«Гуапагъэм, хабзэм хуэдэу», сыт щыгъуи фытет
ЛАЙЗЭa Иеговэ и Щыхьэтхэр зэрызригъэцІыхуам теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Абыхэм я гуапагъэм сыдихьэхащ!» Анни апхуэдэ гурыщІэхэр зыхищІащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ нэхъыбэу сигу ирихьар абыхэм къызжаІаратэкъым, атІэ ахэр къызэрысхущытаращ». Иджыпсту а шыпхъухэм я фІэфІщ Библием еджэну икІи зэджам егупсысыну, ауэ япэщІыкІэ абыхэм я гум нэсар гуапагъэращ.
ЦІыхухэм я гум дынэсын щхьэкІэ, дапхуэдэу гуапагъэр зэрыдгъэлъагъуэ хъунур? Ар псалъэкІи ІуэхукІи зэрыдгъэлъэгъуэфыну щІыкІэр зэпкърытхынщ. ИужькІэ гуапэу дызыхущытын хуейр хэтми дытепсэлъыхьынщ.
ДЫЩЫПСАЛЪЭКІЭ «ГУАПАГЪЭМ, ХАБЗЭМ ХУЭДЭУ», ДЫТЕВГЪЭТ
Зи къалэнхэр фІыуэ зыгъэзащІэ унагъуэ цІыхубзым теухуауэ Притчи 31:26 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Ар... щыпсалъэкІэ гуапагъэм, хабзэм хуэдэу, тетщ». А «хабзэм» ар хуегъэуш жиІэ псалъэхэмрэ ахэр зэрыжиІэ щІыкІэмрэ кІэлъыплъыну. ДауикІ, адэхэри щыпсалъэкІэ «гуапагъэм, хабзэм хуэдэу», тетын хуейщ. Адэ-анэхэм ящІэ, сабийхэм пхъашэу уепсалъэу щытмэ, абыхэм ар зэран зэрахуэхъунур икІи ахэр апхуэдэ ущием зэремыдэІуэнур. Сабийхэри адэ-анэм нэхъ я фІэфІу едэІуэнущ, щабэу икІи гуапэу абыхэм епсалъэу щытмэ.
Сабий диІэми димыІэми, дэ гуапэу дыпсэлъэн хуейщ. Дапхуэдэу абы зэрызедгъасэ хъунур? АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Притчи 31:26 и япэ Іыхьэр. Абы щыжыІащ: «Ар Іущагъ хэлъу мэпсалъэ». Аращи, дэ жытІэ псалъэхэмрэ ахэр зэрыжытІэ щІыкІэмрэ фІыуэ дегупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Иджыпсту жысІэнум губжьыр игъэужьыхыну, хьэмэрэ къызэщІигъэстыну?» (Прит. 15:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). Пэжщ, зыгуэр жытІэн ипэ фІыуэ дыгупсысэн хуейщ.
Притчи тхылъым иджыри мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэм джатэм хуэдэу укъеуІэ» (Прит. 12:18). Ди псалъэхэмрэ ахэр зэрыжытІэ щІыкІэмрэ нэгъуэщІхэм сыт хуэдэ гурыщІэ къратыфынуми дегупсысмэ, ди бзэм дыкІэлъыплъыну нэхъ тыншу щытынущ. Пэжщ, «гуапагъэм, хабзэм хуэдэу», дытетмэ, пхъашэу дызэрымыпсэлъэным дыхущІэкъунущ (Еф. 4:31, 32). Аращи, сыт щыгъуи псалъэ гуапэхэр къэдгъэсэбэпын икІи цІыхухэм щабэу депсэлъэн щхьэкІэ, къару едвгъэхьэлІэ. А Іуэхум теухуауэ Иеговэ и щапхъэм куэдым дыхуигъэсэфынущ. Псалъэм папщІэ, шынэм зэщІиубыда бегъымбар Иляс абы зэригъэбыдар дигу къэдгъэкІыжынщ. Иеговэ и мелыІычыр абы «щабэу икІи макъ щэхукІэ» епсэлъащ (1 Цар. 19:12). Ауэ, цІыху гуапэу ущытын щхьэкІэ, псалъэ гуапэ жыпІэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. А гуапагъэр иджыри ди ІуэхущІафэхэм къыхэщын хуейщ. Дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур?
ІУЭХУФІХЭМ КЪАРУУШХУЭ ЩІЭЛЪЩ
Иеговэ и щапхъэм нэгъэсауэ дытетыну дыхуеймэ, псалъэ гуапэхэм ІуэхуфІхэр щІыдгъун хуейщ (Еф. 4:32; 5:1, 2). Лайзэ игу къегъэкІыж: «Димыгугъэххауэ ди унагъуэр Іэпхъуэн хуей щыхъуам щыгъуэ, зэхуэсым щыщ унагъуитІым лэжьапІэм зыкърагъэутІыпщри, къыддэІэпыкъуащ. ГъэщІэгъуэныращи, абы щыгъуэ Библиер зджын иджыри щІэздзатэкъым!» А къуэш, шыпхъухэм я ІуэхуфІхэм и фІыгъэкІэ Лайзэ Библием итым гулъытэ нэхъ хуищІу щІидзащ.
ИпэкІэ зи гугъу тщІа Анни фІыщІэ ещІ Иеговэ и Щыхьэтхэр абы гуапэу къызэрыхущытам щхьэкІэ. Абы жеІэж: «ЦІыхухэм я щытыкІэм къыхэкІкІэ сэ абыхэм дзыхь яхуэсщІыжтэкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэми япэщІыкІэ дзыхь яхуэсщІыщэтэкъым икІи мыпхуэдэу сегупсыст: „Мыбыхэм къыспахыну зыхуейр сыту пІэрэ?“ Ауэ Библием сезыгъэджа шыпхъур щабэу, гуапэу къызэрысхущытам къыхэкІкІэ абы дзыхь хуэсщІу сыхъуащ». АдэкІэ сыт къэхъуар? Аннэ пещэ: «Абы иужькІэ Библием итым мыхьэнэ нэхъ есту хъуащ».
Лайзэрэ Аннэрэ къуэш, шыпхъухэм я ІуэхуфІхэр гукъинэж зэрахуэхъуам гу лъыфтауэ къыщІэкІынщ. А цІыхубзитІым Библиер куууэ яджыну щхьэусыгъуэу хуэхъуар аращ. Зэхуэсым щыщхэр Лайзэрэ Аннэрэ гуапагъэ хэлъу зэрыхущытам и фІыгъэкІэ абыхэм Иегови абы и лэжьакІуэхэми дзыхь хуащІу хъуащ.
АЛЫХЬЫМ ЩАПХЪЭ ТЕФХЫУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ГУАПЭУ ФАХУЩЫТ
Языныкъуэ цІыхухэр я хьэлым е зыщІапІыкІа хабзэхэм къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм гуапэу яхущытыну икІи ящыгуфІыкІыну нэхъ хузэфІокІ. Апхуэдэ щытыкІэм, дауикІ, щытхъу хуэфащэщ. Ауэ а ІуэхумкІэ Алыхьым щапхъэ тепхыну ухуеймэ, иджыри зыгуэр пщІэн хуейщ. (Евгъапщэ Апостолхэм 28:2.)
ФІыгъуэ нэгъэсар е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, гуапагъэр, Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнщ (Гал. 5:22, 23). А хьэл-щэныр едгъэфІэкІуэн щхьэкІэ, ди гупсысэкІэмрэ ди ІуэхущІафэхэмрэ Алыхьым и къару лъапІэм иунэтІыну хуит тщІын хуейщ. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ тыдох. Абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэм къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм гулъытэ худощІ. Гуапэу дыщытыну дыхуэзыгъэушыр Алыхьымрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэращ. Аращи, Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ гуапагъэм къару къытхелъхьэ адэкІи нэгъуэщІхэм фІыуэ дахущытыну.
ГУАПЭУ ДЫЗЫХУЩЫТЫН ХУЕЙР ХЭТ?
Дэ езым е ди ныбжьэгъухэм цІыхур фІыуэ щыхущытым деж, абы гуапэу дыхущытыжыну ди дежкІэ тыншщ (2 Сам. 2:6). Псалъэм папщІэ, дэ апхуэдэ цІыхум фІыщІэ худощІ (Кол. 3:15). Ауэ зыгуэрым гуапэу дыхущытыну къимылэжьу къэтлъытэмэ-щэ? Сыт абы щыгъуэ тщІэн хуейр?
А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, Иеговэ и зы хьэл-щэным гу лъыттэнщ. ЦІыхухэм къамылэжьауэ и нэфІ зэращыхуэмкІэ абы щапхъэ нэхъыфІ дыдэ егъэлъагъуэ. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм «[къэдмылэжьауэ] и нэфІ къытщохуэ» жыхуиІэ псалъэхэм куэдрэ ущрохьэлІэ. Дапхуэдэу Алыхьым а хьэл-щэныр зэригъэлъагъуэр?
Иеговэ фІыуэ зыхущыт миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм фегупсысыт. Ахэр псэун щхьэкІэ, зыхуэныкъуэу хъуар Иеговэ махуэ къэс ярет (Мт. 5:45). Пэжыр жыпІэмэ, дэ ар иджыри къыщыдмыцІыхум щыгъуэ, гуапагъэ хэлъу къытхущытт (Еф. 2:4, 5, 8). Псалъэм папщІэ, Алыхьым фІыуэ илъагъу и Къуэ щІасэр цІыхубэм щхьэкІэ къурмэныпхъэу итащ. Апостол Паул итхащ а къурмэныпхъэр «[къэдмылэжьауэ] и нэфІ щыхуэныгъэшхуэм тету» Иеговэ зэритар (Еф. 1:7). Абы нэмыщІ махуэ къэс гуэныхь къызэрытхьым икІи уафэм щыІэ ди Адэм и жагъуэ зэрытщІым емылъытауэ, абы фІым дыхуигъэсэн икІи къытщхьэщытын щигъэтакъым. Иеговэ и ущиехэмрэ и псалъэхэмрэ «удзым щабэу уэшхыр зэрытешхэм» ещхьщ (Втор. 32:2). Алыхьыр апхуэдизу гуапэу къызэрытхущытыр зэгуэр тхуэпшыныжыну пІэрэ? Дэ дощІэ: къэдмылэжьауэ Иеговэ и нэфІ къытщымыхуауэ щытамэ, къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ лъэпкъ диІэнутэкъым. (Евгъапщэ 1 Пет. 1:13).
Шэч хэмылъу, Иеговэ апхуэдэу гуапэу къызэрытхущытыр ди гум лъоІэс икІи дэри нэгъуэщІхэм апхуэдэу дахущытыну дыхуегъэуш. Абы къыхэкІкІэ дэ къыхэтхкъым, гуапэу дызыхущытын хуейр хэтми. Дэ Иеговэ щапхъэ тетхыну дыхущІокъу икІи гуапагъэр хьэл тхуэхъуну дыхуейщ (1 Фес. 5:15). А хьэл-щэныр зэпымыууэ дгъэлъагъуэу щытмэ, махуэ щІыІэм мафІэ зэрылъ хьэкум уи фІэфІу узэрыбгъэдэсым хуэдэу, цІыхухэми ди гъусэу зэманыр ягъэкІуэну ягу ирихьынущ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ ди унагъуэм щыщхэм, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм, къыддэлажьэхэм, къыддеджэхэм икІи ди гъунэгъухэм гупсэхугъуэ еттыфынущ.
Уи псалъэ гуапэхэмкІэ икІи уи ІуэхуфІхэмкІэ хэт удэІэпыкъуфынуми егупсыс. Псалъэм папщІэ, уи унагъуэм е зэхуэсым щыщ гуэр унэ е хадэ ІуэхукІэ дэІэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэу пІэрэ? Е зыгуэрым тыкуэным хуэкІуэн хуэмейуэ пІэрэ? Хьэмэрэ хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ цІыху ухуэзэмэ, абы зыгуэркІэ сэбэп ухуэхъуфыну пІэрэ?
Аращи, Иеговэ щапхъэ тетхыу ди псалъэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи «гуапагъэм, хабзэм хуэдэу», дытевгъэт!
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.