6 СТАТЬЯР
«Дэтхэнэ фызми и щхьэр и лІырщ»
«Дэтхэнэ фызми и щхьэр и лІырщ» (1 КОР. 11:3).
13-НЭ УЭРЭДЫР Хьисэ щапхъэ тхуохъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Унагъуэ зэзгъэгъуэтыну хуей Алыхьым и лэжьакІуэ цІыхубзым сыт хуэдэ упщІэхэр зритыжын хуей?
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми и нэхъыжьыр Хьисэ Мэссихьщ икІи абы и къалэныр фІы дыдэу егъэзащІэ. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ цІыхубзыр щыдэкІуэм деж, абы и щхьэ хъур гуэныхь зыхэлъ и щхьэгъусэращ икІи абы и унафэм ар щІэтыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Алыхьым и лэжьакІуэ цІыхубзым щхьэгъусэ къыщыхихым деж, мыпхуэдэ упщІэхэр зритыжын хуейщ: «Сыт сэ шэч къыщІытезмыхьэр мы дэлъхум унагъуэм и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ зэригъэзэщІэнум? Иеговэ хуэлэжьэныр абы и гъащІэм псом япэ иригъэувэу жыпІэ хъуну? Ар апхуэдэу щымытмэ, сыт сэ сыщІигугъэр дызэрыша иужь сэри езыри Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ абы къару ирихьэлІэну?» А шыпхъум иджыри мыпхуэдэ упщІэхэр зритыжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ: «Сэ щхьэгъусэфІ сыхъун щхьэкІэ, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр схэлъ? Сэ шыІэныгъэрэ хьэлэлагърэ схэлъу жыпІэ хъуну? Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъу пІэрэ?» (Эккл. 4:9, 12). Шыпхъум и унагъуэр насыпыфІэу щытынрэ щымытынрэ нэхъыбэу зэлъытар ар дэкІуэн ипэкІэ унафэ къищтэхэращ.
2. Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?
2 Мелуан бжыгъэ хъу ди шыпхъухэм щапхъэфІ ягъэлъагъуэ я щхьэгъусэхэм я унафэм зэрыщІэтымкІэ. Абыхэм щытхъу яхуэфащэщ! Алыхьым хуэпэж шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ дызэрыхуэлажьэм дэ гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь. Ахэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэнкІэ хъуну? ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм щІыщІэтын хуейр сыт? Абы нэмыщІ зэщхьэгъусэхэм сыт хуэдэ дерс къыхахыфыну Хьисэ Мэссихь, Авигея, Хьисэ и анэ Мэрием сымэ я щапхъэхэм? А упщІищым я жэуапхэр къэтщІэнщ.
ЩХЭГЪУСЭ ЗИІЭ ЦІЫХУБЗХЭР ЗЫПЭЩІЭХУЭ ГУГЪУЕХЬХЭР
3. Гугъуехь зэрымылъ унагъуэ щІыщымыІэр сыт?
3 Нэчыхьыр — Алыхьым къыбгъэдэкІ дагъуэ зимыІэ тыгъэщ, ауэ цІыхухэм гуэныхь яхэлъщ (1 Ин. 1:8). Абы къыхэкІкІэ унагъуэ зэзыгъэгъуэтхэм щхьэкІэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «[Ахэр] мы дуней хьэзабым хэтынущ» (1 Кор. 7:28). Щхьэгъусэ зиІэ цІыхубзыр зыпэщІэхуэнкІэ хъуну языныкъуэ гугъуехьхэм я гугъу тщІынщ.
4. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм зэрыщІэтым щхьэкІэ и пщІэр еудыха хъууэ щІегупсысынкІэ хъунур сыт?
4 ЦІыхубзыр зыхапІыкІа хабзэм къыхэкІкІэ и щхьэгъусэм и унафэм зэрыщІэтым и пщІэр ириудыхыу къилъытэнкІэ хъунущ. Америкэм щыпсэу ди шыпхъу Марисо́ль жеІэ: «Сэ сыкъыщыхъуа щІыпІэмкІэ цІыхубзыр цІыхухъум хуэдэ дыдэу щытын хуейуэ ялъытэ. Сэ сощІэ Иеговэ цІыхухъур унагъуэм и нэхъыжьу зэригъэувар икІи цІыхубзым Іэдэбагъ хэлъу и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІын хуейр. Ауэ сэ си щхьэгъусэм и унафэм сыщІэтыну къыщызэгугъуэкІ къохъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сыкъэзыухъуреихь цІыхухэм псоми жаІэр нэгъуэщІщ».
