Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Иеговэ сызэрыхуэлажьэм къысхуихьа гъащІэ насыпыфІэр
КАНАДЭМ щыІэ Вефилым сыщыкІуам щыгъуэ япэу къызата къалэныр — ар типографием и лъэгур къэспхъэнкІынырат. 1958 гъэр екІуэкІт, сэ илъэс 18 сыхъут икІи си Іуэхухэр фІы дыдэт! Куэд мыщІэу традзэ журналхэр зэпызыупщІ станокым срилажьэу щІэздзащ. Вефилым сызэрыщылажьэм сэ гуфІэгъуэшхуэ къысхуихьт!
КъыкІэлъыкІуэ илъэсым Ипщэ Африкэм щыІэ филиалым щылэжьэн щхьэкІэ хэт кІуэну хуейми къуэшхэр къыдэупщІащ. А филиалым «ротационная печатная машина» жыхуаІэр щагъэувыну мурад яІэт. Сэ абы сыкІуэну сызэрыхьэзырыр жысІати, хуит сащІащ икІи абы икъукІэ сыщыгуфІыкІащ. Сэр нэмыщІ Канадэм щыІэ Вефилым щылажьэ къуэшищ къыхахащ: Деннис Лич, Билл Маклеллан, Кен Нордин сымэ. Африкэм зэман куэдкІэ дыщыІэну къытпэщылът.
Си анэм занщІэу телефонкІэ хъыбар езгъэщІащ: «Мамэ, хъыбарыщІэ бжесІэну сыхуейщ. Сэ Ипщэ Африкэм соІэпхъуэ!» Си анэм Иеговэ фІыуэ илъагъут икІи фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт. Ар цІыхубз псэлъэрейтэкъым, абы щыгъуи куэд жиІакъым, ауэ унафэ къэсщтар къызэрыздиІыгъыр зыхэсщІащ. ДауикІ, сэ жыжьэ сызэрыкІуэм си адэ-анэр игъэнэщхъейт, ауэ а унафэм теухуауэ ахэр зэи къыспэрыуакъым.
ИПЩЭ АФРИКЭМ СОКІУЭ!
Деннис Лич, Кен Нордин, Билл Маклеллан сымэ срагъусэу Кейптаун икІыу Йоханнесбург кІуэ мафІэгум дисщ. 1959 гъэ
ДэиплІыр илъэс 60 дэкІауэ Ипщэ Африкэм и филиалым. 2019 гъэ
ЯпэщІыкІэ дэиплІыр Бруклин щыІэ типографием мазищкІэ дыщеджэну дагъэкІуащ. ИужькІэ Кейпта́ун кІуэ кхъухьым дитІысхьащ. Абы щыгъуэ сэ илъэс 20 фІэкІа сыхъутэкъым. Нобэр къыздэсым сэ фІыуэ сощІэж Кейптаун икІыу Йоха́ннесбург кІуэ мафІэгум дыщитІысхьа пщыхьэщхьэр. Япэу дыкъыщыувыІар Кару́ зи цІэ къалэ цІыкІурат. А щІыпІэр нэщІт, сабэт икІи егъэлеяуэ хуабэт. ДыкъыщыщІидзар дэнэми къэтщІэн щхьэкІэ дэ тфІэгъэщІэгъуэну щхьэгъубжэм дыдэплът. Илъэс зыбжанэ дэкІри а щІыпІэм къыщыдгъэзэжам щыгъуэщ дэ нэгъэсауэ щызыхэтщІар апхуэдэ къалэ цІыкІухэм я дахагъэр.
Илъэс зыбжанэкІэ сэ згъэзэщІа лэжьыгъэр гъэщІэгъуэнт, ар тыншу щымытами. «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» жыхуиІэ публикациехэр къыдагъэкІын щхьэкІэ къагъэсэбэп линотипкІэ зэджэ машинэм сэ срилажьэт. Ди филиалым Африкэм зэрыщыпсалъэ бзэ зэмылІэужьыгъуэ куэдкІэ журналхэр къыдигъэкІт. А бзэхэмкІэ псалъэ цІыхухэр Ипщэ Африкэм нэмыщІ ищхъэрэ лъэныкъуэмкІи щыІэ къэралхэм щыпсэут. ЩІым и гъунэм нэс дыщІэкІуа машинэр увыІэгъуэ имыІэу зэрылажьэм щхьэкІэ дэ хуабжьу дыгуфІэт!
ИужькІэ офисым сыщылэжьэну сагъэкІуащ. Публикациехэр къыдагъэкІыным, ирагъэхьыным икІи нэгъуэщІ бзэхэмкІэ зэрадзэкІыным епха Іуэхухэм сыхэтащ. Си гъащІэр гъэщІэгъуэнт икІи гуфІэгъуэ къысхуихьт!
ХЬЭГЪУЭЛІЫГЪУЭМРЭ ЛЭЖЬЫГЪЭЩІЭМРЭ
Лорэрэ сэрэ специальнэ пионеру дыщылэжьам щыгъуэ. 1968 гъэ
1968 гъэм Вефилым пэмыжыжьэу щыпсэу Лорэ Бо́уэн щхьэгъусэу къэсшащ. Ар пионеру лажьэт икІи публикациехэр зэзыдзэкІ отделым дэІэпыкъут. А зэманым зэрышагъащІэхэр Вефилым къагъанэтэкъыми дэ специальнэ пионер лэжьыгъэр къыдатащ. Сэ тІэкІу сыгузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Вефилым сызэрыщылэжьа иужьрей илъэсипщІым сыщыпсэунымрэ сшхынумрэ теухуауэ сегупсысын хуей хъуакъым. Дэ дызэупщІыжт: специальнэ пионерхэм кърат ахъшэ тІэкІумкІэ дыпсэуфыну пІэрэ? Мазэ къэс дэ ахъшэу рэнд 25 (а зэманым ар доллару 35 хъут) дэтхэнэ зыми къыдатт, ар иджыри сыхьэт бжыгъэр, тебгъэзэжыу епсэлъэныр икІи дгуэша публикациехэр къытхуагъэувым хуэдиз тхуэгъэзащІэу щытмэ. А ахъшэр унэм, шхыным икІи гъуэгум зэрытедгъэкІуадэм нэмыщІ хущхъуэхэмрэ нэгъуэщІ дызыхуэныкъуэхэмрэ къыщІэдгъэкІын хуейт.
Индийский океаным и Іуфэм Іут Ду́рбан къалэм щыІэ гуп цІыкІум дэ дагъэкІуащ. А щІыпІэхэм Индием къикІа цІыху куэд щыпсэут. Абыхэм я адэжьхэр XIX лІэщІыгъуэм и кІэм деж фошыгъу къызыхащІыкІ къэкІыгъэхэр къыщагъэкІ хьэсэхэм щылэжьэну къэкІуауэ щытат. ДауикІ, а цІыхухэм къытехъукІахэр а хьэсэхэм щылэжьэжтэкъым, ауэ я хабзэхэмрэ я ерыскъыгъуэхэмрэ зыщагъэгъупщатэкъым, карри зи цІэ шхыныгъуэ ІэфІри абы хэту. Абы нэмыщІ ахэр английскэбзэкІэ зэрыпсалъэм и фІыгъэкІэ дэ нэгъуэщІыбзэ зэдгъэщІэн хуей хъуакъым.
А зэманым специальнэ пионерхэм мазэ къэс сыхьэт 150 хъыбарыфІыр ягъэІун хуейт. Абы къыхэкІкІэ Лорэрэ сэрэ япэ махуэм сыхьэтихкІэ дылэжьэну мурад тщІащ. Дунейр егъэлеяуэ хуабэти убэуэфтэкъым. ЕтІуанэу дызэпсэлъэн е Библием едгъэджэн цІыху дызэримыІэм къыхэкІкІэ а зэманым къриубыдэу дэ унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІун хуейт. Зэманыр и кІэм нэса си гугъэу сыхьэтым сыщеплъам щыгъуэ хъыбарыфІыр дгъэІун зэрыщІэддзэрэ дакъикъэ 40 фІэкІа дэкІатэкъым. Сэ сегупсысащ: дапхуэдэу мы Іуэхум дызэрыпэлъэщынур?
Куэд дэмыкІыу хъыбарыфІ гъэІуныр зытедухуащ. Махуэ къэс щІакхъуэмрэ абы дэтшхынымрэ дгъэхьэзырт, абы нэмыщІ кофе е хьэнтхъупс термоскІэ къыздэтщтэт. Деша иужь ди машинэ цІыкІур жьауапІэ гуэрым щІэдгъэувэти зыдгъэпсэхут. Иныкъуэхэм деж ди машинэр сабий цІыкІухэм къаухъуреихьти яфІэгъэщІэгъуэну дызэпаплъыхьт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абыхэм дарещхьтэкъым. Махуэ зыбжанэ дэкІа иужь дэ къыдгурыІуащ: япэ сыхьэтитІ-щыр зыхуэбгъэшэчмэ, къэнажа зэманыр псынщІэу макІуэ.
ХьэщІагъэ зыхэлъ а цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэну сыту гуапэт! Индием щыщ цІыхухэм нэмыс яхэлъщ, фІыщІэ сыт щыгъуи къыпхуащІ икІи Алыхьым щошынэ. Абыхэм щыщ куэдыр хъыбарыфІым къедаІуэт икІи Иеговэ, Хьисэ, Библием, дунеищІэм щыІэну гъащІэм, абы нэмыщІ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ къащІэну яфІэфІт. Зы илъэс фІэкІа дэмыкІыу дэ цІыху 20 Библием едгъаджэт. Едгъаджэхэм щыщхэм зыгуэрым махуэ къэс шэджагъуашхэ дригъэблагъэт. Сыту дэ дынасыпыфІэт!
Зэман куэд дэмыкІыу дэ нэгъуэщІ къалэн къытхуагъэфэщащ — районнэ лэжьыгъэр. Индийский океаным и Іуфэ дахащэм хъыбарыфІыр щыдгъэІун хуейт. Тхьэмахуэ къэс дэ зэхуэсхэм ящыщ зым дыкІуэт, къуэш, шыпхъухэм я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІут икІи абыхэм ящыщ гуэрым я деж дыщыпсэут. Дэ ахэр ди унагъуэм хуэдэу хъуат, я сабийхэри фІыуэ тлъагъуат, я псэущхьэхэми десат. Апхуэдэу дыгуфІэу илъэситІ блэкІащ. Абы иужь Ипщэ Африкэм и филиалым телефонкІэ къращІыкІри къыджаІащ: «Вефилым къэвгъэзэжыну дыхуейт». Абыхэм жэуап естащ: «Уей... дыздэщыІэри мыІей». Ауэ дэ дыхьэзырт, дэнэ дамыгъэкІуами, Иеговэ дыхуэлэжьэну.
ВЕФИЛЫМ КЪЫДОГЪЭЗЭЖ
Сэ служебнэ отделым сыщылэжьэну къысхуагъэфэщащ. Абы и фІыгъэкІэ Іэмал сиІащ Іущагъ зыхэлъ къуэш куэдым садэлэжьэну. А зэманым, районым и нэхъыжьыр зэхуэс гуэрым щыІа иужь, филиалым къикІыу а зэхуэсым письмо къыхурагъэхьт. А письмом зэхуэсыр зыгъэгушхуэ псалъэхэмрэ зыхуэныкъуэ чэнджэщхэмрэ итт. Абы къыхэкІкІэ служебнэ отделым секретару щылажьэ къуэшхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкІуэкІын хуейт. ЯпэщІыкІэ абыхэм ко́сэ, зу́лу икІи Африкэм щызекІуэ нэгъуэщІ бзэхэмкІэ тха районым и нэхъыжьхэм я отчетхэр английскэбзэкІэ зэрадзэкІын хуейт. Абы иужь филиалым и письмохэр а бзэхэмкІэ зэрадзэкІыжын хуейт. Сэ сыт щыгъуи лъапІэу къэслъытэт а къуэшхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэшхуэр. Абыхэм я фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ Африкэм щыпсэу зи фэр фІыцІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэми.
А зэманым ЮАР къэралым тепщэныгъэ зиІэхэм цІыхум и фэм елъытауэ зэхэгъэж ящІт. Зи фэр хужьхэмрэ зи фэр фІыцІэхэмрэ щІыпІэ зэрыз щыпсэун хуейт. Абы къыхэкІкІэ ахэр и нэхъыбэм зэрихьэлІэтэкъым. Зи фэр фІыцІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр я лъэпкъэгъухэм фІэкІа зыми епсэлъэну икІи хъыбарыфІыр жраІэну хуиттэкъым. Абы нэмыщІ я бзэмкІэ екІуэкІ зэІущІэхэм фІэкІа нэгъуэщІхэм кІуэну Іэмал яІэтэкъым.
Абы ипэ зи фэр фІыцІэ къуэшхэр сцІыхутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сызыхэта зэхуэсхэр английскэбзэкІэ щыпсалъэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щагъэІут. Ауэ иджы Іэмал сиІэ хъуащ зи фэр фІыцІэ къуэш, шыпхъухэм я хабзэхэмрэ я псэукІэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну. Сэ къэслъэгъуащ ахэр Библием темыхуэ хабзэхэм темытын щхьэкІэ гугъуехь куэдым зэрыпэщІэхуэр. Абыхэм я унагъуэхэмрэ я гъунэгъухэмрэ хуабжьу къытракъузэт Іэзэгъуазэ Іуэхухэм хагъэтын щхьэкІэ. Абы нэмыщІ къуажэдэсхэм и нэхъыбэр къулейсызу псэут икІи школым щеджатэкъым, ауэ Библием итым пщІэ хуащІт.
Сэ Іэмал гъэщІэгъуэн сиІат Иеговэ дыхуэлэжьэну диІэ хуитыныгъэмрэ нейтралитетымрэ пыщІа юридическэ ІуэхухэмкІэ къуэшхэм садэІэпыкъуну. Ди къуэш, ди шыпхъухэм я бынхэр школым къыщІахужт дин нэпцІым пыщІа тхьэлъэІухэмрэ уэрэдхэмрэ жаІэн зэрамыдэм щхьэкІэ. Абыхэм я лІыгъэмрэ я фІэщхъуныгъэмрэ щыслъагъум щыгъуэ си фІэщхъуныгъэр хэхъуэт.
Иджыри зы Іуэхугъуэм и гугъу сщІыну сыхуейт. Япэм СвазилендкІэ зэджэу щыта къэрал цІыкІум щыщ ди къуэшхэр гугъуехьышхуэм пэщІэхуащ. А къэралым и пащтыхь Собху́за ІІ щылІам щыгъуэ цІыхуу хъуам мыпхуэдэ унафэ хуащІащ: цІыхухъухэм — я щхьэцыр зэрыщыту тращыкІыну, цІыхубзхэм — я щхьэцыр кІэщІу ящыну. А Іуэхугъуэр лІахэр зэрагъэлъапІэ хабзэм пыщІат. А къэрал унафэм тетыну зэрамыдам щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъу куэдым гугъуехь ирагъэшэчащ. Ахэр Иеговэ хуэпэжу къызэрынар плъэгъуну сыту гухэхъуэт! Африкэм щыщ ди къуэшхэм я щапхъэм и фІыгъэкІэ дэ пэжагъымрэ шыІэныгъэмрэ теухуауэ куэд къэтщІащ икІи абы ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ.
АРГУЭРУ ТИПОГРАФИЕМ СЫЩОЛАЖЬЭ
1981 гъэм сэ аргуэру типографием сыщылэжьэну сагъэкІуащ. Дэ ди къалэну щытар компьютернэ ІэмэпсымэщІэхэр къэдгъэсэбэпу лэжьыгъэр тедухуэнырат. А зэманыр сыту гъэщІэгъуэнт! Дуней псом тхылъ зэрытрадзэ щІыкІэхэм псынщІэу захъуэжт. Зы компание гуэрым ди филиалым Іэмал къритащ «фотонаборная машина» жыхуаІэм зэман гуэркІэ пщІэншэу ирилэжьэну. Ар зэрылажьэр апхуэдизу дигу ирихьати линотипкІэ зэджэ машинибгъум ипІэкІэ машинэщІэу тху дгъэуващ. Абы нэмыщІ дэ «ротационная офсетная печатная машина» жыхуаІэм хуэдэ щІэуэ дгъэуващ. Дэ иджыри зэи апхуэдиз тхыгъэ къыдэдгъэкІатэкъым!
Компьютерхэм я фІыгъэкІэ тхылъ тедзэным ІэмалыщІэхэр хыхьащ икІи MEPS («Многоязычная электронная издательская система») жыхуаІэ ІэмэпсымэщІэр къэдгъэсэбэпу щІэддзащ. Дэ, щІалиплІыр, Канадэм дыкъикІыу Ипщэ Африкэм нэс дыкъыщІэкІуа линотип машинэшхуэхэр афІэкІа щыІэжтэкъым! (Ис. 60:17). А зэманым плІыми щхьэгъусэ зэдгъэгъуэтат. Ди щхьэгъусэхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъут икІи псори пионеру лажьэт. Биллрэ сэрэ Вефилым иджыри дыщылажьэт, Кенрэ Деннисрэ я унагъуэхэм я гъусэу филиалым пэмыжыжьэу псэут.
Вефилым щыІэ лэжьыгъэр хэхъуэ фІэкІа хэщІтэкъым. Библием тегъэщІа тхыгъэхэр зэрызэрадзэкІ бзэхэм я бжыгъэр хэхъуэт, ахэр традзэт икІи нэгъуэщІ филиалхэм ирагъэхьт. Зэманыр кІуэху гурыІуэгъуэ хъуащ филиалыщІэм дызэрыхуэныкъуэр. Ар яухуэн щхьэкІэ Йоханнесбург къалэм пэмыжыжьэу щІыпІэ дахэ къыхахащ. 1987 гъэм щІэуэ яухуа Вефилым лэжьэн щІидзащ. Сэ икъукІэ си гуапэт Иеговэ и Іуэху зызыубгъум сыхэтыну икІи Ипщэ Африкэм и филиалым и комитетым илъэс куэдкІэ сыщылэжьэну.
КЪАЛЭНЫЩІЭ КЪЫДАТ
2001 гъэм США-м щыІэ филиалым щІэуэ зэхуашэса комитетым сыщылэжьэну сыщрагъэблэгъам щыгъуэ дэ ар хуабжьу дгъэщІэгъуащ. ДауикІ, Лорэрэ сэрэ ЮАР-м щыІэ фІыуэ тлъагъу лэжьыгъэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ къэдгъэнэну ди жагъуэт. Ауэ США-м щыІэ Вефилым и Іыхьэ дыщыхъуну зэманми дэ къытхуэмыгъэсу дежьэт.
Ауэ дэ зы Іуэхугъуэм дригузавэт: зи ныбжьыр хэкІуэта Лорэ и анэр дауэ къэдгъэнэну жытІэу дегупсыст. Нью-Йорк дыщыІэу абы дыкІэлъыплъыну Іэмал дызэримыІэнур гурыІуэгъуэт. Ди насыпти, Лорэ и шыпхъуищым я анэр зыхуей хуагъэзэну я пщэ далъхьащ. Абыхэм жаІащ: «Дэ полновременнэ лэжьыгъэм дыхэтыфынукъым, ауэ ди анэм дыкІэлъыплъу щытмэ, фи къалэныр вдэтІыгъыну Іэмал диІэнущ». Дэ абыхэм ину фІыщІэ худощІ!
Апхуэдэ дыдэу Торонто дэс си къуэшымрэ и щхьэгъусэмрэ фызабэ хъуа си анэм кІэлъыплъыжт. Ар абыхэм илъэс 20 щІигъукІэ ябгъэдэсащ. Си анэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ яхэлъу зэрыхущытам щхьэкІэ абыхэм фІыщІэшхуэ худощІ! Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Лорэрэ сэрэ Нью-Йорк дыІэпхъуа иужь куэд дэмыкІыу си анэр дунейм ехыжащ. Сыт щыгъуи зыкъыпщІэзыгъэкъуэну хьэзыр Іыхьлыхэр уиІэныр насыпышхуэщ. Ахэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэшхуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зи ныбжь хэкІуэта адэ-анэм укІэлъыплъыжыну щымытынш къохъу.
США-м дыІэпхъуа иужь илъэс зыбжанэкІэ Вефилым и типографием сыщылэжьащ. А зэманым къриубыдэу тхылъ зэрытрадзэ щІыкІэхэм заужьащ икІи а Іуэхур нэхъ тынш хъуащ. ИужькІэ «отдел снабжения» жыхуаІэм сагъэкІуащ. Сыту ди гуапэт иужьрей илъэс 20 къриубыдэу а филиал иным дыщылэжьэну! Нобэ а Вефилым и унагъуэм цІыху 5 000 хуэдиз хохьэ икІи цІыху 2 000 нэс къакІуэурэ ядоІэпыкъу.
Илъэс 60 узэІэбэкІыжмэ, си нэгу къысхущІэгъэхьэнутэкъым дэнэ сыкъыщыщІидзынуми. А зэманым къриубыдэу Лорэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи щІэгъэкъуэн къысхуэхъуащ. Ди гъащІэр Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэмкІэ гъэнщІат! Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр къызэрытхуигъэфэщам икІи цІыхуфІ куэдым дадэлэжьэну Іэмал дызэриІам щхьэкІэ, филиал зыбжанэм щылажьэ къуэш, шыпхъухэр абыхэм яхэту. Иджыпсту си ныбжьыр илъэс 80 щІигъуащ. Си къалэнхэм нэхъ мащІэ хыхьэу хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ лэжьыгъэ нэхъыбэ зыгъэзэщІэфыну къуэш нэхъ щІалэ куэд Вефилым щолажьэ.
33-нэ Псаломыр зытхам жиІащ: «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр!» (Пс. 33:12). Сыту пэж а псалъэхэр! Иеговэ фІыщІэ хузощІ абы и лъэпкъ насыпыфІэм сыхэту сыхуэлэжьэну Іэмал сызэриІэм щхьэкІэ.