27 СТАТЬЯР
«Иеговэ щыгугъ»
«Иеговэ щыгугъ, лІыгъэ зыхэгъэлъ икІи уи гур гъэбыдэ» (ПС. 27:14).
128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. 1) Иеговэ сыт хуэдэ гугъэ къыдитар? 2) «Иеговэ щыгугъ» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр сыт? («Псалъэхэм къикІыр» жыхуиІэм феплъ.)
ИЕГОВЭ фІыуэ зылъагъухэм къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ яритащ. Куэд мыщІэу абы узыфэхэми, гуауэми, лІэныгъэми кІэ иритынущ (Апок. 21:3, 4). Абы и унафэм щІэту цІыху Іэдэбхэм щІылъэр жэнэт ящІыжынущ (Пс. 37:9—11). Абы щыгъуэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэж тщІыфынущ. А гугъэ дахэм пэпщІын зыри щыІэкъым! Ауэ а псор къызэрыхъунур ди фІэщ зыщІыр сыт? Иеговэ и псалъэм зэи епцІыжкъым. Абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ дыщІыщыгугъын щхьэусыгъуэ диІэщb (Пс. 27:14). Аращи, ди гум гуфІэгъуэ илъу, къытхуэмыгъэсу Иеговэ и псалъэхэр щигъэзэщІэну зэманым дыпоплъэ (Ис. 55:10, 11).
2. Иеговэ и псалъэр зэригъэзэщІэжыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?
2 Иеговэ и псалъэм зэремыпцІыжым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ. Абыхэм щыщ зы зэпкърытхынщ. Апокалипсис тхылъым зэритымкІэ, Иеговэ дыкъигъэгугъащ ди зэманым «лъэпкъ псоми... къэрал псоми, бзэ псоми ящыщ» цІыхухэр зэхуишэсу, ахэр, зы унагъуэм хуэдэу, абы хуэлэжьэну. Библиер а гупым хыхьэхэм «цІыху куэдыкІейкІэ» йоджэ (Апок. 7:9, 10). А гупым щІылъэм и сыт хуэдэ щІыпІэми щыщ цІыху зэмылІэужьыгъуэхэр зэрыхыхьэм щхьэкІэ къэмынэу, ахэр зэкъуэту, зы унагъуэм хуэдэу, мэпсэу (Пс. 133:1; Ин. 10:16). Ахэр псэемыблэжу хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм хэтщ икІи яІэ гугъэ дахэмкІэ къедаІуэ цІыхухэм дэгуэшэну сыт щыгъуи хьэзырщ (Мт. 28:19, 20; Апок. 14:6, 7; 22:17). Уэри «цІыху куэдыкІей» хъу гупым ущыщу щытмэ, шэч хэмылъу, а гугъэр лъапІэу болъытэ.
3. ШейтІаным и мурадыр сыт?
3 Гугъэ дахэ диІэр тфІигъэкІуэдыну ШейтІаныр хуейщ. Абы и мурадщ Иеговэ дыкъыфІэмыІуэху хуэдэу дригъэгупсысыну икІи дыкъызэригъэгугъар игъэзэщІэну игу имылъу ди фІэщ ищІыну. ШейтІаным ар хузэфІэкІыу щытмэ, дэ лІыгъэ тхэлъыжынукъым, уеблэмэ, Иеговэ дыхуэмылэжьэжу дыхъункІэ хъунущ. Ар дыдэращ ШейтІаным Іэиуб ирищІэну хэтар. Абы хузэфІэкІ къигъэнакъым, Іэиуб и гугъэр фІигъэкІуэдын икІи Иеговэ иригъэпцІыжын щхьэкІэ.
4. Мы статьям щызэпкърытхынур сыт? (Иов 1:9—12).
4 Мы статьям дэ къыщытщІэнущ, Іэиуб Алыхьым иригъэпцІыжын щхьэкІэ, ШейтІаным сыт хуэдэ Іэмалхэр къигъэсэбэпами. (Къеджэ Иов 1:9—12.) Абы нэмыщІ Іэиуб и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми дэ къэтлъэгъунущ. Иджыри дэ дытепсэлъыхьынущ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур сыт щыгъуи дигу идгъэлъын щІыхуеймрэ абы и псалъэхэр зэригъэзэщІэжым шэч къытетхьэн щІыхуэмеймрэ.
ІЭИУБ ИІЭ ГУГЪЭР ШЕЙТІАНЫМ ФІИГЪЭКІУЭДЫНУ ХЭТЩ
5, 6. Зэман кІэщІым къриубыдэу Іэиуб къыщыщІар сыт?
5 Іэиуб и гъащІэр насыпыфІэт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлът, и унагъуэшхуэр зэкъуэту щытт икІи абы мылъкушхуэ бгъэдэлът (Иов 1:1—5). Ауэ зы махуэм и кІуэцІым Іэиуб и гъащІэм зихъуэжащ. Япэ щІыкІэ абы и мылъкур фІэкІуэдащ (Иов 1:13—17). ИужькІэ и бынхэр зыщІэс унэр къызэтещахэри, псори хэкІуэдащ. Зи бын зыфІэкІуэда адэ-анэм я гуауэр псалъэкІэ пхужыІэнкъым. НтІэ, Іэиубрэ и щхьэгъусэмрэ я бынипщІри зэрылІар къыщащІам щыгъуэ, зыхащІа гуауэр уи нэгу къыщІэбгъэхьэну гугъущ. Іэиуб гуауэм зэщІищтауэ «и щыгъыныр зэфІитхъыу... лъэгуажьэмыщхьэу [зэры]тІысар» гъэщІэгъуэнкъым (Иов 1:18—20).
6 Абы иужь ШейтІаным Іэиуб и узыншагъэр Іихащ икІи къригъэуэлІа узыфэмкІэ и пщІэр ириудыхащ (Иов 2:6—8; 7:5). Япэм щыгъуэ цІыхухэм Іэиуб пщІэшхуэ хуащІу икІи ар чэнджэщэгъу ящІу щытащ (Иов 31:18). Ауэ иджыпсту цІыхухэм абы зыпыІуадзу хъуащ. Абы и къуэшхэми, и ныбжьэгъухэми, уеблэмэ, и унэІутхэми нэмыплъ иратт (Иов 19:13, 14, 16).
Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым Іэиуб и гурыщІэхэр къагуроІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэри гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуащ (7-нэ абзацым феплъ.)d
7. 1) Іэиуб и гугъуехьхэм щхьэкІэ хэтыт хуэгъэкъуэншэнур, ауэ сыт абы жиІар? 2) Сурэтым къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэфыну?
7 ШейтІаныр хуейт Иеговэ къыхуэмыарэзы хуэдэу Іэиуб и фІэщ ищІыну. Псалъэм папщІэ, Іэиуб и бынхэр щызэхуэса унэр зэтрикъутэн щхьэкІэ, ШейтІаным жьышхуэр къигъэсэбэпащ (Иов 1:18, 19). Иджыри абы, Іэиуб и хъушэхэмрэ и Іэхъуэхэмрэ игъэкІуэдын щхьэкІэ, уафэм мафІэ къригъэхащ (Иов 1:16). Іэиуб мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Жьышхуэмрэ мафІэмрэ уафэм къыщехакІэ ар къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ. Алыхьым и гур зыгуэр щхьэкІэ къызэбгъауэ ара?» Дапхуэдэу мыхъуами, Іэиуб уафэм щыІэ и Адэр игъэкъуэншакъым. Абы Иеговэ къыхуищІа фІыгъуэ псор ищІэжт. Абы къыхэкІкІэ Іэиуб мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: Алыхьым къыбгъэдэкІ фІыми Іейми арэзы утехъуэн хуейщ. Аращ абы мы псалъэхэр щІыжиІар: «Иеговэ и цІэр гъэлъэпІа ирехъу» (Иов 1:20, 21; 2:10). Іэиуб зыпэщІэхуа гугъуехь хьэлъэхэм емылъытауэ, Алыхьым пэжу къыхуэнащ. Ауэ ШейтІаныр абыкІэ къэувыІэну зигъэхьэзыртэкъым.
