29 СТАТЬЯР
Хьисэ Мэссихь и унафэм дыщІэту долажьэ
«Уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори щызиІэу си ІэмыщІэ илъщ» (МТ. 28:18).
13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Нобэ Иеговэ и Іэмырым хыхьэр сыт?
НОБЭ Алыхьым и Іэмырым хохьэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дуней псом щагъэІуну (Мк. 13:10; 1 Тим. 2:3, 4). Иеговэ а лэжьыгъэм апхуэдизкІэ мыхьэнэ иІэу къелъытэри, абы кІэлъыплъыну фІыуэ илъагъу и Къуэм хуигъэфэщащ. Мы дунейм и кІэухыр къэмыс щІыкІэ Хьисэ а лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэригъэзэщІэным дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ (Мт. 24:14).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ Иеговэ теухуа щІэныгъэр и лъэужь ирикІуэхэм ялъигъэІэсын щхьэкІэ, «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къызэригъэсэбэпыр (Мт. 24:45). Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ Хьисэ а «унэІутыр» къигъэсэбэпу хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа лэжьыгъэшхуэр зэриунэтІым. Дэ иджыри къэтлъэгъунущ Хьисэрэ «зэхэщІыкІ зиІэ унэІутымрэ» дапхуэдэу дадэІэпыкъу хъунуми.
ХЬИСЭ ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУН ЛЭЖЬЫГЪЭР ЕУНЭТІ
3. Хьисэ сыт хуэдэ тепщэныгъэ ирата?
3 Хьисэ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр зэриунэтІыр дэнэ дэ щытщІэр? Ар уафэм дэкІуеижын ипэ и лъэужь ирикІуэхэм Галилей хэкум щахуэзэри, мыпхуэдэу яжриІащ: «Уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори щызиІэу си ІэмыщІэ илъщ». Хьисэ абы иужь жиІа псалъэхэм гу лъыфтэт: «Аращи, фыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ» (Мт. 28:18, 19). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Хьисэ иІэ тепщэныгъэм хъыбарыфІ гъэІуныр иунэтІыну зэрыхыхьэр.
4. Ди зэманми хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр Хьисэ зэриунэтІым шэч къыщІытедмыхьэр сыт?
4 Хьисэ жиІащ хъыбарыфІ гъэІунымрэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырынымрэ пыщІа лэжьыгъэр «лъэпкъ псоми» зэрылъэІэсынур икІи ар «дунейм и кІэухым нэсыху сыт щыгъуи» и лъэужь ирикІуэхэм зэраригъусэнур (Мт. 28:20). Мы псалъэхэм ІупщІу къагъэлъагъуэ ди зэманми хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр Хьисэ зэриунэтІыр.
5. Псалом 110:3 ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум дапхуэдэу дэ дызэрыхэтыр?
5 «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу щытынущ» жиІэу, Хьисэ гузавэтэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы мы псалъэхэр къызэрыхъунур ищІэт: «Уи лъэпкъыр хьэзыру уи ужь иту нэкІуэнущ уи дзэр зауэм щыпшэну махуэм» (Пс. 110:3). Уэри хъыбарыфІ гъэІуным ухэту щытмэ, Хьисэрэ «унэІут пэжымрэ» уадоІэпыкъу икІи къэхъун хуей а псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум ухэтщ. А лэжьыгъэр зыми къигъэувыІэфынукъым, ауэ гугъуехь гуэрхэри щыІэщ.
6. Ди зэманым хъыбарыфІыр зыгъэІухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?
6 ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм щыщ зыр — ар Иеговэ и бийхэр къазэрыпэщІэувэращ. Алыхьым епцІыжахэм, дин пашэхэм икІи политикхэм дэ ттеухуауэ пцІы куэд жаІэ. А пцІыр ди Іыхьлыхэм, ди цІыхугъэхэм, къыддэлажьэхэм я фІэщ хъууэ щытмэ, Иеговэ къэдгъэнэн икІи хъыбарыфІ гъэІуным дыхэмытыжын щхьэкІэ, абыхэм къыттракъузэнкІэ хъунущ. Языныкъуэ къэралхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр мыпхуэдэ гугъуехьхэм пэщІохуэ: ахэр ягъэшынэ, полицием яубыд, уеблэмэ, тутнакъым ягъэтІыс. ЦІыхухэр апхуэдэу къызэрытхущытыр дэ дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІауэ щытащ: «Сэ си цІэр зэрывгъэлъапІэм щхьэкІэ лъэпкъ псори жагъуэгъу къыфхуэхъунущ» (Мт. 24:9). Апхуэдизу дыкъызэралъагъу мыхъур щыхьэт тохъуэ Иеговэ къытхуэарэзыуэ зэрыщытым (Мт. 5:11, 12). А гугъуехьхэр ШейтІаным къызэрыбгъэдэкІыр дэ дощІэ. Ауэ абы нэхърэ Хьисэ куэдкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ иІэщ! Ар къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр лъэпкъ псоми зэхах.
7. Апокалипсис 14:6, 7 ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум щыхьэт техъуэр сыт?
7 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ иджыри зы гугъуехьым дыпэщІохуэ — ар цІыхухэр бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ зэрыпсалъэращ. Иужьрей махуэхэм къэхъунур Хьисэ апостол Иуан и нэгу щІигъэкІауэ щытащ. Псалъэм папщІэ, абы иригъэлъэгъуащ цІыхухэр бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ зэрыпсалъэр хъыбарыфІ гъэІуным зэран зэрыхуэмыхъунур. (Къеджэ Апокалипсис 14:6, 7.) Иуан и нэгу щІэкІар дапхуэдэу нобэ къызэрыхъур? Дэ цІыху псоми хъыбарыфІыр зэхахыну Іэмал идот. Псалъэм папщІэ, нобэ ди сайтым илъ Библием тегъэщІа тхыгъэхэр дуней псом щыщ цІыхухэм еджэну Іэмал яІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр бзэ 1 000 нэхърэ нэхъыбэкІэ зэдзэкІащ. «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр бзэ 700 нэхърэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІыным УнафэщІ гупыр арэзы техъуащ. А тхылъыращ дэ иджыпсту къэдгъэсэбэпыр, цІыхухэр Библием едгъэджэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ зи нэр зымылъагъухэм щхьэкІэ «шрифт Брайля» жыхуаІэмкІэ тхыгъэхэр традзэ икІи зи тхьэкІумэм зэхэзымыххэм щхьэкІэ видеороликхэр къыдагъэкІ. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур ди нэкІэ долъагъу. «Бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ лъэпкъ псоми щыщ» цІыхухэр «бзэ къабзэкІэ» псэлъэну, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Библием ит пэжым тету псэуну, зрагъасэ (Зах. 8:23; Соф. 3:9). Хьисэ Мэссихь хъыбарыфІыр зэриунэтІым и фІыгъэкІэ а псор гъэзэщІа мэхъу.
8. ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр диІэ?
8 Нобэ Иеговэ и Щыхьэтхэр цІыху 8 000 000 щІегъу. Ахэр къэралу икІи щІыпІэу 240 щопсэу. Абы нэмыщІ гъэ къэс мин бжыгъэкІэ цІыхухэм псым зыщІагъауэ. Ауэ а бжыгъэхэм нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр ар а цІыхухэм «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэрызрашэкІыращ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэныфІхэр зэрызыхалъхьэращ (Кол. 3:8—10). Куэдым зинэ щІэныр, залымыгъэр, лъэпкъ зэхэгъэж щІыныр къагъэнащ. Апхуэдэу Исайя 2:4 ит къэхъун хуей мы псалъэхэр гъэзэщІа мэхъу: «[Абыхэм] афІэкІа зауэ́кІэ зрагъэсэжынукъым». Дэ ди щытыкІэ къабзэмкІэ нэгъуэщІ цІыхухэр Алыхьым и организацэм къыхыхьэну худогъэуш икІи ди Пашэ Хьисэ Мэссихь иужь дызэритыр къыдогъэлъагъуэ (Ин. 13:35; 1 Пет. 2:12). Ар езыр-езыру къэхъукъым, атІэ а псор Хьисэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэщ.
ХЬИСЭ УНЭІУТ ПЭЖЫР ТРИГЪЭУВАЩ
9. Маттэ 24:45—47 иужьрей махуэхэм теухуауэ сыт хуэдэ къэхъун хуей псалъэхэр ит?
9 Къеджэ Маттэ 24:45—47. Хьисэ жиІауэ щытащ иужьрей махуэхэм и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым теухуа щІэныгъэр яІэригъэхьэн щхьэкІэ, «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» зэрытригъэувэнур. Дэ нобэ долъагъу а «унэІутыр» псэемыблэжу зэрылажьэр. Хьисэ Алыхьым и лэжьакІуэхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ «шхын и чэзум» яритын щхьэкІэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм щыщ цІыхухъу гуп къегъэсэбэп. А цІыхухъухэр ди «фІэщхъуныгъэм тепщэ хуэхъуну» хэткъым (2 Кор. 1:24). Абы ипІэкІэ абыхэм Алыхьым и лъэпкъым и пашэу икІи и унафэщІу къалъытэр Хьисэ Мэссихьщ (Ис. 55:4).
10. ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум утехьэну сыт хуэдэ тхылъыра уэ къыбдэІэпыкъуар? (Сурэтхэм феплъ.)
10 1919-нэ гъэм Хьисэ унэІут пэжыр къыхихащ. Абы лъандэрэ зигу къабзэ цІыхухэр Алыхьым пэгъунэгъу хуэхъуну ядэІэпыкъун щхьэкІэ, унэІут пэжым тхылъ куэд къыдигъэкІащ. Псалъэм папщІэ, 1921-нэ гъэм Библием и щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр зэрыт «Арфа Божия» жыхуиІэ тхылъыр къыдагъэкІащ. Зэманым зихъуэжыху публикациещІэхэр къыдэкІт. Уафэм щыІэ ди Адэр къэпцІыхуну икІи фІыуэ плъагъуну уэ сыт хуэдэ тхылъыра къыбдэІэпыкъуар? «Бог верен», «Истина, ведущая к вечной жизни» е «Ты можешь жить вечно в раю на земле» жыхуиІэ тхылъхэм щыщ гуэр? Хьэмэрэ, «Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ», «Чему на самом деле учит Библия?», «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» жыхуиІэ тхылъхэм щыщ? Е иужь дыдэу къыдагъэкІа «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыра къыбдэІэпыкъуар? А тхылъхэр къыщІыдагъэкІар Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну къыддэІэпыкъун щхьэкІэщ икІи абыхэм щыщ дэтхэнэ зыри игъуэ дыдэм къыдэкІащ.
11. Алыхьым и Псалъэм тегъэщІа щІэныгъэ куухэр къытІэрыхьэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
11 Библием ит щІэныгъэ куухэм хуэныкъуэр пэжыр къэзыщІэу щІэзыдзахэм я закъуэкъым, атІэ дэ псори абы дыхуэныкъуэщ. Апостол Паул итхащ: «Шхыныгъуэр — зи ныбжь нэсахэм щхьэкІэщ». Абы и фІыгъэкІэ дэ «фІымрэ емрэ» зэхыдогъэкІыф (Евр. 5:14). Ди зэманым хабзэншагъэм хуабжьу зэрызиубгъуам къыхэкІкІэ Иеговэ и хабзэхэм утетыну тыншкъым. Ауэ, ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэ щІэныгъэ куухэр игъуэу къызэрытІэрыхьэм Хьисэ кІэлъоплъ. А щІэныгъэхэр Алыхьым и Псалъэ Библием тегъэщІащ. УнэІут пэжым ерыскъым ебгъэщхь хъуну а щІэныгъэхэр Хьисэ и унафэм щІэту егъэхьэзыр икІи къытлъегъэІэс.
12. Дэри, Хьисэ хуэдэу, Алыхьым и цІэм пщІэшхуэ хуэтщІу жыпІэ щІэхъунур сыт?
12 Дэри, Хьисэ хуэдэу, Алыхьым и цІэм пщІэшхуэ худощІ (Ин. 17:6, 26). Псалъэм папщІэ, 1931-нэ гъэм Библием зи гугъу ищІ «Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр дэ зетхьэу щІэддзащ. Абы къегъэлъагъуэ уафэм щыІэ ди Адэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэ хэха зэрыдэлъыр (Ис. 43:10—12). А гъэ дыдэм, жэпуэгъуэм щыщІэдзауэ «ХъумакІуэ чэщанэм» и обложкэм Алыхьым и цІэр тету къыдэкІыу щІидзащ. Абы нэмыщІ «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библием» Алыхьым и цІэр здыхэтын хуейм деж хагъэувэжащ. Иеговэ и цІэр Библием изыкъутыкІ чристэн динхэм ар сыту хуабжьу къыщхьэщыкІрэ!
ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИРИКІУЭХЭР ЕУНЭТІ
13. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» Хьисэ къызэригъэсэбэпым сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр? (Иуан 6:68).
13 Хьисэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къигъэсэбэпу, Алыхьым пэгъунэгъу хуэхъуну цІыхухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ, щІылъэм организацэ лъэщ щызригъэпэщащ. А организацэм узэрыхэтым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ? Апостол Петр иІа гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІэу къыщІэкІынщ. Абы Хьисэ мыпхуэдэ псалъэхэр жриІауэ щытат: «Зиусхьэн, хэт деж дыкІуэн?.. МыкІуэдыжын гъащІэ диІэ зыщІ псалъэхэр уи куэдщ» (Ин. 6:68). Иеговэ и организацэр къэдмыцІыхуауэ щытамэ, дэнэт дэ иджыпсту дыздэщыІэнур? Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, Хьисэ а организацэр къигъэсэбэпу дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет. Абы нэмыщІ ехъулІэныгъэ диІэу хъыбарыфІыр дгъэІуну дегъасэ икІи, Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ, «щэныщІэфІыр» зыхэтлъхьэну къыддоІэпыкъу (Еф. 4:24).
14. COVID-19 пандемиер щекІуэкІ зэманым Иеговэ и организацэм фызэрыщыщым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыфхуихьа?
14 Мы зэман гугъухэм Хьисэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къыдет. Псом хуэмыдэу дэ ар зыхэтщІащ COVID-19 пандемиер щыщІидзам щыгъуэ. Куэдым ящІэнур ямыщІэу Іэнкун щыхъуам щыгъуэ, Хьисэ дыкъэзыхъумэ унафэ гурыІуэгъуэхэр къыдитащ. Дэ дыхуагъэушащ маскэхэр зетхьэну икІи цІыхухэм дахэмыхьэну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягу къагъэкІыжащ къуэш, шыпхъухэм щІэх-щІэхыурэ я узыншагъэм щІэупщІэн икІи, я фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ, абыхэм дэІэпыкъун зэрыхуейр (Ис. 32:1, 2). Абы нэмыщІ мазэ къэс УнафэщІ гупым щыщхэм зыкъытхуагъазэурэ дызыгъэгушхуэ гупсысэхэмрэ дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэмрэ къыджаІэт.
15. Пандемие зэманым зэІущІэхэр зэредгъэкІуэкІынымрэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІунымрэ теухуауэ организацэм сыт хуэдэ унафэхэр къыдита икІи сыт абы къыпэкІуар?
15 Пандемием и зэманым зэІущІэхэр зэредгъэкІуэкІынымрэ хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтынымрэ теухуауэ унафэ гурыІуэгъуэхэр УнафэщІ гупым къыдитащ. Дэ занщІэу ди зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ видеосвязькІэ едгъэкІуэкІыу икІи хъыбарыфІыр телефонкІэ е письмокІэ дгъэІуу щІэддзащ. А Іуэхухэм теухуауэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуауэ жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэрал куэдым хъыбарыфІыр зыгъэІухэм я бжыгъэр зыхэпщІэу хэхъуащ. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъу куэдым хъыбарыфІыр щагъэІум щыгъуэ, гукъинэж яхуэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр яІащ. («Иеговэ хъыбарыфІ гъэІуным и нэфІ щохуэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
16. Сытым дэ шэч къытедмыхьэми хъуну?
16 Пандемием теухуауэ организацэр егъэлеяуэ сакъыу зыгуэрым жиІэфынущ. Ауэ дэ къытІэрыхьэ унафэхэм Іущагъ зэрыхэлъым мызэ-мытІэу щыхьэт дытехъуащ (Мт. 11:19). Хьисэ лъагъуныгъэ хэлъу дызэриунэтІым шэч лъэпкъ хэлъкъым. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу: къэкІуэну зэманым сыт къэмыхъуми, Иеговэрэ Хьисэрэ ди гъусэнущ. (Къеджэ Еврейхэм 13:5, 6.)
17. Хьисэ ди Пашэу зэрыщытым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
17 Хьисэ и унафэм дыщІэту дызэрылажьэм дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь! ДызыщІапІыкІа хабзэхэр, лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм дыкъызэрыхэкІар икІи бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ дызэрыпсалъэр Алыхьым и организацэм дыхэтыну дэ зэран къытхуэхъукъым. Библием тегъэщІа щІэныгъэ куухэр дэ пэрыхьэту къытІэрохьэ икІи хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуным хуэхьэзыр дащІ. Абы нэмыщІ дэтхэнэ зыми хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэну икІи ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу дыпсэуну зыдогъасэ. Ди Пашэ Хьисэ Мэссихь дыщІрипэгэн щхьэусыгъуэ куэд диІэщ!
16-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыхиха Мэссихьыр вгъэлъапІэ
a Нобэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ, сабийхэри абыхэм яхэту, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр псэемыблэжу ягъэІу. Уэри абыхэм уащыщу щытмэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и унафэм ущІэту уолажьэ. Ди зэманым хъыбарыфІ гъэІуныр Хьисэ зэриунэтІым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. А Іуэхугъуэхэм дызэрегупсысыр къыддэІэпыкъунущ Хьисэ и жыІэм дыщІэту адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэну.