ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Декабрь н. 27—30
  • Сэ куэд къэзгъэнащ, Хьисэ и ужь ситын щхьэкІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сэ куэд къэзгъэнащ, Хьисэ и ужь ситын щхьэкІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • ХЬИСЭ ИУЖЬ СОУВЭ
  • ИЕГОВЭ ЩХЬЭКІЭ СЫЗЭСАР КЪЭЗГЪЭНЭНУ СЫХЬЭЗЫРЩ
  • ГАЛААД ШКОЛЫМ СЫЩЕДЖЭН ЩХЬЭКІЭ, ФИЛИППИНЫ КЪЫЗОГЪАНЭ
  • СЫЗЭСА, СИГУ ИРИХЬ КЪАЛЭР КЪЫЗОГЪАНЭ
  • ВЕФИЛЫМ СОГЪЭЗЭЖ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Декабрь н. 27—30
Нора и Феликс Фахардо

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Сэ куэд къэзгъэнащ, Хьисэ и ужь ситын щхьэкІэ

ЖызыІэжар Феликс Фахардо

«ХъыбарыфІыр бгъэІуну укІуэмэ, къомыгъэзэжми хъунущ. Къэбгъэзэжмэ — уи лъакъуитІыр зэрысщІыкІынщ»,— жиІащ си адэм. Абы и псалъэхэр куэдрэ си тхьэкІумэм итащ. Апхуэдэу сэ унэм сыкъыдэкІащ. Абы щыгъуэщ сэ Хьисэ и ужь ситын щхьэкІэ япэу зыгуэр къыщызгъэнар. Сэ илъэс 16 сыхъуу арат.

СЫТЫТ си адэр апхуэдизу къыщІэгубжьар? Сыхуейт си гъащІэм теухуауэ вжесІэжыну. Сэ 1929 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м сыкъалъхуащ. Си сабийгъуэр Булакан провинцием (Филиппины) щыщ къуажэм щысхьащ. Къэралым и экономикэр ехуэхати, дэ къулейуэ дыпсэутэкъым. Сэ сыщысабийм щыгъуэ Японием и зауэлІхэр Филиппины теуэри зауэм щІидзащ. Дэ къуажэ дызыдэсыр пхыдзати, зауэр апхуэдэуи къытлъэІэсакъым. Дэ абы щыгъуэ радио, телевизор, газет диІэтэкъым, абы къыхэкІкІэ цІыхухэм къыджаІэжым нэмыщІ зыри зауэм теухуауэ зэхэтхтэкъым.

Дэ сабийуэ 8 дыхъут, сэ сыетІуанэт. Сэ илъэсий сыщыхъум си адэшхуэмрэ си анэшхуэмрэ я деж сыщыпсэуну сыкъащтащ. Дэ католикыу дыщытми си адэшхуэр нэгъуэщІ динхэм я тхыгъэхэм еджэт. Абы и ныбжьэгъухэм апхуэдэ тхыгъэхэр къратт. Сэ сощІэж Библиемрэ дин нэпцІым ищІэ Іуэху Іейр къыщІэзыгъэщ тагальскэбзэкІэ тха брошюрэхэмрэ зэрызигъэлъагъуу щытар. Сэ сигу ирихьт абы седжэну, псом хуэмыдэу Инджылым. Абы сыхуигъэушащ Хьисэ щапхъэ тесхыну (Ин. 10:27).

ХЬИСЭ ИУЖЬ СОУВЭ

Японием и зауэлІхэр 1945 гъэм Филиппины икІыжащ. А зэманым къриубыдэу си адэ-анэр къызэлъэІуащ унэм згъэзэжыну. Си адэшхуэри абы арэзы техъуати згъэзэжащ.

Абы иужь куэд мыщІэу 1945 гъэм, дыгъэгъазэм Ангат къалэм къикІри Иеговэ и Щыхьэтхэм ди къуажэм хъыбарыфІ щагъэІуащ. Абыхэм ящыщ зи ныбжь хэкІуэта зы цІыхухъу ди деж къакІуэри «дунейм и иужьрей махуэхэм» теухуауэ Библием итыр къыджиІащ (2 Тим. 3:1—5). Ди гъунэгъу къуажэм Библиер щыдджыну абы дыкъригъэблэгъащ. Си адэ-анэм абы кІуэн ядакъым, ауэ сэ сыкІуащ. Абы цІыху 20 щызэхуэсат, иныкъуэхэм Библием теухуауэ упщІэхэр ятт.

Сэ абыхэм жаІэр къызгурыІуащэтэкъыми сыщІэкІыжыну зызгъэхьэзырат. Ауэ псоми Алыхьыр зыгъэлъапІэ уэрэд жаІэн щыщІадзам ар апхуэдизу сигу ирихьати сыкъэнэну мурад сщІащ. Уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ иужь псори дыкърагъэблэгъащ, тхьэмахуэ махуэм Ангат къалэм щекІуэкІыну зэІущІэм.

А зэІущІэр щекІуэкІащ Крусхэ я унагъуэм, абыхэм я деж кІуэн щхьэкІэ языныкъуэхэм километрий якІун хуей хъуащ. Абы цІыху 50-м хуэдиз щызэхуэсащ. Сэ згъэщІэгъуащ, сабий нэхъ цІыкІу дыдэхэми Библием тегъэщІа упщІэ гугъухэм жэуап зэрыратыр. ЗэІущІэ зыбжанэ сыкІуа иужь, зи ныбжь хэкІуэта, пионеру лажьэ къуэш Дамиан Сантос и деж жэщ сыщыІэну сыкъригъэблэгъащ икІи абырэ сэрэ жэщ псом Библием дытепсэлъыхьащ.

А зэманым куэдыр хьэзырт Библием итыр къащІа къудейуэ псым зыщІагъэуэну. ЗэІущІэ зыбжанэ дэкІа иужь нэгъуэщІхэми, сэри къуэшхэр къыдбгъэдыхьащ. Ахэр къызэупщІащ: «Псым зыщІэбгъэуэну ухуей?» Сэ яжесІащ: «Сыхуейщ». Сэ сыхуейт Зиусхьэн Хьисэ сыхуэлэжьэну (Кол. 3:24). 1946 гъэм, мазаем и 15-м псыежэхым дыкІуэри ди зы къуэш гуэрырэ сэрэ псым дыщІагъэуащ.

Сэ къызгурыІуэт псым зыщІэбгъэуа иужь Хьисэ хуэдэу хъыбарыфІыр бгъэІун зэрыхуейр. Ар си адэм игу ирихьтэкъым. Абы жиІащ: «Уэ ущІалэІуэщ хъыбарыфІыр бгъэІуну. Уэ псым ущІагъэмбырыуамэ, Алыхьым и Псалъэр зыгъэІу цІыху ухъуауэ къикІкъым». Сэ абы къыгурызгъэІуащ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну Алыхьыр зэрыхуейр (Мт. 24:14). «Сэ Алыхьым псалъэ естар згъэзэщІэжын хуейщ»,— жесІащ сэ абы. Абы иужь мы статьям ипэм къыщыхьа псалъэхэр си адэм жиІащ. Ар хуейт хъыбарыфІыр згъэІуну зэран къысхуэхъуну. Абы щыгъуэщ сэ Алыхьым и Іуэхум нэхъыбэу сыхэтын щхьэкІэ япэу зыгуэр къыщызгъэнар.

Крус унагъуэм я деж сыщыпсэуну сыкърагъэблэгъащ, Ангат къалэм. Абыхэм я пхъу нэхъыщІэ Норэрэ сэрэ пионеру дылэжьэну дыхуагъэушт. 1947 гъэм, щакІуэгъуэм и 1-м тІури пионер дыхъуащ. Норэ нэгъуэщІ къалэ хъыбарыфІыр щигъэІуну Іэпхъуащ, сэ Ангат сыкъыщынащ.

ИЕГОВЭ ЩХЬЭКІЭ СЫЗЭСАР КЪЭЗГЪЭНЭНУ СЫХЬЭЗЫРЩ

Зэгуэрым филиалым щыщ Эрл Стьюарт зицІэ къуэшым цІыху 500-м щІигъум я пащхьэ псалъэ щыжиІащ, Ангат къалэм. А зэманым пионеру сызэрылажьэрэ илъэс ещанэр екІуэкІт. Къуэш Стьюарт английскэбзэкІэ псалъэр жиІащ, сэ иужькІэ ар тагальскэбзэкІэ жысІэжащ. Сэ школым классибл фІэкІа къэзухатэкъым, ауэ ди егъэджакІуэхэр английскэбзэкІэ куэдрэ псалъэт. Абы нэмыщІ а бзэр нэхъыфІу зэзгъэщІэну сэ къыздэІэпыкъуащ ди тхыгъэхэм английскэбзэкІэ куэдрэ сызэреджар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тагальскэбзэкІэ Библием тегъэщІа тхыгъэ мащІэт диІэр. Апхуэдэу, сэ а бзэр фІыуэ зэзгъэщІащ ди къуэш Стьюарт и псалъэри нэгъуэщІ къуэшхэм я псалъэхэри зэздзэкІыфын щхьэкІэ.

Къуэш Стьюарт зэхуэсым зыхуигъазэри жиІат, 1950 гъэм Нью-Йорк (США) щекІуэкІа «Рост теократии» конгрессым миссионерхэр щыІэхукІэ, филиалыр пионеру зы къуэш-къуэшитІ зэрыхуэныкъуэр. Къраджахэм сэри сащыщт. Сэ аргуэру сызэса щІыпІэр къэзгъэнэн хуей хъуащ, Вефилым сыщылэжьэн щхьэкІэ.

1950 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 19-м сэ Вефилым сыщылэжьэн щІэздзащ. Вефилыр абы щыгъуэ жьы хъуа унэшхуэм щыІэт. Унэм и хъуреягъкІэ жыг лъагэхэр къыщыкІт. Вефилым и щІыр гектар хуэдиз хъут. Абы щыгъуэ абы щылажьэт къуэш 12 хуэдиз. Сэ пщэдджыжьым пщэфІапІэм сащыдэІэпыкъут, абы иужь сыхьэтибгъухэм щыгъын здажьыщІым ету щытездзэт. Шэджагъуэ нэужьми арат си лэжьыгъэр. Миссионерхэр конгрессым къикІыжа иужьи Вефилым сыщылэжьэну сыкъагъэнащ. Сэ журналхэр почтэкІэ зэрырагъэхьынум хуэдэу згъэхьэзырт, подпискэхэм селэжьт икІи приёмнэм сыщылажьэт. Къуэшхэм сыт хуэдэ къалэн къысхуамыщІми, ар згъэзащІэт.

ГАЛААД ШКОЛЫМ СЫЩЕДЖЭН ЩХЬЭКІЭ, ФИЛИППИНЫ КЪЫЗОГЪАНЭ

1952 гъэм Филиппины щыщ къуэшихрэ сэрэ Галаад Школым и 20-нэ классым дыщеджэну дыкърагъэблэгъащ. Америкэм дэ зэи дымылъэгъуа куэд дыщрихьэлІащ. Къуажэм сыщыдэсым сызэсам, мыбы щыІэ псэукІэр куэдкІэ къыщхьэщыкІт.

Феликс Фахардо вместе с одноклассниками по Школе Галаад (1952 год)

Галаад школым къыздеджахэм я гъусэу

Псалъэм папщІэ, пщэфІапІэм къыщагъэсэбэп зэи дымылъэгъуа Іэмэпсымэхэмрэ хьэкъущыкъухэмрэ къэдгъэсэбэпу зедгъэсэн хуейт. ИкІи мы щІыпІэм дунейм и щытыкІэри нэгъуэщІт. Зы пщэдджыжь гуэрым сыкъыщІэкІри — дунейр хужьыбзэт! Апхуэдэу сэ япэ дыдэу уэс слъэгъуащ — ар гъэщІэгъуэну дахэт. Ауэ иужькІи къызгурыІуащ ар иджыри зэрыщІыІэр, Іейуэ зэрыщІыІэр!

Ауэ а псор сэ зэран къысхуэхъутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Галаадым дызэрырагъаджэр хуабжьу сигу ирихьт. Ди егъэджакІуэхэм фІыуэ щІэныгъэр къыдбгъэдалъхьащ икІи фІыуэ Библиер зэрыдджынымрэ щІэныгъэ куу зэрызэдгъэгъуэтынымрэ дагъэлъэгъуащ. Галаадым сызэрыщеджар сэ къыздэІэпыкъуащ Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъуну.

Еджэн дыуха иужь, зэман гуэркІэ сэ специальнэ пионеру сагъэкІуащ Нью-Йорк къалэм и Бронкс районым. 1953 гъэм, бадзэуэгъуэм Бронкс щекІуэкІа «Общество нового мира» зицІэ конрессым сыщыІащ. Конгресс нэужьым сэ Филиппины сагъэгъэзэжащ, хъыбарыфІыр щызгъэІуну.

СЫЗЭСА, СИГУ ИРИХЬ КЪАЛЭР КЪЫЗОГЪАНЭ

Филиалым щыщ къуэшхэм къызжаІащ: «Уэ районым и нэхъыжьу улэжьэнущ». Апхуэдэу сэ нэгъуэщІ Іэмал сиІэ хъуащ, Иеговэ и мэл цІыкІухэр къилъыхъуэн щхьэкІэ зы къалэм икІыу адрей къалэм кІуэуэ щыта Хьисэ, и лъэужь срикІуэну (1 Пет. 2:21). Филиппины и нэхъ ин дыдэ хытІыгу (остров) Лусоным и кум ит Іыхьэр сэ си районт. Абы хыхьэт Булакан, Нуэва-Эсиха, Тарлак икІи Самбалес зицІэ провинциехэр. Языныкъуэ къалэхэм сыкІуэн щхьэкІэ сэ Сьерра-Мадре бгым и къырхэм сызэпрыкІын хуейт. Абы автобус щызекІуэтэкъыми, сэ грузовикхэм дэсхэм селъэІут абыхэм пхъэ яшэм сытесу сыздашэну. Инэхъыбэм абыхэм хуит сащІт, ауэ апхуэдэу укІуэну, дауикІ, тынштэкъым.

Инэхъыбэ зэхуэсхэр щІэт икІи цІыкІут. ЗэІущІэхэр тэмэму ирагъэкІуэкІыну икІи хъыбарыфІ гъэІуныр къызэрагъэпэщыну сазэрыдэІэпыкъур къуэшхэм фІыщІэ ящІт.

ИужькІэ сэ нэгъуэщІ район сагъэкІуащ, абы Бикол зицІэ регион псор хиубыдэт. А щІыпІэм япэу хъыбарыфІыр щызыгъэІуа специальнэ пионерхэм къызэрагъэпэща гуп цІыкІу куэд щыІэт. Зы унэ гуэрым псыунэу яІэр пхъэбгъуитІ зэпрыдза мащэт. Сэ а пхъэбгъухэм сыщытеувам, ахэр кІуэцІырыщІыкІри мащэм ихуащ, сэри абыхэм яужь ситу сехуэхащ! Сэ зэман куэд сфІихьащ зызгъэкъэбзэжу пщэдджыжьышхэ сыкІуэн щхьэкІэ.

Абы сыщылажьэм си гъусэу пионеру лэжьэн щІэзыдза Норэ куэдрэ сегупсысу щІэздзащ. А зэманым ар Думагете къалэм специальнэ пионеру щыІэт. Сэ ар слъэгъуну абы сыкІуащ. Абы иужь дэ зэман гуэркІэ дызэхуэтхэри 1956 гъэм дызэрышащ. Дызэрыша иужь япэ тхьэмахуэм Ра́пу-Ра́пу хытІыгум щыІэ зэхуэсым дыдэІэпыкъуну дыкІуащ. Дэ бгыхэм лъэсу куэд къыщыткІухьын хуейт. Норэрэ сэрэ икъукІэ ди гуапэт щІыпІэ жыжьэхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуну.

ВЕФИЛЫМ СОГЪЭЗЭЖ

Дэ районнэ лэжьыгъэм илъэсиплІ хуэдизкІэ дыхэтащ, абы иужь филиалым дыкърагъэблэгъащ дыщылэжьэну. Абы 1960 гъэм дыщылэжьэн щІэддзащ икІи а лэжьыгъэм иджыри къыздэсым дыхэтщ. Сэ куэдым сыхуигъэсащ мыбы щыІэ псэемыблэжу лажьэ къуэшхэм я щапхъэм. Нори гуфІэгъуэ хихыу, лэжьыгъэ зэмылІэужьыгъуэ куэд игъэзэщІащ.

Феликс Фахардо произносит речь на конгрессе (1963 год)

Конгрессым псалъэ щыжызоІэ. Къуэшым себуанскэбзэкІэ си псалъэхэр зэредзэкІ

Вефилым сызэрыщыІэм щхьэкІэ Іэмал сиІэ хъуащ, кІуэтэхукІэ Филиппины щыщ цІыху нэхъыбэ Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэр слъэгъуну. Щхьэгъусэ симыІэу, иджыри сыщІалэу мыбы сыкъыщыкІуам къэрал псом хъыбарыфІыр зыгъэІухэр 10 000 хуэдиз хъут. Ауэ иджы Иеговэ и Щыхьэтхэм я бжыгъэр мы къэралым 200 000-м щІегъу, икІи щэ бжыгъэкІэ Вефилым щыІэ ди къуэшхэм хъыбарыфІ гъэІуныр даІыгъ.

Иеговэ и Щыхьэтхэм хэхъуэ зэраІэм щхьэкІэ, Вефил нэхъ ин дыхуей хъуащ. Абы къыхэкІыу УнафэщІ гупыр къыдэлъэІуащ филиалым и унэхэр щыдухуэну щІыпІэ къэтлъыхъуэну. Сэрэ типографием и нэхъыжьымрэ зыгуэрым щІы ищэну хуеймэ дыщІэупщІэурэ, ди гъунэгъухэр къызэхэткІухьащ, абыхэм китай куэди яхэтт. Зыми и щІыр ищэну хуейтэкъым, икІи зы цІыхухъу гуэрым мыпхуэдэу жиІащ: «Китайхэм ящэкъым. Дэ къэтщэхуу аращ».

Феликс Фахардо переводит речь брата Альберта Шрёдера (1983 год)

Ди къуэш Альберт Шрёдер и псалъэр зызодзэкІ

Ауэ гъэщІэгъуэну Іуэхум зызэридзэкІыу щІидзащ. Ди гъунэгъу гуэрыр Америкэм Іэпхъуэти абы къыджиІащ и щІыр къыдищэжыфыну. Иджыри ди зы гъунэгъуми и щІыр къыдищэну мурад ищІащ, абы нэгъуэщІхэри хуигъэушащ апхуэдэу ящІэну. Китайхэм зыри ямыщэу жызыІа цІыхухъум и щІапІэри къэтщэхуфащ. Куэд дэмыкІыу филиалым и щІыр щыкІэ хэхъуащ! Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэкъым псори Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу къызэрыхъуам.

1950 гъэм сэ нэхърэ нэхъ щІалэ Вефилым щыІэтэкъым. Ауэ иджы сэрэ си щхьэгъусэмрэ псом нэхъ дынэхъыжьщ. Сэ зыкІи сыхущІегъуэжкъым Хьисэ дэнкІэ симыунэтІами иужь сызэритам. Си адэ-анэм унэм сыкъыдахуами, Иеговэ и фІыгъэкІэ унагъуэ схуэхъуа, Алыхьыр фІыуэ зылъагъу къуэш, шыпхъу куэд сиІэщ. Сыт хуэдэ къалэн дымыгъэзащІэми Иеговэ дызыхуэныкъуэ псор къызэрыдитынум сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым. Норэрэ сэрэ Иеговэ къытхуищІа псом щхьэкІэ фІыщІэ худощІыр икІи псори худогъэушыр Иеговэ ягъэунэхуну (Мал. 3:10).

Зэгуэрым Хьисэ хьэкътын ахъшэр хэзых Маттэ Левий зыхуигъазэри жриІащ: «Си ужь къиувэ!» Сыт абы ищІар? Библием жеІэ: «Левий къэтэджщ, псори къигъанэри, Хьисэ и ужь иуващ» (Лк. 5:27, 28). Сэри Хьисэ иужь ситын щхьэкІэ зыгуэр къыщызгъэнэн хуей Іуэхугъуэ куэд сихуащ. ИкІи псори хузогъэуш апхуэдэу ящІэну. Ар фІыгъуэ куэдым ухуэзышэ гъуэгущ!

Феликс Фахардо показывает свои фотографии и рассказывает о служении на Филиппинах

ГуфІэгъуэ си гум илъу адэкІи Филиппины сыщолажьэ

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын