9 СТАТЬЯР
Хьисэ хуэдэу, адрейхэм я Іуэхур япэ ивгъэщ
«Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (АПОСТ. 20:35).
17-НЭ УЭРЭДЫР «Сыхуейщ!»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Библием щыжыІауэ щытар Иеговэ и лэжьакІуэхэм нобэ дауэ зэрагъэзащІэр?
ИЛЪЭС мин бжыгъэкІэ узэІэбэкІыжмэ, Библием щыжыІауэ щытат Алыхьым и лъэпкъыр абы хуэлэжьэну хьэзыру зэрыщытынур икІи Иеговэ и Къуэм и жыІэм зэрыщІэтынур (Пс. 110:3). А псалъэхэр къызэрыхъур иджыпсту ди нэкІэ долъагъу. Иеговэ и лэжьакІуэхэм илъэс къэс сыхьэт мелуан бжыгъэ куэд хъыбарыфІ гъэІуным трагъэкІуадэ. Абыхэм а лэжьыгъэр я гум къыбгъэдэкІыу икІи я фейдэ къамылъыхъуэу ирахьэкІ. Абы нэмыщІ ахэр я зэманым щымысхьу къуэш, шыпхъухэм сыт и лъэныкъуэкІи ядоІэпыкъу. ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэми зэхуэсым и пащхьэ къыщыпсэлъэн ипэ е зэхуэсым щыщ гуэрым хуэзэу ар ягъэгушхуэн ипэ фІыуэ загъэхьэзыр. А псом зэман куэд токІуадэ! Апхуэдэу псэемыблэжу лэжьэну сыт ахэр хуэзыгъэушыр? Лъагъуныгъэращ! Абыхэм Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыщэу ялъагъу (Мт. 22:37—39).
2. СыткІэ Хьисэ щапхъэ тетхын зэрыхуейр? (Рим 15:1—3).
2 Хьисэ езыр зыхуэныкъуэм нэхърэ адрейхэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщт. Дэри абы и щапхъэм дытетын щхьэкІэ къарууэ диІэр идохьэлІэ. (Къеджэ Рим 15:1—3.) Апхуэдэ гъащІэм сэбэпынагъышхуэ къыпхуехь. Езы Хьисэ жиІэгъат: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35).
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Хьисэ цІыху псэемыблэжу зэрыщытыр сытыт къызыхэщыр? Дауэ дэ абы щапхъэ тетх зэрыхъунур? Адрейхэм псэемыблэжу дахуэлэжьэн щхьэкІэ гукъыдэж диІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям щызэпкърытхынущ.
ХЬИСЭ ЩАПХЪЭ ТЕХ
Хьисэ и деж цІыху куэд къыщыкІуам щыгъуэ сыт абы ищІар, зэрешам емылъытауэ? (4-нэ абзацым феплъ.)
4. Хьисэ адрейхэм псэемыблэжу зэрадэІэпыкъуауэ щытам и зы щапхъэ къэфхь.
4 Хьисэ ешауэ щыщытым дежи псэемыблэжу адрейхэм ядэІэпыкъут. Зэгуэр Капернау́м къалэм пэмыжыжьэу зы Іуащхьэ гуэрым деж Хьисэ цІыху гупышхуэ къыбгъэдыхьат. Абы ипэ къихуэ жэщыр Хьисэ тхьэлъэІум хэту ирихьэкІат. Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ Хьисэ ешауэ зэрыщытар! Абы емылъытауэ, къэкІуа цІыху тхьэмыщкІэхэр абы фІэгуэныхь хъури, сымаджэхэр игъэхъужащ икІи а Іуащхьэм псалъэ гъуэзэджэ щыжиІащ. Абы хуэдэ псалъэ игъащІэм зы егъэджакІуи жиІауэ щытакъым (Лк. 6:12—20).
Хьисэ псэемыблэжу зэрыщытам дауэ щапхъэ тетх зэрыхъунур? (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Щешам дежи унагъуэм и нэхъыжьхэм дауэ Хьисэ щапхъэ зэрытрахыр?
5 Унагъуэм и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трах. Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ уи нэгу къыщІэгъэхьэ: махуэ псом зэрылэжьам хуабжьу иригъэшауэ унагъуэм и нэхъыжьыр унэм къыщІохьэж. Абы иджыпсту зигъэпсэхуамэ хъарзынэт, ауэ ныщхьэбэ унагъуэм и гъусэу Библиер иджын зэрыхуейр ещІэж. Къуэшым Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэри, къару къритыну йолъэІу. Иеговэ абы и тхьэлъэІум жэуап къретри, унагъуэм блимыгъэхуу зэгъусэу Библиер едж. А пщыхьэщхьэм сабийхэм хьэкъыу япхыкІащ я адэ-анэм я дежкІэ Иеговэ хуэлэжьэныр псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытыр.
6. Хьисэ и зэманым щымысхьу адрейхэм ядэІэпыкъуу зэрыщытам и зы щапхъэ къэфхь.
6 Хьисэ и зэманым щымысхьу адрейхэм ядэІэпыкъут. Хьисэ и гъащІэм къыщыхъуа иджыри зы Іуэхугъуэ къэтхьынщ. Абы хъыбар ирагъэщІат Иуан и щхьэр зэрыпаупщІар. Уэ абы и пІэм уитамэ, сытыт зыхэпщІэнур? И ныбжьэгъур зэраукІар къыщищІэм Хьисэ «щІыпІэ пхыдза гуэрымкІэ и закъуэу» иунэтІащ (Мт. 14:10—13). Уэри ара хъунт пщІэнур. Ауэ цІыхухэм абы Іэмал иратакъым «щІыпІэ пхыдза гуэрымкІэ и закъуэу» щыІэну. Ахэр Хьисэ япэ иту а щІыпІэм къэсат. Сыт абы щыгъуэ Хьисэ ищІар? Хьисэ езыр зыхуэныкъуэм нэхърэ адрейхэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщу зэрыщытым къыхэкІкІэ гуапэу абыхэм яхущытащ. Хьисэ илъагъут ахэр гупсэхугъуэрэ гузэгъэгъуэрэ зэрыхуэныкъуэр. Абы цІыхухэм «игу ящІэгъуащ икІи Іуэхугъуэ куэд яригъащІэу щІидзащ». Гу зэрылъыттащи, Хьисэ зы гупсысэ-гупсыситІкъым абыхэм яжриІар, атІэ куэдым хуригъаджэу щІидзащ (Мк. 6:31—34; Лк. 9:10, 11).
7, 8. Лъагъуныгъэ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэм, Хьисэ щапхъэ трахыу, къуэш, шыпхъухэм зэрадэІэпыкъум и щапхъэ къэфхь.
7 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трах. Зэхуэсым и нэхъыжь лъапІэхэ, ину берычэт бесын псэемыблэжу фыкъызэрытхуэлажьэм щхьэкІэ! Куэдыр щыгъуазэкъым фэ ефхьэкІ лэжьыгъэ псом. Псалъэм папщІэ, дохутыр ІуэхукІэ къуэшыр е шыпхъур дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэмэ, сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым щыщ къуэшхэм я Іуэхухэр ирагъэтІылъэкІри, апхуэдэ цІыхум доІэпыкъу. Апхуэдэ Іуэхухэр жэщыкум къыщыхъей щІэх-щІэхыурэ къохъу. Гузэвэгъуэ пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм хуаІэ гущІэгъум къыхэкІкІэ лъагъуныгъэ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я Іуэхухэр лъэныкъуэ ирагъэз.
8 Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтщ икІи гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм ядэІэпыкъуну хьэзырщ. Уэ зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ, къуэш, шыпхъухэр ирагъэджэным, ягъэгушхуэным икІи абыхэм щІэгъэкъуэн яхуэхъуным зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэман дапщэ трагъэкІуадэми? Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ дэтхэнэ зыми абы и унагъуэми фІыщІэ хуэтщІыну дыхуейщ. Псэемыблэжу фызэрылажьэм щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ къыфщыхуэ! ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми адрей къуэш, шыпхъухэми я къалэнхэр щагъэзащІэкІэ Іущагъ яхэлъын хуейщ. Зэхуэсым и нэхъыжьым зыщигъэгъупщэн хуейкъым и зэманыр къуэш, шыпхъухэм нэмыщІ, и щхьэгъусэми и бынхэми тригъэкІуэдэн зэрыхуейр.
ПСЭЕМЫБЛЭЖУ АДРЕЙХЭМ ЗЫГУЭР ЯХУЭТЩІЭНУ ГУКЪЫДЭЖ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
9. Филиппи 2:4, 5 зэритымкІэ, сыт хуэдэ гупсысэкІэ диІэн хуейр?
9 Къеджэ Филиппи 2:4, 5. Псори зэхуэсым и нэхъыжьу зэрымылажьэр гурыІуэгъуэщ. Абы щхьэкІэ къэмынэу, дэтхэнэ зыми, Хьисэ щапхъэ трихыу, адрейхэм псэемыблэжу ядэІэпыкъун хуейщ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ «ІуэхутхьэбзащІэм и щытыкІэ иІэ хъуащ» (Флп. 2:7). Мы псалъэхэм къикІым дегупсысынщ. УнэІутым къару куэд ирехьэлІэ и зиусхьэныр арэзы ищІын щхьэкІэ. Дэ Иеговэ дрипщылІщ, ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІи ІуэхутхьэбзащІэу дыщыту жыпІэ хъунущ. Апхуэдэ «зиусхьэнхэр» арэзы пщІыну гуапэщ. Сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр?
10. Сыт хуэдэ упщІэхэм уегупсыс хъуну?
10 Зыгъэунэхуж. КъыкІэлъыкІуэ упщІэхэм егупсыс: «Адрейхэм псэемыблэжу садэІэпыкъуну гукъыдэж сиІэ? Зи ныбжь хэкІуэта къуэшым и деж сыкІуэу сыдэІэпыкъуну е зи ныбжь хэкІуэта шыпхъур зэІущІэм машинэкІэ къэсшэну сыхьэзыр? Дыщызэхуэс Унэр е конгрессыр щедгъэкІуэкІ Унэр зэлъыІусхыну гукъыдэж сиІэ?» Иеговэ дэ къыдолъэІу ди зэманымрэ ди къарумрэ дыщымысхьу ди къуэш, ди шыпхъухэм ятедгъэкІуэдэну. КъызэрыдэлъэІур дгъэзэщІэну Иеговэ къытщогугъ, сыту жыпІэмэ дэ ди гъащІэ псор абы и ІэмыщІэм итлъхьащ. ЦІыхум зыгуэр къытхуищІэжыну дыщымыгугъыу дыщыдэІэпыкъум деж Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ. Ауэ зыбгъэунэхужа иужь зыгуэр пхъуэжын хуейуэ гу лъыптамэ-щэ?
11. Адрейхэм псэемыблэжу уадэІэпыкъуну ухьэзыру ущытын щхьэкІэ сыт Иеговэ лъэІукІэ зыщІыхуэбгъэзэн хуейр?
11 Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэгъазэ. Псалъэм папщІэ, зэрызыпхъуэжын хуейр къыбгурыІуащ, ауэ зыпхъуэжыну гукъыдэж уиІэкъым. Апхуэдэм деж Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэгъазэ. Уи гум щыщІэ псор абы бгъэдэлъхьэ. Гукъыдэж узэримыІэр жеІэ икІи елъэІу абы и фІэфІ «Іэхухэм [у]ахуеинуи [б]лэжьынуи» (Флп. 2:13).
12. НыбжькІэ щІалэ къуэшхэр дауэ зэхуэсым зэрыдэІэпыкъуфынур?
12 Псым зыщІэзыгъэуа къуэшхэ, фэ ныбжькІэ фыщІалэмэ, Иеговэ фелъэІу хъунущ къуэш, шыпхъухэм фадэІэпыкъуну гукъыдэж къывитыну. Къэрал куэдым зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэхърэ нэхъ мащІэщ икІи абыхэм щыщ куэдым ныбжь яІэщ. Гъэ къэс Иеговэ и организацэр хохъуэ, абы къыхэкІкІэ адрейхэм ядэІэпыкъуну хьэзыр къуэш ныбжьыщІэхэм дыхуэныкъуэщ. Зэхуэсым сыт хуэдэ лэжьыгъэри щыбгъэзэщІэну хьэзыру ущытмэ, уэ насыпыфІэ ухъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ Иеговэ бгъэгуфІэнущ, дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу псоми укъацІыхунущ икІи адрейхэм уазэрыдэІэпыкъум гухэхъуэ къыуитынущ.
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иудэ щІыналъэр къагъанэу Иордан псым и адрей лъэныкъуэмкІэ щыІэ Пе́ллэ къалэм щІэпхъуэжын хуей хъуащ. А къалэм япэу нэсахэр къэкІуа къудейхэм ерыскъыкІэ догуашэ (13-нэ абзацым феплъ.)
13, 14. Дауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм ІуэхукІэ дазэрыдэІэпыкъуфынур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
13 Гулъытэ зыхэгъэлъ. Ди эрэм 61-нэ гъэм апостол Паул Иудей хэкум щыпсэу къуэш, шыпхъухэм яхуитхауэ щытащ: «ФІы фщІэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиІэр нэгъуэщІ цІыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи» (Евр. 13:16). Паул мы чэнджэщыр игъуэу итхауэ жыпІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ илъэс зыбжанэ дэкІри, къуэш, шыпхъухэм я унэхэри, я лэжьапІэри, Алыхьым хуэмылажьэ я благъэхэри къагъанэу бгым щІэпхъуэжын хуей хъуащ (Мт. 24:16). ЗдэІэпхъуа щІыпІэм зыр зым зэдэмыІэпыкъужу хъунутэкъым. Зэман гугъухэр къэмыс щІыкІэ Паул и чэнджэщым тету псэун щІэзыдзахэм я дежкІэ нэхъ тыншт здэІэпхъуа щІыпІэм щрахьэкІ гъащІэм есэну.
14 Ди къуэш, ди шыпхъухэм къыджамыІэфынкІэ хъунущ ахэр сытым хуэныкъуэми. Ди къуэш гуэрым и щхьэгъусэр фІэкІуэдауэ жытІэнщ. Шхын гъэхьэзырынымкІэ, зыщІыпІэ машинэкІэ кІуэнымкІэ е нэгъуэщІ ІуэхухэмкІэ ар дэІэпыкъуэгъу хуэмыныкъуэу пІэрэ иджы? Хуэныкъуэми, зыкъыттригъэхьэлъэну хуэмейуэ езым зыри къыджимыІэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ езым ди жэрдэмкІэ къуэшым дыдэІэпыкъумэ, дауикІ, ар абы фІыщІэ ищІынущ. «Къуэшым нэгъуэщІ зыгуэр дэІэпыкъунщ» жыпІэу е езым телефонкІэ къыпхуищІу зыгуэркІэ къолъэІуну уемыгупсыс. ЗэупщІыж: «Сэ а къуэшым и пІэм ситамэ, сытыт сызыхуэныкъуэнур?»
15. Псэемыблэж цІыхур сыт хуэдэу щыт?
15 ДэІэпыкъуэгъу ухъуну сыт щыгъуи хьэзыру щыт. ДауикІ, уи зэхуэсым хэту къыщІэкІынщ сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзырхэр. Ахэр къыщыбдэІэпыкъум деж я щІыхуэ къыптехуа хуэдэу къыпщыхъукъым. Апхуэдэ ныбжьэгъухэм сыт щыгъуи уащыгугъ хъунущ. Дэтхэнэ зыри апхуэдэ цІыхуфІу дыщытыну дыхуейщ, пэжкъэ? Зи ныбжьыр илъэс 40-м тІэкІукІэ щІигъуа А́лан зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ икІи псоми ядэІэпыкъуну ар хущІокъу. Хьисэ и щапхъэм ар мыпхуэдэ гупсысэм къыхуишащ: «Хьисэ Іуэху куэд иІэ пэтми, сабийхэри, ныбжь зиІэхэри — псори абы и гъусэну хуейт икІи зыгуэр щхьэкІэ елъэІуну зыри укІытэтэкъым. Абыхэм я дежкІэ Хьисэ къыбдэІэпыкъуну хьэзыр ныбжьэгъуфІу щытт. Сэри сыхуейщ къуэш, шыпхъухэм тыншу зыкъысхуагъэзэфу, я гуапэу си гъусэу зэман ягъакІуэу икІи ахэр къысфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр зыхащІэу щытыну».
16. Псалом 119:59, 60 ит принципыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур Хьисэ и щапхъэм дытетыну?
16 ДауикІ, дэ иджыпсту Хьисэ хуэдэ дыдэ дыхъуфынукъым, ауэ абы щхьэкІэ ди Іэр етхьэхынкъым (Екъуб 3:2). Сурэт щІыным хуеджэр занщІэу Іэзэ хъуфынукъым. Ауэ и щыуагъэхэм дерс къыхихыжмэ икІи сурэтыщІ цІэрыІуэхэм щапхъэ трихмэ, зэман дэкІмэ, ар сурэтыщІ Іэзэ хъуфынущ. Дэри ди Іуэхур абы ебгъэщхь хъунущ. Библием къыщытщІар дгъэзащІэмэ икІи ныкъусан тхэлъхэр зыхэднэмэ, Хьисэ къытхуигъэна щапхъэм дытетыфынущ. (Къеджэ Псалом 119:59, 60.)
ПСЭЕМЫБЛЭЖУ УЩЫТЫНЫМ ФІЫГЪУЭ КЪЫПОКІУЭ
Хьисэ и щапхъэм тетыну зэрыхущІэкъумкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм щІалэгъуалэм щапхъэфІ ирагъэлъагъу (17-нэ абзацым феплъ.)b
17, 18. Хьисэ псэемыблэжу зэрыщытам щапхъэ тепхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
17 Псэемыблэжу щыт цІыхум адрейхэри «къецІалэ». Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Тим къыддогуашэ: «Ди зэхуэсым щыщ щІалэ зыбжанэм икъукІэ ирагъэфІэкІуащ икІи зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу ахэр трагъэуващ. Псэемыблэжу щыт къуэш, шыпхъухэм я щапхъэр абыхэм къадэІэпыкъуауэ жыпІэ хъунущ. А щІалэхэм я гум къыбгъэдэкІыу зэхуэсым щхьэкІэ куэд ящІэ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм ахэр лъапІэу ялъытэ».
18 Мы дунейм щыщ цІыхухэр щхьэзыфІэфІу щытщ, ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр апхуэдэкъым. Дэ Хьисэ и щапхъэр ди гум нэсащи, абы ещхьу дыщытыну дыхущІокъу. ДауикІ, дэ Хьисэ къигъэна «лъэужьым» нэгъэсауэ дытехуэфынукъым, ауэ ар зэрыхъукІэ нэхъыфІу зэрытщІэным делэжьын хуейщ (1 Пет. 2:21). Дэри, Хьисэ хуэдэу, псэемыблэжу адрейхэм дадэІэпыкъуну дыхьэзырмэ, Иеговэ и гур хыдогъахъуэ. Ар зыхэпщІэну сыту насыпышхуэ!
13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
a Хьисэ езыр зыхуэныкъуэм нэхърэ адрейхэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщт. Абы щапхъэ тетхын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми икІи сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къытхуихьынуми мы статьям къыдгуригъэІуэнущ.
b СУРЭТЫР. НыбжьыщІэу щыт Джим и гум нэсащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы и адэм щІэупщІэну сымаджэщым къызэрыкІуар. Иджы ар езыри хуейщ къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэу ядэІэпыкъуну. Ди къуэш Бен Джим и щапхъэр и гум нэсащ икІи дыщызэхуэс Унэр зэлъыІухыным хэтыну гукъыдэж иІэ хъуащ.