34 СТАТЬЯР
3 УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар быдэу уи фІэщ щІы
«Си гуэныхьхэр уэ къысхуэбгъэгъуащ» (ПС. 32:5).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Библием къыдгурегъаІуэ ди гуэныхьхэм дыщыхущІегъуэжым деж Иеговэ къызэрытхуигъэгъур. Ар ди фІэщ тщІыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
1, 2. Иеговэ ди гуэныхьхэр къыщытхуигъэгъум деж сыт зыхэтщІэр? (Сурэтми феплъ.)
ПАЩТЫХЬ Даут япэм ищІа щыуагъэхэм щхьэкІэ и щхьэр игъэкъуэншэжт икІи абы хуабжьу гугъу иригъэхьт (Пс. 40:12; 51:3, псалъащхьэм тетыр). Ауэ Даут Иеговэ къызэрыхуигъэгъуар къыщыгурыІуам насыпыфІэ хъужащ (2 Сам. 12:13; Пс. 32:1).
2 Дэри Иеговэ и гущІэгъушхуэр зыхэтщІэфынущ. Ди гуэныхьхэр хьэлъэу щытми, Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр пщІэну сыту гупсэхугъуэ! Абы щхьэкІэ дэ гурэ псэкІэ ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжын икІи ди щыуагъэхэр къыдгурыІуэжу, адэкІэ апхуэдэу зэрыдмыщІэным къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ (Прит. 28:13; Апост. 26:20; 1 Ин. 1:9). Иеговэ ди щыуагъэхэр къытхуигъэгъуа иужь, ар дигу къызэримыгъэкІыжым икІи абыхэм щхьэкІэ тезыр къызэрыттримылъхьэм дэ хуабжьу дегъэгуфІэ (Иез. 33:16).
Пащтыхь Даут Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ псалом куэд зэхилъхьащ. (1, 2 абзацхэм феплъ.)
3, 4. 1) Ди зы шыпхъум псым зыщІигъэуа иужь сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Иныкъуэхэм деж Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ тщІыну гугъущ. Апхуэдэ гугъуехь пэщІэхуащ Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэм къыщыхъуа Дже́ннифер. Ар щыныбжьыщІэм щыгъуэ и адэ-анэм ямыщІэу Іуэху мыхъумыщІэхэр ищІэу щІидзащ. Илъэс зыбжанэ дэкІри абы Иеговэ деж къигъэзэжащ икІи и гъащІэр ихъуэжри псым зыщІигъэуащ. Абы жеІэж: «Сэ зэхуэсыр къэзгъэна иужь ахъшэм, фадэм, зинэ щІэным зестащ. Абы щыгъуэ сэ егъэлеяуэ сыкъэгубжьыгъуафІэт. Ауэ иужькІэ си щыуагъэхэм сыхущІегъуэжри Иеговэ къысхуигъэгъуну гуащІэу селъэІуащ. АкъылкІэ сэ къызгурыІуэт Хьисэ и къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Алыхьым и пащхьэ къабзэ сызэрыщыхъужыфынур, ауэ ар си фІэщ сщІыну къызэгугъуэкІт».
4 Уэри япэм щыуагъэ пщІахэм щхьэкІэ Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар уи фІэщ пщІыну гугъуу щытынкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, пащтыхь Даут и щапхъэр уигу къэгъэкІыж. Абы Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр быдэу и фІэщ хъут. Иеговэ хуейщ дэри абы гущІэгъу зэрыхэлъым шэч лъэпкъ къытедмыхьэну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ тщІын щІыхуейм и щхьэусыгъуэхэр икІи сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунуми.
ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫТХУИГЪЭГЪУАР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫНЫМ СЫТ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР?
5. ШейтІаным сыт хуэдэ пцІы ди фІэщ ищІыну зыхуейр? Щапхъэ къэфхь.
5 Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ хъумэ, ШейтІаным и къапхъэным дихуэнукъым. Зыщыдгъэгъупщэнкъым, ШейтІаным сытри ищІэну хьэзырщ Иеговэ дыхуэлэжьэн щыдгъэтын щхьэкІэ. Абы и мурадыр къехъулІэн щхьэкІэ ди гуэныхьхэр егъэлеяуэ хьэлъэу икІи ар зэи Алыхьым къытхуимыгъэгъуну ди фІэщ ищІыну хэтщ. Дигу къэдгъэкІыжынщ ижь зэманым Коринф къалэм къыщыхъуа Іуэхугъуэр. Зинэ зэрищІам къыхэкІкІэ, зы цІыхухъу гуэр зэхуэсым хагъэкІат (1 Кор. 5:1, 5, 13). Куэд дэмыкІыу а цІыхухъур и гуэныхьым хущІегъуэжат, ауэ ШейтІаныр хуейт къуэш, шыпхъухэм абы хуамыгъэгъуну икІи къызэригъэзэжам щымыгуфІыкІыу, пхъашэу хущытыну. Ар иджыри хуейт зи гуэныхьым хущІегъуэжа цІыхум къыхуагъэгъуну хуэмыфащэу иригъэгупсысыну икІи «гухэщІыныгъэм» зэщІиубыдэу, Иеговэ хуэлэжьэн абы щигъэтыну. Ноби ШейтІаным и мурадми къигъэсэбэп Іэмалхэми захъуэжакъым, ауэ дэ «ар зэщэр дымыщІэу дыщыткъым» (2 Кор. 2:5—11).
6. Иеговэ къытхуигъэгъуа гуэныхьым щхьэкІэ зыдмыгъэкъуэншэжыну сыт къыддэІэпыкъунур?
6 Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ хъумэ, ди плІэм дэлъ хьэлъэр дэкІынущ. Дэ гуэныхь щытщІэм деж и нэхъыбэм дызэрыкъуаншэр зыхыдощІэ (Пс. 51:17). Ар тэмэмщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щыгъуэ ди щытыкІэр фІыкІэ тхъуэжыну гукъыдэж диІэ мэхъу (2 Кор. 7:10, 11). Дэ ди гуэныхьым куэд щІауэ дыхущІегъуэжауэ, ауэ ди гум иджыри дигъэкъуаншэу щытмэ, абы ди къарур тщІихыфынущ. Иеговэ дэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ хъумэ, афІэкІа зыдгъэкъуэншэн хуейкъым. Абы щыгъуэ, Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэфынущ — ди напэр къабзэу икІи ди гум хьэлъэ темылъу (Кол. 1:10, 11; 2 Тим. 1:3). Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ тщІыну къыдэгугъуэкІмэ, сыт дэ тщІэ хъунур?
ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫТХУИГЪЭГЪУАР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
7, 8. Иеговэ езым теухуауэ сыт Мусэ жриІар икІи сыт абы ди фІэщ ищІыр? (Исход 34:6, 7).
7 Иеговэ езым и щхьэм теухуауэ жиІэм егупсыс. Псалъэм папщІэ, уигу къэгъэкІыж Алыхьыр Синай бгым деж Мусэ зэрыщепсэлъарa. (Къеджэ Исход 34:6, 7.) Иеговэ хьэл-щэн дахэ куэд хэлъми, абы япэу зи гугъу ищІар «гу щабэу икІи гущІэгъу хэлъу» зэрыщытыращ. Егупсысыт: апхуэдэ Алыхьым зи гуэныхьым хущІегъуэжа и лэжьакІуэм хуимыгъэгъуу къигъэнэну? ДауикІ къигъэнэнукъым. Апхуэдэу гущІэгъуншэу икІи гу быдэу Иеговэ зэи щытыфынукъым!
8 Иеговэ зэи пцІы иупскъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар пэжым и Алыхьщ (Пс. 31:5). Аращи, абы жиІэ псори ди фІэщ тщІы хъунущ. Япэм пщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыбгъэкъуэншэжу щытмэ, мыпхуэдэу зэупщІыж: «Зи гуэныхьым хущІегъуэж дэтхэнэ зыми Иеговэ гущІэгъу хэлъу зэрыхуигъэгъур си фІэщ хъурэ? Ар си фІэщ хъумэ, абы си гуэныхьхэр къызэрысхуигъэгъуам шэч къыщІытесхьэн щхьэусыгъуэ сиІэ?»
9. Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ Псалом 32:5 итым сыт къыщытщІэр?
9 Алыхьым къызэрытхуигъэгъум теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэм куууэ егупсыс. Абы теухуауэ Даут жиІам деплъынщ. (Къеджэ Псалом 32:5.) Даут мыпхуэдэу итхащ: «Си гуэныхьхэр уэ къысхуэбгъэгъуащ». «Гъэгъун» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм иджыри къикІыфынущ «къэІэтын», «къэщтэн» икІи «къехьэкІын» жиІэу. Иеговэ Даут зэрыхуигъэгъуамкІэ и гуэныхьхэр къищтэу, Іуихауэ жыпІэ хъунущ. Абы щыгъуэ Даут и плІэм дэлъ хьэлъэр зэрыдэхужар зыхищІащ икІи гупсэхугъуэ игъуэтыжащ (Пс. 32:2—4). Дэри апхуэдэ гупсэхугъуэ зыхэтщІэфынущ. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжамэ, зыдгъэкъуэншэжын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ къытхуигъэгъуащ икІи ди гуэныхьхэр Іуихащ.
10, 11. «Иеговэ... бгъэгъуну ухьэзырщ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр? (Псалом 86:5).
10 Къеджэ Псалом 86:5. Даут Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Уэ... бгъэгъуну ухьэзырщ». Абы къегъэлъагъуэ дэ щыуагъэ щытщІэм деж Иеговэ къэгубжьыну зэрымыпІащІэр икІи зи гуэныхь хущІегъуэжахэм хуигъэгъуну зэрыхуейр. Иеговэ сыт апхуэдэу щІыщытыр? А едзыгъуэ дыдэм и етІуанэ Іыхьэм ар къыдгурегъаІуэ: «Зыкъыпхуэзыгъазэ псоми пэжагъ зыхэлъ уи фІылъагъуныгъэшхуэр ибогъэлъагъу». Мыбы ипэ ит статьям дэ къыщытщІащ Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэр яхуигъэлъэгъуэну икІи ахэр зэи къимыгъэнэну къызэригъэгугъэр. А лъагъуныгъэм Иеговэ хуегъэуш зи гуэныхь хущІегъуэжахэм «и гум къыбгъэдэкІыу къахуигъэгъуну» (Ис. 55:7). Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар уи фІэщ пщІыну къогугъуэкІмэ, зэупщІыж: «Зи гуэныхьым хущІегъуэжу, гущІэгъу къыхуищІыну къелъэІу псоми Иеговэ хуигъэгъуну зэрыхьэзырыр си фІэщ хъурэ?» Ар уи фІэщ хъууэ щытмэ, шэч къытомыхьэми хъунущ гущІэгъу къыпхуищІыну ущелъэІуам щыгъуэ, Иеговэ уэри къызэрыпхуигъэгъуам.
11 Абы нэмыщІ гуэныхьыр зэран къызэрытхуэхъур Иеговэ фІыуэ къызэрыгурыІуэр зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыдет (Пс. 139:1, 2). АдэкІэ Даут итха нэгъуэщІ зы псаломым деплъынщ. Ари къыддэІэпыкъунущ Иеговэ къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр быдэу ди фІэщ тщІыну.
ДЭ ТТЕУХУАУЭ ИЕГОВЭ СЫТ ИЩІЭЖЫР?
12, 13. Псалом 103:14 зэритымкІэ, Иеговэ сыт ищІэжыр икІи абы сытым ар хуигъэушрэ?
12 Къеджэ Псалом 103:14. Даут Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Абы... ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар». Иеговэ зи гуэныхь хущІегъуэжахэм къащІыхуигъэгъум ар и зы щхьэусыгъуэщ. Дэ гуэныхь зэрытхэлъыр абы сыт щыгъуи ещІэж. Иджыпсту а псалъэхэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ.
13 Даут Иеговэ щхьэкІэ жиІащ: «Абы фІыуэ ещІэ дызэрызэхэлъыр». Алыхьым Іэдэм «щІылъэ сабэм» къыхищІыкІащ икІи ещІэ дагъуэншэу щыт цІыхуми и зэфІэкІым гъунэ зэриІэр. Псалъэм папщІэ, ар шхэн, жеин икІи бэуэн хуейщ (ЩІэдз. 2:7). Ауэ Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь щащІам щыгъуэ «дэ сабэм дыкъыхэщІыкІащ» жыхуиІэ псалъэхэм нэгъуэщІ мыхьэнэ яІэ хъуащ. Абыхэм я ягъэкІэ цІыху псори гуэныхьлы хъуащ икІи щыуагъэ ящІэну хьэл яхуэхъуащ. Даут зэрыжиІамкІэ, Иеговэ ар ищІэ къудейуэ аракъым, атІэ ар зэи зыщигъэгъупщэкъым. «ЕщІэж» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм гупсысэхэм имызакъуэу, ІуэхущІафэхэми и гугъу ищІыфынущ. Аращи, Псалом 103:14 итыр мыпхуэдэу къыдгурыІуэ хъунущ: Иеговэ ещІэ дэ дызэрыщыуэнур, ауэ ди гум къыбгъэдэкІыу дыщыхущІегъуэжым деж абы гущІэгъу хэлъу къытхуегъэгъу (Пс. 78:38, 39).
14. 1) Псалом 103:12 итым Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ сыт къыдигъащІэр? 2) Иеговэ Даут зэрыхуигъэгъуам сытым дыхуигъасэрэ? («Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу икІи ахэр зыщегъэгъупщэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
14 Псалом 103 итым Иеговэ зэригъэгъум теухуауэ сыт иджыри къыдигъащІэр? (Къеджэ Псалом 103:12.) Даут жеІэ Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж «къуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу», абы ди гуэныхьхэр тпэжыжьэ зэрищІыр. КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ апхуэдизкІэ зэпэжыжьэщи, ахэр зэи зэхуэзэнукъым. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум теухуауэ сыт абы къыдгуригъаІуэр? Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, Алыхьым ди гуэныхьхэр апхуэдизкІэ тпэжыжьэ ещІри, абыхэм теухуауэ игу къэзыгъэкІыжын икІи тезыр къыттрилъхьэну хуэзыгъэушын зыри щыІэкъым (Иез. 18:21, 22; Апост. 3:19).
15. Япэм тщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэн щыдмыгъэтамэ, сыт тщІэн хуейр?
15 Псалом 103 ит Даут и псалъэхэр дапхуэдэу ди щхьэм хуэтхь зэрыхъунур? Япэм тщІа гуэныхьхэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэн щыдмыгъэтамэ, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Гуэныхьлыуэ сызэрыщытыр Иеговэ зэрищІэжыр икІи зи гуэныхь хущІегъуэжхэм зэрахуигъэгъур сщымыгъупщауэ пІэрэ? Иеговэ зыщигъэгъупща си гуэныхьхэр сэ адэкІи сигу къэзгъэкІыжу пІэрэ?» Дэ япэм тщІа гуэныхьхэр абы игу къигъэкІыжурэ егупсысу щыткъым, дэри апхуэдэу тщІэн хуейкъым (Пс. 130:3). Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ тщІыуэ щытмэ, дэ ди щхьэ хуэдгъэгъужыфынущ икІи гуфІэгъуэ диІэу абы адэкІи дыхуэлэжьэфынущ.
16. Япэм тщІа щыуагъэхэм щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэжыным сыт шынагъэ щІыхэлъыр? Щапхъэ къэфхь. (Сурэтми феплъ.)
16 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Ди щыуагъэхэм щхьэкІэ сыт щыгъуи зыдгъэкъуэншэжыныр ебгъэщхь хъунущ рулым удэсу, гъуджэмкІэ сыт щыгъуи уи щІыбагъым къыщыхъум уеплъыным. ДауикІ, рулым дэсыр зэман-зэманкІэрэ и щІыбагъым къыщыхъум кІэлъыплъын хуейщ, зыми жьэхэмыуэн щхьэкІэ. Ауэ зыри къыщымыщІу ар здэкІуэм нэсыфын щхьэкІэ, сыт щыгъуи ипэкІэ плъэн хуейщ. Апхуэдэ дыдэу, дэри ди щыуагъэхэм зэзэмызэ дыхэплъэж хъунущ. Абы дэ дерс хэтхыфынущ икІи апхуэдэ щыуагъэхэр дымыщІэжыну ар къыддэІэпыкъунущ. Ауэ абыхэм фІэкІа демыгупсысмэ, абы ди гуфІэгъуэр тфІигъэкІуэдыфынущ икІи ди къару псомкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъуфынущ. Аращи, ипэкІэ дывгъаплъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дызытет гъуэгур дунеищІэм дыхуэзышэ гъуэгуращ. Абы щыгъуэ «блэкІа Іуэхухэр зыми игу къэкІыжынукъым» (Ис. 65:17; Прит. 4:25, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Рулым дэсым и акъылыр зытриухуэн хуейр ипэкІэ щыІэращ, атІэ и щІыбагъым къыщыхъуракъым. Дэри япэм тщІа щыуагъэхэракъым нэхъыбэу дызэгупсысын хуейр, атІэ къэкІуэну фІыгъуэхэращ (16 абзацым феплъ.)
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ УЗЭРИЛЪАГЪУР ИКІИ КЪЫЗЭРЫПХУИГЪЭГЪУАР АДЭКІИ БЫДЭУ УИ ФІЭЩ ЩІЫ
17. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр адэкІи ди фІэщ тщІын щІыхуейр сыт?
17 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр дэ адэкІи ди фІэщ тщІын хуейщ (1 Ин. 3:19). Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? ШейтІаныр адэкІи иужь итынущ фІыуэ дыкъалъэгъуну икІи къытхуагъэгъуну тхуэмыфащэу ди фІэщ ищІыну. Абы и мурадыр — Иеговэ дыхуэлэжьэну щыдигъэгъэтыныращ. ШейтІаным ещІэ зэман мащІэ къызэрыхуэнар, абы къыхэкІкІэ ар нэхъ гуащІэжу къытпэщІэтынущ (Апок. 12:12). Аращи, ар зытедмыгъакІуэу, адэкІи Иеговэ хуэпэжу дыхуэвгъэлажьэ.
18. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр ди фІэщ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 Мыбы ипэ дджа статьям ит чэнджэщхэр къыддоІэпыкъу Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ тщІыну. Ауэ абы къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? Иеговэ и хьэл-щэнхэр Библием къызэрытхузэІуихым гу лъытэ. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум теухуа едзыгъуэхэми куууэ егупсыс. Зыщомыгъэгъупщэ, гуэныхьлыуэ узэрыщытыр абы зэрищІэр икІи гущІэгъу къызэрыпхуищІынур. Уигу игъэлъ: абы щигъэгъум деж ар нэгъэсауэ ещІэ. Иеговэ гущІэгъу къызэрыпхуищІыр зыхэпщІа иужь, Даут хуэдэу уэри жыпІэфынущ: «ФІыщІэшхуэ пхузощІ Иеговэ си гуэныхьхэр уэ къызэрысхуэбгъэгъуам щхьэкІэ!» (Пс. 32:5).
1 УЭРЭДЫР Иеговэ и хьэл-щэнхэр
a 2009 гъэм майм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Приближайтесь к Богу. Что о себе рассказал Иегова» жыхуиІэ статьям феплъ.