Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
Даут «Мефивошет гущІэгъу хуищІащ» жиІэу 2 Самуила 21:7—9 итщ, ауэ а едзыгъуэхэм Мефивошет яукІыну абы хуит ищІауэ иджыри щІыжиІэр сыт?
Мы пычыгъуэм куууэ уемыгупсысу щытмэ, зыгуэр зыхуэмыкІуэ хуэдэу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ мы едзыгъуэхэм цІыхуитІым и гугъу ещІ — абыхэм тІуми Мефивошет я цІэу щытащ. А Іуэхугъуэр нэхъ куууэ зэпкърытхынщ.
Израилым и пащтыхь Щаул къуиблрэ пхъуитІрэ иІащ. Абы и къуэ щыпэлъхум Ионафан и цІэт. ИужькІэ Щаул и унэІут цІыхубз Рицпэ абы къыхуилъхуа къуэм Мефивошет фІащащ. ГъэщІэгъуэныращи, Ионафан и къуэм ар дыдэращ фІищар. КъызэрыщІэкІымкІэ, Мефивошет я цІэу къуэи къуэрылъхуи Щаул иІащ.
Зэгуэр Щаул Изралым щыпсэу гаваон цІыхухэр псори зэтриукІэну иужь ихьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы щыгъуэ цІыху куэдым я гъащІэр яфІэкІуэдащ. ДауикІ, ар щІэпхъаджагъэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Нун и къуэ Ехьошуа и зэманым Израилым и унафэщІхэм гаваон цІыхухэм мамырыгъэм теухуауэ зэгурыІуэныгъэ иращІылІат (Иис. Н. 9:3—27).
Щаул пащтыхьу щыщыта зэманым щыгъуэ а зэгурыІуэныгъэм иджыри къару иІэт. Ауэ ар абы епцІыжащ икІи гаваон цІыхухэр псори дунейм тригъэкІуэдыкІыну хэтащ. Абы къыхэкІкІэ «Щаулрэ абы и унэмрэ лъы ятелът» (2 Сам. 21:1). Зэман гуэр дэкІа иужь Даут Израилым и пащтыхь хъуащ. Щаул и ягъэкІэ Иеговэ и лъэпкъым и ней щыхуащ. Даут ар къыщищІам щыгъуэ псэууэ къэна гаваон цІыхухэр къригъэблагъэри, а гуэныхьыр пшыныжа зэрыхъуным теухуауэ абыхэм еупщІащ. Гаваон цІыхухэр пащтыхьым елъэІуакъым яхэщІар ахъшэкІэ яхуипшыныжыну, абы и пІэкІэ мыпхуэдэу жаІащ: «Дэ диукІыну икІи Израилым и щІыналъэм дытезыгъэкІуэдыкІыну хэта цІыхум ипІэкІэ абы и къуэхэм щыщу цІыхуибл къыдэфт. Дэ абыхэм я хьэдэхэр фІэддзэнущ». Даут ахэр къызэрелъэІуар яхуищІащ (2 Сам. 21:2—6; Чис. 35:30, 31).
А зэманым Щаулрэ Ионафанрэ псэужтэкъым, ахэр зауэм хэкІуэдат. Ауэ Ионафан и къуэ Мефивошет абы щыгъуэ иджыри псэут. Абы и сабиигъуэм фэбжь игъуэтащ икІи и адэшхуэ Щаул гаваон цІыхухэм щытеуам и гъусакъым. Даутрэ Ионафанрэ ныбжьэгъугъэм теухуауэ зэгурыІуэныгъэ зращІылІауэ щытащ икІи ар Ионафан и щІэблэми лъэІэст, Мефивошети абы хэту (1 Сам. 18:1; 20:42). Абы къыхэкІкІэ, 2 Самуила 21:7 зэритымкІэ, Даут «Ионафан и къуэу икІи Щаул и къуэрылъхуу щыт Мефивошет гущІэгъу хуищІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и пащхьэм Даутрэ Щаул и къуэ Ионафанрэ щызращІылІа зэгурыІуэныгъэр абы ищІэжт».
Ауэ, абы емылъытауэ, Даут гаваон цІыхухэм зыхуейр яхуищІащ. Абы хуит ищІащ Щаул и къуитІымрэ (абыхэм я щыщ зым и цІэр Мефивошетт) и къуэрылъхуитхумрэ яукІыну (2 Сам. 21:8, 9). Апхуэдэ щІыкІэкІэ Даут израил цІыхухэм ятелъа нэлатыр ятрихащ.
Иджыпсту дызытепсэлъыхьам мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хэтхыфынущ. Алыхьым и хабзэм гурыІуэгъуэу щыжыІащ: «Бынхэр я адэхэм я гуэныхьхэм щхьэкІэ быукІ хъунукъым» (Втор. 24:16). Щаул и къуэхэмрэ и къуэрылъхухэмрэ лажьэ ямыІэу щытамэ, Иеговэ ахэр иригъэукІынутэкъым. А хабзэм иджыри мыпхуэдэу итщ: «ЦІыхур щІэбукІ хъунур езым ищІа гуэныхьым щхьэкІэщ». Абы къыхэкІкІэ гаваон цІыхухэм я лъыр абыхэми ятелъауэ дыщІегупсысын щхьэусыгъуэ диІэщ. Аращи, абыхэм я гъащІэр щІафІэкІуэдар езыхэм я щІэпхъаджагъэм щхьэкІэщ.
Мы пычыгъуэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, зыгуэрым и унафэм тету цІыхум щІэпхъаджагъэ щищІэм деж езым лажьэ имыІэу жиІэну хуиткъым. Дэ псоми тщІамкІэ гува-щІэхами жэуап тхьыжын хуеинущ. Аращи, Іущагъ зыхэлъ мы псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэнкъым: «Гъуэгу захуэм узэрытемыкІынум егупсыси, шынагъуэншэ хъунщ уи кІуапІэр. Думыдзых ижькІи, сэмэгукІи, хуэщІ уи лъэр ем пэІэщІэ» (Прит. 4:24—27, Гъэсэпэтхыдэхэр; Еф. 5:15).