ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp25 № 1 н. 10—13
  • Зауэхэм кІэ къахуэкІуэнущ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зауэхэм кІэ къахуэкІуэнущ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ ЦІЫХУ ПРАВИТЕЛЬСТВЭХЭР ІУИХЫНУЩ
  • АЛЫХЬЫМ ГУЭНЫХЬЫР ИГЪЭКІУЭДЫЖЫНУЩ
  • АЛЫХЬЫМ ШЕЙТІАНЫМРЭ ЖИН БЗАДЖЭХЭМРЭ ИГЪЭКІУЭДЫЖЫНУЩ
  • Зауэхэр къыщІэхъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысыр сыт?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуихьынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2020
  • Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуихьынур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2025
wp25 № 1 н. 10—13
Сэлэтыр зауэм зэхикъута къалэм и къутахуэхэм хэсщ.

ЦІыхухэм зауэхэм кІэ иратыну яхузэфІэкІынукъым

Зауэхэм кІэ къахуэкІуэнущ!

Библием зэрыжиІэмкІэ, зауэхэм кІэ езытынур цІыхухэракъым, атІэ Алыхьыращ (Псалом 46:9).

АЛЫХЬЫМ ЦІЫХУ ПРАВИТЕЛЬСТВЭХЭР ІУИХЫНУЩ

ЦІыху правительствэхэм псоми Армагеддонa зауэм кІэ къащыхуэкІуэнущ. «ЛъэкІыныгъэшхуэ псори зиІэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ» «дуней псом я пащтыхьхэр» зэхуашэсынущ (Апокалипсис 16:14, 16). Абы щыгъуэ Алыхьым зауэхэм кІэ иритынущ.

ЦІыху правительствэхэм я пІэкІэ Алыхьым и правительствэр щІылъэм щытепщэнущ. Ар уафэм щыІэщ икІи «зэи мыкъутэжыну» Пащтыхьыгъуэу щытщ (Даниил 2:44). А Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Алыхьым тригъэувар Хьисэ Мэссихьщ (Исайя 9:6, 7; Маттэ 28:18). Хьисэ и гъэсэнхэр хуригъаджэт а Пащтыхьыгъуэмb теухуауэ Алыхьым елъэІуну (Маттэ 6:9, 10). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэтыну цІыхухэр мамыру, зэкъуэту псэунущ.

ЦІыхухэм елъытауэ, Хьисэ зэи и тепщэныгъэр и фейдэ щхьэкІэ къигъэсэбэпынукъым. Абы пэжагъ хэлъщ икІи цІыху зэхэгъэж ищІкъым. Абы къыхэкІкІэ цІыхур сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэмыкІами, сыт хуэдэ расэм щымыщми, зыми нэмыплъ иратынукъым икІи и хуитыныгъэр хаутэнукъым (Исайя 11:3, 4). Хьисэ дэтхэнэ зыми и нэІэ тригъэтынущ икІи ифІ къилъыхъуэнущ. Библием Хьисэ теухуауэ итщ: «ДэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ лъаІуэ тхьэмыщкІэхэр, дэкъузахэр икІи дэІэпыкъуэгъу зимыІэхэр абы къригъэлынущ. [...] Лей зехьэнымрэ залымыгъэмрэ къыІэщІихынущ ахэр» (Псалом 72:12—14).

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щытепщэну зэманым Іэщэ лъэпкъ щыІэжынукъым (Михей 4:3). А правительствэм и фІыгъэкІэ «Іей зыщІэхэр», е нэгъуэщІу жыпІэмэ мамыру псэуну хуэмейхэр, кІуэдыжынущ (Псалом 37:9, 10). ЦІыхухъухэми, цІыхубзхэми, сабийхэми щІэшынэн щхьэусыгъуэ яІэжынукъым, мамырыгъэ здэщымыІэ щІыпІэ ди щІылъэм иІэнукъым (Иезекииль 34:28).

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и фІыгъэкІэ псоми гъащІэ тынш, гъащІэ дахэ яІэнущ. ЦІыхухэм зыкъыщІаІэтын щхьэусыгъуэ щыІэжынукъым. ТхьэмыщкІагъэрэ гъаблэрэ афІэкІа зэи щыІэнукъым. Псоми унэ зэпэщрэ ерыскъы узыншэрэ яІэнущ (Псалом 72:16; Исайя 65:21—23).

Зауэхэм къыпэкІуа зэраныгъэ псори Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Іуихыжынущ. ЦІыхухэм я узыншагъэр, психическэ лъэныкъуэри абы хэту, зэтеувэжынущ. Абы нэмыщІ Алыхьым лІахэр къигъэтэджыжынущ, ахэр щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ (Исайя 25:8; 26:19; 35:5, 6). Дэ фІыуэ тлъагъухэм дахуэзэжынущ икІи зауэм епха гукъэкІыж Іейхэм зэи дагъэгузэвэжынукъым (Апокалипсис 21:4).

АЛЫХЬЫМ ГУЭНЫХЬЫР ИГЪЭКІУЭДЫЖЫНУЩ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэр зэкъуэт ищІыжынущ икІи ахэр Алыхь пэж Иеговэc хуэлэжьэнущ. Библиер абы «фІылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикІ ТхьэкІэ» йоджэ (2 Коринф 13:11). ЗэгурыІуэу псэууэ цІыхухэм зрагъэсэнущ (Исайя 2:3, 4; 11:9). Алыхьым хуэжыІэдаІуэхэр псори гуэныхьым къыІэщІэкІынущ (Рим 8:20, 21).

АЛЫХЬЫМ ШЕЙТІАНЫМРЭ ЖИН БЗАДЖЭХЭМРЭ ИГЪЭКІУЭДЫЖЫНУЩ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм кІэ къахуигъэкІуэнущ зауэхэр къызэщІэзыгъэст Иблисымрэ жин бзаджэхэмрэ (Апокалипсис 20:1—3, 10). Ахэр афІэкІа зэран щымыхъужынукІэ «дуней псом мамырыгъэр щыІэнущ» (Псалом 72:7).

Шэч къытумыхьэ: Алыхьым ита псалъэр игъэзэщІэжынущ икІи Іэмал имыІэу зауэхэм кІэ иритынущ. Апхуэдэ гукъыдэж зэриІэм нэмыщІ, абы апхуэдэ зэфІэкІи иІэщ.

  • Алыхьым зауэхэм кІэ иритын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ Іущагъи къаруи бгъэдэлъщ (Иов 9:4). Абы хузэфІэмыкІын зыри щыІэкъым (Иов 42:2).

  • ЦІыхухэм ятелъ гугъуехьхэм Алыхьым и гур хегъэщІ (Исайя 63:9). «Залымыгъэ фІыуэ зылъагъур абы илъагъу хъукъым» (Псалом 11:5).

  • Алыхьым ита псалъэр сыт щыгъуи егъэзэщІэж икІи абы зэи пцІы иупскъым (Исайя 55:10, 11; Тит 1:2).

Алыхьым мамырыгъэ быдэ къыдитынущ.

ЖэнэтыщІым зэщхьэгъусэхэр я пхъур я гъусэу Іуащхьэм тесщ. Абыхэм я пэгъунэгъуу шыхэр мэхъуакІуэ.

Зауэхэм кІэ езытынур Алыхьыращ

Алыхьым а псор щІишэчыр сыт?

Алыхьым иджыри къэс зауэхэм кІэ щІримытам и щхьэусыгъуэхэр къэпщІэну ухуеймэ, «Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр сыт?» жыхуиІэ видеом еплъ. Ар къыщыбгъуэтынущ jw.org сайтым.

a «Что такое битва Армагеддон?» жыхуиІэ статьям еджэ. Ар къыщыбгъуэтынущ jw.org сайтым.

b «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр сыт зищІысыр?» жыхуиІэ видеом еплъ. Ар къыщыбгъуэтынущ jw.org сайтым.

c Иеговэр — ар Алыхьым и цІэщ (Псалом 83:18).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын