18 СТАТЬЯР
Зэхуэсым къыщекІуэкІ лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ (ІыхьиплІым и етІуанэр)
«3ым и хьэлъэр адрейм дреІэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщІауэ арщ» (ГАЛ. 6:2).
12-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэр фІыуэ елъагъу. ИкІи апхуэдэу сыт щыгъуи щытынущ. Абы нэмыщІ абы захуагъэр фІыуэ елъагъу (Пс. 33:5). Абы къыхэкІкІэ дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: япэрауэ, Иеговэ и гур мэуз и лэжьакІуэхэм лей къащытехьэм деж, етІуанэрауэ, абы захуагъэр зэтригъэувэжынущ. ІыхьиплІу зэхэлъ статьяхэм щыщу япэ статьям щыжыІауэ щытащ израил лъэпкъым Алыхьым ирита Хабзэм лъагъуныгъэр лъабжьэ зэрыхуэхъуу щытарb. А Хабзэм цІыхухэр хуигъэушт псоми захуагъэ хэлъу хущытыну, псом хуэмыдэу къыщхьэщыжын зимыІэхэм (Втор. 10:18). Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр Мусэ и хабзэм къыхощ.
2. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
2 Мусэ и хабзэм лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъут икІи захуагъэм къыхуриджэт. А Хабзэм тетын щагъэтащ ди эрэм и 33-нэ гъэм, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я зэхуэсыр къэунэхуа иужь. Абы къикІыу пІэрэт Алыхьым и лэжьакІуэхэм къэзыхъумэ хабзэ ямыІэжу? Хьэуэ! Абыхэм хабзэщІэ яІэ хъуащ — Хьисэ и унафэр. Мы статьям щызэпкърытхынщ а унафэр зищІысыр сытми. Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэхэми я жэуапыр къэдгъуэтынщ: а унафэми лъагъуныгъэр лъабжьэ хуэхъуу икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІхэм захуагъэ хэлъу хущытыну а унафэм хуигъэушу сыт жыпІэ щІэхъунур? Абы тепщэныгъэ зиІэхэр сытым хуигъасэрэ?
«МЭССИХЬ И УНАФЭР» СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
3. Галатие 6:2 зи гугъу ищІ «Мэссихь и унафэр» сыт зищІысыр?
3 Къеджэ Галатие 6:2. Алыхьым и лэжьакІуэхэм Хьисэ и унафэр ягъэзэщІэн хуейщ. Хьисэ унафэхэр тхауэ и лъэужь ирикІуэхэм къахуимыгъэнами, абы хъыбарыфІыр игъэІуу щІылъэм щыщыІам къалэнхэри, унафэхэри, принципхэри яритащ. «Мэссихь и унафэм» хеубыдэ абы зыхуригъаджэу щыта псор. Ар нэхъ ІупщІу зэпкърытхынщ.
4, 5. Хьисэ цІыхухэр дапхуэдэу зэрыригъаджэу щытар икІи дапщэщ?
4 Дапхуэдэу Хьисэ цІыхухэр зэрыригъаджэу щытар? Япэрауэ, абы цІыхухэр и псалъэхэмкІэ иригъаджэт. Хьисэ и псалъэхэм лъэкІыныгъэшхуэ яІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Алыхьым теухуа пэжыр цІыхухэм яжриІэт, гъащІэм и мыхьэнэр къагуригъаІуэт икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа цІыхухэм я гугъуехьхэр зыми зэримыгъэкІуэдыфынур жиІэт (Лк. 24:19). ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и щапхъэмкІэ игъасэт: абы и лъэужь ирикІуэхэм ящІэн хуейр яригъэлъагъут (Ин. 13:15).
5 Дапщэщ Хьисэ цІыхухэр щригъаджэу щытар? ЩІылъэм хъыбарыфІыр щигъэІуам щыгъуэ (Мт. 4:23). Абы нэмыщІ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь куэд дэмыкІыуи иригъэджащ. Псалъэм папщІэ, абы и лъэужь ирикІуэхэм закъригъэлъагъури (цІыху щитху нэхърэ нэхъыбэ хъууэ къыщІэкІынут ахэр) нэгъуэщІ цІыхухэр ирагъэджэну унафэ яритащ (Мт. 28:19, 20; 1 Кор. 15:6). Хьисэ уафэм игъэзэжа иужь зэхуэсым и нэхъыщхьэ хъуащ икІи и лъэужь ирикІуэхэр адэкІи иригъэджэн пищэжащ. Апхуэдэу ди эрэм 96-нэ гъэм абы апостол Иуан къигъэсэбэпу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр игъэгушхуащ икІи чэнджэщхэр яритащ (Кол. 1:18; Апок. 1:1).
6, 7. 1) Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэр дэнэ къыщытщІэфынур? 2) Хьисэ и унафэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
6 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ жиІахэм икІи ищІахэм щыщ куэдыр и гъащІэм тепсэлъыхь тхылъиплІым итщ. АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм хыхьэ нэгъуэщІ тхылъхэри къыддоІэпыкъу Хьисэ языныкъуэ Іуэхугъуэхэм зэрыхущыту щытар къыдгурыІуэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тхылъхэр «Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ» зиІэ цІыхухэм Алыхьым и къару лъапІэмкІэ яригъэтхыжащ (Флп. 2:5).
7 Дерсыр. Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэр ди гъащІэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи къэдгъэсэбэп хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и унафэм къыдгурегъаІуэ унэми, школми, зэхуэсми дапхуэдэу дыщытын хуейми. Дэ а унафэр къыдощІэ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм дыщеджэм икІи дызэджам дыщегупсысым деж. Дэ а унафэр догъэзащІэ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм ит унафэхэм, хабзэхэм икІи принципхэм дыщытетым деж. Хьисэ и унафэм дыщытетым деж фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Алыхь Иеговэ жиІэм додаІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ и Адэм деж къыщищІахэращ зыхуригъаджэу щытар (Ин. 8:28).
ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЛЪАБЖЬЭ ЗЫХУЭХЪУ УНАФЭ
8. Хьисэ и унафэм сыт лъабжьэ хуэхъур?
8 Лъабжьэ быдэ зиІэ, фІыуэ ящІа унэм щІэс цІыхур зы щхьэкІи шынэкъым. Абы хуэдэу лъабжьэ быдэ зиІэ унафэм тет цІыхур гузавэкъым икІи шынэкъым. Хьисэ и унафэр лъагъуныгъэм тегъэщІащ — лъабжьэ быдэм икІи нэхъыфІ дыдэм. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур?
НэгъуэщІхэм гуапэу дащыхущытым деж дэ Хьисэ и унафэр догъэзащІэ. (9—14-нэ абзацхэм феплъ.)d
9, 10. Хьисэ цІыхухэр фІыуэ илъагъуу зэрыщытар сыт хуэдэ щапхъэхэм къыхэщрэ? Дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур?
9 Япэрауэ, Хьисэ ищІэу хъуам лъабжьэ хуэхъур лъагъуныгъэт. ГущІэгъур лъагъуныгъэм и Іыхьэхэм щыщ зыщ. Хьисэ цІыхухэм игу ящІэгъути, абы и деж къакІуэхэр псори иригъаджэт, сымаджэхэр игъэхъужт, мэжалІэхэр игъашхэт икІи лІахэри къигъэтэджыжт (Мт. 14:14; 15:32—38; Мк. 6:34; Лк. 7:11—15). ДауикІ, а псор ищІэн щхьэкІэ Хьисэ къарурэ зэман куэдрэ тригъэкІуэдэн хуейт, ауэ абы фІэфІу езыр зыхуэныкъуэм нэхърэ нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэр нэхъапэ иригъэщт. Псом хуэмыдэу, абы и лъагъуныгъэшхуэр игъэлъэгъуащ и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ зэритамкІэ (Ин. 15:13).
10 Дерсыр. Дэ Хьисэ щапхъэ тыдох, дызыхуэныкъуэр япэ идмыгъэщу нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэр япэ идгъэщу щытмэ икІи адрейхэм гущІэгъу яхуэтщІмэ. ЦІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну икІи Библием ит пэжым хуедгъэджэну гущІэгъум дыхуигъэушу щытмэ, Хьисэ и унафэр дгъэзащІэу жыпІэ хъунущ.
