25 СТАТЬЯР
Къуэш, шыпхъухэм я жагъуэ фымыщІ
«Мы цІыкІухэм ящыщ зыми нэмыплъ евмыт» (МТ. 18:10).
113-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыбгъэдэкІ мамырыгъэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Дэ тщыщ дэтхэнэ зым щхьэкІи сыт Иеговэ ищІар?
ИЕГОВЭ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри дызыбгъэдишащ (Ин. 6:44). Егупсысыт абы къикІым. ЩІылъэм тет миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэм щыщу уэ абы гу къыплъитэри зы фІы гуэр пхилъэгъуащ — ар Алыхьыр фІыуэ зылъагъуфыну уи гуращ (1 Лет. 28:9). Иеговэ уэ фІыуэ уецІыху, укъыгуроІуэ икІи фІыщэу уелъагъу. Сыту гуапэ ар пщІэну!
2. Иеговэ дэтхэнэ и зы мэл цІыкІуми гуапэу зэрыхущытыр дапхуэдэу Хьисэ къызэригъэлъэгъуар?
2 Иеговэ уэ гуапэу къызэрыпхущытым хуэдэу адрей къуэш, шыпхъухэми яхущытщ. Хьисэ а гупсысэр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ Иеговэ мэлыхъуэм иригъэщхьащ. Мэлищэ хъу хъушэм щыщ зыр кІуэду щытмэ, сыт мэлыхъуэм ищІэнур? Абы «адрей бгъущІрэ бгъур Іуащхьэм къытринэу, кІуэуэ, а мэл кІуэдам лъыхъуэнукъэ?» Мэл цІыкІур къигъуэтыжа иужь ар гуфІэнущ икІи абы хуэгубжьынукъым. Мы щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Дэтхэнэ зы мэл цІыкІури Иеговэ и дежкІэ лъапІэу щытщ. Хьисэ жиІат: «Фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэр мы цІыкІухэм ящыщ зыри кІуэдыну хуейкъым» (Мт. 18:12—14).
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 ДауикІ, дэ дыхуейкъым ди къуэш, ди шыпхъухэм я гум деуэну. НтІэ, нэгъуэщІхэм я жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? ИкІи зыгуэрым ди жагъуэ къищІауэ щытмэ, сыт тщІэ хъунур? А упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. Ауэ япэщІыкІэ Маттэ 18-нэ псалъащхьэм Хьисэ «мы цІыкІухэм» щыжиІам щыгъуэ зи гугъу ищІар хэтми къэтщІэнщ.
ХЬИСЭ «МЫ ЦІЫКІУХЭМ» ЩЫЖИІАМ ХЭТ ЗИ ГУГЪУ ИЩІАР?
4. Хьисэ «мы цІыкІухэм» щыжиІам хэт зи гугъу ищІар?
4 Хьисэ «мы цІыкІухэм» щыжиІам зи гугъу ищІар и лъэужь ирикІуэхэращ, сыт хуэдэ ныбжьым ахэр имытами. Я ныбжьым емылъытауэ, Хьисэ и дежкІэ ахэр сабийщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и деж щеджэну хьэзырщ (Мт. 18:3). Ахэр зыщыщ къэралхэр, зыщІапІыкІа хабзэхэр, абы нэмыщІ я хьэлхэмрэ я гупсысэкІэмрэ зэтемыхуэми, Хьисэ я фІэщ зэрыхъур абыхэм псоми къагъэлъагъуэ. Езы Хьиси ахэр фІыщэу елъагъу (Мт. 18:6; Ин. 1:12).
5. Сыт Иеговэ и гум щыщІэр абы и лэжьакІуэхэм щыщ гуэрым и жагъуэ щащІым деж?
5 Иеговэ и дежкІэ «мы цІыкІухэм» щыщ дэтхэнэ зыри лъапІэщ. Абы и гурыщІэхэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ дэ сабийхэм дазэрыхущытым девгъэгупсыс. Ди дежкІэ сабийхэр тыгъэ лъапІэщ. Дэ ахэр тхъумэну дыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху балигъхэм яІэ къарум, щІэныгъэм, Іущагъым хуэдэ абыхэм яІэкъым. Дэ зыми дигу ирихькъым зыгуэрым и жагъуэ щащІым деж. Ауэ зи жагъуэ ящІыр сабийуэ щытмэ, ар нэхъ Іеижу дигу къоуэ, уеблэмэ, абы дыкъигъэгубжьынкІэ хъунущ. Абы ещхьу Иегови дыкъихъумэну хуейщ икІи абы и лэжьакІуэхэм щыщ гуэрым и жагъуэ щащІым деж ар абы игу къоуэ, уеблэмэ, къигъэгубжьыфынущ (Ис. 63:9; Мк. 9:42).
