13 СТАТЬЯР
Иеговэ узэрыхуэлажьэм нэхъ насыпыфІэ уищІынущ
«Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ» (АПОК. 4:11).
31-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и гъусэу къэкІухь!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм арэзы щытехъуэр дапщэщ?
«АЛЫХЬЫМ ХУЭЛЭЖЬЭН» жыхуиІэ псалъэхэр щызэхэпхым деж сыт уи нэгу къыщІыхьэр? Къуэшыр гъуэлъыжын ипэ лъэгуажьэмыщхьэу щыту Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэу зыгуэрым и нэгу къыщІигъэхьэфынущ. Хэти зэгъусэу гуфІэжу Библиер зыдж унагъуэм егупсысыфынущ.
2 ДауикІ, а ІуэхугъуитІри Иеговэ дызэрыхуэлажьэм хохьэ. Ауэ зы упщІэ къоув: Иеговэ абы арэзы техъуэу пІэрэ? Тохъуэ, лъагъуныгъэрэ пщІэрэ тхэлъу Иеговэ и Іэмырыр дгъэзащІэу щытмэ. Дэ Иеговэ фІыщэу долъагъу икІи абы ухуэлэжьэну зэрыхуэфащэр къыдгуроІуэ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым дыщыхуэлажьэкІэ нэхъыфІу диІэр абы еттыну дыхущІокъу.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям дигу къигъэкІыжынущ пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэр абы зэрыхуэлажьэу щытар. Ди зэманми Иеговэ дызэрыхуэлажьэм арэзы техъуэн щхьэкІэ дгъэзэщІэн хуей Іуэхугъуийм дытепсэлъыхьынущ. Ахэр щызэпкърытхкІэ дэ езыр дызэлэжьын хуейр сытми дегупсысынщ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Алыхьым пэжу дызэрыхуэлажьэмрэ ди насыпымрэ зэрызэпхар.
ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ИЕГОВЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАГЪЭЛЪАПІЭУ ЩЫТАР?
4. Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ языныкъуэ цІыхухэр лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытар?
4 Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Хьэбэл, Нухь, Ибрэхьим, Іэиуб сымэ я гъащІэмкІэ къагъэлъэгъуащ Иеговэ фІыуэ зэралъагъур икІи пщІэ зэрыхуащІыр. Ар сытым къыхэщу щыта? Абыхэм Алыхьыр я фІэщ хъут, сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи хуэжыІэдаІуэт икІи къурмэнхэр къыхуахьт. Ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэу щытам теухуауэ Библием псори иткъым. Ауэ, шэч хэмылъу, абыхэм къарууэ яІэр а Іуэхум ирахьэлІэт, езы Иегови ахэр къызэрыхуэлажьэм арэзы техъуэт. ИужькІэ Мусэ къигъэсэбэпу Иеговэ Ибрэхьим и щІэблэм Хабзэ иритащ. А Хабзэм гурыІуэгъуэу щыжыІат ахэр дапхуэдэ щІыкІэкІэ Иеговэ хуэлэжьэн хуейми.
5. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Иеговэ зэрагъэлъапІэ щІыкІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэ хыхьа?
5 Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Мусэ и Хабзэр ягъэзэщІэн хуейуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм афІэкІа яхуигъэувтэкъым (Рим 10:4). Абы и лъэпкъым нэгъуэщІ хабзэ иритащ — «Мэссихь и унафэр» (Гал. 6:2). А «хабзэщІэр» гукІэ зэгъэщІэн хуейтэкъым икІи пщІэн хуеймрэ хуэмеймрэ теухуауэ абы куэд иттэкъым. Дауэ-тІэ а хабзэм утет зэрыхъунур? Сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Хьисэ щапхъэ тепхыу икІи абы зыхуригъаджэм утету щытамэ, а хабзэр бгъэзащІэу жыпІэ хъунут. Ди зэманми Иеговэ и лэжьакІуэхэм Алыхьыр ягъэгуфІэн щхьэкІэ Хьисэ щапхъэ трахыну хущІокъу. Абы и фІыгъэкІэ дэ «гузэгъэгъуэ» зыхыдощІэ (Мт. 11:29).
6. Мы статьям сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
6 Иеговэ дызэрыхуэлажьэм хыхьэ Іуэхугъуэхэм дыщегупсыскІэ мыпхуэдэу дызэвгъэупщІыж: «Абы теухуауэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр сиІэ?» Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэ зэттыж хъунущ: «Сыт иджыри сызэлэжьын хуейр?» А упщІэхэм я фІыгъэкІэ ди пІэм дызэримытыр икІи ехъулІэныгъэ гуэрхэр дызэриІэр къэтлъэгъуфынущ. ДауикІ, абы ди гур хигъэхъуэнущ. Ауэ адэкІи ди гъащІэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр хэтлъхьэн хуейми дигъэлъэгъуну Иеговэ делъэІун хуейщ.
НОБЭ ИЕГОВЭ ДЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ ХЫХЬЭР СЫТ?
7. Ди гум къыбгъэдэкІ тхьэлъэІухэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?
7 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ абы лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж. Ди тхьэлъэІухэр фІыуэ зэхэлъхьа фимиамым зэрещхьыр Библием итщ. Ар япэ щІыкІэ шэтыр лъапІэм, иужькІэ — Иеговэ и Унэшхуэм щагъэсу щытащ (Пс. 141:2). Фимиамым и мэ ІэфІыр Алыхьым игу ирохь. Абы ещхьу ди гум къыбгъэдэкІ тхьэлъэІухэм Иеговэ и гуапэу йодаІуэ, ахэр псалъэ къызэрыгуэкІкІэ зэхэлъхьауэ щытми (Втор. 33:10; Прит. 15:8, Гъэсэпэтхыдэхэр). Шэч хэмылъу, Иеговэ ифІэфІщ ар фІыуэ зэрытлъагъур икІи фІыщІэ зэрыхуэтщІыр щыжетІэм деж. Ар хуейщ ди гум илъымкІэ абы дыдэгуэшэну, псалъэм папщІэ, дызыгъэгузавэ гупсысэхэмкІэ, дызыщыгугъ икІи дызыщІэхъуэпс ІуэхугъуэхэмкІэ. Ауэ Иеговэ зыхуэдгъэзэн ипэ абы жетІэным теухуауэ фІыуэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу тщІэмэ, уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм и дежкІэ ди тхьэлъэІухэр фимиам нэхъыфІ дыдэм хуэдэу щытынущ.
8. Дапхуэдэу Иеговэ щІыхь къызэрыхуэтхьыфынур?
8 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ абы щІыхь щыхуэтщІым деж. Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи абы и ІуэхущІафэхэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ дызэрыдихьэхыр нэгъуэщІхэм щажетІэм деж дэ абы щІыхь къыхудохь (Пс. 34:1). Абы дыхуэзыгъэушыр ди гум илъ фІыщІэращ. Иеговэ къытхуищІэ псом дыщегупсысым деж абы щІыхь щІыхуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд диІэ мэхъу. ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм дызэрыхэтым Алыхьым щІыхьышхуэ хуэтщІыну ІэмалыфІ къыдет. Библием мыпхуэдэу итщ: «А щІыхьышхуэр арщ дэ ди къурмэныпхъэр — езым и цІэр зыгъэлъапІэ жьэм къажьэдэкІыр арщ дэ ди къурмэныпхъэр» (Евр. 13:15). Иеговэ зыхуэдгъэзэн ипэ жытІэным дызэрегупсысым хуэдэу, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІи цІыхухэм яжетІэным теухуауэ дегупсысын хуейщ. Дэ дыхуейкъым «ди къурмэныпхъэм» зы ныкъусан гуэр иІэну. Абы къыхэкІкІэ ди гум къыбгъэдэкІыу хъыбарыфІыр дгъэІуну дыхущІокъу.
9. ЗэІущІэхэм уэ езым икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэм псоми сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуахьми къыжыфІэж.
9 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж. Мусэ и хабзэм мыпхуэдэу щыжыІат: «Фи Алыхь Иеговэ къыхих щІыпІэм, илъэсым щэ цІыхухъу псори къэкІуэн хуейщ» (Втор. 16:16). КъызэрыщІэкІымкІэ, абыхэм я унэхэмрэ я хьэсэхэмрэ зыри кІэлъымыплъу къагъэнэн хуейт. Ауэ Иеговэ Израил лъэпкъыр къигъэгугъащ: «Уэ уи щІыналъэм зыри щІэхъуэпсынукъым» (Исх. 34:24). Абыхэм Алыхьым дзыхь зэрыхуащІым къыхэкІкІэ гъэ къэс махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэну кІуэт. Израил цІыхухэм я жыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ куэд къыпэкІуэт: абыхэм Иеговэ и хабзэр нэхъыфІу къагурыІуэт, абы къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэм егупсыст икІи нэгъуэщІхэм я гъусэу зэманыр гуапэу ягъакІуэт (Втор. 16:15). Дэри ди зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж апхуэдэ гурыщІэхэр зыхыдощІэ, абы щхьэкІэ зыгуэрым зыхуэдгъэныкъуэн хуей хъуми. Абы нэмыщІ фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Иеговэ зэрыгуфІэр ди зэІущІэхэм фІыуэ гъэхьэзыра жэуап кІэщІ щыттым деж!
10. Уэрэд жыІэныр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм и Іыхьэу щІыщытыр сыт?
10 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ уэрэдкІэ ар щыдгъэлъапІэм деж (Пс. 28:7). Израил цІыхухэм Алыхьым щІыхь къызэрыхуахь уэрэдхэр абы зэрыхуэлажьэм и Іыхьэу къалъытэт. Пащтыхь Даут левиту 288 къыхихащ абыхэм Иеговэ и Унэшхуэм щІыхь уэрэдхэр щыхужаІэн щхьэкІэ (1 Лет. 25:1, 6—8). Дэри нобэ Иеговэ щІыхь уэрэдхэр щыхужытІэм деж абы худиІэ лъагъуныгъэр къыдогъэлъагъуэ икІи макъ дахэ диІэрэ димыІэрэ ар елъытакъым. Дэ псори псалъэкІэ дыщоуэ (Екъуб 3:2). Ауэ абы щхьэкІэ псэлъэн щыдгъэткъым, псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм жэуапхэр щыдот икІи хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж цІыхухэм допсалъэ. Аращи, уэрэд зэрыжыфІэр фигу иримыхьми, ар зэран зыхуэвмыгъэхъу Иеговэ уэрэдкІэ щІыхь къыхуэфхьыну.
11. Псалом 48:13 зэритымкІэ, ди унагъуэм и гъусэу Библиер дджын щІыхуейр сыт?
11 Дэ езым икІи ди унагъуэм и гъусэу Библиер щыдджым деж Иеговэ дыхуолажьэ. Израил цІыхухэм щэбэт махуэм я Іуэхухэр къагъанэти, Алыхьым гъунэгъу зыхуащІын щхьэкІэ а зэманыр къыхудагъэкІт (Исх. 31:16, 17). А махуэм адэ-анэхэм Алыхьымрэ абы къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэмрэ теухуауэ я сабийхэм жраІэну Іэмал яІэт. Дэри Библиер куууэ джын щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІын хуейщ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ дэ Иеговэ дыхуолажьэ икІи ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ дощІ (Пс. 73:28). Ди унагъуэм и гъусэу Библиер щыдджым деж дэ «къэкІуэну щІэблэхэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ди бынхэм, дадоІэпыкъу ахэр уафэм щыІэ ди Адэм гъунэгъу хуэхъуну. (Къеджэ Псалом 48:13).
12. Шэтыр лъапІэ щІыным епха лэжьыгъэхэм Иеговэ зэрыхущытам сытым дыхуигъасэрэ?
12 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ дыщызэхуэс Унэхэр щыдухуэм икІи абыхэм дыщыкІэлъыплъым деж. Библием щыжыІащ шэтыр лъапІэ ухуэнымрэ абы щІэлъ хьэпшыпхэр щІынымрэ «лэжьыгъэ лъапІэу» зэрыщытыр (Исх. 36:1, 4). Ноби ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм епха лэжьыгъэхэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ лэжьыгъэхэм зэман куэд зэрытрагъэкІуадэм щхьэкІэ фІыщІэшхуэ яхудощІ. ДауикІ, ахэр хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэми жыджэру хэтщ. Уеблэмэ, абыхэм щыщ языныкъуэхэр полновременнэу лэжьэну хущІокъу. А къуэш, шыпхъухэм пионеру лэжьэну яІэ мурадыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм даІыгъыу щытмэ, ухуэныгъэхэм епха лэжьыгъэм сэбэп хуэхъуу жыпІэ хъунущ. Ауэ дэ ухуэныгъэм хэдмыщІыкІыу щытми, дыщызэхуэс Унэхэр зэлъыІухыным икІи абыхэм кІэлъыплъыным дыхэтыфынущ.
13. Пащтыхьыгъуэм епха лэжьыгъэм щхьэкІэ арэзыуэ тты ахъшэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ диІэн хуейр?
13 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ арэзыуэ ахъшэ щыттым деж. Израил цІыхухэр гъэ къэс махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэну щызэхуэскІэ «ІэнэщІу Иеговэ и деж зыри къакІуэ» хъунутэкъым (Втор. 16:16). Абыхэм къахь тыгъэхэр яІэ мылъкум елъытат. Апхуэдэу израил цІыхухэм къагъэлъагъуэт Иеговэ къахуищІэ псор фІыщІэ зэращІыр. Дэри ди зэхуэсым икІи дунейпсо лэжьыгъэм щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ ттыуэ щытмэ, Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэфынущ. Абы теухуауэ апостол Паул мыпхуэдэу итхат: «ЦІыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иІэм елъытащ, имыІэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищІыр» (2 Кор. 8:4, 12). Иеговэ и гуапэ мэхъу ди гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ щыхуэтщІым деж икІи ар абы и инагъым елъытакъым (Мк. 12:42—44; 2 Кор. 9:7).
14. Притчи 19:17 зэритымкІэ, дэхуэха къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж Иеговэ дапхуэдэу абы зэреплъыр?
14 Дэ Иеговэ дыхуолажьэ дэхуэха къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж. Иеговэ израил цІыхухэр къигъэгугъат, ахэр къулейсызхэм дэІэпыкъуу щытмэ, яхэщІа мылъкур ипшыныжыну (Втор. 15:7, 10). Пэжщ, дэхуэха къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж Иеговэ езым тыгъэ хуэтщІу къелъытэ. (Къеджэ Притчи 19:17.) Псалъэм папщІэ, Филиппи къалэм щыщ къуэш, шыпхъухэм Паул тутнакъым тыгъэ щыхурагъэхьам щыгъуэ ар абы «Тхьэм ищтэ къурмэныпхъэкІэ» еджащ (Флп. 4:18). Аращи, фи зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэм фегупсыси, фызэупщІыж: «Абыхэм щыщ гуэрым сыдэІэпыкъуфыну пІэрэ?» НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ ди зэманыр, къарур, зэфІэкІхэр икІи мылъкур къызэрыдгъэсэбэпыр щилъагъум деж Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ икІи ар дызэрыхуэлажьэм и Іыхьэу къелъытэ (Екъуб 1:27).
ИЕГОВЭ ДЫЗЭРЫХУЭЛАЖЬЭМ НАСЫПЫФІЭ ДЕЩІ
15. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм тедгъэкІуадэ зэманрэ къарурэ къыщІыдэмыхьэлъэкІыр сыт?
15 Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ зэманрэ къарурэ тыдогъэкІуадэ. Ауэ дэ ар къыдэхьэлъэкІкъым (1 Ин. 5:3). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ фІыуэ долъагъу. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ щІалэ цІыкІум и адэм тыгъэ хуищІыну хуейуэ. Абы тхылъымпІэ напэм сурэтыр трищІыхьын щхьэкІэ сыхьэт зыбжанэ егъэкІуэд. Ауэ щІалэ цІыкІум а зэманыр пщІэншэу кІуауэ къыщыхъукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и адэр фІыуэ елъагъу икІи тыгъэ хуищІыну хуейщ. Абы ещхьу дэри Иеговэ фІыщэу долъагъу икІи ар зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэн щхьэкІэ ди гум къыбгъэдэкІыу ди зэманри ди къарури догъэкІуэд.
16. Еврейхэм 6:10 зэритымкІэ, Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ къару етхьэлІэм дапхуэдэу ар зэрыхущытыр?
16 Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэхэр я бынхэм къыхуащІ сыт хуэдэ тыгъэми щогуфІыкІ. Абыхэм къагуроІуэ я сабийхэм я зэфІэкІхэр зэрызэхуэмыдэр икІи ахэр зрагъапщэкъым. Абы ещхьу уафэм щыІэ ди Адэм къыгуроІуэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ди Іуэхур зыІутыр зэрызэщхьэщыкІыр. Псалъэм папщІэ, уэ уи ныбжьэгъухэм нэхърэ нэхъыбэу Алыхьым ухуэлэжьэну Іэмал уиІэщ. Е уи ныбжьым, узыншагъэм, унагъуэ къалэнхэм къыхэкІкІэ куэд пхузэфІэкІкъым. Апхуэдэу щытмэ, уи Іэр йомыхьэх (Гал. 6:4). Иеговэ уэ блэжь Іуэхур зэи щыгъупщэнукъым. Уи гум къыбгъэдэкІыу уиІэм щыщ нэхъыфІыр абы ептмэ, ар арэзы къыпхуэхъунущ. (Къеджэ Еврейхэм 6:10.) Абы нэмыщІ Иеговэ нэхъыбэж хуэпщІэну узэрыхуейри елъагъу. Ар хуейщ пхузэфІэкІыр абы зэрыхуэпщІэм гуфІэгъуэрэ насыпрэ къыпхуихьыну.
17. 1) Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хыхьэ Іуэхугъуэ гуэрымкІэ ехъулІэныгъэ димыІэу щытмэ, сыт тщІэ хъунур? 2) 23-нэ напэкІуэцІым ит рамкэм зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр нэхъ насыпыфІэ фыхъуну дапхуэдэу къывдэІэпыкъуа?
17 Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хыхьэ Іуэхугъуэ гуэрымкІэ ехъулІэныгъэ димыІэу щытмэ, псалъэм папщІэ, Библиер куууэ джынымкІэ е хъыбарыфІ гъэІунымкІэ, сыт тщІэ хъунур? Шэч хэмылъу, а Іуэхугъуэхэм нэхъыбэрэ дыхэтыхукІэ, ахэр нэхъыфІу къыдэхъулІэу хъуурэ кІуэнущ. Ар пшынэ еуэкІэ зэрызебгъасэм ебгъэщхь хъунущ. Пшынэр зэман-зэманкІэрэ фІэкІа къомыщтэу щытмэ, дауикІ, абы зыпхуегъэсэнукъым. Ауэ а Іуэхум махуэ къэс къару епхьэлІэмэ, пшынауэ Іэзэ ухъунущ. Япэ щІыкІэ абы зэман куэд пхутемыгъэкІуадэми, хуэм-хуэмурэ а Іуэхум тебгъэкІуадэ зэманым хэбгъахъуэ хъунущ. АбыкІэ ехъулІэныгъэ узэриІэр плъагъуу щытмэ, адэкІи уи фІэфІу ар пщІэнущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хыхьэ Іуэхугъуэхэми хуокІуэ.
18. Ди гъащІэм мыхьэнэ зэриІэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур икІи абы къару етхьэлІэну щІыхуэфащэр сыт?
18 Ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыщыхуэлажьэм деж ди гъащІэм мыхьэнэ зэриІэр къыдогъэлъагъуэ. Абы щыгъуэщ дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщыщытынур. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гугъэ дахэ къыдет — гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну (Прит. 10:22). Алыхьыр и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи дэІэпыкъуну хьэзыру зэрыщытыр зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыдет (Ис. 41:9, 10). Пэжщ, дэ уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм дыщІыхуэлэжьэн щхьэусыгъуэ куэд диІэщ икІи «щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри» абы хуэфащэщ (Апок. 4:11).
24-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и бгым фыкъакІуэ
a Иеговэ псори къызэригъэщІам къыхэкІкІэ дэ абы дыхуэлэжьэну хуэфащэщ. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэу зыкъэтлъытэж закъуэкІэ зэфІэкІкъым — дэ ар арэзы тщІын щхьэкІэ абы и хабзэхэмрэ и принципхэмрэ дытету дыпсэун хуейщ. Мы статьям Алыхьым дызэрыхуэлажьэ хъуну Іэмалийр щызэпкърытхынущ икІи абыхэм нэхъ насыпыфІэ дызэращІым дытепсэлъыхьынущ.