8. АдэкІэ ШейтІаным сыт хуэдэ Іэмал къигъэсэбэпар?
8 Сыт адэкІэ къэхъуар? Іэиуб и гур зригъэбгъэжын щхьэкІэ, абы и цІыхугъэхэм щыщу цІыхухъуищ ШейтІаным къигъэсэбэпащ. Ахэр Іэиуб и деж къэкІуа иужь ар ягъэкъуаншэу щІадзащ. Абыхэм жаІэт абы къыщыщІа псор и гуэныхьхэм къыхэкІкІэ къызэрыхъуар (Иов 22:5—9). Іэиуб фІы куэд ищІэу щытами, ар Алыхьым къыфІэмыІуэху хуэдэу а цІыхухъухэм абы и фІэщ ящІыну хэтт (Иов 4:18; 22:2, 3; 25:4). Абы нэмыщІ ахэр хуейт Іэиуб мыпхуэдэ гупсысэкІэм къыхуэкІуэну: «Сэ Алыхьым фІыуэ сыкъилъагъукъым, си гъащІэм къыщекІуэкІыр къыфІэІуэхукъым икІи абы сызэрыхуэлажьэм зы мыхьэнэ иІэкъым». Абыхэм я псалъэхэм Іэиуб къыхуэна гугъэр фІагъэкІуэдыпэнкІэ хъунут.
9. ЛІыгъэрэ къарурэ фІэмыкІуэдыну Іэиуб сыт къыдэІэпыкъуар?
9 Іэиуб яжьэм хэсу, узыфэ къеуэлІам щхьэкІэ, и псэм хьэзаб телъыр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт (Иов 2:8). Ар зэуэ гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Абы и бынхэр псори зэрыфІэкІуэдам щхьэкІэ, и гум уІэгъэшхуэ телъщ. Махуэ зыбжанэкІэ Іэиуб къыдришейуэ зы псалъи хужыІакъым. ИужькІэ и «ныбжьэгъухэм» абы и пщІэр ираудыхуу щІадзэ (Иов 2:13—3:1). А цІыхухъуищым я гугъэщ, Іэиуб зыри зэрыжимыІэм щхьэкІэ, абы и щІыбыр Алыхьым хуигъэзауэ. Сыту Іейуэ ахэр щыуэрэ! Аращи, Іэиуб и щхьэр къеІэтри, ар зыгъэкъуаншэхэм я нэгум иплъэурэ мыпхуэдэу жеІэ: «СылІэжыху Алыхьым хуэпэжу сыщытынущ!» (Иов 27:5). Апхуэдиз лІыгъэрэ къарурэ абы къыздрихар дэнэ? Іэиуб и Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу нэгъуэщІхэм къащыщыхъум щыгъуи, Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунум абы и гугъэр хихакъым. Ар пэплъэт Иеговэ абы и гугъуехьхэм кІэ щритыну зэманым. Іэиуб быдэу и фІэщ хъут: и гъащІэр фІэкІуэдми, Иеговэ ар къигъэтэджыжынущ (Иов 14:13—15).
ДАПХУЭДЭУ ІЭИУБ ЩАПХЪЭ ЗЭРЫТЕТХЫФЫНУР?
10. Іэиуб къыщыщІам сытым дыхуигъасэрэ?
10 Іэиуб къыщыщІам къегъэлъагъуэ: Иеговэ ІэщІыб дигъэщІыну ШейтІаным хузэфІэкІынукъым икІи дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм Алыхьыр фІыуэ щыгъуазэщ. Іэиуб и щапхъэм нэхъ куууэ дыхэплъэмэ, мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр абы хэтхыфынущ. А дерсхэм щыщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
11. Иеговэ зэпымыууэ дзыхь хуэтщІу щытмэ, сытым шэч къытедмыхьэми хъуну? (Екъуб 4:7).
11 Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дызэрыпэлъэщыфынум икІи ехъулІэныгъэ диІэу ШейтІаным дызэрыпэщІэтыфынум Іэиуб и гъащІэр щыхьэт тохъуэ. Ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ дэ адэкІи Иеговэ дзыхь хуэтщІын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, ШейтІаныр щІэпхъуэжынущ. (Къеджэ Екъуб 4:7.)
12. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Іэиуб иІа гугъэр дапхуэдэу абы къызэрыдэІэпыкъуар?
12 ЛІахэр къызэрытэджыжынур дэ быдэу ди фІэщ хъун хуейщ. Мыбы ипэ дджа статьям и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, Алыхьым дригъэпцІыжын щхьэкІэ, лІэныгъэм дызэрыщышынэр ШейтІаным щІэх-щІэхыурэ къегъэсэбэп. Іэиуб теухуауэ абы мыпхуэдэу жиІат: «И гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ абы сытри ищІэнущ, уеблэмэ, Алыхьми епцІыжынущ». Ауэ абы зы псалъи пэжу хэттэкъым. Іэиуб и ажалыр къэсауэ щигугъэм щыгъуи, Иеговэ хуэпэжу къэнащ. Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъымрэ и зэманым псори зэрызэтригъэувэжынумрэ Іэиуб и гугъэр фІэмыкІуэдыну къыдэІэпыкъут. Абы и фІэщ хъут: иджыпсту Алыхьыр къыдэмыІэпыкъуми, иужькІэ ар лІахэм къыхигъэтэджыкІыжынущ. Ар къызэрыхъуным Іэиуб шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. ЛІахэр къызэрытэджыжынур дэри быдэу ди фІэщ хъумэ, ди гъащІэр тфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми, Иеговэ депцІыжынукъым.
13. ШейтІаным къигъэсэбэп Іэмалхэм щыгъуазэу дыщытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
13 Іэиуб къыщыщІам фІыуэ дыхэплъэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди зэманми ШейтІаным а Іэмал дыдэхэр къегъэсэбэп. Абы жиІам гу лъыфтэт: «И гъащІэм щхьэкІэ цІыхум [Іэиуб и закъуэкъым] сытри итыфынущ» (Иов 2:4, 5). НэгъуэщІу жыпІэмэ, ШейтІаным жеІэ Иеговэ фІыуэ дымылъагъуу икІи, гугъуехь дыпэщІэхуэмэ, абы депцІыжыну. Иджыри абы жеІэ Алыхьми фІыуэ дыкъимылъагъуу икІи ар арэзы зэи тхуэмыщІыну. Абы къигъэсэбэп Іэмалхэм дызэрыщыгъуазэм къыхэкІкІэ дэ а пцІыр зэи ди фІэщ хъунукъым.
14. ДызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм сыт къагъэлъагъуэфынур? Щапхъэ къэфхь.
14 Ди щхьэр нэхъыфІу къэтцІыхужын щхьэкІэ, гугъуехьхэр къыддэІэпыкъу Іэмалу къэтлъытэн хуейщ. Іэиуб зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэхэр къыдэІэпыкъуащ сыт хуэдэ хьэл-щэным елэжьын хуейми къищІэну. Псалъэм папщІэ, абы Іэдэбагъ зэрыхуримыкъур къыгурыІуащ (Иов 42:3). Дэри нэхъыфІу зыкъэтцІыхужыну дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр къыддэІэпыкъуфынущ. Ди къуэш Николайc, узыншагъэм пыщІа гугъуехьышхуэхэр зэриІэм емылъытауэ, тутнакъым ягъэтІысащ. Абы жеІэ: «Тутнакъыр рентгеным ебгъэщхь хъунущ. Абы къегъэлъагъуэ Алыхьым и лэжьакІуэр сыт хуэдэ хьэл-щэнхэм елэжьын хуейми». Аращи, дызэлэжьын хуей хьэл-щэн гуэр дызэриІэр къэтщІа иужь, ар едгъэфІэкІуэн щхьэкІэ, къару етхьэлІэн хуейщ.
15. Хэт дэ дызэдэІуэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
15 Ди бийхэм жаІэм демыдаІуэу, Иеговэ жиІэм дедэІуэн хуейщ. Іэиуб Алыхьыр къыщепсэлъам щыгъуэ, абы жиІэм ар фІыуэ едэІуащ. Иеговэ абы жриІар мы псалъэхэм ебгъэщхь хъунущ: «Си ІэдакъэщІэкІхэм еплъыт. Къаруушхуэ зэрызбгъэдэлъыр плъагъукъэ? Уэ къыпщыщІа псом сыщыгъуазэщ. Усщыгъупща уи гугъэу ара?» Іэиуб Іэдэбагъ хэлъу ита жэуапым къегъэлъагъуэ Иеговэ и гущІэгъур фІыщІэ ищІу зэрыщытар. Абы жиІащ: «Япэм щыгъуэ уэ птеухуауэ хъыбар зэхэсха къудейуэ арат, ауэ иджы си нэкІэ узолъагъу» (Иов 42:5). Іэиуб, а псалъэхэр щыжиІам щыгъуэ, иджыри яжьэм хэсу къыщІэкІынут. Абы и щІыфэ псом шын къызэрыкІ цІынагъэхэр телът икІи и бынхэр зэрыфІэкІуэдам и гур ирикъутыхьауэ щытт. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и гугъуехьхэр иджыри Іуимыхами, абы къыгуригъэІуащ ар фІыуэ зэрилъагъур икІи хуэарэзыуэ зэрыщытыр (Иов 42:7, 8).
16. Исайя 49:15, 16 зэритымкІэ, гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, ди акъылыр сытым тедухуэн хуей?
16 Ноби дэ пщІэ лъэпкъ тхуэмыфащэ хуэдэу цІыхухэр къытхущытыфынущ. Ди жагъуэгъухэр хущІокъу пцІы къыттралъхьэну икІи ди организацэм и цІэр ягъэулъиину (Мт. 5:11). Ауэ Іэиуб къыщыщІам къегъэлъагъуэ, гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэнум абы шэч лъэпкъ къызэрытримыхьэр. Уафэм щыІэ ди Адэм фІыщэу делъагъу икІи абы щыгугъхэр зэи къигъэнэнукъым. (Къеджэ Исайя 49:15, 16.) Алыхьым и бийхэм ягъэбагъуэ пцІым фемыдаІуэ, ар сыт хуэдэ щІыкІэу къывбгъадэмылъхьэми. Турцием щыпсэу Джеймс и унагъуэр гугъуехь хьэлъэхэм пэщІэхуащ. Ар къыддогуашэ: «Дэ къыдгурыІуащ Алыхьым и лъэпкъым теухуауэ къекІуэкІ пцІым дедаІуэу щытмэ, абы ди лъэр зэрыщІихынур. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ къыдит гугъэм ди акъылыр тедухуащ икІи адэкІи и лэжьыгъэм жыджэру дызэрыхэтыным къару етхьэлІащ. Абы и фІыгъэкІэ ди гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдакъым». Дэри, Іэиуб хуэдэу, Иеговэ жиІэм додаІуэ! Ар къыддоІэпыкъу ди бийхэм ягъэбагъуэ пцІым гугъэ диІэр тфІимыгъэкІуэдыну.
ГУГЪЭ УИІЭМ КЪАРУ КЪЫПХИЛЪХЬЭНУЩ
Іэиуб Иеговэ хуэпэжу къызэрынам щхьэкІэ, ар игъэфІэжащ. И щхьэгъусэмрэ абырэ гъащІэ кІыхь яІэу насыпыфІэу псэуащ (17-нэ абзацым феплъ.)e
17. Еврейхэм 11-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ я щапхъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
17 ДауикІ, Іэиуб и закъуэкъым гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуауэ лІыгъэ зыфІэзмыгъэкІуэдар икІи адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьар. Апостол Паул журтхэм яхуитха письмом Алыхьым хуэпэжу щыта нэгъуэщІ цІыхухэри къребжэкІ икІи абыхэм «щыхьэт гупышхуэкІэ» йоджэ (Евр. 12:1). Ахэр псори гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуами, Иеговэ хуэпэжу къэнащ (Евр. 11:36—40). Абыхэм зызыхуагъэныкъуа псор пщІэншэу щытауэ пІэрэ? Хьэуэ. Ахэр псэуху Алыхьым къызэригъэгугъар гъэзэщІа зэрыхъур ямылъэгъуами, абы щыгугъын зэи щагъэтакъым. Иеговэ къазэрыхуэарэзымрэ и псалъэр зэригъэзэщІэжынумрэ абыхэм шэч къытрахьэу щытакъым (Евр. 11:4, 5). Дэ Иеговэ адэкІи дыщыгугъыну а цІыхухэм я щапхъэхэр къыддэІэпыкъунущ.
18. АдэкІэ сыт фщІэну фи мурадыр? (Еврейхэм 11:6).
18 Ди зэманым цІыхухэм я щытыкІэр нэхъ Іей хъуурэ макІуэ (2 Тим. 3:13). Алыхьым и лэжьакІуэхэм теуэн ШейтІаным щигъэткъым. Дэтхэнэ зыри дыпсэуху гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэхуэнущ. Ауэ дэ абы дигъэшынэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Тхьэуэ гъащІэ зиІэм дыщогугъ» (1 Тим. 4:10). Аращи, ди къарум дыщымысхьу Алыхьым дыхуэвгъэлажьэ! Іэиуб тыгъэ къыІэрыхьам къегъэлъагъуэ Иеговэ «гущІэгъушхуэ [зэр]иІэр» икІи «абы и гур дэ къы[зэры]тщІэгъур» (Екъуб 5:11). Іэиуб хуэдэу, Алыхьым хуэпэжу дыщытынщ. Шэч къытетхьэнкъым: Иеговэ и псалъэр зэригъэзэщІэжыр «и гъуэгум лъыхъуэхэм» яригъэлъэгъунущ! (Къеджэ Еврейхэм 11:6.)
150-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ
a Гугъуехьышхуэхэм пхырыкІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм дыщегупсысым деж, дэ щІэх-щІэхыурэ Іэиуб дигу къокІыж. Пэжагъ зыхэлъа а цІыхухъум и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Псалъэм папщІэ, уафэм щыІэ ди Адэр ІэщІыб дигъэщІыну ШейтІаным лъэкІыныгъэ зэримыІэр абы и щапхъэм ди фІэщ ещІ. Иджыри абы къыдегъащІэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм Иеговэ фІы дыдэу зэрыщыгъуазэр. Алыхьым, Іэиуб и гугъуехьхэм кІэ зэрыритам хуэдэу, дэ ди гугъуехьхэми Іэмал имыІэу кІэ иритынущ. Абы шэч къызэрытедмыхьэр ди ІуэхущІафэхэм къыхэщу пІэрэ? Къыхэщу щытмэ, Иеговэ нэгъэсауэ дыщыгугъыу жыпІэ хъунущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. «Щыгугъын» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэм и нэхъыбэм къикІыр зыгуэрым «ежьэн», къыпхуэмыгъэсу абы «пэплъэн». Зыгуэрым дзыхь хуэпщІынри абы къокІ (Пс. 25:2, 3; 62:5).
c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
d СУРЭТЫР. Іэиубрэ и щхьэгъусэмрэ я гъащІэм гуауэшхуэ къыщыхъуащ: я бынхэр псори зэуэ яфІэкІуэдащ.
e СУРЭТЫР. Іэиуб, зыпэщІэхуа гугъуехьхэм емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу къэнащ. И щхьэгъусэмрэ абырэ йогупсыс Иеговэ фІыгъуэ къахуищІэжахэм.