6. 1 Коринф 1:26—29 зэритымкІэ, мы дунейм щыщ цІыхухэр Хьисэ и гъэсэнхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
6 Хьисэ и гъэсэнхэр иджыри сыткІэ сабийхэм ебгъэщхь хъуну? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ мы дунейм щыщ цІыхухэм мыхьэнэ зиІэу къалъытэр хэтми дегупсысынщ. Ар зэфІэкІ зиІэ, мылъку зыбгъэдэлъ икІи цІэрыІуэу щыт цІыхухэращ. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр куэдым цІыху къызэрыгуэкІыу къалъытэ. (Къеджэ 1 Коринф 1:26—29.) Ауэ Иеговэ абыхэм нэгъуэщІущ зэреплъыр.
7. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу дахущытыну Иеговэ зэрыхуейр?
7 Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори фІыуэ елъагъу, ахэр абы куэд щІауэ хуэлажьэми е псым зыщІагъэуа къудейуэ щытми. Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъу псори лъапІэу зэрилъытэм къыхэкІкІэ дэри абыхэм апхуэдэу дахущытын хуейщ. Библием зэритымкІэ, дэ «зыпкъ закъуэ дохъу, дэтхэнэ зыри адрейхэм ящыщщ» (Рим 12:5). Абы къыхэкІкІэ дэ зэхэгъэж дымыщІу къуэш, шыпхъухэр псори фІыуэ тлъагъун икІи ди къарум дыщымысхьу сыт щыгъуи абыхэм дадэІэпыкъун хуейщ. Зыгуэрым и жагъуэ тщІамэ, зыри къэмыхъуа хуэдэу зытщІ хъунукъым икІи мыпхуэдэ гупсысэкІэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ: «Ар езыр егъэлеяуэ гумахэщ икІи къыщІысхуимыгъэгъун щхьэусыгъуэ иІэкъым». Сыт зыгуэрым и жагъуэ щІищІыфынур? Языныкъуэхэм я сабиигъуэм къазэрыхущытам къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъ Іейуэ зыкъалъытэнкІэ хъунущ. Адрейхэми Алыхьым хуэлэжьэн зэрыщІадзэрэ куэд щІакъым, абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр ягъэгъуу иджыри зрагъэсакъым. Пэжыр жыпІэмэ, къуэншагъэр зыбгъэдэлъыр хэтми мыхьэнэ иІэкъым. Дэ Іэмал имыІэу мамырыгъэр зэтедгъэувэжын хуейщ! Абы нэмыщІ щІэх-щІэхыурэ зызыгъэгусэ цІыхум къыгурыІуэжын хуейщ а хьэл-щэныр тэмэму зэрыщымытыр икІи абы зэребэнын хуейр. А цІыхум апхуэдэу ищІэу щытмэ, езыми гуфІэгъуэ зыхищІэнущ икІи абырэ къуэш, шыпхъухэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ.
НЭГЪУЭЩІХЭР ФИ ЩХЬЭМ НЭХЪРЭ НЭХЪ ИНУ ФЛЪЫТЭ
8. Хьисэ и гъэсэнхэм сыт хуэдэ гупсысэкІэ зэран къахуэхъуу щытар?
8 Хьисэ сабийхэм теухуа щапхъэр къыщІихьар сыт? Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар и гъэсэнхэм къаІэта упщІэращ: «Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэт цІыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?» (Мт. 18:1). А зэманым псэуа журтхэм цІыхум иІыгъ увыпІэм мыхьэнэшхуэ иратт. Абы теухуауэ зы щІэныгъэлІым мыпхуэдэу жиІащ: «ЦІыхухэр щІэпсэууэ щытар пщІэрэ щІыхьрэ зыхурагъэщІын икІи цІэрыІуэ хъун щхьэкІэт, я гъащІэри абы щхьэкІэ ятыну хьэзырт».
