47 СТАТЬЯР
Иеговэ фыбгъэдишыну зыри хуит фымыщІ!
«Сэ сызыщыгугъыр уэращ, Иеговэ» (ПС. 31:14).
122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ гъунэгъу зыкъытхуищІыну зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр?
ИЕГОВЭ гъунэгъу зыхуэтщІыну дыкърегъэблагъэ (Екъуб 4:8). Ар хуейщ ди Алыхьу, ди Адэу икІи ди Ныбжьэгъуу щытыну. Абы ди тхьэлъэІухэм жэуап кърет икІи зэман гугъухэм деж къыддоІэпыкъу. Абы нэмыщІ Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу дрегъаджэ икІи дыкъехъумэ. НтІэ, Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
2. Дапхуэдэу Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыфынур?
2 Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм, и Псалъэм дыщеджэм икІи дызэджам дыщегупсысым деж, дэ абы гъунэгъу зыхудощІ. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэмрэ фІыщІэмрэ хохъуэ. Абы щыгъуэ Иеговэ дедэІуэну икІи и цІэр дгъэлъэпІэну дэ гукъыдэж диІэ мэхъу. Апхуэдэу дыхущытыну зыхуэфащэр Иеговэ закъуэщ! (Апок. 4:11). Дэ ар нэхъыфІу къэтцІыхуху, езыми и организацэми дзыхь нэхъ хуэтщІу дохъу.
3. Иеговэ дыбгъэдишын щхьэкІэ, ШейтІаным сыт ищІэр, ауэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ къэдмыгъэнэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 31:13, 14).
3 Ауэ Иеговэ дыбгъэдишыну ШейтІаныр хущІокъу, псом хуэмыдэу гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж. Сыт хуэдэ Іэмалыра абы къигъэсэбэпыр? Хуэм-хуэмурэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэдмыщІыжу дищІыну ар хэтщ. Ауэ дэ ехъулІэныгъэ диІэу абы дыпэщІэтыфынущ. Ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытмэ икІи Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІмэ, дэ Алыхьри и организацэри зэи къэдгъэнэнукъым. (Къеджэ Псалом 31:13, 14.)
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Дунейм дызрихьэлІэфыну гугъуехьищым мы статьям и гугъу щытщІынущ. Абыхэм щыщ дэтхэнэ зыми Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэдмыщІыжу дищІыфынущ. А гугъуехьхэм дапхуэдэу Иеговэ дыкъызэрыбгъэдашыфынур? ИкІи, ШейтІаным дыпэщІэтын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
ГУГЪУЕХЬХЭМ ДЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ
5. Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэдмыщІыжу гугъуехьхэм дапхуэдэу дызэращІыфынур?
5 Иныкъуэхэм деж дэ гугъуехь хьэлъэхэм дыпэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, ди унагъуэм щыщхэр къытпэщІэувэнкІэ е ди лэжьапІэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ. А гугъуехьхэм Иеговэрэ абы и организацэмрэ дапхуэдэу дызэрыбгъэдашыфынур? Гугъуехьыр кІыхьлІыхь щыхъум деж, ди лъэр щІэхуфынущ икІи ди Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къытщыхъуфынущ. ШейтІаным апхуэдэ Іуэхугъуэхэр къегъэсэбэп, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэу дищІын щхьэкІэ. Ди гугъуехьхэр Иеговэрэ абы и организацэмрэ къабгъэдэкІыу абы ди фІэщ ищІыну хэтщ. Мысыр щІыналъэм щыщыІам щыгъуэ, Израил лъэпкъым щыщ языныкъуэ цІыхухэми апхуэдэ гуэр къащыщІауэ щытащ. ЯпэщІыкІэ абыхэм я фІэщ хъуащ, ахэр гъэрыпІэм къришыжын щхьэкІэ, Мусэрэ Хьэрунрэ Иеговэ къызэригъэкІуар (Исх. 4:29—31). Ауэ израил цІыхухэм я гъащІэр фирхьэуным нэхъ гугъуж ищІа иужь, абыхэм Мусэрэ Хьэрунрэ ягъэкъуаншэу щІадзащ. Абыхэм жаІэт: «Фэ фи ягъэкІэ фирхьэунымрэ абы и унэІутхэмрэ дыкъалъагъу мыхъуу хъуащ. ДызэраукІын джатэ фэ абыхэм яІэщІэфлъхьащ» (Исх. 5:19—21). Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр ягъэкъуэншэну дауэ абыхэм я гум къэкІыхха? НтІэ, ди гугъуехьхэр кІыхьлІыхь щыхъум деж, Иеговэрэ абы и организацэмрэ адэкІи дзыхь яхуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
6. Ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну Аввакум бегъымбарым и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? (Аввакум 3:17—19).
6 Фи гум илъу хъуар Иеговэ хуэфІуатэ икІи абы и деж дэІэпыкъуэгъу къыщыфлъыхъуэ. Аввакум бегъымбарыр гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Зэгуэр абы Иеговэ и нэІэ зэрытригъэтым шэч къытрихьэу щІидзауэ къыщІэкІынущ. Аращ Аввакум и гурыщІэхэмкІэ Иеговэ щІыдэгуэшар. Абы мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ, укъыздэІэпыкъуну иджыри куэдрэ сынолъэІуну, щхьэ сызэхомыхрэ? [...] Іейр щІэзбгъэлъагъур сыт?» (Авв. 1:2, 3). Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и тхьэлъэІу гуащІэм жэуап иритыжащ (Авв. 2:2, 3). Япэм щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлу щытам егупсыса иужь, абы и гум гуфІэгъуэ къихьэжащ. Иджы Аввакум быдэу и фІэщ хъут Иеговэ и нэІэ абы къызэрытригъэтыр. Абы нэмыщІ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщІэтыну ар къызэрыдэІэпыкъуфынум бегъымбарым шэч къытрихьэжтэкъым. (Къеджэ Аввакум 3:17—19.) Мы Іуэхугъуэм сытым дыхуигъасэрэ? Гугъуехь хьэлъэхэм дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэнщ икІи ди гум илъу хъуар хуэтІуэтэнщ. Япэм щыгъуэ Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъуам дегупсысынщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ дзыхь нэхъ хуэтщІу дыхъунущ икІи сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыну къару къызэрыдитынум шэч къытетхьэнукъым. Абы и дэІэпыкъуэгъур зыхэтщІа иужь, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ.
7. Ширли и дэлъхум сыт абы и фІэщ ищІыну зыхэтар икІи ди шыпхъум Иеговэ адэкІи дзыхь хуищІыну сыт къыдэІэпыкъуар?
7 Иеговэ гъунэгъу фыхуэзыщІ Іуэхухэм адэкІи фыхэт. Папуа-Новая Гвинеем щыщ ди шыпхъу Ши́рлиb гугъуехьхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ къыдэІэпыкъуар аращ. Абы и унагъуэр хуэмыщІауэ псэут икІи ерыскъы щамыгъуэти къэхъут. Ширли Иеговэ дзыхь зэрыхуищІым и дэлъхур зэран хуэхъуну хэтащ. Абы мыпхуэдэу жиІэт: «Алыхьым и къару лъапІэр къывдэІэпыкъуу жыпІэкъэ? Дэнэ-тІэ ар здэщыІэр? Фэ тхьэмыщкІэу фызэрыщытам хуэдэу иджыри фыщытщ. Библием итыр цІыхухэм яжепІэу узэрыдэтымкІэ уэ уи зэманыр бгъэкІуэду аращ». Ди шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сегупсысащ: ярэби, пэж дыдэу Алыхьым дыщымыгъупщауэ пІэрэ? Ауэ сызыгъэгузавэ гупсысэхэр сымыбзыщІу занщІэу Иеговэ хуэсІуэтащ. Сэ Библиемрэ ди публикациехэмрэ седжэн щызгъэтакъым икІи адэкІи хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэІущІэхэмрэ жыджэру сыхэтт». Куэд дэмыкІыу Ширли къыгурыІуащ абы и унагъуэм Иеговэ и нэІэ зэрытригъэтыр. Ахэр ерыскъым щыщІэтэкъым икІи насыпыфІэу щытт. Ширли къыддогуашэ: «Сэ зыхэсщІэт Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритыр» (1 Тим. 6:6—8). Уэри Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм зэпымыууэ ухэту щытмэ, узыпэщІэхуэ гугъуехьхэмрэ зыгуэрым шэч къызэрытепхьэмрэ Иеговэ убгъэдашыну хуит пщІынукъым.
ПЩІЭ ЗЫПЫЛЪ КЪАЛЭНХЭР ЗЫГЪЭЗАЩІЭ КЪУЭШХЭМ ЗАХУАГЪЭ ХЭМЫЛЪУ ЩАХУЩЫТЫМ ДЕЖ
8. ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуэфыну?
8 Ди бийхэм хъыбарыщІэхэмрэ соцсетьхэмрэ къагъэсэбэпу пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм теухуауэ пцІы ягъэбагъуэ (Пс. 31:13). Языныкъуэ къуэшхэм ямыщІа Іуэхухэм щхьэкІэ пцІы тралъхьэри, тутнакъым ягъэтІысащ. Япэ лІэщІыгъуэми Іуэхур апхуэдэущ зэрыщытар. Паул захуагъэ хэмылъу хьэкум тращІыхьри, лъэхъуэщым ирадзауэ щытащ. Дауэ ар къуэш, шыпхъухэм къазэрыщыхъуар?
9. Апостол Паул лъэхъуэщым щагъэтІысам щыгъуэ, языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм сыт ящІар?
9 Апостол Паул Рим къалэм лъэхъуэщым щагъэтІысам щыгъуэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм ар къагъэнащ (2 Тим. 1:8, 15). Сыт абыхэм апхуэдэу щІащІар? Хэти ар тутнакъым зэрисым щхьэкІэ укІытэу и щІыб абы хуигъэзауэ къыщІэкІынущ (2 Тим. 2:8, 9). Хэти, Паул хуэдэу, тутнакъым ягъэтІысынкІэ шынауэ къыщІэкІынущ. Къуэш, шыпхъухэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ямыІами, а зэманым Паул иІа гурыщІэхэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Абы а цІыхухэм щхьэкІэ гугъуехь куэд ишэчащ, уеблэмэ, и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІаи къэхъуащ (Апост. 20:18—21; 2 Кор. 1:8). Паул гугъуехь щыпэщІэхуам щыгъуэ ар къэзыгъэна къуэш, шыпхъухэм хуэдэу дыщымытын щхьэкІэ, къару едвгъэхьэлІэ! НтІэ, пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм захуагъэ хэмылъу щахущытым деж, сыт дэ зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
10. ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэр къыщрахуэкІым деж, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр икІи сыт щхьэкІэ?
10 ДыкъыщІрахуэкІым и щхьэусыгъуэр икІи ар къызыбгъэдэкІыр хэтми зыщывмыгъэгъупщэ. 2 Тимофей 3:12 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цІыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ». Абы къыхэкІкІэ дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым ШейтІаным пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм зэратрикъузэр. Абы ахэр Алыхьым иригъэпцІыжыну икІи апхуэдэу дэ дигъэшынэну хущІокъу (1 Пет. 5:8).
Онесифор лІыгъэ хэлъу Паул дэІэпыкъуу щытащ, ар лъэхъуэщым щрадзам щыгъуэ. Мы сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, Иеговэ и Щыхьэтхэм тутнакъым ягъэтІыс къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэ (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)
11. Онесифор и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (2 Тимофей 1:16—18).
11 Къуэшхэм сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн фахуэхъу икІи абыхэм хуэпэжу фыщыт. (Къеджэ 2 Тимофей 1:16—18.) Япэ лІэщІыгъуэм псэуа ди къуэш Онесифор и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы теухуауэ Паул мыпхуэдэу итхащ: «Іэпхлъэпх сыщащІами [абы] и щІыб къысхуигъэзакъым». Онесифор и щытыкІэр нэхъапэІуэкІэ дызытепсэлъыхьа къуэш, шыпхъухэм я щытыкІэм куэдкІэ къыщхьэщыкІт: абы Паул къилъыхъуащ, къигъуэта иужьи щІэгъэкъуэн хуэхъуащ. Онесифор апхуэдэу зэрищІам и зэран къекІыфынут. А къуэшым и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? ЦІыхухэм дащышынэу лІыгъэр зыфІэдгъэкІуэд хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэран къытхуэхъунущ я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ кърахуэкІ къуэшхэм дадэІэпыкъуну. Абыхэм сыт щыгъуи дакъыщхьэщыжынщ икІи щІэгъэкъуэн дахуэхъунщ (Прит. 17:17). Ахэр ди лъагъуныгъэмрэ ди дэІэпыкъуэгъумрэ хуабжьу хуэныкъуэщ.
12. Урысейм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
12 Абы теухуауэ Урысейм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм щапхъэфІ дагъэлъагъу. Ахэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ тутнакъым ягъэтІысахэм сыт и лъэныкъуэкІи зэрыдэІэпыкъуным хущІокъу. Иеговэ и Щыхьэтхэм суд щытращІыхьым деж, ахэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ, къуэш, шыпхъу куэдыр абы къокІуалІэ. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм пцІы щытралъхьэм, ахэр къыщрахуэкІым икІи тутнакъым щагъэтІысым деж, шынэр зытевмыгъакІуэ. Абыхэм щхьэкІэ Иеговэ фелъэІу, я унагъуэм щыщхэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу икІи фазэрыдэІэпыкъун нэгъуэщІ Іэмалхэр къэфлъыхъуэ (Апост. 12:5; 2 Кор. 1:10, 11).
АУАН ДЫЩАЩІЫМ ДЕЖ
13. Ауан дызэращІым Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэдмыщІыжу дапхуэдэу дызэрищІыфынур?
13 ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум икІи Иеговэ и хабзэ къабзэхэм дызэрытетым щхьэкІэ, ди фІэщхъуныгъэр къыддэзымыІыгъ ди благъэхэм, къыддэлажьэхэм е къыддеджэхэм ауан дащІыфынущ (1 Пет. 4:4). Иныкъуэхэм деж абыхэм мыпхуэдэу жаІэ: «Уэ уцІыху хъарзынэщ, ауэ уи диным къыпхуигъэувыр егъэлеяуэ ткІийуэ щытщ икІи ар ди зэманым хуэкІуэкъым». Адрейхэм ягу ирихькъым зэхуэсым хагъэкІахэм дазэрыхущытыр. Ахэр ди гум къеуэн щхьэкІэ, мыпхуэдэу жаІэ: «ИтІани цІыхухэр фІыуэ плъагъуу жыбоІэф!» Апхуэдэ псалъэхэм ди гум гурыщхъуэ къралъхьэфынущ. Абы и ягъэкІэ мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысу щІэддзэнкІэ хъунущ: «Иеговэ куэдыІуэ къысхуимыгъэуву пІэрэ? Абы и хабзэхэр егъэлеяуэ ткІийуэ щымыту пІэрэ?» Апхуэдэ Іуэхугъуэм упэщІэхуауэ щытмэ, Иеговэрэ абы и организацэмрэ пэжыжьэ зыхуомыщІыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
Іэиуб ауан зыщІ и ныбжьэгъухэм жаІэ пцІыр и фІэщ ищІын идакъым. Абы мыпхуэдэу жиІащ: «СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (14-нэ абзацым феплъ.)
14. Иеговэ и хабзэхэм дызэрытетым щхьэкІэ ауан дыщащІым деж, сыт тщІэн хуейр? (Псалом 119:50—52).
14 Сыт къэмыхъуами, Иеговэ и хабзэхэм фытет. Іэиуб абыкІэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар ауан зэращІым щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ и хабзэхэм сыт щыгъуи тетт. Абы и ныбжьэгъухэм щыщ зым Іэиуб и дуней тетыкІэр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу и фІэщ ищІыну хэтащ (Иов 4:17, 18; 22:3). Ауэ а пцІыр абы и фІэщ ищІын идакъым. Іэиуб ищІэт Іеймрэ фІымрэ теухуауэ Иеговэ игъэува хабзэхэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур икІи абыхэм тетыну мурад быдэ ищІат. Іэиуб зыгъэкъуаншэхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (Иов 27:5, 6). Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? ЦІыхухэм ауан дащІыфынущ, ауэ Иеговэ и хабзэхэм дзыхь зэрыхуэтщІым ар зэран хуэдгъэхъу хъунукъым. Аращи, Иеговэ къыпхуищІа псор уигу къэгъэкІыж. Абы и хабзэхэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр икІи сэбэпынагъ къызэрытхуахьыр уэ мызэ-мытІэу зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ. А хабзэхэм тет организацэр зэи къомыгъанэ! Апхуэдэу пщІэмэ, цІыхухэм дапхуэдизрэ ауан уамыщІами, абы уэ зэи Иеговэ убгъэдишыфынукъым. (Къеджэ Псалом 119:50—52.)
15. Ди шыпхъу Бриджит ауан щІащІыр сытыт?
15 Индием щыщ ди шыпхъу Бри́джит и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ и благъэхэм ар ауан ящІт. Абы псым зыщІигъэуа иужь куэд дэмыкІыу, 1997-нэ гъэм Иеговэ и Щыхьэту щымыт и щхьэгъусэм и лэжьапІэр фІэкІуэдащ. Арати, Бриджит и щхьэгъусэм нэгъуэщІ къалэм щыпсэу и адэ-анэм я деж ахэр ишэжащ. Ауэ Бриджит нэгъуэщІ гъэунэхуапІэхэми пэщІэхуащ. И щхьэгъусэм лэжьапІэ зэримыгъуэтым къыхэкІкІэ и унагъуэр ипІын щхьэкІэ ар махуэ псокІэ лэжьэн хуей хъут. Абы нэмыщІ ар зэІущІэхэм кІуэн щхьэкІэ нэхъ мащІэ дыдэу километр 350 хуэдиз зэпичын хуейт. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Бриджит и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ и щхьэгъусэм и Іыхьлыхэр хуабжьу къыпэщІэувэт. Іуэхур апхуэдизкІэ гугъу хъуати, ди шыпхъум и унагъуэр аргуэру Іэпхъуэн хуей хъуащ. Абы иужь и щхьэгъусэр къытехуэри, лІащ. ИужькІэ абы ипхъухэм языхэзыр лышх узым илІыкІащ. Ар илъэс 12 фІэкІа хъутэкъым. Абы щыгъуэ Іуэхур нэхъ гугъуж хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и щхьэгъусэм и Іыхьлыхэм къэхъуа псом щхьэкІэ Бриджит ягъэкъуаншэт. Абыхэм жаІэт ар Иеговэ и Щыхьэт мыхъуатэмэ, а гузэвэгъуэхэр къащымыщІыну. Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, ди шыпхъум Иегови абы и организацэми адэкІи дзыхь яхуищІт.
16. Бриджит Иеговэрэ абы и организацэмрэ къызэримыгъэнам сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуа?
16 Бриджит зэхуэсым зэрыпэжыжьэм къыхэкІкІэ районым и нэхъыжьым абы чэнджэщ иритащ щыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр щигъэІуну икІи и унэм зэІущІэхэр щригъэкІуэкІыну. ЯпэщІыкІэ Бриджит ар гугъуу къыщыхъуащ, ауэ итІанэми ар а чэнджэщым едэІуащ. Ди шыпхъур хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэт, и унэм зэІущІэхэр щригъэкІуэкІт икІи ипхъухэм я гъусэу Библиер иджт. Сыт абы къыпэкІуар? Бриджит цІыху куэд Библием иригъаджэт икІи абыхэм щыщу куэдым псым зыщІагъэуащ. 2005-нэ гъэм абы общэ пионеру лэжьэн щІидзащ. Бриджит Иеговэ дзыхь хуищІын икІи и организацэм хуэпэжу щытын къигъэнакъым. Абы щхьэкІэ ди шыпхъум Алыхьым и нэфІ къыщыхуащ. Абы ипхъухэр Иеговэ хуолажьэ икІи ар щыпсэу щІыпІэм иджыпсту зэхуэситІ щыІэщ. Бриджит шэч лъэпкъ къытрихьэкъым и гугъуехьхэм пэлъэщыну икІи и Іыхьлыхэм ар ауан къызэращІыр ишэчыну Иеговэ абы къызэрыдэІэпыкъуам.
ИЕГОВЭРЭ АБЫ И ОРГАНИЗАЦЭМРЭ ХУЭПЭЖУ ФЫКЪАНЭ
17. Ди акъылыр сытым тедухуэн хуей?
17 ШейтІаным ди фІэщ ищІыну хуейщ, гугъуехьхэм дыпэщІэхуэу щытмэ, Иеговэ дыкъигъэнэну икІи Алыхьым и организацэм дызэрыхэтым ди гъащІэр нэхъ гугъуж ищІыну. Иджыри ар хуейщ пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм пцІы зэрытралъхьэм, къызэрырахуэкІым икІи тутнакъым зэрагъэтІысым къыхэкІкІэ шынэм дызэщІиубыдэну. Абы нэмыщІ ШейтІаныр хущІокъу ауан дызэращІыр къигъэсэбэпу Иеговэ и хабзэхэр зэрыпэжым шэч къытетхьэу икІи и организацэм дзыхь хуэдмыщІыжу дищІыну. Ауэ ШейтІаным къигъэсэбэп Іэмал бзаджэхэм дэ фІыуэ дызэрыщыгъуазэм къыхэкІкІэ абы дыкъыхуэгъэпцІэнукъым (2 Кор. 2:11). ШейтІаным зыкъевмыгъэгъапцІэ икІи Иеговэрэ абы и организацэмрэ хуэпэжу фыкъанэ. Иеговэ зэи фыкъызэримыгъэнэнур зыщывмыгъэгъупщэ (Пс. 28:7). Аращи, Иеговэ фыбгъэдишыну зыри хуит фымыщІ! (Рим 8:35—39).
18. КъыкІэлъыкІуэ статьям дызытепсэлъыхьынур сыт?
18 Мы статьям и гугъу щытщІащ дунейм дызрихьэлІэфыну гугъуехьхэм. Ауэ зэхуэсым дызрихьэлІэфыну гугъуехьхэм къыхэкІкІи Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь зэрахуэтщІыр гъэунэхуа хъуфынущ. Абыхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям а упщІэм и жэуапыр къыщытщІэнущ.
118-НЭ УЭРЭДЫР «ФІэщхъуныгъэу диІэм къытхухэгъахъуэ»
a Мы иужьрей махуэхэм пэжагърэ теубыдагъэрэ дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, дэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ адэкІи дзыхь хуэтщІын хуейщ. Иеговэ дзыхь хуэдмыщІыжу дищІын щхьэкІэ, ШейтІаным гъэунэхуапІэхэр къегъэсэбэп. Абыхэм щыщу Іуэхугъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ икІи, ШейтІаным дыпэщІэтын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми дытепсэлъыхьынущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.