48 СТАТЬЯР
Алыхьым фызэрыхуэпэжыр гъэунэхуа щыхъум деж, гупсысэкІэ тэмэм зивгъэІэ
«Сыт и лъэныкъуэкІи гупсысэкІэ тэмэм зигъэІэ» (2 ТИМ. 4:5, ДУНЕИЩІЭ).
123-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и унафэм пэжу дытетщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. «ГупсысэкІэ тэмэм зигъэІэн» жыхуиІэм къикІыр сыт? (2 Тимофей 4:5).
ГУГЪУЕХЬХЭМ дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэрэ абы и организацэмрэ хуэпэжу дыщытыну щымытынш къохъу. А гугъуехьхэм дауэ дыпэлъэща хъуну? Абы щхьэкІэ гупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэн, «дымыжейуэ» дысакъын икІи фІэщхъуныгъэм и гъуэгум быдэу дытетын хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 4:5.) «ГупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэн» жыхуиІэм сыт къикІыр? Абы къокІ егъэлеяуэ дымыгузэвэну, акъыл жан зидгъэІэну икІи Иеговэ и нэкІэ сыт хуэдэ Іуэхуми дызэреплъыным дыхущІэкъуну. Апхуэдэу тщІэмэ, ди гурыщІэхэр япэ идмыгъэщу акъыл зыхэлъ унафэхэр къэтщтэнущ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Мыбы ипэ дджа статьям дунейм дызыщрихьэлІэфыну гугъуехьищым и гугъу щытщІащ. Мы статьям зэхуэсым дызрихьэлІэфыну гугъуехьищ щызэпкърытхынущ. Абыхэми Иеговэ дызэрыхуэпэжыр ягъэунэхуфынущ. Дэ мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьынущ: 1) къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытам деж, 2) ди къуаншагъэр щыдагъэлъэгъужым деж, 3) организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм арэзы дытехъуэну щыгугъум деж. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, гупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэн икІи Иеговэрэ абы и организацэмрэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?
ЗАХУАГЪЭ ХЭМЫЛЪУ КЪЫЩЫТХУЩЫТАМ ДЕЖ
3. Къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къытхущытауэ щытмэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?
3 Къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къыщыфхущыта къэхъуа? Уеблэмэ, ар зэхуэсым и нэхъыжьу щытагъэнкІи хъунущ. ДауикІ, а къуэшым уи жагъуэ ищІыну хуеяуэ къыщІэкІынкъым (Рим 3:23; Екъуб 3:2). Ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, уэ ар хуабжьу уи жагъуэ хъуащ. Абы узэрегупсысыр уи жейри пфІигъэкІуэдауэ къыщІэкІынт. Уэ мыпхуэдэ упщІэ зэптыж хъунт: «Къуэшым апхуэдэу ищІэмэ, мыр Алыхьым и организацэу жыпІэ хъуну?» ШейтІаныр зыхуей дыдэр апхуэдэу дыгупсысэу щІэддзэныращ (2 Кор. 2:11). Апхуэдэ гупсысэкІэм дэ Иеговэрэ абы и организацэмрэ пэжыжьэ дыхуищІыфынущ. НтІэ, къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къытхущытауэ къыщытлъытэм деж, гупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
4. Исуф захуагъэ хэмылъу къыщыхущытам щыгъуэ, дапхуэдэу и акъылыр зэрихъумар икІи сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? (ЩІэдзапІэ 50:19—21).
4 Фи гум гужьгъэжь ивмыгъэлъ. Исуф щІалэщІэу щыщытам щыгъуэ и къуэш нэхъыжьхэр абы захуагъэ хэмылъу хущытащ. Абыхэм ар ялъагъу хъутэкъым, уеблэмэ, и къуэшхэм ящыщ гуэрхэми ар яукІыну хуейт (ЩІэдз. 37:4, 18—22). ИкІэм-икІэжым абыхэм Исуф гъэру ящащ икІи илъэс 13-м къриубыдэу абы гугъуехь куэд ишэчын хуей хъуащ. А зэманым Исуф Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъум шэч къытрихьэфынут икІи абы ар къигъэнауэ къыщыхъуфынут. Ауэ Исуф и гум гужьгъэжь иримыгъэлъу, гупсысэкІэ тэмэм зригъэІащ. Сытыт ар къызыхэщыр? Абы и гум мамырыгъэ иригъэлъыну хущІэкъут. И къуэшхэм къращІам хуэдэ ярищІэжыну Іэмал щиІам щыгъуэ, Исуф лъагъуныгъэ хэлъу абыхэм яхуигъэгъуащ (ЩІэдз. 45:4, 5). Сыт ар Исуф щІыхузэфІэкІар? Абы и акъылыр зытриухуар и гугъуехьхэракъым, атІэ Иеговэ и мурадыращ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 50:19—21.) Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыпхущытауэ щытмэ, Иеговэ зыхуомыгъэгусэ икІи абы укъигъэнауэ уимыгугъэ. Абы ипІэкІэ а гугъуехьым упэлъэщыну ар къызэрыбдэІэпыкъум егупсыс. Абы нэмыщІ, нэгъуэщІхэм уи жагъуэ къыщащІым деж, абыхэм я ныкъусанхэр лъагъуныгъэмкІэ зэрыщІэпхъумэным иужь ит (1 Пет. 4:8).
5. Микеас захуагъэ хэмылъу къыщыхущытам щыгъуэ, гупсысэкІэ тэмэм иІэн щхьэкІэ, сыт ищІар?
5 Ди зэманым къэхъуа зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ. Ипщэ Америкэм щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжьу щыт Мике́асb игу къегъэкІыж пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэш гуэрхэр абы пхъашэу къызэрыхущытар. Абы жеІэж: «Абы ипэ апхуэдизу зэи сыгузэвакъым. Сэ егъэлеяуэ си лъэр щІэхуат икІи си жейр сфІэкІуэдат. Си Іуэхум хэкІыпІэ иІэу зэрызмылъагъум къыхэкІкІэ сыгът». Ауэ, абы емылъытауэ, Микеас гупсысэкІэ тэмэм зригъэІэну икІи и гурыщІэхэм пэлъэщыну хущІэкъут. Абы щІэх-щІэхыу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт икІи и къару лъапІэмрэ шыІэныгъэрэ къритыну елъэІут. Абы нэмыщІ сэбэп къыхуэхъуфыну чэнджэщхэр Микеас ди публикациехэм къыщилъыхъуэт. Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къыфхущытамэ, фи гум илъ мамырыгъэр фхъумэ икІи гурыщІэ Іейхэр зэрызытевмыгъэкІуэным фыхущІэкъу. А цІыхум апхуэдэу щІыжиІам е щІищІам и щхьэусыгъуэ псор дэ дымыщІэнкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ псори жефІэж икІи а къуэшым е шыпхъум и нэкІэ Іуэхум феплъын щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Абы щыгъуэ фи жагъуэ къэзыщІам хуэвгъэгъуфыну къыщІэкІынщ (Прит. 19:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ фи Іуэхур елъагъу икІи ар зэрыфшэчын къару къывитынущ (2 Лет. 16:9; Эккл. 5:8).
ДИ КЪУАНШАГЪЭР ЩЫДАГЪЭЛЪЭГЪУЖЫМ ДЕЖ
6. Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырыр лъагъуныгъэм къызэрыхэкІыр къыдгурыІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Еврейхэм 12:5, 6, 11).
6 Иеговэ ди къуаншагъэр щыдигъэлъэгъужым деж, дэ ар дигу иримыхьынкІэ хъунущ. Ауэ ди акъылыр ди гурыщІэхэм тедухуэу щытмэ, къыттралъхьэ тезырыр къэдмылэжьауэ икІи ткІииІуэу къэтлъытэнкІэ хъунущ. Абы щыгъуэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэм гу лъыдмытэнкІэ хъунущ: Иеговэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ ди къуаншагъэр зэрыдигъэлъэгъужым. (Къеджэ Еврейхэм 12:5, 6, 11). Абы нэмыщІ ди гурыщІэхэр зытедгъакІуэмэ, ШейтІаным ахэр къигъэсэбэпыну Іэмал еттынущ. Ар хуейщ Иеговэ дызэригъасэр ІэщІыб дигъэщІыну икІи Алыхьми зэхуэсми пэжыжьэ дыхуэхъуну. Фи къуаншагъэр фагъэлъагъужамэ, дапхуэдэу гупсысэкІэ тэмэм зэрызивгъэІэнур?
Петр и щыуагъэхэр щрагъэлъэгъужам, Іэдэбагъ хэлъу и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр зэрыхилъхьам къыхэкІкІэ, Иеговэ абы нэгъуэщІ къалэнхэри хуигъэфэщащ (7-нэ абзацым феплъ.)
7. 1) Сурэтым феплъ. Петр и щыуагъэр щрагъэлъэгъужам щыгъуэ, Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуам и фІыгъэкІэ Иеговэ абы сыт къыхуигъэфэщар? 2) Петр и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
7 Фи къуаншагъэр щывагъэлъэгъужым деж, зэрызыфхъуэжыным иужь фит. Хьисэ адрей апостолхэм ялъагъуу Петр и щыуагъэхэр зэрыригъэлъэгъужар зэкъым (Мк. 8:33; Лк. 22:31—34). ДауикІ, ар Петр игу ирихьа хъункъым, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, ар Хьисэ хуэпэжу къэнащ. Абы и щыуагъэхэм дерс къыхихри, зыхуэныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр и гъащІэм хилъхьащ. Петр и пэжагъым щхьэкІэ Иеговэ абы и нэфІ щыхуащ икІи пщІэ зыпылъ къалэнхэр зэхуэсым щигъэзэщІэну хуигъэфэщащ (Ин. 21:15—17; Апост. 10:24—33; 1 Пет. 1:1). Петр и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ди щыуагъэр щыдагъэлъэгъужым деж, ди гурыщІэхэм егъэлеяуэ демыгупсысу, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхэтлъхьэным иужь диту щытмэ, дэ ди щхьэми адрейхэми яфІ къыдолъыхъуэ. Абы щыгъуэ Иеговэрэ ди къуэшхэмрэ нэхъ сэбэп дахуохъу.
8, 9. Бернарду тезыр къыщытралъхьам щыгъуэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа икІи и гупсысэкІэр ихъуэжыну абы къыдэІэпыкъуар сыт?
8 Иджы Мозамбик щыщ ди къуэш Берна́рду и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр къыІахыжат. А къуэшым япэщІыкІэ сыт хуэдэ гурыщІэ иІар? Абы жеІэж: «Сэ ар си жагъуэ сщІат икІи къыстралъхьа тезырымкІэ сыарэзытэкъым». Бернарду зэхуэсым щыщхэр къызэрыхущытыным иригузавэт. Ар къыддогуашэ: «Сэ а Іуэхум тэмэму сеплъу икІи Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэсщІу сыхъужын щхьэкІэ, мазэ зыбжанэ дэкІащ». Ди къуэшым и еплъыкІэр ихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?
9 Бернарду и гупсысэкІэр ихъуэжащ. Абы жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьу сыщыщытам щыгъуэ, Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырым еплъыкІэ тэмэм хуаІэн щхьэкІэ, сэ нэгъуэщІхэм я гъусэу Еврейхэм 12:7 итыр зэпкърысхыу щытащ. Арати, сэ сызэупщІыжащ: „Мы едзыгъуэр къэзыгъэсэбэпын хуейр хэт?“ Иеговэ и лэжьакІуэхэм псоми, сэри абыхэм сахэту». Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуищІу хъужын щхьэкІэ, Бернарду и гъащІэм нэгъуэщІ зэхъуэкІыныгъэхэри хилъхьащ. Бернарду Библием нэхъыбэрэ еджэу икІи зэджам нэхъ куууэ егупсысу щІидзащ. Зэхуэсым щыщхэр къызэрыхущытыным ар иджыри иригузавэми, абыхэм я гъусэу хъыбарыфІыр игъэІут икІи зэІущІэхэм жэуапхэр щитт. Зэман гуэр дэкІри, Бернарду аргуэру зэхуэсым и нэхъыжьу щытыну къыхуагъэфэщащ. Фэри, а къуэшым хуэдэу, тезыр къыфтралъхьауэ щытмэ, фи жагъуэ зэрывмыщІыным, чэнджэщ къыватам фызэредэІуэным икІи фи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхэфлъхьэным фыхущІэкъу (Прит. 8:33; 22:4, Гъэс.)c. Апхуэдэу фщІэуэ щытмэ, Иеговэрэ абы и организацэмрэ пэжу фызэрыбгъэдэтым щхьэкІэ, абы и нэфІ къызэрыфщыхуэнум шэч къытевмыхьэми хъунущ.
ОРГАНИЗАЦЭМ КЪЫХЫХЬЭ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭМ АРЭЗЫ ДЫТЕХЪУЭНУ ЩЫГУГЪУМ ДЕЖ
10. Израил лъэпкъым щыщ языныкъуэхэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр гъэунэхуапІэ яхуэхъуфынут?
10 Алыхьым дызэрыхуэпэжыр организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэми ягъэунэхуфынущ. Дэ дымысакъыу щытмэ, Иеговэ пэжыжьэ дыхуэхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, Мусэ и Хабзэм пыщІа зэхъуэкІыныгъэхэр Израил лъэпкъым щыщ языныкъуэхэм къазэрыщыхъуам гу лъыттэнщ. Мусэ и Хабзэр къэунэхун ипэ дин пашэм и къалэныр зыгъэзащІэу щытар унагъуэм и нэхъыжьхэрат. Абыхэм къурмэнщІыпІэхэр яухуэт икІи я унагъуэм щхьэкІэ Иеговэ къурмэнхэр къыхуахьт (ЩІэдз. 8:20, 21; 12:7; 26:25; 35:1, 6, 7; Иов 1:5). Ауэ Иеговэ абыхэм Мусэ и Хабзэр ярита иужь, унагъуэм и нэхъыжьхэм пщІэ зыпылъ а къалэныр ягъэзэщІэн щагъэтащ. Иеговэ Хьэрун и унагъуэм щыщ цІыхухъухэр дин пашэу щытыну къыхихащ. Иджы Иеговэ къурмэн къыхуэзыхьын хуейр ахэрат. А зэхъуэкІыныгъэр къыхыхьа иужь, Хьэрун и щІэблэм щымыщ унагъуэм и нэхъыжьым дин пашэм и къалэныр игъэзащІэ хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ хъунут (Лев. 17:3—6, 8, 9)d. Корей, Дафан, Авирам сымэ, абы нэмыщІ цІыху пашэу 250-р Мусэрэ Хьэрунрэ щыпэщІэувам щыгъуэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар армырауэ пІэрэт? (Чис. 16:1—3). Абы и жэуапыр нэгъэсауэ дэ тщІэкъым. Ауэ абыхэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ямыІами, ахэр Иеговэ хуэпэжу къэнакъым. Ди организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр фэри гъэунэхуапІэ фхуэхъуу щытмэ, сыт фщІэ хъунур?
Кааф и щІэблэм щыщхэм зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр афІэкІа кърахьэкІын щыхуэмейм щыгъуэ, ахэр уэрэджыІакІуэу, куэбжэ хъумакІуэу икІи гъэтІылъыпІэхэм кІэлъыплъу щытащ (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Кааф и щІэблэм щыщ гуэрхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
11 Организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр фи гум къыбгъэдэкІыу дэфІыгъ. Израил лъэпкъыр пшахъуэщІым щитам щыгъуэ, Кааф и щІэблэм щыщ левитхэм пщІэшхуэ зыпылъ къалэныр ягъэзащІэу щытащ. Лъэпкъыр гъуэгуанэ щытеувэм деж, Кааф и щІэблэм щыщ языныкъуэхэр псоми япэ иту зэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр яхьт (Чис. 3:29, 31; 10:33; Иис. Н. 3:2—4). Сыту пщІэшхуэт ар! Ауэ Иеговэ къызэригъэгугъа щІыналъэм израил лъэпкъыр ихьа иужь, Іуэхум зихъуэжащ. ЗэгурыІуэныгъэм и пхъуантэр афІэкІа къехьэкІын хуеижтэкъым. Абы къыхэкІкІэ Кааф и щІэблэм щыщхэм нэгъуэщІ къалэнхэр ягъэзащІэу щІадзащ. Сэлмэн пащтыхьу щыщытам щыгъуэ, абыхэм щыщ языныкъуэхэр — уэрэджыІакІуэу, адрейхэр — куэбжэ хъумакІуэу, хэти гъэтІылъыпІэхэм кІэлъыплъу щытащ (1 Лет. 6:31—33; 26:1, 24). Ахэр зыгуэркІэ мыарэзыуэ е нэхъ пщІэ зыпылъ къалэн къалъыхъуэу щытауэ зыщІыпІи иткъым. Абыхэм я щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр фи гум къыбгъэдэкІыу дэфІыгъ, ахэр фэ къыфлъэІэсу щытми. Сыт хуэдэ къалэн къывамытами, гуфІэгъуэ фиІэу ар вгъэзащІэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ лъапІэу фІыщІилъытэр къалэн вгъэзащІэм елъытакъым, атІэ ар зэлъытар абы хуэжыІэдаІуэу фызэрыщытыращ (1 Сам. 15:22).
12. Зайнэ Вефилыр къигъэнэн хуей хъуа иужь, сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа?
12 Ближний Восток жыхуаІэ лъэныкъуэм щыпсэу ди шыпхъу За́йнэ и щапхъэм деплъынщ. Абы Вефиль лэжьыгъэр фІыуэ илъагъут. Ауэ Вефилым илъэс 23-м щІигъукІэ щылэжьа иужь, ар специальнэ пионер ящІащ. Абы жеІэж: «Сэ абы егъэлеяуэ Іэнкун сищІат икІи зыри сримыщІысу зыкъысщыхъужт». Иджыри ар мыпхуэдэу зэупщІыжт: «Сыт хуэдэ щыуагъэу пІэрэ сэ сщІар?» Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъу языныкъуэхэм мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ абы и гукъеуэр хагъахъуэт: «Вефилым ущиІа къалэныр фІыуэ бгъэзащІэ хъунтэкъыми, арауэ къыщІэкІынщ укъыщІагъэкІуэжар». Зы зэман гуэркІэ а шыпхъум и гур апхуэдизу иудауэ щытати, ар жэщ къэс гъыт. Ауэ абы жеІэ: «Иеговэрэ абы и организацэмрэ фІыуэ сызэралъагъум сэ зэи шэч къытесхьакъым». Зайнэ гупсысэкІэ тэмэм зригъэІэну сыт къыдэІэпыкъуар?
13. Ди шыпхъу Зайнэ зыгъэгузавэ гурыщІэхэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъуар?
13 Зайнэ зыгъэгузавэ гурыщІэхэм пэлъэщыфащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы и Іуэхум хуэкІуэ ди публикациехэм ит статьяхэм ар еджэт. Псом хуэмыдэу абы къыдэІэпыкъуащ 2001-нэ гъэм, мазаем и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Побеждай уныние!» жыхуиІэ статьяр. А статьям ХъыбарыфІ тхылъхэм щыщ зыр зытхыжа Марк и гугъу ищІт. Абы щыжыІат, Марк и къалэнхэм зыщахъуэжым деж, апхуэдэ гурыщІэхэр иІагъэнкІэ зэрыхъунур. Зайнэ игу къегъэкІыж: «Марк и щапхъэр хущхъуэгъуэ схуэхъуащ». Абы нэмыщІ Зайнэ и ныбжьэгъухэм пэІэщІэ захуищІакъым икІи зыфІэгуэныхь хъужу щытакъым. Сыт хуэдэ гупсысэм ар къыхуэкІуа? Абы ищІэт Иеговэ и къару лъапІэмкІэ и организацэр зэрызригъакІуэр икІи пщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэм ар фІыуэ зэралъагъур. Абы нэмыщІ Зайнэ къыгурыІуащ организацэм и дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр — ар Иеговэ и Іэмырыр гъэзэщІэныращ.
14. Владо сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къытехьэлъа икІи абы къыдэІэпыкъуар сыт?
14 Словением щыщ ди къуэш Вла́до илъэс 73 мэхъу икІи ар зэхуэсым и нэхъыжьу щытщ. Абы и зэхуэсымрэ нэгъуэщІ зэхуэсымрэ щызэгуагъэхьам икІи щызэхуэс Унэр щызэхуащІам щыгъуэ, ар Владо къехьэлъэкІащ. Абы жеІэж: «Сэ къызгурыІуэтэкъым апхуэдэ Унэ дахэр щІызэхуащІым и щхьэусыгъуэр. Сэ си жагъуэ хъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ар зэрызетхьэрэ куэд щІатэкъым. Сэ езыр сыпхъащІэти, абы щІэтхэм щыщ гуэрхэри си ІэкІэ сщІыжат. Абы нэмыщІ зэхуэситІыр зы дызэращІам къыхэкІкІэ, зэхъуэкІыныгъэ куэд ди Іуэхум къыхыхьащ икІи зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ ар тынштэкъым». Владо организацэм иригъэкІуэкІ зэхъуэкІыныгъэхэр диІыгъыну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Иеговэ и организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр щыдэтІыгъым деж, абы сыт щыгъуи фІыгъуэ къыпокІуэ. Абы къэкІуэну зэманым щыІэну зэхъуэкІыныгъэ нэхъ инхэм дыхуегъэхьэзыр». Фэри зэхуэсыр зэрызэгуагъэхьар е фи къалэным зэрызихъуэжар къыфтехьэлъэу щытмэ, фи гурыщІэхэр Иеговэ къызэрыгурыІуэм шэч къытевмыхьэ. Организацэм къыхыхьэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр дэфІыгъмэ икІи Иеговэ хуэпэжу фыкъанэмэ, Іэмал имыІэу абы и нэфІ къыфщыхуэнущ (Пс. 18:25).
СЫТ И ЛЪЭНЫКЪУЭКІИ ГУПСЫСЭКІЭ ТЭМЭМ ЗИВГЪЭІЭ
15. Зэхуэсым пыщІа гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, дауэ гупсысэкІэ тэмэм зэрызидгъэІэфынур?
15 Мы дунейр и кІэм хуэкІуэху, зэхуэсым пыщІа гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынущ. Иеговэ дызэрыхуэпэжым а гугъуехьхэр гъэунэхуапІэ хуэхъуфынущ. Абы къыхэкІкІэ гупсысэкІэ тэмэм зидгъэІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Къуэш е шыпхъу гуэр захуагъэ хэмылъу къыпхущытамэ, уи гум гужьгъэжь йомыгъэлъ. Тезыр къыптралъхьауэ щытмэ, уи жагъуэ умыщІ, къыуата чэнджэщым едаІуэ икІи зэрызыпхъуэжыным иужь ит. Абы нэмыщІ Иеговэ и организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр уэ къыплъэІэсауэ щытмэ, уи гум къыбгъэдэкІыу ар дэІыгъ икІи унафэ къыуатам жыІэдаІуэу тет.
16. Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
16 ГъэунэхуапІэ ущыпэщІэхуэм деж, Иеговэрэ абы и организацэмрэ дзыхь хуэпщІыну уэ пхузэфІэкІынущ. Ауэ абы щхьэкІэ гупсысэкІэ тэмэм зибгъэІэн, уи гум мамырыгъэ ибгъэлъын икІи Іуэхум Иеговэ и нэкІэ уеплъын хуейщ. Библием зи гугъу ищІ Алыхьым и лэжьакІуэ куэдыр апхуэдэ гугъуехьхэм ехъулІэныгъэ яІэу пэлъэщащ. Абыхэм я щапхъэхэр куууэ зэпкърых. Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм зэи пэІэщІэ захуомыщІ. Апхуэдэу пщІэмэ, сыт къэмыхъуами, Иеговэрэ абы и организацэмрэ пэжыжьэ уахуищІыну ШейтІаным хузэфІэкІынукъым (Екъуб 4:7).
126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!
a Иныкъуэхэм деж Иеговэрэ абы и организацэмрэ хуэпэжу дыщытыну щымытынш къохъу. Псом хуэмыдэу ар тыншкъым зэхуэсым пыщІа гугъуехь гуэрхэм дыщыпэщІэхуэм деж. Абыхэм щыщу гугъуехьищ мы статьям щызэпкърытхынущ икІи Иеговэрэ абы и организацэмрэ хуэпэжу дыкъэнэну сыт къыддэІэпыкъунуми къэтщІэнущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c 2009-нэ гъэм, шыщхьэІум и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Можешь ли ты снова предоставить себя для особого служения?» жыхуиІэ статьям сэбэп къыфхуэхъун нэгъуэщІ чэнджэщхэри къыщывгъуэтыфынущ.
d Унагъуэм и нэхъыжь гуэрым лы яІэн щхьэкІэ Іэщ иукІыну хуейуэ щытамэ, абы а псэущхьэр, Мусэ и Хабзэм зэритым хуэдэу, Иеговэ и шэтырым деж къишэн хуейт. Ауэ унагъуэм а хабзэр щимыгъэзащІэ хъунур Иеговэ и шэтырым пэжыжьэу псэууэ щытмэт (Втор. 12:21).