Зауэм хуэщІа шыгухэмрэ тажымрэ фыкъахъумэ
«Апхуэдэу хъунущ, фэ фи Алыхь Иеговэ жиІэм псоми федаІуэу щытмэ» (ЗАХ. 6:15).
1, 2. Захарие матэм цІыхубз ису щилъэгъуам, Ерусалим дэс цІыхухэм сыт хуэдэ псэукІэт яІэр?
ЗАХАРИЕ куэдым егупсысын хуейт, матэм цІыхубз ису илъэгъуа иужь. Иеговэ цІыху мыхъумыщІэхэм Іэмал имыІэу тезыр зэрытрилъхьэнум Захарие игъэгушхуат, ауэ зэкІэ зыми зихъуэжакъым. Израил цІыхухэм я Іуэху Іейхэр къагъэнатэкъым. ИкІи Алыхьым и унэшхуэр яухыным иджыри куэд хуейт. Сыт журтхэм Алыхьым къарита къалэныр апхуэдэу псынщІэу щІащыгъупщэжар? Абыхэм я щІыналъэм щІагъэзэжар езыхэм я псэукІэр нэхъыфІ ящІыну арат?
2 Захарие шэч къытрихьэтэкъым Ерусалим зыгъэзэжа цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэраІэм. Ахэр Алыхьым хуигъэушат Бабилэным щаІа я унэхэмрэ я лэжьыгъэхэмрэ къагъэнэну (Езд. 1:2, 3, 5). Израил цІыхухэм фІыуэ яцІыху, зэса щІыпІэр къагъанэри, абыхэм щыщ куэдым зэи ямылъэгъуа, ямыцІыху щІылъэм Іэпхъуащ. Журтхэм километр 1 600 зи кІыхьагъ гъуэгуанэ гугъу якІуащ. Ахэр къуакІэбгыкІэхэмрэ узыкІуэцІрыкІыну гугъу щІыпІэхэмрэ ирикІуэн хуейт. Иеговэ и унэшхуэр ухуэжыным мыхьэнэшхуэ иІэу къамылъытэу щытамэ, апхуэдиз гугъуехьым хэтынут ахэр?
3, 4. ГъэрыпІэм къикІыжа журтхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?
3 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт журтхэр Бабилэным къикІыу Ерусалим зэрыкІуар. Гъуэгум тетыху ахэр дауикІ, здэпсэуну щІыпІэм егупсысу къыщІэкІынт. Абыхэм нэхъыжьхэр тепсэлъыхьыжу зэхахат Ерусалимрэ Алыхьым и унэшхуэмрэ дахагъэ яІэу щытам (Езд. 3:12). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Ерусалим япэу фыІуплъэу. Израил цІыхухэм япІэ фитамэ, сыт хуэдэ гурыщІэт фиІэнур? Фэ дауикІ, фи гум къеуэну къыщІэкІынт псори удзыжькІэ зэрызэщІэкІэжар, Ерусалимым и блынхэр зэрызэтекъутар икІи къалэ куэбжэшхуэхэмрэ хъумакІуэ чэщанэхэмрэ зэрыщымытыжыр. А псор евгъэпщауэ къыщІэкІынщ Бабилэным тІууэ зэгуэт и блынышхуэхэм. Ауэ абы щхьэкІэ израил цІыхухэм я Іэр ирадзыхакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр гъуэгуанэм тетыху Иеговэ и Іэ лъэщымкІэ абыхэм дэІэпыкъуащ икІи къихъумащ. Ерусалим зэрыкІуэжу абыхэм япэщІыкІэ къурмэн щІыпІэр здэщытам деж ягъэувыжащ, махуэ къэс абы къурмэныпхъэ къыщахьын папщІэ (Езд. 3:1, 2). Абыхэм лэжьыгъэр ягъэзэщІэну гукъыдэж яІэт икІи я гугъэт зыри зэран къахуэмыхъуну.
4 Израил цІыхухэм Алыхьым и унэшхуэм имызакъуэу къалэри, я унэхэри зэтрагъэувэжын хуейт. ИкІи я унагъуэр ягъэшхэн щхьэкІэ губгъуэми щылэжьэн хуейт (Езд. 2:70). Абыхэм лэжьыгъэшхуэ къапэщылът. Ауэ куэд дэмыкІыу абыхэм я бийхэр зэран къахуэхъуну иужь ихьащ икІи илъэс 15-кІэ къапэщІэтащ. Журтхэм къыщагъэзэжам щыгъуэ гукъыдэж яІэу щытами, иужькІэ хуэмурэ я Іэр ирахьэхащ (Езд. 4:1—4). Ди эрэм ипэ 522 гъэм Персием и пащтыхьым унафэ ищІащ Ерусалимыр яухуэжыну кърагъэжьа лэжьыгъэр къагъэувыІэну. Абы щхьэкІэ къалэр зэрызэтрагъэувэжыным журтхэм я гугъэр хахыжат (Езд. 4:21—24).
5. Дауэ Иеговэ и лъэпкъыр зэригъэгушхуар?
5 Иеговэ ищІэт журтхэр гушхуэныгъэрэ дэІэпыкъуэгъурэ зэрыхуэныкъуэр. Алыхьым и лъэпкъыр фІыуэ зэрилъагъур икІи журтхэм абы хуащІар и дежкІэ зэрылъапІэр къагуригъэІуэн щхьэкІэ, Зэхарие иджыри зы Іуэхугъуэ гуэр иригъэлъэгъуащ. Абы ахэр къигъэгугъуащ, къалэн яритар ягъэзащІэну еувэлІэжу щытмэ, Іэмал имыІэу къызэрихъумэныр. Унэшхуэри зэраухуэжыным теухуауэ Иеговэ жиІащ: «Апхуэдэу хъунущ, фэ фи Алыхь Иеговэ жиІэм псоми федаІуэу щытмэ» (Зах. 6:15).
УАФЭМ ЩЫІЭ ДЗЭ
6. 1) Захарие сыт илъэгъуар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Шыхэр фэкІэ сыт щІызэмыщхьыр?
6 Иеговэ Захарие иужь дыдэу иригъэлъэгъуам ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. (Къеджэ Захария 6:1—3a.) Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Захарие илъэгъуар: гъуаплъэм къыхэщІыкІа бгитІым я зэхуакум зауэм хуэщІа шыгуиплІ къыдокІ. Абыхэм щІэщІа шыхэр фэкІэ зэхуэдэкъым. Абы и фІыгъэкІэ шыгухэр зыхэбгъэкІыну тыншщ. Захарие йоупщІ мелыІычым: «Си зиусхьэн, сыт мыр зищІысыр?» (Зах. 6:4). Дэри абы къикІыр къэтщІэну дыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Захарие илъэгъуар дэри къытхуэгъэзащ.
Иеговэ ноби мелыІычхэр къегъэсэбэп и лъэпкъыр ихъумэн икІи дэІэпыкъун щхьэкІэ
7, 8. 1) БгитІым сыт къагъэлъагъуэр? 2) Сыт а бгыхэр гъуаплъэм къыщІыхэщІыкІар?
7 Библием бгыхэм и гугъу щищІым деж, абыхэм къагъэлъэгъуэнкІэ хъунущ пащтыхьыгъуэхэр е правительствэхэр. Захарие илъэгъуа бгыхэр Даниил бегъымбар зи гугъу ищІа бгыхэм ещхьщ. Зы бгым игъащІэкІи щыІэну Иеговэ и тепщэныгъэр къегъэлъагъуэ. ЕтІуанэм Хьисэ Мэссихь зи тепщэу щыт Пащтыхьыгъуэр къегъэлъагъуэ (Дан. 2:35, 45). 1914 гъэм, бжьыхьэм Хьисэ Пащтыхь зэрыхъу лъандэрэ, а бгитІым зэгъусэу Алыхьым щІылъэм теухуауэ иІэ мурадыр ягъэзащІэ.