5. Языныкъуэ цІыхухъухэр я щхьэгъусэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
5 Ауэ а Іуэхум теухуауэ нэгъуэщІ еплъыкІи щыІэщ. ЦІыхубзхэр нэхъ икІэу къэзылъытэ цІыхухъум ди шыпхъур и щхьэгъусэу щытыфынущ. Ипщэ Америкэм щыщ ди шыпхъу Иво́н абы теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Ди щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэмкІэ япэщІыкІэ шхэн хуейр цІыхухъухэращ, цІыхубзхэр иужькІэщ щышхэ хъунур. Хъыджэбз цІыкІухэм нэхъыбэм унэр зэлъыІуах, мэпщафІэ, ауэ щІалэ цІыкІухэм пащтыхьым хуэдэу яхущытщ — абыхэм я анэхэри я шыпхъухэри яхуэунэІутщ». Азием щыпсэу Инли́н зи цІэ ди шыпхъуми мыпхуэдэу жеІэ: «Дэ ди бзэмкІэ мыпхуэдэу къызэрыкІ псалъэжь щыІэщ: цІыхубзыр губзыгъэу щытын икІи абы ІэщІагъэ гуэр иІэн хуейкъым. Абы и къалэныр — унагъуэ Іуэхур игъэзэщІэныращ. ИкІи цІыхубзхэм езыхэм Іуэху еплъыкІэ яІэн хуейкъым». ЦІыхухъур и щхьэгъусэм апхуэдэу хущытмэ, цІыхубзым фІыуэ къызаралъагъур зыхищІэнукъым икІи унагъуэ зэриІэм абы гуфІэгъуэ хихынукъым. Апхуэдэ цІыхухъум Хьисэ щапхъэ трихкъым икІи и щытыкІэмкІэ Иеговэ и жагъуэ ещІ (Еф. 5:28, 29; 1 Пт. 3:7).
6. Щхьэгъусэ зиІэ цІыхубзхэм сыт ящІэн хуейр Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэр хагъэхъуэн щхьэкІэ?
6 Мыбы ипэ дджа статьям зэритым хуэдэу, Иеговэ хуейщ цІыхухъум и къалэнхэр фІыуэ игъэзэщІэну: и унагъуэм щыщхэм Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну ядэІэпыкъуну икІи нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи зыхуэныкъуэу хъуар яритыну (1 Тим. 5:8). Ауэ щхьэгъусэ зиІэ шыпхъухэм езыхэми зэман къыдагъэкІын хуейщ махуэ къэс Библием еджэн, зэджам куууэ егупсысын икІи Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъэзэн щхьэкІэ. Ауэ абыхэм апхуэдизкІэ къалэн куэд я пщэ дэлъщи, шыпхъухэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «А псом щхьэкІэ зэманрэ къарурэ дэнэ къыздисхынур?» Дапхуэдэу мыхъуами, а Іуэхухэм щхьэкІэ зэман къыдэбгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ хуейщ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр хэдгъэхъуэну (Апост. 17:27).
7. Сыт шыпхъум къыдэІэпыкъунур Иеговэ и пщэм къыдилъхьа къалэныр нэхъ тыншу игъэзэщІэну?
7 ДауикІ, гурыІуэгъуэщ гуэныхь зыхэлъ и щхьэгъусэм и унафэм щІэтын щхьэкІэ цІыхубзым къаруушхуэ зэрырихьэлІэн хуейр. Ауэ шыпхъум Иеговэ апхуэдэ хабзэ щІигъэувам и щхьэусыгъуэр къыгурыІуэрэ абы арэзы техъуэу щытмэ, ар и щхьэгъусэм и унафэм нэхъ тыншу щІэтынущ.
ЦІЫХУБЗЫР И ЩХЬЭГЪУСЭМ И УНАФЭМ ЩІЫЩІЭТЫН ХУЕЙР СЫТ?
8. Ефес 5:22—24 зэритымкІэ, цІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм щІыщІэтыр сыт?
8 ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм щІэтщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу ищІэну Иеговэ цІыхубзым щогугъ. (Къеджэ Ефес 5:22—24.) Абы уафэм щыІэ и Адэм дзыхь хуещІ. ЦІыхубзым къыгуроІуэ Иеговэ ищІэу хъуар лъагъуныгъэм къыхэкІыу зэрищІэр икІи ар зыгуэркІэ къыщелъэІум деж абы ифІ къызэрилъыхъуэр (Втор. 6:24; 1 Ин. 5:3).
9. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм зэредаІуэм унагъуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыхуихьрэ?
9 Мы дунейм цІыхубзхэр хуегъэуш Иеговэ и хабзэхэм ебэкъуэну икІи нэгъуэщІым и унафэм ущІэтыным я пщІэр ириудыхыу егупсысыну. ДауикІ, апхуэдэ гупсысэкІэхэр къызыбгъэдэкІ цІыхухэм фІыуэ дыкъэзылъагъу уафэм щыІэ ди Адэр яцІыхукъым. Иеговэ лъапІэу илъытэ и пхъухэм зэи яжриІэнутэкъым абыхэм я пщІэр езыудых Іуэхухэр ягъэзэщІэну. Шыпхъум Иеговэ кърита къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ къарууэ иІэр щрихьэлІэм деж, унагъуэм илъ мамырыгъэр ехъумэ (Пс. 119:165). Абы апхуэдэу зэрищІэм и щхьэгъусэми, и бынхэми, езыми фІыгъуэ куэд къахуехь.
10. Карол и псалъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну?
10 Гуэныхь зыхэлъ и щхьэгъусэм и унафэм зэрыщІэтымкІэ, цІыхубзым къегъэлъагъуэ а хабзэр зыгъэува Иеговэ пщІэ зэрыхуищІыр икІи фІыуэ зэрилъагъур. Ипщэ Америкэм щыпсэу ди шыпхъу Ка́рол къыддогуашэ: «Сэ сощІэ си щхьэгъусэр зэрыщыуэнур, ауэ сэ къызгуроІуэ абы и щыуагъэхэм сызэрыхущытым Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу зэрыслъытэр къызэригъэлъагъуэр. Абы къыхэкІкІэ си щхьэгъусэм и тепщэныгъэм пщІэ хэлъу сыхущытыну сыхущІокъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ си Адэр згъэгуфІэну сыхуейщ».
11. Сыт Анис къыдэІэпыкъур и щхьэгъусэм и щыуагъэхэр хуигъэгъуну икІи дэ абы сытым дыхуигъасэрэ?
11 ЦІыхубзым и гурыщІэхэмрэ и гукъеуэхэмрэ и щхьэгъусэм гу лъимытэу къыщыхъумэ, абы и лІым пщІэ хуищІыну икІи и унафэм щІэтыну къегугъуэкІынкІэ хъунущ. Щхьэгъусэ зиІэ ди шыпхъу Ани́с иныкъуэхэм деж апхуэдэ Іуэхугъуэм пэщІохуэ. Ди шыпхъур абы зэрыхущытым теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Дэ псори дызэрыщыуэр сощІэжри, си жагъуэ зэрызмыщІыным сыхущІокъу. Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъу ди щыуагъэхэр къытхуегъэгъу, сэри абы щапхъэ тесхыну сыхуейщ. Апхуэдэу зэрысщІэр сэ къыздоІэпыкъу гупсэхугъуэ сиІэну» (Пс. 86:5). И щхьэгъусэм и щыуагъэхэр зыгъэгъуф цІыхубзым и дежкІэ нэхъ тыншщ абы и унафэм щІэтыну.
БИБЛИЕМ ИТ ЩАПХЪЭХЭМ СЫТЫМ ДЫХУАГЪАСЭРЭ?
12. Библием сыт хуэдэ щапхъэхэр къыщыдгъуэтыфыну?
12 Иныкъуэхэм я гугъэщ нэгъуэщІхэм едаІуэ цІыхухэм лІыгъэ яхэмылъу. Ауэ ар пэжкъым. Библиер топсэлъыхьыж лІыгъэ зыхэлъа, ауэ нэгъуэщІхэм я унафэм щІэта цІыху куэдым. Абыхэм ящыщщ Хьисэ, Авигея икІи Мэрием. АдэкІэ зэпкърытхынщ абыхэм я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфынуми.
13. Хьисэ Иеговэ и унафэм щІыщІэтыр сыт? КъыдгурывгъаІуэ.