11, 12. 1) Дэнэ дэ щытщІэр Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур? 2) Дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
11 ЕтІуанэрауэ, Хьисэ дигъэлъэгъуащ и Адэм и лъагъуныгъэм и куууагъыр. Абы къедаІуэхэм гурыІуэгъуэ ящищІыну хуейт Иеговэ и дежкІэ и лэжьакІуэхэм псоми мыхьэнэшхуэ зэраІэр. Псалъэм папщІэ, абы цІыхухэр хуригъаджэт уафэм щыІэ ди Адэм дэтхэнэ зыри лъапІэу дызэрилъытэм (Мт. 10:31). ЦІыхур и гуэныхьхэм хущІегъуэжу зэхуэсым къыщигъэзэжым деж, Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ (Лк. 15:7, 10). Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур къигъэлъэгъуащ и Къуэр щхьэщэхужу дэр щхьэкІэ зэритамкІэ (Ин.3:16).
12 Дерсыр. Дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытетхыфынур? (Еф. 5:1, 2). Дэ дэтхэнэ ди къуэш, ди шыпхъури лъапІэу долъытэ икІи Иеговэ къэзыгъэнахэм къыщагъэзэжым деж догуфІэ (Пс. 119:176). Ди къаруми ди зэманми дыщымысхьу къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж, ахэр фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ (1 Ин. 3:17). НэгъуэщІхэр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, дэ Хьисэ и унафэр догъэзащІэ.
13, 14. 1) Иуан 13:34, 35 зэритымкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ унафэ ярита икІи сыт ар щІэуэ жыпІэ щІэхъунур? 2) Дауэ дэ унафэщІэр зэрыдгъэзащІэр?
13 Ещанэрауэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унафэ яхуищІащ псэемыблэжу зыр зым фІыуэ илъагъуну. (Къеджэ Иуан 13:34, 35.) Сыт а унафэр щІэуэ жыпІэ щІэхъунур? Мусэ и хабзэмкІэ ягъэзэщІэну яхуимыгъэуву щытар иджы ягъэзэщІэн хуейт: Хьисэ игъэлъэгъуа псэемыблэж лъагъуныгъэмc хуэдэ къуэш, шыпхъухэм зыр зым хуаІэн хуейт. Дэ ди щхьэр зэрытлъагъум нэхърэ нэхъыфІу ди къуэш, ди шыпхъухэр тлъагъун хуейщ икІи Хьисэ зэрищІам хуэдэу, абыхэм щхьэкІэ ди гъащІэр ттыну дыхьэзыру дыщытын хуейщ.
14 Дерсыр. Хьисэ и унафэщІэр догъэзащІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ зыгуэрым зыщыхуэдгъэныкъуэм деж. Дэ ди гъащІэр абыхэм щхьэкІэ ттыну дызэрыхьэзырым нэмыщІ, ахэр фІыуэ зэрытлъагъур нэгъуэщІ ІуэхугъуэхэмкІи къыдогъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр дэ тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэм дошэ, ар ди дежкІэ тыншу щымытми; нэгъуэщІхэм я гуапэ тщІын щхьэкІэ, ди щхьэ Іуэхур лъэныкъуэ идогъэз; гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуа щІыпІэхэм къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ отпуск къыдощтэ. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ Хьисэ и унафэр догъэзащІэ икІи зэхуэсым къекІуалІэ дэтхэнэ зыри мыгузавэу икІи зы щхьэкІи мышынэу щытыным къару идохьэлІэ.
ЗАХУАГЪЭМ УТЕТЫНУ УХУЭЗЫГЪЭУШ УНАФЭ
15—17. 1) Хьисэ и ІуэхущІафэхэм захуагъэр къыхэщу зэрыщытам и щапхъэхэр къэфхь. 2) Дауэ дэ Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
15 Библием къызэрыхэщымкІэ, захуагъэм тетыныр — ар Алыхьым пэжу илъытэр щІэныр икІи цІыху зэхэгъэж умыщІыныращ. Хьисэ и унафэм захуагъэм утетыну ухуигъэушу сыт жыпІэ щІэхъунур?
НэгъуэщІхэм Іумпэм ящІ цІыхубзхэми Хьисэ гуапэу, пщІэ яхуищІу яхущытт. (16-нэ абзацым феплъ.)e
16 Япэрауэ, Хьисэ и ІуэхущІафэхэм захуагъэр къыхэщу зэрыщытам дегупсысынщ. Хьисэ щыпсэуа зэманым дин пашэхэм журт лъэпкъым щымыщхэр ялъагъу хъутэкъым, цІыху къызэрыгуэкІхэр Іумпэм ящІт икІи цІыхубзхэм пщІэ хуащІтэкъым. Ауэ Хьисэ цІыху зэхэгъэж ищІтэкъым. Псалъэм папщІэ, ар гуфІэт журт лъэпкъым щымыщхэм езым зыхуригъаджэр я фІэщ щыхъум деж (Мт. 8:5—10, 13). Ар хъыбарыфІымкІэ псоми дэгуашэт — къулейми тхьэмыщкІэми (Мт. 11:5; Лк. 19:2, 9). Хьисэ зэи цІыхубзхэм пхъашэу яхущыттэкъым. АтІэ, ар цІыхубзхэм гуапэу яхущытт, уеблэмэ, нэгъуэщІхэм Іумпэм ящІхэми (Лк. 7:37—39, 44—50).
17 Дерсыр. Хьисэ и щапхъэм дытету, дэ цІыху зэхэгъэж тщІыкъым икІи къыдэдэІуэну хуейуэ хъуам хъыбарыфІыр яхудоІуатэ, къулейми тхьэмыщкІэми. Абы нэмыщІ цІыхум сыт хуэдэ дин имыІыгъми пэжымкІэ дыдогуашэ. Хьисэ щапхъэ трахыу, къуэшхэм цІыхубзхэм пщІэ хуащІ. Апхуэдэу дэ къыдогъэлъагъуэ Хьисэ и унафэм дызэрытетыр.
18, 19. Хьисэ захуагъэм теухуауэ сыт зыхуригъаджэу щытар? Сыт хуэдэ дерсхэр дэ абы хэтхыфыну?
18 ЕтІуанэрауэ, дигу къэдгъэкІыжынщ захуагъэм теухуауэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытар. Абы и лъэужь ирикІуэхэм къагуригъаІуэт нэгъуэщІхэм захуагъэ хэлъу хущытыну къадэІэпыкъуну принципхэр. Псалъэм папщІэ, Хьисэ хуригъаджэт: дэ нэгъуэщІхэр захуагъэ хэлъу къытхущытыну дыхуеймэ, дэри абыхэм захуагъэ хэлъу дахущытын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, ахэр хуэдгъэушыфынущ захуагъэ хэлъу къытхущытыну (Мт. 7:12). Ауэ сыт тщІэнур зыгуэрым лей къыттригъэхьамэ? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт Иеговэ дзыхь хуащІыну. Абы жиІащ: «Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэІу цІыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?» (Лк. 18:6, 7). А псалъэхэм ди фІэщ ящІ: захуагъэ зыхэлъ ди Алыхьым ещІэ мы дыщыпсэу иужьрей махуэхэм дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр икІи и зэманым захуагъэр зэтригъэувэжынущ (2 Фес. 1:6).
19 Дерсыр. Хьисэ зыхуригъаджэу щыта принципхэм дытету дыпсэумэ, захуагъэ хэлъу адрейхэм дахущытынущ. Дыщыпсэу ШейтІаным и дунейм лей къыттрагъэхьамэ, Иеговэ Іэмал имыІэу захуагъэр зэрызэтригъэувэжынум дэ гупсэхугъуэ къыдитыфынущ.
ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЗИІЭХЭР НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗАРАХУЩЫТЫН ХУЕЙР?
20, 21. 1) Тепщэныгъэ зиІэхэр нэгъуэщІхэм дапхуэдэу зэрахущытын хуейр? 2) Дауэ лІыхэм псэемыблэж лъагъуныгъэр зэрагъэлъэгъуэфынур икІи адэхэр дапхуэдэу я сабийхэм зэрахущытын хуейр?
20 Хьисэ и унафэм тепщІыхьмэ, тепщэныгъэ зиІэхэр нэгъуэщІхэм дапхуэдэу зэрахущытын хуейр? А унафэм лъагъуныгъэр лъабжьэ хуохъури, ахэр зыкІэлъыплъын хуейуэ Иеговэ я ІэмыщІэ ирилъхьахэм пщІэ хуащІын икІи гуапэу хущытын хуейщ. Абыхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым: Хьисэ и лъэужь уитын щхьэкІэ сыт щыгъуи лъагъуныгъэ бгъэлъэгъуэн хуейщ.
21 Унагъуэм. ЛІым и щхьэгъусэр фІыуэ илъагъун хуейщ, «Мэссихь... зэхуэсыр фІыуэ» зэрилъагъуам хуэдэу (Еф. 5:25, 28, 29). Хьисэ псэемыблэж лъагъуныгъэр зэригъэлъагъуэу щытам лІым щапхъэ трихыу, езыр зыхуэныкъуэм нэхърэ и щхьэгъусэр зыхуэныкъуэр япэ иригъэщын хуейщ. Языныкъуэ цІыхухъухэм я дежкІэ гугъущ апхуэдэ лъагъуныгъэ ягъэлъэгъуэну. Сыт щхьэкІэ? Ахэр къыщыхъуа унагъуэр нэгъуэщІхэм гуапэу, захуагъэ хэлъу хущыту къыщІэкІынтэкъым, абы къыхэкІкІэ абыхэм я дежкІэ гугъущ я гупсысэкІэр яхъуэжыну. Ауэ лІыхэм Хьисэ и унафэр ягъэзэщІэну хуеймэ, захъуэжын хуейщ. ЛІым псэемыблэж лъагъуныгъэ игъэлъагъуэмэ, абы и щхьэгъусэм пщІэ къыхуищІыфынущ. И сабийхэр пэжу фІыуэ зылъагъу адэм зэи абыхэм пхъашэу хущытынукъым икІи псалъэ Іейхэр яжриІэнукъым (Еф. 4:31). Абы и сабийхэм къагуригъэІуэнущ ахэр фІыуэ зэрилъагъур, абы нэмыщІ мыгузавэу икІи мышынэу щытын щхьэкІэ ящытхъунущ. Апхуэдэу ищІэу щытмэ, сабийхэм ар фІыуэ ялъагъунущ, пщІэи хуащІынущ.
22. 1 Петр 5:1—3 зэритымкІэ, «мэлхэр» хэт зейр? Дауэ абыхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэрахущытын хуейр?
22 Зэхуэсым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым: «мэлхэр» е нэгъуэщІу жыпІэмэ зэхуэсым щыщхэр езыхэм я ейкъым (Ин. 10:16; къеджэ 1 Петр 5:1—3). «Тхьэм и цІыхухэм... мэлыхъуэ фахуэхъу» жыхуиІэ псалъэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягу къагъэкІыж «мэлхэр» Иеговэ ейуэ зэрыщытыр. Иеговэ хуейщ лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ хэлъу нэхъыжьхэр абыхэм яхущытыну (1 Фес. 2:7, 8). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Иеговэ и мэл цІыкІухэм хуэсакъыу икІи лъагъуныгъэ хэлъу хущытмэ, Алыхьыр абыхэм арэзы яхуэхъунущ. Абы нэмыщІ апхуэдэу щыт зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм фІыуэ ялъагъу икІи пщІэ хуащІ.
23, 24. 1) Гуэныхь хьэлъэ зыщІам и Іуэхур щызэхагъэкІым деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт я къалэным хыхьэр? 2) Апхуэдэ Іуэхухэр щызэхагъэкІым деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэр сытым егупсысын хуей?
23 Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІамэ, абы и Іуэхур зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІ. Сыт абыхэм я къалэным хыхьэр? Абыхэм ящІэн хуейр къыщхьэщокІ израил лъэпкъым щыщ хеящІэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ящІэу щытам. Мусэ и хабзэмкІэ къалэн зыхуащІа цІыхухъухэм Алыхьым хуэлэжьэным пыщІа Іуэхухэм нэмыщІ, гражданскэ, уголовнэ Іуэхухэри зэхагъэкІт. Ауэ нобэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр, Хьисэ и унафэм тету, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм пыщІа Іуэхухэращ зэхагъэкІыр. Абыхэм къагуроІуэ гражданскэ, уголовнэ Іуэхухэр къэрал унафэщІхэм зэхагъэкІыну Иеговэ хуит зэрищІар. Къэрал унафэщІхэм къуаншагъэ зыщІам штраф тралъхьэфынущ е ягъэтІысыфынущ (Рим 13:1—4).
24 Гуэныхь хьэлъэ зыщІам и Іуэхур зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу зэрызэпкърахыр? Абыхэм Алыхьым и Псалъэр къагъэсэбэпурэ а Іуэхум куууэ хоплъэ икІи Библием тегъэщІауэ унафэ ящІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщагъэгъупщэкъым Хьисэ и унафэм лъагъуныгъэр лъабжьэ зэрыхуэхъур. Лъагъуныгъэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуегъэуш лей къызытехьам дапхуэдэу дэІэпыкъу хъунуми егупсысыну. Абы нэмыщІ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ къуэшхэм мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърах: гуэныхь зыщІар и гуэныхьым хущІегъуэжу пІэрэ икІи Иеговэ гъунэгъу хуэхъужыну абы удэІэпыкъуфыну пІэрэ?
25. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
25 Хьисэ и унафэр дызэриІэм дэ хуабжьу дрогуфІэ! А унафэр зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми игъэзащІэу щытмэ, псоми зыхащІэнущ фІыуэ зэралъагъур, пщІэ къызэрыхуащІыр икІи зы щхьэкІи шынэнукъым. Ауэ дэ дыщыпсэу дунейм «цІыху бзаджэхэм... я бзаджагъэм» кІуэ пэтми хохъуэ (2 Тим. 3:13). Аращи, дэ дысакъын хуейщ. Алыхьым и захуагъэм тету зэхуэсым сыт ищІэ хъунур сабийм лей ирахауэ щытмэ? Мы упщІэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
15-НЭ УЭРЭДЫР Славьте Первенца Иеговы!
a Мы статьямрэ къыкІэлъыкІуэ статьяитІымрэ дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ — лъагъуныгъэ икІи захуагъэ зыхэлъ Алыхьу зэрыщытым шэч къытедмыхьэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэми. Ар хуейщ захуагъэ хэлъу нэгъуэщІхэр и лъэпкъым хущытыну икІи мы дуней Іейм лей къызытехьахэм абы гупсэхугъуэ ярет.
b 2019 гъэм мазаем къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Пасэрей Израилым къыщекІуэкІа лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ» жыхуиІэ статьям феплъ.
c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Псэемыблэж лъагъуныгъэм дыхуегъэуш дызыхуэныкъуэр япэ идмыгъэщу нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэр япэ идгъэщыну. НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу зыгуэрым зыхудогъэныкъуэ икІи зыгуэр къэдгъэнэну дыхьэзырщ.
d СУРЭТЫР. Хьисэ фызабэ елъагъу. Абы и къуэ закъуэр лІащ. Хьисэ абы игу щІогъури и къуэр къегъэтэджыж.
e СУРЭТЫР. Симон зи цІэ фарисейм деж Хьисэ шэджагъуашхэ щещІ. Зы цІыхубз гуэрым (къэхьпэуэ къыщІэкІынщ) Хьисэ и лъакъуэр и нэпсхэмкІэ хуитхьэщІащ, и щхьэцымкІэ илъэщІыжри дагъэ лъапІэ щихуэжащ. Симон цІыхубзыр игъэкъуаншэу йоплъ, ауэ Хьисэ абы къыщхьэщож.