ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Август н. 8—13
  • Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЗАКЪУЭНЫГЪЭ ЩЫЗЫХЭТЩІЭМ ДЕЖ
  • ГУГЪУЕХЬЫШХУЭХЭР КЪЫЩЫТТЕГУПЛІЭМ ДЕЖ
  • ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМРЭ И НЭІЭ КЪЫЗЭРЫТТРИГЪЭТЫМРЭ ФІЫЩІЭ ДОЩІ
  • Гугъу ущехьым деж Иеговэ щыгугъ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Уи закъуэу къыщыпщыхъу икІи ущышынэ къэхъурэ?
    Фи сабийхэр вгъасэ
  • Уэ уи закъуэкъым, Иеговэ сыт щыгъуи уи гъусэщ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Гугъуехь дыщиІэм деж гуфІэгъуэ дауэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Август н. 8—13

33 СТАТЬЯР

Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ

«Иеговэ кІэлъоплъ абы фІэлІыкІхэм» (ПС. 33:18).

4-НЭ УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. И лъэужь ирикІуэхэр къихъумэну Хьисэ Иеговэ щІелъэІуар сыт?

ЯУКІЫН ипэ иужьрей жэщым Хьисэ уафэм щыІэ и Адэм лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзащ. Ар Иеговэ елъэІуащ и лъэужь ирикІуэхэр къихъумэну (Ин. 17:15, 20). ДауикІ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи и нэІэ ятригъэтт икІи ахэр къихъумэт. Ауэ Хьисэ ищІэт и лъэужь ирикІуэхэр ШейтІаным гущІэгъуншэу къызэрырихуэкІынур. Абы къыгурыІуэт и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ къадэмыІэпыкъуу щытмэ, я къарукІэ Иблисым зэрыпэщІэмытыфынур.

2. Гугъуехьхэм дащышынэн щІыхуэмейр сыт? (Псалом 33:18—20).

2 ШейтІаным и дунейм Иеговэ и лэжьакІуэхэм хуабжьу трекъузэ. Гугъуехьхэмрэ насыпыншагъэхэмрэ ди къарур тщІахыфынущ икІи Иеговэ дызэрыхуэпэжым гъэунэхуапІэ хуэхъуфынущ. Ауэ мы статьям дигу къигъэкІыжынущ зыми дыщышынэн зэрыхуэмейр. Иеговэ и нэІэ къыттригъэтщ икІи ди гугъуехьхэр псори елъагъу. Ар къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. «Иеговэ... фІэлІыкІхэм» зэрыкІэлъыплъым теухуауэ Библием ит щапхъитІ адэкІэ зэпкърытхынщ. (Къеджэ Псалом 33:18—20.)

ЗАКЪУЭНЫГЪЭ ЩЫЗЫХЭТЩІЭМ ДЕЖ

3. Дапщэщ дэ закъуэныгъэ щызыхэтщІэнкІэ хъунур?

3 Иеговэ и унагъуэшхуэм дыщыщми, дэ закъуэныгъэ щызыхэтщІэ къохъу. Псалъэм папщІэ, школым щеджэ ныбжьыщІэм къыщыхъуфынущ и закъуэу къэнауэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и фІэщхъуныгъэм теухуауэ къыдеджэхэм жриІэн хуей щыхъум деж, къыдэІэпыкъун гуэр щимыгъусэ къохъу. Абы нэмыщІ зэрыІэпхъуам къыхэкІкІэ нэгъуэщІ зэхуэсым кІуэн хуей хъуа щІалэгъуалэм закъуэныгъэ зыхещІэ. Хэти гурыщІэ Іейхэм йобэн икІи и закъуэу абыхэм пэщІэтын хуейуэ къыщохъу. Иныкъуэхэм деж дызыгъэгузавэм теухуауэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну дошынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дакъыгурымыІуэну къытщохъу. Уеблэмэ, дэ зыми дыкъыфІэмыІуэхуххэ хуэдэу къытщыхъункІэ хъунущ. Закъуэныгъэм сыт щхьэусыгъуэ хуэмыхъуами, дыдэІэпыкъуэгъуншэу икІи дынасыпыншэу зыкъытщыхъужыфынущ. Ауэ ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, кхъыІэ, зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ хуейкъым дэ апхуэдэ гурыщІэхэр диІэну. Дэнэ дэ ар щытщІэр?

4. «Си закъуэщ къэнар» жиІэу Иляс бегъымбарым щІыжиІар сыт?

4 Бегъымбар Иляс къыщыщІар дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы махуэ 40-м щІигъукІэ пащтыхь гуащэ Иезавель зыщигъэпщкІут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ар иукІыну тхьэ иІуат (1 Цар. 19:1—9). ИкІэм-икІэжым Иляс зигъэпщкІуауэ бгъуэнщІагъым щыщІэсым щыгъуэ, игукІэ Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Си закъуэщ къэнар» (1 Цар. 19:10). Ауэ Израил щІыналъэм нэгъуэщІ бегъымбархэри щыІэт. Псалъэм папщІэ, Иезавель иримыгъэукІын щхьэкІэ, Авдий зи цІэ къулыкъущІэм Иеговэ и бегъымбару 100 къригъэлат (1 Цар. 18:7, 13). Сыту пІэрэ-тІэ Иляс апхуэдизу закъуэныгъэ зыхищІэу щІыщытар? Абы Авдий къригъэла бегъымбархэр яукІауэ и гугъэу пІэрэт? Е, Карми́л бгым къыщыхъуа Іуэхугъуэм иужь, зыми Иеговэ хуэлэжьэн щІимыдзауэ къыщыхъуу щыта? Хьэмэрэ Иляс и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ зэрыщыІэр зыми ямыщІэу е ар псоми ящыгъупщэжауэ и гугъауэ пІэрэт? Иляс апхуэдэ гурыщІэхэр щІиІам и щхьэусыгъуэхэр псори Библием къытхузэІуихкъым. Ауэ дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым: Иляс закъуэныгъэ щІызыхищІэм и щхьэусыгъуэр Иеговэ къыгурыІуэт икІи абы зэрыдэІэпыкъуну щІыкІэри ищІэт.

Коллаж: 1) Илья на коленях молится в пещере; 2) брат горячо молится в спальне.

Закъуэныгъэ щызыхэтщІэм деж, Иеговэ бегъымбар Иляс зэрыдэІэпыкъуа щІыкІэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ къыдитыфыну? (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)

5. Дапхуэдэу Иеговэ Иляс къызэрыгуригъэІуар ар зэримызакъуэр?

5 Дапхуэдэу-тІэ Иеговэ Иляс зэрыдэІэпыкъуар? Абы ар хуигъэушащ и гум илъыр жиІэну. Иеговэ тІэунейрэ Иляс мыпхуэдэу еупщІащ: «Иляс, сыт мыбдеж щыпщІэр?» (1 Цар. 19:9, 13). Иляс и гуныкъуэгъуэ псори Иеговэ щыхуиІуатэм щыгъуэ, ар абы едэІуащ. ИужькІэ, Иляс зэригъусэр къыгуригъэІуэн щхьэкІэ, Алыхьым и къаруушхуэр абы иригъэлъэгъуащ. Иеговэ Иляс жриІащ ар зэримызакъуэр икІи израил цІыху куэд иджыри къызэрыхуэлажьэр (1 Цар. 19:11, 12, 18). Иляс и гуныкъуэгъуэр Иеговэ хуиІуэтащ. Алыхьым и жэуапыр зэхиха иужь, шэч хэмылъу, абы гупсэхугъуэ игъуэтыжащ. Абы нэмыщІ Алыхьым Иляс пщІэ зыпылъ къалэн зыбжанэ иритащ: Хазаэ́л — Сирием и пащтыхь, Ииуй — Израилым и пащтыхь икІи Елисей бегъымбар хъун щхьэкІэ, Иляс абыхэм дагъэ ящихуэн хуейт (1 Цар. 19:15, 16). Апхуэдэ къалэнхэр зэрыритамкІэ Иеговэ Иляс дэІэпыкъуащ и акъылыр фІым триухуэну. Иджыри Иеговэ абы ныбжьэгъу пэжу Елисей иритащ. НтІэ, дэри закъуэныгъэ зыхэтщІэмэ, дапхуэдэу Иеговэ и дэІэпыкъуэгъур зэрыдгъуэтыфынур?

6. Закъуэныгъэр щызыхэпщІэм деж, уи тхьэлъэІухэм сыт хэбгъэхьэ хъунур? (Псалом 62:8).

