8 СТАТЬЯР
Фи чэнджэщхэм къуэш, шыпхъухэр тыншу едэІуэфрэ?
«Дыхумрэ щыхуэн дагъэ гуакІуэмрэ гум зэрыІэпихым хуэдэу гухэхъуэщ ныбжьэгъу и чэнджэщыфІхэм уедэІуэнри» (ПРИТ. 27:9, Гъэсэпэтхыдэхэр).
102-НЭ УЭРЭДЫР Къарууншэ хъуахэм фадэІэпыкъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Чэнджэщ зэрытын хуейм теухуауэ ди зы къуэшым сыт къыгурыІуар?
ИЛЪЭС куэд ипэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ къуэшитІыр ди зэІущІэхэм къэмыкІуэж шыпхъу гуэрым и деж кІуащ. Ахэр зэІущІэхэм кІуэным теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ едзыгъуэ зыбжанэ шыпхъум къыхуеджащ. Абыхэм я гугъэт я къалэныр фІы дыдэу ягъэзэщІауэ, ауэ ахэр щыщІэкІыжым щыгъуэ шыпхъум мыпхуэдэу яжриІащ: «Си Іуэхур зыІутым фэ зыри хэфщІыкІкъым». Шыпхъум и Іуэхур зыІутыр къамыщІэу къуэшхэм абы чэнджэщ зыбжанэ иратащ. Абы къыхэкІкІэ а чэнджэщхэр шыпхъум сэбэп къыхуэхъуакъым.
2 А Іуэхугъуэр игу къигъэкІыжу а къуэшитІым я зым мыпхуэдэу жеІэ: «Абы щыгъуэ а шыпхъур пщІэ хэмылъу къыдэпсэлъауэ къысщыхъуащ, ауэ сегупсысыжа иужь сэ къызгурыІуащ чэнджэщыфІ зэрыт едзыгъуэхэр къэзмыгъэсэбэпу, Іуэхум хуэкІуэ упщІэхэр къэзгъэсэбэпын зэрыхуеяр. Псалъэм папщІэ: «Дауэ ущыт? СыткІэ дыбдэІэпыкъуфыну?» А Іуэхур къуэшым дерсыфІ хуэхъуащ. Иджыпсту ар гущІэгъу зыхэлъ икІи сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзыр къуэшу яцІыху.
3. Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщу хэт чэнджэщ зыт хъунур?
3 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм я нэІэ трагъэтын хуейуэ я къалэнщ. Абы къыхэкІкІэ къуэшхэм чэнджэщ щатын хуей къохъу. Ауэ иныкъуэхэм деж ар нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэми ящІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дэ тщыщ дэтхэнэ зыми Библием тегъэщІа чэнджэщ и ныбжьэгъум иритыфынущ (Пс. 141:5; Прит. 25:12, Гъэс.). Абы нэмыщІ Тит 2:3—5 зэритым хуэдэу, ныбжь зиІэ шыпхъухэм шыпхъу нэхъ щІалэхэм чэнджэщ ират хъунущ. Адэ-анэхэми я бынхэр ягъэсэн щхьэкІэ абыхэм щІэх-щІэхыурэ чэнджэщ иратын хуейщ. Мы статьяр нэхъыбэу зыхуэгъэзар зэхуэсым и нэхъыжьхэрами, дэри ар сэбэпышхуэ къытхуэхъуфынущ. Дэ дытепсэлъыхьынущ чэнджэщым цІыхум сэбэпынагъ къыхуихьын икІи и фІэфІу абы едэІуэн щхьэкІэ дапхуэдэ щІыкІэкІэ ар тты хъунуми (Прит. 27:9, Гъэс.).
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Чэнджэщ ттын ипэ дызэгупсысын хуей упщІиплІ мы статьям щызэпкърытхынущ: 1) Чэнджэщ ттыну дыхуэзыгъэушыр сыт? 2) Пэж дыдэу чэнджэщ щІэптын хуей Іуэху ар? 3) Хэт чэнджэщ зытын хуейр? 4) ЧэнджэщыфІ ттыну сыт къыддэІэпыкъунур?
ЧЭНДЖЭЩ ТТЫНУ ДЫХУЭЗЫГЪЭУШЫР СЫТ?
5. Зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщ итын ипэ сыт ищІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ? (1 Коринф 13:4, 7).
5 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр фІыуэ ялъагъу. Ауэ иныкъуэхэм деж абыхэм лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ гуэныхьым хуэзышэ гъуэгум теувахэм чэнджэщ иратын хуей мэхъу (Гал. 6:1). Апхуэдэ цІыхум епсэлъэн ипэ зэхуэсым и нэхъыжьым лъагъуныгъэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр игу къигъэкІыжын хуейщ. Апостол Паул лъагъуныгъэм теухуауэ мыпхуэдэу итхат: «ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ... ФІылъагъуныгъэм мыхъумыщІэ псори егъэгъу, ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ иІэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыІэ иІэщ сыт щыгъуи». (Къеджэ 1 Коринф 13:4, 7.) А едзыгъуэхэм егупсысу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщыр лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ итрэ имытрэ зэхигъэкІыфынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьым и гум къыбгъэдэкІыу чэнджэщ зэритыр къуэш, шыпхъухэм щызэхащІэм деж ахэр абы нэхъ тыншу йодаІуэ (Рим 12:10).
6. Апостол Паул сытым теухуауэ щапхъэфІ къытхуигъэна?
6 Зэхуэсым и нэхъыжьыр зэрыщытын хуейм теухуауэ апостол Паул щапхъэфІ игъэлъэгъуащ. Псалъэм папщІэ, Фессалоникэ дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр чэнджэщ щыхуэныкъуэм щыгъуэ ар абы яритащ. Ауэ Паул и письмохэр щыщІидзэм щыгъуэ япэщІыкІэ абыхэм ягъэлъагъуэ фІэщхъуныгъэм, лъагъуныгъэм икІи теубыдагъэм щхьэкІэ ящытхъуащ. Абы нэмыщІ Паул къыгурыІуэт абыхэм я гъащІэр зэрымытыншыр икІи ахэр гугъуехь куэдым зэрыпэщІэхуэр (1 Фес. 1:3; 2 Фес. 1:4). Уеблэмэ, Паул Фессалоникэ дэс къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ ахэр нэгъуэщІхэм щапхъэ зэрахуэхъур (1 Фес. 1:8, 9). ДауикІ, абыхэм я гуапэт апхуэдэ щытхъу псалъэхэр зэхахыну! Паул къуэшхэр фІыуэ зэрилъагъум шэч къыщІытрахьэн щхьэусыгъуэ лъэпкъ абыхэм яІэтэкъым. Аращ Паул и письмоитІымкІэ къуэш, шыпхъухэм апхуэдэ чэнджэщ щІаритыфар (1 Фес. 4:1, 3—5, 11; 2 Фес. 3:11, 12).
7. Иныкъуэхэм деж цІыхухэр чэнджэщым едэІуэну щІыхуэмейр сыт?
7 ЦІыхур чэнджэщым едэІуэнрэ емыдэІуэнрэ и нэхъыбэм зэлъытар ар зэрат щІыкІэращ. Куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэшыр къыддогуашэ: «Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр чэнджэщым щІемыдаІуэр ар ягу иримыхьауэ аракъым, атІэ лъагъуныгъэм къыхэкІыу а чэнджэщыр зэрамытам щхьэкІэщ». Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? ДызэупщІыж хъунущ: «Чэнджэщ стыну сыхуэзыгъэушыр сыт?» Чэнджэщым уедэІуэну куэдкІэ нэхъ тыншщ ар лъагъуныгъэм къыхэкІыу къыщыуатым деж. Ауэ губжьым къыхэкІыу ята чэнджэщыр цІыхум и гум нэсынукъым.
ПЭЖ ДЫДЭУ ЧЭНДЖЭЩ ЩІЭПТЫН ХУЕЙ ІУЭХУ АР?
8. Зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщ итын ипэ сыт хуэдэ упщІэхэм егупсыс хъуну?
8 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ ятыну пІэщІэн хуейкъым. ЯпэщІыкІэ къуэшыр мыпхуэдэу зэупщІыж хъунущ: «Пэж дыдэу чэнджэщ щІэстын хуей Іуэхугъуэ ар? Іэмбатэ зэрымытым Іэтэ измыгъэувэу пІэрэ сэ? Библием ит принципхэм а цІыхур ебэкъуа? Хьэмэрэ ди еплъыкІэхэр зэтемыхуэу ара?» ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр «зи гупсысэм япэ псалъэр изыгъэщ цІыхуу» щытыну хуейкъым (Прит 29:20, Гъэс.). Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщ итын хуейрэ хуэмейрэ шэч къытрихьэу щытмэ, абы теухуауэ нэгъуэщІ къуэшым ар ечэнджэщ хъунущ (2 Тим. 3:16, 17).
9. Зыгуэрым и зыхуэпэкІэм теухуауэ чэнджэщ еттынрэ едмытынрэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ Паул и псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? (1 Тимофей 2:9, 10).
9 Мыпхуэдэ Іуэхугъуэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Зэхуэсым и нэхъыжьым къуэш е шыпхъу гуэрым и зыхуэпэкІэр къемызэгъыу къелъытэ. Ар мыпхуэдэ упщІэм йогупсыс: «Мы цІыхур Библием ит принцип гуэрым ебакъуэрэ?» Апхуэдэ Іуэхугъуэхэр уи еплъыкІэ закъуэм томыщІыхьмэ, нэхъыфІщ. Абы къыхэкІкІэ а къуэшым мурад ещІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ечэнджэщыну е нэгъуэщІ къуэшым е шыпхъум и еплъыкІэр къищІэну. Зэгъусэу абыхэм ягу къагъэкІыж щыгъыным теухуауэ 1 Тимофей 2:9, 10 итыр (къеджэ). Гу лъытапхъэщ: апостол Паул Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхуитхащ абыхэм «укІытэ яхэлъу, хабзэфІым тету, екІуу захуэпэн» зэрыхуейр. Абы итхакъым къуэш, шыпхъухэм сыт щатІагъэ хъунуми, сыт мыхъунуми. Абыхэм зыхуей щыгъын зэрахьэну хуитыныгъэ зэраІэм Паул арэзы техъуэт, ар Библием ит принципхэм пэщІэмыувэу щытмэ. Аращи, зэхуэсым и нэхъыжьыр нэгъуэщІхэм ечэнджэщу къуэшым е шыпхъум и зыхуэпэкІэмкІэ зэхуэсым и напэр трихыу къилъытэу щытмэ, абы иужьщ чэнджэщ щитын хуейр.
10. Къуэш, шыпхъухэм къащтэ унафэхэм пщІэ хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
10 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшитІым зэтемыхуэу унафэ зэращІыфынур икІи а унафитІри тэмэму зэрыщытыфынур. Абы къыхэкІкІэ фІымрэ Іеймрэ теухуауэ диІэ еплъыкІэр къуэш, шыпхъухэм къедгъэщтэну дыхэтын хуейкъым (Рим 14:10).
ХЭТ ЧЭНДЖЭЩ ЗЫТЫН ХУЕЙР?
11, 12. Чэнджэщыр тын хуейуэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьыр сыт хуэдэ упщІэхэм егупсысын хуей икІи сыт щхьэкІэ?
11 Чэнджэщыр Іэмал имыІэу тын хуейуэ щытмэ, нэгъуэщІ упщІэ къохъей: хэт ар зытын хуейр? Зэхуэсым и нэхъыжьыр сабийм е щхьэгъусэ зиІэ шыпхъум епсэлъэн ипэ, унагъуэм и нэхъыжьым ечэнджэщмэ, нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іуэхур унагъуэм и нэхъыжьым езым зэхигъэкІыну хуеинкІэ хъунущ. Хьэмэрэ абы и унагъуэм щыщым чэнджэщ щраткІэ езыри едэІуэну унафэ къищтэнкІэ хъунущb. Абы нэмыщІ, ещанэ абзацым и гугъу зэрыщытщІам хуэдэу, иныкъуэхэм деж ныбжь зиІэ шыпхъур шыпхъу нэхъ щІалэм епсалъэмэ, нэхъыфІщ.
12 Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьыр иджыри зы упщІэм егупсысын хуейщ: «А цІыхум чэнджэщыр сэ естмэ, нэхъыфІ, хьэмэрэ нэгъуэщІ гуэрым ар иритмэ, мынэхъыфІу пІэрэ?» Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъ Іейуэ зыкъэзылъытэж цІыхур чэнджэщым нэхъ тыншу едэІуэфынущ, апхуэдэ гугъуехьым пэщІэхуа зэхуэсым и нэхъыжьым а чэнджэщыр къритмэ. Апхуэдэ къуэшым гугъуехьым пэщІэхуа цІыхум и гурыщІэхэр нэхъ тыншу къыгурыІуэфынущ е абы и гум нэсын псалъэхэр жиІэфынущ. Ауэ, абы емылъытауэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм псоми къалэн яІэщ Тхыгъэ ЛъапІэр къагъэсэбэпу къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэну икІи абыхэм чэнджэщ иратыну. Аращи, чэнджэщыр тын хуейуэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьым ар ищІэн хуейщ, чэнджэщ зрит цІыхум и пІэм зэи имытауэ щытми.
ЧЭНДЖЭЩЫФІ ТТЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр «дэІуэнкІэ» хьэзыру щІыщытын хуейр сыт? (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)
13, 14. Зэхуэсым и нэхъыжьыр «дэІуэнкІэ» хьэзыру щІыщытын хуейр сыт?
13 ЦІыхум федэІуэну хьэзыру фыщыт. Зэхуэсым и нэхъыжьым къуэшым е шыпхъум чэнджэщ иритыну зыщигъэхьэзырым деж мыпхуэдэу зэупщІыж хъунущ: «А цІыхум и Іуэхур зыІутым теухуауэ сыт сэ сщІэр? Иджыпсту абы и гъащІэм сыт къыщыхъур? Сэ сызыщымыгъуазэ гугъуехь гуэрхэр абы иІэу пІэрэ? Сыт ар иджыпсту нэхъ зыхуэныкъуэр?»
14 Чэнджэщ зытыну цІыхум Екъуб 1:19 ит принципыр къыдэІэпыкъунущ. Абы щыжыІащ: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр, ауэ щІэх иремыпсалъэ, щІэхи иремыгубжь». Зэхуэсым и нэхъыжьым и гугъэнкІэ хъунущ Іуэхур зыІутым нэгъэсауэ хищІыкІыу. Ауэ ар апхуэдэу щыту пІэрэ? Притчи 18:13 мыпхуэдэу щыжыІащ: «УемыдэІуауэ икІэм нэс жэуап птыжыныр — акъылыншагъэщ, къыпхуихьри напэтехщ» (Гъэс.). Аращи, езы цІыхум и Іуэхур зыІутым теухуауэ къыбжиІэмэ, псом нэхърэ нэхъыфІщ. Абы иужьщ зыгуэр жыпІэн щыхуейр. Мы статьям зи гугъу тщІа зэхуэсым и нэхъыжьым и псалъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы къыгурыІуэжащ чэнджэщ итын ипэ шыпхъум мыпхуэдэу еупщІын зэрыхуеяр: «Дауэ ущыт? ЗыгуэркІэ дэІэпыкъуэгъу сыпхуэхъуфыну?» Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм я Іуэхур зыІутым теухуауэ къащІэну хущІэкъуу щытмэ, ахэр ягъэгушхуэну икІи абыхэм ядэІэпыкъуну яхузэфІэкІыну къыщІэкІынущ.
15. Притчи 27:23 ит принципыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу къызэрагъэсэбэп хъунур?
15 Къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъу фахуэхъу. ЗэрыжытІащи, чэнджэщыфІ птын щхьэкІэ Библием ит едзыгъуэ гуэр цІыхум укъыхуеджэу, абы къикІымрэ ар къызэригъэсэбэп хъунымрэ жепІэкІэ зэфІэкІкъым. Къуэш, шыпхъухэм зыхащІэн хуейщ абыхэм щхьэкІэ дызэрыгузавэр, ахэр къызэрыдгурыІуэр икІи дадэІэпыкъуну дызэрыхуейр. (Къеджэ Притчи 27:23, Гъэс.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къару ирахьэлІэн хуейщ къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъуфІ яхуэхъун щхьэкІэ.
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр щІагъэныбжьэгъун хуейр сыт? (16-нэ абзацым феплъ.)
16. Зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщыфІ итыну сыт къыдэІэпыкъунур?
16 ДауикІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуейкъым къуэш, шыпхъухэр мыпхуэдэу егупсысу щІадзэну: «Зэхуэсым и нэхъыжьым гулъытэ къысхуищІын щхьэкІэ гугъуехь гуэр сиІэн е чэнджэщ сыхуэныкъуэу сыщытын хуейщ». Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм зэпымыууэ йопсалъэ икІи ахэр гугъуехь гуэр щыпэщІэхуэм деж щІэгъэкъуэн яхуохъу. Зэхуэсым и нэхъыжьу куэд щІауэ лажьэ къуэшым жеІэ: «Апхуэдэ щІыкІэкІэщ цІыхухэм я зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ къызэрыдыхьэр. Абы щыгъуэ уи ныбжьэгъум чэнджэщ ептыну, дауикІ, куэдкІэ нэхъ тыншщ». Чэнджэщ зрат цІыхури абы нэхъ тыншу едэІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къезытыр и ныбжьэгъуращ.
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ щатым деж шыІэныгъэрэ щабагърэ щІагъэлъэгъуэн хуейр сыт? (17-нэ абзацым феплъ.)
17. Зэхуэсым и нэхъыжьым псом хуэмыдэу шыІэныгъэрэ щабагърэ щигъэлъэгъуэн хуейр дапщэщ?
17 ШыІэныгъэрэ щабагърэ зыхэвгъэлъ. А хьэл-щэнхэм псом хуэмыдэу ухуэныкъуэнущ цІыхур Библием тегъэщІа чэнджэщым едэІуэну щыхуэмейм деж. Зэхуэсым и нэхъыжьым ита чэнджэщым цІыхур щемыдаІуэм деж къуэшыр къэмыгубжьын щхьэкІэ шыІэныгъэ зыхигъэлъын хуейщ. Апхуэдэм деж тыншу уи пІэм укъикІыфынущ, ауэ зэхуэсым и нэхъыжьыр апхуэдэ гурыщІэхэм ебэнын хуейщ. Алыхьым Хьисэ теухуауэ къэхъун хуей псалъэ иригъэтхахэм мыпхуэдэу итщ: «[Абы] ныкъуэкъищІыкІ хъуа къамыл кърищІыкІынукъым, ерагъыу блэ уэздыгъэку игъэункІыфІынукъым» (Мт. 12:20). Зэхуэсым и нэхъыжь дэтхэнэ зыри хущІокъу Хьисэ и гущІэгъум щапхъэ трихыну. Абы къыхэкІкІэ ахэр Иеговэ йолъэІу къуэшым е шыпхъум чэнджэщ щІратам и щхьэусыгъуэмрэ ар и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпынумрэ къыгурыІуэну дэІэпыкъун щхьэкІэ. ДауикІ, цІыхум зэман хуеинущ къыжраІам егупсысын щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьым шыІэныгъэрэ щабагърэ игъэлъагъуэу щытмэ, ар зэпсалъэ цІыхум гу зылъитэнур чэнджэщ къызэрырат щІыкІэракъым, атІэ езы чэнджэщыращ. Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэнкъым чэнджэщым Алыхьым и Псалъэр лъабжьэ хуэхъун зэрыхуейр.
18. 1) Чэнджэщ зытым игу иригъэлъын хуейр сыт? 2) Рамкэм хуэхьа сурэтым къыщыгъэлъэгъуа адэ-анэр зытепсэлъыхьыр сыт?
18 Фи щыуагъэхэмкІэ зывгъасэ. Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ мы статьям зи гугъу ищІ чэнджэщхэм нэгъэсауэ дытетыфынукъым (Екъуб 3:2). ДауикІ, дэ щыуагъэ тщІэнущ, ауэ абыхэм дерс хэтхыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, демыгупсысу жытІа псалъэкІэ е ІуэхукІэ къуэш, шыпхъухэм иджыри мызэ-мытІэу я жагъуэ тщІынущ. Ауэ абыхэм яхудиІэ лъагъуныгъэр зыхащІэу щытмэ, ди щыуагъэхэр нэхъ тыншу къытхуагъэгъунущ. (Абы нэмыщІ «Адэ-анэхэм хуэгъэза чэнджэщ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
МЫ СТАТЬЯМ КЪЫЩЫТЩІАР
19. Сыт хуэдэ чэнджэщхэра узэдэІуэну нэхъ тыншыр?
19 КъызэрытщІащи, чэнджэщыфІ птыну тыншкъым. Дэ псоми — чэнджэщ зытхэми, чэнджэщ зратхэми — гуэныхь тхэлъщ. Абы къыхэкІкІэ мы статьям щызэпкърытха принципхэр дигу идгъэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Япэрауэ, чэнджэщ ттыну дыхуэзыгъэушын хуейр лъагъуныгъэращ. ЕтІуанэрауэ, дэ зэхэдгъэкІын хуейщ ар чэнджэщ щІэптын хуей Іуэхуу щытрэ щымытрэ икІи а чэнджэщыр зытын хуейр хэтми. Ещанэрауэ, цІыхум и пІэм зибгъэувэфын щхьэкІэ абы упкърыупщІыхьын икІи жиІэм фІыуэ уедэІуэн хуейщ. ДауикІ, дэ дыхуейщ гуапагъэрэ щабагърэ зыхэлъ ныбжьэгъуфІу дыщытыну. Аращи, зыщыдгъэгъупщэнкъым: ди чэнджэщхэм къуэш, шыпхъухэм сэбэпынагъ къызэрыхуахьым нэмыщІ, ягури игъэгуфІэн хуейщ (Прит. 27:9, Гъэс.).
103-НЭ УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ
a Чэнджэщ птыну щымытынш къохъу. Дауэ-тІэ ар зэрытщІ хъунур чэнджэщым цІыхум сэбэп къыхуихьын икІи ар абы и жагъуэ мыхъун щхьэкІэ? Мы статьяр псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм сэбэп яхуэхъунущ. Дэ дытепсэлъыхьынущ къуэш, шыпхъухэр ди чэнджэщхэм тыншу едэІуэн икІи ахэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми?
b 2021-нэ гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Зэхуэсым нэхъыжь иІэн хуейуэ Иеговэ щІытриухуам и щхьэусыгъуэр къывгурыІуэу пІэрэ?» жыхуиІэ статьям феплъ.