14 СТАТЬЯР
Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, апостол Паул и щапхъэм адэкІи фытет!
«Си лъэужьым фрикІуэ» (1 КОР. 11:1).
99-НЭ УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Апостол Паул и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыткІэ къадэІэпыкъуфыну?
АПОСТОЛ Паул къуэш, шыпхъухэр фІыщэу илъагъут икІи еш имыщІэу, псэемыблэжу абыхэм ядэІэпыкъут (Апост. 20:31). Къуэш, шыпхъухэри лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу абы хущытт. Псалъэм папщІэ, Ефес къалэм щыщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул афІэкІа зэи зэрамылъэгъужынур къыщащІам щыгъуэ гъауэ щытащ (Апост. 20:37). Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр фІыуэ ялъагъу икІи абыхэм щхьэкІэ я зэманми я къаруми щысхькъым (Флп. 2:16, 17). Ауэ ахэри гугъуехьхэм пэщІохуэ. А гугъуехьхэм пэлъэщыну сыт абыхэм къадэІэпыкъунур?
2 Паул и щапхъэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр куэдым хуигъэсэфынущ (1 Кор. 11:1). Абы мелыІычхэм яІэ зэфІэкІхэм хуэдэ иІакъым. Ар гуэныхь зыхэлъ цІыхуу щытащ икІи щыщыуаи къэхъуащ (Рим 7:18—20). Ар гугъуехь куэдым пэщІэхуащ, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу и Іэр ирихьэхакъым икІи гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гъэунэхуапІэхэм пэлъэщыну икІи гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэду адэкІи Иеговэ хуэлэжьэну Паул и щапхъэр къадэІэпыкъунущ. КъыкІэлъыкІуэ абзацхэм абы нэхъ убгъуауэ дыщытепсэлъыхьынущ.
3. Мы статьям сыт къыщытщІэнур икІи абы сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьынур?
3 Мы статьям дэ къыщытщІэнущ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм теухуауэ: 1) хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуэмыхъуу нэгъуэщІ къалэнхэри ягъэзэщІэн зэрыхуейр, 2) къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ зэман къыдагъэкІын зэрыхуейр, 3) езыхэм я ныкъусанхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм яІэн зэрыхуейр, 4) нэгъуэщІхэм я ныкъусанхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм яІэн зэрыхуейр. Паул мы гугъуехьхэм дауэ пэлъэщами дытепсэлъыхьынущ икІи абы и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу къадэІэпыкъунуми зэпкърытхынущ.
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ЗЭРАН ХУЭМЫХЪУУ НЭГЪУЭЩІ КЪАЛЭНХЭРИ БГЪЭЗЭЩІЭНЫР
4. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дежкІэ хъыбарыфІ гъэІуныр япэ ирагъэщыну щІэмытыншыр сыт?
4 Сыт ар щІэгугъур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм хъыбарыфІ гъэІунымкІэ щапхъэ ягъэлъэгъуэным нэмыщІ нэгъуэщІ къалэнхэри яІэщ. Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм и председателу щытыныр, «Библиер зэхуэсым щыджын» жыхуиІэр егъэкІуэкІыныр икІи программэм щыщ нэгъуэщІ Іыхьэхэр гъэзэщІэныр. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр ягъасэ икІи къуэш, шыпхъухэм гулъытэ хуащІ (1 Пет. 5:2). Зэхуэсым и нэхъыжь языныкъуэхэр ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ, абы нэмыщІ дыщызэхуэс Унэхэм кІэлъоплъ. Ауэ, Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэми хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэн нэхъыщхьэр — ар хъыбарыфІ гъэІуныращ (Мт. 28:19, 20).
5. Паул хъыбарыфІ гъэІунымкІэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?
5 Паул и щапхъэр. ХъыбарыфІ гъэІунымкІэ Паул ехъулІэныгъэ щІиІар сыт? Абы Филиппи къалэм дэсхэм яхуитхащ «нэхъыфІыр зыхуэдэр зэхащІыкІын» зэрыхуейр (Флп. 1:10). Паул а чэнджэщыр нэгъуэщІхэм ярит къудейуэ щымыту, езыри а псалъэхэм тету псэут. ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ иІа еплъыкІэм къигъэлъагъуэт абы ар лъапІэу зэрилъытэр. Паул илъэс куэдым къриубыдэу «цІыхухэм я пащхьэми [я] унэхэми» хъыбарыфІыр щигъэІуу щытащ (Апост. 20:20). Абы а Іуэхум сыхьэт е махуэ гуэркъым хухихыу щытар, атІэ сыт хуэдэ Іэмалри къигъэсэбэпт Алыхьым теухуауэ цІыхухэм яжриІэн щхьэкІэ! Псалъэм папщІэ, ар Силэрэ Тимофейрэ ежьэу Афинэ къалэм щыдэсам щыгъуэ цІыху зэмылІэужьыгъуэхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуэшащ икІи абыхэм ящыщ гуэрхэр Хьисэ и лъэужь иуващ (Апост. 17:16, 17, 34). Уеблэмэ, ар щхьэхуимыту щыщытам щыгъуи Алыхьым и хъыбарыр цІыхухэм яхуиІуэтэн щигъэтакъым (Флп. 1:13, 14; Апост. 28:16—24).
6. Паул нэгъуэщІхэр сытым хуигъасэу щыта?
6 Паул и зэманыр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпт. Абы щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІыр и гъусэу ягъэІуну нэгъуэщІ цІыхухэр къригъэблагъэт. Псалъэм папщІэ, Паул щІыпІэ жыжьэхэм хъыбарыфІыр щигъэІун щхьэкІэ япэу гъуэгуанэ щытеувам щыгъуэ Марк гъусэ ищІащ, етІуанэм щыгъуэ — Тимофей къыздищтащ (Апост. 12:25; 16:1—4). Паул а къуэшхэм щыдэлажьэм щыгъуэ, шэч хэмылъу, ахэр игъасэт. Псалъэм папщІэ, зэхуэсхэр къэунэхун щхьэкІэ ящІэн хуейм теухуауэ яжриІэт. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу ягъэгушхуэн хуейми щапхъэ яригъэлъагъут икІи егъэджакІуэфІ хъуну абыхэм ядэІэпыкъут (1 Кор. 4:17).
Паул хуэдэу, хъыбарыфІыр вгъэІуну фиІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэвгъэсэбэп (7-нэ абзацым феплъ.)b
7. Ефес 6:14, 15 ит Паул жиІа псалъэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу тет зэрыхъунур?
7 Дерсыр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул сыткІэ щапхъэ трах хъуну? Абыхэм хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ зэрагъэІум нэмыщІ цІыхухэм Алыхьым теухуауэ жраІэну яІэ сыт хуэдэ Іэмалри къагъэсэбэп, псалъэм папщІэ, тыкуэным е лэжьапІэм щыщыІэм деж. (Къеджэ Ефес 6:14, 15.) Уеблэмэ, ахэр дыщызэхуэс Унэхэм я ухуэныгъэм щыхэтым дежи гъунэгъухэмрэ материалхэр къезышалІэ цІыхухэмрэ хъыбарыфІымкІэ дэгуэшэну Іэмал яІэщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, Паул хуэдэу, хъыбарыфІыр щагъэІукІэ къуэш, шыпхъухэм я зэфІэкІхэр ирагъэфІэкІуэну дэІэпыкъуфынущ, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэри абыхэм яхэту. Апхуэдэу абыхэм я зэманыр Іущагъ хэлъу къагъэсэбэп.
8. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм иныкъуэхэм деж сыт ящІэн хуейр?
8 Къуэшым зэхуэсым е районым щигъэзащІэ къалэнхэр хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуэмыхъун хуэдэу кІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм «хьэуэ» жаІэу зрагъэсэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьым иджыри пщІэ зыпылъ къалэн гуэр игъэзэщІэну къыхуагъэфащэ. Ауэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъазэу Іуэхум фІыуэ егупсыса иужь абы къыгуроІуэ, а къалэныр игъэзэщІэну арэзы техъуэу щытмэ, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэм щхьэкІэ зэман къызэрымынэнур. Псалъэм папщІэ, тхьэмахуэ къэс и унагъуэм и гъусэу Библиер иджыну, зэпымыууэ хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну икІи и бынхэр а ІуэхумкІэ ехъулІэныгъэ яІэн щхьэкІэ игъэсэну. ПщІэ зыпылъ къалэныр къамыщтэну языныкъуэ къуэшхэм къегугъуэкІынкІэ хъунущ, ауэ абыхэм япэ ирагъэщын хуейм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм яІэу щытмэ, Иеговэ и нэфІ къазэрыщыхуэным шэч къытрахьэн хуейкъым.
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР БГЪЭГУШХУЭН ЩХЬЭКІЭ ЗЭМАН КЪЫДЭБГЪЭКІЫНЫР
9. Къалэн куэд зэраІэм щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къегугъуэкІынкІэ хъунур?
9 Сыт ар щІэгугъур? Иеговэ и лэжьакІуэхэр гъэунэхуапІэ куэдым пэщІохуэ. Мы иужьрей махуэхэм дэ псоми дэІэпыкъуэгъум, гупсэхугъуэм, псалъэ гуапэхэм дыхуэныкъуэщ. Абы нэмыщІ языныкъуэхэм щыуагъэ ямыщІэн щхьэкІэ чэнджэщ етын хуей мэхъу (1 Фес. 5:14). ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и лъэпкъыр зыпэщІэхуэ гугъуехь псоми щахъумэфынукъым. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуми, Иеговэ а къуэшхэм ящогугъ я къарум къызэрихькІэ абы и мэл цІыкІухэр яхъумэну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, къалэн куэд зэраІэм емылъытауэ, зыхуэныкъуэ дэІэпыкъуэгъур къуэш, шыпхъухэм иратын щхьэкІэ зэман дапхуэдэу хухах хъуну?
НэгъуэщІхэм фащытхъу икІи ахэр вгъэгушхуэ (10, 12-нэ абзацхэм феплъ.)c
10. 1 Фессалоникэ 2:7 зэритымкІэ, Паул къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъуу щытар?
10 Паул и щапхъэр. Паул къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэн икІи ахэр игъэбыдэн щхьэкІэ щытхъу псалъэхэм зэи щысхьу щытакъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул щапхъэ трах икІи гуапагъэрэ щабагърэ хэлъу зэхуэсым щыщхэм яхущытыну хущІокъу. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:7.) Паул къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрилъагъур яжриІэт икІи Иеговэ ахэр лъапІэу зэрилъытэр ягу къигъэкІыжт (2 Кор. 2:4; Еф. 2:4, 5). Абы зэхуэсым щыщхэр и ныбжьэгъуу къилъытэт икІи абыхэм я гъусэну и фІэфІт. А псом нэмыщІ Паул къуэш, шыпхъухэм дзыхь яхуищІт. Ар къыхэщт Паул зыгъэгузавэ Іуэхугъуэхэмрэ и щыуагъэхэмрэ имыбзыщІу абыхэм яжриІэу зэрыщытам (2 Кор. 7:5; 1 Тим. 1:15). Ауэ Паул и гугъуехьхэмкІэ къуэш, шыпхъухэм закъытригъэхьэлъэтэкъым. Абы и мурад нэхъыщхьэу щытар къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъунырат.
11. Паул къуэш, шыпхъухэм чэнджэщхэр яриту щІыщытар сыт?
11 Иныкъуэхэм деж Паул къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэм гу лъаригъэтэжын хуей хъут. Ауэ къэгубжьауэ ар зэи ищІакъым. Абы зэхуэсым щыщхэм чэнджэщ щІариту щытар ахэр гугъуехь куэдым щихъумэну хуейти арат. Паул чэнджэщ щиткІэ ар гурыІуэгъуэу щытыну икІи зыми и жагъуэ имыщІыну хущІэкъут. Псалъэм папщІэ, Коринф къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм письмо щахуитхам щыгъуэ Паул чэнджэщ ткІий абыхэм яритащ. ИужькІэ Паул и письмор абыхэм къазэрыщыхъуар къищІэн щхьэкІэ а къалэм Тит игъэкІуащ. Коринф дэс къуэш, шыпхъухэр чэнджэщым зэредэІуар икІи ар я гъащІэм къызэрыщагъэсэбэпар Паул къыщищІам щыгъуэ хуабжьу и гуапэ хъуащ (2 Кор. 7:6, 7).
12. Къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр ягъэбыдэн щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэр?
12 Дерсыр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул щапхъэ трахыфынущ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэманыр ягъакІуэу щытмэ икІи ныбжьэгъухэм хуэдэу яхущытмэ. Къуэшхэм ар къехъулІэн щхьэкІэ зэІущІэхэм нэхъ жьыуэ къекІуалІэ хъунущ. И нэхъыбэм зыгуэр бгъэгушхуэн икІи псалъэ гуапэ жепІэн щхьэкІэ зэман куэд хуейкъым (Рим 1:12; Еф. 5:16). Паул и щапхъэм тет зэхуэсым и нэхъыжьым сыт иджыри ищІэр? Абы Библиер къигъэсэбэпу къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр егъэбыдэ икІи Иеговэ ахэр фІыщэу зэрилъагъур ягу къегъэкІыж. Абы нэмыщІ езыми ахэр фІыуэ зэрилъагъур ящибзыщІкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьым къуэш, шыпхъухэм епсэлъэн щхьэкІэ зэман хухех икІи щІащытхъун щхьэусыгъуэ сыт щыгъуи къегъуэт. Ауэ абы къуэш е шыпхъу гуэрым чэнджэщ иритын хуей щыхъум деж ар Алыхьым и Псалъэм тегъэщІауэ ирет. Абы щыуагъэр имыбзыщІу къыщІигъэщми, гуапау мэпсалъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и псалъэхэр цІыхум къызэрыщыхъуным мыхьэнэшхуэ ирет (Гал. 6:1).
УИ НЫКЪУСАНХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ УИІЭНЫР
13. Зэхуэсым и нэхъыжь языныкъуэхэр я ныкъусанхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
13 Сыт ар щІэгугъур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэр цІыху дагъуэншэу щыткъым. НэгъуэщІхэм хуэдэу, ахэри щоуэ (Рим 3:23). Иныкъуэхэм деж абыхэм къогугъуэкІ я ныкъусанхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм яІэну. Языныкъуэ къуэшхэм я щыуагъэхэм къыхэкІкІэ я лъэр щІоху. Адрейхэм я ныкъусанхэм мыхьэнэшхуэ ираткъым икІи захъуэжын щхьэкІэ къару ирахьэлІэкъым.
14. Филиппи 4:13 зэритым хуэдэу, Паул и ныкъусанхэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэну Іэдэбагъыр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?
14 Паул и щапхъэр. Паул Іэдэбагъ хэлъу арэзы техъуэт и ныкъусанхэм и къару закъуэкІэ зэрыпэмылъэщыным. Ар Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэт. Паул япэм щыгъуэ ерыщу икІи гущІэгъуншэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърихуэкІыу щытащ, ауэ иужькІэ зэрыщыуэр къыгурыІуэри, зихъуэжащ (1 Тим. 1:12—16). Иеговэ и фІыгъэкІэ ар лъагъуныгъэ, гущІэгъу икІи Іэдэбагъ зыхэлъ цІыху хъуащ икІи зэхуэсым и нэхъыжьу лэжьащ. Паул ищІа щыуагъэхэр хуабжьу игу къеуэт, ауэ и акъылыр абы триухуэтэкъым икІи Иеговэ къызэрыхуигъэгъуныр и фІэщ хъут (Рим 7:21—25). Паул къыгурыІуэт цІыху дагъуэншэу зэрыщымытыр. Абы къыхэкІкІэ и хьэл-щэнхэр ихъуэжын щхьэкІэ къару куэд ирихьэлІэт икІи Іэдэбагъ хэлъу Иеговэ къыдэІэпыкъуну елъэІут (1 Кор. 9:27; къеджэ Филиппи 4:13).
Ныкъусан фиІэхэм фебэнын щхьэкІэ къару ефхьэлІэ (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)d
15. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр я ныкъусанхэм дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр?
15 Дерсыр. Къуэшым зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэнхэр зэрыхуагъэфэщам къикІкъым ар цІыху дагъуэншэу щыту. Ауэ Иеговэ а къуэшым щогугъ зэрыщыуэр зыщимыгъэгъупщэну икІи Хьисэ щапхъэ трихын щхьэкІэ къару ирихьэлІэну (Еф. 4:23, 24). Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт къуэшым и ныкъусанхэр илъэгъужын икІи абыхэм елэжьын щхьэкІэ Библиер куууэ иджын хуейщ. Къуэшым апхуэдэу ищІэу щытмэ, Иеговэ абы къыдэІэпыкъунущ ар насыпыфІэу щытыну икІи и къалэнхэр фІыуэ игъэзэщІэну (Екъуб 1:25).
НЭГЪУЭЩІХЭМ Я НЫКЪУСАНХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ УИІЭНЫР
16. Зэхуэсым и нэхъыжьым и акъылыр къуэш, шыпхъухэм я ныкъусанхэм тригъэтмэ, сыт къэхъункІэ хъунур?
16 Сыт ар щІэгугъур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къацІыхуху, абыхэм я ныкъусанхэр нэхъыбэу ялъагъу. Ауэ ахэр мысакъыу щытмэ, къуэш, шыпхъухэм пхъашэу епсэлъэн е ІейкІэ тепсэлъыхьын щІадзэнкІэ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ щытыкІэ яІэну, дауикІ, къезэгъкъым. Апостол Паул зэрыжиІамкІэ, апхуэдэу дыщытыну хуейр ШейтІаныращ (2 Кор. 2:10, 11).
17. Паул къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрахущытар?
17 Паул и щапхъэр. Паул къуэш, шыпхъухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу зэрылъитэным сыт щыгъуи хущІэкъут. Пэжщ, ахэр щыщыуи къэхъут, уеблэмэ, Паул и жагъуэ щащІаи къэхъуащ. Ауэ абы ищІэт щытыкІэ Іеймрэ цІыху Іеймрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми. Паул къуэш, шыпхъухэр фІыуэ илъагъут икІи абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъитэт. Къуэш, шыпхъухэм щыуагъэ ящІами, Паул и фІэщ хъут абыхэм я гум Іей зэримылъыр икІи ядэІэпыкъуну хуейт.
18. Паул Еводиерэ Синтихиерэ зэрыдэІэпыкъуам сытым дыхуигъасэрэ? (Филиппи 4:1—3).
18 Паул Филиппи къалэм щыщ шыпхъуитІым зэрыдэІэпыкъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. (Къеджэ Филиппи 4:1—3.) Еводиерэ Синтихиерэ я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьащ. Паул а шыпхъуитІым пхъашэу яхущымыту я хьэл-щэн дахэхэм гу лъитащ. Еводиерэ Синтихиерэ куэд щІауэ Иеговэ пэжу хуэлажьэт. Паул ищІэт Иеговэ ахэр фІыщэу зэрилъагъур. Апхуэдэ еплъыкІэр дауэ абы къыдэІэпыкъуа? Япэрауэ, Паул а шыпхъухэр зэкІужыну хуигъэушащ. ЕтІуанэрауэ, езыми гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым икІи а зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр ихъумащ.
НэгъуэщІхэм хьэкум зэратевмыщІыхьыным фыхущІэкъу (19-нэ абзацым феплъ.)e
19. 1) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къадэІэпыкъунур къуэш, шыпхъухэм я хьэл-щэн дахэхэм гу лъатэну? 2) Мы абзацым хуэхьа сурэтым сытым дыхуигъасэрэ?
19 Дерсыр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, къуэш шыпхъухэм я хьэл-щэн дахэхэм гу лъыфтэ. Дэ псоми ныкъусан гуэрхэр тхэлъщ, ауэ, абы емылъытауэ, дэтхэнэ зыми нэгъуэщІхэр дэзыхьэхыфын хьэл-щэныфІхэри диІэщ (Флп. 2:3). Пэжщ, зэман-зэманкІэрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэгъуэщІхэм чэнджэщ иратын хуей мэхъу. Ауэ, Паул хуэдэу, абыхэм къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэ гуэрхэм мыхьэнэшхуэ ирамытыну хущІокъу. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм гу лъатэ къуэш, шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ зэралъагъум, псэемыблэжу зэрыхуэлажьэм икІи къэкІуэну зэманым ахэр нэхъ лэжьакІуэфІ зэрыхъунум. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ еплъыкІэ хуаІэмэ, зэхуэсыр унагъуэ зэкъуэтым хуэдэу щытынущ.
ПАУЛ И ЩАПХЪЭМ АДЭКІИ ФЫТЕТ
20. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул и щапхъэм сэбэпынагъ къахуихьын щхьэкІэ сыт ящІэн хуейр?
20 Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Паул и щапхъэр нэхъ куууэ зэпкърыфхыну мурад фщІымэ, абы сэбэпынагъышхуэ къыфхуихьынущ. Фэ абыкІэ къывдэІэпыкъунущ «Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуаІэр («Павел» Іыхьэм, «Пример для старейшин» подзаголовокым феплъ). Абы ит статьяхэм фыщеджэкІэ мыпхуэдэу фызэупщІыж хъунущ: «ГуфІэгъуэр зыфІэзмыгъэкІуэду зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэнхэр адэкІи згъэзэщІэну Паул и щапхъэр дапхуэдэу къыздэІэпыкъуфыну?»
21. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сытым шэч къытрамыхьэми хъуну?
21 Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, зыщывмыгъэгъупщэ: цІыху дагъуэншэу фыщытыну Иеговэ къыфхуигъэувкъым, ауэ абы хуэпэжу фыщытыну ар къыфщогугъ (1 Кор. 4:2). Иеговэ лъапІэу илъытэт Паул абы хуэпэжу икІи псэемыблэжу къызэрыхуэлэжьар. Фэри вгъэзащІэ лэжьыгъэм Алыхьыр арэзы зэрытехъуэм шэч къытевмыхьэми хъунущ. Иеговэ «влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цІыху лъапІэхэм дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкІи иджыри дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкІи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10).
87-НЭ УЭРЭДЫР КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!
a Дэ псоми ди гум фІыщІэ илъщ зэхуэсым и нэхъыжьхэр дызэриІэм щхьэкІэ. Абыхэм фІыуэ дыкъалъагъу икІи я нэІэ къыттрагъэт. Ауэ ахэри гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІохуэ. Абыхэм щыщу плІыр мы статьям щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ а гугъуехьхэм пэлъэщыну апостол Паул и щапхъэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу къадэІэпыкъуфынуми? Дэри мы статьяр къыддэІэпыкъунущ а къуэшхэм лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ хэлъу дахущытыну икІи абыхэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуну.
b СУРЭТЫР. ЛэжьапІэ нэужьым ди къуэшыр къыдэлажьэ цІыхухъум хъыбарыфІымкІэ догуашэ.
c СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьым цІыхухэм хэмыхьэ къуэшыр егъэгушхуэ.
d СУРЭТЫР. Зы къуэшым адрейм чэнджэщ ирет абы и жагъуэ къызэращІар игу иримыгъэжэлІэну.
e СУРЭТЫР. Къуэш ныбжьыщІэр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэр зэлъыІуихыну еувэлІащ, ауэ ар техьэулеикІащ. Зэхуэсым и нэхъыжьым ар игу иримыхьми, а къуэшым зыри жриІэкъым.