9. Хьисэ и гъэсэнхэм сыт ящІэн хуеяр?
9 Япэ лІэщІыгъуэм журт лъэпкъым щыщ цІыхухэм зэпеуэныр хьэл яхуэхъуат. Хьисэ къыгурыІуэт абы и гъэсэнхэм къаруушхуэ ирахьэлІэн зэрыхуейр а хьэлым ебэнын щхьэкІэ. Абы и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «Нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цІыкІум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу» (Лк. 22:26). «Нэхъ цІыкІум хуэдэ ирехъу» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр «цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ» жиІэу аращ (Флп. 2:3). Апхуэдэ гупсысэкІэм хэдгъахъуэу щытмэ, дэ нэгъуэщІхэм я жагъуэ нэхъ мащІэу тщІыну къыщІэкІынущ.
10. Паул и сыт хуэдэ псалъэхэра ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейр?
10 Дэтхэнэ зы къуэш, шыпхъуми хьэл-щэныфІ гуэрхэр дэ нэхърэ нэхъыбэу ягъэлъагъуэ. Абыхэм я хьэл-щэныфІхэм ди акъылыр тедухуэу щытмэ, ар наІуэу къэтлъэгъунущ. Апостол Паул и псалъэхэм фІыуэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы жиІащ: «Адрей цІыхухэм нэхърэ унэхъ ину хэт узылъытэр? Тхьэм къыуимытауэ сыт уиІэр? Уэ уиІэр къозытар Тхьэращи, сыт узыщІыщытхъужыр, Тхьэм ар къыуимыта хуэдэ?» (1 Кор. 4:7). Дэ гулъытэ лей зыхуедгъэщІын хуейкъым икІи нэгъуэщІхэм нэхърэ зыгуэркІэ дынэхъыфІу дегупсыс хъунукъым. Къуэшым гушхуэныгъэ зыхэлъ псалъэ гъэхьэзырахэр фІыуэ жиІэу щытмэ е шыпхъум цІыхухэр Библием иригъэджэну тыншу щІидзэу щытмэ, сыт абыхэм ящІэн хуейр? ЕхъулІэныгъэ яІэхэм щхьэкІэ абыхэм фІыщІэ псор зыхуащІын хуейр Иеговэщ.
ФИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ ВГЪЭГЪУ
11. Пащтыхьымрэ унэІутымрэ теухуауэ Хьисэ къихьа ущие хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ?
11 Зым адрейм и жагъуэ ищІын зэрыхуэмейр Хьисэ и гъэсэнхэм щажриІам щыгъуэ, пащтыхьымрэ унэІутымрэ теухуа ущие хъыбарыр абыхэм къахуихьащ. Пащтыхьым и унэІутым зэи хуэмыпшыныжын щІыхуэшхуэр хуигъэгъуащ. ИужькІэ а унэІутым куэдкІэ нэхъ мащІэ щІыхуэр нэгъуэщІ унэІутым хуигъэгъун идакъым. Абы щхьэкІэ пащтыхьым а унэІут гущІэгъуншэр лъэхъуэщым иридзащ. Мы ущие хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ? Хьисэ жиІащ: «И къуэшым кърищІар игукІэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыІэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур» (Мт. 18:21—35).
12. Уи жагъуэ къэзыщІам хуомыгъэгъуу щытмэ, абыкІэ дауэ нэгъуэщІхэм зэран уазэрыхуэхъур?
12 А унэІутым ищІам и зэран езыми адрейхэми къекІащ. Япэрауэ, ар гущІэгъуншэу и ныбжьэгъум хущытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «ар лъэхъуэщым щІригъэдзащ, щІыхуэр къритыжыху». ЕтІуанэрауэ, а Іуэхугъуэр «адрей унэІуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукІэ къеуащ». Абы ещхьу дэри ди ІуэхущІафэхэр адрейхэм е сэбэп е зэран хуэхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым ди жагъуэ ищІащ, ауэ дэ абы хуэдгъэгъун ддэкъым. Сыт абы къыпэкІуэфынур? Япэрауэ, абыкІэ а цІыхум и гум доуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар хуитщ дэ абы хуэдгъэгъуным щыгугъыну. Ауэ абы и пІэкІэ дэ абы щІыІэ-щІыІэу дыхущытщ. ЕтІуанэрауэ, зэхуэсым щыщхэми гуфІэгъуэмрэ гупсэхугъуэмрэ яфІокІуэд а цІыхумрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэмылъу щалъагъум деж.
Гужьгъэжь фи гум ивгъэлъыну, хьэмэрэ фи гум къыбгъэдэкІыу вгъэгъуну? (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)b
13. Ди зы шыпхъум и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
13 НэгъуэщІхэм щахуэдгъэгъум деж абы ифІ дэри адрейхэми екІынущ. Пионеру лажьэ ди шыпхъу Кри́стал къыщыщІа Іуэхугъуэр абы щыхьэт тохъуэ. Зы шыпхъу гуэр абы къызэрыхущытыр хуабжьу игу къеуэт. Кристал игу къегъэкІыж: «А шыпхъум иныкъуэхэм деж къызжиІэ псалъэхэм апхуэдизкІэ сыкъауІэти абы и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну сыхуэмейуэ сыхъуат. Уеблэмэ, нэгъуэщІхэми я гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну гукъыдэж сиІэжтэкъым». Кристал а шыпхъум зыхуигъэгусэну щхьэусыгъуэ иІэу къилъытэт, ауэ гурыщІэ Іейхэм и гум лъабжьэ щригъэщІакъым. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? 1999-нэ гъэм, жэпуэгъуэм и 15-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит чэнджэщыр Кристал къигъэсэбэпри, а шыпхъум хуигъэгъуащ. Кристал пещэ: «Иджы сэ къызгуроІуэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыми къару зэрырихьэлІэр хьэл-щэныфІхэр зыхилъхьэн икІи хьэл-щэн Іейхэр зыхинэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ Иеговэ махуэ къэс къызэрытхуигъэгъур къызгурыІуэжащ. Си псэм абрэмывэ техужа хуэдэщ! Иджы, япэм хуэдэу, хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къысхуихьыу хъужащ».
14. Маттэ 18:21, 22 зэритымкІэ, апостол Петр сыт къегугъуэкІыу щытар икІи Хьисэ абы ирита жэуапым дэ сытым дыхуигъасэрэ?
14 Дэ дощІэ нэгъуэщІхэм хуэдгъэгъуныр ди къалэну зэрыщытыр икІи ар Алыхьым игу зэрырихьыр. Ауэ иныкъуэхэм деж апхуэдэу тщІыну егъэлеяуэ гугъущ. Апостол Петри ар къегугъуэкІыу щытауэ къыщІэкІынщ. (Къеджэ Маттэ 18:21, 22.) Сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Япэрауэ, Иеговэ дэ дапхуэдизрэ къытхуигъэгъуми дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Мт. 18:32, 33). Дэ ар къэдмылэжьауэ щытми, абы и гум къыбгъэдэкІыу сыт щыгъуи къытхуегъэгъу (Пс. 103:8—10). Абы нэмыщІ дэ «фІыуэ дызэрылъагъун хуейщ» (1 Ин. 4:11). Абы къыхэкІкІэ дгъэгъунрэ дымыгъэгъунрэ дыхэдэну Іэмал диІэкъым. Ди къуэш, ди шыпхъухэм хуэдгъэгъун хуейуэ я щІыхуэ ттелъщ. ЕтІуанэрауэ, адрейхэм щахуэдгъэгъум деж абы фІыгъуэ куэд къыпокІуэ. Дэ абыкІэ ди жагъуэ къэзыщІам дыдоІэпыкъу, зэхуэсым щыщхэр нэхъ зэкъуэт дощІ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дохъумэ икІи къыттехьэлъэ гурыщІэхэм дыполъэщ (2 Кор. 2:7; Кол. 3:14). Ещанэрауэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну девгъэлъэІу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну къыдэлъэІур езы Алыхьыращ. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку къыдыхьэну ШейтІаныр хуит дывмыгъэщІ (Еф. 4:26, 27). Зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэр ШейтІаным зэтримыкъутэн щхьэкІэ дэ Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэщ.
ФИ ГУМ ГУЖЬГЪЭЖЬ ИВМЫГЪЭЛЪ
15. Колоссэ 3:13 зэритымкІэ, зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ къищІамэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
15 Зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІамэ икІи абы хуабжьу уигъэгузавэу щытмэ, сыт уэ пщІэн хуейр? Мамырыгъэр пхъумэн щхьэкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ. Уи гум илъыр Иеговэ жеІэ. Уи жагъуэ къэзыщІам Иеговэ и нэфІ щыхуэну икІи а цІыхум и хьэл-щэн дахэхэр уигъэлъэгъуну елъэІу (Лк. 6:28). Ауэ уи гум илъ гужьгъэжьым упэмылъэщыфу щытмэ, уи жагъуэ къэзыщІам епсалъэ. А цІыхум уепсэлъэн ипэ фІыуэ зыгъэхьэзыр икІи хуейуэ уи жагъуэ абы зэримыщІар уигу игъэлъ (Мт. 5:23, 24; 1 Кор. 13:7). Абы ущепсалъэкІэ гурыщІэ Іейхэм къыхэкІкІэ ар апхуэдэу къыпхущытауэ уемыгупсыс. Ауэ ар езыр къокІужыну хуэмейуэ щытмэ-щэ? Уи гугъэр хомыхыж икІи мамырыгъэр зэрызэтебгъэувэжынум иужь ит. (Къеджэ Колоссэ 3:13.) Псом нэхърэ нэхъапэр уи жагъуэ къэзыщІам гущыкІ хуомыщІыныращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а гурыщІэ Іейм Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрикъутэфынущ. Мы чэнджэщхэм утетмэ, уэ къэбгъэлъэгъуэнущ Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу зэрыплъагъур (Пс. 119:165).
16. Сыт хуэдэ къалэн псоми ди пщэм дэлъыр?
16 Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу «зы мэл хъушэм» дыхэту «зы мэлыхъуэ» къытщхьэщыту дыхуэлэжьэну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ (Ин. 10:16). «Организованы, чтобы исполнять волю Иеговы» жыхуиІэ тхылъым и 165-нэ напэкІуэцІым щыжыІащ: «Иджы уэ ар [зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр] пхъумэн хуейуэ къалэн уиІэщ». Абы къыхэкІкІэ дэ къару етхьэлІэн хуейщ «ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и нэкІэ деплъын щхьэкІэ». Абы и дежкІэ дэ псори фІыуэ илъагъу сабий цІыкІухэм дыхуэдэщ. Фэ-щэ? Къуэш, шыпхъухэм апхуэдэу фазэрыхущытыр? Абыхэм щхьэкІэ фэ фщІэуэ хъуам Иеговэ гу лъетэ икІи ар лъапІэу елъытэ (Мт. 10:42).
17. Мы статьям сытым фыхуигъэуша?
17 Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи ахэр «зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ящІэну дезыгъэхьэх Іуэху гуэр» я гъуэгум тетлъхьэну дыхуейкъым (Рим 14:13). Абы нэмыщІ дэ ахэр ди щхьэм нэхърэ нэхъ ину долъытэ икІи ди гум къыбгъэдэкІыу я щыуагъэхэр догъэгъу. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр ди жагъуэ къызэращІам зэтредгъэкъутэ хъунукъым. «Аращи, зэгурыІуэныгъэ къэзыхь Іуэхухэми гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ зэрыдгъуэт Іуэхухэми я ужь дивгъэт»! (Рим 14:19).
130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу
a Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм псалъэкІэ е ІуэхукІэ я жагъуэ дощІ. Апхуэдэхэм деж сыт дэ тщІэр? Мамырыгъэр зэрызэтедгъэувэжыным дыхущІэкъуу пІэрэ? ЦІыхум декІужын щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр тчыуэ пІэрэ? Хьэмэрэ цІыхум и жагъуэ щищІакІэ, «ар езым и гугъуехьыжщ» жытІэу дегупсысрэ? Е дэ езым щІэх-щІэхыурэ зыдгъэгусэу пІэрэ зыгуэрым жиІа псалъэхэм е ищІа Іуэхухэм щхьэкІэ? «Сэ си хьэлыр аращ» жытІэу зыдгъэзахуэу пІэрэ? Е зыгъэгусэныр хьэл Іейуэ зэрыщытыр икІи абы дебэнын зэрыхуейр къыдгурыІуэрэ?
b СУРЭТЫР. Зы шыпхъум адрейм зыхуигъэгусащ. Зэпсэлъа иужь ахэр зэкІужащ икІи гуфІэгъуэр я гум илъу хъыбарыфІыр ягъэІу.