33 УРОКЫР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуихьынур?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзакІэщ. Куэд мыщІэу абы ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыхилъхьэнущ. А Пащтыхьыгъуэм дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьынуми къэтщІэнщ.
1. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм дапхуэдэу дунейр мамыр зэрищІыжынур икІи захуагъэр зэрызэтригъэувэжынур?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь Хьисэ цІыху Іейхэмрэ цІыхухэм я пащтыхьыгъуэхэмрэ Армагеддон зауэм щигъэкІуэдынущ (Апокалипсис 16:14, 16). Абы щыгъуэ мы псалъэхэр и кІэм нэс гъэзэщІа хъунущ: «Иджыри тІэкІу дэкІмэ, цІыху хабзэншэр щыІэжынукъым» (Псалом 37:10). Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу, Хьисэ дуней псор мамыр ищІыжынущ икІи захуагъэр зэтригъэувэжынущ (Къеджэ Исайя 11:4.)
2. Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр гъэзэщІа хъуа нэужь дапхуэдэу ди гъащІэр зэрыщытынур?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и фІыгъэкІэ «цІыху пэжхэм мы щІыр я щІэину къахуэнэнущ икІи игъащІэ псокІи абы щыпсэунущ» (Псалом 37:29). Къызыщывгъэхъут цІыху пэж, цІыхуфІ фІэкІ здэщымыІэ дуней! Псори фІыуэ зэролъагъу икІи Иеговэ хуолажьэ. Зыри сымаджэкъым икІи псоми гъащІэ мыухыж яІэу мэпсэу.
3. ЦІыху Іейхэр игъэкІуэдыжа нэужь Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт ищІэнур?
Хьисэ цІыху Іейхэр игъэкІуэдыжа нэужь ар иджыри илъэс минкІэ Пащтыхьу щытынущ. А зэманым Хьисэрэ 144 000 хъу тепщэныгъэр абы дэзыІыгъынухэмрэ цІыхухэм ядэІэпыкъунущ гуэныхьым къыІэщІэкІыу дагъуэншэ хъужыну. А зэманым и кІэм щІылъэр жэнэт дахащэ хъужынущ. ЦІыхухэр псори насыпыфІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Иеговэ и жыІэм щІэтынущ. Абы иужькІэ Хьисэ тепщэныгъэр и Адэ Иеговэ иритыжынущ. Апхуэдэу Иеговэ и цІэр зэи хуэмыдэу гъэлъэпІа хъунущ! (Маттэ 6:9, 10). А псом къигъэлъэгъуэнущ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм и нэІэ зэрытригъэтыр икІи ар пащтыхьыфІу зэрыщытыр. ИужькІэ Иеговэ игъэкІуэдыжынущ ШейтІанри, жин бзаджэхэри, абыхэм я лъэныкъуэр зыубыдынухэри (Апокалипсис 20:7—10). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт ищІыжынурэ, гъащІэ дахэм зэи кІэ иІэнукъым!
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу, дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къащІэ.
4. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыху пащтыхьыгъуэхэм кІэ къахуигъэкІуэнущ
Библием зэрыжиІэмкІэ, «цІыхум адрей цІыхум зэран хуэхъуу унафэ хуещІ» (Экклезиаст 8:9). Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу захуагъэр зэтригъэувэжынущ икІи цІыхухэм хэщІыныгъэу яІауэ хъуар берычэту къаІэрыхьэжынущ.
Даниил 2:44, 2 Фессалоникэ 1:6—8 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм я пащтыхьыгъуэхэмрэ абыхэм я лъэныкъуэр зыубыдахэмрэ сыт иращІэнур?
Иеговэрэ Хьисэрэ теухуауэ къэпщІам дапхуэдэу уи фІэщ зэрищІыр ахэр захуагъэм зэрытемыкІынур?
5. Хьисэ псом нэхърэ нэхъ пащтыхьыфІщ
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь Хьисэ и лъабжьэ щІэтынухэм фІыгъуэ куэд щахуищІэну зэманым къыхуэмыгъэсу поплъэ. Хьисэ цІыхухэм ядэІэпыкъуну гукъыдэжи къаруи зэриІэр МЫ ВИДЕОМ къыщыпщІэнущ.
Хьисэ щІылъэм щыщыІам ищІа Іуэху телъыджэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм яхуищІэну фІыгъуэхэр. ИщІагъым къыщыхьахэм щыщу сытыт уэ плъэгъуну нэхъ узыхуейр? Мыбдеж къыщыхьа едзыгъуэ псоми къеджэ.
ХЬИСЭ ЩІЫЛЪЭМ ЩЫЩЫІАМ: |
ХЬИСЭ УАФЭМ ЩЫІЭУ: |
|---|---|
|
|
|
|
|
|
|
|
6. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэр насыпыфІэ ищІынущ
Иеговэ цІыхухэм яхуиІа мурад дахэр абы и Пащтыхьыгъуэм игъэзэщІэнущ. ЦІыхухэр жэнэтыщІым гъащІэ мыухыж яІэу щыпсэунущ. ВИДЕОМ феплъи Иеговэ дыкъызэригъэгугъа псори, Хьисэ къигъэсэбэпу, зэригъэзэщІэжынур къащІэ.
Псалом 145:16 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:
Иеговэ «псэ зыІут псоми зыхуэныкъуэр» зэрыхуищІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ?
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «ЦІыхухэр зэгухьэмэ, зыпэмылъэщыфын гугъуехь мы дунейм теткъым».
ЦІыху пащтыхьхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэра зэи зыпэмылъэщыфынур икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нэмыщІ нэгъуэщІым зыми ар щІыхузэфІэмыкІынур сыт?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Пащтыхьыгъуэм Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэнущ. А Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт дахэ ищІыжынущ икІи абы щыпсэуну цІыхуфІхэр Иеговэ игъащІэкІэ хуэлэжьэнущ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм Иеговэ и цІэр дапхуэдэу зэригъэлъэпІэнур?
Библием ит гугъэ дахэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэригъэзэщІэнум сыт щыхьэт техъуэр?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну фІыгъуэхэм щыщу дэтхэнэра уэ къыпхуэмыгъэсу узыпэплъэр?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Армагеддоныр зищІысыр къащІэ.
«Армагеддон зауэр сыт зищІысыр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)
Хьисэ «гузэвэгъуэшхуэкІэ» зэджа зэманым къэхъуну Іуэхугъуэхэм теухуауэ къащІэ (Мт 24:21).
«ГузэвэгъуэшхуэкІэ зэджэр сыт?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)
Жэнэтым дыщыІэу ди нэгу къызэрыщІэдгъэхьэ хъунум теухуауэ еплъ.
«Сэ упщІэ куэдым сагъэпІейтейт» жыхуиІэ статьям уэ къыщыпщІэнущ политикэм пэщІэува щІэпхъаджащІэм Библием еджэн щІидза иужь зэрызихъуэжар.
«Библием гъащІэр ехъуэж» («ХъумакІуэ чэщанэ», щІышылэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)