8 Сыт а бгыхэр гъуаплъэм къыхэщІыкІауэ щІыщытыр? Гъуаплъэр сыт щыгъуи лъапІэу щытащ. Япэм шэтырыр икІи Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэр щащІым щыгъуэ а металл цІур къагъэсэбэпыну Иеговэ унафэ ищІауэ щытащ (Исх. 27:1—3; 1 Цар. 7:13—16). А бгыхэр гъуаплъэм къызэрыхэщІыкІам дигу къегъэкІыж Иеговэ и тепщэныгъэшхуэмрэ Хьисэ Мэссихь зи тепщэу щыт Пащтыхьыгъуэмрэ псом нэхърэ зэрынэхъ лъэщыр икІи абыхэм хуэдэ зыри зэрыщымыІэр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм цІыхухэр зы щхьэкІи мыгузавэу фІыгъуэ куэд яІэу псэууэ ящІынущ.
9. Шыгухэмрэ ахэр зезыхуэхэмрэ хэт къагъэлъагъуэр? Сыт хуэдэ къалэн абыхэм иратар?
9 Шыгухэмрэ ахэр зезыхуэхэмрэ хэт къагъэлъагъуэр? Абыхэм мелыІычхэр е мелыІыч гупхэр къагъэлъагъуэ. (Къеджэ Захария 6:5—8b.) Ахэр «дуней псом и Зиусхьэным и пащхьэ ихьа иужь» мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн ягъэзэщІэну ежьащ. Ар сыт хуэдэ къалэн? Шыгухэр щІыпІэ зырыз ягъэкІуащ икІи абыхэм я къалэныр Алыхьым и лъэпкъыр яхъумэныращ, псом хуэмыдэу «ищхъэрэ щІыналъэм», Бабилэным, щахъумэн хуейщ. Иеговэ Бабилэным аргуэру и лъэпкъыр гъэру иригъэубыдынукъым. ДауикІ, абы Алыхьым и унэшхуэр зэтезыгъэувэжхэр игъэгушхуауэ къыщІэкІынщ! Ахэр я бийхэр зэран къахуэхъункІэ шынэн хуейтэкъым.
10. Захарие илъэгъуа шыгухэм нобэ сыт къыдгурагъаІуэр?
10 Ноби, Захарие и зэманым хуэдэу, Иеговэ и мелыІычхэр къегъэсэбэп и лъэпкъым дэІэпыкъун икІи ар ихъумэн щхьэкІэ (Мал. 3:6; Евр. 1:7, 14). Иеговэ и лъэпкъыр дин нэпцІыр къэзыгъэлъагъуэ Бабилэным 1919 гъэм къыІэщІихащ. ИкІи абы лъандэрэ бийхэм Алыхьым и лъэпкъым зэран хуэхъун щхьэкІэ хузэфІэкІ къамыгъанэми, хъыбарыфІ гъэІуныр зыми къахуэгъэувыІэнукъым (Апок. 18:4). Дэ мелыІычхэм дыкъахъумэри, Иеговэ и организацэр аргуэру дин нэпцІым гъэру ихуэну дышынэн хуейкъым (Пс. 34:7). Дэ шэч къытетхьэкъым ди къуэш, ди шыпхъухэм Алыхьым и лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хахыу адэкІи зэрагъэзэщІэнум. Захарие илъэгъуа бгитІым дыщегупсыскІэ дэ зы щхьэкІи дышынэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дыкъызэрахъумэр дощІэ.
11. Куэд дэмыкІыу Алыхьым и лъэпкъым ШейтІаным и дунейр зэрытеуэным дыщышынэн щІыхуэмейр сыт?
11 Куэд дэмыкІыу ШейтІаным мы дунейм тет политикэр къигъэсэбэпу Алыхьым и лъэпкъым теуэнущ, ар игъэкІуэдын и гугъэу (Иез. 38:2, 10—12; Дан. 11:40, 44, 45; Апок. 19:19). Иезекииль зэритхыжамкІэ, бийхэр пшэ фІыцІэ хуэдэу къытщхьэщыхьэнущ. Ахэр губжьауэ шыхэм тесу къыттеуэнущ (Иез. 38:15, 16)c. Абыхэм дащышынэн хуейуэ пІэрэ? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ и дзэр ди гъусэщ. Гузэвэгъуэшхуэм и кІэм мелыІычхэр Алыхьым и лъэпкъым къыщхьэщыжынущ икІи Иеговэ и тепщэныгъэм пэув дэтхэнэри ягъэкІуэдынущ (2 Фес. 1:7, 8). Сыту гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьыну дэ а махуэм! Ауэ хэт Иеговэ уафэм щыІэ и дзэшхуэм и пашэу щытынур?
ИЕГОВЭ ДИН ПАШЭМ ПАЩТЫХЬЫМ И ТАЖЫР ЩХЬЭРЕТІАГЪЭ
12, 13. 1) Сыт хуэдэ унафэ Иеговэ Захарие хуищІыр? 2) Захарие зи гугъу ищІа КъудамэщІэр Хьисэ Мэссихьырауэ сыт жыпІэ щІэхъуныр?
12 Иеговэ Захарие иригъэлъэгъуахэр нэгъуэщІым зыми илъэгъуакъым. Ауэ, иджы Иеговэ и унэшхуэр зыухуэжхэр зыгъэгушхуэфын Іуэхугъуэ гуэр Захарие нэгъуэщІхэм ялъагъуу ещІэ. (Къеджэ Захария 6:9—11d.) Иеговэ Захарие унафэ хуещІ куэд мыщІэу Бабилэным къикІыжа Хелдай, Товие, Иедаие сымэ дыщэрэ дыжьынрэ къаІырихыу таж (венец) ищІыну (Зах. 6:11). Хэтыт Захарие а тажыр зыщхьэритІэгъэн хуейр? Ерусалим къэзыгъэзэжахэм я тепщэу щыт Зоровавелт? Ар Даут и щІэблэм къыхэкІат икІи Иудэ лъэпкъым щыщти, куэдым абы тажыр хуэфащэу ялъытэнкІэ хъунт. Ауэ, Захарие тажыр Иоседек и къуэ дин пашэшхуэ Хьисэ щхьэритІэгъащ.
13 Абы иужькІэ дин пашэшхуэ Хьисэ пащтыхь хъуауэ пІэрэ? Хьэуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар пащтыхь Даут и щІэблэм къыхэкІатэкъыми абы и тахътэм тесыну хуитыныгъэ иІэтэкъым. Тажыр Хьисэ зэрыщатІэгъам къигъэлъагъуэт игъащІэкІэ пащтыхьу икІи дин пашэу щытын гуэр иужькІэ къызэрыкІуэнур. Иеговэ абы «КъудамэщІэ» фІищащ (Зах. 6:12). Библием гурыІуэгъуэу итщ КъудамэщІэр — зэры-Хьисэ Мэссихьыр (Ис. 11:1; Мт. 2:23e).
14. Хьисэ Пащтыхьу икІи дин пашэшхуэу зэрыщытым ипкъ иткІэ сыт ищІэр?
14 Хьисэ Мэссихь Пащтыхьщ икІи дин пашэшхуэщ. Ар Иеговэ уафэм щыІэ и дзэм и пашэу щытщи, мы дуней бзаджэм щыпсэу Алыхьым и лъэпкъым зыри зэран къыхуэмыхъун щхьэкІэ къаруушхуэ ирехьэлІэ (Иер. 23:5, 6). Куэд дэмыкІыу Хьисэ Алыхьым и тепщэныгъэм пэувхэм езэуэнущ икІи ар абыхэм текІуэнурэ, Алыхьым и лъэпкъыр къригъэлынущ (Апок. 17:12—14; 19:11, 14, 15). Ауэ, япэщІыкІэ КъудамэщІэм мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ игъэзэщІэн хуейщ.
АБЫ АЛЫХЬЫМ И УНЭШХУЭР ИУХУЭНУЩ
15, 16. 1) Хэт икІи дауэ ди зэманым Иеговэ и лъэпкъыр зыхуэзышэсыжу, зыгъэкъэбзар? 2) Хьисэ илъэс минкІэ щІылъэм и тепщэу щыта нэужь сыт хуэдэ псэукІэ диІэнур?
15 Алыхьым Хьисэ Мэссихь Пащтыхьу икІи дин пашэшхуэу зэрытригъэувам нэмыщІ, иджыри «Иеговэ и унэшхуэр» иухуэну къалэн хуищІащ (Зах. 6:13). Дауэ Хьисэ ди зэманым а къалэныр зэригъэзащІэр? Хьисэ 1919 гъэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр Бабилэным къыІэщІихыжри, пэжу хуэлэжьэн щхьэкІэ зэхуишэсыжащ икІи зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутыр тригъэуващ. А унэІутым щІылъэм щыІэ «Иеговэ и унэшхуэм» щекІуэкІ лэжьыгъэр игъэкІуэтэну Хьисэ къалэн хуищІащ (Мт. 24:45). Абы нэмыщІ Хьисэ къаруушхуэ ирехьэлІэ Алыхьым и лъэпкъыр къабзэу Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ (Мал. 3:1—3).
16 Алыхьым цІыхухэм щыщу къыхиха 144 000-м илъэс минкІэ щІылъэм и тепщэу щытыну Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр даІыгъынущ икІи дин пашэу щытынущ. Ахэр цІыхухэм дэІэпыкъунущ дагъуэншэ хъужыну. Абы иужькІэ жэнэт хъужа щІылъэм Иеговэ пэжу хуэлажьэхэм фІэкІ щыІэнукъым, абы щыгъуэщ Алыхьым пэжу хуэлэжьэныр зэтегъэувэжа щыхъунур!
ИЕГОВЭ ИРИГЪЭКІУЭКІ ЛЭЖЬЫГЪЭМ ФЫХЭТ
17. Иеговэ журтхэр сыткІэ къигъэгугъа икІи абы и псалъэхэр дауэ абыхэм зэрыдэІэпыкъуар?
17 Захарие и псалъэхэр журтхэм дауэ къазэрыдэІэпыкъуар? Иеговэ зэрыдэІэпыкъуныр икІи къызэрихъумэнур абыхэм къагуригъэІуащ. Алыхьым и унэшхуэр ухуэжа зэрыхъунымкІи къигъэгугъащ икІи абы дауикІ, ахэр игъэгушхуащ. Ауэ, ахэр цІыху мащІэ зэрыхъум щхьэкІэ, апхуэдэ лэжьыгъэшхуэр яхуэмыгъэзэщІэну егупсысынкІэ хъунут. АдэкІэ Захарие итхыжам къегъэлъагъуэ абыхэм а лэжьыгъэр зэрагъэзэщІэфынур. Иеговэ жиІащ, Хелдай, Товие, Иедаие сымэ нэмыщІ, а лэжьыгъэм нэгъуэщІ цІыху куэди зэрыхыхьэнур. (Къеджэ Захария 6:15f.) Иджы журтхэм Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуныр я фІэщ хъуати, занщІэу а лэжьыгъэм пэрыуващ, Персием и пащтыхьым Ерусалим ухуэжыныр къигъэувыІэну унафэ зэрищІам емылъытауэ. Куэд дэмыкІыу «бгышхуэм» ебгъэщхь хъуну гугъуехьыр Иеговэ Іуихащ — къалэр яухуэжыну хуит ящІыжащ. Ди эрэм ипэ 515 гъэм Алыхьым и унэшхуэр зэфІагъэувэжащ (Езд. 6:22; Зах. 4:6, 7). Ауэ Иеговэ и псалъэхэр ди зэманым нэхъыбэжу хуокІуэ.
Лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуар Иеговэ зэи щыгъупщэнукъым. (18, 19-нэ абзацхэм феплъ.)
18. Дауэ нобэ Захария 6:15 ит псалъэхэр къызэрыхъур?
18 Нобэ Алыхь пэжым мелуан бжыгъэкІэ цІыху хуолажьэ. Абыхэм я гум къыбгъэдэкІыу нэхъыфІ дыдэу яІэр Алыхьым ират, абы иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр даІыгъын папщІэ. Абы хохьэ я зэманыр, я къарур икІи я мылъкур (Прит. 3:9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Сыт къыддэІэпыкъуныр Иеговэ хуэтщІэ псор лъапІэу зэрилъытэм шэч къытедмыхьэну? Хелдай, Товие, Иедаие сымэ къахьауэ щыта дыщэмрэ дыжьынымрэ Захарие таж къыхищІыкІащ. А тажым журтхэм ягу къигъэкІыжын хуейт Иеговэ щхьэкІэ а цІыхуищым тыгъэхэр къызэрахьар (Зах. 6:14). Апхуэдэу, дэри длэжьа Іуэхухэр икІи лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуар Иеговэ зэи щыгъупщэнукъым (Евр. 6:10).
19. Захарие илъэгъуахэм сытым ухуигъэушрэ?
19 Ди зэманым Иеговэ и лъэпкъым ехъулІэныгъэшхуэхэр иІэщ. Ахэр щыхьэт тохъуэ Хьисэ ди пашэу зэрыщытым икІи Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум. Дэ дзыхь зыхуэпщІ хъун игъащІэкІэ щыІэну организацэм дыщыщщ. Иеговэ цІыхухэр пэжу хуэлэжьэну иІэ мурадыр Іэмал имыІэу игъэзэщІэнущ. Алыхьым и лъэпкъым фызэрыхэтыр лъапІэу флъытэ икІи Иеговэ жиІэ псом федаІуэ. Апхуэдэу фщІэмэ, дин пашэшхуэу икІи Пащтыхьу щыт Хьисэрэ мелыІычхэмрэ фыкъахъумэнущ. Иеговэ лэжьыгъэ иригъэкІуэкІыр дэфІыгъын папщІэ, къарууэ фиІэр ефхьэлІэмэ, шэч лъэпкъ къытевмыхьэми хъунущ дзэхэм я Алыхь Иеговэ фыкъызэрихъумэным мы дуней Іейм и кІэр къэсыхуи, игъащІэкІи.
a Захария 6:1—3: «Аргуэру си нэхэр къэсІэтри, сыплъэри бгитІым я зэхуакум зауэм хуэщІа шыгуиплІ къыдэкІыу слъэгъуащ. А бгыхэр гъуаплъэм къыхэщІыкІат. Япэ шыгум шы плъыжьхэр щІэщІат, етІуанэ шыгум — шы фІыцІэхэр, ещанэ шыгум — шы хужьхэр, еплІанэ шыгум — шы къуэлэнхэр».
b Захария 6:5—8: «МелыІычым къызжиІащ: „Ахэр, дуней псом и Зиусхьэным и пащхьэ ихьа иужь ежьа, уафэм щыщ мелыІычиплІыращ. Шы фІыцІэхэр зыщІэщІа шыгум ищхъэрэ щІыналъэмкІэ егъазэ, шы хужьхэр хы адрыщІымкІэ макІуэ, къуэлэнхэр — ипщэ щІыналъэмкІэ. Къуэлэнхэр ежьэнурэ, щІыналъэр къызэхакІухьын щхьэкІэ здэкІуэн хуеймкІэ кІуэнущ“. ИужькІэ абы жиІащ: „ФыкІуэ, щІыналъэр къызэхэфкІухь.“ Арати ахэр щІыналъэр къызэхакІухьыну ежьащ. Ар къэгуоуащ: „Еплъыт, ищхъэрэ щІыналъэмкІэ кІуэхэм Иеговэ ищхъэрэ щІыналъэм гупсэхугъуэ щрагъэгъуэтыжащ“».
c Абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэнущ «Бодрствуйте! Сатана хочет вас поглотить» (bw558-U) брошюрэм и напэкІуэцІ 29—30 ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» рубрикэм.
d Захария 6:9—11: «Аргуэру Иеговэ къызжиІащ: „Хелдай, Товие, Иедаие сымэ гъэрыпІэм щыІа цІыхухэм къыІыраха тыгъэхэр къеІых. Уэри Софоние и къуэ Иосие и унэм кІуэ а махуэм, Бабилэным къикІыжахэм я гъусэу кІуэ. Дыщэмрэ дыжьынымрэ къащти таж дахэ щІы, щхьэрытІагъэ ар Иоседек и къуэ дин пашэшхуэ Хьисэ“».
e Пасэрей журтыбзэ не́цер псалъэм «Назарет щыщ» жыхуиІэ псалъэхэр къытек1ащ, абы «къудамэщІэ» къокІ.
f Захария 6:15: «„Жыжьэ щыІэхэри къэкІуэнурэ Иеговэ и унэшхуэ ухуэжыным хэтынущ“. Абы щыгъуэ фэ къэфщІэнущ дзэхэм я Алыхь Иеговэ сыкъызэрыфхуигъэкІуар. Апхуэдэу хъунущ, фэ фи Алыхь Иеговэ жиІэм псоми федаІуэу щытмэ».