13 Хьисэ Иеговэ и унафэм щІыщІэтыр езым зэфІэкІ хуримыкъуу аракъым. Абы тыншу икІи гурыІуэгъуэу цІыхухэр зэрыригъаджэу щытам къегъэлъагъуэ акъылыфІагъэшхуэ зэриІэр (Ин. 7:45, 46). Иеговэ апхуэдизкІэ и Къуэм и зэфІэкІхэр лъапІэу илъытэти, Дунеишхуэр къыщигъэщІым щыгъуэ ар хуит ищІащ къыдэІэпыкъуну (Прит. 8:30, Гъэсэпэтхыдэхэр; Евр. 1:2—4). Абы нэмыщІ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь Иеговэ «уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори» абы и ІэмыщІэ ирилъхьащ (Мт. 28:18). Ауэ Хьисэ зэфІэкІ иІэ псоми емылъытауэ сыт щыгъуи Иеговэ йочэнджэщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы и Адэр фІыуэ елъагъу (Ин. 14:31).
14. ЦІыхухъухэр сытым хуигъасэрэ: 1) Иеговэ и щапхъэм? 2) Притчи 31-нэ псалъащхьэм зи гугъу ищІ цІыхубзыфІым и щапхъэм?
14 ЦІыхухъухэм щхьэкІэ щапхъэ. ЦІыхубзхэр я щхьэгъусэхэм едэІуэну Иеговэ зэрыщыгугъым къикІкъым абы цІыхубзхэр цІыхухъухэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъ Іейуэ къилъытэу. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъыну Алыхьым къыхих цІыхухэм цІыхубзхэри яхэтщ (Гал. 3:26—29). Иеговэ и Къуэм дзыхь хуещІ, абы къыхэкІкІэ абы тепщэныгъэ гуэрхэр иритащ. Іущагъ зыхэлъ цІыхухъури и тепщэныгъэмкІэ и щхьэгъусэм догуашэ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ цІыхубзыфІыр унагъуэ Іуэхухэм, щІыр къэщэхун щэжын икІи сату щІын Іуэхухэм зэрыкІэлъыплъыфынур. (Къеджэ Притчи 31:15, 16, 18, Гъэс.) ЦІыхухъур и щхьэгъусэм хущыт хъунукъым и еплъыкІэр жиІэну хуитыныгъэ зимыІэ унэІутым хуэдэу. Абы и щхьэгъусэм дзыхь хуищІу и еплъыкІэм гулъытэ хуищІын хуейщ. (Къеджэ Притчи 31:11, 26, 27, Гъэс.) Абы щыгъуэ цІыхубзым и фІэфІу и щхьэгъусэм едэІуэнущ.
Хьисэ Иеговэ жиІэм сыт щыгъуи зэредаІуэм цІыхубзхэр сытым хуигъасэрэ? (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Хьисэ и щапхъэм цІыхубзхэр сытым хуигъасэрэ?
15 ЦІыхубзхэм щхьэкІэ щапхъэ. Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ куэд зэрищІам емылъытауэ, зэи егупсысакъым Иеговэ и лъабжьэ зэрыщІэтым абы и пщІэр ириудыхыу (1 Кор. 15:28; Флп. 2:5, 6). Абы хуэдэу, Хьисэ щапхъэ тезых цІыхубзыр егупсыскъым и щхьэгъусэм и унафэм зэрыщІэтым и пщІэр ириудыхыу. Абы и щхьэгъусэм и унафэхэр деІыгъ ар фІыуэ зэрилъагъум щхьэкІэ, ауэ апхуэдэу ищІэну цІыхубзыр псом япэ хуэзыгъэушыр Иеговэ пщІэ зэрыхуищІымрэ ар фІыуэ зэрилъагъумрэщ.
Авигея Даутрэ абы и зауэлІхэмрэ шхын яхуригъэхьри, езыри абыхэм япежьащ. Даут хуэза иужь, абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу тІысщ, щхьэщэ хуищІри Навал ищІар къыхуигъэгъуну елъэІуащ. (16-нэ абзацым феплъ.)
16. 1 Самуила 25:3, 23—28 зэритымкІэ, Авигея сыт хуэдэ гугъуехь зыпэщІэхуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
16 Авигея и щхьэгъусэ Навал цІыху пагэт, щхьэхуещэт икІи къыхуащІэр фІыщІэ ищІтэкъым. Абы емылъытауэ, Авигея и щхьэгъусэм бгъэдэкІыжыну хэтакъым. Псалъэм папщІэ, Даут и зауэлІхэр и гъусэу Навал иукІыну щыхэтам щыгъуэ, Авигея абы хэмыІэбами хъунут. Ауэ абы хузэфІэкІыу хъуар ищІащ и щхьэгъусэмрэ и унагъуэм щыщхэмрэ къригъэлын щхьэкІэ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Авигея дапхуэдиз лІыгъэ хэлъын хуеями, щиплІ хъу зауэлІхэм япежьэу, пщІэ хэлъу Даут епсэлъэн щхьэкІэ. Уеблэмэ, Авигея и щхьэгъусэм и къуаншагъэр езым къищтэну хьэзырт. (Къеджэ 1 Самуила 25:3, 23—28.) ИкІэм-икІэжым Іуэхур фІыуэ зэхэкІащ: Даут къыгурыІуащ лІыгъэ зыхэлъ а цІыхубзыр Иеговэ къызэрыхуигъэкІуар, чэнджэщ къриту щыуагъэшхуэм щихъумэн щхьэкІэ.
17. Даутрэ Авигеярэ я щапхъэм цІыхухъухэр сытым хуигъэсэфыну?
17 ЦІыхухъухэм щхьэкІэ щапхъэ. Авигея Іущагъ зыхэлъ цІыхубзт икІи абы и псалъэхэм Даут зэредэІуар фІыщ. Абы и фІыгъэкІэ Даут лъы игъэжакъым. Абы хуэдэу Іущагъ зыхэлъ цІыхухъум мыхьэнэ зиІэ унафэ къищтэн ипэкІэ и щхьэгъусэр а Іуэхум зэреплъым фІыуэ йодаІуэ. ЦІыхухъум апхуэдэу зэрищІэм щыуагъэм щихъумэнкІэ хъунущ.
18. Авигея и щапхъэм цІыхубзхэр сытым хуигъэсэфыну?
18 ЦІыхубзхэм щхьэкІэ щапхъэ. Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи пщІэ хуэзыщІ цІыхубзым и унагъуэр зыхуей хуэзэн щхьэкІэ къару ирехьэлІэ абы и щхьэгъусэр Алыхьым хуэмылажьэми е абы и фІэщхъуныгъэр махэ хъуауэ щытми. Абы Авигея щапхъэ трех икІи и щхьэгъусэм зэрыбгъэдэкІыжын Іэмал къилъыхъуэкъым. Абы и щхьэгъусэм пщІэ хуещІ икІи и унафэм щІэтщ, абы нэмыщІ ар хущІокъу и щхьэгъусэр Иеговэ гъунэгъу зэрыхуищІыным (1 Пет. 3:1, 2). Ауэ и щхьэгъусэр Алыхьым и лэжьакІуэ мыхъуу щытми, цІыхубзым ещІэ абы пэжагъ зэригъэлъагъуэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэр.
19. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж цІыхубзыр и щхьэгъусэм щемыдэІуэнур?
19 Ауэ шыпхъур и щхьэгъусэм едэІуэнукъым Библием ит хабзэхэм е принципхэм темыхуэ гуэр ищІэну къыщелъэІум деж. Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэ и щхьэгъусэм ди шыпхъум унафэ къыхуещІ Алыхьым и жагъуэ зыщІыну гуэр ищІэну — пцІы иупсыну е зыгуэр къидыгъуну. Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: Хьисэ и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыри, щхьэгъусэ зиІэ шыпхъухэри абыхэм хэту, псом япэ зэдэІуэн хуейр Иеговэщ. Абы къыхэкІкІэ Библием ит принцип гуэрым ебэкъуэну ди шыпхъум и щхьэгъусэр къелъэІуу щытмэ, абы ар зэримыщІэнур жриІэу, щІимыщІэнум и щхьэусыгъуэр гуапэу къыгуригъэІуэн хуейщ (Апост. 5:29).
20-нэ абзацым феплъ.b
20. Иеговэрэ Мэриемрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъам сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр?
20 Иеговэрэ Мэриемрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъащ. Шэч хэмылъу, абы Тхыгъэ ЛъапІэм итыр фІыуэ ищІэт. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и анэ Елизавет щепсалъэм щыгъуэ, Мэрием 20 нэхърэ нэхъыбэрэ ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщ едзыгъуэхэр къихьащ (Лк. 1:46—55). Иджыри мыпхуэдэ Іуэхугъуэм дегупсысынщ: Исуфрэ Мэриемрэ зэрышэну псалъэ зэрата пэтми, Иеговэ и мелыІычыр Исуф деж мыкІуэу езы Мэрием къыхуэкІуащ икІи абы Алыхьым и Къуэр къызэрилъхунур жриІащ (Лк. 1:26—33). Иеговэ Мэрием фІыуэ ицІыхут икІи шэч къытрихьэтэкъым и Къуэр зыхуей зэрыхуигъэзэным икІи фІыуэ зэрилъагъуным. Хьисэ лІэуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжу уафэм дэкІуеижа иужьи, Мэрием Иеговэ и ныбжьэгъуу къэнащ (Апост. 1:14).
21. Мэрием и щапхъэм цІыхухъухэр сытым хуигъэсэфыну?
21 ЦІыхухъухэм щхьэкІэ щапхъэ. Іущагъ зыхэлъ унагъуэм и нэхъыжьыр мэгуфІэ и щхьэгъусэм Библием тегъэщІа щІэныгъэ куу щиІэм деж. Апхуэдэу зэрыщытым и пщІэр ириудыхыу цІыхухъум илъытэкъым. Абы къыгуроІуэ Библиемрэ абы ит принципхэмрэ фІыуэ зыщІэ и щхьэгъусэр унагъуэм щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъуфынур. Ауэ цІыхубзым цІыхухъум нэхърэ щІэныгъэ нэхъыбэ иІэу щытми, унагъуэм Библиер яджыну икІи Иеговэ хуэлэжьэну абыхэм ядэІэпыкъуну зи къалэныр цІыхухъуращ (Еф. 6:4).
Библиер бджыным икІи узэджам уегупсысыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр цІыхубзхэм къагурыІуэну Мэрием и щапхъэр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъур? (22-нэ абзацым феплъ.)c
22. Мэрием и щапхъэм цІыхубзхэр сытым хуигъэсэфыну?
22 ЦІыхубзхэм щхьэкІэ щапхъэ. Унагъуэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ цІыхухъум нэхъыбэу къару зэрырихьэлІэн хуейр цІыхубзым къыгуроІуэ, ауэ абы къикІкъым езым и фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ къару ирихьэлІэн хуэмейуэ (Гал. 6:5). Абы зэман къыдигъэкІын хуейщ Библиер куууэ иджын икІи зэджам егупсысын щхьэкІэ. Абы и фІыгъэкІэ цІыхубзым Иеговэ нэхъыфІыжу илъагъуу икІи пщІэ хуищІу хъунущ. Абы нэмыщІ и щхьэгъусэм жиІэм зэредаІуэм гуфІэгъуэ хихынущ.
23. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм зэрыщІэтым езыми, и унагъуэми, зэхуэсми сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къахуихьрэ?
23 Иеговэ фІыуэ зэралъагъум щхьэкІэ я щхьэгъусэхэм я унафэм щІэт цІыхубзхэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ яІэщ икІи Алыхьым и принципхэм тетыну хуэмей цІыхубзхэм нэхърэ я нэчыхьымкІэ ахэр нэхъ арэзыщ. Зи щхьэгъусэхэм едаІуэ шыпхъухэр щІалэгъуалэм щапхъэфІ яхуохъу. Абы нэмыщІ я унагъуэми зэхуэсми лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ илъыным абыхэм къару ирахьэлІэ (Тит 2:3—5). Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэхъыбэр цІыхубзщ (Пс. 68:11). Ауэ дэ псоми — цІыхухъухэми цІыхубзхэми — Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр и зэхуэсым щыдгъэзэщІэну къыдитащ. КъыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынщ дэтхэнэ зыми ди къалэнхэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми.
131-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр»
a Иеговэ и мурадымкІэ цІыхубзыр и щхьэгъусэм и унафэм щІэтын хуейщ. Ауэ сыт абы къикІыр? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Хьисэ и щапхъэмрэ Библием зи гугъу ищІ цІыхубзхэм я щапхъэмрэ зэпкърытхынщ.
b СУРЭТЫР. ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и анэ Елизавет щепсалъэм щыгъуэ, Мэрием ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэр гукІэ жиІэжт.
c СУРЭТЫР. Щхьэгъусэ зиІэ шыпхъум и фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ Библие джыным зэман хухихын хуейщ.