ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Февраль н. 26—29
  • Узыфэу хъуар зыгъэхъужын дохутыр сэ къэзгъуэтащ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Узыфэу хъуар зыгъэхъужын дохутыр сэ къэзгъуэтащ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • НАУКЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ГЪУНЭГЪУ СЫХУЭХЪУАЩ
  • СИ ЩХЬЭГЪУСЭМ СЫЗЭРЫХУЭЗАМРЭ ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫСЦІЫХУАМРЭ
  • СИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ИЕГОВЭ ИЗОТ
  • ИЕГОВЭ И ЛЪЭПКЪЫМ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУР СОЛЪАГЪУ
  • СЫЗЭРЫЦІЫКІУРЭ СЫЗЭХЪУАПСЭР КЪЫЗЭРЫХЪУР СОЛЪАГЪУ!
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Февраль н. 26—29

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

Узыфэу хъуар зыгъэхъужын дохутыр сэ къэзгъуэтащ!

ЖЫЗЫІЭЖАР РУ́ЛЬМАНН РЕНЕ́Щ

«ПЭЖУИ? Сэ сызэрыцІыкІурэ аращ сызыщІэхъуэпсыр!» — яжесІащ си деж къэкІуа зэщхьэгъуситІым. Ар къыщыхъуар 1971-нэ гъэращ. Абы щыгъуэ сэ езым си клиникэ къызэІусха къудейуэ арат. Хуит сыкъэфщІмэ, сэ жысІэжыну сыхуейт а зэщхьэгъуситІыр хэту щытами, а псалъэмакъым си гъащІэр дапхуэдэу ихъуэжами икІи сыщысабийм си хъуэпсапІэу щытар къызэрыхъунур абы лъандэрэ си фІэщ щІэхъур.

Сэ 1941-нэ гъэм Париж сыкъыщалъхуащ. Дэ мылъкушхуэ дбгъэдэлътэкъым. Сэ илъэсипщІ сыщыхъум жьэн уз къызэуалІэри, школым сымыкІуэжыфу хъуащ. Ар икъукІэ сигу къеуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ еджэныр фІыщэу слъагъут. Си тхьэмбылым къытемыхьэлъэн щхьэкІэ дохутырхэм сыщылъмэ, нэхъыфІу къызжаІащ. Сэ мазэ зыбжанэкІэ пІэм сыхэлъащ псалъалъэр зджыуэ икІи Парижым дэт университетым и радиом седаІуэу. Дохутырхэм сыхъужауэ щыжаІам щыгъуэ къэслъэтыхьыным сыхуэдэт. «Дохутырхэм къысхуащІар сыту телъыджэшхуэ», — сегупсысащ сэ абы щыгъуэ. А зэманым щыщІэдзауэ сэ цІыхухэр згъэхъужыну сехъуапсэу сыхъуащ. Абы лъандэрэ къыхэсхыну ІэщІагъэмкІэ си адэр къыщызэупщІым деж сэ жысІэт: «Дохутыру». Апхуэдэу сэ дохутыр ІэщІагъэр фІыщэу слъагъуащ.

НАУКЭМ И ФІЫГЪЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ГЪУНЭГЪУ СЫХУЭХЪУАЩ

Сэ си адэ-анэр католикт, ауэ Алыхьым теухуауэ сщІэр мащІэт, си упщІэхэри жэуапыншэу къанэт. ГъащІэр зыгуэрым къызэригъэщІар къыщызгурыІуар университетым медицинскэ факультетым сыщыщІэтІысхьам щыгъуэщ. Сэ сощІэж япэ дыдэу тюльпаным и клеткэхэм микроскопкІэ сыщеплъауэ щытар. Сэ икъукІэ згъэщІэгъуат хуабэри щІыІэри абыхэм зэрашэчыфыр. Абы нэмыщІ гу лъыстащ цитоплазмэр (клеткэм и зы Іыхьэр) шыгъупсым хэплъхьа иужь абы зэрызыхуишэм, ауэ псы къабзэм хэплъхьэжа иужь ар зэрызыкІэщІэкІыжым. Клеткэхэр апхуэдэу зэрылажьэм и фІыгъэкІэ удз гъэгъахэри Алыхьым къигъэщІа нэгъуэщІхэри дунейм и щытыкІэм зэрызихъуэжым йосэ. Дэтхэнэ зы клеткэ цІыкІури телъыджэшхуэщ. КІуэ пэтми, нэхъыбэу си фІэщ хъут гъащІэр езыр-езыру къызэрымыунэхуар.

ЕтІуанэ курсым сыщыщІэсым Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэри къэсщІащ. Сэ сощІэж анатомиер щыдджым Іэблэр зэрызэхэлъым и фІыгъэкІэ ди Іэпхъуамбэхэр зырызедгъэкІуэфыр къызэрысщІар. Къупщхьэм телъ мышцэхэр, хуэхэр (сухожилия), хуэ кІапэхэр (связки) зэрызэхэтым къегъэлъагъуэ цІыхум и Іэр инженер Іэзэм къызэригупсысар. Псалъэм папщІэ, сэ къэсщІащ Іэблэм и мышцэмрэ етІуанэ Іэпхъуамбэмрэ зыпызыщІэ хуэр тІууэ зэрызэгуэкІыр. Апхуэдэ «лъэмыжым» Іэбжьанэм екІуалІэ хуэр кІэщІокІ. Хуэр къупщхьэм быдэу кІэрылъщ. Армырамэ ди Іэпхъуамбэхэр, шабзэкъум хуэдэу, къэгъэшауэ щытынут икІи хуэр, шабзэкъур зэзыпх кІапсэм хуэдэу, шэщІауэ щытынут. Си дежкІэ наІуэ хъуащ цІыхум и Іэпкълъэпкъыр Іущагъышхуэ зыхэлъ гуэрым зэрызэхилъхьар.

Сэ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІыр нэхъ гъэщІэгъуэныж сщыхъуащ сабийр къалъхуа иужь занщІэу бэуэн зэрыщІидзэм теухуауэ нэхъыбэ къыщысщІам щыгъуэ. Ди егъэджакІуэхэм къыдгурагъэІуащ сабийр ныбэм щилъым деж и бынжэ цІыкІумкІэ и анэм зэрепхар икІи абыкІэ кислород къызэрыкІуэр. А зэманым альвеолэхэм (тхьэмбылым щыІэ жызум Іэрамэм ещхь хъурей цІыкІухэм) иджыри жьы иткъым. Сабийр къалъхуным тхьэмахуэ зыбжанэ иІэжу альвеолэхэм и кІуэцІым сурфактант жыхуиІэр трещІэ. Аращи, сабийр къызэралъхуу, япэ дыдэу бэуэн зэрыщІидзэу гъэщІэгъуэн гуэр къохъу. Сабийм и гум иІэ гъуанэ цІыкІум зызэхуещІри, тхьэмбылым лъыр кІуэуэ щІедзэ. А дакъикъэм сурфактантым и фІыгъэкІэ альвеолэхэр зэкІэрыпщІэкъым икІи абыхэм псынщІэу жьы из мэхъу. Аращи, абы щыщІэдзауэ сабий цІыкІум езым бэуэн щІедзэ!

А телъыджэ псор къэзыгъэщІам теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну сыхуейти, сэ Библием седжэу щІэздзащ. Илъэс 3 000-м щІигъу ипэ Алыхьым и лъэпкъым къабзагъэм теухуауэ ирита унафэхэр къыщысщІам щыгъуэ ар сфІэгъэщІэгъуэн хъуащ. Псалъэм папщІэ, цІыхур щІыб икІа иужь и фІейр щІитІэжын, щІэх-щІэхыурэ зигъэпскІын икІи, уз зэрыцІалэ иІэу къагъуэтамэ, щхьэхуэу псэун хуейт (Лев. 13:50; 15:11; Втор. 23:13). Зэрытлъагъущи, Библиер и зэманым ипэ ищащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уз зэрыцІалэм зэрызиубгъу щІыкІэм теухуауэ лІэщІыгъуитІ хуэдиз ипэщ щІэныгъэлІхэм къащыгурыІуар. Абы нэмыщІ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ къабзагъэ зрахьэн зэрыхуейр Левит тхылъым къыщысщІащ (Лев. 12:1—6; 15:16—24). Абы и фІыгъэкІэ лъэпкъ псор узыншэу къанэт. А унафэхэр Алыхьым и лъэпкъым щІритар сэ къызгурыІуащ. Абы и унафэхэр зэрагъэзащІэр лъэпкъ псом сэбэп хуэхъут. Сэ къызгурыІуащ Библиер Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр, ауэ абы цІэ иІэу сщІэххэтэкъым.

СИ ЩХЬЭГЪУСЭМ СЫЗЭРЫХУЭЗАМРЭ ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫСЦІЫХУАМРЭ

1965-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 3-м Лидирэ сэрэ дызэрышащ

Университетым сыщеджэу Лиди́ зи цІэ хъыджэбз тхьэІухудым сыхуэзащ. Ар фІыщэу слъэгъуащ икІи 1965-нэ гъэм иджыри седжэу дэ дызэрышащ. 1971-нэ гъэм ирихьэлІэу дэ сабиищ диІэт, иужькІэ иджыри сабиищ дгъуэтащ. Лиди сыт щыгъуи — унагъуэ ІуэхукІи си лэжьыгъэмкІи — дэІэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъут.

ИлъэсищкІэ сымаджэщым сылэжьа иужь сэ езым си клиникэ къызэІусхащ. Куэд дэмыкІыу ипэІуэкІэ зи гугъу сщІа зэщхьэгъуситІыр си деж къэкІуащ. ЦІыхухъум зрихьэлІэну хущхъуэхэр щыхуэстхым абы и щхьэгъусэр къызэлъэІуащ: «КхъыІэ, лъы зыхэт хущхъуэ тхуомытх». Сэ ар згъэщІагъуэри, сеупщІащ: «Ар дауэ? Сыт щхьэкІэ?» «Дэ Иеговэ дрищыхьэтщ», — жиІащ абы. Ауэ абы щыгъуэ Иеговэ и Щыхьэтхэм икІи ахэр лъым зэрыхущытым теухуауэ сэ зыри сщІэтэкъым. Арати, цІыхубзым Библиер къызэІуихри, абырэ и щхьэгъусэмрэ лъы зыхэт гуэр зрахьэлІэну щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр сигъэлъэгъуащ (Апост. 15:28, 29). ИужькІэ абыхэм къызгурагъэІуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щытепщэну зэманым сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми: гугъуехьи, узыфи, лІэныгъи щыІэнукъым (Апок. 21:3, 4). Абы щыгъуэщ сэ макъ хэІэтыкІакІэ щыжысІар: «Пэжуи? Сэ сызэрыцІыкІурэ аращ сызыщІэхъуэпсыр! Дохутыр сыщІэхъуари цІыху сымаджэхэм садэІэпыкъун щхьэкІэщ». Ди псалъэмакъым апхуэдизу сыдихьэхати, гу лъызмытэу сыхьэтрэ ныкъуэрэ дэкІащ. Дэ дыщызэбгъэдэкІыжам щыгъуэ сэ католикыу зыкъэслъытэжтэкъым. Абы нэмыщІ сэ иджыри къэсщІащ апхуэдизу зи зэфІэкІыр згъэщІагъуэ Алыхьышхуэм цІэ зэриІэр — Иеговэ!

А зэщхьэгъуситІым си клиникэм иджыри щэнейрэ сащыхуэзащ. Дэ дызэхуэзэху зы сыхьэткІэ е нэхъыбэкІэ дызэпсалъэт. Библием теухуауэ нэхъ убгъуауэ сепсэлъэн щхьэкІэ ахэр си унэм къезгъэблэгъащ. Лиди Библиер иджын щІидзат, ауэ зэрыцІыкІурэ католикхэм зыхурагъаджэр зэрыпцІыр и фІэщ хъуну хуейтэкъым. Абы къыхэкІкІэ ди унэм дин пашэ къезгъэблэгъащ. Дэ дызэгурыІуат дыщызэпсалъэкІэ Библием фІэкІ нэгъуэщІ зыри къэдмыгъэсэбэпыну. Абырэ дэрэ жэщыку хъухукІэ дызэпсэлъащ. Абы щыгъуэ Лиди къыгурыІуащ Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхурагъаджэр зэрыпэжыр. Абдежым щыщІэдзауэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэурэ кІуэт икІи 1974-нэ гъэм дэ псым зыщІэдгъэуащ.

СИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ УВЫПІЭР ИЕГОВЭ ИЗОТ

Алыхьым и мурадым теухуауэ Библием иту къэсщІам си гъащІэр зэрыщыту ихъуэжащ. Иеговэ хуэлэжьэныр си дежи Лиди и дежи псом нэхърэ нэхъапэ хъуащ. Дэ мурад быдэ тщІат Библием ит принципхэм тету ди бынхэр дгъэсэну. Алыхьымрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм ди унагъуэр зэкъуэт ищІащ (Мт. 22:37—39).

Ди бынхэм ящІэт си щхьэгъусэмрэ сэрэ дызэрызэкъуэтыр. Хьисэ зэгуэр жиІат: «„Аращ“ жыфІэу псалъэ жыфІэмэ, абы фытет, „Хьэуэ, аракъым“ жыфІэмэ, абыи фытемыкІ» (Мт. 5:37). Ди бынхэм фІы дыдэу къагурыІуэт а хабзэм ди унагъуэр сыт щыгъуи зэрытетыр. Зэгуэр илъэс 17 хъу ди пхъу нэхъыжьыр щІалэгъуалэм и гъусэу иутІыпщын Лиди идатэкъым. Абы щыгъуэ и ныбжьэгъуу щыт зы хъыджэбз цІыкІум жиІащ: «Фи мамэ имыдэмэ, фи папэ еупщІ». Ди пхъум абы жэуап иритыжащ: «Ар кІуэцІрыкІынукъым. А тІур сыт щыгъуи зэкъуэтщ». Ди сабийхэм я деж наІуэт Библием ит принципхэм дэ зэкъуэт дызэращІыр. Ди унагъуэм щыщ куэдым Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдащ икІи дэ абы дыщогуфІыкІ.

Си гъащІэм япэ увыпІэр зэстыр пэжым ихъуэжами, сэ фІыщэу слъагъу си ІэщІагъэр Алыхьым и лъэпкъым сэбэп хуэхъуну сыхуейт. Абы къыхэкІкІэ Париж щыІэ Вефилым дохутыру садэІэпыкъуну сызэрыхьэзырыр яжесІащ. ИужькІэ Лувье́ къалэм Вефилыр щагъэІэпхъуам абыи сыщылэжьащ. Вефилым сызэрыдэІэпыкъурэ илъэс 50 хуэдиз мэхъу. А зэманым къриубыдэу сэ абы ныбжьэгъуфІхэр къыщызгъуэтащ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм я ныбжьыр иджыпсту илъэс 90-м щІегъу. Зэгуэр сэ гъэщІэгъуэныщэ Іуэхугъуэ срихьэлІащ. Ди зы къуэш ныбжьыщІэ Вефилым сэ щызэзгъэцІыхуат. КъызэрыщІэкІамкІэ, илъэс 20 хуэдиз ипэ ар дунейм къыщытехьэм и анэм дэІэпыкъуа дохутырыр сэрат.

ИЕГОВЭ И ЛЪЭПКЪЫМ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУР СОЛЪАГЪУ

Си гъащІэм къриубыдэу сэ мызэ-мытІэу слъэгъуащ Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу и лэжьакІуэхэм зыхуэныкъуэ чэнджэщхэр игъуэу зэрыритыр икІи ахэр къызэрихъумэр. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым хузиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъут. Псалъэм папщІэ, 1980-нэ гъэхэм УнафэщІ гупым и унафэкІэ США-м программэ хэхам щылэжьэн щІидзащ. Абы и мурадыр — дохутырхэмрэ Иеговэ и Щыхьэтхэмрэ нэхъыфІу зэрызэдэлэжьэнырат.

ИужькІэ 1988-нэ гъэм УнафэщІ гупым «служба больничной информации» жыхуаІэр Вефилым къыщызэІуихащ. ЯпэщІыкІэ абы и къалэн нэхъыщхьэу щытар США-м сымаджэщхэм зыпыщІэнымкІэ комитетым и лэжьыгъэм кІэлъыплъынырат. Ар щІащІауэ щытар Иеговэ и Щыхьэтхэм щызагъэхъужкІэ лъы хэмыту зыгъэхъужын дохутырхэр къагъуэтын щхьэкІэт. ИужьыІуэкІэ апхуэдэ комитетхэр дуней псом къыщызэІуахащ, Франциери абы хэту. Сэ икъукІэ согъэщІагъуэ ди къуэш, ди шыпхъу сымаджэхэм Иеговэ и организацэр лъагъуныгъэ хэлъу зэрыдэІэпыкъур.

СЫЗЭРЫЦІЫКІУРЭ СЫЗЭХЪУАПСЭР КЪЫЗЭРЫХЪУР СОЛЪАГЪУ!

Дэ иджыпстуи дигу ирохь Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм яжетІэну

Сэ япэ дыдэу фІыуэ слъэгъуар дохутыр ІэщІагъэращ. Зэман дэкІри сэ къызгурыІуащ псом нэхърэ нэхъапэр сытми — ар цІыхухэм духовнэ узыншагъэ яІэну уадэІэпыкъуныращ. Абыхэм гъащІэ къызыбгъэдэкІ Иеговэ къацІыхуу абы и ныбжьэгъу хъун хуейщ. Сэ пенсием сыкІуа иужь Лидирэ сэрэ общэ пионер лэжьыгъэр къатщтэри, мазэ къэс сыхьэт бжыгъэ куэд хъыбарыфІ гъэІуным тедгъэкІуадэу щІэддзащ. Иджыри къыздэсым ди къарум къызэрихькІэ гъащІэ къезыгъэл лэжьыгъэм дэ дыхэтщ.

2021-нэ гъэ. Лидирэ сэрэ дызэгъусэу

Сэ нобэр къыздэсым цІыхухэр согъэхъуж, ауэ къызгуроІуэ: а сымаджэхэм я узыр зэман кІэщІкІэщ зэращхьэщысхыфынур. Дохутыр нэхъ Іэзэ дыдэхэми лІэныгъэм кІэ иратын дэнэ къэна, узыфэ псори яхуэгъэхъужкъым. Абы къыхэкІкІэ сэ къысхуэмыгъэсу сыпоплъэ гуауи, узи, лІэныгъи щыщымыІэжыну зэманым. Ар куэд мыщІэу къэсынущ. Сэ гъащІэ мыухыж сиІэнущ Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр, псом хуэмыдэу цІыхур зэрызэхэлъыр куууэ зджын щхьэкІэ. Пэжщ, сызэрыцІыкІурэ сызэхъуапсэр къызэрыхъур солъагъу. Ауэ гъащІэ нэхъыфІыр къызэрытпэщылъыр сэ быдэу си фІэщ мэхъу!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын