщабэ. ИужькІэ жылэр хесэри, псы щІекІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьми апхуэдэ лъэбакъуэ дыдэхэр еч. Япэ щІыкІэ абы щІыр игъэхьэзыру жыпІэ хъунущ хуэкІуэ зэман къыхихыу, къуэшым епсэлъэну зэрыхуейр жриІэмэ икІи абы дэІэпыкъуну зэрыхуейр зыхригъащІэмэ. Зэхуэсым и нэхъыжьыр зэхэщІыкІ зыхэлъ икІи цІыху гуапэу яцІыхумэ, абы къыбгъэдэкІ чэнджэщхэр къуэш, шыпхъухэм нэхъ тыншу зыхалъхьэфынущ.

12 Зэхуэсым и нэхъыжьыр къуэшым хуэза иужь адэкІи «щІыр зэригъэщэбэным» хущІэкъунущ. Псалъэм папщІэ, абы жиІэ хъунущ дэ псоми зэман-зэманкІэрэ щыуагъэ гуэрхэр зэрытщІэр икІи чэнджэщ дызэрыхуэныкъуэр (Рим 3:23). Зэхуэсым и нэхъыжьым Библиер къигъэсэбэпу щабэу, пщІэ хэлъу къуэшым иригъэлъэгъунущ абы сыт хуэдэ щыуагъэ ищІэми. Къуэшым и щыуагъэр къыгурыІуэжа иужь, зэхуэсым и нэхъыжьым «жылэр хисэнущ» — нэгъуэщІу жыпІэмэ, къуэшым къыгуригъэІуэнущ и щыуагъэр игъэзэкІуэжын щхьэкІэ, сыт ищІэн хуейми. ИкІэм-икІэжым зэхуэсым и нэхъыжьым «жылэм псы щІикІэнущ» — нэгъуэщІу жыпІэмэ, къуэшым щытхъунущ икІи и гъусэу Иеговэ зыхуигъэзэнущ (Екъуб 5:15).

Мы сурэтхэм къуэшым чэнджэщ езыт зэхуэсым и нэхъыжьыр ирагъэщхь щІы быдэм зыгуэр къыщызыгъэкІыну хуей мэкъумэшыщІэм: 1) щІыр гъэхьэзырын; мэкъумэшыщІэм щІыр етІ — зэхуэсым и нэхъыжьыр къуэшым щабэу йопсалъэ; 2) жылэр хэсэн; мэкъумэшыщІэм игъэщэба щІым жылэр хесэ — зэхуэсым и нэхъыжьым Библиер къигъэсэбэпу къуэшым йопсалъэ; 3) псы щІэкІэн; мэкъумэшыщІэм жылэ хисам псы щІекІэ — зэхуэсым и нэхъыжьым къуэшым и гъусэу тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуегъазэ.

КъомылъэІуауэ чэнджэщ птын щхьэкІэ лъагъуныгъэрэ бгъэдыхьэкІэ тэмэмрэ ухуейщ (10—12 абзацхэм феплъ.)


13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу зэрызэхагъэкІ хъунур цІыхум ирата чэнджэщыр къыгурыІуарэ къыгурымыІуарэ?

13 Иныкъуэхэм деж цІыхум жепІэр зыщ, ауэ абы зэхихыр нэгъуэщІщ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм цІыхум ирата чэнджэщыр къыгурыІуарэ къыгурымыІуарэ зэхагъэкІын хуейщ. Апхуэдэм деж фІыуэ зэгупсыса упщІэхэр абыхэм къадэІэпыкъунущ (Эккл. 12:11). ЦІыхум жэуап итымкІэ гурыІуэгъуэ хъунущ абы ихъуэжын хуейри, ар щІихъуэжын хуейм и щхьэусыгъуэри къыгурыІуарэ къыгурымыІуарэ.

ЧЭНДЖЭЩЫР ИГЪУЭУ ИКІИ ТЭМЭМУ ТЫН ХУЕЙЩ

14. Дыгубжьауэ чэнджэщ ттын щІыхуэмейр сыт?

14 Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ дэ иныкъуэхэм деж псалъэкІэ е ІуэхукІэ нэгъуэщІхэм я жагъуэ дощІ (Кол. 3:13). Уеблэмэ, Библием жеІэ дэ зэман-зэманкІэрэ зыр зым дызэрыхуэгубжьыр (Еф. 4:26). Ауэ дыгубжьауэ чэнджэщ тты хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «цІыхур губжьмэ, Тхьэм дежкІэ щыпкъагъэ илэжьыркъым» (Екъуб 1:20). ЦІыхум губжьауэ чэнджэщ итмэ, и сэбэпым нэхърэ и зэрану къикІынур нэхъыбэщ. НтІэ, абы къикІыу пІэрэ дыкъэзыгъэгубжьа цІыхум ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ жетІэ мыхъуну? ДауикІ, къикІкъым. Ауэ япэ щІыкІэ дыупщІыІужыху дежьэн хуейщ. АбыкІэ щапхъэфІ зыгъэлъэгъуар Іэиуб чэнджэщыфІ езыта Елиуйщ.

15. Елиуй сыткІэ щапхъэ тетх хъуну? (Сурэтми феплъ.)

15 Іэиуб и ныбжьэгъуищым къытралъхьа пцІым жэуап зэраритым Елиуй махуэ зыбжанэкІэ едэІуащ. Абы Іэиуб и фІэгуэныхь хъут, ауэ икІи хуэгубжьт. Елиуй игу ирихьакъым ар и щхьэм фІэкІа емыгупсысу, Алыхьым нэхърэ нэхъ захуэу жиІэу зэрыщытар. Ауэ ар псалъэмакъым хэІэбакъым икІи псэлъэну и чэзур къыщысам щабэу, пщІэ хэлъу Іэиуб епсэлъащ. Абы и фІыгъэкІэ Елиуй Іэиуб чэнджэщыфІ иритыфащ (Иов 32:2; 33:1—7). Мы Іуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс дэтхэнэ зыми хэтхыфынущ: чэнджэщыр игъуэу икІи лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу ттын хуейщ (Эккл. 3:1, 7).

Елиуй гущІэгъу хэлъу уэшын уз зиІэ Іэиуб жиІэм йодаІуэ.

Елиуй Іэиуб хуэгубжьами, занщІэу чэнджэщ иритыну хэтакъым. Абы упщІыІужыху зиІэжьати, щабэу икІи пщІэ хэлъу Іэиуб епсэлъэфащ (15 абзацым феплъ.)


ЧЭНДЖЭЩ ЗЭРЫТТЫНЫМ ИКІИ КЪЫЗЭРЫДАТЫНЫМ ДИ ГУР ТЕДУХУЭНЩ

16. Псалом 32:8 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

16 Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ мы псалъэхэр итщ: «Чэнджэщ уэстынщ икІи сыпкІэлъыплъынщ». (Къеджэ Псалом 32:8.) Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ дигъэсэн зэи зэрыщимыгъэтынур. Абы Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къызэрыдитым нэмыщІ ахэр къэдгъэсэбэпынуи къыддоІэпыкъу. Ар ди дежкІэ сыту щапхъэшхуэ! Дэ зыгуэрым чэнджэщ щеттым деж ар адэкІи дгъэгушхуэ икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр абы къищтэну дыдэІэпыкъу хъунущ.

17. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием тегъэщІауэ чэнджэщ пыухыкІахэр къыщыдатым деж сыт дэ зыхэтщІэр? (Исайя 32:1, 2).

17 Ди зэманым, псом хуэмыдэу, чэнджэщыфІхэм дыхуэныкъуэщ (2 Тим. 3:1). Библием зэхуэсым и нэхъыжьхэр «къумым щыІэ псыежэхым» ирегъэщхь. (Къеджэ Исайя 32:1, 2.) Сыт щхьэкІэ? Абыхэм Библием тегъэщІауэ, пыухыкІауэ къыдат чэнджэщхэм Иеговэ дыхуэлэжьэну къару къытщІалъхьэж. Зэхэтхыну дызыхуейр зыщІэ, ауэ дызыхуэныкъуэ дыдэр къыджезыІэ ныбжьэгъухэр ди дежкІэ тыгъэшхуэщ. Абыхэм я псалъэхэр «дыжьын тхыпхъэ зыхэлъ дыщэм къыхэщІыкІа мыІэрысэм хуэдэщ» (Прит. 25:11). Сыту мыхьэнэшхуэ иІэ чэнджэщыфІхэр ттыфу икІи апхуэдэ чэнджэщхэм дедэІуэфу зедгъэсэным.

СЫТ ЗЫЩЫДГЪЭГЪУПЩЭН ХУЭМЕЙР...

  • чэнджэщ еттыну зыгуэр къыщыдэлъэІум деж?

  • къыдэмылъэІуауэ чэнджэщ зыгуэрым еттын щыхуейм деж?

  • зыгуэрым дыщыхуэгубжьым деж?

109 УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын