ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Март н. 14—19
  • Захарие илъэгъуар фэри флъагъурэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Захарие илъэгъуар фэри флъагъурэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЗЫГУЭР КЪЫЩЫТПЭЩІЭУВЭМ ДЕЖ
  • ДИ ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭР КЪЫЩЫХЫХЬЭМ ДЕЖ
  • ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ КЪЫДИТ УНАФЭХЭР НЭГЪЭСАУЭ КЪЫЩЫДГУРЫМЫІУЭМ ДЕЖ
  • ЗАХАРИЕ ИЛЪЭГЪУАР ФЛЪАГЪУНУ ФЫХУЩІЭКЪУ
  • Зауэм хуэщІа шыгухэмрэ тажымрэ фыкъахъумэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Иеговэ зэман гугъухэм къывдэІэпыкъунущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Захарие бегъымбарым Алыхьым иригъэлъэгъуа Іуэхугъуэхэм дэркІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Март н. 14—19

12 СТАТЬЯР

Захарие илъэгъуар фэри флъагъурэ?

«„ДзэкІэкъым, къарукІэкъым, атІэ си къару лъапІэмкІэщ“,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ» (ЗАХ. 4:6).

73-НЭ УЭРЭДЫР Тегушхуэныгъэ къыдэт

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. ГъэрыпІэм щыІэ журтхэм сыт хуэдэ гуфІэгъуэ къапэщылъу щыта?

ПСОРИ зэжьа зэманыр къэсащ! «Иеговэ Персием и пащтыхь Кир хуигъэушащ» Бабилэн гъэрыпІэм илъэс куэдкІэ щыІа журт лъэпкъыр щхьэхуит ищІыжыну. Пащтыхь Кир унафэ ещІ журтхэм я щІыналъэм ягъэзэжыну икІи «Иеговэ — Израилым и Алыхьым — и Унэшхуэр» зэтрагъэувэжыну (Езд. 1:1, 3). А псалъэхэр щызэхахыну зэманым ахэр сыту куэдрэ пэплъа! Иджы абыхэм Іэмал яІэт Алыхь пэжым къарита щІыналъэм ягъэзэжу дин къабзэр зэтрагъэувэжыну.

2. ГъэрыпІэм щыІа журтхэр Ерусалим къыщагъэзэжам щыгъуэ сыт япэ дыдэу ящІар?

2 Ди эрэм ипэ 537-нэ гъэм журт лъэпкъым щыщ япэ гупыр Иудэм и къалащхьэу щыта Ерусалим къалэм ягъэзэж. Абыхэм занщІэу Иеговэ и Унэшхуэр яухуэжын щІадзащ икІи ди эрэм ипэ 536-нэ гъэм ирихьэлІэу Унэм и лъабжьэр ягъэтІылъащ.

3. Журт цІыхухэр сыт хуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа?

3 Ауэ гъэрыпІэм къикІыжахэр гугъуехьышхуэ гуэрым пэщІэхуащ. «Абы щыгъуэ я гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм яхузэфІэкІ къагъэнакъым иудей цІыхухэм я лъэр щІагъэхун икІи ухуэныгъэр къагъэувыІэн щхьэкІэ» (Езд. 4:4). Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІакъым. Ди эрэм ипэ 522-нэ гъэм Артаксерксb Персием и пащтыхь щыхъуам щыгъуэ Іуэхур нэхъ Іеиж хъуащ. Иеговэ и лъэпкъым и бийхэр «къэрал унафэхэр къагъэсэбэпу» Алыхьым и Унэшхуэм и ухуэныгъэр къагъэувыІэпэну иужь ихьащ (Пс. 94:20). Абыхэм Артаксеркс жраІащ журтхэм зыкъаІэтыну мурад яІэ хуэдэу (Езд. 4:11—16). Пащтыхьым а пцІыр и фІэщ хъури, ухуэныгъэр къагъэувыІэну унафэ къыдигъэкІащ (Езд. 4:17—23). А унафэм и ягъэкІэ ухуэныгъэм хэтахэм я лъэр щІэхуащ икІи абыхэм лэжьыгъэр къагъэувыІащ (Езд. 4:24).

4. Ухуэныгъэм зэран хуэхъуну иужь итахэм я мурадыр къемыхъулІэн щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІар? (Исайя 55:11).

4 А щІыналъэм щыпсэуа Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэмрэ Персием и къэрал унафэщІ языныкъуэхэмрэ Алыхьым и Унэшхуэм и ухуэныгъэр къагъэувыІэну хэтащ. Ауэ абы теухуауэ Иеговэ нэгъуэщІ еплъыкІэт иІэр икІи, абы зыгуэр мурад ищІауэ щытмэ, ар Іэмал имыІэу игъэзэщІэнущ. (Къеджэ Исайя 55:11.) Иеговэ Захарие зи цІэ лІыгъэ зыхэлъ цІыхухъур бегъымбару къыхихри, Іуэху гъэщІэгъуэныщэ зыбжанэ иригъэлъэгъуащ. Абы илъэгъуар журт цІыхухэм жриІэжу я бийхэм щымышынэну икІи ухуэныгъэм пыщІа лэжьыгъэм адэкІи пащэну хуигъэушын хуейт. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Захарие иригъэлъэгъуахэм уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ хэтащ.

5. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

5 Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ Захарие илъэгъуар израил цІыхухэм къару зрагъэгъуэтыжыну къадэІэпыкъуащ. ДауикІ, дэри ар къыддэІэпыкъуфынущ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэман-зэманкІэрэ дэ псоми ди лъэр щыщІэху къохъу. Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ щызэпкърытхкІэ дэ къыдгурыІуэнущ Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэфынур: 1) зыгуэр къыщытпэщІэувэм деж, 2) ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыщыхыхьэм деж, 3) Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэр нэгъэсауэ къыщыдгурымыІуэм деж.

ЗЫГУЭР КЪЫЩЫТПЭЩІЭУВЭМ ДЕЖ

Иеговэ Захарие иригъэлъэгъуащ зейтун жыгитІым къикІ дагъэр уэздыгъэм и кумбыгъэхэм зэрилъадэр (6-нэ абзацым феплъ.)

6. Захария 4:1—3 зи гугъу ищІ Іуэхугъуэм журтхэм лІыгъэ къащІыхилъхьар сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

6 Къеджэ Захария 4:1—3. Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ Захарие илъэгъуам израил цІыхухэм лІыгъэ къахилъхьащ икІи, къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ, лэжьыгъэр къамыгъэнэну хуигъэушащ. Дапхуэдэу? Уэздыгъэм дагъэр зэпымыууэ къызэрекІуалІэм гу лъыфта? Зейтун жыгитІым къикІ дагъэр фалъэм йолъадэ. ИужькІэ фалъэм ит дагъэр бжьамий цІыкІуиблымкІэ кумбыгъэхэм макІуэ. Абы къыхэкІкІэ уэздыгъэр зэпымыууэ маблэ. Захарие мелыІычым еупщІащ: «Сыт абы къикІыр?» Абы жэуап къритыжащ: «„ДзэкІэкъым, къарукІэкъым, атІэ си къару лъапІэмкІэщ“,— жеІэ дзэхэм я Алыхь Иеговэ» (Зах. 4:4, 6). Захарие илъэгъуа дагъэм къигъэлъагъуэр гъунэ зимыІэ Иеговэ и къару лъапІэращ. Персие империем и дзэ псом и лъэщагъыр, Иеговэ и къару лъапІэм елъытауэ, зыри ищІыстэкъым. Иеговэ журт лъэпкъым зэригъусэм къыхэкІкІэ Алыхьым и Унэшхуэр зыухуэхэр мыгузавэу я лэжьыгъэр адэкІи ягъэкІуатэ хъунут. А псалъэхэр сыту игъуэу абыхэм къаІэрыхьа! Израил цІыхухэм ящІэн хуеяр гурыІуэгъуэт — Иеговэ дзыхь хуащІу лэжьыгъэм пэрыувэжынырат. ИкІи абыхэм апхуэдэу ящІащ, къэрал унафэщІхэм ухуэныгъэр щІадзэжыну хуитыныгъэ кърамыта пэтми.

7. Сыт хуэдэу зэхъуэкІыныгъэм и фІыгъэкІэ журт лъэпкъым ухуэныгъэр и кІэм нигъэса?

7 Абдежым Іуэхум гъэщІэгъуэныщэу зихъуэжащ. Персием и пащтыхь Дарий I и тетыгъуэм и етІуанэ гъэм — ди эрэм ипэ 520-нэ гъэм — Алыхьым и Унэшхуэм и ухуэныгъэр къэрал унафэхэм темыту къызэрагъэувыІар къищІащ. Абы къыхэкІкІэ журтхэм ухуэныгъэр нагъэсыну пащтыхьым унафэ ищІащ (Езд. 6:1—3). А унафэр псоми гъэщІэгъуэн ящыхъуащ, ауэ Іуэхур абыкІэ зэфІэкІакъым. Пащтыхьым и унафэм и фІыгъэкІэ Ерусалим пэгъунэгъуу псэуа лъэпкъхэм ухуэныгъэм зэран хуэмыхъун дэнэ къэна, атІэ ахъшэкІи нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи журтхэм ядэІэпыкъун хуей хъуащ (Езд. 6:7—12). ИкІэм-икІэжым ди эрэм ипэ 515-нэ гъэм, илъэсиплІым щІигъу фІэкІа дэмыкІауэ журт лъэпкъым ухуэныгъэр и кІэм нигъэсащ (Езд. 6:15).

Брат сидит в тюрьме и представляет две маслины, масло из которых поступает к семи плошкам светильника.

НэгъуэщІхэр къыщыппэщІэувэм деж Иеговэ и къарум щыгугъ (8-нэ абзацым феплъ.)

8. НэгъуэщІхэр къыщытпэщІэувэм деж дыкъимыкІуэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?

8 Ди зэманми къэрал унафэщІхэр къазэрыпэщІэувэм къыхэкІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр гугъуехьхэм пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм языныкъуэхэр щопсэу. А щІыпІэхэм къуэш, шыпхъухэр тутнакъхэм ягъэтІыс икІи «Іэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм» ирагъэувэ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм Іэмал яІэ мэхъу хъыбарыфІымкІэ а цІыхухэм ядэгуэшэну (Мт. 10:17, 18). Ауэ иныкъуэхэм деж Іуэхур нэхъыфІ мэхъу, псалъэм папщІэ, къэралым нэгъуэщІ унафэщІхэр щытеувэм е хеящІэ гуэрым нэфІ-ней хэмылъу унафэ къыщищтэм деж. Къуэш, шыпхъухэр зыпэщІэхуэ нэгъуэщІ гугъуехьи щыІэщ. Ахэр Иеговэ хуиту ущыхуэлажьэ хъуну къэралхэм щыпсэуми, я унагъуэм щыщхэр абыхэм къапэщІоувэ (Мт. 10:32—36). Ауэ и нэхъыбэм абыхэм я мурадыр къазэремыхъулІэр щалъагъукІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэран хуэхъун щагъэт. Япэм пэжым пэщІэувэу щытахэр Алыхьым псэемыблэжу хуэлэжьэн щыщІадзэ къохъу. Аращи, апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм фыпэщІэхуэмэ, фыкъимыкІуэт! ЛІыгъэ зыхэвгъэлъ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ фи гъусэщ икІи Іэмал имыІэу и къару лъапІэмкІэ къывдэІэпыкъунущ — фыщІэшынэн лъэпкъ щыІэкъым!

ДИ ГЪАЩІЭМ ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭХЭР КЪЫЩЫХЫХЬЭМ ДЕЖ

9. Алыхьым и Унэшхуэм и лъабжьэр щагъэтІылъым щыгъуэ языныкъуэ журтхэр щІэгъар сыт?

9 Зи ныбжь хэкІуэта языныкъуэ журтхэр «гъыт Алыхьым и Унэшхуэм и лъабжьэр зэрагъэтІылъыр щалъагъум щыгъуэ» (Езд. 3:12). Абыхэм я нэкІэ ялъэгъуат пащтыхь Сэлмэн Алыхьым хуиухуа Унэшхуэр дэгъуэу зэрыщытар. Иеговэ и Унэшхуэр, «япэм зэрыщытам елъытауэ, мыхьэнэншэу» щытыну а цІыхухэм къащыхъут (Агг. 2:2, 3). Сэлмэн иухуа Унэшхуэм хуэдэу, иджы яухуэр гъуэзэджэу зэрыщымытынум абыхэм я лъэр щІигъэхут. Ауэ Захарие илъэгъуар журтхэм къадэІэпыкъун хуейт апхуэдэ гупсысэкІэм пэлъэщыну.

10. Захария 4:8—10 ит мелыІычым и псалъэхэм журт цІыхухэм я еплъыкІэр яхъуэжыну дапхуэдэу къадэІэпыкъуа?

10 Къеджэ Захария 4:8—10. МелыІычым жиІа мы псалъэхэм къикІыр сыт: «Зоровавель и Іэм занщІэубзыху ІэщІэлъу флъэгъунущ... икІи абы фыщыгуфІыкІынущ»? ЗанщІэубзыхур — ар блыныр занщІэу зэтралъхьэн щхьэкІэ ухуакІуэхэм къагъэсэбэп Іэмэпсымэращ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ мелыІычым журт цІыхухэм къагуригъаІуэт, Алыхьым и Унэшхуэр дапхуэдэу къызэрыгуэкІыу къащымыхъуми, абы и ухуэныгъэр и кІэм нагъэсынущ икІи ар Иеговэ игу ирихьынущ. Алыхьыр а Унэшхуэм арэзы щытехъуэкІэ, журт лъэпкъым абы арэзы щІытемыхъуэн щхьэусыгъуэ иІэт? Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ зиІэу щытар а Унэшхуэм щекІуэкІыну лэжьыгъэр езыр зэрыхуейм хуэдэу щытынырат. Журт цІыхухэм апхуэдэ еплъыкІэ яІамэ икІи Алыхьыр арэзы ящІыну хэтамэ, абыхэм яфІэкІуэда гуфІэгъуэм къигъэзэжынут.

Пожилой брат лежит в больнице, читает Библию и представляет отвес.

Уи гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм еплъыкІэ тэмэм уахуиІэну хущІэкъу (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)c

11. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

11 ГъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр куэдым къохьэлъэкІ. Псалъэм папщІэ, илъэс куэдкІэ миссионер лэжьыгъэм, организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм, Вефилым е нэгъуэщІ лэжьыгъэхэм хэтхэм я къалэным зихъуэжащ. НэгъуэщІхэм я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр къагъэнэн хуей хъуащ. ГъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм уи лъэр зэрыщІагъэхуфынур гурыІуэгъуэщ. Апхуэдэу къыщІэхъуар къыдгурымыІуэу е абы арэзы детемыхъуэу дыщытыфынущ. ДауикІ, дызэса гъащІэм дыхуэзэшыным зыри Іей хэлъкъым. Иеговэ япэм хуэдэу дызэрыхуэмылэжьэфым къыдит гурыщІэхэм я ягъэкІэ ди Іэр етхьэхынкІэ хъунущ (Прит. 24:10). Апхуэдэ гупсысэхэм дыпэлъэщыну Захарие илъэгъуа Іуэхугъуэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?

12. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр къыщыхыхьэм деж ди Іэр едмыхьэхыну Захарие илъэгъуар дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

12 Ди гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм Иеговэ и нэкІэ деплъу щытмэ, гуфІэгъуэр зэи тфІэкІуэдынукъым. Ди зэманым Алыхьым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкІуэкІ икІи абы дыдэлэжьэну къызэрытхуигъэфащэмкІэ пщІэшхуэ къытхуещІ (1 Кор. 3:9). Иеговэ къыдит къалэнхэм захъуэжыфынущ, ауэ абы къытхуиІэ лъагъуныгъэм зэи зихъуэжынукъым. Аращи, организацэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэр дэри къытлъэІэсауэ щытмэ, ар къыщІэхъуам и щхьэусыгъуэр зэрызэхэдгъэкІыным иужь дитынкъым. «БлэкІа зэманыр нобэрейм нэхърэ нэхъыфІу щІыщытар сыт?» жыдмыІэу ди гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм фІы гуэр хэтлъэгъуэн щхьэкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну девгъэлъэІу (Эккл. 7:10). Япэм тщІэуэ щытам демыгупсысу, иджыпсту тхуэщІэм дегупсысмэ, куэдкІэ нэхъыфІщ. Захарие илъэгъуам къыдгурегъаІуэ гупсысэкІэ тэмэм диІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Апхуэдэ еплъыкІэр къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэми хуэхьэзыру дыщытыну икІи гуфІэгъуэ диІэу Иеговэ хуэпэжу дыхуэлэжьэну.

ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ КЪЫДИТ УНАФЭХЭР НЭГЪЭСАУЭ КЪЫЩЫДГУРЫМЫІУЭМ ДЕЖ

13. Ухуэныгъэм зэрыпащэм акъыл хэмылъу журт лъэпкъым щыщ гуэрхэм къащІыщыхъункІэ хъунур сытыт?

13 Алыхьым и Унэшхуэм и ухуэныгъэр къыщагъэувыІа зэманым дгъэзэжынщ. А лэжьыгъэр ирагъэкІуэкІыну хуит зэрамыщІам емылъытауэ, пащтыхь Зоровавелрэ Дин пашэшхуэ Иешуэрэ «Алыхьым и Унэшхуэм и ухуэныгъэр щІадзэжащ» (Езд. 5:1, 2). Журт лъэпкъым щыщ языныкъуэхэм а унафэм акъыл хэмылъу къащыхъункІэ хъунут. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бийхэм гу лъамытэу апхуэдэ лэжьыгъэшхуэр ебгъэкІуэкІыну зы Іэмали щыІэтэкъым. Абы щхьэкІэ Иеговэ тригъэува цІыхухъухэм — Зоровавелрэ Иешуэрэ — Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъуным щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ гуэр хуейт. ИкІи ар абыхэм къаІэрыхьащ. Дапхуэдэу?

14. Захария 4:12, 14 ит псалъэхэм Дин пашэшхуэ Иешуэрэ пащтыхь Зоровавелрэ дауэ ягъэгушхуа?

14 Къеджэ Захария 4:12, 14. МелыІычым Захарие къызэрыгуригъэІуам хуэдэу, зейтун жыгитІым къагъэлъагъуэ «дагъэ зыщыхуа цІыхуитІыр» — Зоровавелрэ Иешуэрэ. Абы нэмыщІ мелыІычым жиІащ а цІыхухъуитІыр «щІылъэ псом и Зиусхьэным бгъэдэт» хуэдэу. Ар сыту пщІэшхуэ Иеговэ убгъэдэтыну! Иеговэ а цІыхухъуитІым дзыхь хуищІт. Абы къыхэкІкІэ журт цІыхухэми Зоровавелрэ Иешуэрэ дзыхь щІыхуамыщІын щхьэусыгъуэ яІэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Иеговэ ахэр къигъэсэбэпт и лъэпкъым унафэ хуищІын щхьэкІэ.

15. Алыхьым и Псалъэм ит унафэхэм мыхьэнэ зэреттыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

15 Ди зэманым Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІын щхьэкІэ Библиер къегъэсэбэп. Алыхьыр арэзы тщІын щхьэкІэ дапхуэдэу абы дыхуэлэжьэн хуейми Тхыгъэ ЛъапІэм къыдгурегъаІуэ. Алыхьым и Псалъэм ит унафэхэм мыхьэнэ зэреттыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Библием итым деджэн икІи дегупсысын щхьэкІэ зэман къыхудэдгъэкІмэ, абы мыхьэнэ етту жытІэфынущ. Дэтхэнэ зыми дызэупщІыж хъунущ: «Библиемрэ абы тегъэщІа ди публикациехэмрэ сыщеджэм деж сызэджам сегупсысын щхьэкІэ зэман къыхудэзгъэкІыу пІэрэ? Зыгуэр къызгурымыІуэмэ, а пычыгъуэм нэхъ куууэ сыхэплъэну сыхущІэкъуу пІэрэ? Е псынщІэ-псынщІэу седжэну хьэл схуэхъуауэ пІэрэ?» (2 Пет. 3:16). Иеговэ и псалъэхэм куууэ дегупсысын щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІыу щытмэ, абы къыдит унафэхэр дгъэзэщІэфынущ икІи хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм ехъулІэныгъэ диІэу дыхэтыфынущ (1 Тим. 4:15, 16).

Сестра смотрит выпуск JW Broadcasting и представляет Зоровавеля и Иешуа, которые руководят строительством храма.

«ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» дзыхь хуэщІ (16-нэ абзацым феплъ.)d

16. «ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым» къыдит унафэхэр нэгъэсауэ къыщыдгурымыІуэм деж абыхэм дытетыну сыт къыддэІэпыкъунур?

16 Абы нэмыщІ Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІын щхьэкІэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къегъэсэбэп (Мт. 24:45). Ауэ иныкъуэхэм деж «унэІутым» къыдит унафэхэр къыщыдгурымыІуэ къохъу. Псалъэм папщІэ, «тревожный чемоданчик» жыхуаІэм и гугъу тщІынщ. Языныкъуэхэм къащыхъункІэ хъунущ ахэр зыхуагъэхьэзыр гузэвэгъуэшхуэр я щІыпІэм зэи къыщымыхъун хуэдэу. Хьэмэрэ зыгуэрым «пандемием теухуауэ къуэшхэм къыдат унафэхэмкІэ ирагъэлей» жиІэу егупсысыфынущ. А унафэхэм акъыл хэмылъу къыщытщыхъум деж ди гупсысэкІэр тхъуэжыну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ дигу къэдгъэкІыж хъунущ израил цІыхухэр Зоровавелрэ Иешуэрэ зэредэІуам сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахуихьами. Абы нэмыщІ Библием иту дызэджа нэгъуэщІ щапхъэхэми дегупсыс хъунущ. Иныкъуэхэм деж Алыхьым и лэжьакІуэхэм цІыху еплъыкІэкІэ Іущагъ зыхэмылъ унафэхэр къаІэрыхьэт, ауэ жыІэдаІуэныгъэм абыхэм я гъащІэр къригъэлт (Суд. 7:7; 8:10).

ЗАХАРИЕ ИЛЪЭГЪУАР ФЛЪАГЪУНУ ФЫХУЩІЭКЪУ

17. Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ Захарие илъэгъуар журт цІыхухэм дауэ къадэІэпыкъуа?

17 Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ Захарие илъэгъуар кІэщІу щытами, журт цІыхухэм ар къадэІэпыкъуащ къапэщылъ лэжьыгъэмрэ Иеговэ зэрыхуэлэжьэн хуеймрэ еплъыкІэ тэмэм хуаІэну. Захарие илъэгъуар журтхэм я гум нэсу ухуэныгъэр щІадзэжа иужь абыхэм Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхащІащ. Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ журт цІыхухэм адэкІи лэжьыгъэм пащащ икІи гуфІэгъуэ яІэ хъужащ (Езд. 6:16).

18. Захарие илъэгъуар дауэ сэбэп къызэрыфхуэхъуфынур?

18 Уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ Захарие илъэгъуам и фІыгъэкІэ ди гъащІэм фІыкІэ зихъуэжыфынущ. Мы статьям къызэрыщытщІам хуэдэу, Захарие илъэгъуар къыддэІэпыкъуфынущ: 1) зыгуэр къыщытпэщІэувэм деж къару зэдгъэгъуэтыжыну, 2) ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхыхьэм деж гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну, 3) унафэ гуэр нэгъэсауэ къыщыдгурымыІуэм деж Иеговэ дзыхь хуэтщІыну. Аращи, зэман гугъухэр къыщысым деж сыт фэ фщІэнур? Захарие илъэгъуар фэри флъэгъуну фыхущІэкъу. Иеговэ и лъэпкъым сыт щыгъуи и нэІэ зэрытригъэтыр зыщывмыгъэгъупщэ. Абы нэмыщІ Иеговэ дзыхь хуэфщІ икІи фи гум къыбгъэдэкІыу абы фыхуэлажьэ (Мт. 22:37). Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъунущ фи гум гуфІэгъуэ илъу игъащІэкІэ абы фыхуэлэжьэну! (Кол. 1:10, 11).

ЗАХАРИЕ ИЛЪЭГЪУАР ДАПХУЭДЭУ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУРЭ...

  • зыгуэр къыщытпэщІэувэм деж?

  • ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхыхьэм деж?

  • унафэ къыдатар икІэм нэс къыщыдгурымыІуэм деж?

7-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр

a Иеговэ бегъымбар Захарие Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн зыбжанэ иригъэлъэгъуащ. Абыхэм езы Захарии Иеговэ и лъэпкъми къару къахилъхьащ дин къабзэр зэтрагъэувэжын икІи зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ. Захарие илъэгъуа Іуэхугъуэхэр дэри къыддэІэпыкъуфынущ, дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэм емылъытауэ, Иеговэ пэжу дыхуэлэжьэну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Захарие уэздыгъэмрэ зейтун жыгитІымрэ теухуауэ илъэгъуар икІи абы сытым дыхуигъасэми дытепсэлъыхьынущ.

b Зэман гуэр дэкІа иужь Неемие щыпсэуам щыгъуэ журт лъэпкъым фІыуэ яхущыта Артаксеркс зи цІэ нэгъуэщІ пащтыхь щыІащ.

c СУРЭТЫР. Къуэшым и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам икІи и узыншагъэм зэрыкІэричам къыхэкІкІэ и гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм зыдригъэкІун зэрыхуейр къыгуроІуэ.

d СУРЭТЫР. Пасэрей зэманым Иеговэ и лъэпкъым унафэ хуищІын щхьэкІэ Зоровавелрэ Иешуэрэ къызэригъэсэбэпам хуэдэу, ди зэманми «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр» къызэригъэсэбэпым шыпхъур йогупсыс.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын