СТАТЬЯР 29
Уэ езым уиІэ ехъулІэныгъэхэм щыгуфІыкІ!
«Езым и Іуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Іуэхур фІымэ, нэгъуэщІ цІыхум и Іуэхум емыплъу, езым и Іуэхур зытетым ирипэгэн лъэкІынущ» (ГАЛ. 6:4).
34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ нэгъуэщІхэм дыщІримыгъапщэр сыт?
ИЕГОВЭ игу ирохь дэ псори дызэрызэмыщхьыр. Абы щыхьэт тохъуэ и ІэдакъэщІэкІ зэмылІэужьыгъуэхэр, цІыхухэри абыхэм яхэту. ЦІыхуитІ зэхуэдэу дунейм теткъым. Аращ Иеговэ нэгъуэщІхэм дыщІримыгъапщэр. Абы дэтхэнэ зыми ди гум илъыр елъагъу (1 Сам. 16:7). Абы нэмыщІ Иеговэ дэ тхэлъ хьэлыфІхэми хьэл Іейхэми гу лъетэ икІи дыкъызыхэкІар ещІэ. Дэ тхузэфІэмыкІын лъэпкъ абы зэи дигъэщІэнукъым. Аращ Иеговэ и нэкІэ дызэплъыжу зедгъэсэн щІыхуейр. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, зэхэщІыкІ диІэу дызэплъыжынущ — зыдгъэинынукъым икІи зыдгъэлъэхъшэнукъым (Рим 12:3).
2. НэгъуэщІхэм зебгъапщэ щІэмыхъунур сыт?
2 Сыту гухэхъуэ пщІэну ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр Іэзэу зэрагъэІур (Евр. 13:7). Дэ абыхэм щапхъэ тетхыу хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІакІуэ хъунущ (Флп. 3:17). Ауэ зыгуэрым щапхъэ тепхынымрэ абы зебгъэпщэнымрэ зыкъым. Дэ зыгуэрым зедгъапщэу щытмэ, абы дефыгъуэу щІэддзэнкІэ хъунущ, ди лъэр щІэхуфынущ, уеблэмэ, зыри дримыщІысу зыкъытщыхъужу дыхъункІэ хъунущ. Е адрейхэм нэхърэ дынэхъыфІ хуэдэу зыкъэдгъэлъэгъуэну дыхуигъэушынкІэ хъунущ. Мыбы ипэ дджа статьям къызэрыщытщІамкІэ, апхуэдэ щытыкІэм Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр тфІигъэкІуэдыфынущ. Аращ Иеговэ дыщІыхуигъэушыр: «Езым и Іуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Іуэхур фІымэ, нэгъуэщІ цІыхум и Іуэхум емыплъу, езым и Іуэхур зытетым ирипэгэн лъэкІынущ» (Гал. 6:4).
3. Иеговэ узэрыхуэлажьэм пыщІа сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэм гуфІэгъуэ къыпхуахьа?
3 Иеговэ хуейщ абы и лэжьыгъэм епха ехъулІэныгъэхэм дыщыгуфІыкІыну. Псалъэм папщІэ, псым зыщІэбгъэуамэ, а мурадыр къызэрохъулІам ущыгуфІыкІ хъунущ. А унафэр уэ езым къэпщтащ Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъум къыхэкІкІэ. А махуэм щыщІэдзауэ ехъулІэныгъэ уиІахэм егупсыс. Псалъэм папщІэ, Библием еджэнымрэ икІи ар куууэ зэпкърыпхынымрэ гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыпхуихьу хъуа? Уи тхьэлъэІухэр нэхъ куу хъуа? (Пс. 141:2). Хьэмэрэ хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ цІыхухэм нэхъ тыншу уепсэлъэфу ухъуа? Е ди Іэмэпсымэхэр нэхъ ІэкІуэлъакІуэу къэбгъэсэбэпыфу ухъуа? Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр щхьэгъусэм е адэ-анэм и къалэныр нэхъыфІу бгъэзэщІэну къыбдэІэпыкъуа? ЕхъулІэныгъэ уиІэхэм узэрегупсысым и фІыгъэкІэ уи гум гуфІэгъуэшхуэ илъыфынущ.
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Дэ нэгъуэщІхэми дадэІэпыкъуфынущ Иеговэ и лэжьыгъэм пыщІауэ яІэ ехъулІэныгъэхэм ахэр щыгуфІыкІыну. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм зрамыгъэпщэнуи дадэІэпыкъуфынущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ адэ-анэхэм, зэщхьэгъусэхэм, зэхуэсым и нэхъыжьхэм икІи къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу ар ящІэ хъунуми. Абы нэмыщІ дэ тхузэфІэкІыну мурадхэр дгъэувыну къыддэІэпыкъуну Библием ит принцип зыбжанэ зэпкърытхынущ.
АДЭ-АНЭХЭМРЭ ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМРЭ
Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фащытхъу икІи къару ирахьэлІэр лъапІэу зэрыфлъытэр яжефІэ (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)d
5. Ефес 6:4 зэритымкІэ, адэ-анэхэр зыхуэсакъын хуейр сыт?
5 Адэ-анэхэм сабийхэр зэхуагъадэ е яхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэкІэ щыгугъ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сабийхэм я лъэр щІихыфынущ. (Къеджэ Ефес 6:4.) Ди шыпхъу Са́чикоb жеІэж: «Школым си егъэджакІуэхэр классым псом нэхърэ нэхъыфІу седжэну къысщыгугъыу щытащ. Абы нэмыщІ си анэми «пять» защІэкІэ седжэн хуейуэ къызжиІэт, си адэми си егъэджакІуэхэми Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ еплъыкІэфІ яІэн щхьэкІэ. Ар хуейт зы щыуагъэ хэмыту экзаменхэр стыну. Ауэ ар пхузэфІэкІыну Іэмал щыІэтэкъым! Школыр къызэрызухрэ куэд щІами, абы щыгъуэ сиІа гурыщІэхэм иныкъуэхэм деж къагъэзэж икІи, Иеговэ схузэфІэкІыу хъуар хуэсщІэми, ар арэзы къызэрысхуэхъум шэч къытызохьэ».
6. Псалом 131:1, 2 итым адэ-анэхэр сытым хуигъэсэфыну?
6 Адэ-анэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ дерс хахыфынущ Псалом 131:1, 2 ит псалъэхэм (къеджэ). Пащтыхь Даут жиІащ: «Си щхьэм щхьэкІэ ехъулІэныгъэ къэслъыхъуакъым икІи зыІэрызмыгъэхьэфынхэм сыхущІэкъуакъым». Даут хузэфІэкІынум теухуауэ апхуэдэ еплъыкІэ зэриІам мамырыгъэ къыхуихьт. Абы и псалъэхэм адэ-анэхэр сытым хуигъэсэфыну? Адэ-анэхэм Іэдэбагъыр къадэІэпыкъунущ я щхьэми я сабийхэми яхузэфІэкІыным нэхърэ нэхъыбэкІэ щымыгугъыну. Абы нэмыщІ сабийхэм яхэлъ хьэлыфІхэми хьэл Іейхэми гу лъатэн икІи яхузэфІэкІыну мурадхэр ягъэувыну ядэІэпыкъун хуейщ. Апхуэдэу сабийм зыхищІэнущ ар фІыуэ къызэралъагъур. Маринэ зи цІэ ди шыпхъум игу къегъэкІыж: «Си анэм зэи си дэлъхуищми нэгъуэщІ сабийхэми саригъапщэу щытакъым. Абы сыт щыгъуи жиІэт псоми фІы гуэр зэрахэлъыр икІи зым имыІэ зэфІэкІым хуэдэ адрейм зэриІэр. Абы нэмыщІ Иеговэ и дежкІэ псори лъапІэу зэрыщытыр къызжиІэт. Абы и фІыгъэкІэ сэ зэзэмызэххэщ зыгуэрым зыщезгъапщэр».
7, 8. ЦІыхухъум и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур?
7 Иеговэ хуэлажьэ цІыхухъум и щхьэгъусэм щІыхь хуищІын хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, гулъытэрэ пщІэрэ хэлъу хущытын хуейщ (1 Пет. 3:7). Ар къыхощ цІыхухъур и щхьэгъусэм увыпІэ хэха и гъащІэм зэрыритым. Ар и щхьэгъусэм хузэфІэмыкІын ІуэхухэмкІэ щыгугъынукъым икІи нэгъуэщІ цІыхубзхэм зэрыримыгъэпщэнури гурыІуэгъуэщ. Апхуэдэу пщІэн щІыхуэмейр сыт? Зи щхьэгъусэр Иеговэ хуэмылажьэ ди шыпхъу Розэ и щапхъэм деплъынщ. Абы и щхьэгъусэр гущІэгъуншэу къызэрыхущытым икІи нэгъуэщІхэм зэрыригъапщэм къыхэкІкІэ ди шыпхъум и щхьэм пщІэ хуимыщІыжу хъуащ. Ауэ абыкІэ Іуэхур зэфІэкІакъым. Розэ къыддогуашэ: «Иджы сэ Иеговэ лъапІэу сызэрилъытэр зыгуэрым къызжиІэну сыт щыгъуи сыхуэныкъуэщ». Иеговэ хуэлажьэ цІыхухъур и щхьэгъусэм апхуэдэу хущыткъым. Абы и щхьэгъусэм щІыхь хуещІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыгуроІуэ: унагъуэр насыпыфІэу щытынымрэ абырэ Иеговэрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынымрэ абы елъытащc.
8 Зи щхьэгъусэм пщІэ хуэзыщІ цІыхухъум ар фІыуэ зэрилъагъур жреІэ икІи щотхъу. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм щепсалъэм деж и щхьэгъусэм теухуауэ фІы фІэкІа жиІэкъым (Прит. 31:28, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мыбы ипэ дджа статьям зи гугъу тщІа Катеринэ и щхьэгъусэр апхуэдэущ къызэрыхущытыр. Катеринэ адрейхэм нэхърэ нэхъ Іей хуэдэу япэм иІа гурыщІэхэм пэлъэщыну ар къыдэІэпыкъуащ. Абы и сабиигъуэм щыгъуэ и анэм псалъэ жагъуэхэр къыжриІэт икІи нэгъуэщІ хъыджэбз цІыкІухэм яригъапщэт, и ныбжьэгъухэри абыхэм яхэту. ИкІэм-икІэжым Катеринэ нэгъуэщІхэм зригъэпщэну хьэл хуэхъуащ икІи Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам щыгъуи а хьэлыр зыхинэну къехьэлъэкІащ. Ауэ а хьэл мыхъумыщІэм пэлъэщыну икІи езым и щхьэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэну абы и щхьэгъусэр къыдэІэпыкъуащ. Катеринэ жеІэж: «Сэ абы фІыуэ сыкъелъагъу, къысщотхъу икІи сэр щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу. Абы нэмыщІ Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэм теухуауэ сигу къегъэкІыж. Ар си гупсысэкІэр схъуэжыну къыздоІэпыкъу».
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМРЭ НЭГЪУЭЩІ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМРЭ
9, 10. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди шыпхъум дауэ дэІэпыкъуа абы нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъ Іейуэ зилъытэжыну иІа хьэлым ебэныну?
9 НэгъуэщІхэм зрагъэпщэну хьэл зиІэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ зэрыдэІэпыкъуфынур? Ди шыпхъу Ха́нуни и щапхъэм деплъынщ. Абы и сабиигъуэм щытхъу псалъэхэр зэзэмызэххэт къыщыжраІэр. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ сабий укІытэхыу сыщытащ икІи нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъ Іейуэ зыслъытэт. Абы нэмыщІ сыт щыгъуи нэгъуэщІхэм зезгъапщэт». Хануни пэжыр къищІа иужьи занщІэу а хьэлым пэлъэщыну хузэфІэкІакъым. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым щигъэзащІэ Іуэхухэр мыхьэнэншэу къыщыхъут. Ауэ иджы абы гуфІэгъуэ иІэу пионеру мэлажьэ. Абы зихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?
10 Хануни зэрыжиІэжымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы икъукІэ къыдэІэпыкъуащ. Абыхэм къыжраІэт ар лъапІэу зэрыщытыр икІи зэхуэсым щапхъэфІ зэригъэлъагъуэр. Хануни пещэ: «ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэ шыпхъухэм щІэгъэкъуэн сахуэхъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэр мызэ-мытІэу къызэлъэІуащ. Ахэр къызэрызэлъэІуар щызгъэзэщІам щыгъуэ зэхуэсыр къызэрысхуэныкъуэр зыхэсщІащ. Нобэр къыздэсым сэ сощІэж дэлъхухэр къызэрысщытхъуамрэ 1 Фессалоникэ 1:2, 3 ит псалъэхэм къызэрысхуеджамрэ. Ар егъэлеяуэ си гуапэ хъуащ! Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къызэрыздэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ дэлъху, шыпхъухэм сэбэп сазэрыхуэхъур иджы сэ сощІэ».
11. Исаия 57:15 зэритымкІэ, зи лъэр щІэхуахэмрэ зигу иудахэмрэ дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур?
11 Къеджэ Исаия 57:15. Иеговэ зи лъэр щІэхуахэмрэ зигу иудахэмрэ щабэу и нэІэ ятригъэтщ. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъун хуейр зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым, атІэ дэ псоми ар ди къалэнщ. Къуэш, шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъуфыну Іэмалхэм ящыщ зыр — ар ди гум къыбгъэдэкІыу абыхэм дазэрыщІэупщІэращ. Иеговэ и мэл цІыкІухэр псори лъапІэу елъытэ икІи ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыну ар хуейщ (Кол. 3:12). Иджыри зы Іэмалыр — ар Іэдэбу дыщытыныращ. Дэ гулъытэ лей зыхуедгъэщІыну дыхуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыдэфыгъуэну нэгъуэщІхэр хуигъэушыфынущ. Абы и пІэкІэ дэ диІэ зэфІэкІхэмрэ щІэныгъэмрэ къуэш, шыпхъухэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ къэдгъэсэбэпыну дыхуейщ (1 Пет. 4:10, 11).
Хьисэ и гъусэну и гъэсэнхэм яфІэфІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыху Іэдэбу щытт. Езы Хьиси ифІэфІт и ныбжьэгъухэм яригъусэну. (12-нэ абзацым феплъ)
12. ЦІыху къызэрыгуэкІхэм Хьисэ и гъусэну щІафІэфІыр сытыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
12 Дэ нэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы хуэдэ цІыху дунейм тетакъым, ауэ, абы емылъытауэ, ар пагагъэ зыхэмылъ цІыху Іэдэбу щытащ (Мт. 11:28—30). Хьисэ акъылышхуэрэ щІэныгъэшхуэрэ бгъэдэлъа пэтми, зэфІэкІ иІэхэм цІыхухэм гу лъаригъэтэну хущІэкъутэкъым. Абы цІыхухэр щригъаджэм щыгъуэ псоми къагурыІуэну псалъэхэмрэ щапхъэхэмрэ къигъэсэбэпт (Лк. 10:21). Дин пашэ пагэхэм елъытауэ, Хьисэ нэгъуэщІхэм гурыщІэ яриттэкъым ахэр Алыхьым къыфІэмыІуэху хуэдэу (Ин. 6:37). Абы ипІэкІэ Хьисэ цІыху къызэрыгуэкІхэм пщІэ яхуищІт.
13. Хьисэ и гъэсэнхэм теухуауэ лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ дапхуэдэу зэригъэлъагъуэу щытар?
13 Хьисэ хэлъа лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ и гъэсэнхэм зэрахущытам къыхэщт. Абы фІы дыдэу къыгурыІуэт и гъэсэнхэм я зэфІэкІхэмрэ я Іуэхур зыІутымрэ зэрызэхуэмыдэр. Абы къыхэкІкІэ абыхэм зы къалэныр зэхуэдэу яхуэгъэзэщІэнутэкъым. Ауэ Хьисэ ищІэт я гум къыбгъэдэкІыу ахэр Иеговэ зэрыхуэлажьэр. Абы щхьэкІэ и гъэсэнхэр лъапІэу илъытэт. Хьисэ ар къыгурыІуэу зэрыщытар къыхощ талантхэм теухуауэ жиІа ущие хъыбарым. Ар топсэлъыхь тепщэм и унэІутхэм «щхьэж лъэкІыныгъэу иІэм елъытауэ» къалэн зэраритам. Зи къалэныр фІыуэ зыгъэзэщІа унэІутитІым къалэжьар зэхуэмыдэми, тепщэр тІуми зэхуэдэу ящытхъуащ: «ФІыуэ пщІащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэІутыфІщ!» (Мт. 25:14—23).
14. НэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ дауэ Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
14 Хьисэ хэлъ лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ дэ къызэрытхущытми къыхощ. Абы ещІэ дэ псоми тхузэфІэкІынумрэ ди Іуэхур зыІутымрэ зэрызэхуэмыдэр икІи ди къарум къихьыр зэрытщІэр щилъагъум деж ар мэгуфІэ. Дэри апхуэдэ дыдэу нэгъуэщІхэм дахущытын хуейщ. Дэ дыхуейкъым ди ягъэкІэ ди къуэш е ди шыпхъу гуэрым нэгъуэщІхэм ящІэм хуэдиз зэрахуэмыщІэм щхьэкІэ зыри иримыщІыс хуэдэу зыкъыщыхъужыну е зигъэкъуэншэжыну. Абы ипІэкІэ ахэр я гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ дащытхъуну Іэмалу щыІэу хъуар къэдвгъэгъэсэбэп.
ФХУЗЭФІЭКІЫНУ МУРАДХЭР ВГЪЭУВ
ФхузэфІэкІыну мурадхэр вгъэуви, ахэр къыщывэхъулІэм деж гуфІэгъуэ къыфхуихьынущ (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)e
15, 16. Ди зы шыпхъум хузэфІэкІыну мурадхэр зэрызыхуигъэуву щытар дауэ къыдэІэпыкъуа?
15 Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа мурадхэр щыдгъэувым деж абы ди гъащІэм мыхьэнэ кърет икІи здэдунэтІыну лъэныкъуэр дагъэлъагъу. Ауэ мурад дгъэувхэр зэлъытауэ щытын хуейр нэгъуэщІ цІыхухэм я зэфІэкІхэракъым, атІэ дэ езым ди зэфІэкІхэмрэ ди Іуэхур зыІутымрэщ ар зэлъытауэ щытын хуейр. Армыхъумэ, дэ ди щхьэм зэран дыхуэхъужынущ икІи ди лъэр щІэхунущ (Лк. 14:28). Пионеру лажьэ ди шыпхъу Ми́дори и щапхъэм деплъынщ.
16 Иеговэ хуэмылажьэ и адэм ар сыт щыгъуи и дэлъху, и шыпхъу нэхъыщІэхэмрэ къыдеджэхэмрэ зэрыригъапщэмкІэ и пщІэр ириудыхт. Мидори жеІэ: «Сэ зыри сримыщІыс хуэдэу зыкъысщыхъужт». Ауэ нэхъ балигъ хъуа иужь абы и щхьэм нэхъ пщІэ хуищІыжу хъуащ. Абы пещэ: «Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхэсщІэн икІи гупсэхугъуэ згъуэтыжын щхьэкІэ сэ махуэ къэс Библием соджэ». Абы нэмыщІ Мидори хузэфІэкІыну мурадхэр егъэув икІи ахэр къехъулІэн щхьэкІэ Иеговэ йолъэІу. Абы и фІыгъэкІэ Мидори езым иІэ ехъулІэныгъэхэм теухуауэ гуфІэгъуэ зыхещІэ.
АДЭКІИ ФЭ ФХУЗЭФІЭКІЫР ИЕГОВЭ ХУЭФЩІЭ
17. Ди гупсысэкІэр тхъуэжыну сыт къыддэІэпыкъунур икІи сыт абы къыпэкІуэнур?
17 Гупсысэ Іейхэмрэ гурыщІэ мыхъумыщІэхэмрэ занщІэу кІуэдынукъым. Аращ Иеговэ дыщІыхуигъэушыр адэкІи ди гупсысэкІэр тхъуэжыну (Еф. 4:23, 24). Ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ, дэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн, абы и Псалъэр дджын икІи къатщІэм куууэ дегупсысын хуейщ. А псор хьэл фхуэхъун щхьэкІэ Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Абы и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ фэ нэгъуэщІхэм афІэкІа зевгъэпщэнукъым. Абы нэмыщІ фыгъуэнымрэ зыкъыфІэщІыжынымрэ фи гум лъабжьэ щащІым деж гу лъыфтэну икІи а хьэл-щэн Іейхэр зыхэвнэну Иеговэ къывдэІэпыкъунущ.
18. 2 Летопись 6:29, 30 ит псалъэхэм дауэ гупсэхугъуэ къыуатрэ?
