ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Сентябрь н. 2—7
  • Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэфщІ хъунущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэфщІ хъунущ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДЭ ДИ КЪУЭШ, ДИ ШЫПХЪУХЭМ ДАХУЭНЫКЪУЭЩ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІЫНУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭЗЫЩІЫН ЩЫЗЫМЫГЪЭТАХЭМ Я ДЕЖ ЗЫЩЕВГЪАСЭ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІУ ДЫХЪУЖЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
  • Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэфщІу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • «Уэгъу зэманым сыт уэ пщІэнур?»
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Сентябрь н. 2—7

37 СТАТЬЯР

Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэфщІ хъунущ

«ФІылъагъуныгъэм... ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ иІэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи» (1 КОР. 13:7).

124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Ди зэманым нэгъуэщІхэм дзыхь хуэтщІыну зэрыгугъур сыт дэ щІэдмыгъэщІагъуэр?

ШЕЙТІАНЫМ и ІэмыщІэ илъ мы дунейм дзыхь зыхуащІ хъунур хэтми цІыхухэм ящІэркъым. Бизнесменхэм, политикхэм, дин пашэхэм я ІуэхущІафэхэм я ягъэкІэ цІыхухэм я гур абыхэм щокІ. Абы нэмыщІ куэдым къохьэлъэкІ я ныбжьэгъухэм, я гъунэгъухэм, уеблэмэ, я унагъуэм щыщхэм дзыхь хуащІыну. Апхуэдэу Іуэхур зэрыщытыр дгъэщІэгъуэн хуей? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр куэд щІауэ итщ: «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм... цІыхухэм... фІылъагъуныгъэ яІэжынукъым... [ахэр] нэгъуэщІ цІыхухэм ІейкІэ тепсэлъыхьынущ... уащыгугъ хъужынукъым абыхэм». НэгъуэщІу жыпІэмэ, дзыхь лъэпкъ хуэпщІыну къэзымылэжь «мы дунейм и тхьэм» абыхэм щапхъэ трахынущ (2 Тим. 3:1—4; 2 Кор. 4:4).

2. 1) Нэгъэсауэ дзыхь зыхуэтщІ хъунур хэт? 2) Языныкъуэхэм сыт хуэдэ упщІэхэр яІэфыну?

2 Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящІэ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур (Иер. 17:7, 8). Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум дэ шэч къытетхьэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и ныбжьэгъухэр зэи «къимыгъэнэну» дыкъегъэгугъэ (Пс. 9:10). Иджыри дэ Хьисэ Мэссихь дзыхь хуэтщІ хъунущ, абы и гъащІэр дэр щхьэкІэ итащи (1 Пет. 3:18). Абы нэмыщІ Библием ит чэнджэщхэм дзыхь хуэтщІ зэрыхъунур ди щхьэкІэ зыхэтщІащ (2 Тим. 3:16, 17). Аращи, дэ Иегови, Хьиси, Библиеми дзыхь худощІ. Ауэ зыгуэрым мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм сыт щыгъуи дзыхь яхуэтщІ хъуну пІэрэ? ЯхуэтщІ хъуну щытмэ, абы и щхьэусыгъуэр сыт?»

ДЭ ДИ КЪУЭШ, ДИ ШЫПХЪУХЭМ ДАХУЭНЫКЪУЭЩ

Группа счастливых братьев и сестёр из разных стран делает селфи на конгрессе.

Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун къуэш, шыпхъу куэд дуней псом щыдиІэщ (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Уасэ зимыІэ сыт хуэдэ тыгъэ Иеговэ къыдитар? (Марк 10:29, 30).

3 Иеговэ мы дунейм щыщ цІыхухэм дыкъыхихри, и унагъуэшхуэм щыщ дыхъуну дыкъригъэблэгъащ. Ар ди дежкІэ уасэ зимыІэ тыгъэщ икІи абы и фІыгъэкІэ дэ фІыгъуэ куэд къытІэрохьэ! (Къеджэ Марк 10:29, 30.) Дуней псом тет ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ ялъагъу икІи ахэр абы и хабзэ къабзэхэм тету мэпсэу. Дэ ди бзэр, дызыщІапІыкІа хабзэхэр, зетхьэ щыгъынхэр абыхэм я ейм емыщхьми, ахэр фІыуэ долъагъу. ГъэщІэгъуэныращи, япэу тлъагъу къуэш, шыпхъухэри ди унагъуэм щыщ хуэдэу къыдолъытэ. Дэ хуабжьу дигу ирохь абыхэм я гъусэу уафэм щыІэ ди Адэм щІыхь къыхуэтхьыну икІи дыхуэлэжьэну! (Пс. 133:1).

4. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дыщІыхуэныкъуэр сыт?

4 Нобэ зэи хуэмыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр тхъумэн хуейщ. Ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну ахэр къыддоІэпыкъу икІи иныкъуэхэм деж «ди хьэлъэр» къыддагъэпсынщІэ (Гал. 6:2; Рим 15:1). Абы нэмыщІ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын икІи адэкІи Иеговэ жыджэру дыхуэлэжьэн щхьэкІэ, абыхэм сыт щыгъуи дагъэгушхуэ (1 Фес. 5:11; Евр. 10:23—25). Зэхуэсыр димыІауэ щытамэ, дауэт дэ дызэрыпсэунур? Абы дыкъехъумэ икІи ШейтІанымрэ абы и ІэмыщІэ илъ дуней бзаджэмрэ дыпэщІэтыну къыддоІэпыкъу. Куэд мыщІэу ШейтІанымрэ абы и лъабжьэм щІэтхэмрэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм теуэнущ. А зэманым ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэр дызэриІэм хуабжьу дигъэгушхуэнущ!

5. Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуащІыну языныкъуэхэм къыщІегугъуэкІыр сыт?

5 Ауэ языныкъуэхэм къогугъуэкІ къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуащІыну. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм я щэху гуэр къыщІагъэщауэ е псалъэ иратар ямыгъэзэщІауэ къыщІэкІынщ. Хэти псалъэкІэ е ІуэхукІэ и гум зыгуэр къеуащ. Апхуэдэ гуэр къэхъуа иужь, цІыхур мыпхуэдэу егупсысу щІидзэнкІэ хъунущ: «Дауэ иджы нэгъуэщІхэм дзыхь зэрыхуэсщІынур?» НтІэ, къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэу дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІЫНУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

6. Зыгуэрым дзыхь хуэтщІын щхьэкІэ, дапхуэдэу лъагъуныгъэр къызэрыддэІэпыкъур? (1 Коринф 13:4—8).

6 Зыгуэрым дзыхь хуэпщІын щхьэкІэ, ар фІыуэ плъагъун хуейщ. ЦІыхум дзыхь хуэтщІын е дыкъэзымыгъэпэжа гуэрым дзыхь хуэтщІу дыхъужын щхьэкІэ, лъагъуныгъэр къызэрыддэІэпыкъур 1 Коринф 13-нэ псалъащхьэм къыщыгъэлъэгъуащ. (Къеджэ 1 Коринф 13:4—8.) Псалъэм папщІэ, 4-нэ едзыгъуэм щыжыІащ «фІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ» зэриІэр. Абы теухуауэ дигу къэдгъэкІыж хъунущ Иеговэ шыІэныгъэшхуэ зэригъэлъагъуэр дэ гуэныхь щытщІэм деж. НтІэ, дэри шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейкъэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм псалъэкІэ е ІуэхукІэ ди жагъуэ къыщащІым деж? 5-нэ едзыгъуэм итщ: «[Лъагъуныгъэм] зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым [щыуагъэхэр ибжкъым, ДЩІ]». Аращи, къуэш, шыпхъухэм ди жагъуэ зэращІар зыщІыпІи иттхэркъым, нэгъуэщІу жыпІэмэ, дигу идубыдэну иужь диткъым. Экклезиаст 7:9 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Уи жагъуэ пщІыну умыпІащІэ». Абы нэмыщІ Ефес 4:26 дыхуегъэуш: «Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ».

7. Маттэ 7:1—5 ит принципхэр къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэтщІыну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

7 Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм Иеговэ и нэкІэ деплъу щытмэ, абыхэм дзыхь нэхъ хуэтщІу дыхъунущ. Алыхьым ахэр фІыуэ елъагъу икІи абыхэм я щыуагъэхэр игу ириубыдэкъым. Дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ (Пс. 130:3). Абыхэм я ныкъусанхэм гу лъыттэ нэхърэ, иджыпсту яхэлъ хьэл-щэныфІхэмрэ адэкІи нэхъыфІкІэ зэрызахъуэжынумрэ дегупсысмэ, нэхъыфІщ. (Къеджэ Маттэ 7:1—5.) Ахэр зэран къытхуэхъуну зэрыхуэмейр ди фІэщ мэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лъагъуныгъэм «фІэщхъуныгъэ иІэщ сыт щыгъуи» (1 Кор. 13:7). ДауикІ, Иеговэ хуейкъым щхьэусыгъуэ лъэпкъ димыІэу нэгъуэщІхэм дзыхь хуэтщІыну. Абы ипІэкІэ дзыхь зыхуэпщІ хъун къуэш, шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу захуэтщІыну Иеговэ дыхуегъэушb.

8. Къуэш, шыпхъухэм дзыхь яхуэтщІу зедгъэсэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?

8 Дзыхь къыпхуащІыныр, пщІэ къыпхуащІыным хуэдэу, езыр-езыру къэхъукъым. Ар къэблэжьын щхьэкІэ, къарурэ зэманрэ тегъэкІуэдэн хуейщ. Аращи, шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ: къуэш, шыпхъухэм Іэмал ефт, абыхэм дзыхь хуащІыну зэрахуэфащэр къагъэлъэгъуэфын щхьэкІэ. Сыт-тІэ тщІэ хъунур, абыхэм дзыхь хуэтщІу зедгъэсэн щхьэкІэ? Ахэр нэхъыфІу къызэрытцІыхуным дыхущІэкъу хъунущ. Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм ипэ е иужь абыхэм дадэуэршэрыну Іэмал диІэщ. Абы нэмыщІ зэгъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну дызэгурыІуэ хъунущ. ДауикІ, фІыуэ дымыцІыхухэм ди гум илъ псори яхуэтІуэтэну къыщІэкІынкъым. Ауэ цІыхум нэхъ ныбжьэгъу дыхуэхъуху, ди гурыщІэхэмкІэ абы дыдэгуэшэну нэхъ тынш хъунущ (Лк. 16:10). Къуэшым е шыпхъу гуэрым дыкъимыгъэпэжауэ жытІэнщ. Сыт абы щыгъуэ тщІэ хъунур? Япэрауэ, а къуэшым е шыпхъум теухуауэ ди гугъэр хэтхыжын хуейкъым. ЕтІуанэрауэ, ди ныбжьэгъугъэр зэтемыкъутэн щхьэкІэ, зэман гуэр дэдгъэкІмэ, нэхъыфІщ. Абы нэмыщІ зыгуэрым и щыуагъэхэм къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм дзыхь яхуэдмыщІыжу дыхъун хуейкъым. Абы теухуауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэ зыбжанэр зэпкърытхынщ. Абыхэм я жагъуэ щащІа къэхъуами, нэгъуэщІхэм дзыхь хуащІын щагъэтакъым.

НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭЗЫЩІЫН ЩЫЗЫМЫГЪЭТАХЭМ Я ДЕЖ ЗЫЩЕВГЪАСЭ

Коллаж: 1) Илий с подозрением смотрит на молящуюся Анну; 2) Анна приводит к Илию маленького Самуила.

Илий и псалъэ пхъашэхэм емылъытауэ, Аннэ Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ дзыхь яхуищІын щигъэтакъым (9-нэ абзацым феплъ.)

9. 1) Дапхуэдэу Аннэ Иеговэ дзыхь хуищІу зэрыщытар, абы и языныкъуэ лэжьакІуэхэм я гуэныхьхэм емылъытауэ? 2) Иеговэ и организацэм дзыхь зэрыхуэтщІын хуейм теухуауэ Аннэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтым феплъ.)

