ФІыгъуэр псалъэхэмрэ Іуэхухэмрэ къыхощ
ПСАЛЪЭ гуапэхэм икІи ІуэхуфІхэм уагъэгушхуэ, гупсэхугъуи къыуат. Псоми тфІэфІщ гулъытэ къытхуащІу, фІыуэ къыщытхущытым деж. Абы къыхэкІкІэ ди гум фІыщІэ илъщ икІи дэри нэгъуэщІхэм апхуэдэу дахущытыну гукъыдэж диІэ мэхъу. Сыт-тІэ къыддэІэпыкъунур нэгъуэщІхэм гуапэу дахущытыну?
ФІыгъуэм е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, зыгуэрым фІыуэ хущытыным хохьэ ди гум къыбгъэдэкІыу адрейхэм дазэрыдэІэпыкъур икІи ар ди псалъэхэми ди Іуэхухэми къыхощ. ФІы зыщІэ цІыхум ауэ сытми гъэсэныгъэ хэлъу, щытыкІэ дахэ иІэу аракъым, атІэ абы фІы ищІэну и гум илъ лъагъуныгъэм хуегъэуш икІи адрейхэм я гурыщІэхэр къыгурыІуэну хуейщ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр, фІыгъуэр Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыращ (Гал. 5:22, 23). Алыхьыр хуейщ дэ а хьэл-щэныр тхэлъыну. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ ар зэрагъэлъагъуэм икІи щапхъэ зэратетх хъунур къэтщІэнщ.
ИЕГОВЭ ПСОМИ ФІЫУЭ ЯХУЩЫТЩ
Иеговэ псоми, «фІыр зыхуэдэр зыгурымыІуэ цІыхухэми, цІыху бзаджэхэми... фІыуэ яхущытщ» (Лк. 6:35). Апхуэдэу «абы и дыгъэр цІыху бзаджэхэми цІыхуфІхэми къахукъуегъэкІ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх» (Мт. 5:45). Аращи, псори къэзыгъэщІар Иеговэу зэрыщытыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэми, абы къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр къагъэсэбэпу гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу мэпсэу.
Иеговэ цІыхухэм гуапэу зэрахущытыр ІупщІу къыхощ, Іэдэмрэ Хьэуарэ яхуищІам. Абыхэм гуэныхь ящІа иужь «къащІащ зэрыпцІанэхэр, зэгуадэщ ахъуо тхьэмпэхэри, ябгхэр щІапхащ». Ауэ Иеговэ къыгурыІуэт абыхэм щыгъын нэхъыфІ зэрахуеинур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІылъэм Иеговэ и нэлатыр лъысати, Іэдэн жыг хадэм нэмыщІ щІылъэ псом удзыжьрэ банэрэ къыщыкІат. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым Іэдэмрэ Хьэуарэ фІы яхуищІащ: фэм къыхэщІыкІа щыгъын кІыхьхэр яритащ (ЩІэдз. 3:7, 17, 18, 21).
Иеговэ цІыху псоми фІыуэ яхущытщ, уеблэмэ, цІыху бзаджэхэми, ауэ, псом хуэмыдэу абы и лэжьакІуэ пэжхэм фІы яхуищІэну ифІэфІщ. Псалъэм папщІэ, Захарие бегъымбарыр щыпсэуа зэманым щыгъуэ, Алыхьым и мелыІычым и жагъуэ хъуат Ерусалим дэт Унэшхуэр журтхэм яухуэжын зэрыщагъэтар. Иеговэ мелыІычым и гукъеуэхэм едаІуэри «гупсэхугъуэ къезыт псалъэ гуапэхэр» жриІащ (Зах. 1:12, 13). Апхуэдэ дыдэу Алыхьым Иляс бегъымбарми гулъытэ хуищІащ. Зэгуэрым абы апхуэдизкІэ и гур иудауэ щытти, и гъащІэр ІэщІихыну Иеговэ елъэІуащ. Алыхьым и бегъымбарым гулъытэ хуищІри, игъэгушхуэну мелыІыч къыхуигъэкІуащ. Иляс и гугъэт бегъымбархэм ящыщу езым фІэкІ зыри къэмынауэ, ауэ абы зэримызакъуэр Иеговэ жриІащ. Иеговэ и псалъэ гуапэхэм Иляс къару къыхалъхьэжащ адэкІэ абы хуэлэжьэну (1 Цар. 19:1—18). Зэрытлъагъущи, Иеговэ цІыхухэм фІыуэ хущытщ. Хэт-тІэ абыкІэ абы нэгъэсауэ щапхъэ тезыхар?
ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭМ ФІЫУЭ ЯХУЩЫТТ
Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ, ар цІыхухэм гуапэу, гулъытэ хэлъу яхущытт. Ар зэи ткІийуэ щытакъым икІи псори и унафэ щІигъэтыну хэтакъым. Хьисэ гущІэгъу хэлъу жиІащ: «ЦІыху ешаелІа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи» (Мт. 11:28—30). ФІыуэ къазэрыхущытыр цІыхухэм ялъагъути, ар дэнэ мыкІуэми и ужь итт. Хьисэ цІыхухэр фІэгуэныхь хъути, сымаджэхэр игъэхъужт, игъашхэт икІи и Адэм теухуа пэжым хуригъаджэт (Мт. 14:14; 15:32—38; Мк. 6:34).
Хьисэ гуапагъэ зэрыхэлъыр къыхэщт цІыхухэм зэхэщІыкІ иІэу зэрыхущытым. Хьисэ зигъэпсэхун хуейми, абы и деж къакІуэхэм гуапэу дэІэпыкъут (Лк. 9:10, 11). Илъэс 12 хъуауэ лъы зыщІэкІ цІыхубзым и узыр хъужыну хуейуэ Хьисэ и щыгъыным еІусат. Ауэ Мусэ и хабзэмкІэ абы апхуэдэу ищІэ хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхубзыр мыкъабзэу щытт (Лев. 15:25—28). Сыт Хьисэ ищІар? Ар цІыхубз гужьеям ешхыдакъым, атІэ гущІэгъу хэлъу жриІащ: «Си хъыджэбз! [...] Уи фІэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!» (Мк. 5:25—34). Хьисэ нэгъэсауэ гуапагъэ хэлът!
ГУАПАГЪЭ ФХЭЛЪУ ФЫЩЫТ
Зэпкърытха щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ гуапэу дыщытмэ, дэ нэгъуэщІхэм ІуэхукІэ дадэІэпыкъунущ. ІуэхукІэ цІыхухэм уадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр самаритяным теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым къыщыхигъэщащ. ХъунщІакІуэхэм журт гуэр яубэрэжьщ, ныкъуэлІэу къагъанэри, щІэпхъуэжат. Самаритяным абы гущІэгъу хуищІри дэІэпыкъуащ, ахэр зыщыщ лъэпкъхэр зэбийуэ щытми. Журтым и уІэгъэхэр хуипхэри хьэщІэщ гуэрым ишащ. ХьэщІэщыр зейм ахъшэ иритащ а цІыхухъум кІэлъыплъын щхьэкІэ икІи къигъэгугъащ: «Уэ мы лІым кІэлъыплъи, сыт хуэдиз тебгъэкІуадэми, къыщызгъэзэжкІэ уэстыжынщ» (Лк. 10:29—37).
Гуапагъэм дыхуегъэуш нэгъуэщІхэр зыгъэгушхуэ псалъэхэр жытІэну. Библием щыжыІащ: «Гузэвэгъуэм цІыхум и гур хегъэщІ, псалъэ гуапэм и гум гуфІэгъуэ ирелъхьэ» (Прит. 12:25). ЦІыхухэм фІыуэ дазэрыхущытым икІи фІы тщІэнуa дызэрыхуейм дыхуагъэуш нэгъуэщІхэр зыгъэгушхуэн, къару къезытын псалъэхэр жытІэну. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ къыдогъэлъагъуэ нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дызэрыхуейр икІи ди псалъэ гуапэхэр абыхэм ядэІэпыкъунущ гугъуехьхэм пэлъэщыну (Прит. 16:24).
НЭГЪУЭЩІХЭМ ФІЫУЭ ДАХУЩЫТУ ДАУЭ ЗЭРЫЗЕДГЪЭСЭНУР?
«Езым ещхьу къигъэщІащ Тхьэм цІыхур», абы къыхэкІкІэ дэри Алыхьым и хьэл-щэнхэм хуэдэ дгъэлъэгъуэфынущ (ЩІэдз. 1:27). Псалъэм папщІэ, рим дзэ пашэ Иулий и ІэмыщІэ Паул иралъхьэри Римым ишэну унафэ хуащІат. Ахэр Сидон къалэм щынэсам Иулий Паул фІы хуищІауэ щытащ: «Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкІэ, абыхэм я деж кІуэну ар хуит ищІащ» (Апост. 27:3). Зэман гур дэкІри Паулрэ абы и гъусэхэмрэ зэрыс кхъухьыр Мелит (Мальтэ) островым деж щыщІилъэфат. Абы щыгъуэ Мелит щыпсэу цІыхухэр Паул сымэ фІыуэ къахущытат: абыхэм мафІэ ящІат уэлбанэм хэхуа цІыхухэм загъэхуэбэжын щхьэкІэ (Апост. 28:1, 2). А цІыхухэм псапэшхуэ ящІауэ жыпІэ хъунущ. Ауэ дэ Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ нэгъуэщІхэм иныкъуэм деж фІыуэ дахущытын хуейуэ аракъым, атІэ сыт щыгъуи цІыхухэм гуапэу дабгъэдэтын хуейщ.
Иеговэ хуейщ дэ сыт щыгъуи цІыхухэм фІыуэ дахущытыну икІи ар хьэл тхуэхъуну. Абы дыкъыхуреджэ: «ФІыгъуэр... фи гум ивгъэлъ» (Кол. 3:12). Ауэ сыт щыгъуи апхуэдэу ущытыну тыншкъым. Сыт щхьэкІэ? Дэ нэгъуэщІхэм фІыуэ дахущытыну зэран къытхуэхъуфынущ укІытэхыу, дытемыгушхуэу, щхьэхуещэу дызэрыщытыр. Абы нэмыщІ къыппэщІэувэ цІыхухэм тэмэму уахущытыну гугъущ. Ауэ Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыну делъэІумэ икІи езым щапхъэ тетхмэ, нэгъуэщІхэм фІыуэ дахущыту зедгъэсэфынущ (1 Кор. 2:12).
Сыт къыддэІэпыкъунур нэгъуэщІхэм нэхъыфІыжу дахущытыну? УзэупщІыж хъунущ: «НэгъуэщІхэм жаІэм седаІуэу, я гурыщІэхэр къызэрызгурыІуэным иужь сит? Ахэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэм гу лъыстэрэ? Си ныбжьэгъуу е си Іыхьлыуэ щымыт гуэрым дапщэщ гуапэу сыщыхущытар?» Мы упщІэхэм жэуап епта иужь мурад бгъэув хъунущ — псалъэм папщІэ укъэзыухъуреихь цІыхухэр нэхъыфІу къэпцІыхуну, псом хуэмыдэу зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ къыдгурыІуэнущ сыт хуэдэ гугъуехьхэм ахэр пэщІэтми икІи сытым хуэныкъуэми. ИтІанэ нэгъуэщІхэм гуапэу дахущытыну дыхущІэкъун хуейщ, псалъэм папщІэ дегупсыс хъунущ: «Ар зэрыхуа Іуэхугъуэм сэ сихуауэ щытамэ, дапхуэдэу къысхущытыну сыхуеинут?» (Мт. 7:12). НэгъуэщІхэм фІыуэ дахущытыну къарууэ диІэр етхьэлІэмэ икІи абыкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ (Лк. 11:13).
ЦІЫХУХЭМ ФІЫУЭ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫМКІЭ АХЭР КЪЫДЭТХЬЭХЫФЫНУЩ
Апостол Паул Алыхьым пэжу хуэлэжьэну къыдэІэпыкъуа Іуэхугъуэхэм я гугъу щищІым фІыгъуэри къыхигъэщащ (2 Кор. 6:3—6). ЦІыхухэм Паул ягу ирихьт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы псалъэ гуапэхэр яжриІэт, фІыуэ яхущытт икІи ядэІэпыкъуну зэрыхуейр зыхащІэт (Апост. 28:30, 31). Дэри цІыхухэм фІыуэ дазэрыхущытым ахэр хуигъэушынкІэ хъунущ пэжыр къащІэну. Дэ псоми, къапщтэу щытмэ, къытпэщІэувэ цІыхухэми фІыуэ дазэрыхущытымкІэ я гум дынэсу, къытхуаІэ еплъыкІэм зихъуэжыфынущ (Рим 12:20). ИужькІэ зыгуэрым Библием итым теухуауэ нэхъыбэ къищІэну хуеинкІэ хъунущ.
Жэнэтым псори фІыуэ зэхущытынущ. Къэтэджыжахэми фІыуэ къахущытынущ, уеблэмэ, языныкъуэхэм гуапагъэр зищІысыр япэ дыдэу зыхащІэнущ. Апхуэдэу къазэрыхущытым щхьэкІэ я гум фІыщІэ илъым хуигъэушынущ езыхэри нэгъуэщІхэм гуапэу яхущытыну. Ауэ цІыхухэм фІыуэ яхущытыну икІи ядэІэпыкъуну хуэмейхэр Алыхьым и лъабжьэм щІэту псэуну хуит ищІынукъым. Гуапагъэрэ лъагъуныгъэрэ зыгъэлъагъуэ цІыхухэращ Алыхьым гъащІэ мыухыж зритынур (Пс. 37:9—11). Абы щыгъуэ зым щхьэкІи дымышынэу икІи мамыру дыпсэунущ! Ауэ цІыхухэм фІыуэ дазэрыхущытым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр иджыпсту къыпэкІуэрэ?
ЦІЫХУХЭМ ФІЫУЭ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫМ ФІЫГЪУЭ КЪЫПЭКІУЭХЭР
Библием щыжыІащ: «ФІылъагъуныгъэ зыгъэлъагъуэ цІыхум и щхьэм фІы хуещІэж» (Прит. 11:17). Гуапагъэм цІыхухэр къыдехьэх икІи езыхэри апхуэдэу щытыну хуегъэуш. Хьисэ жиІащ: «Фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкІэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ» (Лк. 6:38). Аращи, нэгъуэщІхэм гуапэу хущыт цІыхум нэхъ тыншу ныбжьэгъу къегъуэт икІи а ныбжьэгъугъэр ехъумэжыф.
Паул Ефес къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм захуигъазэри мыпхуэдэу яжриІащ: «Зыр зым фІыуэ хущрет, гущІэгъу зэхуэфщІ икІи зым адрейм хуэвгъэгъу» (Еф. 4:32). Къуэш, шыпхъухэр псори гуапэу зэхущытмэ, гущІэгъу зэхуащІмэ, зэхуэсыр нэхъ быдэ икІи нэхъ зэкъуэт хъунущ. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм нэгъуэщІхэр ягъэкъуаншэкъым, ауан ящІкъым икІи ІейкІэ хуэпсалъэкъым. Абыхэм псалъэ дыджхэр жаІэкъым, атІэ псалъэ гуапэхэмкІэ нэгъуэщІхэр зэрагъэгушхуэным иужь итщ (Прит. 12:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсым щыщхэм гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуолажьэ.
КъызэрыдгурыІуащи, нэгъуэщІхэм фІыуэ дазэрыхущытыр ди псалъэхэми ди Іуэхухэми къыхощ. ЦІыхухэм гуапэу дащыхущытым деж, дэ къыдогъэлъагъуэ лъагъуныгъэрэ хьэлэлагърэ зыхэлъ Иеговэ щапхъэ зэрытетхыр (Еф. 5:1). Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсыр нэхъ быдэ мэхъу икІи нэгъуэщІхэм пэжыр къащІэну худогъэуш. Аращи, сыт щыгъуи цІыхухэм фІыуэ дахущытыну дыхущІэвгъэкъу!
a Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр щызэпкърытхыну къыкІэлъыкІуэ статьяхэм щыщ зым фІы щІэным дыщытепсэлъыхьынущ.