25 Статьяр
Гугъу ущехьым деж Иеговэ щыгугъ
«Гузэвэгъуэм цІыхум и гур хегъэщІ» (ПРИТ. 12:25).
30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си ныбжьэгъу!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Хьисэ и псалъэхэм ди дежкІэ сыт мыхьэнэшхуэ щІаІэр?
ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭМ и гугъу щищІым Хьисэ и гъэсэнхэр къыхуриджащ: «Мы дунейм и гугъуехьхэмкІэ фи щхьэр зэрызэІывмыгъэхьэным фыхуэсакъ» (Лк. 21:34). Сыт Хьисэ и псалъэхэм къикІыр? Ар хуейтэкъым дызэрыпсэун ахъшэ къызэрыдлэжьыным егъэлеяуэ дригузэвэну. Ди дежкІэ Хьисэ и псалъэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм цІыхухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм хуэдэ дэри дыпэщІохуэ.
2. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм ІущІа?
2 Иныкъуэм деж ди гугъуехьхэм кІэ имыІэу къыпщохъу. ЩапхъитІ къэтхьынщ. Ди къуэш Джонb «рассеянный склероз» жыхуаІэр къоуз икІи илъэс 19-кІэ зыдэпсэуа и щхьэгъусэм ар хыфІидзащ. ИужькІэ абы и пхъуитІми Иеговэ къагъэнащ. Зэщхьэгъусэ Бобрэ Линдэрэ нэгъуэщІ гугъуехьхэм ІущІащ. Абыхэм я лэжьыгъэр яфІэкІуэдри зыщІэсын унэ ямыІэу къэнащ. Абы нэмыщІ Линдэ и гур къеузу щІидзащ икІи а узым илІыкІынкІэ шынагъэ щыІэт. А псом къищынэмыщІауэ ди шыпхъум и иммунитетыр зэтезыкъутэ уз къагъуэтащ.
3. Филиппи 4:6, 7 зэритымкІэ, сыт дэ быдэу ди фІэщ тщІы хъунур?
3 ДыкъэзыгъэщІауэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ фІы дыдэу къыгуроІуэ стрессыр дэ зэран къызэрытхуэхъур, икІи ар къыддэІэпыкъуну хьэзырщ. (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.) Библиер топсэлъыхьыж Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэмрэ Алыхьыр абыхэм зэрадэІэпыкъуамрэ. Языныкъуэ щапхъэхэр зэпкърытхынщ.
«ИЛЯС БЕГЪЫМБАРЫР ДЭ ДЭЩХЬ ЦІЫХУУ ЩЫТАЩ»
4. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм Иляс пэщІэхуа икІи абыхэм пэлъэщыну сыт абы къыдэІэпыкъуар?
4 Иляс щыпсэуа зэманыр гугъут икІи ар гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуат. Израилым и пащтыхь Ахав Иеговэ хуэпэжтэкъым. Абы и щхьэгъусэ Иезавель цІыхубз бзаджэт икІи тхьэ нэпцІ Ваалым хуэлажьэт. А тІум я ягъэкІэ къэралым исхэм я нэхъыбэр Ваалым хуэлажьэу хъуат. Абы нэмыщІ абыхэм Иеговэ и бегъымбар куэд яукІат, ауэ Иляс бийхэм къаІэщІэкІащ. Иляс Иеговэ дзыхь зэрыхуищІым и фІыгъэкІэ гъаблэми къелащ (1 Цар. 17:2—4, 14—16). Абы нэмыщІ Иляс Иеговэ щыгугъащ Ваалым хуэлажьэ бегъымбархэмрэ абы щхьэщэ хуэзыщІхэмрэ щыпэщІэтам щыгъуэ. Абы израил лъэпкъыр къыхуриджэт Иеговэ хуэлэжьэну (1 Цар. 18:21—24, 36—38). А зэман гугъум Иляс мызэ-мытІэу зыхищІащ Иеговэ къызэрыдэІэпыкъур.
Иеговэ и мелыІычыр игъэкІуащ Иляс къару зригъэгъуэтыжын щхьэкІэ дэІэпыкъуну. (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)e
5, 6. 1 Царей 19:1—4 зэритымкІэ, Иляс сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэт икІи дауэ Иеговэ и лъагъуныгъэр абы зэрыригъэлъэгъуар?
5 Къеджэ 1 Царей 19:1—4c. Ауэ Иезавель Иляс иукІыну тхьэ щиІуам щыгъуэ, бегъымбарыр Іейуэ шынэри Бэр-Шэвэ (Вирсавие) къалэм жащ. Абы апхуэдизкІэ и гур иудати «и гъащІэр Іихыну Алыхьым елъэІуу щІидзащ». Сыт щхьэкІэ? «Иляс бегъымбарыр дэ дэщхь цІыху» гуэныхьыщІэу щытащ икІи дэ диІэ гурыщІэхэм хуэдэ абыи иІащ (Екъуб 5:17). Стрессымрэ Іейуэ зэрезэшамрэ къыхэкІыу абы и лъэр щІэхуат. Иляс егупсысу къыщІэкІынт израил лъэпкъым Иеговэ деж къигъэзэжын щхьэкІэ абы къару ирихьэлІам мыхьэнэ имыІауэ, израил цІыхухэм фІыкІэ замыхъуэжауэ икІи езым фІэкІ Алыхь пэжым зыри хуэмылажьэу (1 Цар. 18:3, 4, 13; 19:10, 14). Бегъымбар пэжыр лІэну зэрыхуеяр дэ дгъэщІэгъуэнкІэ хъунущ, ауэ Иеговэ Иляс и гурыщІэхэр фІы дыдэу къыгурыІуэт.
6 Иеговэ Иляс и гурыщІэхэм щхьэкІэ игъэкъуэншакъым. АтІэ къару зригъэгъуэтыжыну дэІэпыкъуащ (1 Цар. 19:5—7). Иеговэ и къару лъэщыр Иляс иригъэлъэгъуа иужь, щабэу и гупсысэкІэр ихъуэжыну дэІэпыкъуащ. ИужькІэ Иеговэ абы жриІащ Ваалым хуэлэжьэн зымыдауэ цІыху 7 000 Израилым зэрыщыІэр (1 Цар. 19:11—18). Апхуэдэу Иеговэ и лъагъуныгъэр Иляс иригъэлъэгъуащ.
ИЕГОВЭ ДЭ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР
7. Иеговэ Иляс зэрыдэІэпыкъуам сыт гупсэхугъуэ къыщІыдитыр?
7 Фэри иджыпсту гугъуехь гуэр фиІэу къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, Иляс и гурыщІэхэм Иеговэ зэрыхущытам фегупсыс. Абы гупсэхугъуэ къывитынущ икІи фызыгъэгузавэ Іуэхугъуэхэр Алыхьым къызэрыгурыІуэр фи фІэщ ищІынущ. Дэ тхузэфІэкІынри тхузэфІэмыкІынри абы къыгуроІуэ. Уеблэмэ, дызэгупсысри гурыщІэ диІэхэри Алыхьым ещІэ (Пс. 103:14; 139:3, 4). Дэри Иляс хуэдэу Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, гупсэхугъуэр тфІэзыгъэкІуэд гугъуехьхэм дыпэлъэщыну ар къыддэІэпыкъунущ (Пс. 55:22).
8. Дапхуэдэу Иеговэ къызэрывдэІэпыкъунур гугъуехьым фыпэлъэщыну?
8 Гугъуехь фыщиІэм деж хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыфщыхъункІэ хъунущ икІи абы фи лъэр щІихыфынущ. Апхуэдэм деж Иеговэ а гугъуехьым упэлъэщын щхьэкІэ къызэрыбдэІэпыкъунур пщІэжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дапхуэдэу ар къызэрыддэІэпыкъунур? Алыхьым дыкъыхуреджэ ди гурыщІэхэмкІэ абы дыдэгуэшэну. ИкІи ди лъэІу гуащІэхэм Іэмал имыІэу абы жэуап къритынущ (Пс. 5:3; 1 Пет. 5:7). Аращи, фызыгъэгузавэхэр Иеговэ сыт щыгъуи жефІэ. ДауикІ, Иляс щыгъуэ хуэдэу абы и макъыр фэ зэхэфхынукъым, ауэ Алыхьым езым и Псалъэ Библиемрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу зыкъыфхуигъэзэнущ. Библием ит пычыгъуэ фызэджэхэм гупсэхугъуэрэ гугъэрэ къыватыфынущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэри къывдэІэпыкъуфынущ (Рим 15:4; Евр. 10:24, 25).
9. Дауэ ныбжьэгъур къызэрыддэІэпыкъуфынур?
9 Иеговэ Иляс къалэн хуищІащ Елисей игъэсэну. Апхуэдэу Иляс зэман гугъум къыдэІэпыкъун ныбжьэгъу Алыхьым къритащ. Абы ещхьу, дэри ди ныбжьэгъум ди гурыщІэхэр хуэтІуатэмэ, ар къыддэІэпыкъуфынущ дызыгъэгузавэм дыпэлъэщыну (2 Цар. 2:2; Прит. 17:17). Дзыхь зыхуэфщІ хъун цІыху фимыІэмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу, фызыгъэгушхуэфын къуэш е шыпхъу къэвгъуэтын щхьэкІэ.
10. Иляс и щапхъэм сыт гугъэ къыщІыдитыр? Исаия 40:28, 29 ит псалъэхэм дауэ дызэрагъэгушхуэр?
10 Иляс гугъуехьым пэлъэщыну Иеговэ дэІэпыкъуащ, абы и фІыгъэкІэ бегъымбарым иджыри илъэс куэдкІэ и къалэныр игъэзэщІащ. Иляс и щапхъэм гугъэ къыдет. Стрессышхуэр ди узыншагъэми ди гурыщІэхэми зэран хуэхъуфынущ. Ауэ, Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, абы къару къитхилъхьэжынущ адэкІи абы дыхуэлэжьэн щхьэкІэ. (Къеджэ Исаия 40:28, 29d.)
АХЭР ИЕГОВЭ ЩЫГУГЪТ
11—13. Библием зи гугъу ищІ Иеговэ и лэжьакІуищыр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа икІи абыхэм сыт хуэдэу гурыщІэхэр яІэ хъуа?
11 Библием зи гугъу ищІ Иеговэ и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэри гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Псалъэм папщІэ, Аннэ сабий зэримыІэм щхьэкІэ хуабжьу и гур хэщІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сабий уимыІэныр а зэманым емыкІуу ялъытэт. Абы нэмыщІ и щхьэгъусэм и етІуанэ фызым псалъэ дыджхэр къыжриІэт (1 Сам. 1:2, 6). Аннэ апхуэдизкІэ а псор къехьэлъэкІти, куэдрэ гъыт икІи шхэтэкъым (1 Сам. 1:7, 10).
12 Даути гугъуехьышхуэхэр иІащ. Фегупсысыт сыт абы ишэчын хуей хъуами. Даут щыуагъэ ищІахэм щхьэкІэ и напэр къеныкъуэкъут (Пс. 40:12). Абы фІыщэу илъагъу и къуэ Авессалом къыпэщІэуващ икІи иужькІэ ар яукІащ (2 Сам. 15:13, 14; 18:33). Абы нэмыщІ абы и ныбжьэгъур къепцІыжащ (2 Сам. 16:23—17:2; Пс. 55:12—14). Даут итха псаломхэм абы и гурыщІэ хьэлъэхэр къыхощ, ауэ Иеговэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэрыхуиІари щыболъагъу (Пс. 38:5—10; 94:17—19).
Псаломыр зытхам сыт къыдэІэпыкъуар Иеговэ и лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хихыу хъужыну? (13—15-нэ абзацхэм феплъ.)f
13 Псаломыр зытхахэм щыщ зым мыхъумыщІагъэ зыщІэ цІыхухэм ехъулІэныгъэ зэраІэм щхьэкІэ абыхэм ефыгъуэу щІидзат (ар Алыхьым и унэм щылажьэу щыта левит Асаф къытехъукІауэ къыщІэкІынущ). Гупсысэ Іейхэм абы гуфІэгъуэр фІагъэкІуэдт, и гъащІэмкІи мыарэзыуэ хъуат. Алыхьым зэрыхуэлажьэм фІыгъуэ къыпэкІуэхэми гуфІэгъуэ хихыжтэкъым (Пс. 73:2—5, 7, 12—14, 16, 17, 21).
14, 15. Зэпкърытха щапхъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
14 Анни, Даути, псаломыр зытхами Иеговэ къыдэІэпыкъуну зыхуагъэзащ. Абыхэм я гурыщІэхэр Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ хуаІуатэт, гугъу щІехьым и щхьэусыгъуэр абы жраІэт икІи и унэм кІуэт (1 Сам. 1:9, 10; Пс. 55:22; 73:17; 122:1).
15 Иеговэ щыми гущІэгъу хуищІащ. Аннэ гупсэхугъуэ игъуэтыжащ (1 Сам. 1:18). Даут итхащ: «ЦІыху пэжым гугъуехьыр и куэдщ, ауэ Иеговэ а псом ар къыІэщІех» (Пс. 34:19). Псаломыр зытхам и щыуагъэр Иеговэ щабэу къыщыгуригъаІуэм щыгъуэ, абы зыхищІащ и Іэ ижьыр Алыхьым зэриІыгъыр. Абы итхащ: «Си дежкІэ Алыхьым гъунэгъу сыхуэхъуныр фІыгъуэщ. Тепщэныгъэ зиІэ Зиусхьэн Иеговэ сэ си хъумапІэ сщІащ» (Пс. 73:23, 24, 28). Мы щапхъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Дэри ди лъэр щІэзых гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынущ. Ауэ дэ абыхэм дыпэлъэщыфынущ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, жиІэм дедаІуэмэ икІи ар и лэжьакІуэхэм зэрадэІэпыкъуам дегупсысмэ (Пс. 143:1, 4—8).
ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІИ, АР КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ
Шыпхъур зыми епсэлъэну хуейкъым, ауэ абы и еплъыкІэм зехъуэж нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуу зэрыщІидзам щхьэкІэ. (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)
16, 17. 1) Сыт нэгъуэщІхэм пэІэщІэ захуэтщІ щІэмыхъунур? 2) Сыт дэ къару къытхэзылъхьэфынур?
16 Библием щыщ щапхъищ зэпкърытхам мыхьэнэшхуэ зиІэ зы дерс иджыри хэтхыфынущ: дэ Иегови абы и лъэпкъми пэІэщІэ зыхуэтщІ хъунукъым (Прит. 18:1). Нэ́нси и лІым хыфІидзат, абы щхьэкІэ абы стрессышхуэ иІащ. Нэнси жеІэж: «Сэ зыри слъэгъуну икІи зыми сепсэлъэну сыхуейтэкъым. Махуэ куэдкІэ апхуэдэу сыщытащ. НэгъуэщІхэм нэхъ пэІэщІэ захуэсщІыху, сызэрыхуа Іуэхугъуэр нэхъри къызэхьэлъэкІт». Ауэ псоми зихъуэжащ Нэнси гугъуехь зиІэ цІыхухэм дэІэпыкъун щыщІидзам. Ар къыддогуашэ: «НэгъуэщІхэм я гугъуехьхэм теухуауэ къыщызжаІэжым сэ абыхэм фІыуэ седаІуэт. Сэ гу лъыстащ адрейхэм гущІэгъу щахуэсщІым деж, си гугъуехьхэм нэхъ мащІэу сегупсысу сызэрыхъум».
17 Дэ ди зэІущІэхэм къару къытхалъхьэфынущ. Абыхэм дыщекІуалІэм деж Иеговэ Іэмал идот къыддэІэпыкъуну икІи гупсэхугъуэ къыдитыну (Пс. 86:17). ЗэІущІэм дыкІуа иужь Алыхьым и къару лъапІэмкІэ, БиблиемкІэ икІи и лэжьакІуэхэмкІэ дегъэбыдэ. Дыщызэхуэс Унэм зым зыр щыдгъэгушхуэфынущ (Рим 1:11, 12). Ди шыпхъу Софи́я жеІэ: «Си гугъуехьхэм сыпэлъэщыну Иеговэрэ си дэлъху, си шыпхъухэмрэ къыздэІэпыкъуащ. Ди зэхуэсхэми мыхьэнэшхуэ яІэт. Сэ къызгурыІуащ: хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэхуэсым пыщІа Іуэхухэмрэ нэхъыбэу сыхэтыху, си гугъуехьхэмрэ сызыгъэгузавэхэмрэ сыпэлъэщыну нэхъ тынш мэхъу».
18. ХэкІыпІэ димыІэу къыщытщыхъум деж Иеговэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
18 Фи гум хьэлъэ телъмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: къэкІуэну зэманым ди гугъуехьхэр Иеговэ тщхьэщихыну дыкъызэригъэгугъэм имызакъуэу, иджыпстуи абыхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу. ХэкІыпІэ димыІэу къыщытщыхъум икІи ди гур иудауэ щыщытым деж, апхуэдэ гурыщІэхэм дебэныну дэ езым дыхуеин щхьэкІэ Иеговэ къыддоІэпыкъу икІи дызэребэнын къаруи къыдет (Флп. 2:13).
19. Рим 8:37—39 ит псалъэхэм сыт ди фІэщ ящІыр?
19 Къеджэ Рим 8:37—39. Паул итхыжам къыхощ Алыхьым и «фІылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми» зэрыхузэфІэмыкІынур. Ауэ гугъуехь зиІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дауэ дазэрыдэІэпыкъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ щапхъэ тетхыу гугъуехь зиІэхэм гущІэгъу яхуэтщІу дазэрыдэІэпыкъунум.
44-НЭ УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур
a Стрессышхуэ дгъуэтмэ е зэман куэдкІэ гугъуехь дыпэщІэхуэмэ, ар ди узыншагъэмрэ ди гурыщІэхэмрэ зэран хуэхъуфынущ. Дауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуфынур? Дэ дытепсэлъыхьынущ бегъымбар Иляс и лъэр щыщІэхуам щыгъуэ дапхуэдэу абы Иеговэ дэІэпыкъуами. Абы нэмыщІ Библием ит нэгъуэщІ щапхъэхэри зэпкърытхынущ, Алыхьыр дапхуэдэу зыдэдгъэІэпыкъу хъунуми къэтщІэн щхьэкІэ.
b Мы статьям ит цІэхэр хъуэжащ.
c 1 Царей 19:1—4: «Аха́в Иезаве́ль жриІэжащ Иляс ищІа псор, джатэкІэ бегъымбархэр зэриукІари жриІэжащ. Абы щыгъуэ Иезавель Иляс деж лІыкІуэ игъэкІуащ, мыпхуэдэу жриІэн щхьэкІэ: „Мыри, мыри тхьэхэм къызащІэну икІи абы къыщІагъуну сыарэзыщ, пщэдей мы зэман дыдэм абыхэм псоми къащыщІам хуэдэ сэ уэ уэзмыщІэжмэ!“ Иляс шынати, къэтэджри щІэпхъуащ и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ. Ар Иудэ щыІэ Бэр-Шэвэ кІуэри, и пщылІыр абы къыщигъэнащ, езым зы махуэ кІуэгъуэ гъуэгуанэ губгъуэ нэщІым щызэпичащ. Ар ракитникым деж кІуэщ, абдеж щытІысри и гъащІэр Іихыну Алыхьым елъэІуу щІидзащ, мыпхуэдэу жиІэу: „Куэдщ! Иеговэ, си гъащІэр сІых, сэ си адэжьхэм нэхърэ сынэхъыфІкъым“».
d Исаия 40:28, 29: «Уэ умыщІэу ара? Уэ зэхыумыхауэ ара? ЩІым и гъунэ псор къэзыгъэщІа Иеговэ — игъащІэкІэ щыІэну Алыхьщ. Ар ешкъым икІи къарууншэ хъукъым. Абы и щІэныгъэр къыпхуэпщытэнукъым. Абы ешам къару ирет, къару зимыІэжыр быдэ ещІ».
e СУРЭТЫР. Иеговэ и мелыІычым Иляс хуэсакъыу къегъэуш икІи щІакхъуэрэ псырэ ирет.
f СУРЭТЫР. Левитхэм щыщ зым (ар Асаф къытехъукІауэ къыщІэкІынущ) псаломхэр етх икІи нэгъуэщІ левитхэм я гъусэу уэрэд жеІэ.