6 Иеговэ хуейщ уи гум илъыр абы хуэпІуэтэну. Абы уи гугъуехьхэр псори елъагъу икІи сыт щыгъуи къодэІуэну хьэзырщ (1 Фес. 5:17). Алыхьым игу ирохь и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм едэІуэну (Прит. 15:8, Гъэсэпэтхыдэхэр). Закъуэныгъэ щызыхэпщІэм деж, Иляс хуэдэу, уи гум илъ псори Иеговэ хуэІуатэ. (Къеджэ Псалом 62:8.) УзыпэщІэхуэ гугъуехьхэмрэ абыхэм гурыщІэ къыуатхэмрэ теухуауэ Иеговэ жеІэ икІи гурыщІэ Іейхэм узэрыпэлъэщыну щІыкІэр уигъэлъэгъуну елъэІу. Псалъэм папщІэ, школым хъыбарыфІыр щыбгъэІуну ушынэмэ икІи къыбдэІэпыкъун уимыІэмэ, лІыгъэ къыуитыну Иеговэ елъэІу. Абы нэмыщІ, пщІэрэ Іущагърэ хэлъу жэуап птыжын щхьэкІэ, къыбдэІэпыкъуну Алыхьым уелъэІу хъунущ (Лк. 21:14, 15). Гупсысэ Іейхэр къыптехьэлъэу щытмэ, Иеговэ елъэІу, фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ къуэшым е шыпхъум уепсэлъэн щхьэкІэ, къыбдэІэпыкъуну. Иджыри Алыхьым уелъэІу хъунущ уи ныбжьэгъум узэхищІыкІыну. Уи гум илъ псори Иеговэ жепІэну умыукІытэ. Абы уи тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритым гу лъыптэну хущІэкъу икІи нэгъуэщІхэм я дэІэпыкъуэгъур ІэщІыб умыщІ. Абы щыгъуэ уэ закъуэныгъэр апхуэдэу къыптехьэлъэнукъым.

Брат, изображённый на предыдущей иллюстрации, с радостью проповедует при помощи писем. Он общается с другими братьями и сёстрами по видеосвязи.

Нэхъыбэу хъыбарыфІ гъэІуным узэрыхэтын икІи къуэш, шыпхъухэм уазэрыдэлэжьэн Іэмал къэплъыхъуэрэ? (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Маурисио и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

7 Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ къытхуигъэфэщащ. Шэч къытомыхьэ: уэ зэхуэсым щыбгъэзащІэ къалэнхэмрэ хъыбарыфІ гъэІуным узэрыхэтымрэ абы гу лъетэ икІи ар лъапІэу елъытэ (Пс. 110:3). Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру узэрыхэтыр закъуэныгъэм упэлъэщыну дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъур? НыбжькІэ щІалэ ди къуэш Маури́сиоb и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы псым зыщІигъэуа иужь куэд дэмыкІыу, и ныбжьэгъухэм щыщ зым хуэм-хуэмурэ пэжым бгъэдэкІыу щІидзащ. Маурисио игу къегъэкІыж: «Ар Иеговэ пэжыжьэ зэрыхуэхъуам къыхэкІкІэ си щхьэм дзыхь хуэзмыщІыжу сыхъуат. Сэ мыпхуэдэу сегупсыст: „Си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щислъхьэм абы еста псалъэр згъэпэжу, и унагъуэм щыщу сыкъэнэну схузэфІэкІыну пІэрэ?“ Сэ закъуэныгъэ зыхэсщІэт икІи си гурыщІэхэр зыми къыгурымыІуэу къысщыхъут». Сыт-тІэ Маурисио къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Сэ хъыбарыфІыр нэхъыбэу згъэІуу щІэздзащ. Сызыгъэгузавэ гурыщІэхэм семыгупсысыну ар къыздэІэпыкъут. Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу хъыбарыфІыр зэрызгъэІум гуфІэгъуэ къысхуихьт икІи закъуэныгъэр апхуэдэу зыхэсщІэтэкъым». Пэжщ, цІыхухэм я деж дыкІуэу хъыбарыфІыр дгъэІуну Іэмал димыІэми, ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу письмо зэрыттхымрэ телефонкІэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ къару къытхелъхьэ. Сыт иджыри Маурисио къыдэІэпыкъуар? Абы пещэ: «Сэ зэхуэсым и Іуэхухэм нэхъыбэу сыхэту щІэздзащ. Зэрызыдгъасэ заданиехэм сегугъуу зыхуэзгъэхьэзырт. Ахэр щызгъэзащІэкІэ Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ лъапІэу сызэралъытэр зыхэсщІащ».

ГУГЪУЕХЬЫШХУЭХЭР КЪЫЩЫТТЕГУПЛІЭМ ДЕЖ

8. Гугъуехьышхуэхэм къыхэкІкІэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?

8 Мы иужьрей махуэхэм гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэнур дэ дощІэ (2 Тим. 3:1). Ауэ иныкъуэхэм деж абыхэм дыщыхуэмыхьэзыр къохъу. Псалъэм папщІэ, а гугъуехьхэр ахъшэм епхауэ щытыфынущ е узыфэ хьэлъэ гуэр диІэу къызэрагъуэтам къыхэкІыфынущ. ФІыуэ тлъагъу гуэри лІэныгъэм тІэщІихыфынущ. А псом ди гур ириудыфынущ икІи Іэнкун дищІыфынущ, псом хуэмыдэу зы гугъуехьыр адрейм иужь иту е псори зэуэ къыщыттегуплІэм деж. Ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ и нэІэ къыттригъэтщ икІи абы и гъусэу сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыфынущ.

9. Іэиуб сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа?

9 Иеговэ и лэжьакІуэ пэж Іэиуб зэрыдэІэпыкъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Зэман кІэщІым къриубыдэу Іэиуб и гъащІэм гугъуехьышхуэ зыбжанэ къыщыхъуащ. Зы махуэм къриубыдэу Іэщу иІар абы фІэкІуэдащ, и унэІутхэр яукІащ икІи фІыуэ илъагъу и бынипщІыр зыщІэса унэр къызэтещахэри хэкІуэдащ (Иов 1:13—19). Ауэ Іэиуб и гугъуехьхэр абыкІэ иухакъым. Абы къыщыщІа псом иужь куэд дэмыкІыу, и теплъэр гущыкІыгъуэ зыщІа узыфэ хьэлъэ къеуэлІащ (Иов 2:7). Іэиуб и ІэнатІэр апхуэдизкІэ хьэлъэти, мыпхуэдэу жиІащ: «ГъащІэм гущыкІ хуэсщІащ, афэкІа сыпсэуну сыхуеижкъым» (Иов 7:16).

Иов размышляет об удивительных творениях Иеговы, в частности о бегемоте, аисте, страусе, крокодиле, орле, коне и диком быке. Бушует буря. Недалеко сидят Елиуй и трое горе-утешителей.

Иеговэ Іэиуб фІыуэ зэрилъагъур къыгуригъэІуэн щхьэкІэ, и ІэдакъэщІэкІхэм и нэІэ зэрытригъэтыр игу къигъэкІыжащ. (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Іэиуб гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыфын щхьэкІэ, дапхуэдэу Иеговэ абы зэрыдэІэпыкъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

10 Ауэ Иеговэ Іэиуб и нэІэ тригъэтт. Алыхьым Іэиуб фІыуэ илъагъут икІи и гугъуехьхэм пэщІэтыну абы дэІэпыкъуащ. Иеговэ Іэиуб щепсалъэм щыгъуэ, щІэи гъуни зимыІэ и Іущагъымрэ лъагъуныгъэ хэлъу и ІэдакъэщІэкІхэм и нэІэ зэрытригъэтымрэ игу къигъэкІыжащ. Иджыри Алыхьым Іэиуб псэущхьэ гъэщІэгъуэн куэдым теухуауэ упщІэхэр иритащ (Иов 38:1, 2; 39:9, 13, 19, 27; 40:15; 41:1, 2). Абы нэмыщІ, Іэиуб и фІэщхъуныгъэр игъэбыдэн икІи гузэгъэгъуэ иритын щхьэкІэ, Елиуй зи цІэ щІалэщІэр хуигъэкІуащ. Елиуй Іэиуб жриІащ Иеговэ теубыдагъэ зыгъэлъагъуэ и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи и нэфІ зэрыщыхуэр. Иджыри Иеговэ Елиуй хуигъэушащ Іэиуб щабэу чэнджэщ иритыну. Ар абы дэІэпыкъуащ Дунеишхуэр къэзыгъэщІа Иеговэ и пащхьэм сыт хуэдэ увыпІэ щиІыгъми егупсысыну (Иов 37:14). Абы нэмыщІ Иеговэ Іэиуб къалэн иритащ и ныбжьэгъуищым щхьэкІэ Тхьэ елъэІуну (Иов 42:8—10). Дэ-щэ? ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

11. ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Библиер дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?

11 Іэиуб зэрепсэлъам хуэдэу, Иеговэ дэ къыдэпсалъэкъым. Ауэ Библием дыкъыщеджэм деж, дэ абы и макъыр зэхэтхыу жыпІэ хъунущ (Рим 15:4). КъэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ къызэрыдитымкІэ абы гупсэхугъуэ къыдет. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, къыддэІэпыкъуфыну гупсысэ зыбжанэ Библием къыщыдогъуэт. Псалъэм папщІэ, Иеговэ дыкъегъэгугъэ: сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыхуэмызами, абы и «фІылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфІэкІынукъым» (Рим 8:38, 39). Абы иджыри къыджеІэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзыгъазэу «къезыджэ псоми [зэра]пэгъунэгъур» (Пс. 145:18). Абы нэмыщІ Иеговэ псалъэ къыдет, абы дыщыгугъмэ, гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэду сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дызэрыпэщІэтыфынур (1 Кор. 10:13; Екъуб 1:2, 12). Библием иджыри дигу къегъэкІыж, Алыхьым тыгъэу къыдитыну гъащІэ мыухыжым елъытауэ, ди гугъуехьхэр зэрыкІэщІыр (2 Кор. 4:16—18). Гугъуехь псори къызыбгъэдэкІ ШейтІанымрэ щІэпхъаджащІэхэмрэ зэригъэкІуэдыжынум теухуауэ Иеговэ гугъэ быдэ къыдет (Пс. 37:10). НтІэ, къэкІуэну зэманым гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтын икІи гупсэхугъуэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ, Библием щыщ едзыгъуэ зыбжанэ тхузэгъэщІэну пІэрэ?

12. Иеговэ сытым дыхуигъэушрэ?

12 Иеговэ дыхуегъэуш, зэпымыууэ Библиер дджын икІи дызэджам дегупсысын щхьэкІэ, зэман къыдэдгъэкІыну. КъэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпым деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи уафэм щыІэ ди Адэм нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. А псом и фІыгъэкІэ теубыдагъэ дгъэлъагъуэу ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну къару диІэ мэхъу. Абы нэмыщІ Библием дзыхь хуэзыщІхэм Иеговэ и къару лъапІэр ярет. А къару лъапІэм дэ «лъэкІыныгъэшхуэ» къытхилъхьэфынущ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэщІэтыфын щхьэкІэ (2 Кор. 4:7—10).

13. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» Библием тегъэщІауэ къыдит щІэныгъэр гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыну дапхуэдэу къыддэІэпыкъурэ?

13 Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ щІэныгъэ къыдет (Мт. 24:45). Алыхьым гъунэгъу дыхуэзыщІ статьяхэр, видеохэр, уэрэдхэр дэ пэрыхьэту диІэщ. А Іэмэпсымэхэр Іэмал зэриІэкІэ нэхъыфІу къэдвгъэгъэсэбэп. Алыхьым къыбгъэдэкІ «ерыскъыр» фІыщІэ зэрищІым теухуауэ Америкэм щыщ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ илъэс 40 хъуауэ Иеговэ сыхуолажьэ. А зэманым къриубыдэу Иеговэ сызэрыхуэпэжыр мызэ-мытІэу гъэунэхуа хъуащ». А шыпхъум и гъащІэм гузэвэгъуэ куэд къыщыхъуащ: абы и адэшхуэр шофёр чэфым машинэм иригъэукІащ, и адэ-анэр узыфэ хьэлъэм илІыкІащ, езыри тІэунейрэ лышх узым ебэнын хуей хъуащ. А псом пэщІэтыну сыт абы къыдэІэпыкъуар? А шыпхъум жеІэж: «Иеговэ сыт щыгъуи и нэІэ къыстригъэтт. ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр къигъэсэбэпу абы къызит «ерыскъыр» си Іэр езмыхьэхыну къыздоІэпыкъу. „СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!“ жызыІа Іэиуб иІа гурыщІэхэм хуэдэ сэри сиІэщ» (Иов 27:5).

Мама с дочкой дарят самодельную открытку пожилой паре. Брат вынужден пользоваться кислородным баллоном.

Ди зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур? (1 Фессалоникэ 4:9).

14 Дэ Иеговэ дегъасэ фІыуэ дызэрылъагъуну икІи, зэман гугъухэм деж, зыр зым дэІэпыкъуэгъу дыхуэхъуну (2 Кор. 1:3, 4; къеджэ 1 Фессалоникэ 4:9). Елиуй хуэдэу, зэхуэсым щыщхэр, гугъуехь дыщиІэм деж, «фІэщхъуныгъэм и гъуэгум дытемыкІын» щхьэкІэ, къыддэІэпыкъуну хьэзырщ (Апост. 14:22). Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Дианэ и щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ щыхъуам щыгъуэ, абы и фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ, зэхуэсым щыщхэр къыдэІэпыкъуащ. Дианэ жеІэж: «А зэманыр икъукІэ хьэлъэт. Ауэ а мазэхэм къриубыдэу Иеговэ ІэплІэкІэ дыкърихьэкІым хуэдэу и лъагъуныгъэшхуэр дэ зыхэтщІащ. Къуэш, шыпхъухэм зэи дыкъагъэнакъым. Ахэр телефонкІэ къыдэпсалъэт, ди деж къакІуэт икІи абыхэм ІэплІэ къытхуащІт. Дэ а псор къыддэІэпыкъуащ ди Іэр едмыхьэхыну. Сэ машинэ къесхуэкІыфкъыми, къуэш, шыпхъухэр щІэх-щІэхыурэ щІэупщІэт зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ сыкІуэну Іэмал сиІэрэ симыІэрэ». Алыхьым и унагъуэм лъагъуныгъэшхуэ егъэлъагъуэ. Сыту насыпышхуэ абы ущыщыну!

ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМРЭ И НЭІЭ КЪЫЗЭРЫТТРИГЪЭТЫМРЭ ФІЫЩІЭ ДОЩІ

15. Гугъуехьхэм дызэрыпэщІэтыфынум шэч къыщІытедмыхьэр сыт?

15 Гува-щІэхами дэ псори гугъуехь гуэрхэм дыпэщІэхуэнущ. Ауэ, зэрытлъэгъуащи, а гугъуехьхэм ди закъуэу дыпэщІэтын хуей хъунукъым. Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэм хуэдэу, Иеговэ и нэІэ къыттригъэтщ. Ар къыдэдэІуэну икІи къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ (Ис. 43:2). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым: Иеговэ ди гъусэмэ, сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ди гугъуехьхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэу хъуар абы пэрыхьэту къыдитащ. Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал диІэщ. И Псалъэ Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ къыдитащ. Абы нэмыщІ фІыуэ дыкъэзылъагъу къуэш, шыпхъухэр гугъуехьхэм дыпэщІэтыну къыддоІэпыкъу.

16. Иеговэ сыт щыгъуи и нэІэ къыттригъэтын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?

16 Уафэм щыІэ ди Адэм и нэІэ къызэрыттригъэтыр сыту насыпышхуэ! «Ди гум гуфІэгъуэ къизылъхьэр аращ» (Пс. 33:21). Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ и нэІэ къызэрыттригъэтымрэ фІыщІэ тщІыуэ щытмэ, абы къыдит псори зэтхьэлІэнущ. Аращи, Иеговэ адэкІи и нэІэ къыттригъэтын щхьэкІэ, абы жиІэм дедэІуэн икІи тэмэму къилъытэ Іуэхухэр дгъэзэщІэн хуейщ. Абы щыгъуэ Иеговэ игъащІэкІэ и нэІэ къыттригъэтынущ! (1 Пет. 3:12).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Закъуэныгъэ щызыхэтщІэм деж, дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

  • ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

  • Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу и нэІэ къызэрыттригъэтыр фІыщІэ щІэтщІын хуейр сыт?

30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!

a ГъащІэм дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэщ. Мы статьям дигу къигъэкІыжынущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ зэратригъэтыр. Абы ди гугъуехьхэм гу лъимытэу къанэкъым икІи, абыхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, дэтхэнэ зыми дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын