46 СТАТЬЯР
Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
«Иеговэ къыфпэплъэнущ и фІыгъуэр къыфлъигъэсын щхьэкІэ, абы зыкъиІэтынущ, гущІэгъу къыфхуищІын папщІэ» (ИС. 30:18).
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну? 2) Иеговэ къыддэІэпыкъуну гукъыдэжышхуэ зэриІэр дэнэ дэ щытщІэр?
ИЕГОВЭ къыддэІэпыкъуфынущ гъащІэм дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи гуфІэгъуэ диІэу абы дыхуэлэжьэну. Дапхуэдэу ар къызэрыддэІэпыкъур? Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу Іэмалхэм сэбэпынагъ нэхъыбэ хэтхын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Мы упщІэхэр адэкІэ зэпкърытхынщ. Ауэ япэщІыкІэ къэтщІэнщ Иеговэ къыддэІэпыкъуну хуейрэ хуэмейрэ.
2 Ар къэтщІэн щхьэкІэ, апостол Паул Иеговэ теухуауэ сыт хуэдэ псалъэ къигъэсэбэпами деплъынщ. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦІыхухэм сыт къызащІэфынур?» (Евр. 13:6). Библием тепсэлъыхь справочникхэм зэритымкІэ, мы едзыгъуэм къыщыгъэсэбэпа псалъэм дэІэпыкъуэгъу къезыджэм деж жэ цІыхур къегъэлъагъуэ. Бэлыхь хэхуа гуэр къригъэлын щхьэкІэ, Иеговэ пІащІэу фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Шэч хэмылъу, Иеговэ къыддэІэпыкъуну хьэзыр закъуэу щыту аракъым, атІэ абы сытым дежи гукъыдэжышхуэ иІэщ ди ДэІэпыкъуэгъуу щытыну. Ар щыдигъусэм деж, гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыфынущ.
3. Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
3 Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, Исайя тхылъым деплъынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы итха къэхъун хуей псалъэ куэдыр ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэми хуэгъэзащ. Абы нэмыщІ, бегъымбар Ешайа Иеговэ и гугъу щищІым щыгъуэ, дэ тыншу къыдгурыІуэну псалъэхэр къигъэсэбэпащ. Псалъэм папщІэ, абы итха тхылъым и 30-нэ псалъащхьэм дыхэплъэнщ. Иеговэ и лъэпкъым зэрыдэІэпыкъу щІыкІэм щытепсэлъыхьым деж, уи нэгу къыщІэбгъэхьэну тынш щапхъэхэр Ешайа къехь. Алыхьым теухуауэ абы мыпхуэдэу етх: 1) ар ди тхьэлъэІухэм фІыуэ йодаІуэ икІи абыхэм жэуап ирет, 2) дызыхуэныкъуэ унафэхэр къыдет, 3) иджыпстуи и нэфІ къытщохуэ къэкІуэну зэманми фІыгъуэ куэд къытхуищІэнущ. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу а Іэмалищым адэкІэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
ИЕГОВЭ ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ЙОДАІУЭ
4. 1) Ешайа и зэманым псэуа журтхэм щхьэкІэ Иеговэ жиІар сыт икІи абыхэм къащыщІыну сыт абы хуит ищІар? 2) Иеговэ къыхуэпэж журтхэм сыт хуэдэ гугъэ яритар? (Исайя 30:18, 19).
4 Исайя тхылъым и 30-нэ псалъащхьэм и щІэдзапІэм «зи гуэныхьым хэзыгъахъуэ» «къуэ ерыщхэ» жиІэу Иеговэ журтхэм йоджэ. Абы нэмыщІ Алыхьым мыпхуэдэу жеІэ: «Ахэр зыкъэзыІэт лъэпкъщ... Иеговэ и хабзэхэр зэхэзыхыну хуэмей къуэхэщ» (Ис. 30:1, 9). Апхуэдэ щытыкІэм журт лъэпкъыр сытым хуишэну? Ешайа жиІащ ахэр гугъуехьышхуэм пэщІэхуэну Иеговэ хуит зэрищІынур (Ис. 30:5, 17; Иер. 25:8—11). Журт лъэпкъыр Бабилэн гъэрыпІэм щихуам щыгъуэ, Иеговэ жиІа а псалъэхэр къэхъуащ. Ауэ а лъэпкъым щыщу Алыхьым хуэпэж цІыхухэри щыІащ икІи абыхэм ягу къыщІэзыубыдэ хъыбар Ешайа и псалъэхэм хэтащ. Абы жиІащ Иеговэ абыхэм гущІэгъу щахуищІыну махуэ къызэрысынур. (Къеджэ Исайя 30:18, 19.) Апхуэдэ дыдэуи къэхъуащ: Алыхьым ахэр гъэрыпІэм къришыжащ. Ауэ журт цІыхухэр занщІэу хуит хъужакъым. «Иеговэ къыфпэплъэнущ и фІыгъуэр къыфлъигъэсын щхьэкІэ» жыхуиІэ псалъэхэм къагъэлъагъуэ, Алыхьым хуэпэжхэр къелын щхьэкІэ, зэман гуэр дэкІын зэрыхуейр. Иеговэ и лъэпкъыр Бабилэн гъэрыпІэм илъэс 70-кІэ щыІа иужькІэщ языныкъуэ журтхэм Ерусалим ягъэзэжыну хуитыныгъэ щаІэ хъуар (Ис. 10:21; Иер. 29:10). Абыхэм къыщагъэзэжам щыгъуэ, гъэрыпІэм щыщІагъэкІа гуауэ нэпсыр гуфІэгъуэ нэпс хъужащ.
5. Исайя 30:19 ит псалъэхэм сыткІэ дыкъагъэгугъэрэ?
5 «Уи кІий макъыр щызэхихкІэ, абы уэ гущІэгъу къыпхуищІынущ» жыхуиІэ псалъэхэм дэ нобэ гупсэхугъуэ къыдатыфынущ (Ис. 30:19). Ешайа жеІэ Иеговэ ди тхьэлъэІухэм фІыуэ зэредаІуэр. Абы адэкІэ пещэ: «Узэрызэхихыу занщІэу уэ абы жэуап къыуитынущ». А псалъэхэм дигу къагъэкІыж ди Адэр къыддэІэпыкъуну зэрыхьэзырым нэмыщІ ар къезыджэ дэтхэнэ зыми дэІэпыкъуну хуабжьу зэрыхуейр. Ар зэрытщІэр къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэрэ теубыдагъэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну.
6. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и тхьэлъэІум фІыуэ зэредаІуэр Ешайа итха псалъэхэм дапхуэдэу къагъэлъагъуэрэ?
6 Гупсэхугъуэ къыдэзыт сыт хуэдэ гупсысэ иджыри мы едзыгъуэм хэт? Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и тхьэлъэІум фІыуэ йодаІуэ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Исайя тхылъым и 30-нэ псалъащхьэм и япэ Іыхьэм Иеговэ «фэ» жиІэу и лъэпкъым зыхуегъазэ. Ауэ 19-нэ едзыгъуэм «уэ» псалъэр къыщыгъэсэбэпащ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхуми зэрызыхуигъазэр. Ешайа етх: «Уэ нэпс щІэбгъэкІынукъым. ...Абы уэ гущІэгъу къыпхуищІынущ. ...Уэ абы жэуап къыуитынущ». Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ Адэщ, абы къыхэкІкІэ зи лъэ щІэхуа и къуэм зэи мыпхуэдэу жриІэнукъым: «Мо уи къуэшым еплъыт. Уэри, абы хуэдэу, къарууфІэу ущытын хуейщ». Абы дэтхэнэ зыри лъапІэу делъытэ икІи ди тхьэлъэІухэм фІыуэ йодаІуэ (Пс. 116:1; Ис. 57:15).
Ешайа сыт зи гугъу ищІар «[Иеговэ] фыкъыкІэрымыкІ» жыхуиІэ псалъэхэр щитхам щыгъуэ? (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Иеговэ зэпымыууэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн хуейр Ешайарэ Хьисэрэ я псалъэхэм дапхуэдэу къыхэщрэ?
7 Дызыгъэгузавэ гуэрым теухуауэ Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, а гугъуехьым дыпэщІэтын щхьэкІэ, занщІэу абы къару къыдитыфынущ. Ауэ а гугъуехьыр дэ дызэригугъам нэхърэ нэхъыбэрэ екІуэкІыу щытмэ-щэ? Абы щыгъуэ ди Іэр едмыхьэхын щхьэкІэ, къару къыдитыну Иеговэ мызэ-мытІэу делъэІун хуей хъунущ икІи апхуэдэу тщІэну езы Иеговэ хуейщ. А гупсысэр Ешайа итха псалъэхэм къыхощ: «ИкІи абы [Иеговэ] фыкъыкІэрымыкІ» (Ис. 62:7). Сыт абы къикІыр? Дэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж дыкъыкІэрымыкІыу, тІысу зигъэпсэхуну Іэмал едмыт хуэдэу, дыщытын хуейщ. Ешайа и псалъэхэм тхьэлъэІум теухуауэ Хьисэ жиІар дигу къагъэкІыж. Ар Лука 11:8—10, 13 едзыгъуэхэм къыщыдгъуэтыфынущ. А псалъэхэмкІэ Хьисэ дыхуегъэуш Иеговэ зэпымыууэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну, е, а псалъэхэр япэ дыдэу зэратха бзэм зэрыжиІэм хуэдэу, Иеговэ и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ, укІытэ димыІэу, тедгъэчыныхьу делъэІуну. Абы нэмыщІ, Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэн щхьэкІэ, Иеговэ чэнджэщэгъу тщІын хуейщ.
ИЕГОВЭ ДЕУНЭТІ
8. Исайя 30:20, 21 ит псалъэхэр пасэрей зэманым дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар?
8 Къеджэ Исайя 30:20, 21. Бабилэным и дзэм илъэсрэ ныкъуэкІэ Ерусалим къитІысыхьауэ щыщытам щыгъуэ, цІыхур щІакхъуэмрэ псымрэ зэресэжым хуэдэу, журт цІыхухэр гугъуехьхэм есэжат. Ауэ 20, 21-нэ едзыгъуэхэм зэритымкІэ, Иеговэ журтхэр къригъэлыну къигъэгугъащ, ахэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжрэ захъуэжу щытмэ. Ешайа Иеговэ «УщиякІуэшхуэкІэ» йоджэ икІи цІыхухэм яжреІэ Алыхьым ахэр игъэсэну, езыр зэрыхуейм хуэдэу къыхуэлэжьэн щхьэкІэ. А псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ журт лъэпкъыр гъэрыпІэм къыщикІыжам щыгъуэ. Иеговэ абыхэм я дежкІэ УщиякІуэшхуэ хъуащ икІи дин пэжыр зэтрагъэувэжыну ядэІэпыкъуащ. Дэри Иеговэ ди УщиякІуэшхуэу зэрыщытым икъукІэ дегъэгушхуэ.
9. Иеговэ дызэрыригъаджэ япэ Іэмалыр сыт хуэдэ?
9 Мы едзыгъуэхэм Ешайа дэ еджакІуэхэм дрегъэщхь, Иеговэ — егъэджакІуэм ирегъэщхь. Алыхьым дэ ІэмалитІкІэ дрегъаджэ. Япэ Іэмалым теухуауэ Ешайа мыпхуэдэу етх: «Фэ фи нэкІэ фи УщиякІуэшхуэр флъэгъунущ». Мы псалъэхэм УщиякІуэр еджакІуэхэм я пащхьэм иту къыщыгъэлъэгъуащ. Алыхьым и деж зыщыдгъэсэну Іэмал къызэрыдитамкІэ дэ абы пщІэшхуэ къытхуищІащ. Абы щхьэкІэ Иеговэ и организацэр къегъэсэбэп. А организацэм унафэ гурыІуэгъуэхэр къызэрыдитым щхьэкІэ, дэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ. Иеговэ дригъэджэн щхьэкІэ зэІущІэхэр, конгрессхэр, ди публикациехэр, JW Broadcasting® программэхэр икІи нэгъуэщІ куэди къегъэсэбэп. А псор дэ къыддоІэпыкъу теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну.
10. «Фи щІыбагъымкІэ макъ щызэхэфхынущ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт?
10 Иеговэ дызригъасэ етІуанэ Іэмалым теухуауи Ешайа итхащ: «Фи щІыбагъымкІэ макъ щызэхэфхынущ». Мыбдеж бегъымбарым Иеговэ гулъытэ зыхэлъ ущиякІуэу къыщегъэлъагъуэ. Ар иригъаджэхэм яужь иту макІуэ икІи здэкІуэн хуейр яжреІэ, ахэр гъуащэу гъуэгум темыкІын щхьэкІэ. Нобэ дэри Иеговэ и макъыр ди щІыбагъымкІэ къыщыІуу зэхыдох. Дапхуэдэу? Алыхьым и Псалъэр зэратхрэ куэд зэрыщІам къыхэкІкІэ дэ Библием дыщеджэкІэ Алыхьым и макъыр ди щІыбагъымкІэ щызэхэтхыу жыпІэ хъунущ (Ис. 51:4).
11. Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ, сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуей? КъыдгурывгъаІуэ.
11 Иеговэ и организацэмрэ Библиемрэ къигъэсэбэпу дызэриунэтІым сэбэпынагъ нэхъыбэ дапхуэдэу зэрыхэтхынур? Ешайа жиІам гу лъыттэнщ. Япэрауэ, абы етх: «Мис гъуэгур». АдэкІэ абы пещэ: «ФрикІуэ абы фытету» (Ис. 30:21). ЗдэбунэтІыну «гъуэгур» пщІэн къудейр мащІэщ. Дэ иджыри «абы дытету дрикІуэн» хуейщ. Ди организацэм Иеговэ и Псалъэр къызэрыдгуригъаІуэм и фІыгъэкІэ ар сыткІэ къытщыгугъми дэ дощІэ. Абы нэмыщІ щІэныгъэ къатщІэр къызэрыдгъэсэбэпыну щІыкІэхэри къыдощІэ. Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ, а лъэбакъуитІми мыхьэнэшхуэ яІэщ. А лъэбакъуэхэр тчымэ, шэч хэмылъу, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ.
ИЕГОВЭ И НЭФІ КЪЫТЩОХУЭ
12. Исайя 30:23—26 зэритымкІэ, дапхуэдэу Иеговэ и лъэпкъым и нэфІ зэрыщыхуар?
12 Къеджэ Исайя 30:23—26. Къэхъун хуей мы псалъэхэр Бабилэн гъэрыпІэм къикІыжа журт цІыхухэм я деж дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыщыхъуар? Иеговэ и нэфІ абыхэм ящыхуащ икІи ахэр зыми хуэныкъуэу щытакъым. Абы и лэжьакІуэхэм ерыскъыр пэрыхьэту яритт, ахэр я ныбэ изу шхэн щхьэкІэ. Ауэ, псом нэхърэ нэхъапэращи, Иеговэ абыхэм зыхуэныкъуэ духовнэ ерыскъыр яритащ. Абы и фІыгъэкІэ ахэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъуфынут икІи ар зэрыхуейм хуэдэу хуэлэжьэфынут. А зэманым Алыхьым и лъэпкъым ирита фІыгъуэхэр япэм яхуищІам нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэт. 26-нэ едзыгъуэм зэритымкІэ, Иеговэ пэжым и нэхур абыхэм нэхъыбэу ятригъэпсащ (Ис. 60:2). Иеговэ къыбгъэдэкІ а тыгъэхэм и лэжьакІуэхэм къару къахилъхьащ икІи я гум гуфІэгъуэ илъу хуэлэжьэну къадэІэпыкъуащ (Ис. 65:14).
13. Дин пэжыр зэрызэтрагъэувэжыным теухуа къэхъун хуей псалъэхэр нобэ дауэ гъэзэщІа зэрыхъур?
13 Дин пэжыр зэрызэтегъэувэжыным теухуа къэхъун хуей псалъэхэр нобэ дэ къытлъэІэсрэ? ДауикІ, къытлъоІэс! 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр Бабилэнышхуэм — дуней псом тет дин нэпцІхэм — и гъэрыпІэм къокІ. Алыхьым израил лъэпкъыр къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм нэхърэ куэдкІэ нэхъыфІ щІыпІэм — жэнэтым хуэдэ щІыпІэм — Иеговэ ахэр ешэ (Ис. 51:3; 66:8). А жэнэтыр зищІысыр сыт?
14. Жэнэтым хуэдэ щІыпІэр сыт зищІысыр икІи хэт абы щыпсэур? («Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэм феплъ.)
14 1919-нэ гъэм щыщІэдзауэ жэнэтым хуэдэ щІыпІэмb уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр щопсэу. ИужькІэ «нэгъуэщІ мэлхэр» — гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр — абыхэм гъусэ яхуэхъуащ (Ин. 10:16). А цІыхухэми Иеговэ и нэфІыр ящохуэ (Ис. 25:6; 65:13).
15. Жэнэтым хуэдэ щІыпІэр здэщыІэр дэнэ?
15 Дэнэ-тІэ нобэ жэнэтым хуэдэ а щІыпІэр здэщыІэр? Иеговэ и Щыхьэтхэр щІылъэм и сыт хуэдэ щІыпІэми зэрыщыпсэум къыхэкІкІэ, абы дуней псор къызэщІеубыдэ. Аращи, дин пэжым и лъэныкъуэр тІыгъыу щытмэ, дэ жэнэтым хуэдэ щІыпІэм дыщыІэу жыпІэ хъунущ.
Жэнэт хуэдэ щІыпІэр дахэу щытын щхьэкІэ, дэтхэнэ зыми сыт тщІэфынур? (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)
16. Жэнэтым хуэдэ щІыпІэм и дахагъэр сыт щыгъуи тлъэгъун щхьэкІэ, сыт къыддэІэпыкъунур?
16 Жэнэтым хуэдэ щІыпІэм дыщыІэн щхьэкІэ, дуней псом тет ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт щыгъуи лъапІэу тлъытэн хуейщ. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Жэнэтым хуэдэ щІыпІэм щыпсэухэм я ныкъусанхэракъым гу зылъыттэн хуейр, атІэ я хьэл-щэн дахэхэращ (Ин. 17:20, 21). Апхуэдизу абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэтхьынщ. Дэтхэнэ зы жыг хадэм е паркым жыг зэмылІэужьыгъуэхэм ущрохьэлІэ. Апхуэдэ дыдэу, дуней псом щыІэ зэхуэсхэм цІыху зэмыщхь куэд зэрыхэтым ахэр егъэдахэ. Библием а цІыхухэр жыгхэм ирегъэщхь (Ис. 44:4; 61:3). Ди гъунэгъуу «къыщыкІ» «жыгхэм» я ныкъусанхэм демыплъу жыг хадэ псом и дахагъэм гу лъыттэн хуейщ. Зэкъуэту щыт дуней псом щыІэ Алыхьым и лъэпкъым и дахагъэр тлъэгъун щхьэкІэ, ди ныкъусанхэмрэ къуэш, шыпхъухэм яхэлъ ныкъусанхэмрэ зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым.
17. Зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр дэтхэнэ зыми дапхуэдэу зэрытхъумэфынур?
17 Дэтхэнэ зыми а зэкъуэтыныгъэр дапхуэдэу зэрытхъумэфынур? Ар тхузэфІэкІынущ, мамырыгъэм дыхущІэкъуу щытмэ (Мт. 5:9; Рим 12:18). Апхуэдэу щытщІэм деж жэнэтым хуэдэ щІыпІэр нэхъ дахэж мэхъу. А «щІыпІэм» щыпсэу дэтхэнэ зыри дин пэжым къезышэлІар Иеговэу зэрыщытыр дэ зыщыдгъэгъупщэкъым (Ин. 6:44). Иеговэ дэтхэнэ зы и лэжьакІуэри лъапІэу елъытэ. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ дэлъын щхьэкІэ, къару зэретхьэлІэр щилъагъум деж, ар зэрыгуфІэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! (Ис. 26:3; Агг. 2:7).
18. Дэ зэпымыууэ дызэгупсысын хуейр сыт икІи сыт щхьэкІэ?
18 Иеговэ хьэлэлагъ хэлъу и лэжьакІуэхэм фІыгъуэ яхуещІэ. Абы и гущабагъэр нэхъыбэу зыхэтщІэн щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Абы щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэмрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ щыдджым деж, дызэджам куууэ дегупсысын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэфынущ. А хьэл-щэнхэм я фІыгъэкІэ дэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъунущ, гуапэуи дахущытынущ (Рим 12:10). Иджыпсту диІэ фІыгъуэхэм дыщегупсысым деж, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ дощІ. Абы нэмыщІ къэкІуэну зэманым Иеговэ къыдитыну тыгъэхэм дегупсысу щытмэ, игъащІэ псокІэ абы дыхуэлэжьэну гугъэ диІэр зыфІэдгъэкІуэдынукъым. А псор къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэшхуэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэну.
ДЫКЪИМЫКІУЭТЫНУ МУРАД БЫДЭ ТЩІАЩ
19. 1) Исайя 30:18 зэритымкІэ, сытым шэч къытедмыхьэми хъуну? 2) Теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?
19 Иеговэ дэр щхьэкІэ «зыкъиІэта» иужь, мы дуней бзаджэм кІэ иритынущ (Ис. 30:18). Ар — «захуагъэ зыщІэ Алыхьщ». Абы къыхэкІкІэ дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ и захуагъэм тету мы дунеижьым хухиха зэманым зы махуэкІи зэрыфІимыгъэкІыным (Ис. 25:9). Хуит дыщыхъужыну махуэм Иегови дэри къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ. А зэманыр къэмыса щІыкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну, абы и Псалъэр дджыну, къэтщІам дытетыну икІи диІэ фІыгъуэхэм дегупсысыну Іэмал дызэриІэр дэ адэкІи лъапІэу тлъытэнущ. Абы щыгъуэ теубыдагъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну Иеговэ къыддэІэпыкъунущ.
142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ
a ДызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэду дыпэщІэтын щхьэкІэ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъу Іэмалищ мы статьям щызэпкърытхынущ. Дэ Исайя тхылъым и 30-нэ псалъащхьэм дыхэплъэнущ. Абы къыщытщІэнущ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным, абы и Псалъэр дджыным икІи нобэ тыгъэ къыдитхэмрэ къэкІуэну зэманым къыдитынухэмрэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Зэкъуэту Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж, «жэнэтым хуэдэ щІыпІэм» дэ дыщыІэу жыпІэ хъунущ. А «щІыпІэм» Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэр пэрыхьэту щыдиІэщ. А щІэныгъэм дин нэпцІым къыбгъэдэкІ пцІыр хэткъым. Иджыри дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуэзыхь лэжьыгъэм дыхэтщ — ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІуныращ. Абы нэмыщІ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ мамыру дызэдопсэу. Ахэр дэ къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну. Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэн щыщІэддзэм икІи, абы щапхъэ тетхын щхьэкІэ, къарууэ диІэр щетхьэлІэм деж, дэ жэнэтым хуэдэ а щІыпІэм щыпсэун щІэддзэу жыпІэ хъунущ.