18 Къеджэ 2 Летопись 6:29, 30. Иеговэ ди гум илъыр ещІэ. Иджыри абы ещІэ дэ къарууэ диІэр зэретхьэлІэр ди хьэл-щэн Іейхэм дебэнын икІи мы дунейм и гупсысэкІэр зыхэдмылъхьэн щхьэкІэ. Иеговэ ар щилъагъукІэ абы къытхуиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ.
19. Иеговэ къытхуиІэ гурыщІэхэм теухуауэ сыт жиІэр?
19 Иеговэ щабэу къызэрытхущытыр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ абы анэм и сабий цІыкІум хуиІэ гурыщІэхэр щапхъэу къехь (Ис. 49:15). Ди шыпхъу Рэ́йчел къыддогуашэ: «Си пхъу цІыкІу Сте́фани и пІалъэм нэмысауэ къалъхуащ. Сэ ар япэу щыслъэгъуам щыгъуэ ар цІыкІунитІэт икІи къарууншэт. Къалъхуа иужь япэ мазэр абы сымаджэщым щигъэкІуэн хуей хъуащ, ауэ дохутырхэм ар махуэ къэс сагъэІыгът. А дакъикъэхэр лъагъуныгъэрэ щабагъкІэ гъэнщІат икІи абыхэм быдэу дызэрапхащ. Иджыпсту Стефани илъэсих мэхъу икІи ар и ныбжь сабийхэм нэхърэ нэхъ цІыкІущ. Ауэ сэ абы хузиІэ лъагъуныгъэр махуэ къэс нэхъ гуащІэ хъуурэ макІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыкІум гугъуехь куэд ишэчащ икІи апхуэдиз гуфІэгъуэ си гъащІэм къыхилъхьащ!» Иеговэ апхуэдэ дыдэу къытхущытщ абы хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ къарууэ диІэр зэретхьэлІэр щилъагъум деж. Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну!
20. Иеговэ и лэжьакІуэу узэрыщытым къыхэкІкІэ угуфІэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр уиІэ?
20 Иеговэ узэрыхуэлажьэм къыхэкІкІэ уэ абы и унагъуэшхуэм ущыщщ. А унагъуэм уэ фІыуэ укъыщалъагъу икІи уэ пхуэдэ нэгъуэщІ гуэр абы хэткъым. Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыкъыщІыпхуищІар уэ зыгуэркІэ нэгъуэщІхэм нэхърэ унэхъыфІу аракъым. Абы гъунэгъу зыкъыщІыпхуищІар уэ цІыху Іэдэбу икІи зыпхъуэжыну узэрыхьэзырыр илъэгъуати аращ (Пс. 25:9). Шэч къытомыхьэ Иеговэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ пщІэуэ хъуар абы лъапІэу зэрилъытэм. Уи теубыдагъэмрэ уи пэжагъымрэ къагъэлъагъуэ «фІыгъуэрэ щыпкъагъэрэ» уи гум зэрилъыр (Лк. 8:15). Аращи, адэкІи уи къарум къызэрихькІэ Иеговэ хуэлажьэ. Абы щыгъуэ уэ «езым уи Іуэхур зытетым урипэгэн плъэкІынущ».
38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
a Иеговэ дэ зыми дригъапщэкъым. Ауэ дэ нэгъуэщІхэм зедгъэпщэну хьэл диІэщ икІи абы ди щхьэм пщІэ хуэдмыщІыжу дищІыфынущ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ нэгъуэщІхэм зыщедгъапщэм деж абы сыт хуэдэ зэран къытхуихьми. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ ди унагъуэм щыщхэмрэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ Иеговэ и нэкІэ зэплъыжыну дапхуэдэу дадэІэпыкъуфынуми.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c Мыбдеж зи гугъу ищІыр цІыхухъухэрами, мы принципхэр цІыхубзхэми яхуэхьащ.
d СУРЭТЫР. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щаджкІэ адэ-анэр дэтхэнэ зы сабийми щотхъу Нухь и кхъухьым хуэдэ ящІыным къару зэрырахьэлІам щхьэкІэ.
e СУРЭТЫР. Иджыри школым мыкІуэ сабий зи закъуэу зыпІ ди шыпхъум подсобнэ пионеру лэжьэну мурад ещІ. Ар щогуфІыкІ и мурадыр къызэрехъулІам.