9 ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшым псалъэкІэ е ІуэхукІэ зэгуэр гузэрыдзэ уигъэщІауэ пІэрэ? УигъэщІауэ щытмэ, Аннэ и щапхъэм егупсыс. Ар щыпсэуа зэманым Израилым и Дин пашэшхуэу щытар Илийт. Ауэ абы и унагъуэм щыщхэм щапхъэфІ ягъэлъагъуэу жыпІэ хъунутэкъым. Абы и къуитІым, пщІэ зыпылъ къалэнхэр ягъэзащІэу щытами, укІытэр зищІысыр ямыщІэу хабзэншагъэ куэд ялэжьт. Абы емылъытауэ, абыхэм еущиен щхьэкІэ, я адэм зыри ищІэтэкъым. Ауэ Иеговэ занщІэу Илий и увыпІэр къытрихакъым. А псор илъагъуу, Аннэ шэтыр лъапІэм Иеговэ щыхуэлэжьэн щигъэта? Апхуэдэ гупсысэ Аннэ и гум къэкІыххауэ къыщІэкІынкъым. А цІыхубзыр гъыуэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэу щилъэгъуам щыгъуэ, Илий ар чэфу къыщыхъуащ. Іуэхур зытетыр зэхимыгъэкІыу, Илий псалъэ пхъашэкІэ Аннэ зыхуигъэзащ (1 Сам. 1:12—16). Ауэ, апхуэдэу къызэрыхущытам емылъытауэ, Аннэ псалъэ итащ, щІалэ цІыкІу иІэ хъумэ, ар шэтыр лъапІэм щылэжьэну Иеговэ иритыну. ГъэщІэгъуэныращи, Аннэ ищІэт и къуэм Илий зэрыкІэлъыплъынур, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Иеговэ дзыхь хуищІын щигъэтакъым (1 Сам. 1:11). НтІэ, а зэманым Илий и къуэхэм захъуэжауэ пІэрэ? Хьэуэ, икІи Иеговэ абыхэм тезыр тримылъхьэу къигъэнакъым (1 Сам. 4:17). Аннэ-щэ? Иеговэ абы и нэфІ щыхуэри, тыгъэу къуэ къритащ (1 Сам. 1:17—20).

10. Даут и къуэмрэ и ныбжьэгъумрэ къепцІыжа иужь, нэгъуэщІхэм дзыхь хуищІын щигъэта?

10 Уи ныбжьэгъур зэгуэр къопцІыжауэ щыта? КъопцІыжауэ щытамэ, пащтыхь Даут къыщыщІар уигу къэгъэкІыж. Ахитофел абы и ныбжьэгъуу икІи и чэнджэщэгъуу щытащ. Ауэ Даут и къуэ Авессалом и адэм тепщэныгъэр къытрихыну иужь щихьам щыгъуэ, Ахитофел абы и лъэныкъуэр иубыдащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Даут и гум сыт щыщІами! Абы зэуэ и къуэри и ныбжьэгъури къепцІыжащ. А псом емылъытауэ, Даут цІыхухэм дзыхь хуищІын щигъэтакъым. Псалъэм папщІэ, Даут и ныбжьэгъу Хушай адэкІи дзыхь хуищІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зыкъэзыІэтахэм я лъэныкъуэр иубыдакъым. Абы Даут къигъэпэжауэ жыпІэ хъунущ. ИужькІэ къэхъуам къигъэлъэгъуащ Хушай ныбжьэгъу пэжу икІи Даут щхьэкІэ и гъащІэр итыну хьэзыру зэрыщытар (2 Сам. 17:1—16).

11. Авигея дзыхь зэрыхуищІыр Навал и унэІутхэм щыщ зым дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

11 Навал и унэІутхэм щыщ зым и щапхъэми деплъынщ. Даут и зауэлІхэр и гъусэу мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ Навал и мэлыхъуэхэр зэман гуэркІэ ихъумэу щытащ. ИужькІэ Даут абы Іэдэбу елъэІуащ хузэфІэкІым хуэдиз ерыскъы къритыну. Ауэ Навал пхъашэу абы епсэлъэжащ икІи дэІэпыкъун идакъым. Абы и жэуапым Даут апхуэдизу къигъэгубжьати, Навал и унэм щІэс цІыхухъухэр псори иукІыну мурад ищІащ. А Іуэхум теухуауэ зы унэІутым Навал и щхьэгъусэ Авигея псори жриІэжащ. ДауикІ, абы и дежкІэ нэхъ тыншт зыми зыри жримыІэу щІэпхъуэжыну, ауэ а цІыхухъум и фІэщ хъут Авигея а Іуэхум и хэкІыпІэр къызэригъуэтыфынур. Абы Авигея дзыхь хуищІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыхубз Іущу псоми яцІыхут. ИужькІэ къэхъуам къегъэлъагъуэ а унэІутым Авигея дзыхь щІыхуищІын щхьэусыгъуэхэр зэриІар. Авигея лІыгъэ хэлъу Даут зыхуигъазэри, иІэ мурадыр имыгъэзэщІэну хуигъэушащ (1 Сам. 25:2—35). Абы шэч къытрихьэтэкъым Даут акъылыфІагъэ зэригъэлъэгъуэнум.

12. Хьисэ и гъэсэнхэм я щыуагъэхэм емылъытауэ, дзыхь хуищІу зэрыщытар сытым къыхэщрэт?

12 Хьисэ и гъэсэнхэм дзыхь яхуищІт, абыхэм я щыуагъэхэм емылъытауэ (Ин. 15:15, 16). Зэгуэр Екъубрэ Иуанрэ абы къелъэІуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм увыпІэ лъагэхэр къащритыну. Абыхэм Алыхьыр фІыуэ зэралъагъум Хьисэ шэч къытрихьэу щІидзакъым икІи ахэр адэкІи апостолу щытыну яхуэмыфащэу къилъытакъым (Мк. 10:35—40). ИужькІэ, Хьисэ щаубыдам щыгъуэ, абы и гъэсэнхэм ар къагъэнащ (Мт. 26:56). Абы емылъытауэ, Хьисэ и гъэсэнхэм дзыхь хуищІын щигъэтакъым. Абыхэм я ныкъусанхэм Хьисэ фІыуэ щыгъуазэт, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, «и кІэм нэсыху [ахэр] фІыуэ илъэгъуащ» (Ин. 13:1). Уеблэмэ, лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, Хьисэ хуэпэжу къэна апостол пщыкІузым мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яхуигъэфэщащ — гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэм кІэлъыплъыну икІи зэхуэсым щыщхэм я нэІэ трагъэтыну (Мт. 28:19, 20; Ин. 21:15—17). Гуэныхь зыхэлъ а цІыхухъухэм къагъэлъэгъуащ Хьисэ абыхэм дзыхь зэрахуищІар пщІэншэу зэрыщымытар. Ахэр псори псэуху, Алыхьым пэжу хуэлэжьащ. Зэрытлъэгъуащи, Анни, Даути, Навал и унэІутми, Авигеи, Хьиси нэгъуэщІхэм дзыхь зэрыхуэпщІын хуейм теухуауэ щапхъэфІ къытхуагъэнащ.

НЭГЪУЭЩІХЭМ ДЗЫХЬ ХУЭТЩІУ ДЫХЪУЖЫН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?

13. НэгъуэщІхэм дзыхь хуэпщІыну гугъуу щІыщытынкІэ хъунур сыт?

