Ди зэманым щхьэхуещагъэм уз зэрыцІалэм хуэдэу зиубгъуащ. Дапхуэдэу абы зэрызыщытхъумэнур?
ДАУИКІ, фэ гу лъыфтауэ къыщІэкІынщ нобэ цІыху куэдыр адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу езыхэм къахущытыну зэрыхуейм. Абыхэм я гугъэщ нэгъуэщІхэм нэхърэ хуитыныгъэ нэхъыбэ яІэу. А цІыхухэм дапхуэдэу фІыуэ уахущымытами ар сыт щыгъуи я фІэмащІэщ. Апхуэдэ гупсысэкІэ зиІэхэр пагэщ, фІыщІэ лъэпкъи я гум илъкъым. Библием щыжыІащ иужьрей махуэхэм цІыхухэр апхуэдэу зэрыщытынур (2 Тим. 3:2).
ДауикІ, пагагъэр нобэкъым къыщыунэхуар. Псалъэм папщІэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм зэхагъэкІыну мурад ящІащ. Абыхэм ящІа унафэм иджыри къыздэсым и зэран къыдокІ. Илъэс щэ бжыгъэ куэд дэкІауэ Иудэм и пащтыхь Уззие Иеговэ и унэшхуэм мэ ІэфІ къызыпих удз щигъэсыну хуитыныгъэ иІэу зыкъилъытэжащ. Ар сыту Іейуэ щыуэрэт! (2 Лет. 26:18, 19). Хьисэ щыпсэуа зэманым фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я гугъэт Ибрэхьим и щІэблэм зэрыщыщым щхьэкІэ Алыхьыр абыхэм нэ лейкІэ къеплъын хуейуэ (Мт. 3:9).
Ди зэманым цІыху куэдыр щхьэхуещэу щытщ икІи нэгъуэщІхэм щІыхь лей зыхурагъэщІыну хущІокъу. Абыхэм я гупсысэкІэр дэ зэран къытхуэхъуфынущ (Гал. 5:26). Дэ дегупсысу щІэддзэнкІэ хъунущ пщІэ зыпылъ къалэн гуэрхэр къытхуагъэфэщэн икІи псом нэхърэ нэхъыфІу нэгъуэщІхэр къытхущытын хуейуэ. Апхуэдэ гупсысэкІэ диІэ мыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ дэ Иеговэ и гупсысэкІэр къатщІэу абы щапхъэ тетхыу зедгъэсэн хуейщ. АбыкІэ дэ Библием ит принципитІ къыддэІэпыкъунущ.
Дэ диІэ хуитыныгъэм теухуауэ унафэ зыщІыр Иеговэщ. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
ЦІыхухъум зыхищІэн хуейщ и щхьэгъусэм пщІэ къызэрыхуищІыр, цІыхубзми и щхьэгъусэм фІыуэ къызэрилъагъур зыхищІэн хуейщ (Еф. 5:33). ЦІыхухъуми цІыхубзми я щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми лъагъуныгъэ хуащІ хъунукъым (1 Кор. 7:3). Адэ-анэр хуитщ я быным пщІэ къыхуащІыну хуагъэувыну. Адэ-анэми я сабийхэм лъагъуныгъэ хуагъэлъэгъуэным, я нэІи трагъэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (2 Кор. 12:14; Еф. 6:2).
Псэемыблэжу къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ лажьэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ яхуэтщІыну яхуэфащэщ (1 Фес. 5:12). Ауэ абыхэм къуэш, шыпхъухэм нэхърэ нэхъ лъагэу зыкъалъытэж хъунукъым (1 Пет. 5:2, 3).
Алыхьым тепщэныгъэ зиІэхэм хуитыныгъэ яритащ хьэкътын ахъшэ хахыну. Алыхьыр щогугъ цІыхухэм тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ хуащІыну (Рим 13:1, 6, 7).
Иеговэ дэ тхуэфащэм нэхърэ нэхъыбэ къыдет. Дэ псори Іэдэм дыкъытехъукІащи гуэныхь тхэлъщ. Аращи, дэ тхуэфащэр лІэныгъэращ (Рим 6:23). Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу Иеговэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэ къытхуиІэщ икІи фІыгъуэ куэд къыдет (Пс. 103:10, 11). Иеговэ къыбгъэдэкІ дэтхэнэ и зы тыгъэри къэдмылэжьауэ и лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ къыдит фІыгъуэщ (Рим 12:6—8; Еф. 2:8).
ЩХЬЭХУЕЩЭУ ДЫЩЫМЫТЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
Мы дунейм зыщызыубгъуа гупсысэкІэм зыщыфхъумэ. Дэ езым гу лъыдмытэххэу нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыбэ тхуэфащэу къэтлъытэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Хьисэ жиІа ущие хъыбархэм щыщ зым къыщыгъэлъэгъуащ апхуэдэ гупсысэкІэр диІэ зэрыхъуфынур. А ущие хъыбарым щыжыІащ лэжьакІуэхэр динар зырызкІэ жызум хадэм щылэжьэну арэзы зэрыхъуар. А махуэм къриубыдэу жызум хадэр зейм нэгъуэщІ лэжьакІуэхэри къищтащ. Пщыхьэщхьэм лэжьакІуэхэм псоми динар зырыз къратащ. Пщэдджыжьым лэжьэн щІэзыдзахэм я гугъащ зы сыхьэт фІэкІа мылэжьахэм нэхърэ нэхъыбэ къратыну (Мт. 20:1—16). Мы ущие хъыбарым дыхуегъасэ Иеговэ къыдитымкІэ арэзыуэ дыщытын зэрыхуейм.
Махуэ псокІэ лэжьахэм къалъытэт адрейхэм нэхърэ абыхэм лэжьапщІэу нэхъыбэ къратын хуейуэ
Фи гум фІыщІэ ивгъэлъ икІи нэгъуэщІхэм зыгуэр къыфхуащІэн хуейуэ фимыгугъэ (1 Фес. 5:18). Апостол Паул щапхъэ тефх: Коринф щыІэ къуэшхэм зыхуэныкъуэр къратыну ар елъэІуакъым, апхуэдэ хуитыныгъэ иІами (1 Кор. 9:11—14). НэгъуэщІхэм къытхуащІэу хъуар дэ фІыщІэ тщІын хуейщ. Абыхэм дэ зыгуэр къытхуащІэну я къалэну дегупсысын хуейкъым.
Апостол Паул зыхуэныкъуэр къуэшхэм къратын хуейуэ къилъытэтэкъым
Іэдэбу фыщыт. Зи щхьэм куэдыІуэу егупсыс цІыхум иІэр фІыщІэ имыщІу нэхъыбэ хуэфащэу егупсысу щІидзэфынущ. Щхъухьым ебгъэщхь хъуну апхуэдэ гупсысэкІэм и хущхъуэгъуэр Іэдэбагъращ.
Іэдэбагъым и фІыгъэкІэ Данил Иеговэ дежкІэ цІыху лъапІэу щытт
Бегъымбар Данил Іэдэбагъым теухуауэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар унагъуэ цІэрыІуэм къыхэкІат, лъагъугъуафІэт, абы акъыл жан икІи нэгъуэщІхэм ямыІэ зэфІэкІхэр иІэт. Абы къыхэкІкІэ ар егупсысыфынут ехъулІэныгъэ иІэхэр езым и фІыгъэу (Дан. 1:3, 4, 19, 20). Ауэ Данил Іэдэбти, Иеговэ ар цІыху лъапІэу илъытэт (Дан. 2:30; 10:11, 12).
Аращи, цІыху куэдым хуэдэу щхьэхуещэу дыщывмыгъэт. Абы ипІэкІэ Иеговэ къэдмылэжьауэ къыдит дэтхэнэ зы фІыгъуэми адэкІи гуфІэгъуэ хэтхынщ.