30 СТАТЬЯР
97 УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу
Илъэс куэд ипэ къэтщІа Библием ит пэжхэм ноби сэбэпынагъ къытхуахьыфыну пІэрэ?
«А Іуэхухэр влэжьу икІи щыпкъагъэу фиІэм быдэу фытет пэтми, ахэр фи гум сыт щыгъуи къэзгъэкІыжынущ» (2 ПЕТ. 1:12).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Илъэс куэд ипэ къэтщІа Библием ит пэжхэм нобэ къыхэтх хъуну дерсхэм.
1. Библием ит пэжхэм дапхуэдэу уи гъащІэр зэрахъуэжар?
БИБЛИЕМ ит пэжхэм ди гъащІэр яхъуэжащ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр къыщытщІам щыгъуэ, ар ди ныбжьэгъугъэм щІэдзапІэ хуэхъуащ (Ис. 42:8). Ди лІахэр гугъу зэремыхьыр къыщытщІам, абы гузэгъэгъуэ къыдитащ (Эккл. 9:10). Абы нэмыщІ дунейр жэнэт зэрыхъужынур икІи гъащІэ мыухыж диІэу дызэрыпсэунур къыщытщІам, ди къэкІуэным щхьэкІэ дыщІэгузэвэн зэрыщымыІэр къыдгурыІуащ (Пс. 37:29; 90:10).
2. 2 Петр 1:12, 13 ит псалъэхэм дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр Алыхьым куэд щІауэ хуэлажьэхэри Тхыгъэ ЛъапІэм ит пэжхэм куууэ егупсысыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр?
2 Зэманыр кІуэтэху Библием ит пэжхэм десэжу, абыхэм мыхьэнэшхуэ едмытыжу дыхъуфынущ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ. Апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитха етІуанэ письмор щапхъэу къэтхьынщ. (Къеджэ 2 Петр 1:12, 13.) А зэхуэсым щыщхэр куэд щІауэ пэжым тету псэуми, Петр фІы дыдэу ищІэт егъэджакІуэ нэпцІхэмрэ цІыху бзаджэхэмрэ абыхэм я фІэщхъуныгъэр зэтракъутэну зэрыхэтынур (2 Пет. 2:1—3). Къуэш, шыпхъухэр апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыфын щхьэкІэ, Петр абыхэм куэд щІауэ ящІэ пэжхэр ягу къигъэкІыжу, я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну хуейт. Тхыгъэ ЛъапІэм ит пэжхэм куууэ зэрегупсысыр абыхэм къадэІэпыкъунут и кІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къэнэну.
3. Дэ псори Библием ит пэжхэм куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэфхь.
3 Библием ит пэжхэр дэ куэд щІауэ тщІэми, абы къикІкъым абыхэм щІэ гуэр хэдмылъэгъуэфыну. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Іэзэу пщафІэмрэ куэд мыщІэу пщэфІэн щІэзыдзамрэ шхыным хэлъхьапхъэр зэщхьу иратауэ жытІэнщ. ПщэфІэн щІэзыдзагъащІэм елъытауэ, Іэзэу пщафІэм шхыныр ІэфІу икІи хъуэпсэгъуэу ипщэфІынущ. Иеговэ и лэжьакІуэхэм щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Куэд щІауэ Алыхьым хуэлажьэхэмрэ абы хуэлэжьэн щІэзыдзагъащІэхэмрэ Библием ит пэжхэм зэреплъыр зэхуэдэкъым. Псым зэрызыщІэбгъауэрэ уи Іуэхур зыІутымрэ организацэм щыбгъэзащІэ къалэнхэмрэ захъуэжауэ къыщІэкІынущ. Иджыпсту уи Іуэхур зыІутым теухуауэ Библием ит пэжхэм уегупсысмэ, япэм гу зылъомыта дерсхэр абыхэм къыхэпхыфынущ. Апхуэдэ пэжищым дыхэплъэнщи къэтщІэнщ Алыхьым куэд щІауэ хуэлажьэхэм абыхэм къыхуахьыфыну сэбэпынагъым.
ПСОРИ КЪЭЗЫГЪЭЩІАР ИЕГОВЭЩ
4. Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуа пэжым дапхуэдэу ди гъащІэр зэрихъуэжар?
4 «Псори зыщІар Тхьэращ» (Евр. 3:4). Дэ зэрытщІэщи, ЩІыри абы гъащІэ зэрыщыІэри зи фІыгъэр лъэкІыныгъэшхуэрэ Іущагъышхуэрэ зиІэ Алыхьыращ. Дэ дыкъэзыгъэщІар аращ икІи дэ ттеухуауэ абы псори ещІэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэращи, Иеговэ дэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи насыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ дызыхуэныкъуэр ещІэ. Алыхьым псори къызэригъэщІам теухуа пэжым ди гъащІэр зэрыщыту ихъуэжри, абы мыхьэнэ иІэу ищІащ.
5. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну? (Исайя 45:9—12).
5 Иеговэ псори къызэригъэщІар зэрытщІэжыр къыддэІэпыкъунущ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъыну. Псалъэм папщІэ, Іэиуб и щхьэм куэдыІуэу егупсысу икІи Алыхьым нэхърэ езыр нэхъ захуэу щыжиІэм, Иеговэ абы упщІэ зыбжанэ иритащ (Иов 38:1—4). А упщІэхэм Іэиуб игу къагъэкІыжащ Иеговэ лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэр, псори къызэригъэщІар икІи ар сыт щыгъуи зэрызахуэр. Зыри егупсысын хуейкъым Алыхьым нэхърэ езыр нэхъ Іущу. Бегъымбар Ешайа и псалъэхэри абы щыхьэт тохъуэ: «ЯтІагъуэм кхъуэщыныщІым жриІэну: „Сыт уэ пщІэр?“». (Къеджэ Исаия 45:9—12.)
6. Сытым деж псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ щиІэр Иеговэ и Іущагъымрэ и щІыхьышхуэмрэ дегупсысыным? (Сурэтхэми феплъ.)
6 Илъэс куэд хъуауэ Алыхьым хуэлажьэ цІыхур Иеговэрэ абы и Псалъэмрэ и кІэм нэс дзыхь хуищІыным ипІэкІэ, езым и щхьэм щыгугъыжу хъуфынущ (Иов 37:23, 24). Ауэ Иеговэ и Іущагъ гъунэ зимыІэмрэ и щІыхьышхуэмрэ ар егупсысмэ-щэ? (Ис. 40:22; 55:8, 9). Иеговэ псори къызэригъэщІам теухуа пэжыр абы къыдэІэпыкъунущ цІыху Іэдэбу къэнэну. Дэ дбгъэдэлъ Іущагъыр Алыхьым и Іущагъым куэдкІэ къызэрыкІэрыхур къыдгурыІуэмэ, Іуэху гуэрым теухуауэ диІэ еплъыкІэр псом нэхърэ нэхъ тэмэму къэтлъытэнукъым.
Ди еплъыкІэм нэхърэ нэхъ захуэ щымыІэу къэдмылъытэну сыт къыддэІэпыкъунур? (6 абзацым феплъ.)d
7. Ди организацэм ищІ зэхъуэкІыныгъэхэм арэзы техъуэну Рахелэ сыт къыдэІэпыкъуар?
7 Словением щыщ ди шыпхъу Рахе́лэ и щапхъэм дыхэплъэнщ. Иеговэ псори къызэригъэщІам зэрегупсысыр абы къыдоІэпыкъу ди организацэм ищІ зэхъуэкІыныгъэхэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэну. Ар къыддогуашэ: «Иныкъуэм деж дэлъхухэм ящІ унафэхэм арэзы сытехъуэну къызогугъуэкІ. Псалъэм папщІэ, 2023 гъэм УнафэщІ гупым жьакІэм теухуауэ ищІа унафэм иужь, дэлъхум жьакІэ тету псалъэ жиІэу япэу щыслъэгъуам, абы сыкъигъэуІэбжьащ. Абы къыхэкІкІэ сэ Иеговэ селъэІут а зэхъуэкІыныгъэм сесэну къыздэІэпыкъуну». Рахелэ къыгурыІуащ уафэри щІылъэри къэзыгъэщІа Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу зэрищІэр и организацэр дапхуэдэу иунэтІынуми. Уэри ди организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм арэзы утехъуэну къогугъуэкІмэ, зэман къыдэгъэкІи, Алыхьым и Іущагъымрэ и къаруушхуэмрэ Іэдэбагъ пхэлъу куууэ егупсыс (Рим 11:33—36).
АЛЫХЬЫМ ГУГЪУЕХЬХЭР ЩІЫЩИГЪЭІЭР
8. Дапхуэдэу дэ къызэрыддэІэпыкъур Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр зэрытщІэр?
8 Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр сыт? Языныкъуэхэм мы упщІэм и жэуапыр къыщамыгъуэтым деж, Алыхьым хуогубжь е ар щымыІэххэу къащохъу (Прит. 19:3). Ауэ дэ дощІэ ди гугъуехьхэр Алыхьым къыттрилъхьэ тезыру зэрыщымытыр. Дэ псори гугъу дыщІехьым и щхьэусыгъуэр гуэныхь зэрытхэлъыращ. Абы нэмыщІ дэ дыщыгъуазэщ Иеговэ иджыри къыздэсым Іейм кІэ щІримытым и щхьэусыгъуэм. Абы игъэлъагъуэ шыІэныгъэшхуэм и фІыгъэкІэ, мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Іэмал яІэщ Алыхьым ныбжьэгъу хуэхъуну икІи Іейр зэригъэкІуэдыжыр я нэкІэ ялъэгъуну (2 Пет. 3:9, 15). А пэжхэр зэрытщІэм дэ гупсэхугъуэ къыдет, Алыхьми нэхъ гъунэгъу дыхуещІ.
9. Сытым деж псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ щиІэр Иеговэ гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэм дегупсысыным?
9 Дэ къыдгуроІуэ Иеговэ ди гугъуехьхэр псори щыІуихыжыну зэманым шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэн зэрыхуейр. Ауэ фІыуэ тлъагъу цІыхур лІэныгъэм тІэщІихамэ е ди унагъуэм щыщхэм захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыхущытмэ, щхьэ апхуэдизрэ Иеговэ къыхэмыІэбэрэ жытІэу дегупсысыфынущ (Авв. 1:2, 3). Апхуэдэ гурыщІэхэр диІэмэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм я гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр дигу къэдгъэкІыжын хуейщ (Пс. 34:19)a. Абы нэмыщІ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ гъащІэ дахэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. А зэманым гугъуехьхэр зыри щыІэжынукъым.
10. Зи анэр зыфІэкІуэда Энн гупсэхугъуэ къезытыр сыт?
10 Иеговэ гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр зэрытщІэр къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ гуауэми гузэвэгъуэми дыпэлъэщыну. Индийскэ тенджызым щыІэ Майо́ттэ хытІыгум щыпсэу Энн къыддогуашэ: «Илъэс зыбжанэкІэ узэІэбэкІыжмэ си анэр дунейм ехыжащ. А зэманыр сэ хуабжьу къыстехьэлъащ. Ауэ сэ сыт щыгъуи сигу къэзгъэкІыжт къэхъуамкІэ Иеговэ зэрымыкъуаншэр. Алыхьыр хуейщ зыри афІэкІа гугъу емыхьыжыну. Ди лІахэр къигъэтэджыжыну абы дыкъегъэгугъэ. А къэсщІа пэжхэм сызэрегупсысым си гум мамырыгъэрэ гузэгъэгъуэрэ кърелъхьэ».
11. Иеговэ гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр зэрытщІэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур хъыбарыфІыр дгъэІуну?
11 Иеговэ гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэр зэрытщІэм дыхуегъэуш хъыбарыфІыр дгъэІуну. Апостол Петр зэритхащи, Иеговэ шыІэныгъэ егъэлъагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар хуейщ цІыхухэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжу къелыну. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящІэн хуейм Петр адэкІэ топсэлъыхь: «Фигу къабзэу Тхьэм фыфІэлІыкІыу фыпсэун хуейщ» (2 Пет. 3:11). Алыхьыр къызэрытщыгугъ Іуэхухэм ящыщ зыщ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур. Ди Адэ Иеговэ хуэдэу, дэри цІыхухэр фІыуэ долъагъу икІи дыхуейщ ахэр Алыхьым иухуэжыну дунеищІэм щыпсэуну. Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм Іэмал ярет абы хуэлэжьэн щІадзэну. Егупсысыт: уэ Иеговэ удолажьэ икІи цІыхухэм уадоІэпыкъу мы дунейм и кІэр къэмыс щІыкІэ Алыхьым теухуа пэжыр къащІэну! (1 Кор. 3:9).
ДЭ «ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭМ» ДЫЩОПСЭУ
12. «Иужьрей махуэхэм» теухуауэ Библием итыр гъэзэщІа зэрыхъум сыт ди фІэщ ищІыр?
12 «Иужьрей махуэхэм» цІыхухэр зэрыщытынум теухуауэ Библием итыр пэж дыдэщ (2 Тим. 3:1—5). Ар къызэрыхъур дэ ди нэкІэ долъагъу. Нобэ цІыхухэм я щытыкІэр кІуэтэхукІэ нэхъ Іей мэхъу. Абы иджыри зэ ди фІэщ ещІ Алыхьым и Псалъэм дзыхь зэрыхуэтщІ хъунур (2 Тим. 3:13—15).
13. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыж хъуну? (Лука 12:15—21).
13 Иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур тщІэжмэ, псом нэхърэ нэхъапэм ди гури ди акъылри тедухуэнущ. Лука 12:15—21 (къеджэ) ит Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарми а гупсысэр къыхощ. А лІы бейр «акъылыншэу» щІыжиІэр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр мылъкушхуэ зэрыбгъэдэлъыракъым, атІэ и зэманыр Іущагъ хэлъу къызэримыгъэсэбэпыращ. Абы и щхьэрат мылъку щІызэригъэпэщыр, «Тхьэм дежкІэ мылъкушхуэ» зэриІэным ар хущІэкъутэкъым. А цІыхухъум мурадышхуэхэр зэрищІыр акъылыншагъэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым абы къыжриІат: «Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ». Сыт хуэдэ дерс а ущие хъыбарым хэлъыр? Мы дуней бзаджэм и кІэр къэсыным зэман мащІэщ къэнэжар. Абы къыхэкІкІэ узэупщІыж хъунущ: «Сыт хуэдэ мурадхэр згъэуврэ? Псом нэхърэ нэхъапэм си гури си акъылри тезухуа? Сыт хуэдэ мурадхэр ягъэувыну си бынхэр хуэзгъэушрэ? Си зэманыр, си къарур, си мылъкур сытым тезгъэкІуадэрэ: си щхьэр зэрызгъэтыншыныра хьэмэрэ уафэм мылъкушхуэ зэрыщызэхуэсхьэсыныра?»
14. Иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэум дызэрегупсысым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?
14 Иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур зэрытщІэжыр къыддоІэпыкъу мурадыфІхэр дгъэувыну. Ди шыпхъу Ми́ки и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар къыддогуашэ: «Сэ псэущхьэхэр фІыуэ слъагъути, мурад сщІат школыр къэзухмэ зоологическэм сыщІэтІысхьэну. Ауэ сэ иджыри си мурадт общэ пионер сыхъуу, дэІэпыкъуэгъу здыхуэныкъуэ щІыпІэм сыІэпхъуэну. А зэманым Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ си ныбжьэгъухэм срагъэгупсысащ еджапІэр Алыхьым гъунэгъу сыхуэзыщІыну мурадхэм зэран зэрыхуэхъуфынум. Абыхэм сигу къагъэкІыжащ дыщыпсэу дунейм къыхуэнэжар зэрымащІэр. Жэнэтым сэ Іэмал куэд щызиІэнущ сызыхуей дэтхэнэ зы псэущхьэми теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну. Абы къыхэкІкІэ сэ мурад сщІащ щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзмыгъэгъуэту, зэман кІэщІкІэ екІуэкІ курсхэр къэзухыну. Абы иужькІэ общэ пионеру сылэжьэну Іэмал къызэзыт лэжьапІэ сэ къэзгъуэтащ. Иджыри зэман гуэр дэкІри, сэ Эквадор къэралым хъыбарыфІыр щызгъэІуну сыІэпхъуащ». Иджыпсту Микирэ и щхьэгъусэмрэ а къэралым районнэ лэжьыгъэр щрахьэкІ.
15. ЦІыхухэм занщІэу хъыбарыфІыр къызэрамыщтэр ди гум едгъэжэлІэн щІыхуэмейр сыт? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтхэми феплъ.)
15 ЦІыхухэм занщІэу хъыбарыфІыр къызэрамыщтэр уи гум йомыгъэжалІэ. Абыхэм захъуэжынкІэ хъунущ. Хьисэ и къуэш Екъуб дигу къэдгъэкІыжынщ. Ар Хьисэ и гъусэу къэхъуащ, абы илэжьа телъыджэ Іуэхухэри и нэгу щІэкІащ. Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр Хьисэ деж гъэзэщІа зэрыхъуар абы илъэгъуащ. Абы нэмыщІ Екъуб дежкІэ наІуэт Хьисэ хуэдэ егъэджакІуэфІ зэрыщымыІэр. Ауэ ар занщІэу Хьисэ и лъэужь иувакъым, атІэ Зиусхьэныр лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужьщ а лъэбакъуэр щичар. ИужькІэ Екъуб жыджэру Алыхьым хуэлажьэу щІидзащ!b (Ин. 7:5; Гал. 2:9). Абы къыхэкІкІэ уи благъэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым иджыпсту къемыдаІуэмэ, уи гугъэр хомыхыж. Абы нэмыщІ япэм къомыдаІуэу щыта цІыхухэм я деж укІуэн щомыгъэт. Дэ иужьрей махуэхэм дыщопсэури, псом хуэмыдэу иджыпсту хъыбарыфІыр дгъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Нобэ цІыхухэм яжетІэ хъыбарым иужькІэ я гъащІэр къригъэлыфынущ. Дэ яжетІауэ щытар гузэвэгъуэшхуэ зэманым ягу къэкІыжмэ, унафэ пэж къащтэну абыхэм иджыри Іэмал яІэну къыщІэкІынщc.
Ди благъэхэм занщІэу хъыбарыфІыр къызэрамыщтэм щхьэкІэ ди Іэр едмыхьэхыну сыт къыддэІэпыкъунур? (15 абзацым феплъ.)e
ИЕГОВЭ УИГУ КЪИГЪЭКІЫЖЫР ЛЪАПІЭУ ЛЪЫТЭ
16. Библием ит пэжхэр къэтпщытэжыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр? («ЦІыхур зэребгъаджэ хъуну Іэмэпсымэхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
16 Иеговэ и организацэм духовнэ шхыныгъуэ куэд къыдет. Абы щыщу иныкъуэр зыхуэгъэзар Иеговэ и Щыхьэту щымытхэращ. Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэ къэс дызэдаІуэ гъэхьэзыра псалъэхэр, jw.org сайтым илъ языныкъуэ статьяхэмрэ видеохэмрэ, абы нэмыщІ ягуэш журналхэр. Ахэр зытепсэлъыхьыр дэ фІыуэ тщІэми, а пэжхэр къэтпщытэжыным ди дежкІэ сэбэпынагъышхуэ хэлъщ. Библием ит пэжхэр дэ къыддоІэпыкъу Иеговэ нэхъыфІыжу тлъагъуну, абы и Псалъэм нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІыну икІи адрейхэр зэредгъаджэр едгъэфІэкІуэну (Пс. 19:7).
17. Сытым деж мыхьэнэшхуэ щиІэр Библием ит пэжхэм уегупсысыным?
17 Библием ит пэжхэр къызэрыдгурыІуэр зэрефІакІуэм дэ дегъэгуфІэ. Ауэ Иеговэ къыщытцІыхуа къудейм абы гъунэгъу дыхуэзыщІа пэжхэри лъапІэу тлъытэн щыдгъэткъым. Ди организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм арэзы утехъуэну къохьэлъэкІмэ, Іэдэбагъ зыхэгъэлъ икІи уигу къэгъэкІыж ди организацэр къаруушхуэрэ Іущагъышхуэрэ зыбгъэдэлъ икІи псори къэзыгъэщІа Иеговэ зэриунэтІыр. Уэ езыр е уи благъэр гъэунэхуапІэ фихуамэ, шыІэныгъэ зыхэгъэлъ икІи Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэм и щхьэусыгъуэм егупсыс. Уи зэманыр, уи къарур, уи мылъкур зытебгъэкІуэдэным теухуауэ унафэ щыпщІкІэ иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур зыщумыгъэгъупщэ. УиІэ псор пэж дыдэу мыхьэнэ зиІэм тебгъэкІуадэмэ нэхъыфІщ. Иеговэ уигу къигъэкІыжыр адэкІи лъапІэу лъытэ. Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэм къарурэ Іущагърэ къыуитынущ икІи абы пэжу ухуэлэжьэну къыбдэІэпыкъунущ.
95 УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу
a «Почему страданий скоро не будет» жыхуиІэ статьям феплъ. Ар къыщывгъуэтынущ 2007 гъэм, майм и 15 къыдагъэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 21—25 напэкІуэцІхэм.
c «Иеговэ гузэвэгъуэшхуэ зэманым дапхуэдэу хьэкум зэрищІынур?» жыхуиІэ статьям феплъ. Ар къыщывгъуэтынущ 2024 гъэм, майм къыдагъэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 8—13 напэкІуэцІхэм.
d СУРЭТЫМ ИТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я зэІущІэм зы къуэшым и еплъыкІэр жеІэ, ауэ адрейхэр абы жиІэм арэзы техъуэкъым. ИужькІэ а къуэшыр уафэм доплъей икІи Иеговэ и Іущагъымрэ и щІыхьымрэ йогупсыс. Абы къыгуроІуэ Иеговэ и Іэмырыр гъэзэщІа хъуныр псом нэхърэ зэрынэхъапэр.
e СУРЭТЫМ ИТЫР. Иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэум теухуауэ Библием итыр ди шыпхъум едж. ИужькІэ абы мурад ещІ Иеговэ хуэмылажьэ и шыпхъум хуищІу къищІамкІэ дэгуэшэну.