ФщІэуэ пІэрэ?
Пкъом ираІулІа цІыхур пщІэ иІэу щІалъхьэжыну римлянхэм хуит ящІу щытауэ пІэрэ?
ХЬИСЭ щІэпхъаджащІитІ и гъусэу пкъом зэрыраІулІар куэдым ящІэ (Мт. 27:35—38). Ауэ абы и хьэдэр зыхуей хуагъазэу кхъэлэгъунэм зэрыщІалъхьэжам теухуауэ Библием итым языныкъуэхэм шэч къытрахьэ (Мк. 15:42—46).
ХъыбарыфІ тхылъиплІым итыр зэрыпэжым шэч къытезыхьэхэм зэрыжаІэмкІэ, пкъом ираІулІа цІыхум пщІэ иІэу щІалъхьэжыну римлянхэм ядэнутэкъым. Абыхэм зэрагугъэмкІэ, апхуэдэхэм деж ящІэр аратэкъым. «Смитсониан»a журналым щылажьэ Ариэль Сабар мыпхудэу етх: «Пкъом ираІулІу щытахэр пщІэ зыхуэмыфащэ цІыхуу ябжт. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ щІэныгъэлІхэм ауан ящІ апхуэдэу яукІа цІыхур адрейхэм хуэдэу щІалъхьэжауэ щызэхахым деж». Римлянхэм я хабзэт укІ зытралъхьа щІэпхъаджащІэр пкъом къыфІанэу. Абы и щхьэусыгъуэр а цІыхухэм я пщІэр ираудыхыу я хьэдэхэр псэущхьэхэм Іисраф ирагъэщІын щхьэкІэт. ИужькІэ псори зы кхъэ мащэм ирадзэжт.
Археологхэм къагъуэтыжам ипкъ иткІэ, апхуэдэу сыт щыгъуи щытакъым. 1968-нэ гъэм япэ лІэщІыгъуэм яукІа цІыхухъум и къупщхьэхэр къагъуэтыжащ. Ахэр Ерусалим къалэм пэмыжыжьэу къызэрыгуэкІ журт унагъуэм я кхъэлэгъунэм «оссуарий» жыхуаІэ ашычым дэлъащ. А къупщхьэхэм щыщ зыр лъэдакъэ къупщхьэу къыщІэкІащ. Ар сантиметр 11,5 хъу гъущІ ІунэкІэ пхъэм кІэрыукІауэ щытащ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Сабар жеІэ: «Хьисэ зэрыщІалъхьэжам теухуауэ Библием итыр пэжрэ мыпэжрэ зэхагъэкІын щхьэкІэ Иехоханан зи цІэу щыта цІыхухъум и лъэдакъэ къупщхьэр сэбэп хъуащ. […] Хьисэ щыпсэуа зэманым римлянхэм пкъом ираІулІа цІыхур журтхэм щІалъхьэжыну хуит ящІу зэрыщытам ар щыхьэт тохъуэ».
Иехоханан и лъэдакъэ къупщхьэм Хьисэ пкъом зэрыфІэлъа щІыкІэм теухуауэ жэуап нэгъэса къыдиткъым. Ауэ гурыІуэгъуэ мэхъу: апхуэдэ щІыкІэкІэ яукІа цІыхухэм щыщ языныкъуэхэр псори зрадзэ кхъэ мащэм ирамыдзэу пщІэ яІэу кхъэлэгъунэм щІалъхьэжу зэрыщытар. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ зэрыщІалъхьэжам теухуауэ Библием ит хъыбарым дзыхь хуэпщІ хъунущ.
Аращи, Библием итыр зэрыпэжым археологиер щыхьэт тохъуэ. Ауэ ар ди фІэщ зыщІ нэхъ щхьэусыгъуэшхуэ дэ диІэщ — ар езы Иеговэ и псалъэхэращ. Алыхьым иригъэтхауэ щытащ Хьисэ цІыху бейм и кхъэлэгъунэм зэрыщІалъхьэжынур икІи абы и псалъэхэр гъэзэщІа хъуным зыри зэран хуэхъуфынукъым (Ис. 53:9; 55:11).
a Сабар А. Открывая мир Иисуса // Смитсониан. 2016. Т. 46. № 9. Январь / февраль. С. 48. Англ. яз.