Зауэхэр зэрекІуэкІым емылъытауэ, гупсэхугъуэ бгъуэтыфынущ
«ЦІыхухэр гущІэгъуншэу щІыщытым, захуагъэ щІахэмылъым икІи апхуэдиз гузэвэгъуэ къыщІэхъум и щхьэусыгъуэр къыщысщІар Библием срагъаджэу щІадза иужьщ. Иджы сэ сощІэ куэд мыщІэу ди дунейм шынагъуэ лъэпкъ щымыІэжу Иеговэ зэрищІынур. Абы гузэгъэгъуэ къызет» — жеІэ япэм военнэу щыта Гари.
Апхуэдэ еплъыкІэ зиІэр Гари и закъуэкъым. Библиер нэгъуэщІхэми зэрыдэІэпыкъум и щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ.
БИБЛИЕМ ИТ ГУПСЫСЭР: «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ» (Псалом 86:5).
АР КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР. «Мы псалъэхэм си фІэщ ящІ Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр. Сэ сощІэ зауэм щІэпхъаджагъэу сщІауэ хъуар абы къысхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр» (Уилмар, Колумбие).
БИБЛИЕМ ИТ ГУПСЫСЭР: «Сэ уафэщІэри щІылъэщІэри соухуэ. БлэкІа Іуэхухэр зыми игу къэкІыжынукъым икІи абыхэм зыри игъэгузэвэжынукъым» (Исайя 65:17).
АР КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР. «Зауэм щыслъэгъуам и ягъэкІэ сэ депрессие сиІэщ икІи „посттравматическое стрессовое расстройство“ жыхуаІэм гугъу срегъэхь. Ауэ мы едзыгъуэм сигу къегъэкІыж куэд мыщІэу Иеговэ а псом сыкъызэрыІэщІихынур икІи афІэкІа жэщкІэрэ пщІыхьэпІэ шынагъуэхэм гугъу сызэрырамыгъэхьынур. Мис ар тыгъэшхуэщ си дежкІэ!» (Зафирэ, США).
БИБЛИЕМ ИТ ГУПСЫСЭР: «Абы и тепщэгъуэ зэманым цІыхуфІхэм ехъулІэныгъэ яІэнущ, дуней псом мамырыгъэр щыІэнущ, мазэр и пІэм итыхункІэ» (Псалом 72:7).
АР КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР. «Сэ мы псалъэхэр щІэх-щІэхыурэ сигу къызогъэкІыж. Зауэм къихь шынагъуэр куэд мыщІэу кІуэдыжынущ икІи фІыуэ тлъагъухэм щхьэкІэ дыщІэгузэвэн щхьэусыгъуэ щыІэжынукъым» (Александрэ, Украинэ).
БИБЛИЕМ ИТ ГУПСЫСЭР: «Уи лІахэр къэтэджыжынущ. [...] Сабэм хэлъхэ, фыкъэуши хэІэтыкІауэ фыгуфІэ!» (Исайя 26:19).
АР КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР. «Сэ тутси лъэпкъым сыщыщщ икІи си лъэпкъыр ягъэкІуэдыну щыхэта зэманым си Іыхьлыхэр къанэ щымыІэу хэкІуэдащ. Ауэ мы едзыгъуэм быдэу си фІэщ ещІ куэд мыщІэу си унагъуэм щыщхэм сазэрыхуэзэжынур. Абыхэм я гуфІэгъуэ макъхэр щызэхэсхыну зэманым къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ!» (Мари, Руандэ).
БИБЛИЕМ ИТ ГУПСЫСЭР: «Иджыри тІэкІу дэкІмэ, цІыху хабзэншэр щыІэжынукъым. [...] Іэдэбхэм мы щІыр щІэину къахуэнэнущ икІи мамырыгъэмкІэ затІыжынущ» (Псалом 37:10, 11).
АР КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР. «Зауэр иухами, захуагъэ зыхэмылъ цІыху гущІэгъуншэхэр зыщІыпІи кІуакъым. Ауэ мы псалъэхэр сэ хуабжьу къыздоІэпыкъу. Иеговэ псори елъагъу икІи псори къыгуроІуэ. Абы дыкъегъэгугъэ ди гугъуехьхэм кІэ иритыну икІи ахэр зэи зыми игу къэмыкІыжыну» (Далер, Таджикистан).
Мы статьям зи псалъэхэр къыщыхьахэр псори Иеговэ и Щыхьэтхэщ. Библием и фІыгъэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжащ икІи цІыху зэхэгъэж ямыщІу зрагъэсащ (Ефес 4:31, 32). Иеговэ и Щыхьэтхэр политикэм хэІэбэкъым икІи зауэхэм зыми и лъэныкъуэр яубыдкъым (Иуан 18:36).
Иеговэ и Щыхьэтхэр псори зы унагъуэшхуэм хуэдэу зэдопсэу. Ахэр сыт щыгъуи зыр зым щІэгъэкъуэн хуохъу (Иуан 13:35). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Александрэ зауэм и ягъэкІэ и шыпхъур и гъусэу нэгъуэщІ къэралым щІэпхъуэн хуей хъуащ. Мис абы жиІэр: «Хамэ къэралым дызэрихьэу, дэ занщІэу къэтлъэгъуащ абы щыпсэу ди дэлъху, ди шыпхъухэр. Абыхэм я унэм дыщыпсэуну драгъэблэгъащ икІи а къэралым къыщекІуэкІ гъащІэм десэну ахэр къыддэІэпыкъуащ».
Ди зэІущІэхэм дэ цІыхухэм мамыру дадэпсэуфу зыщыдогъасэ. А зэІущІэхэм дэ къыщыдощІэ дуней псом мамырыгъэ щыщыІэну зэманым теухуауэ. Уэри ди зэІущІэхэм укъыдогъэблагъэ. Уэ нэхъ ппэгъунэгъуу апхуэдэ зэІущІэхэр щекІуэкІыр jw.org сайтым къыщыбгъуэтыфынущ. Абы нэмыщІ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэмкІэ Библием урагъэджэну ухуеймэ, ди сайтым заявкэ къыщыбгъанэ хъунущ.