13 Къуэшым уи щэху гуэркІэ ущыдэгуэша, ауэ ар нэгъуэщІым щыжриІэжа къэхъуа? Апхуэдэ Іуэхугъуэр уи гум хаІуа сэм хуэдэу щытыфынущ. Зэгуэр ди зы шыпхъур и щэхумкІэ зэхуэсым и нэхъыжьым дэгуэшащ. Абы шэч къытрихьэтэкъым къуэшым жриІар я зэхуаку къызэрыдэнэнур. Ауэ етІуанэ махуэм а къуэшым и щхьэгъусэр, шыпхъур игъэгушхуэн щхьэкІэ, телефонкІэ къепсэлъащ. Абы щыгъуэ шыпхъум къыгурыІуащ абы псори зэрищІэр. ГурыІуэгъуэщ, а къуэшым адэкІэ дзыхь хуищІыну ди шыпхъум къызэрытехьэлъар. Ауэ, абы емылъытауэ, шыпхъум Іущагъ игъэлъэгъуащ: зэхуэсым и нэхъыжьу щыт нэгъуэщІ къуэшым а Іуэхугъуэм теухуауэ епсэлъащ. Абы и дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ а шыпхъум зэхуэсым и нэхъыжьхэм дзыхь хуищІу хъужащ.

14. НэгъуэщІхэм дзыхь хуищІу хъужыну ди къуэшым къыдэІэпыкъуар сыт?

14 Зы къуэшымрэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт къуэшитІымрэ я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэрхэр куэд щІауэ дэлът. Абыхэм дзыхь хуэпщІыну яхуэмыфащэу а къуэшым къилъытэт. Ауэ абы пщІэ зыхуищІ и ныбжьэгъум и псалъэхэр игу къигъэкІыжащ: «Дэ ди бийуэ щытыр къуэшхэракъым, атІэ ШейтІаныращ». Ди къуэшыр а псалъэхэм куэдрэ егупсыст икІи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт. ИкІэм-икІэжым ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм екІужащ.

15. Зыгуэрым дзыхь хуэпщІу ухъужын щхьэкІэ, абы зэманыфІ текІуэдэнкІэ щІэхъунур сыт? Щапхъэ къэфхь.

15 Зэхуэсым щыбгъэзащІэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр къыщыпІахыжа къэхъуа? Абы гукъеуэшхуэ къыуитыфынущ. Ди шыпхъу Гретэ къыщыщІам гу лъыттэнщ. А шыпхъур и анэр и гъусэу 1930 гъэхэм, Германием нацистхэр тепщэу щыщыта зэманым, Иеговэ пэжу хуэлажьэт. Абы щыгъуэ а къэралым ди лэжьыгъэр щызэхуэщІауэ щытат. Гретэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэныр къыхуагъэфэщат: «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым копиехэр трищІыкІыну. Ауэ иужькІэ къуэшхэм къащІащ абы и адэм Иеговэ и Щыхьэтхэм нэмыплъ зэрыритыр. Ахэр шынэт Гретэ и адэм зэхуэсым щыщхэм теухуауэ я бийхэм бзэгу хуихьыну. Абы къыхэкІкІэ къуэшхэм Гретэ иІа къалэныр къыІахыжащ. Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІакъым. ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр екІуэкІыху, къуэшхэм Гретэрэ абы и анэмрэ журналхэр ираттэкъым икІи, уэрамым щахуэзэм деж, ди шыпхъухэм сэлам ирахтэкъым. А псор Гретэ игу къызэреуар фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! Абы и гум уІэгъэ куухэр телът. Гретэ а къуэшхэм хуигъэгъун икІи дзыхь хуищІу хъужын щхьэкІэ, зэман куэд дэкІын хуей хъуащ. Ауэ Иеговэ абыхэм зэрахуигъэгъуар илъэгъуа иужь, абы езыми апхуэдэу ищІэну унафэ къищтащc.

«Ди бийуэ щытыр къуэшхэракъым, атІэ ШейтІаныращ»

16. Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэтщІу дыхъужын щхьэкІэ, къарууэ диІэу хъуар етхьэлІэну щІыхуэфащэр сыт?

16 Апхуэдэ гуэр уи гъащІэм къыщыхъуауэ щытмэ, уи Іэр йомыхьэх. НэгъуэщІхэм дзыхь хуэпщІу ухъужын щхьэкІэ, пхузэфІэкІыу хъуар щІэ. А Іуэхум зэманыфІ ихьынкІэ хъунущ, ауэ ар абы хуэфащэщ. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Шхын гуэр уэмызэгъауэ щытмэ, абы щхьэкІэ ушхэн щыбгъэтыну? Хьэуэ. Ауэ а зэманым щыщІэдзауэ, дауикІ, пшхым нэхъ укІэлъыплъынущ. Абы ещхьу къуэш е шыпхъу гуэрым ди жагъуэ къищІауэ щытмэ, адрей къуэш, шыпхъухэм дзыхь яхуэдмыщІыжу дыхъун хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми гуэныхь тхэлъщ. НэгъуэщІхэм дзыхь хуэтщІу дыхъужа иужь, дэ нэхъ насыпыфІэ дохъу. Абы нэмыщІ, зэхуэсым щыщхэм дзыхь зыхуащІу щытын щхьэкІэ, щапхъэфІ дгъэлъэгъуэну нэхъ тынш мэхъу.

17. Зыр зым дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт икІи къыкІэлъыкІуэ статьям сыт зи гугъу тщІынур?

17 ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ мы дунейм цІыхухэм дзыхь зыхуамыщІыжу хъуащ. Ауэ Иеговэ и унагъуэшхуэм Іуэхур нэгъуэщІущ зэрыщытыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъщ. Дзыхь зэрызыхуэтщІым и фІыгъэкІэ гуфІэгъуэ зыхыдощІэ икІи зэкъуэтыныгъэ диІэщ. КъэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэну гугъуехьхэм дыпэлъэщыну а зэкъуэтыныгъэр къыддэІэпыкъунущ. НтІэ, зыгуэрым укъимыгъэпэжамэ икІи уи гум уІэгъэ телъу щытмэ, сыт пщІэ хъунур? А Іуэхум Иеговэ и нэкІэ уеплъыну хущІэкъу, Библием ит принципхэр къэгъэсэбэп, къуэш, шыпхъухэм уахуиІэ лъагъуныгъэм хэгъахъуэ икІи Алыхьым и Псалъэм ит щапхъэхэм дерс хэх. ГурыщІэ хьэлъэхэм упэлъэщыну икІи нэгъуэщІхэм дзыхь хуэпщІу ухъужыну уэ пхузэфІэкІынущ. Абы щыгъуэ Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэнущ икІи фІыуэ укъэзылъагъу ныбжьэгъу куэд къыуитынущ (Прит. 18:24). Ауэ дэ нэгъуэщІхэм дзыхь зэрыхуэтщІымкІэ псори зэфІэкІкъым. Абыхэми дзыхь къытхуащІыфу щытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям нэхъыбэ къыщытщІэнущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • НэгъуэщІхэм адэкІи дзыхь хуэтщІыну Библием ит сыт хуэдэ щапхъэхэр къыддэІэпыкъуну?

  • Къуэш е шыпхъу гуэрым укъимыгъэпэжауэ щытмэ, сыт пщІэ хъунур?

99-НЭ УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ

a Дэ къуэш, шыпхъухэм дзыхь хуэтщІын хуейщ. Ауэ иныкъуэхэм деж ар тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абыхэм гузэрыдзэ щахуэтщІ къохъу. Мы статьям и фІыгъэкІэ ди гъусэу Алыхьым хуэлажьэхэм дзыхь хуэтщІу зедгъэсэнущ. АбыкІэ Библием ит принципхэмрэ абы ит щапхъэхэмрэ дэ къыддэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ, дыкъэзымыгъэпэжа цІыхум дзыхь хуэтщІу дыхъужын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми къэтщІэнущ.

b Библием дысакъыну дыхуегъэуш, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дзыхь хуэтщІын зыхуэмыфащэ цІыхухэр зэхуэсым къыхыхьэнкІэ хъунущ (Иудэ 4). Иныкъуэхэм деж «къуэш нэпцІхэм» пэжыр зэблашынущ, «гъуэгу пхэнжым дытрагъэхьэн щхьэкІэ» (Апост. 20:30). Апхуэдэ цІыхухэм дзыхь яхуэтщІыну икІи дедэІуэну яхуэфащэкъым.

c Гретэ къыщыщІам теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэн щхьэкІэ, 1974-нэ гъэм къыдагъэкІа «Ежегодник Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ тхылъым и 129—131 напэкІуэцІхэм феплъ (англ.).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын