34 СТАТЬЯР
АдэкІи пэжым и гъуэгум фытет
«Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкІэ, абы нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ сиІэкъым» (3 ИН. 4).
111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Пэжыр къызэрытщІам теухуауэ адрейхэм дадэгуэшэну дигу щІрихьыр сыт?
«ДАПХУЭДЭУ уэ пэжыр къызэрыпщІар?» Мы упщІэр щІэх-щІэхыурэ къыуату къыщІэкІынщ, къуэш е шыпхъу гуэр щызэбгъэцІыхум деж. Адрейхэм пэжыр къызэращІам икІи Иеговэ фІыуэ ялъагъуу зэрыхъуам теухуауэ дедэІуэну ди гуапэщ. Дэри тфІэфІщ пэжым ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми нэгъуэщІхэм яжетІэну (Рим 1:11). Апхуэдэу дызэрызэдэгуашэм дигу къегъэкІыж пэжыр лъапІэу зэрыщытыр. Абы и фІыгъэкІэ адэкІи пэжым и гъуэгум дытетыну тегушхуэныгъэ диІэ мэхъу. А гъуэгум дытемыкІыу щытмэ, Иеговэ арэзы тщІынущ икІи абы и нэфІ къытщыхуэнущ (3 Ин. 4).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 ЯпэщІыкІэ пэжыр фІыуэ щІэтлъагъум и щхьэусыгъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. ИтІанэ пэжыр тыгъэ лъапІэу зэрытлъытэр ІуэхукІэ ди гъащІэм дапхуэдэу къыщыдгъэлъэгъуэфынуми дытепсэлъыхьынщ. Ар, шэч хэмылъу, къыддэІэпыкъунущ Иеговэ пэжыр къызэрыдигъэщІам щхьэкІэ нэхъыбэу фІыщІэ хуэтщІыну (Ин. 6:44). Абы дэ иджыри гукъыдэж къыдитынущ Библием ит пэжымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэну.
СЫТ ДЭ ПЭЖЫР ФІЫУЭ ЩІЭТЛЪАГЪУР?
3. Пэжыр фІыуэ щІэтлъагъум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?
3 Дэ пэжыр фІыуэ щІэтлъагъум щхьэусыгъуэ куэд иІэщ. Абыхэм щыщу япэ дыдэр — ар пэжыр къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъуращ. Библиер зэрыдджым и фІыгъэкІэ Алыхьыр псори зыхузэфІэкІ КъэгъэщІакІуэу зэрыщытым нэмыщІ, ар фІыуэ дыкъэзылъагъу икІи зи нэІэ къыттезыгъэт уафэм щыІэ ди Адэу зэрыщытыр къэтщІащ (1 Пет. 5:7). «Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ, тэмакъкІыхьщ, фІылъагъуныгъи пэжагъи и куэдщ» (Исх. 34:6). Абы захуагъэр фІыуэ елъагъу (Ис. 61:8). Дэ дызыпэщІэхуэ насыпыншагъэхэр щилъагъум деж, абы и гур къытщІоуз икІи ар хуабжьу хуейщ игъэува зэманыр къыщыскІэ гугъуехь псоми кІэ иритыну (Иер. 29:11). Дэ а зэманым къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ. Аращи, Иеговэ фІыщэу зэрытлъагъур гъэщІэгъуэнкъым!
Библием ит пэжыр хъурзэм ебгъэщхь хъунущ
Хъурзэм и фІыгъэкІэ кхъухьыр и пІэм зэримыкІым хуэдэу, гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Библием ит гугъэр дыкъимыкІуэтыну къыддоІэпыкъу. Абы нэмыщІ пэжым дыхуегъэуш а гугъэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуэшэну. (4—7-нэ абзацхэм феплъ.)
4, 5. Апостол Паул гугъэ диІэр хъурзэм щІригъэщхьар сыт?
4 Пэжыр фІыуэ щІэтлъагъум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иджыри иІэр? Ар пэжым фІыгъуэ куэд къызэрытхуихьыращ. Псалъэм папщІэ, Библием ит пэжым хохьэ къэкІуэну зэманым теухуа гугъэ дахэр. А гугъэм и мыхьэнэр къыхигъэщын щхьэкІэ, апостол Паул ар хъурзэм иригъэщхьащ (Евр. 6:19). Хъурзэм и фІыгъэкІэ кхъухьыр и пІэм зэримыкІым хуэдэу, гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Библием ит гугъэр дыкъимыкІуэтыну къыддоІэпыкъу.
5 Паул мы едзыгъуэм щытепсэлъыхьым щыгъуэ, зи гугъу ищІар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэращ. Ауэ абы и псалъэхэр жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэми хуэпхь хъунущ (Ин. 3:16). ДауикІ, апхуэдэ гугъэм ди гъащІэм мыхьэнэ къыхелъхьэ.
6, 7. КъэкІуэну зэманым теухуа пэжыр зэрищІэр дапхуэдэу Ивон къызэрыдэІэпыкъур?
6 Ди шыпхъу Иво́н и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы Алыхьым теухуа пэжыр ищІэтэкъыми, щыцІыкІум лІэныгъэм хуабжьу щышынэт. Зэгуэр абы гукъинэж хуэхъуа псалъэхэр тхылъ гуэрым иту илъэгъуащ: «Къэсынущ махуэ, пщэдейрей махуэ щыщымыІэну». Ивон игу къегъэкІыж: «А псалъэхэм сэ си жейр сфІагъэкІуэдат. КъэкІуэным теухуа гупсысэхэм сагъэгузавэт. „ГъащІэм мыхьэнэ гуэр иІэн хуейщ, — жысІэу сэ сегупсыст. — Мы дунейм сыкъыщІытехьар сыт?“ Сэ сылІэну сыхуейтэкъым!»
7 ИужькІэ, щыныбжьыщІэм щыгъуэ, Ивон Иеговэ и Щыхьэтхэр зригъэцІыхуащ. Абы пещэ: «ГъащІэ мыухыж сиІэу жэнэт хъужа щІылъэм сыщыпсэуну гугъэ сиІэ хъуащ». Ди шыпхъум пэжыр къызэрищІар дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар? Ивон жеІэ: «КъэкІуэну зэманымрэ лІэныгъэмрэ теухуа гупсысэ Іейхэм афІэкІа сагъэгузэвэжкъым». Абы пэжыр лъапІэу елъытэ икІи къэкІуэным теухуауэ иІэ гугъэмкІэ нэгъуэщІхэм ядэгуэшэну игу ирохь (1 Тим. 4:16).
Библием ит пэжыр налкъутналмэсым ебгъэщхь хъунущ
Ди зэманым Иеговэ дыхуэлэжьэну икІи абы и Пащтыхьыгъуэм дыщІэту игъащІэкІэ и цІэр дгъэлъапІэу дыпсэуну диІэ Іэмалыр налкъутналмэсым хуэдэщ. Абы щхьэкІэ сытми зыхуэдгъэныкъуэну хуэфащэщ! (8—11-нэ абзацхэм феплъ.)
8, 9. 1) Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым зи гугъу ищІа цІыхухъур къигъуэта налкъутналмэсым дапхуэдэу зэрыхущытар? 2) Пэжым сыт хуэдэ уасэ уи дежкІэ иІэр?
8 Библием ит пэжым сыт иджыри хыхьэр? Абы хохьэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр. Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр налкъутналмэс гъэпщкІуам иригъэщхьащ. Абы жиІащ: «Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм щыгъэпщкІуауэ щыта мылъкушхуэр арщ. А мылъкушхуэр цІыху гуэрым къыщигъуэтым, игъэпщкІужщ, гуфІэурэ кІуэщ, иІэ псори ищэжри, а хьэсэр къищэхуащ» (Мт. 13:44). Гу лъытапхъэщ, а цІыхум налкъутналмэс къилъыхъуэу зэрыщымытар. Ауэ ар къыщигъуэтам щыгъуэ, а налкъутналмэсыр зыІэригъэхьэн щхьэкІэ, куэдым зыхуигъэныкъуащ. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, абы «иІэ псори ищэжащ». Сыт абы апхуэдэу щІищІар? А цІыхум ищІэт а налкъутналмэсым уасэ зэримыІэр. Абы къигъэнам нэхърэ ар ІэджэкІэ нэхъ лъапІэт.
9 Уэри апхуэдэу пэжым узэрыхущытым дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым! Иеговэ дызэрыхуэлажьэм къытхуихь гуфІэгъуэмрэ абы и Пащтыхьыгъуэм игъащІэкІэ дыщІэтыну диІэ гугъэмрэ жыжьэрэ гъунэгъуу ебгъапщэ хъун гуэр мы дунейм къыдитыфынукъым. Абы нэмыщІ дэ Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъуащ икІи а зэныбжьэгъугъэм щхьэкІэ сытми зыхуэдгъэныкъуэну дыхьэзырщ! Абы «дыхуэфащэу дыпсэуным» нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэ ди дежкІэ зыри щыІэкъым (Кол. 1:10).
10, 11. Майкл и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьэну хуэзыгъэушар сыт?
10 Иеговэ ягъэгуфІэн щхьэкІэ, куэдым я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр халъхьащ. Языныкъуэхэр пщІэ зыпылъ лэжьапІэм ІукІыжащ. НэгъуэщІхэм къулей хъуну яІа мурадыр къагъэнащ. Хэти Иеговэ къицІыхуа иужь, и дуней тетыкІэр ихъуэжащ. Аращ Майкл ищІар. Ар и щІалэгъуэм щыгъуэ, каратем хэту щытащ. Абы жеІэж: «Сэ си Іэпкълъэпкъым зэрызезгъэужьам срипагэт икІи къыстекІуэн зыри щымыІэу иныкъуэхэм деж къысщыхъут». Ауэ Майкл Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, Иеговэ залымыгъэм зэрыхущытыр къищІащ (Пс. 11:5). Библием езыгъэджа зэщхьэгъусэхэм теухуауэ абы игу къегъэкІыж: «Абыхэм зэи къызжаІакъым каратер къэзгъэнэн хуейуэ. Абы ипІэкІэ адэкІи Библием срагъаджэт».
11 Майкл Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къищІэху, абы хуиІэ лъагъуныгъэри хэхъуэт. Псом хуэмыдэу абы и гум нэсар Иеговэ гущІэгъу хэлъу и лэжьакІуэхэм зэрыхущытыращ. Зэман гуэр дэкІа иужь, Майкл къыгурыІуащ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьэн зэрыхуейр. Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуэт каратер къэзгъэнэну псом хуэмыдэу къызэрызэхьэлъэкІынур. Ауэ иджыри къызгурыІуэт а лъэбакъуэм Иеговэ зэригъэгуфІэнур. Сэ шэч къытесхьэтэкъым, абы и лэжьакІуэ сыхъун щхьэкІэ, сытми зыхуэзгъэныкъуэну зэрыхуэфащэр». Майкл къигъуэта пэжыр лъапІэу илъытэти, абы ар хуигъэушащ и дуней тетыкІэр ихъуэжыну (Екъуб 1:25).
Библием ит пэжыр уэздыгъэм ебгъэщхь хъунущ
Уэздыгъэм и нэхур къыддоІэпыкъу кІыфІыгъэм гъуэгур къыщыдгъуэтыну. Абы ещхьу, ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дуней кІыфІым дыкъыхэкІын щхьэкІэ, Алыхьым и Псалъэм ди гъуэгур егъэнэху. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)
12, 13. Библием ит пэжыр Майли дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?
12 Алыхьым къыбгъэдэкІ пэжым и лъапІагъыр къыхигъэщын щхьэкІэ, Библием ар ирегъэщхь кІыфІыгъэм къыщыблэ уэздыгъэм (Пс. 119:105; Еф. 5:8). Азербайджаным щыпсэу Ма́йли и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы и гъащІэр Алыхьым и Псалъэм ит пэжым къигъэнэхуащ. Майли и адэ-анэм я диныр зэтехуэтэкъым: и адэр муслъымэнт, и анэр — журт лъэпкъым щыщт. Абы игу къегъэкІыж: «Алыхьыр зэрыщыІэм сэ зэи шэч къытесхьэтэкъым, ауэ языныкъуэ си упщІэхэр жэуапыншэу къанэт. Псалъэм папщІэ, сэ къызгурыІуэтэкъым: „Сыт Алыхьым цІыхухэр къыщІигъэщІар? ЦІыхур и гъащІэ псокІэ гугъу ехьыу, итІанэ кІэух имыІэу жыхьэнмэ мафІэм исын щІыхуейр сыт?“ КъэхъукъащІэ псори Алыхьым иухауэ цІыхухэм зэрыжаІэм къыхэкІкІэ сэ мыпхуэдэ упщІэм сигъэпІейтейт: „Алыхьыр цІыхухэм я гъащІэм ириджэгун щхьэкІэ къигъэщІауэ ара икІи абыхэм ятелъ хьэзабыр илъэгъуну и фІэфІу ара?“».
13 Майли и упщІэхэм я жэуапхэр къилъыхъуэн къигъэнакъым. Зэман гуэр дэкІри, абы Библиер иджын щІидзащ икІи ар Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Абы жеІэж: «Библием ит пэжыр къыщысщІам щыгъуэ, гъащІэм хузиІэ еплъыкІэр абы зэрыщыту ихъуэжащ. Сызыгъэгузавэ упщІэхэм я жэуапхэр къызэрызгъуэтам сэ гупсэхугъуэ къысхуихьащ». Пэжщ, Иеговэ щІыхь къыщІыхуэтхьын щхьэусыгъуэ куэд диІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы кІыфІыгъэм дыкъыхишри, и нэхугъэм дыхишащ (1 Пет. 2:9).
14. Пэжым худиІэ лъагъуныгъэм хэдгъэхъуэну къыддэІэпыкъунур сыт? (Абы нэмыщІ «НэгъуэщІ щапхъэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
14 Зэрытлъагъущи, Библием пэжыр хъурзэм, налкъутналмэсым икІи уэздыгъэм ирегъэщхь. Абы дигу къегъэкІыж ар лъапІэу зэрыщытыр. Мы щапхъэхэм нэмыщІ нэгъуэщІхэри фигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ. Фэ езым Библиер щывджкІэ пэжыр фІыуэ щІэфлъагъун нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэри къэфлъыхъуэ хъунущ. Пэжым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ин хъуху, а лъагъуныгъэр ІуэхукІэ нэхъ тыншу тхуэгъэлъэгъуэнущ.
ПЭЖЫМ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ДАПХУЭДЭУ ІУЭХУКІЭ КЪЫЗЭРЫДГЪЭЛЪАГЪУЭР?
15. Пэжым худиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
15 Пэжыр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, дэ зэпымыууэ Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ куууэ дджынущ. ГъэщІэгъуэныращи, пэжыр къызэрытщІэрэ илъэс дапщэ мыхъуами, дэ сыт щыгъуи щІэуэ зыгуэр къыдощІэ. Мы журналыр япэ дыдэу къыщыдэкІам щыгъуэ, абы мыпхуэдэ псалъэхэр итт: «ГъащІэр пшахъуэщІым ебгъэщхьмэ, пэжыр абы къыщыкІ удз гъэгъа цІыкІум хуэдэщ. Удзыжьым ебгъэщхь хъуну пцІым ар щІигъэнэпауэ жыпІэ хъунущ. Пэжыр къэбгъуэтыну ухуей? Жэщи махуи набдзэгубдзаплъэу щыт. [...] Пэжыр къэпщтэну ухуей? Зегъэзыхи, ар зыІэрыгъэхьэ. Зы удз гъэгъа цІыкІумкІэ арэзы умыхъу. [...] Еш умыщІэу ар къэлъыхъуэ икІи зыхуэхьэс». Библием ит пэжыр бджыну тыншкъым, ауэ абы къыпэкІуэм ар хуэфащэщ.
16. Библиер щыбджкІэ сыт хуэдэ Іэмал уэ къэбгъэсэбэпыр? (Притчи 2:4—6).
16 Пэжщ, дэ тщыщ куэдым еджэну икІи зэджам куууэ егупсысыну я фІэфІкъым. Ауэ Иеговэ пэжыр «къэтлъыхъуэну» икІи ар зэрызыІэрыдгъэхьэным дыхущІэкъуну дыхуегъэуш. (Къеджэ Притчи 2:4—6.) А Іуэхум къару зэрепхьэлІэм сыт щыгъуи фІыгъуэ къыпокІуэ! Ко́ри зи цІэ ди къуэшым Библиер щиджым деж, «зэ тІысыгъуэм зы едзыгъуэ» жыхуиІэ хабзэм тетщ. Ар къыддогуашэ: «А едзыгъуэм хуэхьа сноскэхэм псоми соплъ, а гупсысэр здит нэгъуэщІ едзыгъуэхэм соджэ, абы нэмыщІ ар нэхъ куууэ зэрызэпкърысхыным сыхущІокъу... Апхуэдэу зэрысщІым и фІыгъэкІэ щІэуэ куэд къызощІэ!» Сыт хуэдэ Іэмал къэдмыгъэсэбэпми, пэжыр лъапІэу зэрытлъытэр къэдгъэлъэгъуэнущ, Библиер дджын щхьэкІэ, ди зэманми ди къаруми дыщымысхьу щытмэ (Пс. 1:1—3).
17. Пэжым тету упсэуным къикІыр сыт? (Екъуб 1:25).
17 ДауикІ, дэ къыдгуроІуэ Библием ит пэжыр тщІэ къудейкІэ зэрызэфІэмыкІыр. Абы сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ, дэ пэжым дытету дыпсэун, нэгъуэщІу жыпІэмэ, къатщІэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын, хуейщ. Мис абы щыгъуэщ дэ насыпыфІэу дыщыщытынур. (Къеджэ Екъуб 1:25.) НтІэ, пэжым дытету дыпсэурэ дымыпсэурэ дауэ къэтщІа хъуну? Абы теухуауэ, зы къуэшым зэрыжиІам хуэдэу, дэтхэнэ зыми зыдгъэунэхужын хуейщ, диІэ ехъулІэныгъэхэмрэ иджыри дызэлэжьын хуей лъэныкъуэхэмрэ зэхэдгъэкІын щхьэкІэ. Апостол Паули мыпхуэдэу жиІащ: «Дыздынэсам теухуауэ дыгупсысэн икІи абы тету дыпсэун хуейщ» (Флп. 3:16).
18. Пэжым и гъуэгум дытетын щхьэкІэ, апхуэдиз къару щІетхьэлІэр сыт?
18 Пэжым и гъуэгум утетыным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! Абы щыгъуэ ди гъащІэм фІыкІэ зехъуэж икІи Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ догъэгуфІэ (Прит. 27:11; 3 Ин. 4). НтІэ, пэжыр фІыуэ тлъагъун икІи абы дытету дыпсэун щхьэкІэ, нэхъ щхьэусыгъуэфІ диІэу пІэрэ?
144-НЭ УЭРЭДЫР ГугъапІэм уи нэр тегъэт!
a Дэ ди фІэщ хъумрэ ди дуней тетыкІэмрэ дыщытепсэлъыхьым деж, щІэх-щІэхыурэ «пэж» жыхуиІэ псалъэр къыдогъэсэбэп. Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІэддзэрэ куэд мыщІами е дызэрыцІыкІурэ абы дыхуэлажьэми, пэжыр фІыуэ щІэтлъагъум и щхьэусыгъуэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ дгъэгуфІэну дызэрыхуейм хэдгъэхъуэну.