30 СТАТЬЯР
Иеговэ япэ дыдэу жиІа къэхъун хуей псалъэхэр къызэрытлъэІэсыр
«Зэбииныгъэ игъащІэкІэ дэслъхьэнущ уэрэ цІыхубзымрэ фякум» (ЩІЭДЗ. 3:15).
15-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Іэдэмрэ Хьэуарэ гуэныхь ящІа иужь куэд дэмыкІыу, сыт Иеговэ ищІар? (ЩІэдзапІэ 3:15).
ІЭДЭМРЭ Хьэуарэ гуэныхь ящІа иужь куэд дэмыкІыу, абыхэм я щІэблэм гугъэ къезыт къэхъун хуей псалъэхэр Иеговэ жиІащ. А псалъэхэр ЩІэдзапІэ 3:15 итщ (къеджэ).
2. ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэм гъэщІэгъуэну хэлъыр сыт?
2 Къэхъун хуей а псалъэхэр Библием и щІэдзапІэ дыдэм итщ. Ауэ Библием щыщ нэгъуэщІ тхылъхэри а псалъэхэм епхауэ щытщ. Тхылъым и напэкІуэцІхэр псори зэрызэпхам хуэдэу, ЩІэдзапІэ 3:15 ит псалъэхэм Библием ит псори зэрепх. А псалъэхэм и купщІэр мыращ: Алыхьым КъегъэлакІуэ къигъэкІуэнущ икІи абы ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ игъэкІуэдыжынущb. А зэманым Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм гуфІэгъуэшхуэ яІэнущ!
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ ЩІэдзапІэ 3:15 ит псалъэхэм епха къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр: Хэт ар зытепсэлъыхьыр? Дапхуэдэу ар гъэзэщІа зэрыхъур? Ар тщІэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?
КЪЭХЪУН ХУЕЙ МЫ ПСАЛЪЭХЭР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫР ХЭТ?
4. ЩІэдзапІэ 3:14, 15 зи гугъу ищІ «блэр» хэт хъуну икІи дэнэ дэ ар щытщІэр?
4 ЩІэдзапІэ 3:14, 15 топсэлъыхь «блэмрэ» абы и щІэблэмрэ, абы нэмыщІ «цІыхубзымрэ» абы и щІэблэмрэ. Ахэр хэт хъунуми къэтщІэну Библиер къыддоІэпыкъуc. ЯпэщІыкІэ «блэм» и гугъу тщІынщ. Иеговэ Іэдэн жыг хадэм щыжиІа псалъэхэр, дауикІ, хьэпщхупщым къыгурыІуэнутэкъым. Абы къыхэкІкІэ абы щыгъуэ Иеговэ хьэкум зытрищІыхьар акъыл зиІэ гуэру щытын хуейт. Хэт хъуну-тІэ ар? А упщІэм и жэуапыр Апокалипсис 12:9 итщ. «Блэжьыр» — ар ШейтІаныращ. НтІэ, абы и щІэблэр хэт хъуну?
БЛЭР
Ар Апокалипсис 12:9 зытепсэлъыхь «блэжь» ШейтІаныращ (4-нэ абзацым феплъ.)
5. «Блэм и щІэблэр» хэт хъуну?
5 Библием щІагъыбзэкІэ «щІэблэ» щыжиІэм деж, зи гугъу ищІыр, цІыхум адэм щапхъэ зэрытрихым хуэдэу, нэгъуэщІ гуэрым щапхъэ зэрытрихыращ. Блэм и «щІэблэр» — ар Иеговэ пэщІэувэ мелыІычхэмрэ цІыхухэмрэщ. Абыхэм хохьэ Нухь и зэманым уафэм щаІа лэжьыгъэр къэзыгъанэу щІылъэм къеха мелыІычхэмрэ цІыху бзаджащІэхэмрэ. Абыхэм я щытыкІэмкІэ я «адэ» ШейтІаным щапхъэ трах (ЩІэдз. 6:1, 2; Ин. 8:44; 1 Ин. 5:19; Иудэ 6).
БЛЭМ И ЩІЭБЛЭР
Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ пэщІэувэ жин бзаджэхэмрэ цІыхухэмрэ (5-нэ абзацым феплъ.)
6. Къэхъун хуей псалъэхэм зи гугъу ищІ «цІыхубзыр» Хьэуауэ щытынкІэ зы Іэмали щІыщымыІэр сыт?
6 Иджы «цІыхубзыр» хэт хъунуми зэхэдгъэкІынщ. Ар Хьэуауэ щытыну зы Іэмали щыІэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэхъун хуей псалъэхэм щыжыІащ «цІыхубзым» и щІэблэм блэм и щхьэр зэрыпипІытІыкІынур. ИпэкІэ и гугъу зэрытщІащи, блэр — ар ШейтІаныращ икІи ар Хьэуа къытехъукІа зы цІыхуми хуэукІынукъым. Хэт-тІэ ар зыхузэфІэкІынур?
7. ЩІэдзапІэ 3:15 зи гугъу ищІ «цІыхубзыр» хэт хъуну? (Апокалипсис 12:1, 2, 5, 10).
7 ЩІэдзапІэ 3:15 зи гугъу ищІ «цІыхубзыр» хэтми зэхэдгъэкІын щхьэкІэ, Библием и иужьрей тхылъым зыхуэдгъэзэнщ. (Къеджэ Апокалипсис 12:1, 2, 5, 10.) Апокалипсис тхылъыр зытепсэлъыхьыр къызэрыгуэкІ цІыхубзкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и «лъакъуэхэр мазэм тетщ» икІи «щхьэрыгъ тажым вагъуэ пщыкІутІ тетщ». А цІыхубзым къилъхуа сабийр — сабий къызэрыгуэкІкъым — ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. А Пащтыхьыгъуэр уафэм зэрыщыІэм къыхэкІкІэ цІыхубзри здэщыІэн хуейр уафэращ. А цІыхубзым уафэм щыІэ Иеговэ и организацэр къегъэлъагъуэ икІи Алыхьым хуэпэж мелыІычхэр абы хохьэ (Гал. 4:26).
ЦІЫХУБЗЫР
Иеговэ хуэпэж мелыІычхэр зыхэт уафэм щыІэ и организацэр (7-нэ абзацым феплъ.)
8. ЦІыхубзым и «щІэблэ» нэхъыщхьэр хэт хъуну икІи дапщэщ ар къыщыунэхуар?
8 ЦІыхубзым и «щІэблэ» нэхъыщхьэр хэт хъунуми къыдгурыІуэну Библиер къыддоІэпыкъу. Ар Ибрэхьим и щІэблэм къыхэкІын хуейт. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 22:15—18.) Къэхъун хуей а псалъэхэр Хьисэ и деж щыгъэзэщІа хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Ибрэхьим и щІэблэм къыхэкІащ (Лк. 3:23, 34). Ауэ ЩІэдзапІэ 3:15 зытепсэлъыхь щІэблэр цІыху къызэрыгуэкІыу щытын хуейтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ШейтІаныр иукІын хуейуэ къыпэщылът. Хьисэ илъэс 30 щыхъум щыгъуэ, Иеговэ и къару лъапІэр абы щихуащ. Абы щыгъуэ Хьисэ уафэм кІуэну гугъэ иІэ хъуащ. Иеговэ и къару лъапІэр абы щыщихуэм щыгъуэ, ар «цІыхубзым» и щІэблэ нэхъыщхьэ хъуащ (Гал. 3:16). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, Иеговэ абы «щІыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ хуигъэфэщащ». Иджыри Алыхьым «уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори» абы и ІэмыщІэ ирилъхьащ, «ШейтІаным и Іуэхухэр игъэкІуэдын» щхьэкІэ (Евр. 2:7; Мт. 28:18; 1 Ин. 3:8).
ЦІЫХУБЗЫМ И ЩІЭБЛЭР
Хьисэ Мэссихьрэ Пащтыхьыгъуэр абы дэзыІыгъыну мин 144 000-рэ (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)
9, 10. 1) «ЦІыхубзым» и щІэблэм иджыри хэт хыхьэр икІи ахэр щІэблэм щыщ щыхъур дапщэщ? 2) АдэкІэ дызытепсэлъыхьынур сыт?
9 Ауэ Хьисэ нэмыщІ «цІыхубзым» нэгъуэщІ щІэбли иІэщ. Абы теухуауэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм — журтхэми нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщхэми — апостол Паул мыпхуэдэу яхуитхащ: «Мэссихь фызэрейм щхьэкІэ Ибрэхьим къытехъукІа цІыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукІа цІыхухэмрэ къызэригъэгугъа ІыхьэфІхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ» (Гал. 3:28, 29). Иеговэ и къару лъапІэр и лэжьакІуэм щыщихуэм деж, ар «цІыхубзым» и щІэблэм щыщ мэхъу. Аращи, «цІыхубзым» и щІэблэм Хьисэрэ абы Пащтыхьыгъуэр дэзыІыгъыну мин 144 000-рэ хохьэ (Апок. 14:1). Ахэр я гупсысэкІэмкІи, я ІуэхущІафэхэмкІи я Адэ Иеговэ щапхъэ трахыну хущІокъу.
10 Мис иджы ЩІэдзапІэ 3:15 зи гугъу ищІхэр хэт хъунуми къэтщІащ. Къэхъун хуей а псалъэхэр Иеговэ зэригъэзащІэмрэ ахэр къыдгурыІуэным мыхьэнэ щІиІэмрэ адэкІэ кІэщІу дытепсэлъыхьынщ.
КЪЭХЪУН ХУЕЙ МЫ ПСАЛЪЭХЭР ДАПХУЭДЭУ ГЪЭЗЭЩІА ЗЭРЫХЪУР?
11. «ЦІыхубзым и щІэблэм и лъэдакъэм блэм и шэрэзыр хиукІэнущ» жыхуиІэм къикІыр сыт?
11 ЩІэдзапІэ 3:15 зэритымкІэ, блэм и шэрэзыр цІыхубзым и щІэблэм и лъэдакъэм хиукІэнущ. А псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ ШейтІаным журтхэмрэ рим цІыхухэмрэ Алыхьым и Къуэр яукІыну щыхуигъэушам щыгъуэ (Лк. 23:13, 20—24). ЦІыху гуэрым и лъэдакъэм фэбжь игъуэтмэ, абы зэман гуэркІэ къикІухьыфынукъым. Апхуэдэу Хьиси махуищкІэ зыри ищІэфакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар лІауэ щытт (Мт. 16:21).
12. Блэм и щхьэр щыпапІытІыкІынур дапщэщ икІи дапхуэдэу ар къызэрыхъунур?
12 ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Хьисэ кхъэлэгъунэм щІэлъу къанэ хъунутэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, цІыхубзым и щІэблэм къыхэкІынум блэм и щхьэр пипІытІыкІын хуейт. ИкІи апхуэдэу псори къэхъуащ! Хьисэ лІа иужь махуэ ещанэм, зэи мылІэжу уафэм щыпсэуну Алыхьым къигъэтэджыжащ. Иеговэ щытриухуа зэманым Хьисэ ШейтІаныр игъэкІуэдынущ (Евр. 2:14). Мэссихьрэ Пащтыхьыгъуэр абы дэзыІыгъынухэмрэ Алыхьым и бийхэр — блэм и щІэблэр — щІылъэм трагъэкъэбзыкІыжынущ (Апок. 17:14; 20:4, 10)d.
КЪЭХЪУН ХУЕЙ МЫ ПСАЛЪЭХЭМ ДИ ДЕЖКІЭ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІАІЭР СЫТ?
13. Къэхъун хуей мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур дапхуэдэу къызэрытлъэІэсыр?
13 Къэхъун хуей мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм псоми ялъоІэс. Дапхуэдэу? ЦІыхубзым и щІэблэ нэхъыщхьэ Хьисэ щІылъэм щыпсэуащ икІи и Адэм нэгъэсауэ щапхъэ трихащ (Ин. 14:9). Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ къэтцІыхуну икІи ар фІыуэ тлъагъуну Іэмал диІэ хъуащ. Абы нэмыщІ Хьисэ дызыхуигъасэмрэ зэхуэсхэр зэриунэтІымрэ дэ сэбэпынагъышхуэ къытхуехь. Иеговэ дэркІэ арэзыуэ щыту дыпсэуну Хьисэ дегъасэ. ЦІыхубзым и щІэблэм и лъэдакъэм блэм и шэрэзыр зэрыхиукІам, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ зэраукІам, ди къэкІуэным теухуауэ гугъэ къыдет. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ лІахэм къащыхэтэджыкІыжам щыгъуэ, и гъащІэм и уасэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу Иеговэ иритащ. А щхьэщэхуж къурмэныпхъэм «гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкІыж» (1 Ин. 1:7).
14. Иеговэ Іэдэн жыг хадэм щыжиІа къэхъун хуей псалъэхэр занщІэу гъэзэщІа зэрымыхъунур дэнэ дэ щытщІэр?
14 Иеговэ Іэдэн жыг хадэм къэхъун хуей псалъэ щыжиІахэм къокІ ахэр занщІэу гъэзэщІа зэрымыхъунур. ЦІыхубзым щІэблэ къыщІэхъуэн, ШейтІаным и лъэныкъуэр зыІыгъынухэр зэхуишэсын икІи а гупитІым я зэхуаку зэбииныгъэ къыдыхьэн щхьэкІэ, зэман дэкІын хуейт. Аращи, къэхъун хуей а псалъэхэр тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм къыдгурагъаІуэ ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм Иеговэ и лэжьакІуэхэр илъагъу мыхъуу зэрыщытынур. ИужькІэ Хьиси и лъэужь ирикІуэхэм ар дыдэр яжриІащ (Мк. 13:13; Ин. 17:14). А псор къызэрыхъум дэ щыхьэт дытохъуэ, псом хуэмыдэу иужьрей илъэсищэм.
15. Мы дунейм нэхъ дыкъилъагъу мыхъуу щІэхъур сыт икІи ШейтІаным дыщышынэн щІыхуэмейр сыт?
15 1914-нэ гъэм, Хьисэ Пащтыхьыгъуэр къылъыса иужь куэд дэмыкІыу, ШейтІаныр уафэм къридзыхащ. Иджы ар щагъэкІуэдыжыну зэманыр къэсыху щІылъэм нэмыщІ адэкІи-мыдэкІи кІуапІэ иІэкъым (Апок. 12:9, 12). Ауэ абы и Іэр зэтедзауэ щыскъым икІи и губжьыр Иеговэ и лъэпкъым трекъутэ (Апок. 12:13, 17). Абы къыхэкІкІэ, кІуэ пэтми, ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм дыкъызэрилъагъу мыхъур хэхъуэурэ макІуэ. Ауэ ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ дащІыщышынэн щхьэусыгъуэ диІэкъым. Дэри, апостол Паул хуэдэу, мы псалъэхэм шэч къытетхьэкъым: «Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкІынур?» (Рим 8:31). Иеговэ дзыхь щІыхуэдмыщІын щхьэусыгъуэ лъэпкъ дэ диІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэм и нэхъыбэр къызэрыхъуар долъагъу.
16—18. Кёртис, Урсула, Джессикэ сымэ ЩІэдзапІэ 3:15 итыр къазэрыгурыІуам я гъащІэр дапхуэдэу ихъуэжа?
16 ЩІэдзапІэ 3:15 ит Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэр къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыну. Гуа́м хытІыгум миссионеру щылажьэ ди къуэш Кёртис къыддогуашэ: «Гугъуехьхэм къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж Иеговэ хуэпэжу укъэнэну щымытынш къохъу. Ауэ уафэм щыІэ си Адэм дзыхь хуэсщІыну сэ къыздоІэпыкъу ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэм сызэрегупсысыр». Иеговэ ди гугъуехьхэм кІэ щритыну зэманым Кёртис къыхуэмыгъэсу поплъэ.
17 Бава́рием щыщ ди шыпхъу Урсу́ла жеІэж Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр и фІэщ ищІыну ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэр къызэрыдэІэпыкъуар. Абы къилъэгъуащ а псалъэхэр Библием ит адрей къэхъун хуей псалъэхэм зэрепхар икІи абы ар хуабжьу гъэщІэгъуэн щыхъуащ. А шыпхъур къыддогуашэ: «Япэ цІыхуитІым гуэныхь ящІа иужь, абыхэм я щІэблэм гугъэ къезыт хэкІыпІэ Иеговэ занщІэу къызэригъуэтар сэ хуабжьу си гум лъэІэсащ».
18 Микроне́зием щыщ ди шыпхъу Дже́ссикэ жеІэ: «Пэжыр къызэрызгъуэтар къыщызгурыІуа дакъикъэр сэ зэи сигу ихужынукъым. ЩІэдзапІэ 3:15 итыр къызэрыхъур сэ си нэкІэ солъагъу! Ар къыздоІэпыкъу мы гупсысэр сигу изгъэлъыну: Алыхьыр зэи хуеякъым иджыпсту дызэрыпсэум хуэдэу дыпсэуну. Къэхъун хуей мы псалъэхэм си фІэщ ящІ Иеговэ ухуэлэжьэным нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр икІи къэкІуэну зэманым гъащІэр ІэджэкІэ нэхъ дахэу зэрыщытынур».
19. ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэр икІэм нэс гъэзэщІа зэрыхъуным шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт?
19 Зэрытлъэгъуащи, ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэр иджыпсту гъэзэщІа мэхъу. Дэ къэтщІащ цІыхубзым и щІэблэмрэ блэм и щІэблэмрэ хэт хъунуми. ЦІыхубзым и щІэблэ нэхъыщхьэу щыт Хьисэ и лъэдакъэм игъуэта фэбжьыр хъужащ. Иджыпсту абы лъэкІыныгъэшхуэ иІэщ икІи ар зэи мылІэжыну Пащтыхьу щытщ. Иеговэ цІыхубзым и щІэблэм щыщхэр псори зэхуишэсыным къэнар мащІэ дыдэщ. Къэхъун хуей а псалъэхэм и япэ Іыхьэр гъэзэщІа зэрыхъуам къыхэкІкІэ етІуанэ Іыхьэри — блэм и щхьэр зэрыпапІытІыкІынур — гъэзэщІа зэрыхъуным дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. ШейтІаным кІэ къыхуэкІуа иужь, Алыхьым хуэпэж цІыхухэм гупсэхугъуэ нэгъэса ягъуэтыжынущ! Аращи, ди къуэш, ди шыпхъу лъапІэхэ, фи Іэр евмыхьэхыну дыныволъэІу. Ди Алыхь Иеговэ дзыхь хуэтщІыну хуэфащэщ. ЦІыхубзым и щІэблэр къигъэсэбэпу Иеговэ «дунейм и лъэпкъ псоми» щІэи гъуни зимыІэ фІыгъуэхэр лъигъэІэсынущ (ЩІэдз. 22:18).
23-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къэсащ
a ЩІэдзапІэ 3:15 ит къэхъун хуей псалъэхэр къыдгурымыІуэу щытмэ, Библием итыр нэгъэсауэ къытхуэщІэнукъым. Къэхъун хуей а псалъэхэр зэрызэпкърытхыр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэну икІи абы дыкъызэригъэгугъэ псор зэригъэзэщІэжыным шэч къытедмыхьэну.
b «ДунеищІэкІэ еджэу урысыбзэкІэ зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэм» ит Приложение Б1, «Главная тема Библии» жыхуиІэм феплъ.
c «ЩІэдзапІэ 3:14, 15 зи гугъу ищІхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
d «ЩІэдзапІэ 3:15 ит псалъэхэр къызэрыхъур» жыхуиІэ рамкэм феплъ.